text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
Зэхыхьэм фрагъэблагъэ
ХъыбарегъащIэ
Жэпуэгъуэм и 30-м сыхьэт 14-м Нэфхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ библиотекэм щекIуэкIынущ «Очарование романса» музыкэ лекторийр. Абы хэтынущ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ, Темыркъан Борис и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэхэр.
Пшыхьыр зэхашэ Нэфхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ библиотекэм зи нэм фIыуэ имылъагъухэр гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ хэгъэгъуэзэным и IуэхукIэ центр къыщызэгъэпэщыным ехьэлIа проектыр гъэзэщIэным хыхьэу. Абы и IуэхукIэ къагъэсэбэпынущ щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ лъэпкъ мыхьэнэ зиIэ творческэ проектхэр пхыгъэкIынымкIэ УФ-м и Президентым и грантыр.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "848.txt"
} |
Зи усэбзэр къабзэ
Фэеплъ
Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм щыщ усакIуэ, журналист, зэдзэкIакIуэ Iэзэ Уэрэзей Афлик Пщымахуэ и къуэр псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирикъуат. Ар «Ленин гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым, «Нур» сабий журналым я редакцэхэм зэдзэкIакIуэу, корреспонденту, къудамэм и унафэщIу, газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щылэжьащ.
Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэми Журналистхэми я союзхэм хэт Уэрэзей Афлик и усэхэр 70 гъэхэм щыщIэдзауэ газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуащ, тхылъ щхьэхуэхэри - «Япэ лъэбакъуэ» (1973 гъэ), «Нэхущ удж» (1985 гъэ), «Iуащхьэжь» (1997 гъэ), «Сроки счастья» (1991 гъэ), «Серебряное кольцо» (1993 гъэ), «Кхъужьей къудамэ» (2004 гъэ), «ЛIэужь» (2013 гъэ) къыдигъэкIащ. АдыгэбзэкIэ абы зэридзэкIащ Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Омар Хайям, нэгъуэщIхэм я тхыгъэхэр.
Афлик и бзэр дахэщ, къулейщ икIи къабзэщ. Аращ и усэхэм щIеджэгъуафIэри. Хэкум, лъэпкъ тхыдэм, иджырей гъащIэм, и лъэхъэнэгъухэм, адыгэ хабзэм, ди тафэ дахэхэмрэ уэсылъэ къуршыщхьэхэмрэ гукъинэжу тетхыхьа усакIуэм и усэхэр куэдым гунэс ящыхъуащ. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ Уэрэзей Афлик и къалэмыпэм къыщIэкIахэм ящыщхэр.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Пшыналъэ
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж
Адыгэ жьэгум и уэнжакъым
Къреху иджыри Iугъуэ мащIэ.
СызэмыупщIи къэнэжакъым:
Хэт ди лъэпкъ мафIэр ноби зыщIыр?
Адыгэ унэм и хьэщIэщым
Адыгэ псалъэр ноби щоIу, -
Макъ къэскIэ уи псэм къепэщэщрэ
ИткIухьу псалъэ къэскIэ уиIу.
Адыгэ унэм и бжэIупэм
ЩаIэтыр хьэгъуэлIыгъуэ джэгу,
ЩIэуакъым ноби пшынэ Iэпэр, -
ЩIалэфIхэм дыщIагъэплъ я лъэгу.
Пшыналъэр щоIу хы адрыщIкIи,
КъуэкIыпIэ пшэплъым хошыпсыхь.
КъухьэпIэ пшэплъым зыкъыщищIкIэ,
Адыгэ тхыдэр и пшэкIухьщ.
Адыгэ къуэпс лъэпкъ мыгъэкIуэдыр
ЗэпищIэжыфу лIы щыIэху,
Псэунущ ди адыгэ тхыдэр,
ИIэнущ лъэпкъым лъэпкъ мэIуху.
Псыхьэ пщащэм
КъеIущэщ бжьыхьэ пшыналъэ,
Дыгъэ бзийхэр пшынэ Iэпэу зэролъэлъыр.
Псыхьэ пщащэм и уэрэдыр дыщIиIэтэу,
Бзу гуэрэным,
ЗэщIошасэри, зеIэтыр.
Щауэр, щэхуу зрегъэщIри бжыхь задэм,
Йоплъэр, йоплъэр
Дихьэхауэ бжьыхьэ хадэм:
Псыхьэ пщащэм
Бжьыхьэ хадэм мыIэрысэ
Къыщищыпу уеплъэкIуэныр
Сыт и уасэ!
УэтIпсытI
Жэщи махуи кIэншэу къопсэпсауэ…
Уэсэпс защIэу гъащIэ зэрыхъа,
Си джэ макъыр зым лъэмыIэсауэ,
ЙолъэсыкIыр гущIэм щызгъэхъар.
Уэсэпс ткIуэпсыр къыIэпохур тхьэмпэм,
Тхьэмпэр жыг къудамэм къыпохуж.
Дуней сызытетым и тхьэнапэу
Къысщыхъуа гугъапIэр жьым ехьыж.
Жэнэт хадэр щIы хъурейм щагъэкIыу,
Жэнэтбзур щыушэу уэгу шэщIам, -
Сабиигъуэм сигъэщIар гукъэкIыу,
ИретхьэщIыкIыж уэсэпс пIыщIам.
Зы лъагъуныгъэшхуэ гуэр хуэпIащIэу,
ЩIым зэгуэрым IэплIэ иущIам
Зыщеплъыхь и закъуэу уэгу IэнэщIым,
КъыхуэмыщIэу цIыхум къыщыщIар.
Хэт зи кIэн къыщикIыр мы уэсэпсым,
Зи псэр пшагъуэ щыгуфIыкIыр хэт?
Пшагъуэр игъэбагъуэу щIым тезысэр
Гъуэгугъэлъагъуэ пщIыну ухэмыт.
КIуэцIрыплъ жыжьаплъэу уэгу шэжыпсым,
ДаIуэт, щIылъэ макъым зимыхъуэж.
Дыгъэ бзийм къелъыхъуэ щIым и къуэпсыр,
ЩIым и къуэпсым дыгъэр къелъыхъуэж.
Адэжь лъахэ
КъыщыкIухь мы щIыпIэхэм, си щIалэ,
Зы лъэбакъуэ пчыхукIэ - хъыбарыжьщ.
Уи жьэгу пащхьэр хуиту къэзыгъаблэ
Хъыбарыжьхэр тхыдэм и Iэужьщ.
Уи лъэужь къытенэ Iуащхьэ щыгум,
Зы аргъынэ джабэм къыщехьэх,-
Шэмэдж дэлъэ макъым ухуэдэгум,
ГъащIэр дэгу пфIэхъунущ - умыщхьэх.
Уи лъакъуапIэм хуэзэша щIыгулъыр
Хуиту зэрыбауэр зэхэпщIа?
ЩIэтщ абы иджыри адыгэлъыр, -
ЛIэщIыгъуищэ бжыгъэ зыгъэщIар.
Вагъэбдзумэ пшэрыр адэжь губгъуэм
ИлъыхункIэ щIым хэтынущ псэ.
Лъы къыпщIигъэхьэжу зы Iубыгъуэм,
Адэжь псыхъуэм щежэхынущ псыр.
Ахэр псори къыпхуозэш, си щIалэ,
Уэ иджыри гъащIэ къыппэщылъщ:
Адыгэлъыр щIумыгъэкIыу щIылъэм,
ЩIыгум утетыну адыгэлIу
Адэжь лъахэм къыпщищIа пщэрылъщ.
Адыгэ хабзэ
Си хабзэ, бзыпхъэ,
Си нэмыс, цIыхугъэ,
Фэ илъэс дапщэ фыхъурэ,
Сыт фи ныбжь?
ФызиIэщи
Си япэ лъагъуныгъэу,
Сыт хуэдэ Iуэхуми
Сыхуэхъунщ Iэ ижь.
Си ужь къинэнум
ПапщIэ фызохъумэ,
Фысхуихъумащи дахэу
Ди блэкIам.
Фэр щхьэ зэуапIэ губгъуэ
Сихьэн хъумэ,
Сигу къэкIыжынщ
Я лIыгъи я пщIэнтIэпси,
ТхьэрыIуэу ящIыгъар.
Сигу изгъэлъынщ.
Абыхэм ялъ щысхэткIэ,
Схэлъщи я псэр,
Ди гъащIэхэр
Зы гъащIэу зэхэлъынщ.
Я гупкIэщ сызэрысыр,
Я уэрэдырщ
Гъуэгуанэ сщIэлъым
Къезыдзар пкIэлъей.
Къытхэтми нобэ
ГъащIэр зыхьхэр нэду,
Аракъым зыубзыхунур
Ди пщэдейр…
ЩIымахуэр къэсащ
КъэсакIэщ щIымахуэр,
ЩIымахуэр къэсащ.
Уэс Iувыр хужьыбзэу
Шыгъуэгум къисащ.
Хужьыбзэу, хуабабзэу,
Iув дыдэу джэдыгу
Трепхъуэ жыг пцIанэ
ГъырнэIухэм я щыгу.
Уафэгум дэкIуейуэ
Къигъанэу лъэужь,
Уэнжакъым щIыхуфэу
Къреху Iугъуэ хужь.
Хьэ бацэр щхьэхынэу
И хьэгъуэм къыщIопщ.
Адакъэм, «сыпIыщIэркъым»
ЖиIэу, зегъэпщ.
Зи бзийхэр щхъуантIафэу
Дия дыгъэ фагъуэр
Уафэгум и щыгум
Къоплъых зигъэщIагъуэу…
КъэсакIэщ, къэсакIэщ,
ЩIымахуэр къэсащ.
Хуабабзэу, хужьыбзэу
Уэс Iувыр къесащ.
* * *
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ…
ЩытеувэкIэ щIылъэр Iущащэу,
Тхьэмпэ гъуэжьхэр гуфIэжу пэщащэу.
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ!
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ…
КъысхуэгуфIэщ, сигъэщIри гуращэ,
КIуэдыжащ, бзэхыжащ гъуэбжэгъуэщу.
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуащи зы пщащэ!
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ…
Къаубыдауэ и теплъэ дахащэр
Си нэджыджхэм яIыгъщ ямыутIыпщу.
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуащи зы пщащэ!
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ…
СощIэр - хъунукъым зэи си натIэ.
Ауэ, моуэ слъэгъуам хуэдэу нетIэ,
Дыгъуэпшыхь сыхуэзащи зы пщащэ…
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "85.txt"
} |
КIапсэ гъуэгур зэхуащI
ФщIэн папщIэ
Жэпуэгъуэм и 30-м щыщIэдзауэ щэкIуэгъуэм и 7 пщIондэ Iуащхьэмахуэ лъапэ и зыгъэпсэхупIэхэм и кIапсэ гъуэгур лэжьэнукъым. Бгы къежэхыгъуэм и пIалъэр къэмыс щIыкIэ«Мир» станцымрэ «Гара-Баши»-рэ я зэхуаку дэлъ Iыхьэр зэхуащI, абыхэм кIэлъыплъын, зыхуей хуагъэзэн папщIэ.
Мы гъуэгум мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ар цIыху куэдым къагъэсэбэп икIи Европэ псом и станц нэхъ лъагэ дыдэхэм хабжэ. Метр 3550-рэ 3847-рэ лъагапIэхэм ущотIысхьэри, адэкIэ удрешей кIапсэ гъуэгум.
ЗэрытраухуамкIэ, щэкIуэгъуэм и 8-м кIапсэ гъуэгум и лэжьыгъэр зэтраублэжынущ. Абы къыдэкIуэуи къыхэгъэщыпхъэщ «Азау - Кругозор», «Кругозор - Мир» Iыхьэхэм зэрыкIэлъагъэплъыжари, лэжьэн зэрыщIадзэжари.
Хабзэм зэригъэувымкIэ, кIапсэ гъуэгухэм я пкъыгъуэхэр илъэси 10 къэсыхукIэ яхъуэж. Абы ипкъ иткIэ, «Азау - Кругозор», «Кругозор - Мир» гъуэгухэр зэпызыщIэр Швейцарием къыщащэхуа, метр 3600-рэ зи кIыхьагъ кIапсэщIэкIэ зэрахъуэкIащ.
Фырэ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "851.txt"
} |
Барудирэ Шэукъийрэ я лэжьыгъэм пызыщахэр
(ПэщIэдзэр жэпуэгъуэм и 25-м къыдэкIа номерым итщ).
Лашын ТIэхьир пасэу дихьэхащ литературэм. 1925 гъэм нэгъуэщI тхакIуэ щIалэхэри щIыгъуу абы къызэригъэпэщащ «ЕджапIэщIэр» икIи абы илъэситIкIэ къыдигъэкIащ «Фаджр» журналыр. Абы и напэкIуэцIхэр зыхухахыр езыхэм я IэдакъэщIэкIхэм я закъуэтэкъым, атIэ зи жьауэ щIэт инджылыз, франджы, нэмыцэ, урыс литературэхэм щыщ зэрадзэкIырти традзэрт. 1926 гъэм Насиф Исамадин щIыгъуу Лашыным хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIащ Ф. Достоевскэм и «МыкIуэдыжын щхьэгъусэ» жыхуиIэр.
«ЕджапIэщIэм» и лъэхъэнэм ирохьэлIэ адыгэ щIалэм и хъыбархэр щызэхуэхьэса япэ сборникитIыр - «Бжьамийм и пыдыхьэшхыкI», «ЯIуэтэж...» зыфIищахэр - къыщыдэкIа зэманыр.
1934 гъэм Крачковскэм и тхыгъэхэм ящыщ зым мыпхуэдэу щитхащ: «ТеймуритIми я IэдакъэщIэкIхэм икъукIэ куэд ялэжьащ иджырей тхакIуэхэм я лъэхъэнэм дежкIэ; иджырей литературэм псори зыхущIэплъ жанр нэхъ зыкъизых щыхъуащ новеллэр. Абыхэм я лъэхъэнэгъуу къэдгъэлъэгъуэфынущ Убейд зэшхэр е «Бжьамийм и пыдыхьэшхыкI», «ЯIуэтэж...» сборникхэу ауанкIэ псыхьахэр зытха Лашын ТIэхьир».
Мухьэмэд Теймур и новеллэхэм и фащэкIи, и идейнэ куцIкIи поджэж Лашыным и новеллэ «Къуажэм теухуа гукъэкIыж» жыхуиIэр, «ЯIуэIэж...» тхылъым итыр. Ар къызэрыщIидзэр мыращ: хъыбарыр къэзыIуэтэжыр и ныбжьэгъум щIыгъуу макIуэ къыщалъхуа, щапIа, къыщыхъуа къуажэм. Ахэр абы нос мэрем махуэу икIи я щхьэ Iуэху тIэкIу зэрахуэну хуожьэ.
Япэ псалъэхэм къыщыщIэдзауэ гу лъыботэ хабзэу къекIуэкI къуажэ гъащIэр къетхэкIыныр тхакIуэм IэщIыб зэрищIыр.
ЛIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм мысыр тхакIуэхэм хьэл яхуэхъуауэ щыта этнографическэ узэдыкIэм пэIэщIэщ ар. МэкъумэшыщIэ псэукIэм хэлъ сыт хуэдэ Iуэху я нэхъ жьгъейри тхакIуэм къелъытэ икIи мыхьэнэшхуэ ирет, къалэн ин игъэзэщIэн хуейуэ тхыгъэм хигъэувэурэ. Феллахьхэм я тхьэмыщкIагъэр нэхъ къыхэгъэбелджылыкIауэ къегъэлъагъуэ абы: щыгъынхэр фIыцIэщ икIи зэхэчэтхъащ; зэхэукIауэ, имычэзууэ жьы хъуа нэкIухэр, узым зэблишарэ пщIэнтIэпсымрэ гугъуехьымрэ зэрагъэлымпIыжа нэкIу фейцей зэлъахэр гъащIэм дощыгъуэ, фаджэу, ныбаджэу, сымаджэу зи сабиигъуэ тхьэмыщкIэр къуажэ уэрам фIейм щызыхь сабий лъамцIэрыщэхэр къамылъхуами нэхъыфIтIи жыуагъэIэу къулейсызщ - кIэщIу жыпIэмэ, Лашын сыт хуэдэ Iэмалри къегъэсэбэп хэкум илъ залымыгъэр нэхъ гущIыхьэу къигъэлъэгъуэн папщIэ. Уеблэмэ, вы пыхуалэхэм, псы зэрыщIагъэлъадэ шэрхъышхуэхэр зыгъэкIэрахъуэ вы ешахэм, дунейр зэрафIэмыIэфIыжри щыхьэт тохъуэ мысыр жылагъуэм зы IэфIыгъэ закъуи, зы гурыфIыгъуэ гуэри зэрыдэмылъым.
ТхакIуэм нехьэкI-къехьэкI хэмылъу къигъэлъэгъуащ феллахь гъащIэр зэрыщыт дыдэр. Пэжщ, абызи гугъу ищIхэм теухуауэ «щIэн хуейр мыращ» жиIэу зыми триубыдэркъым, атIэ илъагъу псор тхыгъэкIэ игъэбелджылыуэ аращ. Апхуэдэу фIэкIа имыщIми а къигъэлъэгъуэжыр апхуэдизкIэ Iэзэу икIи гум хыхьэу уи пащхьэ кърегъэувэри, плъэмыкIыу уогъэщIагъуэ псалъэм и къарумкIэ абы зэфIигъэкI лэжьыгъэм и инагъыр.
Лашыным зи гугъу ищIхэм я пэжагъыр пепхьэх хъунукъым реалистическэ унэтIыныгъэщIэм тет иджырей тхакIуэхэу Шаркауи Абдурахьмэнрэ (1920 гъэм къалъхуащ) Идрис Исуфрэ (1927 гъэм къалъхуащ). Новеллэ зыбжанэм тхакIуэм къыщеIэт цIыхубз гъащIэм теухуа упщIэхэр икIи абыхэм я жэуап къилъыхъуэурэ сэтей къещI бзылъхугъэм и Iуэху зыIутыр. Щапхъэ белджылыхэмкIэ дегъэлъагъу хуитыныгъэ зимыIэ щхьэлъащIэр гугъу зэрехьыр. «ЖыIэдаIуэм и унэ» хъыбарым лIыхъужь нэхъыщхьэу хэт Наимэ цIыхубз щIалэщ икIи дахэщ. «Ар зэрыгуакIуэм лъабжьэ хуэхъур, - етх Лашын ТIэхьир, - мыIэрысэм хуэдэ и нэкIуркъым, шатэм хуэдэу и напэ хужьыркъым, мазэ ныкъуэм хуэдэ и набдзэ къурашэркъым, сирие чыцIыбжьэхэр уигу къэзыгъэкI и пэ захуэркъым, мраморым хуэдэу цIанлъэ и бгъитIыркъым. Ар - мис а псэкупсэ (духовнэ) дахагъ жыхуэтIэу художникхэр къызэщIэзыIэтэ, усакIуэхэр мыжеиж зыщI дахагъэу цIыху гъэсам и унэм щIыхьэ насыпырщ». И насыпыншагъэти, Наимэ и щхьэгъусэ Мыхьмуд цIыху жьейщ, дыджщ. Абы Наимэ фызу къыщIишар унэрэ феддан зыбжанэ хъу щIапIэрэ зэриIэрщ. Наимэ и лIым дихь гъащIэр мыгъуэщ, гуныкъуэгъуэхэмыкIщ.
КъикI щымыIэми мызэ-мытIэу абы и мурадащ апхуэдэ псэукIэм зригъэхъуэжыну, щымыхъум, Мыхьмудым къыбгъэдэкIыжащ. Ауэ абы и лIыр хуейтэкъым и фызымрэ езымрэ зэбгъэдэкIыжыну, арати судым унафэ ищIащ зилI дэпсэужыну хуэмей муслъымэн цIыхубзхэр здэщыIэ щIыпIэм Наимэ ягъэкIуэну.
Езыр зэрыхуейм хуэдэу зи гъащIэр зыухуэну хэта цIыхубзым и мурадхэр пщIыхь дахэм хуэдэу щылъэлъэжым, апхуэдэ хуитыныгъэ зэримыIэри къыгурыIуэу и гугъэр абы щыхихыжым, Наимэ къегъэзэж Мыхьмуд деж, къегъэзэж, хамэлI и гупэ хэгъуэлъхьэну къыхуихуа нэужь.
Мыхьмуд и гуфIэгъуэм гъуни нэзи иIэтэкъым икIи ар къызыхэкIар и щхьэгъусэм къызэрыригъэгъэзэжыфартэкъым, атIэ лъэпкъ хъункIэ зыщыгугъ сабийр къыщалъхуну зэманыр къызэрыблэгъарт.
Пщащэм и гурыщIэхэмрэ адэ-анэхэм я мурадхэмрэ зэгурымыIуэу зыщызэраупсейм теухуа новеллэхэри иIэщ Лашыным. Абы и роман «Хьэуа зыщIымыгъу Iэдэм» жыхуиIэр 1934 гъэм дунейм къытехьащ. Ари зытеухуар егъэджакIуэ цIыхубзщ, Мысырым япэу щхьэхуит щыхъуа бзылъхугъэхэм ящыщ зыщ.
40 гъэхэм и пэщIэдзэм зэчиишхуэ зиIэ тхакIуэм тхэн щигъэтащ, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуари зым и дежкIи мыгурыIуэгъуэу. ТIэхьир и иужьрей тхылъу новеллэхэр щызэхуэсар, «Жьым ихь щхьэтепхъуэр» зыфIищар, 1940 гъэм Каир къыщыдэкIащ. Абы иужькIэ Лашыным тхылъ къыдигъэкIын дэнэ къэна, газетхэм, журналхэм зыри къытрыригъэдзакъым, япэм абыхэм щIэмычэу и хъыбархэр традзэу щытами.
Урыс литературовед Н. К. Коцарев къызэрыхигъэбелджылыкIымкIэ, «Лашын и IэдакъэщIэкIхэм хьэл нэхъыщхьэ хуэхъуахэм ящыщщ купщIэмрэ а купщIэр зыкIуэцIылъ фащэмрэ зэрызэпэшачэр. Абы и зэманым апхуэдэ узэрыщрихьэлIэр зэзэмызэххэт. Лашын и лIыхъужьхэр икъукIэ куэд мэхъу. Абыхэм я дунейр зыхуэдэмкIэ тыншу уи нэгу къыщIэбгъэхьэфынущ зауитI зэхуаку лъэхъэнэм мысыр жылагъуэр (псом хуэмыдэу къалэ гъащIэр) зэрыщытар.
Лашыным и лIыхъужьхэм щыщ куэд гъуэгуитI зэхэкIыпIэм щыгупсысэу урохьэлIэ, къыхахынур ямыщIэу: е заукIыжын хуей мэхъу, е къэзыухъуреихьыр псэм темыхуэж мэхъури, ар имыбгынэу хъуркъым. Лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэмрэ къызэщыуныгъэ, къэщIэрэщIэжыныгъэ, е нэгъуэщI гуэру «нэхьдэ» псалъэм къиубыдхэмрэ зэтемыхуэу къилъытэрт тхакIуэм.
1954 гъэм дунейм ехыжащ Лашын ТIэхьир. Абы и хъыбархэр урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ Мэзкуу къыщытрадзащ «Мысыр новеллэхэр», «Хьэрып прозэ» сборникхэм. 1960 гъэм адыгэ тхакIуэм и тхыгъэ псори зэхуэхьэсауэ Каир къыщыдэкIащ. Абы пэублэ псалъэ хуитхащ мысыр новеллэтх цIэрыIуэ, литературовед икIи дипломат Яхья Хакъкъи.
Теймур зэшхэмрэ Лашын ТIэхьиррэ я зэчийм пщIэшхуэ хуищIт, абыхэм я ныбжьэгъуфIт тхакIуэ, журналист икIи социолог Мэзхьэр Исмэхьил, иджырей мысыр киноактёр цIэрыIуэ Мэзхьэр Ахьмэд и адэр.
Студенту щыщыIа зэманым, 1908 гъэм, абы къыдигъэкIт «Аш-Шааб» газетыр. Илъэсибгъу дэкIа нэужь «Аль-Усур» журналым и редактор нэхъыщхьэ мэхъу. ТхакIуэ щIалэм и дуней еплъыкIэр зэфIэуващ Дарвинрэ Сарруф Екъубрэ (1852 - 1927) я щIэныгъэр и гъуазэу. Сарруф ливан тхакIуэщ, Каир щыпсэуащ, «Аль-МукътэтIэф» журналым и унафэщIт.
Мэзхьэрым хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIащ Дарвин и лэжьыгъэ «ЛIэужьыгъуэхэм я къэхъукIэ» жыхуиIэр. ИужькIэ ар «Аль-МукътэтIэф» журналым и редактор нэхъыщхьэ ящI.
АбыкIэ хэIущIыIу щIыным пещэ европейскэ щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я ехъулIэныгъэхэр, эволюцием ехьэлIауэ Дарвинрэ Спенсеррэ я идеехэр. Абыхэм къадэкIуэу Мэзхьэр Исмэхьил йолэжь хьэрып гупсысакIуэшхуэхэм я тхыдэм ехьэлIа Iуэхухэм икIи абыхэм я псынащхьэр Европэм ирепх. 60 гъэхэм абы къызэрегъэпэщ «жылагъуэм и энергетикэм и теорие», а зэманым ар долажьэ «Франклин» американскэ тхылъ тедзапIэм, США-м и социолог-щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэр зэредзэкI.
1967 гъэм Бейрут къыщыдокI Мэзхьэрым и автобиографическэ повесть «ЩIалэгъуэм и гугъуехьхэр» зыфIищар.
Мысыр тхакIуэхэу адыгэхэм къахэкIахэм ятеухуа мы псалъэмакъым адэкIэ сыкъыщыувыIэну сыхуейт театральнэ лэжьакIуэшхуэ икIи режиссер Уахьбэ Исуф и къуэш нэхъыщIэ иджырей драматург цIэрыIуэ, новеллэтх, журналист Уахьбэ СэIэдин.
СэIэдин и япэ хъыбархэр щытригъэдзар 1942 гъэрщ. Ар хэтащ 1952 гъэм бадзэуэгъуэм и 23-м екIуэкIа революцэм, ди эрэм ипэкIэ 525 гъэм Мысырым къэжэрхэр къыщытеуа лъандэрэ щыIа дэкъузэныгъэр тридзу, монархиер икъутэу къэралым и щхьэ и унафэ ищIыжыну хуит зыщIа революцэм. ИлъэсихкIэ Уахьбэр полицэм хэтащ. А зэманым абы гъащIэм щилъэгъуа, и лэжьыгъэм зыщрихьэлIа къомыр сэбэп къыхуэхъуащ бзаджащIэхэр къэубыдыным теухуа и новеллэхэр щитхым.
1958 гъэм ар «Аш-Шахьр» журналым и редактор нэхъыщхьэу ягъэув. А гъэ дыдэми дунейм къытехьащ Уахьбэ и новеллэхэр щызэхуэхьэса и япэ тхылъыр. 1961 гъэм Каир щагъэуващ абы и япэ пьесэ «Алыхьым къихъумэр» жыхуиIэр. Абы къыщыгъэлъэгъуащ 1952 гъэм и бадзэуэгъуэм ипэкIэ екIуэкIа Iуэхугъуэхэр. Феодальнэ режимым зыпэщIасэу мэкъумэшыщIэхэр ерыщу къыщыукъубея 1951 гъэм къуажэм къыщыхъуахэм теухуащ «Ещанэ класс зиIэ вагон» (1962) жыхуиIэр.
1964 гъэм Уахьбэ СэIэдин и пьесэ «Москитхэм я лъэмыж» жыхуиIэм къытращIыкIыу спектакль ягъэувауэ щыIащ. А драмэм къиIэт Iуэхугъуэхэр теухуащ бадзэуэгъуэм екIуэкIа революцэр къыщыблэгъа зэманым къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къыщыхъуну зыпэплъэ зэхъуэкIыныгъэхэм.
Спектаклхэр псори зыгъэувар СэIэдин и къуэш Исуфщ.
Инджылыз тепщэм и бийуэ Мысырым и цIыхубэм 1919 гъэм иригъэкIуэкIа бэнэныгъэрщ зытеухуар «ГъэсакIуэ», «ГъущIIунэхэр» пьесэхэр. Ахэр Каир дэт лъэпкъ театрым 1967 - 1968 гъэхэм щигъэуващ Уахьбэ Исуф. «Псы зэрыщIагъэлъадэ шэрхъибл» - аращ зэреджэр хьэрып-журт ещанэ зауэу 1967 гъэм екIуэкIам кърикIуахэм тепсэлъыхь драмэм.
Литературнэ гупхэм я деж зэныкъуэкъу гуащIэ къишауэ щытащ Уахьбэ СэIэдин и пьесэм къытращIыкIыу ягъэува «Сценэ къуагъ жэщтеуэ» спектаклым. А пьесэм «темэ щIэхъумам» - къэрал Iуэхузехьэхэр литературэмрэ литературнэ критикэмрэ зэрыхэпщэфIыхьым - и щхьэтепхъуэр трех.
Уахьбэм европейскэ драматург зыбжанэм я пьесэ зэридзэкIащ, литературэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм теухуауэ критическэ тхыгъэхэр журналхэм, газетхэм къытрыригъэдзащ.
Азиемрэ Африкэмрэ я тхакIуэхэм я тхыгъэ къыхэхахэр щызэхуэхьэса библиотекэу томипщI хъум и япэ тхылъыр - «КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и тхакIуэхэм я тхыгъэ къыхэхахэр» жыхуиIэр Мэзкуу дэт «Прогресс» тхылъ тедзапIэм 1978 гъэм къыщыдэкIауэ щыIащ. Ар щытрадзэ махуэхэм дунейм ехыжащ Исуф ас-Сибаи, а томыр зыгъэхьэзырахэм ящыщ зыр. Ар пщIэкIэ къащта лIыукIым Кипрым щыIэщIэкIуэдащ. Хьэрып тхакIуэ цIэрыIуэр икIи жылагъуэ лэжьакIуэшхуэр президент Гамаль Абдель Насер и ныбжьэгъуфIу, и щIэгъэкъуэну щытащ, 1952 гъэм екIуэкIа бадзэуэгъуэ революцэм жыджэру хэтащ.
Адыгэ мамлюкхэм къатепщIыкIыжа литератор цIэрыIуэ Сибаи Мухьэмэд и унагъуэм 1917 гъэм къралъхуащ Исуф. ЩыцIыкIум къыщыщIэдзауэ ар дихьэхауэ еджэрт урыс, КхъухьэпIэ къэралхэм я классикхэм я IэдакъэщIэкIхэм. Илъэс пщыкIуплI щрикъум ар адэншэу къэнащ. Апхуэдэу щыхъум, Исуф мурад ищIащ и гъащIэр дзэм ирипхыну икIи дзэзешэхэр щагъэхьэзыр еджапIэм щIэтIысхьащ. Ар къиуха нэужь, мамлюк нэсхэм ещхьу, ар шуудзэм хыхьащ, иужькIэ танкыдзэм зритыжащ.
1952 гъэ революцэр къэхъеиным куэд имыIэжу ас-Сибаи ягъэув дзэм и музейм и нэхъыщхьэу, итIанэ Мысырым и танкыдзэхэм я унафэщIым и къуэдзэу.
Литературэмрэ гъуазджэмрэ ехьэлIа IуэхухэмкIэ щыIэ Хасэм и генеральнэ секретару ар хахауи щытащ 1956 гъэм, илъэситI дэкIри, Азиемрэ Африкэмрэ я къэралхэм я зэакъылэгъуныгъэм и организацэм и генеральнэ директору ягъэуващ икIи дунейм ехыжыхункIэ а къулыкъур иIыгъащ. Президент Насер и лъэIукIэ ас-Сибаи илъэс зыбжанэкIэ и унафэщIу щытащ Мысырым щэнхабзэмкIэ и министерствэм.
Жылагъуэ лэжьыгъэхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ тхакIуэ Iэзэм и гъащIэр: ар ящыщт тхакIуэхэм я союзрэ новеллэтххэм я клубрэ къызэзыгъэпэщахэм, я редактор нэхъыщхьэт АРЕ-м и тхакIуэхэм я союзым къыдигъэкI «Ар-Рисалэ аль-Джадидэ», афроазиатскэ тхакIуэхэм я бюро сыт щыгъуи лажьэм и «Лотос» журнал цIэрыIуэхэм.
Ас-Сибаи зы зэман пыухыкIакIэ апхуэдэу и редактор нэхъыщхьэу щытащ. Каир къыщыдэкI «Ахар саа» журналым.
Жылагъуэ лэжьакIуэ емышыжым и гуащIэ куэд ирихьэлIащ Азиемрэ Африкэмрэ щыпсэу лъэпкъхэм я щхьэхуитыныгъэм щIэзэууэ ирагъэкIуэкI бэнэныгъэм быдэу щызэкъуэувэным. Ар пэщIэту щытащ империализмымрэ колониализмымрэ я Iуэху фIейхэм. Ар и телъхьэу щытащ Мысырым капиталист гъуэгу къыхимыхыным, Совет Союзымрэ адрей социалист къэралхэмрэ пыщIэныгъэ быдэ яхуиIэным. МамырщIэкъу лэжьыгъэу абы иIэр къалъытэри, 1960 гъэм къратауэ щытащ Ф. Жолио-Кюри и цIэкIэ щыIэ Мамырыгъэм и дыщэ медалыр.
Ас-Сибаи мызэ-мытIэу щыIащ ди къэралым.
1947 гъэм Каир къыщыдэкIауэ щытащ Исуф и новеллэхэр щызэхуэхьэса «НэкъыфIэщIхэр» жыхуиIэр. Абы ипэкIэ 1933 гъэм къыщыщIэдзауэ и тхыгъэхэр яриту щыIащ Мусэ Сэлам къыдигъэкI журналхэм.
40 гъэхэм и кIэухым тхакIуэм IэщIыб ещI и тхыгъэхэр нэхъ зытриухуэ лъагъуныгъэ зэрызехьэхэр, щхьэзакъуэ-лъакъуитI романтизм гъунапкъэм йобакъуэри, революционнэ романтизмым зрет, иужькIэ критическэ реализмым хуокIуэ.
«ФэрыщIыгъэм и щIыналъэ» (1949) япэ роману ас-Сибаи итхар теухуащ 1952 гъэ революцэм ипэкIэ мысырлыхэм я гъащIэм и лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм. УрысыбзэкIэ къыдэкIам и пэублэ псалъэм мыпхуэдэу щыжиIащ Исуф: «ФэрыщIыгъэм и щIыналъэ» си романыр стхащ Мысырыр колонизаторхэм я лъэгудыгъуэм щыщIэгурымыхь, лъэпкъ, социальнэ гъэпщылIыныгъэхэм я лIэужьыгъуэ щIэгъэщхъуэжахэм щагъэгуIэ, кIэ зимыIэ гъэпщылIыныгъэм щитхьэлэ лъэхъэнэм; мысырлыхэр я щхьэхуитыныгъэм щIэзэууэ лъы щагъажэ, хуитыныгъэм, щIакхъуэ Iыхьэм, къэщIэрэщIэныгъэм, мамырыгъэм щыщIэбэн зэманым».
Исуф ас-Сибаи и Iэдакъэ къыщIэкIащ тхылъ 50-м щIигъу, публицистикэ тхыгъэ куэд. Роман къудейуэ абы иIэр 20-м нызэрохьэс. Исуф и тхыгъэ нэхъыфIхэу къалъытэ революционнэ романтизмкIэ псыхьа романхэу «Си гур къызэтыж» (1955), «Гъуэгу къэзыгъэзэж» (1958) жыхуиIэхэр, иджырей гъащIэм теухуа романхэу «Дэ ди закъуэкъым» (1969), «ГъащIэр - напIэдэхьеигъуэщ», «Дэ банэ тсэркъым» (1973), Асуан псы IущIапIэр зэраухуам теухуа пьесэ «Зэманым нэхърэ нэхъ лъэщ» (1966) зыфIищахэр, нэгъуэщIхэри.
«Си гур къызэтыж» романыр езы тхакIуэм и гъащIэм триухуащ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ 1952 гъэм революцэр къыщыхъеину лъэхъэнэм мысыр офицерхэм я дуней еплъыкIэр зыхуэдар. «Гъуэгу къэзыгъэзэжыр» топсэлъыхь япэ хьэрып-журт зауэу 1948 гъэм екIуэкIам.
УрысыбзэкIэ зэдзэкIауэ Исуф и тхыгъэ зыбжанэ традзащ ди деж къыщыдэкI «Иностранная литература», «Огонёк» журналхэм.
Мэзкуу, Ташкент, Ленинград тхылъ тедзапIэхэм дунейм къыщытехьащ «Псызехьэр лIащ», «ФэрыщIыгъэм и щIыналъэ», «Дэ банэ тсэркъым» романхэмрэ рассказхэр щызэхуэхьэса «ЦIыху угъурлыщэхэр» тхылъымрэ.
1974 гъэм ас-Сибаи и литературнэ лэжьыгъэм хуагъэфэщауэ щытащ «Лотос» саугъэтыр.
Исуф адэ гулъытэ хуищIырт и хэкуэгъухэу литературэм зи гъащIэр пызыщIахэм. Псом хуэмыдэу ар хуэгуапэт Абазэ Сэруэт, роман, повесть, пьесэ, хъыбар куэд зи Iэдакъэ къыщIэкIа, европейскэ тхакIуэхэм я Iэрытххэм я зэдзэкIакIуэ Iэзэм. Сэруэт и ехъулIэныгъэхэм щыгуфIыкIырт ас-Сибаи. Абы ар тригъэгушхуэрт тхыдэм хыхьэжа темэхэр къитIэщIыжыну икIи сыткIи фIэкъабылт езыхэр къызытепщIыкIыжа адыгэ мамлюкхэм куэд щагъэхъа а зэман жыжьэм нэсыжу тетхыхьыну.
Абазэм и IэдакъэщIэкIхэм я нэхъыфIщ «Ибн-Аммар» повестыр, «ГъащIэ и гъащIэж» пьесэр, «Нил Iут чэщанэ» романыр.
1959 гъэм абы Каир къыщыдигъэкIащ къуажэ гъащIэм тепсэлъыхь роман «Махуэхэм защызыдзей» зыфIищар, АРЕ-м и къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэщар. 1960 гъэм Абазэ Сэруэт къыдегъэкI «Дыгъэр иджыри къыкъуокI» романыр, етIуанэ дунейпсо зауэм иужькIэ мысыр щIалэгъуалэм я гъащIэр зыхуэдэм теухуар. Абы къыщыгъэлъэгъуащ щIэблэщIэ къэхъум гъащIэщIэ ухуэным хузэфIэкI хилэжьыхъу езым хуэфэщэн увыпIэ екIу щиубыдын папщIэ фIэщхъуныгъэ зэрыщыIэр.
Литературэ гъуэгум и япэ лъэбакъуэхэр 50 гъэхэм зыча Абазэ Сэруэт ноби игъэтIылъакъым и къалэмыр. Абы и хъыбар, пьесэ, роман куэд традзэ «Ас-Сэкъафэ» журналым, «Аль-Джумхурие» газетым, тхылъ щхьэхуэу къыдокI.
Иджыпсту Мысырым адыгэу мини 5-м щIигъу щопсэу. Абыхэм я анэдэлъхубзэр ящIэжыркъым, ауэ я хабзэхэр яхъумащ, я тхыдэм щыгъуазэщ, адыгэ шхыныгъуэхэр дэгъуэу ягъэхьэзыр. 1932 гъэм Каир абыхэм къыщызэрагъэпэщащ «Адыгэ зэкъуэшыныгъэ» хасэр. Абы и унафэщIу щытащ Абдул Хамид-бек Гъалибрэ Рашид Ростомрэ. Гъалиб хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIащ «Кавказым и тхыдэр». Рашид Ростом и къуэрылъхут Уэсмэн Рыфкъий генералым, Тэуфикъ-пэщэм и зэманым дзэзешэ министру щытам. Абы и адыгэ унэцIэ дыдэр Фэукъуэщ.
1920 гъэм Ростом къиухат Сорбоннэ университетыр. ФуIэд Езанэмрэ Фэрыкъурэ Мысырым я хедивхэу щыщытам, абыхэм къэралым къулыкъу лъагэхэр щаIыгъащ. Рашид Ростом и тхыгъэхэр къытригъадзэрт «Аль-РисалэI» («тхыгъэхэр») икIи «Аль-МукътэтIэф» («тхыгъэ къыхэхахэр») журналхэм. Абы и цIыхугъэфIт Расым Рушди - «Адыгэхэмрэ Мысырымрэ», «Алий-бек аль-Кэбир», «Ар - си лъэпкъщ! Адыгэр и лъэпкъым топсэлъыхь», «Адыгэ лъэпкъым и къекIуэкIыкIам и нэщхъеягъуэхэр», «Ислъамымрэ щхьэхуит гупсысэмрэ» тхыгъэхэр зи IэдакъэщIэкI адыгэ щIалэр. Кавказым щекIуэкIа зауэм теухуауэ Рушди повесть зыбжанэ къыдигъэкIащ.
Иорданием и адыгэ жылэхэм Рашид Ростом 1932 гъэм щыIащ. 1933 гъэм мазаем и 9-м абы Амман игъэхьащ письмоищ: Нэхущ Мысхьуд, абы и къуэ Хьэмид, ипхъу Iэминэ сымэ я деж. И тхыгъэхэм ящыщ зым Рашид мыпхуэдэу щитхащ: «Фи бынхэм яжефIэж абыхэм хэку зэраIэр, абы нэхърэ нэхъ дахи дунейм зэрытемытыр, ар зэи абыхэм ящыгъупщэ зэрымыхъунур. Абыхэм иращIэ: адыгэхэр лъэпкъ къабзэщ, лэжьэрейхэщ, щхьэхуитыныгъэр фIыуэ ялъагъу, уафэ къащхъуэм и лъабжьэм адыгэу къызэрыщалъхуам папщIэ я щхьэр лъагэу ирелъагъуж икIи я гъащIэр яухыху къызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу щрет»...
ХамэщI къыщыхута адыгэ мухьэжырхэм яхуэлэжьэным Рашид Ростом и гъащIэ псор триухуащ. Абы ахэр игъэгушхуэрт, мылъкукIэ ядэIэпыкъурт. Каир и институтхэм щеджэ адыгэхэр зэпымычу абы и унэ щыпсэурт. Кавказым и тхыдэр щызэхуэхьэса библиотекэ къулей дыдэ Ростом иIэт. Сирием, Иорданием, Ливаным, Палестинэм къикIыу Мысырым еджакIуэ къакIуэ адыгэ псоми абы и тхылъхэр къагъэсэбэпырт. Жьы дыдэ хъуауэ ар 1976 гъэм дунейм ехыжащ.
Гъуазджэм и лэжьакIуэ куэд адыгэ мамлюкхэм къалъхуам къалъхужахэм ящыщу Каир щопсэу. Абыхэм яхэтщ зэчий зыбгъэдэлъ артистхэр, уэрэджыIакIуэ Iэзэхэр, сурэтыщIхэр, уэрэдусхэр.
Фахъридин Мариам илъэс 30-м щIигъуауэ кином зыкъыщегъэлъагъуэ, фильм 95-м щыджэгуащ. Гукъинэжщ абы игъэзэщIа ролхэр. Мариам и дэлъху нэхъыщIэ Исуфи артистщ.
Киногъуазджэр фIыуэ зылъагъу ди цIыхухэр нэхъ зыщыгъуазэр Абазэ Рушдирэ Мэзхьэр Ахьмэдрэ я зэфIэкIырщ. Ахэр Мысырым и киностудие «Фильм Абир аш-Шэркъ» жыхуиIэм и артист пажэхэщ. А тIури ди деж щагъэлъэгъуа «Псалъэ пэж» фильмым щоджэгу. Ахьмэд тутнакъэщым и унафэщIым и ролыр егъэзащIэ, Рушди - генералым.
Мэзхьэрыр дэ щытлъэгъуащ нэгъуэщI фильмхэми: «Нэгъуджэ фIыцIэхэр», «ЦIыхухъу псори зэщхьщ», «Лъагъуныгъэм и уасэр», «Си гум фIыуэ илъагъу цIыху», нэгъуэщIхэми.
Абазэ Рушди фIыуэ къалъагъу хъэрыпхэм. Ар фильм 48-м щыджэгуащ. «КIыфIыгъэм иужькIэ - нэху» жыхуиIэ фильмым абы щигъэзэщIа роль нэхъыщхьэр гукъинэжщ, узыIэпызышэщ.
«Мамлюк щIэпхъуэжа» жыхуиIэ тхыгъэмкIэ хьэрып литературэщIэм къыхихьащ тхыдэ романыр. Ар и IэдакъэщIэкIщ Джирджи Зейдан (1861- 1914).
ТхакIуэ хъуну щIалэ цIыкIур Бейрут щыпсэу чыристан унагъуэ тхьэмыщкIэм къыщалъхуащ. ЩыныбжьыщIэм Джирджи бэIутIэIу куэд илъэгъуащ, ауэ зэи ар зэщIэкIуакъым. ВакъэлъэщIу щыта щIалэ ерыщым япэ щIыкIэ фармацевт IэщIагъэр зригъэгъуэтащ, итIанэ пщыхьэщхьэ еджапIэм инджылызыбзэ щиджащ, 1882 гъэм ар Мысырым кIуащ, дохутыр хъун гурылъ иIэу. Зейдан и гурылъыр къыщемыхъулIэм, «Зэман» газетым лэжьыгъэ къыщигъуэтащ. Илъэсищ нэужьым абы Бейрут егъэзэж. Ливаным Джирджи щиджащ пасэрей журтхэм, хьэмшэрийхэм, къэжэрхэм я бзэхэр. ИтIанэ Зейдан и щIэныгъэм Лондон щыхигъахъуэри, Каир Iэпхъуэжыпащ.
1888 гъэм щыщIэдзауэ абы зрет тхакIуэ IэщIагъэмрэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэмрэ. Илъэсищ нэужьым Джирджи къызэIуихащ типографие, ар лъабжьэ хуэхъуащ иджыпсту хьэрып къэралхэм нэхъ ин дыдэу щыIэ «Дар ал-Хьилал» тхылъ тедзапIэм.
Джирджи Зейдан роман 22-рэ итхащ. Абы щыщу 17-р ислъамым и пасэрей тхыдэм теухуащ. «Мамлюк щIэпхъуэжа», «Мамлюкхэм я IуэхущIафэ», «Мэхьди гъэр ящIащ» романхэр тхакIуэм Мысырым иса ди лъэпкъэгъухэм я гъащIэм тритхыхьащ.
Хьэрып тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIащ. Зейдан и тхыгъэхэр Лондон, Париж, Рим, Берлин, Ленинград, Дели, Коломбэ, Тегеран, Баку, Истамбыл къыщыдэкIащ. Джирджи и романхэм тхыдэм щыгъуазэ уащI, ахэр бзэ тыншкIэ, бзэ дахэкIэ, бзэ къызэрыгуэкIкIэ тхащ.
Дэ ди тхылъеджэри, сызэригугъэмкIэ, дихьэхагъэнщ япэу дунейм адыгэбзэкIэ къытехьа «Мамлюк щIэпхъуэжа» романым. Ар адыгэ мамлюкхэм къащыщIа щIэщхъум топсэлъыхь. КъыщыдэкIар Мейкъуапэщ.
«Мамлюк щIэпхъуэжар» Хъуажь Мухьэмэд-Хъер ди анэдэлъхубзэкIэ ятха фIэкIа умыщIэу адыгэбзэм къригъэтIэсащ.
Мухьэмэд-Хъер адэжь щIыналъэм къызэрыкIуэжрэ илъэс 30 хъуащ. Ар Джулан лъагапIэхэм хиубыдэ Барекъэ къуажэм къыщалъхуащ, ныбжьыщIэу Сирием иIэпхъукIащ, Иорданием куэдрэ щыпсэуащ. Дамаск дэт университетыр къиухри, Хъуажьыр уэчылу лэжьащ.
Хэкум къигъэзэжа нэужь, абы хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIащ «Къэзанокъуэ Жэбагъы» жыхуиIэ тхылъыр, МэшбащIэ Исхьэкъ и роман «Бзиикъуэ зауэр».
Мохиэддин Хъалид 1922 гъэм хьэстIул мазэм и 17-м Каир къыщалъхуащ. Абы дзэ щIэныгъэхэмкIэ училищэрэ Каир дэт университетым и коммерческэ факультетымрэ къиухащ. Езыр Жамбейхэ ящыщщ.
Г. А. Насер и гъусэу Хъалид яхэтащ Мысыр пащтыхьыр 1952 гъэм тезыдза «Офицер щхьэхуитхэр» хасэр къызэзыгъэпэщахэм.
1964 гъэм Жэмбейр «Аль-Ахъбар» газетым и редактор нэхъыщхьэу ягъэуващ. ИужькIэ ар Хьэрып социалист союзым (АСС) и ЦК-м хагъэхьэ.
1970 гъэм Анвар Садат властыр Iэрыхьа нэужь, Мохиэддин Хъалид и политическэ лэжьыгъэр нэхъ кIащхъэ мэхъу. Уеблэмэ, абы къахуихуащ къалэм дэкIыну хуитыныгъэ къыщрамытаи.
1975 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм, АСС-р и лъабжьэу, Жамбейм Лъэпкъ-прогрессивнэ парт (НПП) къызэрегъэпэщ. АСС хасэр зэбграутIыпщыкIыжа нэужь, 1977 - 1980 гъэхэм ар НПП-м и тхьэмадэу, иужькIэ и генеральнэ секретару мэлажьэ.
1978 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс зыбжанэкIэ НПП-м и орган «Аль-Ахьали» газетым и редакцэм и унафэщIуи щыIащ. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэ щытыкIэр захуагъэм тету зэтес щIыжыным, къэралым и жылагъуэ-политикэ гъащIэм демократием и хабзэхэр щыгъэувыным теухуа и тхыгъэхэр мызэ-мытIэу Хъэлид а газетым къытрыригъэдзащ.
Жамбейрщ мамырыгъэм и телъхьэхэм я зэщIэхъееныгъэр Мысырым къыщызэзыгъэпэщари, 1958 гъэм къыщыщIэдзауэ ар Мамырыгъэр хъумэнымкIэ мысыр лъэпкъ Советым и генеральнэ секретарщ, Мамырыгъэр хъумэнымкIэ дунейпсо Советым и вице-президентщ. Мамырыгъэр хъумэным хуищIа хэлъхьэныгъэ инхэм къапэкIуэу абы Жолио-Кюри и цIэкIэ щыIэ дыщэ медалыр къратащ. 1970 гъэм Мохиэддин Хъэлид хуагъэфэщащ «Лъэпкъхэм яку мамырыгъэр щыгъэбыдэнымкIэ» щыIэ Международнэ Ленинскэ саугъэтри.
Адыгэ мамлюкхэм къэралыр щаIэщIэлъа лъэхъэнэр Мысырым и тхыдэм хэбдз зэрымыхъунум ещхьу, абы и литературэри къызыфIэбгъэщIыфынукъым Баруди, Шэукъий, Теймур зэкъуэшхэр, Абазэ зэкъуэшхэр, Джэрымыр, Лашыныр, Сабри, Уахьбэ, ас-Сибаи, нэгъуэщIхэри хэмыту. Курыт лIэщIыгъуэхэм мамлюкхэр сэбэп хъуауэ щытащ Мысыр къэралыгъуэр зэфIэувэнымкIэ. Нобэр къыздэсым Каири, Александрии, Щами хэщIа щIагъуэ щымыIэу дэтщ абыхэм я ухуэныгъэ хьэлэмэтыщэхэу архитектурэ телъыджэм и фэеплъ ину къэнахэр. Апхуэдэ ухуэныгъэхэм, сыт хуэдэу щымытми, зэманым зыщыдигъазэкIэ зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэм я лъэужь къыщытенэ къохъу, ауэ адыгэ мамлюкхэм къатепщIыкIахэм я литературэ IэдакъэщIэкIхэр зэрыщыт дыдэм хуэдэу фэеплъ мыкIуэдыжщ нобэ псэу лIакъуэхэми, пщэдей къалъхунухэми я дежкIэ, ар я духовнэ хъугъуэфIыгъуэщ хьэрып къэрал псоми, и хъугъуэфIыгъуэщ къэщIэрэщIэжа КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и щэнхабзэр зыфIэгъэщIэгъуэн дэтхэнэ зыми
Мэзхьэр Исмэхьил Ас-Сибаи Исуф Джорджи Зейдан
Мохиэддин (Жэмбей) Хъалид Щхьэплъы Зубейдэ Фэукъэ Рашид
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "852.txt"
} |
МЭРЕМ ПШЫХЬ
ГъащIэм куэд къыщохъу
Сурэт
Аушыджэр щыщ бзылъхугъэ гуэрым щхьэгъусэншэу ипIа и къуэр жыIэмыдаIуэу къэхъуат. Махуэ щIагъуэ дэкIыртэкъым абы зыгуэр зэхимыщIыхьу. Сытми, ерагъыу школыр къригъэухри, лэжьапIэ игъэувыну мурад ищIащ анэм. АрщхьэкIэ дэнэт, ауэ жыжьэуи гъунэгъууи зытригъэхьакъым. ФыщIэрт, зауэрт, банэрт, хадэхэм ихьэрти, жыг къудамэхэр кърищIыкIэхырт. «Уи къуэм мыр къыдищIащ», - жаIэу мащIэ унажэ къыхуэкIуэрэт анэм.
Ауэрэ щIалэм и армэ кIуэгъуэр къоблагъэ. Гущтэгублэм хэмыкI анэм, а пIалъэр къыхуэмыгъэсу, и къуэм жреIэ:
- Е Алыхь, зэ уи щIыб къэбгъэзауэ слъэгъуащэрэт!
Куэд мыщIэу щIалэр дзэ къулыкъум даш. Мазэ зы-тIу дэкIауэ анэм письмо къыIэрохьэ. ЦIыхубзым пIащIэу письмоулъэр зэтречри къыдех… и къуэм и щIыбыр къэгъэзауэ зэрыт сурэт. НэгъуэщI зыри дэлътэкъым.
Саут СулътIан.
ГушыIэ
И ныкъуэр къэгъани, адрейр ихыж
ЗэлIзэфызыр хъарзынэу зэдэпсэуурэ илъэс тIощIым нэс дэкIауэ, лIым ефэу къиублат. Ар фызым и гум техуакъым икIи жриIащ:
- Алыхь, ефэныр щумыгъэтыжмэ, зы махуэ симысыну, сикIыжынум!
- ИкIыж, - и напIэр хуэдакъым лIым, ауэ укъыщысшам щыгъуэ килограмм 50 фIэкIа ухъуу щытакъым, иджы килограмми 100-м нэбгъэсащи, си деж щызытеплъхьа лыр къэгъанэ, адрейр ихыж.
И ныкъуэр сиIащэрэт
ЗэлIзэфызыр зэфIэнат. ЛIым и псалъэр зэпиуду фыз губжьам:
- Сыту акъылыншэ ухъуа, дыдыд Iей мыгъуэ! – щыжиIэм:
- Бетэмал, нэгъуэщI мыхъуми, а иджы сиIэ акъылым и ныкъуэр сиIащэрэт уэ пэшэгъу усщIыну сигу къыщихьам щыгъуэ, - пидзыжащ лIым.
Псалъэхэм я мыхьэнэр
ГъущIкъэтхъыхь
Гущэкъуапэибзэ. Ижь зэманым адыгэхэм яхэлъа хабзэщ. Унагъуэм хъыджэбз цIыкIу къралъхуамэ, ар благъэ зыщIыну зи мурад, щIалэ цIыкIу зиIэр къакIуэрти, лъэныкъуитIри зэхуэарэзыуэ, хъыджэбз цIыкIум и гущэкъур ирабзэрт. А хабзэм ипкъ иткIэ, сабийхэр балигъ хъуа иужь зэрагъашэрт. Зи гущэкъу ибза пщащэм нэгъуэщI щIэупщIэртэкъым. Хабзэр зезыхьэу щытар пщы-уэркъхэрат. А хабзэр XIX лIэщIыгъуэм кIуэдыжащ.
Гущэтелъхьэ. Унагъуэм щызекIуэ адыгэ хабзэщ. Сабийр тэмэму дунейм къызэрытехьам щхьэкIэ, абы и анэшхуэм фызгъалъхуэм тыгъэ хуищIырт: бостеяпхъэ, напэIэлъэщI, дыху-сабын, н.къ. Апхуэдэ тыгъэм «ГущэтелъхьэкIэ» йоджэ.
Гущэхэпхэ. Сабий пIынымрэ гъэсэнымрэ епхауэ адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI хабзэщ. Сабийр япэу гущэм щыхапхэм деж благъэ, гъунэгъу цIыхубзхэр къраджэрти, ягъэхъуахъуэрт. Бзаджэнаджэ зэран къахуэмыхъун щхьэкIэ жаIэрти, гущэ лъапэм гъущIхэкI щIадзырт. Джэду япэу ирагъэтIысхьэмэ, сабийр къыхэмыщтыкIыу жеину я гугъэт. ИтIанэ и щхьэр къаблэмкIэ гъэзауэ сабийр гущэм хапхэрт. Ар игъэзэщIэну нэхъ зыхуагъэфащэр бын куэд къызыщIэхъуа цIыхубзт. Гущэхэпхэр къызэзыгъэпэщри абы хэтри цIыхубзхэращ.
ГъэфIэж. Фызышэм пыщIа хабзэщ. И адэ-анэм е и Iыхьлыхэм яфIэмыфIу хъыджэбзыр унэидзыхьэу яхьамэ, лъэпкъитIым яку зэбииныгъэ дэмылъыну къуажэ IуэхукIэ щызрагъэкIужым деж, щIалэм, уасэм щымыщу, «ГъэфIэжкIэ» еджэу, шы е абы пэкIуэ ахъшэ хъыджэбзым и адэ-анэм яритырт. ГъэфIэжым и инагъыр къэзылъытэр медэтырт (судыщIэрт).
Гъуэгубжьэ. Нысашэ зиIэ унагъуэм и Iыхьлыхэр хъуэхъуакIуэ къыщыхуэкIуэкIэ, хэгъэрей щIалэхэр куэбжэм мэуври къыдагъэхьэркъым, «Гъуэгубжьэу» фадэрэ шхынрэ кърамыту. Абы языныкъуэхэр (Дзэлыкъуэ район) «КуэбжэIухыпщIэкIэ» йоджэ. А хабзэр ди зэманми щыIэщ.
Гъуэгудэгъазэ. ХьэщIэр гъэлъэпIэным, пщIэ хуэщIыным ехьэлIауэ адыгэхэм зэрахьэу щыта хабзэщ. Гъуэгуанэ здытетым ямыцIыху хьэщIэ къахуэзамэ, пщIэ зэрыхуащIыр кърагъэлъагъуэу, къагъазэрти абы бгъурыту кIуэрт, ягъэзэжыну къажриIэху. А хабзэм «ГъуэгудэгъазэкIэ» еджэрт.
Гъуэмылэукхъуэж. Лэжьыгъэм, гъуэгуанэм е зекIуэм пыщIа адыгэ хабзэщ. Лэжьыгъэ гуэр зэфIагъэкIыну е зыщIыпIэ IуэхукIэ щыкIуэхэм деж, гупым здрихьэжа шхыным щыщу къэнар къуажэбгъум къэсыжа нэужь зэдашхыжырт. Зэдэузыншэну, гъуэгу куэдрэ зэдытехьэну зытехъуэхъухьу зэдашхыж ерыскъым «ГъуэмылэукхъуэжкIэ» еджэрт. Апхуэдэу щIащIыр унэгуащэр унэм имысу е шхын мыхьэзыру гъуэгу тетар ирихьэлIэжынкIэ мэхъу, жаIэрти аращ.
Гъуо. Жылагъуэ зэхэтыкIэм ехьэлIа терминщ. Хэкум, жылэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ унафэхэр цIыхубэм ялъэгъэIэсыныр, яхэгъэIуэныр зи пщэрылъым «гъуокIэ» еджэу щытащ.
Совет властыр Къэбэрдейм щагъэувыным ипэ къихуэ лъэхъэнэм хабзэу щыIащ, къуажэ къэс гъуо иIэн хуейуэ. Ар цIыхубэм хъыбар зэрырагъащIэ зы Iэмалт. ИщхьэкIэ къикIауэ унафэ щыIэмэ е, къуажэдэсхэр зэхуэсу, зы Iуэхугъуэ гуэрым тепсэлъыхьын хуеймэ, гъуом ар цIыхухэм яхигъаIуэрт. Къуажэр инмэ, уэрамдыхьэ къэс увурэ гъуор кIийрт, унафэм цIыхухэр щIигъэдэIуу. Къуажэр цIыкIумэ, лъагапIэ гуэрым теувэрти и псалъэр ялъигъэIэсырт.
Гъуо къалэныр зыгъэзащIэм хьэкъэлэт (налог) ирагъэтыртэкъым. ЩIыхьэхукIэ абы и щIы Iыхьэр хуавэрт, хутрасэрт, хуIуахыжырт, мэкъу хупаупщIырт, нэгъуэщI Iуэхутхьэбзэхэри пщIэншэу хуащIэрт.
Гъуо Iыхьэ. Фызышэм хэта хабзэхэм щыщщ. НысащIэр кърагъэтIысхьауэ фызышэр пщIантIэм къыщыдэкIыжым деж, къуажэ гъуом и Iыхьэу джэд укIа, аркъэбжьэ яту щытащ. Абы «Гъуо IыхьэкIэ» еджэрт. Хабзэр кIуэдыжащ.
ГъущIкъэтхъыхь. Лъэпкъ IэзэкIэм, мажусий диным ехьэлIа хабзэщ. ЦIыху джэламэ е зэрымыщIэкIэ къэмэхамэ, абы ихъуреягъыр гъущIыпэ гуэркIэ къатхъыхьырт. Апхуэдэу ящIмэ, зэран къахуэхъуар (бзаджэнаджэр е узыр) а къатхъыхьам къинэу я гугъэт. А хабзэм «ГъущIкъэтхъыхькIэ» еджэрт.
Адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ гъущIхэкIым пщIэ хуащIу, ар къабзагъэм и нэщэнэу ялъытэу къогъуэгурыкIуэ. Псалъэм папщIэ, щIэупщIакIуэ кIуэм гъуэгум гъущIыкIэ гуэр щрихьэлIамэ, ар и нэщэнэу ябжырт зыхуэкIуэ сымаджэр щIэх зэрыхъужынум. IуэхукIэ уежьауэ, нал е нэгъуэщI гъущI кIапэ къэбгъуэтынри фIыуэ ялъытэрт.
Думэн Хьэсэн.
Гупсысэр - псалъэкIэ
Гу щIыIэ
Зэгуэр сэ хуабэу сыщытат. Гуныкъуэгъуэ ущиIи, зэшыр къыщыптеуи, цIыхухэм уакъыщыгурымыIуи укъакIуэрти, къыспкърыкI хуабэм зебгъэурт. Утезгъэужырт, уи гур пхуэзгъэIэфIыжырт. Си бжэр пхузэIусхати, ухуеиху укъыслъихьэрт. Сыкъэплъыхъуэн хуеи хъуртэкъым - сыт щыгъуи пщIэрт сыздэщыIэр. ПщIэнтэкъэ, абы фIэкIа Iуэху симыIэу, сыппэплъэу уи гъуэгум сыщытеткIэ? Уэ гуауэ къыплъысамэ, сэ сынэщхъейт, лъэпощхьэпо уIууамэ, уи япэ сиувэрти, уи Iуэху пхузэфIэзгъэкIырт. Си гупсысэр птезухуэщати, сэ езым гъащIэ сызэриIэр сIэщIэгъупщыкIыжауэ, ууеймкIэ сыпсэурт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уэ сыпхуэпсэурт…
Арати, уэ ущыкIащ. УщылъэIуэн хуейм дежи унафэ пщIы хъуащ. Уи псалъэхэм я Iэужь си уIэгъэхэр къибдзэртэкъым. Зызэхуэсшэурэ, умылъагъужыххэн хуэдиз сыхъуат. Хуабагъэ гуэри къыспкърыкIыжыртэкъым. СиIэжтэкъым гукъыдэж. Уэ кIэбгъу зыпщIыжри, уи хъуреягъыр къебгъэбыдэкIыжащ. Упсэуащ апхуэдэу зыкъомрэ. Хуабагъэу сэ ныпхэслъхьар бухыху. ИтIанэ-щэ?! Узэса гуапагъэр нэгъуэщIыпIэ щыщумыгъуэтым, уигу къэкIыжащ сызэрыщыIэр. Си деж укъэзышэу щыта, банэмрэ къуацэ-чыцэмрэ зэщIабла гъуэгур къэбгъуэтыжри, укъытеувэжащ. Нэхъапэм хуэдэжтэкъым гъуэгур. КIыхьт, быркъуэшыркъуэт. Лъагъуэ бгынэжа гуэрт. Гъуэгу зэщIэкIар бгъэкъэбзэжурэ, бжэIупэм нэс укъэкIуащ. УзэрыщIегъуэжар къызыхэщ псалъэ гуэрхэр схуэбгъэхьэзырауэ уи бзэгупэм телът. Ухьэзырт, укъызэрысIуплъэу, а псор къыстебгъэлъэлъэну. ИтIанэ успхъуэтэжын уфIэщIу къыщIэкIынут.
Ауэ сэ иджы сыгущIыIэт. ПщIэжрэт, зызэхуишэурэ ужьыхыжа гу цIыкIур?! АтIэ мис ар уэлбанэм хиубыдэри, зыгъэхуэбапIэ имыгъуэтурэ диящ, щтащ. Уэ хуабапIэу уиIам игъуэтыжакъым езыр зыгъэхуэбэн.
Си бжэIупэм IуищIа мылым ущытеувэм, ущIэцIэнтхъури утехуащ. УкъызэфIэувэжыну къару щумыгъуэтым, укъэпщу ухуежьащ. Ари пхуэздакъым. Жьапщэмрэ уаемрэ уэсщIэкIри укъыIузгъэхьакъым. Сылеймыгъэгъут. Сы гу щIыIэт. УэркIэ сы гу щIыIэт.
Гугъуэт Заремэ.
Тхыгъэ кIэщIхэр
ЗэкIэрыкIыркъым
А тIур зэи зэкIэрыкIыркъым. Зыр здэщыIэм адрейри щыбгъуэтынущ. Зэныбжьэгъу пэжщ ахэр. Куэд щIауэ къызэдежьауэ къогъуэгурыкIуэ Узотрэ Къызэтрэ. Зыгуэрым и Iуэху мыщIагъуэмэ, Узот занщIэу нос, доIэпыкъу. Ар хуабжьу хьэтырыфIэщ. ЛъэкI псори ищIэнущ Къызэт щхьэкIэ. Къызэти ар игъэщIэхъуркъым. Абы фIыуэ ещIэ, Узот щымыIэмэ, езы Къызэти зэрыщымыIэнур.
Зыщытхъун хуейр
Номин гуэрым иIэт зи шэгъуэ хъуа пхъуитI. Зэгуэрым абыхэм псэлъыхъу зыбжанэ къахуэкIуат. Номиныр и зы пхъум хуабжьу щытхъурт: абы нэхърэ нэхъыфI, нэхъ дахэ щымыIэу жиIэрт. Адрейр къыфIэIуэхутэкъым. Ар игъэщIэгъуащ номиным и цIыхугъэ гуэрым икIи абы бгъэдыхьэри щэхуу еупщIащ: «Уа, мыр дауэ? Мо уипхъу нэхъ дахэм ущымытхъуу, мыдрейм щытхъупсыр къыбогъэжэх…»
Абы дежкIэ зригъэзэкIри номиным жиIащ: «Уей, зи уз кIуэдын! Дахэр псоми ялъагъу, ар ямышэнкIэ сышынэркъым. Мыдахэр, ущытхъууи пхуашарэт».
Дапщэ?
Дыгъужьыр жэщкIэ чэтым куэдрэ къытеуэрт, я нэхъыбэми, плъырхэри хьэхэри зэрыкIэрыщIам хуэдэу, мэл яфIихьырти кIуэжырт. Ауэ, зэрыжаIэщи, бгъэр куэдрэ уэмэ - и дамэр мэкъутэ. Ар дыдэр къыщыщIащ щхъуэжьми: мэлыхъуэхэм яубыдри пхъэ хъарым ирадзащ.
Игу тригъэзэгъэн мурад иIэу, Дыгъужьым зыгуэр бгъэдыхьауэ йоупщI: «И-и-и, джаурыжь, пшхын иджыри мэл?!» - «Дапщэ?» - жиIащ Дыгъужьым.
Джэджьейм и щыуагъэр
Джэджьейм, джэдыкIэм къипща къудейщи, джэдыкIампIэр ауан ещI: «Уа, феплъыт мыбы - нэщIыбзэщ, зы сэбэп игъащIэкIэ иIэнукъым!»
Ар щызэхихым, джэдкъуртым жиIащ: «Е, делэ цIыкIу, апхуэдэу щхьэ жыпIэрэ? А джэдыкIампIэм уилъу укъэхъуащ уэ. Аращ, дунейм укъытехьэху, узыхъумар. Зэи ар зыщумыгъэгъупщэ».
Шыд-унафэщI
Шыдыр гъуэгубгъум ягъэуват, блэкIхэр ибжыну къалэн щащIри. Зыкъомрэ ибжащ, нэгъуэщI Iуэху зэримыхуэу. ИтIанэ блэкIхэм ятекIиеу, унафэ яхуищIу щIидзащ. «Нэхъ псынщIэу фыкIуэ! ИжьырабгъумкIэ вгъазэ! СэмэгурабгъумкIэ дэвдзых!»
Апхуэдэурэ шыдыр унафэщI хъуащ. Ауэ аратэкъым гъэщIэгъуэныр, атIэ псори абы зэредаIуэрат. Зыри пэувыртэкъым, ар уэ уи Iуэхукъым, жиIэу. Псори есат нэхъ ину кIийм едаIуэу.
Къагъырмэс Борис.
Хъыбар
Лъэпщрэ Тхьэгъэлэджрэ я баз
Зы гъатхэ гуэру, вэгъуэ зэманыр къыщысым, Тхьэгъэлэдж Лъэпщ деж кIуащ, фIэбз иригъэщIыну.
Лъэпщ апхуэдизу гъукIэ Iэзэти, «гъущIым и тхьэ» хужаIэр». Апхуэдэу къызэрыхужаIэри и напщIэ телът.
ЗэныбжьэгъуитIыр уэршэру здэщысым, Лъэпщ и щхьэ щытхъужу жиIащ:
Пшахъуэ тезмыкIутэу гъущI згъэжьэнщи, фIэбз пхуэсщIынщ.
- ПщIынкъым, - и фIэщ хъуакъым Тхьэгъэлэдж.
- СщIынщ, - жиIащ Лъэпщ.
- АтIэ, уэ пшахъуэ тумыкIутэу гъущI бгъажьэу щытмэ, сэ жылэ тезмысэу мэш хьэсэ бэв къэзгъэкIынщ, - жиIащ Тхьэгъэлэдж.
Арыххэу, зэныбжьэгъуитIыр баз зэпихьащ, Iэгу-лъэгу зэхуеуэри, зэбгъэдэкIыжащ.
Лъэпщ и щхьэ щытхъужу апхуэдэу жиIа щхьэкIэ, щIегъуэжащ. Сыт хуэдизрэ мыгупсысами, пшахъуэ тримыкIутэу гъущI игъэжьа зэрыхъунур къыхуэщIэртэкъым. Лъэпщ абы иригузавэ хъуащ.
И лIыр зэрынэщхъейм фызым гу лъитэри, «Сыт щхьэгъусэр апхуэдизу ухэзыгъаплъэр?! – жиIэри къеупщIащ.
- ДелагъэкIэ си ныбжьэгъум баз сыпихьа хъуащ. Пшахъуэ тезмыкIутэу гъущI згъажьэу фIэбз хуэсщIыну езухылIащ, - жиIащ Лъэпщ.
- Езым сыт къуиухылIар? – щIэупщIащ щхьэгъусэр.
- Езым къызиухылIар игъащIэкIэ хузэфIэмыкIынщ. Жылэ тримысэу мэш хьэсэ бэв къигъэкIыну баз къыспихьащ.
- АтIэ, абы уримыгузавэ, лIы, базыр уэ къэпхьагъэххэщ. Сэ сынэкIуэнщи шэдыбжьым сепщэнщ, уэ узэрылажьэ хабзэу лъащэ, пшахъуи тумыкIутэ. Уи гъущIри абы щхьэкIэ нэхъыкIэ хъунукъым, - жиIащ фызым.
Лъэпщ къэгуфIэжри и ныбжьэгъум хуиIуэхуащ:
- КъакIуэ, пшахъуэ тезмыкIутэу фIэбз зэрыпхуэсщIым уеплъынумэ, - жиIэри.
Тхьэгъэлэдж къэкIуащ. Лъэпщ и ныбжьэгъур кIыщым щIишэри, псори хуиту плъагъуу, игъэтIысащ.
Лъэпщ и фызыр къакIуэри, шэдыбжьым епщэу къэуващ. Лъэпщ зэрылъащэ и хабзэм хуэдэу, ауэ пшахъуэ тримыкIутэу лажьэурэ, гъущIри игъэжьащ, фIэбзри ищIащ.
- Уи фIэщ хъуа, си ныбжьэгъу, сэ сызэрыгъукIэ Iэзэр? - жиIащ Лъэпщ.
- хъуащ, си ныбжьэгъу, сэри баз сызэрыппихьар уи нэгу щIэзгъэкIыну узогъэгугъэ!
Апхуэдэу Тхьэгъэлэдж жиIэри, фIэбзыр ихьри кIуэжащ.
Лъэпщ къэхъуар къыгурымыIуэу и фызым еупщIащ:
- Дауэ плъэкIа пшахъуэ тезмыкIутэу гъущIыр сыбгъэгъэжьэн?
- Ар мыращ уэзыгъэгъэжьар! - жиIэри пшахъуэр и IэщхьитIым къригъэлъэлъыжащ. - Сэ шэдыбжьым сыщепщэм, мащIэурэ тIуми фымылъагъуу пхутезгъэщэщащ.
- Сэ ар сигу къэкIынутэкъым. Фызым хузэфIэмыкIын щыIэкъым! - жиIащ Лъэпщ.
ВакIуэ дэкIыгъуэр къыщысым, Тхьэгъэлэдж и ныбжьэгъужьым хуиIуэхури къишащ. Губгъуэм дишри игъащIэ лъандэрэ мэш зэрызэрашэ гъуэгужьым ишащ,
Жылэ тримысэу гъуэгущхьитIыр ивэри, бжьыхьэм мэш бэв кърихьэлIащ.
КъардэнгъущI Зырамыку.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "853.txt"
} |
Урысей Федерацэм и гуп къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Тау Хьэсэнбий
И гъэсэн Мудрэн Беслъэн Олимп чемпионщ.
Ди республикэр зэрыгушхуэхэм ящыщ зыщ илъэс зыбжанэкIэ ехъулIэныгъэ иIэу Санкт-Петербург и «Явара-Нева» спортклуб цIэрыIуэм зэфIэкIышхуэ къигъэлъагъуэу хэта спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Тау Хьэсэнбий. Олимп джэгухэр къыщежьа Алыджым и къалащхьэ Афины 2004 гъэм щекIуэкIа Олимпиадэм килограмм 90 зи хьэлъагъ дзюдоистхэм я деж жэз медалыр абы щызыIэригъэхьащ, Урысей Федерацэм, Европэм, дунейпсо утыкухэм ехъулIэныгъэфIхэр щиIащ. Ди къэралым щыщу Тау Хьэсэнбий и закъуэщ «Тажышхуэ» зэпеуэм тIэунейрэ щытекIуэфар. Иджы ар Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэщ.
Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм ар къыщалъхуащ 1988 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 5-м. Щысабийм щегъэжьауэ спортым дихьэхащ икIи Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Емкъуж Мухьэмэд и деж «Гладиатор» клубым дзюдом зыщыхуигъэсащ. Нэрылъагъут абы бэнакIуэ лъэщ къызэрыхэкIынур. И жыIэдэIуагъымрэ гугъуехьхэм къазэрыпимыкIуэтымрэ и зэфIэкI лъагэхэр щIигъэбыдэжырт.
Дэтхэнэ зы спортсменми хуэдэу, сабийхэм я зэхьэзэхуэхэм къыщыщIидзэри, лъэбакъуэ зырызурэ ехъулIэныгъэ инхэм хуэкIуащ. Пасэу яIэт хъуами, ар зыкъыфIэщIыжыныгъэм пэжыжьэт икIи зыгъэпIий лей хэмылъу зыхуагъасэхэр зыхилъхьэрт.
И ныбжьыр илъэс тIощIрэ тIурэ хъуауэ арат Хьэсэнбий къэралым щынэхъ лъэщ дыдэ щыхъуам. 2000 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм и кIэухым Пермь къалэм щызэхэта Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и ебгъуанэ чемпионатым абы дыщэ медалыр къыщихьащ. Килограмм 90-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и кIэух зэIущIэм ар щефIэкIащ Дагъыстэным къикIа Гаджимагомедов Муслим. Абы щыгъуэм ар Адыгей къэрал университетым Физическэ щэнхабзэмрэ дзюдомкIэ и институтым щеджэрт икIи Бэджыдэ Вячеслав и нэIэм щIэту зэхьэзэхуэхэм зыхуигъэхьэзырырт.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсми Тау Хьэсэнбий къэралым и дыщэ медалыр зыIэщIигъэкIакъым. Чебоксары къалэм щыIа зэхьэзэхуэм и финалым Пермь областым щыщ Меньшиков Сергей щыхигъащIэри, Урысей Федерацэм тIэунейрэ и чемпион хъуащ.
АдэкIэ дунейпсо зэпеуэхэр къыхузэIуха хъуащ. 2003 гъэм Германием и Дюссельдорф къалэм щекIуэкIа Европэм и чемпионатым и финалым ди лъахэгъур нэсащ. АрщхьэкIэ кIэух зэIущIэм зымащIэкIэ къыщытекIуащ Украинэм икIа Греков Валентин. А лъэхъэнэм европэ зэхьэзэхуэм дыжьын медалыр щызыIэрыбгъэхьэныр ди дзюдоистхэм я дежкIэ щIыхьышхуэт икIи хуабжьу ягъэлъапIэу Тау Хьэсэнбий Хэкум къыщрагъэблэгъэжащ.
2004 гъэм Алыджым и къалащхьэм щызэхэта Олимп Джэгухэм и пэ къихуэу Бухарест щыIа Европэм и чемпионатми адыгэ щIалэр къыщыхэжаныкIащ. Абы Хьэсэнбий жэз медалыр къыщихьащ, ауэ и гупсысэ псори иджы зэхьэлIар Олимпиадэм зэрыхэтынурат.
Алыджхэм я щIыналъэм къыщеувэхам нартыжьхэм я къарур къыхалъхьам хуэдэу Тау Хьэсэнбий дэрэжэгъуэ къритащ. Ди эрэм и пэкIэ Олимп Джэгухэр щекIуэкIа Афинхэм и теплъэ къудейм гушхуэныгъэ ин къритырт икIи текIуэныгъэншэу и Хэкум игъэзэж мыхъуну къыхуигъэувырт. АрщхьэкIэ абы псэемыблэжу щIэбэнынухэр икIи щIэхъуэпсхэр куэдыкIейт.
Дзюдоистхэм я зэпеуэр хуабжьу гуащIэт. Хьэсэнбий абы хыхьащ Кубэм къикIа Деспейн Йесвал тыншу хигъащIэри. АдэкIэ… къытекIуащ дунейпсо зэхьэзэхуэм и вице-чемпион Звиадури Зураб, иужькIэ Олимп чемпион Алыджым щыхъуащ. «Хьэсэнбий куржы щIалэм пэлъэщынут, - жиIащ иужькIэ Урысей Федерацэм и командэм къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Казаченков Авель. - Ахэр куэд щIатэкъым Европэм и чемпионатым зэрыщызэхуэзэрэ икIи Таур абы щыгъуэм Звиадури тыншу ефIэкIат. А Iуэхугъуэм игъэбэлэрыгъауэ къыщIэкIынущ, ауэ Хьэсэнбий и гур иудыгъуафIэкъым икIи бэнэныгъэм фIырыфIкIэ къыхэкIынукъым».
Дзюдом, адрей бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэми хуэдэу, жэз медалитI щагъэджэгу. Япэ дыдэ зэIущIэм укъыщыхагъэщIами, языхэзым ущIэбэныфынущ. Абы папщIэ адрей къытрадзахэри зыхэт зэхьэзэхуэм ущытекIуэу, финал ныкъуэм лей къыщыхъуам уефIэкIыжын хуейщ. Ар хуабжьу Iуэху хьэлъэщ.
Гугъуехьхэм къыпимыкIуэту еса Тау Хьэсэнбий и зэфIэкI, ерыщагъ псори къызэщIикъуэжри, утыку ихьэжащ. ЯпэщIыкIэ абы хигъэщIащ Италием щыщ Европэм и чемпион Лепре Франческэ. АдэкIэ ардыдэр я натIэ хъуащ 2001 гъэм дуней псом щытекIуа франджы Демонтфасон Фредерикрэ 2003 гъэм ЩIы хъурейм щынэхъ лъэща корей бэнакIуэ Тхе Хван Хирэ. Тыншу зыпэлъэщар итальян дзюдоистращ, адрейхэм егъэлеяуэ гугъу ирагъэхьащ икIи и Iэзагъ псори къызэкъурагъэхащ. Гугъуехьыр псыхэкIуадэ хъуакъым - олимп жэз медалыр зыIэригъэхьащ!
Абы теухуа хъыбарыр япэу къащыIэрыхьам Хьэсэнбий и Iыхьлыхэм я фIэщ хъуакъым. ЯщIэрт етIуанэ зэIущIэм къызэрыщыхагъэщIар. ИужькIэщ хьэкъ щащыхъуар - къэралым и хъыбарегъащIэ IэнатIэ псоми ар зэбграгъэхакIэт.
Афины щызэхаубла Олимп Джэгухэр зэрекIуэкIыр къэзыгъэлъагъуэ журналистхэм къаухъуреихьа Тау Хьэсэнбий зэпIэзэрыту я упщIэхэм жэуап яригъэгъуэтырт: «Иджы хуэдэу зэи гугъу сехьакъым, - ибзыщIакъым абы. - Олимпиадэм хьэрхуэрэгъу къыщыпхуэхъухэр я теплъэкIи зэфIэкIкIи зэмыщхь защIэщ икIи дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэгъуэтыпхъэщ. Ар тыншкъым. Дауи, сыхуеящ Олимп Джэгухэм я чемпион сыхъуну. ИкIи схузэфIэкIынут. АрщхьэкIэ етIуанэ зэIущIэм къыщыспэщIэхуа куржы бэнакIуэр къызэбзэджэкIащ. Апхуэдэу щытми къысщыгугъахэр къэзмыгъэщIэхъуауэ къысщохъу. Сэри сыарэзыщ мыпхуэдэ зэхьэзэхуэ иным жэз медалыр къызэрыщысхьыфамкIэ».
Алыджым щекIуэкIа Олимпиадэм иужькIи Хьэсэнбий куэдрэ дигъэгуфIащ. Къэралми, Европэми, дунейми ар мызэ-мытIэу къыщыхэжаныкIащ икIи дамыгъэ лъапIэхэр зыIэригъэхьащ. Къапщтэмэ, Урысей Федерацэм и спортсменхэм зэи къаймыхъулIауэ «Тажышхуэ» зэпеуэм («А» класс зиIэ Париж дунейпсо зэхьэзэхуэкIи йоджэ) тIэунейрэ зэкIэлъхьэужьу 2007, 2008 гъэхэм щытекIуащ.
Къэралми ещанэу чемпион щыхъуащ. 2007 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Санкт-Петербург щызэхэта зэхьэзэхуэм и финалым Тау Хьэсэнбий щыхигъэщIащ дзюдоист цIэрыIуэ Базанов Павел. Абы ипэкIэ къыпэува и хьэрхуэрэгъуитхуми зы гугъапIи яритатэкъым.
- Зэхьэзэхуэм нэхъ икIэхэращ сыкъыщызэщIэплъар, - жиIащ Урысей Федерацэм ещанэу и чемпион зэрыхъуам теухуауэ Таум. - Благъэми, Iыхьлыми, ныбжьэгъуми, цIыхугъэми куэд дыдэ къыздэщIыну нэкIуати, а къомыр къызэплъу зыкъыхезгъэгъащIэ хъунутэкъым. Си дежкIэ нэхъыщхьэр апхуэдэхэм гукъыдэж естынырщ.
И ныбжьыр илъэс щэщIым щIигъуа иужькIэ Тау Хьэсэнбий бэнэныр щигъэтащ. Абы иджыри зыкъом хузэфIэкIынут, ауэ нэхъ зи щIалэгъуэхэм гъуэгу яритмэ, нэхъ къищтащ. АрщхьэкIэ зи цIыхугъэ дахэрэ зэфIэкI лъагэкIэ гупым яхэта адыгэ щIалэр къаутIыпщакъым. Ар ягъэуващ Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжьу.
2009 гъэм щыщIэдзауэ илъэсиблкIэ а къулыкъур пщIэрэ щIыхьрэ пылъу зэрихьащ Таум. Спорт лъагапIэ инхэм нэса щIалэ зыбжани игъэсащ абы. Апхуэдэхэм ящыщщ иужьу зэхэта Олимп Джэгухэм япэ дыщэ медалыр ди къэралым къыщыхуэзыхьа Мудрэн Беслъэн. Рио-де-Жанейрэ къратыкI репортажхэм щызэхэтхт утыкум ит и гъэсэным Хьэсэнбий адыгэбзэ къабзэкIэ ирит чэнджэщхэр: «УмыпIащIэ, умыпIащIэ! Уи лъакъуэм щIумыгъэхьэ! Еуэ, иджы…».
Дыщэ медалыр Мудрэным къыщихьа кIэух зэIущIэм Таум кърита дэрэжэгъуэр къыпхуэмыIуэтэнщ. ЗэрытекIуам и щыхьэту и Iэр зэраIэту Беслъэн зыкъричри, Хьэсэнбий зыкъыпщIыхидзащ - олимп дыщэр къызыIэрыхьам и гуфIэгъуэр япэу здигуэшар и къаруи зэфIэкIи емыблэжу абы хуэзыша и гъэсакIуэрат.
2016 гъэм и кIэухым зэхэтащ Урысейм ДзюдомкIэ и федерацэм и отчёт-хэхыныгъэ конференц. Абы къыщыхалъхьэри, псори зэдэарэзыуэ цIыхухъухэм я командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ Тау Хьэсэнбий. Ар хуабжьу щIыхьышхуэщ. Сыт хуэдэ спорт лIэужьыгъуи къащти, къэралым и гуп къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу щытыну адыгэхэм ящыщу аращ япэу дзыхь зрагъэзар. А пщIэ лъагэр абы зэрыхуэфащэм шэч къытетхьэркъым.
Тау Хьэсэнбий и гуащIэр гулъытэншэу къэралым къигъэнакъым. Абы къыхуагъэфэщащ «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и медалым и япэ, етIуанэ нагъыщэхэр. Ар спортым щIыхь зиIэ и мастерщ.
И унагъуэр и гъусэуХьэсэнбий иджыпсту Мэзкуу щопсэу икIи щолажьэ, Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и цIыхухъу командэ къыхэхар текIуэныгъэщIэхэм хуишэу.
Къэрал гимныр и цIэкIэ къоуэ.
Урысейм спортымкIэ и министр Мутко Виталий дэщIыгъуу.
2004 гъэ, Алыджым.
ГуфIэгъуэр зэдагуэш.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "854.txt"
} |
Дзэм ираджэм и махуэ
Бахъсэн къалэм иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ Дзэм ираджэхэм я махуэ. Къэралым IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм къулыкъу щызыщIэнухэр егъэжьэным теухуа гуфIэгъуэм хэтащ щIыналъэ администрацэм, хабзэхъумэ органхэм, Жылагъуэ палатэм, жылагъуэ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм, Бахъсэн къалэм дэт еджакIуэхэм я лIыкIуэхэр, дзэм ираджахэр, абыхэм я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ.
ЩIыхь зыпылъ къалэныр егугъуу ирахьэкIыну щIалэхэр къыхураджэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ районхэм я дзэ комиссар Сосналы Мухьэмэд, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм я къалэ советым и тхьэмадэ Абазэ Хъусен сымэ.
Дзэм ираджа щIалэхэм, зэхыхьэм кърихьэлIа хьэщIэхэм я нэгу зрагъэужьащ къалэм гъуазджэмкIэ и сабий школым щIэсхэм, республикэ, урысейпсо конкурсхэм щытекIуахэу Дэхъушокъуэ Екатеринэрэ Прощт Веолэрэ.
Балъкъыз Iэминэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "855.txt"
} |
ЛэжьапIэншэхэм зэрадэлажьэ щIыкIэр
КъБР-м и Парламентым
КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьапIэ зимыIэу щыпсэухэм езым я Iуэху къызэрагъэпэщыжынымкIэ къэралыр зэрадэIэпыкъум.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, муниципальнэ щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэзыгъэпэщ я IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр.
КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ Iуэху къаIэтар игъуэу къызэрилъытэр, сыту жыпIэмэ республикэм и экономикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ цIыхухэм езым я Iуэхум зэрызрагъэужьым.
- Къэралыр зэрыхъукIэ абыхэм защIегъакъуэ. АрщхьэкIэ цIыхухэр тегушхуэркъым я хьэрычэт Iуэхур дэфтэрхэмкIэ къагъэлъэгъуэну, «щэхуу» лажьэмэ нэхъ къащтэ. СызэреплъымкIэ, щытыкIэм зригъэхъуэжынущ зи Iуэху къызэIузыхыжхэм къэралыр зэрадэIэпыкъу Iэмалхэм нэхъ зытхуегъэубгъумэ, - жиIащ Къэжэрым.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Асанов Алим жиIащ 2019 гъэм и мазибгъум ику иту къызэрапщытамкIэ, лэжьапIэншэхэм я бжыгъэр цIыху мини 7,1-рэ зэрыхъур. Нэгъабэ апхуэдэ и пIалъэм елъытауэ ар нэхъ мащIэщ цIыху 1534-кIэ. Апхуэдэуи къэпсэлъам къыхигъэщащ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ IуэхущIапIэхэм зыщезыгъэтха лэжьапIэншэхэм цIыху куэд зэрахэтыр хьэрычэтыщIэ хъуну хуейуэ.
2019 гъэм и мазибгъум цIыхухэм я хьэрычэт Iуэху мыин къызэIуахынымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуным теухуа къэрал Iуэхутхьэбзэр республикэм щыпсэу цIыху 357-м хуащIащ. Абыхэм ящыщу цIыхуищым хьэрычэтыщIэу зыкъагъэлъэгъуащ.
2018 гъэм цIыхухэм зыгуэр кърагъэлэжьын папщIэ, IэнатIэкIэ къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэхэм лэжьыгъэ хэхахэр ирагъэкIуэкIащ. Псом хуэмыдэу ахэр ехьэлIауэ щытащ IэнатIэщIэхэр къызэIуахын папщIэ хьэрычэт Iуэхум зрагъэужьыным. Псалъэм папщIэ, сом мин 200-кIэ дэIэпыкъуащ хьэрычэтыщIи 115-м. Абыхэм я къалэну щытащ цIыхуитI мынэхъ мащIэ лэжьапIэ къащтэныр.
- Мы зэманым лэжьыгъэ къэбгъуэтыну зэрыгугъур къыдгуроIуэри аращ лэжьапIэншэхэр къыщIыхуедджэр хьэрычэт Iуэхум гулъытэ хуащIыну. Чэнджэщ ядот, еджэжын хуей хъуамэ, дэфтэрхэр щызэрагъэпэщкIэ ахъшэ хуэныкъуэмэ защIыдогъакъуэ, ауэ, пэжыр жыпIэмэ, дэ Iэмал диIэкъым я лэжьыгъэр къызэрызэIуахын мылъку (субсидие) абыхэм еттыну. Республикэм а Iуэхум хухих ахъшэр ирикъуркъым, - жиIащ Асановым.
Министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэм къыхигъэщащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм зэгурыIуэныгъэкIэ къэрал социальнэ дэIэпыкъуныгъэ зэрызэфIигъэкIыр. Ар мэкъумэш IэнатIэм ехьэлIащ икIи абы елэжьхэм зыкъызэраужьыну ахъшэ гуэр зэ яхухех. КъищынэмыщIауэ, министерствэр лэжьапIэншэхэм щIэгъэкъуэн яхуохъу IэщIагъэ зэрагъэгъуэтынымкIэ, жылагъуэ Iуэхухэм ахэр хэшэнымкIэ, пIалъэкIэ лэжьыгъэ къахуэгъуэтынымкIэ.
Мы гъэм социальнэ зэгурыIуэныгъэхэр иращIылIэну я мурадщ бын куэд зиIэ, унагъуэ хуэмыщIа 50-м, ар 2018 гъэм елъытауэ щыкIэ нэхъыбэщ.
Къэпсэлъам жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и IуэхущIапIэхэм зэгурыIуэныгъэ зрамыщIылIауэ ягъэлажьэхэр къахутэн папщIэ, районхэм я лэжьакIуэ гупхэр а Iуэхум зэрыщыкIэлъыплъыр. Абы кърикIуэхэр КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм ирегъэхь УФ-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и федеральнэ IуэхущIапIэм. 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу лэжьакIуэ гупхэм хэтхэм зэгурыIуэныгъэ ямыIэу къыщIагъэщащ цIыху мини 5-м щIигъу.
Асановым къыхилъхьащ хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ пэрытхэм я Iуэхур наIуэ къащIын папщIэ, хэзыгъэгъуазэ тхыгъэхэр республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къытрегъэдзэн зэрыхуейр.
ЗэIущIэм я Iуэху еплъыкIэр щыжаIащ КъБР-м хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэм и аппаратым и лIыкIуэ Чэрбий Мадинэрэ Хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ я «Урысейм и щIэгъэкъуэн» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Къылшыкъуэ Альбертрэ. Абыхэм я жэрдэмхэр къэлъытауэ, зэлэжьыпхъэхэр яубзыхуащ.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "856.txt"
} |
Европэм щынэхъыфIу къалъытэ
Зэхьэзэхуэ нэхъыщхьэхэр зэрызэфIэкIар къилъытэри, Атлетикэ псынщIэмкIэ европей ассоциацэм дызэрыт илъэсым кърикIуахэр къипщытэжащ. Зэи къэмыхъуауэ, ди континетым щынэхъыфI дыдэу IэщIагъэлIхэм къалъытащ лъагапIэм щхьэпрылъынымкIэ Европэми дунейми куэдрэ я чемпион, «Налкъутэналмэс лигэм» и Iыхьэ псоми 2019 гъэм щытекIуа Ласицкене (Кучинэ) Марие.
ТекIуахэр щагъэлъапIэу илъэс къэс ирагъэкIуэкI «Golden Tracks» Iуэхугъуэр Эстонием и къалащхьэ Таллин щызэхэтащ. Абы щагъэIуащ саугъэт нэхъыщхьэр - атлетикэ псынщIэмкIэ Европэм и спортсмен нэхъыфIыр - зыхуагъэфэщар. Ар ди лъахэгъу цIэрыIуэ Ласицкене (Кучинэ) Мариещ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ пщIэ лъагэ игъуэтащ прохладнэдэс цIыхубзыр мы гъэм официальнэу екIуэкIа зэхьэзэхуэ псоми - ахэр 22-рэ мэхъу - зэрыщытекIуар. КъищынэмыщIауэ, зэи къэмыхъуауэ, ещанэу дунейпсо чемпионыгъэр зыIэригъэхьащ. Мы илъэсым абы къызэринэкIащ метри 2-рэ сантиметри 6-рэ зи лъагагъыр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэхъапэжкIи, 2014 гъэм, дызэрыгушхуэ ди лъахэгъум къыхуагъэфэщащ Атлетикэ псынщIэмкIэ европей ассоциацэм и «Вагъуэ къэунэху» саугъэт лъапIэр.
Иджыблагъэ Ласицкене (Кучинэ) Марие щытекIуащ IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я дунейпсо зэпеуэм. АбыкIэ къигъэлъэгъуащ и зэфIэкIхэм хигъахъуэ зэпыту зэрыщытыр икIи гъэ къакIуэ Японием и къалащхьэ Токио щекIуэкIыну гъэмахуэ Олимп Джэгухэм ерыщу зэрызыхуигъэзырыр. Ар зэрысабийрэ егъасэ Габрилян Геннадий.
Европэм атлетикэ псынщIэмкIэ 2019 гъэм и спортсмен нэхъыфI Ласицкене (Кучинэ) Марие дамыгъэ лъапIэр и тренер Габрилян Геннадий дегуэш.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "857.txt"
} |
Къалэным хуэпэж лэжьакIуэ
Щапхъэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IуэхущIапIэм мафIэсыр гъэункIыфIыныр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и оперативнэ плъыр ЛIуп Амир 1992 гъэм лэжьэн щыщIидзащ Налшык къалэ и плъыр часть №1-м икIи къэрэгъулым и унафэщIым нэсащ. Ар щылэжьащ мафIэс часть №10-м (Тырныауз къ.), №19-м (Налшык къ.), №8-м (Къашкъэтау). Мы IэнатIэм зэрыщылажьэ илъэс 27-м къриубыдэу ЛIупыр хэтащ мафIэс куэдым.
ЛIуп Амиррэ абы и лэжьэгъу-мафIэсгъэункIыфIхэмрэ я дежкIэ гугъуащ 2000 гъэм и гъэмахуэр, Тырныауз къалэм ятIэпс къыщыдэлъэдар. ПЧ-10-м и къэрэгъулым и унафэщI ЛIупым жэщ-махуэ 14-кIэ зэпыу имыIэу къалэныр ирихьэкIащ: къеха ятIэпсым трихат Герхожан-су псым телъ лъэмыжыр икIи къалэр Iыхьищу зэпыуда хъуат. А зэманым Амиррэ и къэрэгъулымрэ куэд ящIащ цIыхухэмрэ абыхэм я мылъкумрэ кърагъэлыным теухуауэ.
2000 гъэм бадзэуэгъуэм и 18-м жэщыр сыхьэт 12-м и ныкъуэм ПЧ-10-м хъыбар къыIэрыхьащ: къеха ятIэпсыр щIэуащ псэупIэ унэхэм, цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу дыхуейщ. Плъыр къэрэгъулым и гупитIыр, частым и нэхъыщхьэ Къумыкъу Азрэт ящIыгъуу, ар къыщыхъуа щIыпIэм нэсащ. Iуэхур гугъут: къалэм уэздыгъэр щыункIыфIат, макъышхуэ ищIу къех ятIэпсыр увыIэртэкъым. Апхуэдэми, мафIэсгъэункIыфIхэм зы жэщ-махуэм къриубыдэу Мусукаевымрэ Отаровымрэ я уэрамхэм тет фэтэр куэд хъу унищым къыщIагъэIэхъукIащ цIыхуи 160-м щIигъу, абы сымаджэ, езыр-езыру земыкIуэфхэри яхэту. Зи щхьэзакъуэ унэ щыпсэухэми лъэIэсат апхуэдэ шынагъуэр икIи дэIэпыкъэгъу хуей кIий макъхэр къэIурт, арщхьэкIэ ятIэпсым Iэмал къаритыртэкъым лей зытехьахэм я деж кIуэну. МафIэсгъэункIыфIхэм фонархэмрэ кIапсэхэмрэ къащтэри, цIыхухэр къалъыхъуэу щIадзащ. Я гъащIэм емыблэжу, я бгым къэс псы щIыIэм хэту мафIэсгъэункIыфIхэм аргуэру цIыхуищ кърагъэлащ. Абыхэм щIыпIэ шынагъуэр къызэранэкIыну хунэса къудейуэ, къыкIэлъыкIуэ ятIэпсыр къехри щIэлъэдащ дакъикъэ зыбжанэ ипэкIэ цIыхухэр къызыщIагъэIэпхъукIа унэм. А псори къыщыхъуар япэ жэщырщ. Апхуэдэ махуэрэ жэщу дапхуэдиз ягъэвын хуейуэ къапэплъэрэт!
Къатибгъуу зэтет унэр пэлъэщакъым ятIэпсым. МафIэсгъэункIыфIхэм яхузэфIэкIащ унэ зэтещэщам цIыхуищ къыщагъуэтыжу дэIэпыкъуэгъу псынщIэм и дохутырхэм Iэрагъэхьэну.
МафIэсгъэункIыфIхэр цIыхухэр къегъэлыным и закъуэкъым зэлэжьар: Тырныауз къэнат псы зэфэн имыIэуи, автоцистернэхэмкIэ Терсколрэ Былымрэ кърашын хуей хъуащ икIи яхузэфIэкIащ цIыхухэр псы щамыгъэщIэну.
Сыт хуэдэ гугъуехьми пэлъэщащ мафIэсгъэункIыфIхэр. Абыхэм къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ мафIэс часть №10-м и лэжьакIуэ зыбжанэм, абы ЛIупри яхэту, «За спасение погибающих» медалхэр къратащ. Амир жеIэ а дамыгъэхэр IэнатIэм и гупым къызэрилэжьар. Дэтхэнэми и къалэн игъэзэщIащ, и гъащIэм емыблэжу.
СЭБАН Арсен.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "858.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Зи сабийхэр тутын ефэ адэ-анэхэм етхьэкъуным теухуауэ
УФ-м и Правительствэр хоплъэ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм къыхилъхьа жэрдэмым - сабийхэр тутын емыгъэфэным хуэгъэза хабзэ къащтэным теухуам.
Иужьрей зэманым апхуэдэ сабийхэм я бжыгъэр куэд зэрыхъуам тогузэвыхь жылагъуэр. ТутынкIэ къыщIадзэу нэхъ гуащIэхэм зэрыхуэкIуэр пхуэгъэпщкIунукъым - куэдрэ къохъу тутынафэ сабийхэм афияным, фадэ гуащIэм зыщрат.
Хабзэр къыщызэпауд къэмыгъэхъуным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI профилактикэ лэжьыгъэр зи нэIэ щIэт правительственнэ комиссэм и зэIущIэм абы и унафэщI Колокольцев Владимир къыщыхилъхьащ зэхуэсым и протоколыр УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм хуагъэхьыну, абы хэплъэу зыхуэфащэ зэхъуэкIыныгъэхэр КоАП-м халъхьэн папщIэ.
«Тутын ефэу къэзыубла сабийхэм а щхъухьыр я узыншагъэм зэран зэрыхуэхъум хуэдэ дыдэу жылагъуэми къефыкIыжынущ. Тутын къызэрищэхун зимыIэ ныбжьыщIэр абы щIэпхъаджагъэ лэжьыным ирихулIэнкIэ хъунущ, апхуэдэ щапхъэхэри мащIэкъым. Аращ а Iуэхум щхьэхуэу тепсэлъыхьын хуейуэ къыщIэтлъытэр. Дытепсэлъыхь къудей мыхъууи, зи сабийхэр щхьэрыутIыпщ зыщIа адэ-анэхэр жэуапым ешэлIэныр къэрал хабзэкIэ щIэгъэбыдэн хуейщ. Нобэ дгъэтIылъ лъабжьэрщ къэралым и къэкIуэнур зэлъытар икIи щIэблэ узыншэ Хэкум къимыхъуэмэ, иджыпсту зи ужь дит, зыужьыныгъэм хуэгъэза Iуэху псоми мыхьэнэ лъэпкъ ямыIэжынкIэ хъунущ. Аращи, Административнэ кодексым Iыхьэ щхьэхуэу хэгъэхьэн хуейщ зи сабийхэм тэмэму якIэлъымыплъ адэ-анэхэм абыкIэ жэуап зэрырагъэхьыну щIыкIэм теухуа хабзэр», - жиIащ Колокольцевым.
Нэхъапэхэми Къэрал Думэм щыхэплъэн папщIэ мызэ-мытIэу къыщыхалъхьат зи сабий тутын ефэ адэ-анэхэр жэуапым ешэлIэным теухуа законопроектхэр, ауэ ахэр правительствэм ядимыIыгъыурэ ирагъэгъэзэжын хуей хъурт.
ГъущIым ехьэехуэ абдж лIэужьыгъуэхэр къыщыщIагъэкI IуэхущIапIэщIэ
Белгород областым лажьэу щаутIыпщащ шэм пхримыудыф абдж щащI цех. Старый Оскол къалэм щащIа IуэхущIапIэм къыщыщIагъэкI абджым щIэупщIэшхуэ зэриIэнум шэч хэлъкъым. Цехым и лъэщагъкIи ищI абджым и фIагъкIи къыпэхъун куэд Урысейм иткъым.
IэнатIэр зей «Остек» ООО-р Белгород областым щолажьэ 2008 гъэм къыщыщIэдзауэ. И унэтIыныгъэ нэхъыщхьэр триплекс абдж щIынырщ. Абы и продукцэр яхурегъашэ Белгород, Воронеж, Курск, Липецк, Орёл, Москва къалэхэм къегъэщIылIа областхэм щиIэ щэхуакIуэхэм. Я продукцэр нэхъыбэу къыщагъэсэбэп дзэ-промышленнэ комплексым, ухуэныгъэ IэнатIэм, кхъухьлъатэхэр, кхъухьхэр зыщI промышленностым.
Продукцэ лIэужьыгъуэ 200-м нэблагъэ къыщыщIагъэкI цехым. Абыхэм яхэтщ Iэуэлъауэ зыпхымыкI, езыр-езырурэ жьауэ зыщI, зи плъыфэри зыхъуэж абджхэр, узыпхымыплъыф щэкIхэр зи зэхуакухэм дэбза щхьэгъубжэ рамэхэр. Абджыр и IувагъкIи зэщхьэщедз - миллиметрихым къыщыщIэдзауэ миллиметр 67-нэс хъухэр яIэщ.
Абджыр Старый Оскол щагъавэркъыми, а IуэхущIапIэр щIыуэпсым зэран хуэхъунми ущIытегузэвыхьын щымыIэу къалъытэ IэщIагъэлIхэм. Абдж хьэзырыр къыхуашэри, абы щIэупщIэшхуэ зиIэ лIэужьыгъуэхэр къыхащIыкIыжу аращ. КъаIэрыхьа нэужь абджыр япсыхь, ятхъунщI, зэпаупщI, зыхуеину быдагъыр ирагъэгъуэт.
Триплекс абджыр зыхъумэжыныгъэмкIэ IэнатIэм нэмыщI, ухуакIуэхэми къагъэсэбэп. Псалъэм папщIэ, абджым къыхэщIыкIа унащхьэхэр ди зэманым архитекторхэм, дизанейрхэм щIэх-щIэхыурэ къагъэсэбэп хъуахэм ящыщщ. Унэхэм я IуплъапIэхэми Iуалъхьэ абдж Iувыр - и кIуэцIымкIэ щыIэр триплексу, и щIыбагъымкIэ илъыр абдж псыхьауэ. ГъущIым хуэбгъадэ хъун абдж къыщыщIагъэкIыу ди къэралым иIэр Санкт-Петербургрэ Челябинскрэ дэт заводхэм я закъуэт. Иджы абыхэм ябгъурыуващ Старый Оскол лэжьэн щыщIэзыдзар.
Триплексыр ар абджитIу зэтелъщ, пленкэкIэ зэтегъэпщIауэ. Абы и фIагъ нэхъыщхьэр абджыр къута нэужьи зэрымыщащэрщ. Ар къэпщытэныгъэ куэдым пхыкIащ, щытыкIэ куэдкIэ ягъэунэхуащ. Апхуэдэ абдж Iувхэр ахъшэ хъумапIэхэми къыщагъэсэбэп, кхъухьлъатэхэми кхъухьхэми я иллюминаторхэр къыхащIыкI.
ИджыпстукIэ цехыр зы сменэу лажьэу аращ, цIыху 30 щIэту. Абы и унафэщI Тулинов Михаил зэрыжиIэмкIэ, мыгувэу IуэхущIапIэр жэщми махуэми лажьэу я Iуэхур зэтраублэнущ. Абы и фIыгъэкIэ мазэм абдж зэбгъузэнатIэ мини 7,5-м нэс къыщIагъэкIыфынущ, лэжьакIуэхэм я улахуэми хагъэхъуэфынущ.
- IуэхущIапIэр лажьэу утIыпщыным сом мелуан 56,5-рэ текIуэдащ, ауэ а мылъкур къэлэжьыжауэ IэнатIэм фейдэ къыпэкIуэ хъуным зэману ихьынур куэдым елъытащ - ар щIыналъэми къэралми щыIэ экономикэ щытыкIэхэм елъытащ, - жеIэ Тулиновым. - Иджыпсту Белгород областым и мызакъуэу, къэралым и нэгъуэщI щIыпIэхэми триплексым къыщыщIоупщIэ, ар зыхуедгъэшэнухэм зэгурыIуэныгъэхэр етщIылIащ. Иджы Таможеннэ зэгухьэныгъэм хэт къэралхэм ди продукцэр зэретщэным пыщIа Iуэхухэр зэфIэдгъэхьэным яужь дитщ.
Нобэ
Урысей Федерацэм и Суд приставхэм я махуэщ
♦1520 гъэм Магеллан и псы дэжыпIэр зэрыщыIэр къахутащ. Абы и бгъуагъыр километритIрэ метр щитIрэ къудейщ зэрыхъур, ауэ Америкэ Ипщэмрэ Огненная Земля щIыналъэмрэ зэпегъэщхьэхукI.
♦1800 гъэм США-м и унафэщIхэм ящыщу япэу Адамс Джон Iэпхъуащ президентхэм я хэщIапIэщIэм - иджыпсту ахэр Унэ ХужькIэ зэджэм.
♦1857 гъэм Урысейм япэ пощт маркэр къыщыдагъэкIащ. Абы щхьитI зыфIэт бгъэм и сурэт тетт, и уасэр кIэпIейкIипщIт.
♦1870 гъэм США-м дунейм щыяпэу къыщызэрагъэпэща метеорологие бюром зэбгригъэхащ къэкIуэну махуэм щIыуэпсым и щытыкIэнум теухуа хъыбарыр.
♦1894 гъэм Урысейм и пащтыхь тахътэр къылъысащ къэралым и иужьрей император Николай ЕтIуанэм.
♦1897 гъэм Турин дэт университетым и студентхэм къызэрагъэпэщащ «Ювентус» (Италие) футбол командэр. Иджы ар дуней псом щыцIэрыIуэ клуб лъэщщ.
♦1899 гъэм «Варяг» кхъухьыр тенджызым япэу техьащ.
♦1922 гъэм Налшык парт школ къыщызэIуахащ.
♦1936 гъэм Налшык Урыс драмэ театр къыщызэIуахащ.
♦1938 гъэм япэу ягъэунэхуащ Хэку зауэшхуэм и зэманым цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ щыта «Катюша» Iэщэм и къарур.
♦1941 гъэм США-мрэ Канадэмрэ я зэхуакум, Ниагарэ псыкъелэм щхьэщыту, лъэмыж къыщызэIуахащ. Абы лэгъупыкъу лъэмыжкIэ йоджэ.
♦1950 гъэм США-м и президент Трумэн Гарри яукIыну хэтащ.
♦1959 гъэм Ленинград къалэм СССР-м щыяпэу къыщызэIуахащ нэчыхь щатх IуэхущIапIэ.
♦1977 гъэм уэгум лэжьэн щыщIадзащ цIыхухэр къызэрырашэкI Ту-144 кхъухьлъатэхэм.
♦1993 гъэм Европэ зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ. Иджыпсту абы къэрал 28-рэ хохьэ.
♦1997 гъэм «Культура» телеканалым лэжьэн щIидзащ.
♦1998 гъэм Европэм цIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ и судыр къызэрагъэпэщащ.
♦1578 гъэм къалъхуащ дзэ, къэрал къулыкъущIэ, Урысейм и лъэпкъ лIыхъужь Пожарский Дмитрий.
♦1863 гъэм къалъхуащ США-м щыщ IэпщIэлъапщIэ, гъущI перо зыпылъ къалэмыр къэзыгупсыса «Parker Pen Company» компаниер къызэзыгъэпэща Паркер Джордж.
♦1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Ленин саугъэтым, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Кулиев Къайсын.
♦1938 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, щIэныгъэлI, УФ-м щIыхь зиIэ и экономист ГуэбэщIыкI Жантемыр.
♦1947 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Шыгъушэ Хьэсэн.
♦1973 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ цIэрыIуэ Порошинэ Марие.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэс тIэкIу къыщесынущ. Хуабэр махуэм градус 1 - 2, жэщым 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Жагъуэгъуншэ умыхъукIэ, жагъуэгъум
зэрыжаIи умыхъукIэ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "859.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Ерыскъы
Зи хъыбарым диукI ГМО-р дяпэкIэ хуиту къэтлъагъунущ
«Трансгенные продукты» жыхуаIэм щымышынэ къэгъуэтыгъуейщ, зищIысым фIыуэ дыщыгъуазэкъыми. ЩIэныгъэлIхэр тIу зэрищIыкIауэ щызэдауэкIэ, дзыхь щIахуумыщIын щхьэусыгъуэ щыIэщ.
КъызэрыщIэкIымкIэ, ар къагупсысын хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэр цIыхухэр куэд дызэрыхъурщ, 2020 гъэм меларди 7,7-м дынэсыну жаIэ. Апхуэдизыр ЩIым хуэмыгъэшхэжыну жаIэ икIи абы хэкIыпIэу къыхуэбгъуэтыфынур къызэрымыкIуэу багъуэ, мазэкIэ, уеблэмэ илъэс бжыгъэкIэ зэIымыхьэу щылъ ерыскъыхэкI къэбгупсысынырщ. Ди республикэми Урысейм зэрыщыту щIыр къызэрыщагъэсэбэп щIыкIэм тепщIыхьмэ, абы дыхуэмыгъэшхэжыным Iуэхур нэсакъым, уеблэмэ абы дызэрыхущытымкIэ гъэщIэгъуэнщ зыгуэр къызэрыдитри.
Генхэм елэжь щIэныгъэлIхэм къагупсысар мылъкушхуэм и хэкIыпIэ яхуэхъуащи, а Iуэхур къыпхуеIуэнтIэкIыжыну къыщIэкIынукъым. Мыпхуэдэщ а бжыгъэр: ГМО зыхэлъ жылэрэ шхынрэ къыщIэзыгъэкI коммерцэ фирмэхэм зы илъэсым я хэхъуэр доллар меларди 2100-рэ мэхъу. Къапщтэмэ, езы фирмэхэри щэ бжыгъэкIэ щыIэщ.
ЩIэныгъэлIхэр щIызэдауэ ГМО-р дэ куэд щIащ зэрытшхрэ. Псы пщтыр хэпкIэмэ е мащIэу къэбгъэхуэбэжмэ шхын хьэзыру уи пащхьэ къихутэ псори ГМО зыхэлъщ. Псалъэм папщIэ, кIэртIоф хьэжыгъэр, псы пщтыр зэрыхэпкIэу, кIэртIоф пIытIам хуэдэу хъур. «Доширак» шхыныгъуэр, мазэкIэ щылъами зыри къызыщымыщI помидорыр. Ар мыфыным, щIыпIэ жыжьэхэми нэпшэсыфыным тращIыхьу, помидорым «хапщэу» аращ бдзэжьей лIэужьыгъуэ пыухыкIам и ген. Абы къикIращи, цIыхухэм яшх япэм щымыIа, Iэпкълъэпкъыр зэмыса белок, дагъэхэкI, нуклеин кислота, антибиотик.
ИлъэсыщIэ дызыхуэкIуэм къыщыщIэдзауэ «ГМО» хьэрфхэр зытет дамыгъэ традзэнущ апхуэдэ шхынхэкI псоми. А унафэр къызэдащтащ Евразие экономикэ зэгухьэныгъэм хэт къэралхэм (ЕАЭС). Нэхъ тэмэму жыпIэнумэ, ЕАЭС-мрэ «ГМО»-мрэ зэгъусэу тетын хуейщ. А хабзэм къару егъуэт мы мазэм и 26-м къыщыщIэдзауэ. А дамыгъэр щытрагъэуэнур ерыскъым ГМО-уэ хэлъыр процент 0,9-м фIэмыкIмэщ, ар Европей Зэгухьэныгъэм (ЕС) къигъэува хабзэщи.
2016 гъэ пщIондэ ди къэралым къыщызэтрагъэувыIауэ щытащ ГМО-м елэжьынри ар зыхэлъ къыщIагъэкIынри. Иджы къызэтрагъэувыIа къудей мыхъуу, зэрамыдэнур хабзэкIэ щIагъэбыдащ. Урысей Федерацэм къипшэну ухуиткъым ГМО-жылэри. Ауэ ерыскъыр хъунут икIи иджыри къыздэсым дэ хэтщIыкIакъым къэтщэхур зыхуэдэм.
ИлъэсыщIэм къыщыщIэдзауэ зи гугъу сщIа дамыгъэхэр традзэнущ. Си фIэщ мыхъуу зы хэлъщ мы Iуэхум: ерыскъыр зыщIращ зи къалэныр абы хилъхьар зыхуэдэмрэ зищIысымрэ къигъэлъэгъуэну. Псалъэм папщIэ, нартыху жылэ зыщэм, ар экспертизэ иригъэщIу, ГМО зэрыхэлъым и дамыгъэ езым тригъэуэн хуейщ. Бэзэрым тету флъэгъуа «Си помидорым ГМО хэлъщи, къэвмыщэху» жызыIэ? АтIэ, модрейри бэзэру аращ, дунейпсо сатум хэту.
ЩIэныгъэлIхэм ящыщу мыбы и телъхьэхэм жаIэ ГМО-р къагъэсэбэп зэрыхъурэ блэкIа илъэс 15-м ар зэран зыхуэхъуа щымыIауэ. Пэжщ, апхуэдэ къэхутэныгъэ ирагъэкIуэкIауэ къыхэщыркъым. ГМО-р зымыдэхэм зэрыжаIэмкIэ, а шхыныгъуэхэр япэу зыIухуахэм къащIэхъуэну етIуанэ, ещанэ щIэблэращ ар узыфэу зыпкърыкIынур.
ЗэкIэ къэхъур сыт? Псы имыгъуэтми, хьэпIацIэ тесми, химие пкъыгъуэм хэту къагъэкIми зызыужь хьэцэпэцэм, хадэхэкIым, пхъэщхьэмыщхьэм я жылэм щIэупщIэ иIэнущ, дэтхэнэми и фейдэм трещIыхьри. Ауэ ар зэран хуохъу цIыхуцIэ зиIэм игъащIэ лъандэрэ къыдекIуэкIа е щIэныгъэлIхэр егугъуу нэхъыфI ящIа къэкIыгъэ лIэужьыгъуэхэм.
Абыхэм егугъужыркъыми, мащIэ-мащIэурэ мэкIуэдыж. Щапхъэ. ГМО къэкIыгъэхэмкIэ псом япэ ит США-м трансген жылэхэм щыхуэкIуащ къэкIыгъэхэм елэжь IуэхущIапIэхэм я процент 55-р, Бразилием - процент 21-р, Аргентинэм - процент 15-р, Канадэмрэ Иранымрэ - проценти 7-м щIигъур.
Дызыщыгугъыжын щымыIэу къыпщохъу, фейдэ зыпылъ Iуэхум пэщIэтыгъуейщи. Ауэ цIыхум и узыншагъэм иригузавэхэм я зэщIэхъееныгъи щыIэщ. Абыхэм щIагъэхуабжьэ органикэ щIыгъэпшэркIэ къэкIыгъэ бэв кърахьэлIэныр. Органикэм, ГМО дэнэ къэна, пестицид, антибиотик, гъущI хьэлъэхэм щыщ гъунэгъуу ирагъэкIуалIэркъым.
ЩIэныгъэлIхэм куэд щIащ къызэрахутэрэ пестицидым, антибиотикым, Iэщым е къэкIыгъэм псынщIэу зезыгъэужь гормонхэм къыдащIэр. Жьыи щIэи зымыщIэ лышхыр, фошыгъу узыр, аллергиер къызыхэкIыр а химие пкъыгъуэхэр ди Iэпкълъэпкъым щызэтрехьэри аращ. Антибиотикым къыдищIэр шынагъуэ дыдэщ - абы еса ди Iэпкълъэпкъым нэгъуэщI антибиотик «къыфIэIуэхужкъым», сымаджэ дыхъуауэ хущхъуэ дыщефэкIэ е мастэ къыщытхалъхьэкIэ. КъэкIыгъэм, Iэщым, джэдкъазым псынщIэу зезыгъэужь гормонхэр «эндокринная система» жыхуаIэм зэран хуохъу.
Аращи, цIыхуцIэ зиIэр гъуэгу зэхэкIыпIэм тетщ икIи ГМО, нэгъуэщI химие пкъыгъуэхэм я Iуэхур къызэрымыкIуэу гъэткIиин зэрыхуейр къагуроIуэ.
ЩIэ
Тракторхэр лей хъунуи?
Къэрал нэхъ зызыужьахэр йолэжь дызэса кхъухьлъатэхэмрэ таксихэмрэ къанэ щымыIэу нэгъуэщIу ящIыным. Шофёр зэрымыс такси щыIэ хъуагъэххэщ, иджы дызыпагъаплъэр такси лъатэхэращ, къалэм щызэтрихьэ машинэхэм яхэмыту. Уи нэгу къыщIэбгъэхьэну гугъущ ар, ауэ жып телефон Японием къыщагупсысащ, узэпсалъэри плъагъуу, щыжаIэм ди фIэщ хъурэт? Ар ди деж щIэх къэмысыну къытщыхъуртэкъэ?
Иджы дунейми, ди къэралри къакIэрымыхуу, щолэжь кхъухьлъатэхэр зэрызэрахъуэкIыну электролётхэм. ЩIэныгъэлIхэм шэч лъэпкъ къытрахьэркъым: Урысейм и щIыналъэхэр электролётхэмкIэ зэпащIэнущ 2030 - 2035 гъэхэм.
ЩIэныгъэлIхэм къыхагъэщ: кхъухьлъатэм и закъуэ уелэжькIэ хъунукъым, дуней псом транспортым зыщехъуэж, а псом дакъыкIэрымыхуу, уеблэмэ япэ дыщищи къэхъуу, зыдужьын хуейщ.
Къапщтэмэ, дэ дызэса тракторхэм хуэдэ гуэрхэр щыIэжынукъым. Ахэр «Скиф» хьэлъэзехьэ дронхэмкIэ зэрахъуэкIынущ. «Трактор лъатэ» щагъэунэхуагъэххэщ Тэтэрстаным. ДронкIэ улэжьэныр тыншу, хэт хуейми махуэ бжыгъэкIэ зригъэсэфыну жаIэ. «Скиф»-м къеIэтыф килограмм 400. Километр 350-кIэ лъэтэфынущ, хьэлъэ килограмм 50 илъу. Бензин зэ игъэхъуэгъуэр сыхьэтийкIэ ирокъу, зы сыхьэтым литр 30 игъэсу.
Дроным къэкIыгъэм тракIэ щхъухьхэм ящыщу е щIыгъэпшэру литр 250-рэ къещтэф, ар гектар 25-м яхурокъу.
Тэтэрстаным и губгъуэхэм дронитху къыщагъэсэбэп хъунущ 2019 гъэм. ИлъэситIым къриубыдэу абыхэм я бжыгъэр 10-м нагъэсынущ.
Мэкъумэш Iуэхухэм къинэмыщIауэ, дронхэм яхузэфIэкIынущ мафIэ ягъэункIыфIыну (псалъэм папщIэ, мэзыр исмэ), хьэлъэ ягъэIэпхъуэну. ЩIэныгъэлIхэм шэч къытрахьэркъым Урысейм и дронхэр апхуэдэ зыщIыфа къэралхэм зэрефIэкIым, икIи щIэупщIэшхуэ зэраIэнум. Нэхъыщхьэращи, Iуэхум фейдэ къызэрыпэкIуэнур къызыгурыIуа инвесторхэм я мылъку абы халъхьэну хьэзырщ.
КъуэкIыпIэ таурыхъ
1925 гъэм къыщыщIэдзауэ СССР-м хэта Тыркумэн Совет Социалистическэ Республикэр, къэралышхуэр лъэлъэжа нэужь, зыкIи къыхэмыпIэнкIыкIыу, зым и лъэныкъуи имыубыду, и щхьэ Iуэху зэрызэрихуэжым иринасыпыфIэу зыкъомрэ щытащ. Уеблэмэ мы республикэм щыпсэухэм нэгъуэщIхэр къефыгъуэрт, «социальнэ жэнэтым», «дыщэ лIэщIыгъуэм» фыщопсэу жаIэу.
Пэж дыдэу, цIыхухэм защIэгъэкъуэным теухуауэ куэд ищIат президент Ниязов Сапармурат. 1993 гъэм къыщыщIэдзауэ газым, уэздыгъэм, псым, шыгъум, щIакхъуэм уасэ щIамыту цIыхухэм яIэрыхьэ хъуат. КъищынэмыщIауэ, экономикэм зрагъэужьыфат, щIыдагъэрэ газрэ зэраIэм и фIыщIэкIэ. Я ехъулIэныгъэхэм и зы хэкIыпIэфI хъуат щIым телэжьыхьыныр къызэрамыгъэлэлари. Куэду къагъэкIырт гуэдз, бжьэхуц, жэгундэ, лейр нэгъуэщI къэралхэм иращэу.
Газыр къыщIэзышым, гуэдз къэзыгъэкIым зэуэ ищэкIэ (лъапIэ дыдэуи ирехъуи) абы къэралыр псэукIафIэ ирихъунукъым. Абыхэм къахэпщIыкI хъуну псоми щелэжьын заводрэ фабрикэрэ къэралым итмэщ экономикэм лъэныкъуэ куэду зыщиужьыр. Абы зэуэ щыхуэкIуэфащ мы республикэм. Къапщтэмэ, бжьэхуцым дуней псом щIэупщIэшхуэ щиIэщ, ауэ ар «цIынэу» ямыщэу, а къэкIыгъэхэм щелэжь, щыгъынхэр, тепIэнщIэлъыныр, унагъуэм къыщагъэсэбэп нэгъуэщI бжьэхуцхэкIхэр щащI фабрикэхэр къызэIуахащ. Нэхъыщхьэращи, цIыхухэм яIэ хъуащ лэжьапIэ IэнатIэ. Абыхэм, езы тыркумэнхэм нэмыщI, нэгъуэщI къэралхэм я цIыхухэри щылажьэ хъунущ, ауэ зыми республикэм зыкъригъэнэфынукъым, хамэхэм паспорт иратыркъыми. Улэжьэнумэ, ухуитщ, ауэ паспортым укъыщIэмылъэIу!
Апхуэдэу ягъэуващ, езыхэр куэд мыхъуми. 2017 гъэм къагъэлъэгъуа бжыгъэм тепщIыхьмэ, тыркумэнхэр (мы республикэм щыпсэухэр) мелуаних ирикъупэркъым. Тыркумэным цIыхуу исым я процент 15-р хамэщ. «Уи щхьэ си щхьэ нэхърэ - си щхьэ гуэр» псалъэжьым тету арагъэнущ абыхэм паспорт щIрамытри, льготэ зылъысын хуейхэм щIыхамыгъахуэри.
2006 гъэм дунейм ехыжащ дыщэ фэеплъ зыхуагъэува Ниязовыр. Абы и къулыкъур зылъыса Бердымухамедов Гурбангулы бензинымкIи ядэIэпыкъуну мурад ищIри, машинэ псынщIэ исхэм зы мазэм литри 120-рэ, хьэлъэзешэ, автобус зиIэхэм литр 200 уасэншэу ират хъуащ, зэрыгурыIуэгъуэщи, нэхъыбэ зыгъэсым езым къещэху. Мыхьэнэшхуэ иIэщ къэрал банкым илъэс 30-кIэ япшынын щIыхуэ цIыхухэм ярит зэрыхъуам, зы процент фIэкIа щхьэщамытыкIыу.
ГъэщIэгъуэнщ, гурыIуэгъуафIэщ, захуагъи хэлъу къысщохъу мы къэралым налог лIэужьыгъуэу щагъэувахэр.
Нэхъыщхьэм тещIыхьауэ къапщтэмэ, ар лIэужьыгъуищу гуэшащ. Япэм къызэщIеубыдэ сатум пылъхэмрэ зыгуэр къыщIэзыгъэкIхэмрэ. Абыхэм налогыу ят мазэм яIэ хэхъуэм и процент 25-рэ.
Биржэ, брокер IуэхущIапIэхэм щылажьэ тыркумэным и хэхъуэм и процент 45-р итынущ.
ЦIыху бжыгъэ гуэр зэгухьэу IуэхущIапIэ ящIамэ, я хэхъуэм и процент 15 мазэ къэс къэралым яIех.
Транспортым, щIым, бгъэIэпхъуэ мыхъу мылъкум, акцизхэм техуэ, нэгъуэщI налог лIэужьыгъуэхэри щыIэщ мы къэралым. Ауэ а къыхэхыкIэр тэмэму къызэгъэпэща хъуащи, цIыхухэм къатехьэлъэркъым.
Зи экономикэр щхьэхуэу, щIэрыщIэу зыухуэжын хуей хъуа къэралым и цIыхухэр политикэ, дин залымыгъэ зэрыхэмыгъахуэу, узбекхэмрэ таджикхэмрэ хуэдэу (нэхъ ягъунэгъухэр къэтщтэнщи) сом къыщалэжьын щхьэкIэ нэгъуэщI щIыпIэхэм мыIэпхъуэу, къулейсыз дыдэ мыхъухэу иужьрей илъэс тIощIым къызэрыгъуэгурыкIуар зи фIыщIэр, шэч хэмылъу, а льготэхэращ. Ауэ илъэситI ипэкIэ нэгъуэщI жьы къыкъуэуащ. Къэралым и президентымрэ правительствэмрэ мащIэ-мащIэурэ льготэхэм кIэрагъэху. Нэхъыжь щыIэу, ар абыхэм езыхэм я зэрану дагъуэ зыхурагъэщIынт. Къэралым и нэхъыжьхэм я советым хэтхэр зэхуашэсри, «дэ апхуэдэу дыкъулейсызкъым, газым, псым, уэздыгъэм я уасэ тхуэмытыну» жаIащ (е жрагъэIащ). Дэни къикIрэ апхуэдэ нэхъыжьыфIхэр?! Къысхуагъэгъуну сыщогугъ, ауэ псэун щIэзыдзэ, быныр къэзыIэтын, унэ зыщIын хуейуэ къызыпэщылъ щIалэгъуалэм я жыIэрат зэдэIуапхъэр, апхуэдэ унафэ ящIын хуей щыхъукIэ.
Правительствэм фIэзахуэщ ищIэр, псори дгуэшмэ, лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр къытхузэIухынукъым, жеIэри. Дунейпсо экономикэм и ухуэкIэм тепщIыхьмэ, мы зэманым тыркумэнхэм фабрикэ, завод ехьэжьахэр яхуэщIыным шэч къытыбохьэ. Абы щыхьэт тохъуэ лэжьапIэншэхэм я бжыгъэри - цIыхухэм я процент 60-р IэнатIэ Iуткъым. Абыхэм япэм Iэщ, джэдкъаз, щIы жыпIэми я щхьэ Iуэху зэрахуэрти, мащIэми, къалэжьыр къахуэнэжырт, газ, псы, уэздыгъэ уасэхэр зэрамытым и фIыгъэкIэ. Иджы къулейсызыгъэм зэщIиубыдэу хуежьащи, нэгъуэщI къэрал зэрыкIуэфыну паспорт къеIызыхыну хуейхэр куэд хъуащ. Псом хуэмыдэу къыхощ щыIэкIэ-псэукIэ и лъэныкъуэкIэ зи Iуэхур мыщIагъуэ Дашогуз областыр. Абы щыпсэухэм я щIэныгъэкIэ, я зэфIэкIкIэ яхузэфIэкIыркъым иджырей экономикэ ухуэкIэм зыхагъэзэгъэну. Правительствэми я лъэр щIиудащ, цIыхухэм яхуищIэр егъэлеяуэ къилъытэри.
ГъэщIэгъуэныщэщ зи тетыгъуэхэм я дунейр. ЯхузэфIэкIыу ялъэкI къагъанэркъым дунейм нэхъ къулейуэ тетхэм ящыщ защIыным теухуауэ. А мылъкури я бынхэри нэгъуэщI къэралым къыщыщIедз, абы щыгъуэми къэралым исхэр патриот защIэ хъун хуейуэ жызыIэ «машинэр» цIыхубэм щхьэкIэ зэпымычу мэлажьэ. Ар щIыжысIэращи, Ниязовым ипхъу гъэфIамрэ и малъхъэмрэ куэд щIащ Лондон зэрыщыпсэурэ, я бизнес лъэрыхь яIэжу. Президенту щытам и щхьэгъусэращи, Берлин и хьэблэ нэхъ ехьэжьам унэхэр, хьэщIэщхэр щещI.
Мис апхуэдэу тыркумэн цIыхубэм яухащ къуэкIыпIэ таурыхъыр.
ЗыплъыхьакIуэ кIуэнухэм папщIэ
Къэралищэм я бжэ къытхузэIуахащ
Урысейм и цIыхухэр визэншэу къэралищэм щIигъум кIуэфынущ. Псалъэм папщIэ, Азербайджаным, Куржым, Молдовэм, Таджикистаным, Узбекистаным, Украинэм укIуэн щхьэкIэ загранпаспортщ узыхуейр. Ди къэралым и паспорткIэ укIуэфынущ Абхъазым, Армением, Белоруссием, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Осетие Ипщэм. Тыркумэн Республикэм уихьэфынукъым, абы щыщ гуэрым уригъэблэгъауэ тхылъ умыIыгъмэ. СССР-м хэта къэралхэм ящыщу Латвием, Литвам, Эстонием укIуэн щхьэкIэ шенген визэ уиIэн хуейщ.
Македонием, Сербием, Боснием, Герцеговинэм, Черногорием зыщыпплъыхьыну укIуэн щхьэкIэ узыщIэсыну хьэщIэщым и бронь, къэралым укъызэрикIыжыну билет пIыгъын хуейуэ аращ. А щIыкIэм тетущ Израилым, Тыркум, Тунисым узэрихьэфынур. Мысырым ущихьэкIэ, и гъунапкъэм зэуэ визэ къущат. Кипрым шенген визэ уиIэн хуейуэ къегъэув.
Махуэ 30-м къыщыщIэдзауэ 60-м нэс ущыIэну хуит уащI Америкэ Ипщэмрэ Курытымрэ я къэрал 20-м хуэдизым. Пэжщ, ахъшэ бжыгъэ пыухыкIарэ къызэрыбгъэзэжын билетрэ пIыгъмэщ гугъуехь ухэмыхуэу къыщыбгъэзэжыфынур.
Мы хабзэхэм къазэрыщхьэщыкIышхуэ щыIэкъым Индонезие, Малайзие, Лаос, Вьетнам, Таиланд, Азием и нэгъуэщI къэрал зыбжанэми зыплъыхьакIуэ къахуэкIуэхэм ящIапхъэу хуагъэбелджыла Iуэхугъуэхэр.
Иджырей зэманым и нэщэнэ хъуащ зыплъыхьакIуэ нэхъыбэ къыдахьэхыу ар къэралым и экономикэм щIэгъэкъуэн хуащIыныр. Аращи, зызыгъэпсэхуну, нэгъуэщIхэм я псэукIэр зэзыгъэлъагъуну хуейхэм хэдэ-хэплъэ ящI хъуащ, щIыпIэ дахэ къудейкIэ къыпхудэмыхьэхыжыну, сыткIи зэIузэпэщу ущытын хуейуэ.
Зыгъэхьэзырар Ширдий Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "86.txt"
} |
Си Хэку щынэхъ щIыIэ махуэ закъуэ ХамэщI гъатхищэ нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ
Кавказым, «ищхъэрэм и куэбжэм», зэман жыжьэхэм щыщIэдзауэ цIыхухэр къыхуоIэ. Ахэр зыIэпашэрт хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ гъэнщIа щIыналъэм, хъупIэ къулейхэм, хьэуа къабзэм, салъкъын гуапэхэм…
«Псытепхъэ бгъуэтынукъым бгыхэм я бгыж Кавказым, псыпыху Iэлхэр къуршыщхьэм къыщелъэ щIыпIэм, унэмысауэ. Вагъуэ дыдэхэм я лъабжьэм къыщожьэ бгы задэхэр», - Хьисэ бегъымбарыр къалъхуным и пэкIэ 479 гъэм Эсхил щитхыгъащ и «Прометей кIэраIулIам».
Пасэрей алыджхэм я псысэхэми къыхощыж дыщэ кIадэр - къулеигъэм, насыпым я хэкIыпIэр - къэзылъыхъуэу щыта аргонавтхэр Кавказым къэкIуауэ зэрыщытар. Абыхэм яхэтащ Геракл лIыхъужьыр - Зевс къызэригъэпцIам щхьэкIэ Iуащхьэмахуэ кIэраIулIауэ щыта Прометей хуит къэзыщIыжар. КъызэраIуэтэжымкIэ, Прометей мафIэ лъапIэр къидыгъужри, цIыхухэр кIуэдыпIэм къришыжащ.
Хьисэ къалъхуным и пэкIэ еплIанэ лIэщIыгъуэм Кавказ Курыхыр, иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр здэщыIэр, къызэхикIухьауэ щытащ пасэрей алыджхэм я еджагъэшхуэ цIэрыIуэ Аристотель. «КъуэкIыпIэм хуэкIуэу зызыукъуэдий къуршыжь псоми нэхърэ Кавказыбгхэр нэхъ хьэлэмэтщ я инагъкIи, я лъагагъкIи», - итхыгъащ абы.
Пэж дыдэу, иныжь абрагъуэхэм зэтралъхьа фIэкI умыщIэну, Кавказыбгхэм километр 1500-кIэ заукъуэдий, тенджыз ФIыцIэм къыщыщIэдзауэ Хъэзэр тенджызым нэсу. Хъэзэрым и картэ тэрэз япэ дыдэу зыщIари Петр Езанэм и дэIэпыкъуэгъуу щыта, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъа адыгэлI цIэрыIуэ Черкасскэ Бэч и къуэ Александрщ.
Къазбэч (метр 5033), Дыхь-То (5203), Щхьэрэ (5063), Къуштэн-То (5151), Жангъы-То (5049) Iуащхьэхэм я щхьэ тхъуахэр уафэ къащхъуэм хуаIэт. Ауэ псом нэхърэ нэхъ уардэр метр 5642-рэ зи лъагагъ Iуащхьэмахуэ щхьэ дыкъуакъуэрщ - бгыхэм, мэзхэм, уэсхэм я «пщыгъэр» зыIэщIэлъырщ.
Зи щхьэр къетхъуха Iуащхьэмахуэ-дадэм фIыуэ ещIэж илъэс мин бжыгъэкIэ бгырысхэр зауэм хэзымыгъэкIахэр – кимерийхэр, боспорхэр, скифхэр, щэрмэтхэр, хъэзэрхэр, гуннхэр, аланхэр, къэжэрхэр, монголхэр, тыркухэр, тэтэрхэр. ЕщIэж Кавказым щыпсэухэр я бжьым щIагъэувэн мурадкIэ лъы куэд иракIутами, ахэр къызэрамыгъэшыфар. А къэзэуатщIакIуэхэм ящыщ куэдыр ижь-ижьыж лъандэрэ мы щIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм яхэшыпсыхьыжри, езы бгырысхэм ящыщ хъужащ нобэ.
Кавказым и лъэпкъ мащIэхэр я нэхъ бий бзаджэми бгыхэм щахъумэрт, абыхэм удын ирадзын папщIэ ахэр сыт щыгъуи дэIэпыкъуэгъу хъурт.
Къэжэр тхыдэтх Шериф-ад-Дин Йезди и «ТекIуэныгъэ тхылъым» узбек дзэзешэ Темырлан щытепсэлъыхькIэ, мыпхуэдэу етх: «Урысхэмрэ къыпчакъхэмрэ ятеухуауэ эмирым игу зэгъа нэужь, и дзэм щIыгъуу абы IуащхьэмахуэкIэ иунэтIащ»… Ауэ тепщэ лъэбышэ ябгэм мыбдеж и пхъэр къыщикIакъым – бгырыс хъыжьэхэм я сэшхуэр нэхъ гуащIэу къыщIэкIащ. А бгырысхэр тенджыз ФIыцIэм и ищхъэрабгъу лъэныкъуэм, Псыжь Iуфэ къиIэпхъукIри мыбы къэкIуат – ахэр синдхэм, мэуэтхэм, зихьхэм икIи керкетхэм я лIэужьт.
Кавказым щыпсэу адыгэ лъэпкъхэм я гъащIэмрэ я хьэл-щэнхэмрэ теухуауэ куэд ятхащ алыдж тхакIуэхэу Геродот, Птолемей, къэхутакIуэхэу тырку Челеби, хьэрып Масуди, Генуе щыщ Интериано, Венецием къикIа Барбаро сымэ…
Iуащхьэмахуэ ещIэж адыгэхэм япэ дыдэ яухуа къэралыгъуэр – Синдикэр, Кавказым и Ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ Анапэ, Тамань, ЦIэмэз щIыпIэхэр зыIыгъар. Ди эрэм и пэкIэ еплIанэ-ещанэ лIэщIыгъуэхэм мыбы мэкъумэш щIэным зыщиужьат. Синдхэм я щIыналъэр къулейт, нэхъыбэу зэлэжьыр хьэцэпэцэрт, псом хуэмыдэу гуэдзырт. Къэралым щыпсэухэр зрикъун къалэжьыж къудейм къыщымынэу, Синдикэм гъавэкIэ сату дищIырт Алыджым. Абы щыхьэт тохъуэ мывэ блынхэм къытена сурэтхэр, пасэрей тхакIуэхэм я тхыгъэхэр, псом хуэмыдэу Демосфен и IэдакъэщIэкIхэр. Хьэцэпэцэхэм нэмыщI, мыбы щелэжьырт пхъэщхьэмыщхьэм, санэм. Абы теухуауэ тхыгъэ къигъэнащ алыдж географ цIэрыIуэ Страбон.
ИужькIэ Боспор къэралыгъуэм и IэмыщIэм ихуа Синдикэм Iэщ гъэхъунми зыщиубгъуат. Синдхэм зэрахуэрт жэм, хыв, мэл, бжэн. Зыужьыныгъэшхуэ игъуэтат IэпщIэлъапщIэнми. Хьэкъущыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр ятIагъуэм къыхащIыкIырт, гъущIым, гъуаплъэм, жэзым елэжьырт. Iэщэ щIынми зыщиубгъуат Синдикэм. Адыгэ сэшхуэр, къамэр щIыпIэ куэдым щыцIэрыIуэт.
Ахъшэ жьгъей къыщIэгъэкIыныр IэщIагъэ хэхауэ ябжырт. Синдхэмрэ мэуэтхэмрэ я кхъащхьэхэм къыщагъуэтыжа хьэпшыпхэр дыщэхэкIт къызыхэщIыкIар икIи ахэр IэщIагъэшхуэ зиIэхэм зэраIэдакъэщIэкIыр нэрылъагъут.
Iуащхьэмахуэ ещIэж кIэсэгухэм я пелуан Ридадэрэ тмутэрэкъаныпщ Мстиславрэ утыкушхуэм къарукIэ зэрыщызэрыгъэунэхуар. А зэман жыжьэм лъандэрэ, епщIанэ лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ, урысхэмрэ адыгэхэмрэ я шыгъупIастэ зэIулъщ; Чернигов тмутэрэкъаныпщхэм я дзэм адыгэхэм къулыкъу щащIэрт, абыхэм ирагъэкIуэкI зауэхэм лIыгъэ щызэрахьэрт.
Езыхэм я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу, урысхэм ящIыгъуу адыгэхэр хамэщI къикIахэм мызэ-мытIэу ебэнащ. Абы и щыхьэтщ 964, 966 гъэхэр. А илъэсхэм урыс, шэрджэс шууейхэр зэщIыгъуу хъэзэрхэм езэуащ. Зэгъусэу ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэхэм ахэр нэхъри зэгъунэгъу ищIащ я гупсысэкIэ, мурадкIэ; лъыкIэ яIэ зэпыщIэныгъэхэри нэхъ куу хъуащ.
XVI лIэщIыгъуэм къэбэрдеипщхэм Урысейм къулыкъу щащIэу щIадзэ икIи псоми цIэ лъапIэхэр, Черкес унэцIэхэр къыфIащ. «Черкесыпщхэр, Кавказ Iэлым къикIахэр, зэман зэхуэмыдэхэм Урысейм Iэпхъуащ: урысыпщхэм, боярхэм япхъухэр щхьэгъусэ ящIкIэрэ, абыхэм я диным ихьэрт, бояр дамыгъэхэр, нэгъуэщI цIэ лъапIэхэр зэрахьэу къулыкъу ящIэрт, щытхъурэ щIыхькIэ зыщIагъанэрт, я цIэхэм урыс тхыдэм увыпIэшхуэхэр щрагъэубыдырт…», - 1841 гъэм апхуэдэу щитхыгъащ Долгоруков П. В. и «Урысей лъэпкъ тхылъым».
1557 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм Идар Темрыкъуэпщым ипхъу Гуащэнэ, чыристан диным щихьэм Марие цIэуэ зыфIащыжар, Урысей пащтыхь Иван ЕплIанэм докIуэ. А Iуэхум нэхъри игъэбыдащ адыгэхэмрэ урысхэмрэ куэд щIауэ къадэгъуэгурыкIуэ я зэныбжьэгъугъэр.
ХVIII лIэщIыгъуэм и 20 - 30-нэ гъэхэр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ IэджэкIэ гъэнщIат. 1720 гъэм и гъатхэм кърым хъан СэIэдэт-Джэрий цIыху мин плIыщIым щIигъу хъу и дзэм Къэбэрдейм и гъунапкъэхэр къиувыхьащ икIи псалъэмакъ къыхамыгъэкIыу Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и унафэм щIэтыну, 1708 гъэм Къэнжалыщхьэ деж хьэбэсабэу щызэхакъута Къаплъэн-Джэрий хъаным ираха лейм папщIэ щIалэ, пщащэ миниплI ятын хуейуэ унафэ ещI. Шу мин 15 - 20 нэхъыбэ зымыгъэшэсыфыну лъэпкъым и дежкIэ ар къалэн хьэлъэт. Лъэпкъым и къуэ нэхъ Iущхэм ящыщ зым – Къэзанокъуэ Жэбагъы – и чэнджэщкIэ Къэбэрдейр шынагъуэм къыIэщIэкIащ.
Кърым хъанхэм я бийуэ бэнэныгъэ езыгъэкIуэкIа, адыгэхэм я Iэтащхьэ Къетыкъуэ Аслъэнбэчщ Къэзанокъуэм и псалъэ Iущхэр Iэщэ жану зыгъэбзар. ЗауэлI мин бжыгъэхэр хигъэкIуадэри, СэIэдэт-Джэрий щIэпхъуэжащ.
Къэбэрдейм кърым хъанхэр, тыркухэр аргуэру къытемыуэн папщIэ, 1722 гъэм фокIадэ мазэм и 3-м, Хъэзэр тенджызым и Iуфэхэр урыс пащтыхьым къыщызэхикIухьам, Къетыкъуэпщыр езым и чэнджэщэгъу Къэзанокъуэр щIыгъуу Пётр Езанэм Дагъыстаным, Сулак деж, щыхуэзащ. ЗэрызэгурыIуам и щыхьэту, къэбэрдей шу гупыр щежьэж махуэм, фокIадэм и 23-м, Аслъэнбэчыпщым кърат Урысейр Къэбэрдейм къызэрыщхьэщыжынур игъэбыдэу щыхьэт тхылъитI.
КъыкIэлъыкIуэ Iуэхухэм зыхъумэжакIуэхэр ирихулIат 1723 гъэм и гъатхэпэ мазэм Пётр Езанэм деж Бытырбыху лIыкIуэ ягъэкIуэну. Ежьахэм яхэтт Къэзанокъуэ Жэбагъы, Тамбий Жанмэмэт, Къундет Кургъуокъуэ сымэ. Абыхэм я пщэм къалэнышхуэ дэлът: зэхагъэкIын хуейт Сулак щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэм Урысейр зэрыхуэпэжыр, къатеуэIамэ, ар къазэрыщхьэщыжыну щIыкIэр. ЛIыкIуэхэм хъыбарыфI къахьащ. АбыкIэ фIыщIэ лей зыбгъэдэлъар Къэзанокъуэ Жэбагъыт.
Iуащхьэмахуэ ещIэж нэгъуэщI адыгэлIи - ХьэтIохъущокъуэ Исмел-псыгъуэ, урысыдзэм полковникыу хэтар, Измаил быдапIэр къыщащтэм Очаков и лIыхъужь хъуар, Суворовым и гъусар, Георгий жорым и IV нагъыщэр зезыхьар. 1787 - 1791 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Тырку зауэм абы лIыгъэ щызэрихьащ, Днестр дэкIуэу Тыркумрэ Урысеймрэ я гъунапкъэхэр убзыхуным теухуа зэгурыIуэныгъэм хэтащ.
Екатеринэ ЕтIуанэр щIэкъуащ Кавказым щригъэкIуэкI IуэхухэмкIэ ХьэтIохъущокъуэр щIэгъэкъуэн къищIыну. Ауэ абы и хьэгъэщагъэхэр Исмел-псыгъуэ диIыгъакъым, урыс пащтыхьым иригъэкIуэкI лъэпкъ дэкъузэныгъэм и бийт ар, экономикэ, сату, политикэ я лъэныкъуэкIэ Урысеймрэ Кавказымрэ я зэпыщIэныгъэхэр, урыс лъэпкъышхуэм хуаIэ ныбжьэгъугъэр нэхъри гъэбыдэн хуейуэ къилъытэрт.
Исмел-псыгъуэ, Къэбэрдейм и лIы щэджащэр, Кавказым хуэуса Лермонтов Михаил и поэмэ цIэрыIуэ «Измаил-бейр» зытриухуа адыгэлIыр, диным итхьэкъуа гъэпцIакIуэхэм 1812 гъэм гъуанэдэууэ яукIащ.
Европэми Азиеми и гъуэгухэр Кавказым щызэхыхьэжырт. Мыбы щызэхэпхырт бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр, мыбы щыплъагъунут дин зэхуэмыдэхэм ятхьэкъуахэр, хабзэкIэ, хьэл-щэнкIэ зэмыщхьхэр - Польшэмрэ Шотландиемрэ къикIа миссионерхэр, Византиемрэ Алыджымрэ я сатуущIхэр, Тыркумрэ Кърымымрэ къикIа дин хэпщакIуэхэр, Аравием, Генуем, Франджым, Инджылызым щыщ зыплъыхьакIуэхэр.
ХамэщI къикIахэм я нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщт франджы тхакIуэшхуэ Александр Дюма-адэр, 1858 – 1859 гъэхэм Кавказым къыщызыкIухьар. Пушкиным, Лермонтовым, Толстой, Горький сымэ хуэдэу, мы хэкур зэрытелъыджащэр абы егъэлеяуэ гъэщIэгъуэн щыхъуауэ щытащ.
ПхузэфIэмыкIыу уи гум къокIыж Дюма и псалъэхэр: «Дыгъэр аргуэру къыкъуэкIыжащ, иужьрей пшагъуэ гуэрэнхэр кIуэдыжащ. Къазбэч къыщыщIэдзауэ Iуащхьэмахуэ нэс зызыукъуэдий Кавказыбгхэм я дахагъэ псори къыщIэщыжащ.
А хьэлэмэтыщэм дызыIэпишэри, зы заулкIэ дэ сыным хуэдэу дызэфIэтащ; тлъагъур ещхьтэкъым Альпхэми, Пиринеи, нэгъуэщI гурхэми; къыпфIэщIырт ар зыхуэдэ дыдэр зи нэгу къыщIэзыгъэувэфын щымыIэу.
Ар Кавказырт…».
Iуащхьэмахуэ куэдрэ пэплъащ и щыгу цIыхулъэ щыувыным. А зэманыр къыщысар 1829 гъэрщ. Абы и щыгум япэу дэкIащ Урысей Академием и экспедицэм и гъуэгугъэлъагъуэу щыта адыгэлI Хьэшыр Чылар, Iуащхьэмахуэ и къуэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщ зыр. Ди бгыжьхэм игъащIэкIэ ар ящыгъупщэнкъым: бадзэуэгъуэм и 22-м сыхьэтыр 11-м бгыхэм я тхьэмадэм и ищхъэрэ лъагапIэм Чылар щыхитIащ и Iэхъуэ башыр икIи мывэкIэ къигъэтIылъыхьыжри къехыжащ. Бгым дэкIыным абы тригъэкIуэдар сыхьэтийт.
1829 гъэм япэ дыдэу Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIам папщIэ гъущI IыхьэшхуитIым къыхагъэжыкIащ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Фут 16.330-рэ зи лъагагъ щыгум япэу дэкIыфар адыгэ Чыларщ. Мы гъущI къызэрыгуэкIым щIэблэм я деж нрырехьэсыж зи щыгур къамыгъэIурыщIэфыну къалъытэу щыта Iуащхьэмахуэ япэу гъуэгу пхызышам и цIэр».
Хьэшырхэ я къуэм хуэдэ гуэр хъунщ зытеухуар куржыпщ Ираклий ЕтIуанэм и чэнджэщэгъуу щыта дохутыр, дипломат, Саксонием щыщ Рейнеггс Яков итхар: «Шэрджэсхэр е, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зи гугъу тщIы къэбэрдейхэр, зэIэщIэлъхэщ, цIыху бланэхэщ, быдэхэщ, лIыгъэ зыхэлъхэщ, ешыркъым, IэкIуэлъакIуэхэщ, хъыжьэхэщ, щышуми щылъэсми Iэщэр дэгъуэу ягъабзэ».
Урысеймрэ абы ис лъэпкъхэмрэ я къэкIуэнур зыхуэдэм гу лъитауэ, иужькIэ Гроув Ф. и тхылъ «Кавказ щIыIэм» щитхыжыгъат Iуащхьэмахуэ и щыгум щитам зэгупсысар: «Европэмрэ Азиемрэ я гъунапкъэм ситу, си щхьэм къизэрыхьауэ езгъапщэрт нэхъ пасэм зыужьыныгъэ зыгъуэтахэр мы щIэуэ къэунэхуа къэрал лъэщым, зи къэкIуэнур зэрыдахэм цIыхухэм гу лъатэу щIадза къудейм».
Гроув ипэжкIэ а къэкIуэну лъэхъэнэм тетхыхьащ Пушкин А.С. и зэманыгъуэм псэуа икIи абы и цIыхугъэу щыта адыгэ щIэныгъэлI, еджагъэшхуэ, усакIуэ Нэгумэ Шорэ. Нэгумэм жиIэгъащ: «Къэсынщ бгырыс щхьэзыфIэфIым и гум гурыщIэ телъыджэр, гъащIэр зыгъэнэхур - щIэныгъэр - фIыуэ илъагъу щыхъуну зэманыр. Дэ псоми щIэныгъэм, тхылъым, тхыгъэм зыщеттыну сыхьэтри къэсынщ…».
А зэманыр къызэрысрэ илъэс 90-м нэблэгъащ.
… Илъэс тхущIрэ хырэ ипэкIэ и адэжь Хэкум - Къэбэрдейм - къигъэзэжат Iуащхьэмахуэ фIэкIуэда и бынхэм ящыщ зым - МахуэлI Рэмэзан. Сэ а тхьэмадэм, зи ныбжьыр илъэс 80-м нэблэгъам, мызэ-мытIэу сыIущIащ, хъыбар дахэ куэди къезгъэIуэтэжащ, хамэщIым езым щызэхилъхьауэ усэ зыбжани къезгъэджащ. Рэмэзан хуэдэ лIыжь гурыхуэ гъуэтыгъуейт. И ныбжьыр илъэс пщIыкIутхум иту ар Дзэлыкъуэдэс къуажэм 1905 гъэм ирашат. Илъэс 62-кIэ МахуэлIыр хэхэсу щытащ, ауэ абы зы сыхьэти, зы махуи и Хэкужьыр игу ихуакъым. Рэмэзан Тыркум исащ, иужькIэ Сирием щыщ Хъэнэсыр адыгэ къуажэм Iэпхъуащ, бэлыхьу щыIэр игъэващ, бэIутIэIу куэдым хэхуащ. Ар тырку беижьхэм яхуэпщылIащ, франджыхэм Сириер щаIыгъа зэманым гугъу ирагъэхьащ. Абы щыгъуэт мы сатырхэр Рэмэзан щызэхилъхьари:
Хьэр яукIым - драбашщ,
Шынэмэ - драхъумакIуэщ.
Я Iуэху зэфIэкIмэ - драхьэщ.
ИкIи драмысэкъым,
ИкIи драмыщэкъым,
ИкIи дращIасэкъым.
«Сыт щыкуэд?» - жыфIэрэ фыкъыдэупщIым,
Къурей щIыбым щыIэ нэгъуейм
Я махъшэм ишхыу,
Къадзыгъуэ банэкIэ еджэу,
Ар ди бэвщ…
Унэ дощIри щIым щIыдотIэ,
ЯтIэр ди унащхьэ бгъэнщ,
Къыщемышхым къыпхыжыркъым,
Уэшх къешхым, къыпхож.
Жыхьэнмэбжэр IитIкIэ
Тхьэм иригъэубыд
Мыбы ди къэкIуэным
Сэбэп хуэхъуам!
Мы усэм МахуэлIыр щыбгэу къыфщыхъуми, ар фымыгъэщIагъуэ. Къэбэрдейм къэкIуэжу и лъэпкъэгъухэм я гукъеуэхэр зэриIуэтэжа къудеймкIэ абы лIыгъэ зэрихьащ. «Мэчэ-Мадинэ щыIам, хьэж зыщIам жэнэтыр хухахауэ ягъэву… Кавказыр зылъэгъуа хэхэсым хьэкъыу пхыкIын хуейщ: жэнэтыр здэщыIэр Хьэрыпыр аракъым, атIэ Адэжь Хэкурщ!» - жиIэгъащ лIыжь Iумахуэм Къэбэрдейм къэкIуэжауэ.
Къэбэрдейм гу щимыхуэурэ, Рэмэзан дунейм ехыжащ. Си дежкIэ зи Хэкур фIыуэ зылъагъу цIыхум и нэхъ щапхъэфI дыдэт ар. «Дуней хъурейр ятIагъуэ цIынэ IэшкIэ къудейщ, абы уи адэшхуэхэм ягъэхуэба щIыналъэ мащIэ хэмылъмэ, уи гъащIэр зы гъунэ гуэрым щынэсым деж, ар нэгъуэщIхэм яIэщIэплъхьэжын хуэмеймэ», - апхуэдэут зэрыгупсысэр МахуэлIхэ я тхьэмадэ жьыщхьэ махуэр.
АтIэ дауэ къэхъуа а насыпыншагъэу, уз бзаджэу адыгэхэм къайуэлIар, ИстамбылакIуэкIэ зэджэжыр? Сытыт абы и щхьэусыгъуэр? Хэхэс хъуахэр сыт хуэдэ губгъуэхэм щикъухьа? Сыт ягъэхъа, сыт иджы ялэжьрэ, сыт я шыфэлIыфэ? Дауэ дызэрыгъуэтыжа? Ди зэпыщIэныгъэхэр дэнэ нэса? Мис а упщIэхэм я жэуап фэстыфмэ, си гуапэт.
Илъэси 140-м щIигъуащ адыгэхэм я нэхъыбэм адэ хэкужьыр зэрабгынэрэ. Щалъхуа щIыналъэр ди лъэпкъэгъухэм IэщIыб ящIын папщIэ лъэкI къагъэнакъым Урысейм и пащтыхьымрэ Тыркум и сулътIанымрэ. Илъэс куэдкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэр щиухам адыгэхэм я нэхъыбапIэр къарукIэ ирахуат е гъэпцIагъэкIэ хэхэс хъуат.
Ди лъэпкъэгъухэм нобэ уащыхуэзэнущ къэрал куэдым. Тыркум адыгэу мелуанищым щIигъу щопсэу, ауэ зи анэдэлъхубзэр зыщIэжыр а бжыгъэм и Iыхьэ щанэрщ. Сириемрэ Иорданиемрэ минищэрэ тIощIым щIигъу щыIэщ. Адыгэхэм уащыхуэзэнущ Алыджым, Югославием, Ливием, Болгарием, Франджым, Албанием, Голландием, Румынием, Израилым, США-м, Канадэм, Мысырым, Ливием, ФРГ-м, Суданым, Иракым, нэгъуэщI къэралхэми.
Дэнэ щIыпIэ щыпсэухэми, абыхэми зэрахузэфIэкIкIэ я бзэр, хабзэр, нэмысыр яхъумэж. Ар къайхъулIэнымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу Хасэхэр. Пэжу, Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэр зэхуащIыж, илъэс бжыгъэ докIри къызэIуахыж. Нэхъ тэрэзу ахэр щылажьэр Сирие, Иордание, США, Израиль, ФРГ къэралхэрщ.
Сирием и щыхьэр Дамаск (адыгэхэр абы ЩамкIэ йоджэ) дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэр 1947 гъэм къызэрагъэпэщащ. Абы къудамищ иIэжщ. Ахэр Хьэмус, Хьэлэб къалэхэм, Мэрдж-СулътIан къуажэм щолажьэ. Нэхъыбэу Хасэр зи ужь итыр хуэмыщIахэм ядэIэпыкъунырщ. Лъэпкъ хабзэр, бзэр хъумэнымкIи мыбы яхузэфIэкI щащIэ. Хасэм иIэщ езым и адыгэ къэфакIуэ гупи, абы и зэфIэкIыр куэдрэ хьэрып къэрал зыбжанэм щигъэлъэгъуащ. Хасэм хэтхэр сымаджэхэм ядоIэпыкъу, пщIэншэу дохутыр ирагъэIэзэ, хущхъуэхэр къыхуагъуэт, хьэщIэ къахуэкIуамэ, емыкIу къызэрамыхьыным пылъщ.
Щам дэт университетым и профессор Лаш Адыл зэрыжиIэмкIэ, Сирием ис адыгэхэр къызытехъукIыжахэр я адэжь Хэкум иIэпхъукIа нэужь Тыркум, Балканым исащ. Илъэс тIощIым нэскIэ Югославием, Алыджым, Болгарием щыпсэухэри, хэхэсхэм КъуэкIыпIэ ГъунэгъумкIэ яунэтIащ.
Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэр къызэрыгуэкI гуащIэрыпсэухэщ. 1967 гъэм екIуэкIа «махуих зауэр» зэриухыу Щам Iэпхъуащ Джулан лъагапIэхэм щыIа адыгэ къуажэ 12-м дэсахэр. 1948, 1956, 1967, 1973 гъэхэм екIуэкIа журт-хьэрып зауэхэм адыгэхэм лIыхъужьыгъэшхуэ щызэрахьащ. Хьет жригъэIэу, къикIуэт имыщIэу бийм пэщIэтащ Анзор Джэуад. Абы и цIэр дыщэпскIэ Сирием и тхыдэм итхащ. Джэуад зи унафэщI адыгэ шуудзэм 1948 гъэм лIыгъэшхуэ зэрихьащ.
«Эль-Къунейтрэ и анэ» цIэ лъапIэр фIащащ Уджыхъу Iэминэ. Ар бийм иубыда къалэм къахудэмыкIыу илъэсийкIэ дэсащ.
Сирием щыпсэу адыгэхэм, абазэхэм щIэныгъэлI, тхакIуэ зыбжанэ, дзэзешэ куэд къахэкIащ: Блэныкъуэ Хьэрун, Сэмгугъу Iэмин, профессор Лаш Адыл, тхакIуэхэу Къумыкъу Мамдухь, Дыгъужь ФуIэд, ДжэшкIэр Фадыл, Стащ Издин, генерал-лейтенантхэу Абазэ Мамдухьрэ Багъ Ауадрэ, генерал-майорхэу Шэрджэс Абдул-Хьэзиз, Бэрэтэр Рэмэдан, нэгъуэщI куэди.
КъуэкIыпIэ Гъунэгъум куэдрэ и цIэр щыжаIэ Абазэ (Маршэн) Хьэмдий и къуэ Мамдухь. Ар Мумсие къуажэ цIыкIум 1932 гъэм къыщалъхуащ. Адыгэ щIалэ хъыжьэм хэкум, лъэпкъым хуэлэжьэным и гъащIэр триухуат.
Абазэр илъэс тIощIрэ зырэ щыхъуам уэгум итт, кхъухьлъатэ псынщIэхэр зэрихуэу. 1957 - 1958 гъэхэм абы и щIэныгъэм щыхегъахъуэ Къыргъызым. А зэманым Мамдухь къыдеджащ икIи ныбжьэгъуфI къыхуэхъуащ иужькIэ Сирием и президенту хаха Хафез Асад. Кхъухьлъатэзехуэхэр щагъэхьэзыру Фрунзе дэт еджапIэ нэхъыщхьэр Абазэ Мамдухь фIы дыдэу къиухащ икIи абы къратащ дыщэ медалыр.
1978 гъэм Абазэр генерал-майор мэхъу. А зэманым ирихьэлIэу абы бийм и кхъухьлъатэу зыбжанэ къриудыхат икIи къэралым и цIэ нэхъ лъапIэ дыдэр - Сирие Хьэрып Республикэм и ЛIыхъужьыр - къыфIащат.
Сэ мызэ-мытIэу сыхуэзащ Мамдухь, хъыбар гъэщIэгъуэн куэди къызжиIэжащ абы Сирием щыпсэу адыгэхэм, абазэхэм ятеухуауэ. Кавказым, адэжь лъахэм Абазэм къыхуиIэ лъагъуныгъэр инт, ныбжьэгъу куэд щиIэт Налшык, Черкесск, Мейкъуапэ, Сыхъум. Ахэр мащIэу фIэкIа зэримылъагъуфыр игу къеуэрт. Езым хуэдэу ХэкумкIэ гумащIэщ абы и къуэшитIри - Щам дэт Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, Сирием и Парламентым и депутат Шэрэфрэ, дзэм хэт, генерал-лейтенант Уэлидрэ.
Абазэ Мамдухьщ Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу япэ генерал-лейтенант цIэр зыфIащар. Илъэс зыбжанэкIэ ар къэралым и уэгу къарухэм я унафэщIу щытащ. 1982 гъэм фокIадэм и 3-м Мамдухь «Муслъымэн зэкъуэшхэр» партым хэт экстремист гупым яукIащ.
Иорданием щыпсэу адыгэхэр Амман, аз-Заркъэ, Уадисир, Сыуелыхь къалэхэм, Нэхьур, Русейфэ, Джэрэш къуажэхэм дэсщ. Къэбэрдейхэмрэ шапсыгъхэмрэ Амман псэупIэ ящIащ. Бжьэдыгъухэр Нэхьуррэ Уадисиррэ дэсщ. Илъэсищэ ипэкIэ къэбэрдей къуажэхэу къэплъытэ хъунут Джэрэш, Сыуелыхь, Русейфэ. Нобэ а жылэхэм хьэрыпхэр щынэхъыбэщ.
Амман и уэрам, хьэблэ зыбжанэм адыгэцIэ зэрахьэ. «МухьэджринкIэ» йоджэ иужьрей истамбылакIуэхэр здэтIыса щIыпIэм («Iэпхъуахэм я хьэблэ»).
Иорданием адыгэ мин 60-м щIигъу щопсэу. 1932 гъэм ди лъэпкъэгъухэм къызэIуахащ Адыгэ ФIыщIэ Хасэ. Абы и къудамэхэр щолажьэ Сыуелыхь, Русейфэ, Нэхьур, Уадисир, аз-Заркъэ.
НэгъуэщI хасэхэри щыIэщ. Ахэр пылъщ спортым, ныбжьыщIэ, цIыхубз Iуэхухэм. Амман дэт Хасащхьэм илъэс куэд щIауэ «Iэл-Уахьэ», «Нарт» журналхэр къыдегъэкI. Абы и лъабжьэр зыгъэтIылъахэр Бырмамыт Фэуазрэ ЛIыщIэ Зухьдирэщ. Журналым тхыгъэ гъэщIэгъуэн куэд къытохуэ хэхэсхэм я тхыдэм, Кавказым ятеухуауэ. Ахэр я IэдакъэщIэкIщ ди лъэпкъэгъу щэджащэхэу Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд-Хъер, Хьэвжокъуэ Шэукэт, КъуэщIысокъуэ Уэлид, Хъунэгу Надие, Бырмамыт Фэуаз, Архъагъэ Хьисэ сымэ, нэгъуэщIхэми.
Уадисир къыщыдокI «Iэл-IихьэI» («Зэкъуэшыныгъэ») журналыр. НыбжьыщIэ хасэм мазэ къэс зэ щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ ирелъхьэ «Хъыбархэр» газетыр.
ЦIыхубз хасэм епхауэ лажьэ еджапIэм ди лъэпкъэгъу цIыкIухэм адыгэбзэ щрагъэдж, хабзэм, нэмысым, тхыдэм щыгъуазэ щащI. 1990 гъэм школым къыщIигъэкIащ еджапIэр япэу къэзыуха щIалэ, хъыджэбз тIощI.
НыбжьыщIэ хасэм и къэфакIуэ гупыр къэрал куэдым къыщацIыху. Родос хытIыгум (Алыдж) лъэпкъ къафэ фестиваль щекIуэкIати, адыгэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ абы япэ увыпIэр къыщахьащ. 1987 гъэм абыхэм Америкэм зыкъыщагъэлъэгъуащ.
ЦIыхубз хасэм и унафэщIу илъэс зыбжанэкIэ лэжьа Хъунэгу Надия адэ Хэкужьым мызэ-мытIэу щыIащ. Абы и усэхэр «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэм, «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» газетхэм тетащ.
Адыгэ цIыхубзым куэдрэ Хасэм щеIуэтэж Кавказым и хъыбар, цIыкIухэр Адэ хэкужьыр фIыуэ лъагъуным къыхуегъэуш:
Iуащхьэмахуэ «КъакIуэ!» - жиIэу,
Гуапэу сэ Iэ къысхуищIащ,
Си адэжьхэм бампIэу яIэр
Абдеж нэхъри зыхэсщIащ:
Уэ зэ закъуэ къыпIуплъэну
КъыпщIобэгыр, къыпхуокI я нэ,
ЩIыпIэ хамэ щыIэ бынхэм
Я гур, я псэр къыпхуобанэ.
Иорданием фIыуэ щалъагъу, щаIэт, щагъэлъапIэ пшынауэ Iэзэ Умар Iэбыдэ. Абы и пшынэ макъыр куэд щIауэ адыгэхэм я гуфIэгъуэ джэгухэм, нысашэхэм щызэхах. Умарым и макъамэхэр куэдрэ Амман и радиоми телевиденэми къат. Ди деж Къашыргъэ КIурацэ зэрыщыцIэрыIуэм хуэдэу, Iэбыдэ Иорданием, Сирием, Тыркум щыцIэрыIуэщ.
Куэд щIащ а цIыхубзым япэу пшынэ къызэрищтэрэ. КIыщ МыIуминат, Iэбыдэ и анэм, хуабжьу и нэ къикIырт и пхъур пшынауэ ищIыну, Хэкум, адэжьхэм къадэгъуэгурыкIуэ макъамэ гъуэзэджэхэр имыгъэкIуэдыжу япэкIэ зыхьын абы къыхэкIыну. Анэм и хъуэпсапIэр къехъулIащ. Илъэс хыщIкIэ Iэбыдэ и IэзагъымкIэ игъэгуфIащ Иорданием щыпсэу адыгэхэр. Абы и макъамэ гуакIуэр зэхэзыхам, ар пшынэ зэреуэр зэ зылъэгъуам зэи щыгъупщэжыртэкъым. Умарым къафэ, удж, ислъэмей, гъыбзэ зэмылIэужьыгъуэу щэм нэс игъэзащIэрт.
Iэбыдэ ди пшынауэхэм я гугъу щыхуэсщIкIэ, и нэпсхэм къызэпажыхьырт: «Слъагъуну сыхуейт си адэжь хэкур, зэзгъэцIыхуну сфIэфIт си лъэпкъэгъухэр. Псом хуэмыдэу пшынауэхэр – тхыдэм къыдэгъуэгурыкIуэ пасэрей макъамэр зи дыщэ IэпэхэмкIэ зыхъумэхэр», - къызжиIэрт абы.
ИорданыщIым лъэпкъ куэд щхьэщыкIащ. Псысэхэм зэраIуэтэжымкIэ, пасэрей зэман жыжьэхэм сыринэ макъамэм Иерихон и чэщанэжьхэр къигъэуэгъат, Къудус (Иерусалим) и мывэ пщтырхэр бегъымбархэм я зекIуапIэт, мыбы унафэ мыхъумыщIэхэр Понтий Пилат щищIырт, Хы ЛIам щIилъэфэгъат къалэ дахэхэу Содомрэ Гоморрэрэ.
Нобэрей Иорданиер журтхэм ткIийуэ япэщIэтщ. Зауэ блэкIахэм, Сириеми хуэдэу, мы къэралым ис адыгэхэм лIыгъэшхуэ щызэрахьащ. КъикIуэт зымыщIэ зауэлIхэт Къумыкъу Мырзэ, Къандур Изэт, Бырмамыт Фэуаз, Хэкужь Мухьэмэд-Исхьэкъ, ХьэIупщы Хъалил, Шэкъмэн Мухьэмэд-Алий, Шурдымхэ Ихьсанрэ ТIэхьсинрэ. Ахэр иужькIэ псори генерал хъуащ, дипломату лэжьаи яхэтщ. 1967 гъэм екIуэкIа «махуих зауэм» Шурдым Ихьсан бийм и кхъухьлъатэу тху къыщриудыхащ.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил (Измаил-бей).
Дюма Александр-адэр, адыгэ фащэ щыгъыу.
Абазэ Мамдухь
Умар Iэбыдэ
БжэныкIэ Амал
Хъунэгу Надия
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "860.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Ерыскъы къабзэ,
къэуат зыщIэлъ щагъэхьэзыр
Тэтэрстаным лэжьэн щыщIидзащ лыхэкIхэр къыщыщIагъэкI IуэхущIапIэщIэм. «Каусар» мэкъумэш кооперативым иутIыпщащ хьэлэл мардэм тету ерыскъыпхъэхэр щащI комплексыр.
Нэкулъхэр, лы хьэжа, гъэгъуа, гъэгъупцIа зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыщIагъэкI абы. Мазэм къриубыдэу абы игъэхьэзырыфынущ нэкулъхэкI тонн 300. Ахэр къыхащIыкIынущ былымылми джэдкъазылми. Продукцэм и къабзагъми фIагъми дэбгъуэн щымыIэу къалъытащ ар къэзыпщыта IэщIагъэлIхэм. Ягъэхьэзыр ерыскъыхэр ди къэралми нэгъуэщI хэкухэми щащэну я мурадщ, абы теухуа зэгурыIуэныгъэхэри сату зыщIхэм иращIылIащ.
Апхуэдэуи комплексым хэту къызэрагъэпэщынущ къыщIагъэкIа ерыскъыхэр зэман пыухыкIакIэ зэмыкIуэкIыу зыщIэлъ хъуну хъумапIэ. Ар дуней псом къыщагъэсэбэп иджырей щапхъэхэм сыт и лъэныкъуэкIи изагъэу, тонн мин зэуэ щIэхуэу щытынущ.
НэхъыфI дыдэхэм ящыщщ
Дунейм и къалэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщу пщыкIутхум я медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэ IэнатIэхэр зэрылажьэ щIыкIэр зэпалъытащ иджыблагъэ. Къапщытащ Нью-Йорк, Гонконг, Дели, Берлин, Мехикэ, Москва, Лондон, Сеул, Сан-Паулу, Рим, Токио, Йоханнесбург, Париж, Шанхай къалэхэм щылажьэ апхуэдэ IэнатIэхэм я лэжьэкIэр.
УФ-м и къалащхьэм а къэпщытэныгъэм етIуанэ увыпIэр щиубыдащ. Япэ увыпIэр Германием и щыхьэр Берлин лъагъэсащ. Ещанэ хъуащ цIыху мелуанибгъум нэблагъэ щыпсэу США-м и Нью-Йорк къалэр. АдэкIэ къокIуэ Парижрэ Сингапуррэ.
«ДэIэпыкъуэгъу псынщIэхэм» хъыбарыр яIэрыхьа нэужь цIыхум и деж зэрынэс зэманыр, медицинэ Iуэхутхьэбзэ зыхуащIэхэр арэзы ящIарэ ямыщIарэ, я машинэхэр зыхуеину IэмэпсымэхэмкIэ къызэрызэгъэпэщар - лъэныкъуэ куэдкIэ зэрагъэпщащ цIыху мелуан бжыгъэхэр щыпсэу къалэшхуэхэм а IэнатIэхэр зэрыщылажьэр. Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэн я пщэ къызэрыдэхуэр, цIыху гъащIэр езыхэм я псынщIагъым, я IэкIуэлъакIуагъым куэдкIэ зэрелъытар нэсу зыхащIэу я IэнатIэхэм зэрыпэрытыр къагъэлъэгъуащ дохутырхэмрэ абыхэм я дэIэпыкъуэгъухэмрэ.
Зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ зи машинэхэр нэхъыфIу къызэгъэпэщахэр щызэхагъэкIым наIуэ къызэрыхъуамкIэ, Берлин къалэм дэт «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэхэрщ» иджырей Iэмэпсымэ нэхъ лъэщхэр зэрытыр. Абы кIэлъокIуэ Йоханнесбург (ЮАР) къалэр. Ещанэр Москва щылажьэхэрщ. ЦIыху минищэ къэс «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» бригадэу яхуэзэри къалъытати, абыкIэ Москва етIуанэ увыпIэр къылъысащ - апхуэдиз цIыхум ди къэралым и къалащхьэм бригади 8,2-рэ къащылъос. АбыкIэ япэ увыпIэм щытыр Инджылызым и щыхьэр Лондонщ - цIыху минищэм бригадэ 38,1-рэ егъэбыдылIащ.
ДэIэпыкъуэгъу хуейуэ станцым псалъэ москвадэсхэм абыхэм секундиплIым къриубыдэу зыпащIэф. АбыкIи ди къалащхьэр япэ итщ. Берлинрэ Римрэ трубкэр къытрахыным секунд бгъурыбгъу трагъэкIуадэ, Лондон - 20, Нью-Йорк зы дакъикъэрэ секундипщIрэ. Сымаджэр здэщыIэр, къэзыгъэгузавэр сытми зэхагъэкIыу, ар ятхыу ежьэнми ди къалащхьэм щытрагъэкIуадэр дакъикъитIрэ ныкъуэрэ къудейщ. Псалъэм папщIэ, Лондон абы дакъикъиблэ секунд 24-рэ щихьу къахутащ. Ди къалащхьэм и дохутырхэр сымаджэм ику иту дакъикъэ 14-рэ ныкъуэм лъоIэс. АбыкIи ахэр япэ иту къалъытащ.
Я лэжьыгъэмкIэ цIыхухэр арэзы зэращIымкIи Москва и «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» гупхэр нэхъыфIхэм ящыщщ. Къалэдэсхэм я процент 95-р арэзы техъуащ абыхэм я лэжьэкIэм. АбыкIи дыдейхэм япэ итыр зы къалэщ - ар Парижщ.
Москва и медицинэ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» мы гъэм егъэлъапIэ и юбилейр. ИлъэсищэкIэ узэIэбэкIыжмэ къызэIуахауэ щытащ япэ станцыр. Склифосовскэм и цIэр зезыхьэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и пэш зыбжанэм щылажьэу арат ахэр.
Нобэ
♦Урысейм 1917 гъэм щекIуэкIащ Жэпуэгъуэ революцэшхуэр
♦Белоруссием щагъэлъапIэ Жэпуэгъуэ революцэм и махуэр
♦1918 гъэм Совет Урысейм япэ маркэхэр къыщыдагъэкIащ.
♦1928 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьэн щыщIидзащ Акъбащ ГЭС-м.
♦1928 гъэм яутIыпщащ щIыдагъэ зэрыкIуэ Грозный - Туапсе бжьамийр, километр 6I8-рэ зи кIыхьагъыр.
♦1941 гъэм Москва и Утыку Плъыжьым Дзэ Плъыжьым и парад щекIуэкIащ. Полкхэр абы икIри, занщIэу зауэм Iухьауэ щытащ.
♦1867 гъэм къалъхуащ франджы физик, химик цIэрыIуэ, Нобель и саугъэтыр тIэунейрэ зыхуагъэфэща Склодовская-Кюри Марие.
♦1892 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, «Чапаев» роман цIэрыIуэр зи IэдакъэщIэкI Фурманов Дмитрий.
♦1901 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Зелёная Ринэ.
♦1903 гъэм къалъхуащ совет актёр, РСФСР-м и цIыхубэ артист Милляр Георгий.
♦1913 гъэм къалъхуащ франджы тхакIуэ, Нобель и саугъэтыр зрата Камю Альбер.
♦1914 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ ЕхъулIэ Сэфар.
♦ 1924 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист ЩоджэнцIыкIу Нурий.
♦1930 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессору щыта, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Быгуэ Хьэзрэталий.
♦1935 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэжэр Пётр.
♦1938 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ Джэдгъэф Борис.
♦1939 гъэм къалъхуащ АР-м и япэ президент, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Джарым Аслъэн.
♦1939 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, АР-м и цIыхубэ артист Анзэрокъуэ Чеслав.
♦1942 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, тхыдэдж Бейтыгъуэн Сэфарбий.
♦1943 гъэм къалъхуащ совет къэрал, дзэ къулыкъущIэ, генерал-полковник, Совет Союзым и ЛIыхъужь Громов Борис.
♦1948 гъэм къалъхуащ совет спортсмен, бэнакIуэ цIэрыIуэу щыта, Олимп Джэгухэм тIэунейрэ (Мюнхен, 1972 гъэ; Монреаль, 1976 гъэ) щытекIуа Ярыгин Иван.
♦1958 гъэм къалъхуащ урысей къэрал къулыкъущIэ, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Козак Дмитрий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 - 19, жэщым градуси 5 - 6 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зи куэбжэ укъыдэзымыгъэкIыжым и унэ умыкIуэ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "861.txt"
} |
Дэфтэр нэхъыщхьэм хоплъэ
КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил жиIащ законопроектым ехьэлIа дэфтэрхэр УФ-м и Бюджет Кодексым и 184.2-нэ Iыхьэмрэ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр зэрызэхагъэувэм теухуауэ» Законым и 29-нэ статьям и Iыхьэ 4 - 5-хэмрэ къыщыгъэлъэгъуа мардэхэм зэрытехуэр.
АфэщIагъуэм дыщIигъуащ проектыр щызэхагъэувэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ зыужьыныгъэр 2020 - 2022 гъэхэм зыхуэдэнур къыщыгъэлъэгъуа Iыхьэмрэ яхузэфIэкIынум щIрагъэгъункIэ хъунур зыхуэдизыр къыщыхьа дэфтэрхэмрэ лъабжьэ зэрыхуащIар.
Апхуэдэуи КъБР-м и бюджетыр зэхагъэуващ КъБР-м и Правительствэм 2017 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м къищта Унафэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэхэм теухуам, тету.
2020 гъэм республикэм и хэхъуэр сом мелард 35-рэ мелуан 698,8-рэ хъунущ, къигъэсэбэпыну зыхуеинур - сом мелард 35-рэ мелуан 652,7-рэ. Профицитыр сом мелуан 46,1-рэ мэхъу.
КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ зэхуэсыгъуэм депутатхэм къалэн нэхъыщхьэ дыдэу яIэр щIыналъэ бюджетыр къащтэнырщ. Зэман гъунэгъум абы теухуа законопроектым хэплъэнущ КъБР-м и Парламентым и комитетхэр.
Дэфтэрым зыщыбгъэгъуазэ хъунущ КъБР-м и Парламентым и сайтымкIэ: http://parlament.kbr.ru («Законопроектхэр» Iыхьэм).
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим депутатхэр къыхуриджащ республикэм и дэфтэр нэхъыщхьэм набдзэгубдзаплъэу ахэр хэплъэну, а Iуэхур зи пщэ дэлъ министерствэхэр ящIыгъуу.
ЗэIущIэм нэгъуэщI республикэ закон зыбжанэми ятеухуа проектхэм щыхэплъащ. Абыхэм ящыщщ: «КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкэ и бюджетыр 2020, 2021 - 2022 гъэхэм ятещIыхьауэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2019, 2020 - 2021 гъэхэм ятещIыхьауэ» Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ», «КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и бюджетыр 2019, 2020 - 2021 гъэхэм ятещIыхьауэ» Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ехьэлIауэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр зыхущыщIэр зэрагъэзэхуэн папщIэ, федеральнэ бюджетым къыхэкIыу щIыналъэм къритыну бюджет кредитым теухуа зэгурыIуэныгъэм дэщIыгъупхъэ дэфтэрхэм арэзы техъуэным и IуэхукIэ» законопроектхэр.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "862.txt"
} |
УсакIуэм и щIыхьыр ягъэлъапIэу
Пшыхьхэр
Налшык дэт Музыкэ театрым иджыблагъэ щагъэлъэпIащ балъкъэр литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа усакIуэ Мечиев Кязим къызэралъхурэ илъэси 160-э зэрырикъур Балъкъэр лъэпкъым къыхэкIа лIы ахъырзэманым и пшыхьым кърихьэлIат ди къэралым ис лъэпкъ куэдым я лIыкIуэхэр, и творчествэр фIыуэ зылъагъухэр.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин зэIущIэр къыщызэIуихым жиIащ Iэужь ин зиIэ усакIуэр и тхыгъэхэмкIэ гъащIэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэм къащхьэщыжу, ахэр игъэпажэу зэрыщытар.
- Кязим и гъащIэри, и гуащIэри зэрыщыту и адэжь хэкумрэ къызыхэкIа лъэпкъымрэ ятеухуауэ щытащ. Абы и зэфIэкI лъагэхэм и цIэри, и IуэхуфIхэри жыжьэ ягъэIуащ. Ар а гъуэгум зыщыIущIа лъэпощхьэпохэмрэ къызэринэкIа гугъуехьхэм я куэдагъымрэ зыщIэр езы тхакIуэм и закъуэщ. 1944 гъэм хэкум ирагъэкIахэм яхэту адэжь щIыналъэр ибгынэн хуей хъуами, абы и лъэпкъэгъухэм ягу имыгъэкIуэду, гугъэ яриту яхэтын хузэфIэкIащ, - дыщIигъужащ Къумахуэм и псалъэхэм.
Зым и дежкIи щэхукъым Мечиевым и IэдакъэщIэкIхэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIауэ зэрыщытар. Абы и усэхэр бзиблкIэ щагъэIуащ пшыхьым.
«Казан утлары» журналым и редактор нэхъыщхьэ Галиуллин Рустам къызэхуэсахэр зэрыщигъэгъуэзамкIэ, усакIуэм и тхылъхэм ноби щIэупщIэ яIэщ, щIэрыщIэу къыдагъэкIыж.
- Мечиевым и махуэр зыгъэлъапIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм я закъуэкъым, ар псоми ди зэхуэдэ гуфIэгъуэщ, дэри а усакIуэр фIыуэ долъагъу, пщIэ лей худощI. Ди щIыналъэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ Мечиевым и тхыгъэхэр иджыблагъэ къытеддзащ. УзыщыгуфIыкIын Iуэхущ махуэ зыбжанэ ипэкIэ Мечиевым и тхылъ тэтэрыбзэкIэ дунейм къызэрытехьар, - жиIэри, Мечиевым и усэ къеджащ Галиуллиныр.
БашкирыбзэкIэ зэдзэкIауэ а тхакIуэм и усэ пшыхьым щигъэIуащ Башкортостаным и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Алибаев Зэкий.
Абы жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Башкортостанымрэ цIыху инхэм зэрызэпащIэр, а зэныбжьэгъугъэр егъэфIэкIуэным пащэн хуейуэ къызэрилъытэр.
Филологие щIэныгъэхэм я доктор, Дыгъыстэн къэрал университетым и профессор Ахмедовэ Разият къыщыпсалъэм къыхигъэщащ лъэпкъым и усакIуэхэм къалэн ин я пщэ дэлъу къызэралъхур, абыхэм лъэпкъым и бэуэкIэр зыхащIэу ар лIэщIыгъуэхэм пхыIукIын макъкIэ къаIуэтэн, дунейм дэгуэшэфын зэрыхуейр. Мечиевым и творчествэмкIэ цIыхухэр гуапагъэм, гумащIагъым иригъэхъуапсэу, гущIэм абы и жылэ щыхисэу псэуауэ къызэрилъытэри жиIащ.
- Си адэшхуэм и творческэ Iэужьым пщIэ хуащIрэ ягъэлъапIэу куэд щIауэ къокIуэкI. Хабзэ дахэ хъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэмрэ усакIуэм и творчествэр фIыуэ зылъагъухэмрэ абы и махуэр Iэтауэ ягъэлъапIэ. Щхьэхуэу къыхэзгъэщыну сыхуейт ар и хэку къашэжу щыщIалъхьэжауэ щыта 1999 гъэр. ФIыщIэ ин фхузощI абы пщIэ хуэзыщIу пшыхьым къекIуэлIахэми, и творчествэр фIыуэ зылъагъуу зыгъэлъапIэ псоми, - къызэхуэсахэм захуигъазэри жиIащ Кязим и къуэрылъху Тэукъуэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и артист пажэхэм пшыхьым щагъэлъэгъуащ усакIуэм и гъащIэм щыщ теплъэгъуэхэр. Бзэ зыбжанэкIэ и усэхэм къеджащ, абы и псалъэхэр я лъабжьэу яуса уэрэдхэр щагъэIуащ.
Музыкэ театрым и пэIущIэ пэшым къыщызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэм Кязим щыпсэум траха сурэт закъуэтIакъуэхэр, сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр, апхуэдэуи Мечиевым и творчествэм зыщызыгъэгъуэза ныбжьыщIэхэм ящIа сурэт гъэщIэгъуэнхэм уащрихьэлIэнут.
Мечиев Кязим теухуа дауэдапщэхэр мазэ хъуауэ ди республикэм щокIуэкI.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "863.txt"
} |
«Урысей зэкъуэт» партыр Бахъсэн и паркым ирогушхуэ
ЩIыналъэ администрацэм и лэжьакIуэхэм ящIыгъуу абы зыгъэпсэхупIэр къызэхикIухьащ, щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм, псы Iуфэм еплъащ, адэкIэ ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэм щIэупщIащ.
Депутатым илъэгъуа псори игу ирихьащ. Марьяш Иринэ къыхигъэщхьэхукIащ «Къалэ мыинхэм я паркхэр» парт проектым ипкъ иткIэ къызэрагъэпэща зыгъэпсэхупIэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщу Бахъсэн и паркыр къызэрилъытэр икIи абы зэрыригушхуэр.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "864.txt"
} |
ЛъэпкъылI
Мамхэгъ Михаил ящыщщ IуэхущIафэ дахэкIэ зэманыр зыгъэнщIахэм, цIыхубэ хозяйствэм зегъэужьыным зи гуащIэшхуэ хэзылъхьахэм. Губзыгъэт, IэнатIэ зехьэкIэм хуэIэзэт. Къулыкъушхуэ иIыгъми, къызэрыгуэкIт, бэм я псэм дыхьэрт. И псалъэм зэрытебгъуэтэжым, гупсысэ узыншэхэр къызэрыбгъэдэкIым и пщIэм хигъахъуэрт. Дунейм, гъащIэм щекIуэкIхэм, къыщыхъу-къыщыщIэхэм нэ жанкIэ пхыплъыфырт, а псор тэмэму, пэжагъ хэлъу зэпилъытыфырт. Къыхуиухар кърихьэлIэхункIэ хэкумрэ лъэпкъымрэ хьэлэлу яхуэлэжьащ, и фIы куэд цIыхухэм яригъэкIащ. Аращ абы и цIэр щIытфIэлъапIэри и фэеплъыр мыкIуэдыжын зыщIри.
«ФIы зи мурадым къохъулIэ», - жаIэ. Лэжьыгъэмрэ цIыхугъэ лъагэмрэ зэгъусэу къызыдекIуэкIа Мамхэгъ Михаил деж ар щынэрылъагъут. Абы и мурадыр къехъулIэу, и псалъэхэр яфIэлъапIэу щIыщытар и гу къабзагъэрт, нэгъуэщIхэм защIэгъэкъуэным дапщэщи и псэр зэретарт.
Республикэм щекIуэкIа ухуэныгъэшхуэхэр Мамхэгъым и цIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ. Апхуэдэщ къедза жылагъуэхэми ялъэIэсу яукъуэдия Налшык - Шэджэм - Бахъсэн псы кIуапIэ гупышхуэр, къалэхэмрэ посёлкэхэмрэ щагъэува псы гъэкъэбзапIэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэрым троллейбусхэр зэрыщаутIыпщар, Печатым и унэр, Пионерхэмрэ школакIуэхэмрэ я унэр, Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэр, нэгъуэщI куэдхэри.
Мамхэгъ Михаил фIыуэ сцIыхуу щытащ. «Къэб- балкъмэкъумэштехникэ» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу щыщытам, езым я газет къыдагъэкIыжын мурадкIэ, 1969 гъэм сригъэблэгъауэ щытащ. Абы къысхузэригъэпэща щытыкIэр район, республикэ газет псори зыщIэхъуэпсым хуэдэт. ГъэщIэгъуэныракъэ, лэжьэн щыщIэздза япэ махуэ дыдэм тIуми автомашинэщIэ зырыз къытхуэкIуат - Мамхэгъым «Волга», сэ - «Москвич». Апхуэдэу дыздэлажьэу, зы пщэдджыжь гуэрым машинэхэр зыдэт пщIантIэм среджэ. «ИIэт, спидометрхэм дегъэплъыт», - жеIэри, и «Волга»-м сыбгъэдешэ. ИужькIэ сысейм и спидометрым къридзам доплъ. Къагъэлъагъуэ бжыгъэхэр щызэзгъапщэм, пцIы хэмылъу, Iэнкун сыкъэхъуащ - республикэм и «Мэкъумэштехникэ» зэгухьэныгъэм и унафэщIым къикIухьам нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэ къэзжыхьат. МащIэу къыпыгуфIыкIа мыхъумэ, зы псалъэ къызжиIакъым.
Пэжыгъэр япэ изыгъэщ цIыхур къызыхэкIа лъэпкъым и насыпщ. И дуней тетыкIэм, и Iуэху зехьэкIэм абы и пщIэр къеIэт, егъэин. Мамхэгъ Михаил хузэфIэкIар зы тхыгъэшхуэкIэ къыпхуэгъэлъэгъуэнукъым: ищIэр фIэмащIэт, и гур фIымрэ гуапагъэмрэ хуэгъэпсати, зэувалIэр къехъулIэрт. А псор къыпэкIуэрт къыщыхъуа унагъуэм щигъуэта гъэсэныгъэ дахэм.
Ар къэрал лэжьакIуэ нэст, нобэрейхэм куэдкIэ ефIэкIырт, зэIэпахыу лIэщIыгъуэкIэрэ къыддекIуэкI адыгэ хабзэм ткIийуэ тетт. 1991 гъэм Налшык и утыку нэхъыщхьэм щрагъэкIуэкIа демонстрацэхэмрэ пэкIухэмрэ я зэранкIэ, республикэр щытыкIэ гугъу дыдэм къихутат, зэпэщIэтыныгъэм пхуэмыгъэзэкIуэжыну насыпыншагъэ къишэным нэсат. Лъэныкъуэ псоми унафэхэр зэпэшэчауэ къащтэн хуейт. Абы тегушхуэфынур акъыл жан зиIэ, гупсысэ узыншэ къызыпкърыкI цIыху губзыгъэхэрт. Апхуэдэ жыжьаплъэхэм ящыщт республикэм и Министрхэм я Советым и тхьэмадэ Мамхэгъ Михаил. Къэбэрдей-Балъкъэрым и мамыр псэукIэр, лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ ихъумэн, ди щIыналъэр зэкъуэту къызэтенэн папщIэ, республикэм и адрей унафэщIхэми хуэдэу, Правительствэм и Iэтащхьэ къулыкъум езыр текIащ. Ар и щыхьэтщ и лъэпкъым гууз-лыуз хуиIэу, абы и къэкIуэнум зэпымыууэ игъэпIейтейуэ зэрыщытар. Къэбэрдей-Балъкъэрым мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ нобэ зэрыщытепщэм, зэкъуэту зэрызиужьым Мамхэгъым и фIыщIэшхуэ хэлъщ.
«Зэманым декIур лIыфIщ», - жаIэ. Ар зыхужаIар Мамхэгъ Михаил хуэдэхэрщ.
Мэшыкъуэ Тэзал.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "865.txt"
} |
Псалъэ итам епцIыжыртэкъым
Мамхэгъ Михаил, шэч хэмылъу, нур зиIэ цIыху пэжт, къабзэт. Республикэм и унафэщI IэнатIэу абы десхьэкIахэм илъэс тIощI хуэдиз къеубыд, зыр адрейм дыкъыгурымыIуэу зы махуи къытхуихуакъым. Нэмысышхуэрэ пэжыгъэрэ зыхэлъ цIыхур дэнэкIэ ямыгъакIуэми, екIуу и IэнатIэр ирихьэкIащ, цIыхум гуапэу хущыту, лъэпкъ Iуэхум теухуауэ къикIуэт жыхуаIэр имыщIэу. Аращ абы Къэбэрдей-Балъкъэр цIыхубэм я пщIэр къыщIилэжьыфар.
Дохъущокъуэ Мусэ,
1983 - 1988 гъэхэм КъБР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщI
къулыкъур зыIыгъа. 2011 гъэ
Зы къулыкъуми зы IэнатIэми и щхьэр ягъэунэзакъым Мамхэгъым. Ар зэи щыщIакъым ныбжьэгъу пэжхэмрэ фIы дыдэу къэзылъагъу цIыхухэмрэ. Абы гъэщIэгъуэн хэлъкъым: ар езыр ныбжьэгъу пэжт, псалъэ итам епцIыжыртэкъым икIи унафэ зыхуищIхэр гулъытэншэу зэи къэзымыгъанэ цIыху гумащIэт.
Евтушенкэ Николай,
мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор.
ЦIыхухэм къызэралъытэмкIэ, Мамхэгъыр щIэныгъэрэ акъылрэ зыбгъэдэлът. Ар жьакIуэт, гушыIэкIэ гъэщIэгъуэн хэлът, езым жьы щIэтти, кърихьэжьа Iуэхум удригъэхьэхыфырт. А псом къыдэкIуэу жаIэрт Мамхэгъым ныбжьэгъу куэд иIэу икIи ар дэтхэнэ зыми елIалIэу. Ар зэрыпэжыр наIуэ дыдэ хъуащ Михаил партым и обкомым лэжьэн щыщIидза нэужь…
Ауэ Мамхэгъ Михаил си нэгу къызэрыщIыхьэжыр ныбжьэгъухэм къагъэпцIэжа, нэгъэсауэ къагурымыIуа цIыхуущ.
Тхьэгъэпсэу Хьэжысмел,
профессор.
Гугъущ икIи гухэщIщ фIыуэ пцIыхуа, фIыуэ плъэгъуа, узыхуэзэну уфIэфIу, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм ятеухуауэ узэчэнджэщурэ хэкIыпIэ гуэрхэр къызыдэбгъуэту щыта цIыхум блэкIа зэманым иту утепсэлъыхьыну. Апхуэдэт си дежкIэ Мамхэгъ Михаил.
Сэ си гуапэ хъурт абы езыми, и адэми, Тэрч щIыналъэм фIы куэд хуэзыщIа абы и къуэш нэхъыщIэми, унафэщIхэм я мызакъуэу, цIыху къызэрыгуэкIхэри фIыкIэ зэрытепсэлъыхьыр. ЦIыхухэм я нэхъыбэм фIыуэ зыкъебгъэлъагъуфыныр тыншкъым, абы щхьэкIэ Iуэхум фIы дыдэу хэпщIыкIын, дэтхэнэ зы къалэн цIыкIури нэгъэсауэ бгъэзэкIуэфын хуейщ. Укъэзыухъуреихьхэм я фIэщ хъун хуейщ уэ унафэ пщIар зэрыпэжыр, уи щхьэ Iуэхур цIыхухэм я гукъеуэхэм япэ зэрумыгъэщыр. Мис апхуэдэт Мамхэгъ Михаил.
Бозий Натбий,
КъБР-м и Парламентым и
УнафэщIым и къуэдзэу лэжьа.
Михаил Къэбэрдей-Балъкъэрри, Тэрч щIыналъэри, и лъэпкъри, и ныбжьэгъухэри, и унагъуэри фIыуэ илъагъурт, цIыкIуми инми пщIэ яхуищIырт. Арат абы и дуней тетыкIэм нэхъыщхьэу хэлъыр.
Хьэжу Владимир.
Мамхэгъ Михаил къэрал къулыкъущIэшхуэт, цIыхубэ лэжьакIуэт, политик Iэзэт. И цIыху хьэлымкIи ар зэрыцIэрыIуэр мащIэтэкъым. Зэ нэхъ мыхъуми ар зылъэгъуам зэи щыгъупщэжыртэкъым, адыгэ хабзэр фIы дыдэу зэрищIэр ягъэщIагъуэу. Псом хуэмыдэу ар фIыуэ къыщалъагъурт Тэрч щIыналъэм. Абы лэжьэн щыщIидзам, Тэрч къалэм и щIэрэщIэгъуэт, езыми «ЩIыхь зиIэ Тэрч жылэдэс» цIэр къыхуагъэфэщат.
Михаил пасэу дунейм ехыжащ. Ауэ щIалэ бэлыхьхэр къыщIэнащ, и адэм хьэлкIэ ещхьу. ДыщэпскIэ иритхащ Михаил и цIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм, дэлэжьахэми ныбжьэгъухэми я гум ар и къару емыблэжу и Хэкум къулыку хуэзыщIа цIыхуу къинэжынущ.
Абазэ Руслан,
КъБР-м и прокурору щыта.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "866.txt"
} |
Тхыдэм и дерсхэр
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ зэIущIэм щыжиIам щыщ
ЦIыхум гукъеуэ иIэмэ, зэман докIри, е щогъупщэж, е а гукъеуэр езым докIуэдыж. Ауэ лъэпкъым и фэбжьыр хъужыху, щIэблэм ягу ихуркъым. Дэ илъэс куэдкIэ цIыхубэр къыхуедджащ, зэкъуэшым хуэдэу, зым Iэпыхур зым къищтэжу, лъагъуныгъэр ди яку дэлъу дызэдэпсэуным. Иджыри а гъуэгум дытекIынукъым. Ауэ зэнэзэпсэу узэдэпсэун щхьэкIэ, зыри щIумыхъумэу, блэкIа зэманми ифIри и Iейри пщымыгъупщэу щытын хуейщ.
Тхыдэм дерс къыхэпхыу, а дерсым фIы кърикIуэжын щхьэкIэ, пэжым утетын нэхъыфI щыIэкъым. Ар къилъытэри, ди республикэм и Совет Нэхъыщхьэм 1990 гъэм шыщхьэуIум и 30-м унафэ къищтащ накъыгъэм и 21-р Урыс-Кавказ зауэмрэ ИстамбылакIуэмрэ хэкIуэдахэм я фэеплъ-щыгъуэ махуэу щытыну…
А зэманым лъандэрэ псы куэд ежэхащ, дунейм куэдкIэ зихъуэжащ. Ауэ зы щIыгум тесу щыта ди лъэпкъыр дунейм текъухьауэ щытыху, лъэпкъым гукъеуэ иIэнущ. БлэкIам укIэлъыджэкIэ къыпхуемыгъэгъазэ щхьэкIэ, нобэ дунейм тетымрэ пщэдей къэхъунумрэ я Iуэхур нэхъыфI е нэхъыкIэ пщIы мэхъу…
Дэ къызэрытлъытэмкIэ, зэгуэр зэбгрыдза хъууэ зэфIэкIуэдауэ щыта зэкъуэшхэр, зэлъэпкъэгъухэр зэрыцIыхужыныр, зэкIэлъыкIуэ хъужыныр - ар къэрал Iуэхущ. Ар, зэрытлъэкIкIэ, цIыхум нэхъ тынш ящытщIыну яужь дитщ икIи къыдэхъулIэну догугъэ, хуейр къэкIуэжу, хуейр икIыу, абы щхьэкIи лъэпощхьэпо куэд хэмыту тщIыныр.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "867.txt"
} |
ФIым къимыхьар Iейм къишэнукъым
Мамхэгъ Михаил КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм икIэщIыпIэкIэ иригъэкIуэкIа 12-нэ зэхуэсыгъуэм щыжиIахэм щыщ
Ныбжьэгъу лъапIэхэ! ФIыщIэ фхузощI сыкъэпсэлъэну Iэмал къызэрызэфтам щхьэкIэ. Сэ куэд щIауэ солъаIуэ псалъэ къызатыну, а жысIэнум куэд зэригъэтыншыжынур сощIэри….
Сэ си дежкIэ сыт щыгъуи нэхъапэт си адэм къызжиIам сытемыкIыныр къулыкъум сыхуэмыпабгъэу, IэнатIэ къыслъысам зэхэгъэж сымыщIу сыпэрытыну, къарууэ сиIэр республикэм щыпсэу цIыхухэм я гум фIыкIэ сыкъинэжыным тезгъэкIуэдэну, мы щIыналъэм лъэпкъыу исыр зэгурыIуэу, мамыру псэун щхьэкIэ, схузэфIэкI къэзмыгъэнэну. Аращ си лэжьэкIэми си унафэ щIыкIэми лъабжьэ яхуэхъур. Адыгэхэм жаIэ: «ФIым къимыхьар Iейм къишэнукъым». Абы къикIыр демократиер дэ лъэпкъ хьэлу зэрытхэлъыр аращ.
Иджы си унагъуэм теухуауэ. Республикэм и унафэщIым, сэ сызэригугъэмкIэ, адрейхэри апхуэдэу егупсысын хуейуэ къысфIощI, унагъуэ и лъэныкъуэкIи фэ тетын хуейщ. Пэжщ, адыгэ хабзэм къригъэзэгъыркъым щхьэгъусэмрэ бынымрэ уатепсэлъыхьыну. Ауэ нобэрей зэхэтыкIэм ар къалэну къегъэув. Ди нэхъыжьхэм къысхуагъэгъуну солъэIу. Iуэху цIыкIукъым унафэщIым цIыхубэм яхигъэхьэну ипIа щIэблэр зыхуэдэр. И щхьэгъусэр - нэхъ гъунэгъу дыдэу къыхущыт цIыхур - сыт хуэдэ? Дауэ ахэр цIыхубэ гъащIэм зэрыхэтыр?
Сэ щIалитI сиIэщ, нэхъыжьым Куйбышевым и цIэр зэрихьэу Москва ухуэныгъэмкIэ и институтыр ехъулIэны- гъэ иIэу къиухащ, аспирантурэр дэщIыгъуу, кандидат диссертацэр пхигъэкIащ, инджылызыбзэм щыхурагъаджэ курсхэр къыщиухыжауэ хуиту инджылызыбзэкIи мэпсалъэ. НэхъыщIэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ иIэщ инженер-электрик IэщIагъэмкIэ. Ахэр мэлажьэ, фадафэхэкъым, Iуэхуншэхэкъым. Щхьэгъусэр илъэс щэщIым щIигъуауэ лъэпкъ щIэныгъэм хуолажьэ, егъэджакIуэу къыщIидзэри, республикэм ЩIэныгъэмкIэ и министерствэм методист-инспектору щылэжьащ, Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмкIэ и министерствэм лъэпкъ школхэм я щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыщхьэу щытащ, ардыдэм кандидат диссертацэр щыпхигъэкIащ. Лъэпкъ щIэныгъэм, урысыбзэр егъэджыным, адыгэ гъэсэныгъэм, адыгэ хабзэм и философием холэжьыхь…
Дауэ мы ди цIыхубэ езэшам къызэрыгурыбгъэIуэнур машинэ зыкъизыххэм ису къакIуэу утыку къилъадэхэм лъэпкъ гукъеуэхэр зэрызэхамыщIыкIыр? Ди лъэпкъхэм яхуэмыфащэ Iуэху напэтеххэр къежьащ: имычэзууэ зэхуэсхэрэ зэхэувэу, дызыхуейр къытхуэфщIэху дышхэнукъым жаIэу, чэтэн унэ цIыкIухэр утыкум къыщаухуэрэ зэрымыарэзыр къагъэлъагъуэу. Си гур хегъэщI сэ а къомым икIи къыстохьэлъэ абыхэм сахэплъэну. Аращи, а напэтехыр къэувыIэн, мамырыгъэр ди щIыналъэм илъын щхьэкIэ, сэбэп хъунумэ, си IэнатIэм сыIувгъэкIыну сыныволъэIу. Ауэ, фи фIэщ фщIы: си пIэ къиувэнум сигуми си псэми къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу IуэхуфI куэд илэжьыну, лъэпкъхэр мамыру, тыншу псэуным ар хуэщхьэпэну.
Михаил и адэ Шу Михаилрэ и къуэрылъхухэмрэ я гъусэу.
Мамхэгъ Михаилрэ КIуэкIуэ Валерэрэ РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и сессием щолажьэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "868.txt"
} |
Африкэ Ипщэм къыщыунэхуа адыгэ вагъуэ
Куэдым ящIэу къыщIэкIынкъым каратэ-до спорт лIэужьыгъуэмкIэ ди къэралым щыщу япэу дунейпсо чемпион хъуар зэрыадыгэ щIалэр. Ар 1972 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 1-м Тырныауз къалэм къыщалъхуа Гуэбэшы Аслъэнщ.
1996 гъэм и щэкIуэгъуэ (ноябрь) мазэщ. Африкэ Ипщэ Республикэм и Сан-Сити щIыпIэ телъыджэм каратэмкIэ дунейпсо чемпионат щокIуэкI. Къэрали 100-м щIигъум къикIа спортсмен лъэщхэр ерыщу дыщэм щIэбэныну зыхуагъэхьэзыр.
- Сыщызэуэнум и пщэдджыжьым гукъыдэж бэлыхь сиIэу сыкъэушащ. Си ныбжьэгъухэмрэ сэрэ дыздэгушыIэрт, дызэрыгъэгушхуэрт. АбыкIэ сэбэп къытхуэхъуауэ къыщIэкIынущ нэхъапэм зэи дыздэщымыIа Африкэ Ипщэ жыжьэм дунейр хуэнэжэгужэу нэху къызэрекIар, - игу къегъэкIыж Гуэбэшы Аслъэн. - Пщэдджыжьышхэ тщIыри, зэхьэзэхуэр щекIуэкIыну спорт комплекс абрагъуэр къэтплъыхьыну дыкIуащ. Абы сызэрыщIыхьэу, си щхьэм икIэрэхъухьу щIидзащ мыбы нэс сыкъэщIэкIуам и щхьэусыгъуэр - дунейпсо чемпионыгъэм сыщIэбэнырт. Сэ къысщыгугъырт Iыхьлыхэр, благъэхэр, ныбжьэгъухэр, гъунэгъухэр, сыкъэзыцIыху къудейхэр, къэралым и командэ къыхэхам къыздыхэтхэр, си гъэсакIуэхэр. Ар жэуаплыныгъэшхуэ дыдэт. Си тренер Криваковский Сергей гу къыслъитэри, пIейтеиныгъэр зэрысщхьэщихыным, сызэрытригъэгушхуэным, си зэфIэкI псори къэзгъэлъэгъуэн папщIэ сщIэн хуейхэм иджыри зэ сыхигъэгъуэзэну хущIэкъуащ.
IэщIагъэлI Iэзэм ар къызэрехъулIам шэч хэлъкъым: Гуэбэшы Аслъэн утыкум къихьащ зэщIэкъуарэ тегушхуэныгъэ хэлъу. Япэу къыпэщIэува, Мексикэмрэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIахэмрэ бжыгъэ зэщхькIэ, 6:1-уэ, хигъэщIащ. Каратэ-до спорт лIэужьыгъуэмкIэ зэпеуэр зэрекIуэкIыр зым баллих къихьыхукIэщ.
Ещанэу и хьэрхуэрэгъур Европэм и чемпион инджылыз щIалэт. Абыи зэрелIэлIэща щыIэкъым, 6:2-уэ текIуащ. Нэрылъагъут Гуэбэшы Аслъэн а текIуэныгъэхэм нэхъри къызэрызэщIигъаплъэр. А дакъикъэхэм ар къызэтезыгъэувыIэфын щымыIэу къыпщыхъурт.
ГъэхутапIэ нэс хуэхъуащ каратэр къыщежьа Японием и лIыкIуэм зэрезэуар. КъищынэмыщIауэ, ар дуней псом и чемпионыгъэр зыIэщIэлът.
ПсынщIэ дыдэу бжыгъэр 5:5 хъуащ. Зы балл закъуэ къэзыхьыжыр адэкIэ дыщэм щIэбэнынущ.
- Сэ къызгурыIуэрт япон щIалэм и дэтхэнэ ебгъэрыкIуэныгъэми балл зэрыхуагъэувынур, - топсэлъыхьыж а зэман жыжьэм къэхъуахэм Гуэбэшыр. - Апхуэдэу къэмыхъун папщIэ, япэ зизгъэщри, сытегуплIащ. Хуэфэщэн жэуап къызитыну зыщигъэхьэзырым, тIэунейрэ зэкIэлъхьэужьу и щхьэм IэкIэ сызэкIэлъеуэну къызэхъулIащ.
Дунейпсо чемпионыгъэр зыIэщIэлъым 6:5-уэ ефIэкIри, ар иригъэкIуэтэкIащ. Адрей къэнахэри нэхъ хуэмыхутэкъым - адэкIэ медалхэм щIэбэнынут.
Финал ныкъуэм швед каратистыр къыщыпэщIэтащ. ИпэкIэ щыIа зэIущIэхэми хуэдэу, ари хухаха зэманыр имыкI щIыкIэ хигъэщIащ. Бжыгъэр 6:2-т.
КIэух зэIущIэр, дауи, нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэращ. Абы щытекIуэр дунейпсо чемпионщ. Ди къэралым иджыри къэс апхуэдэ зэи иIатэкъым. Лъагъуэхэш хъуну Тырныауз щыщ адыгэ щIалэр? Дунейпсо чемпионыгъэм щIохъуэпс Аслъэн и хьэрхуэрэгъу Словакием къикIари. Ар щIалэгъуалэм щынэхъ лъэщхэм ящыщщ, Европэм и вице-чемпионщ.
Финалым зэрыщызэзауэр нэгъуэщIущ - зэхьэрхуэрэгъухэр хуабжьу мэсакъ, щыуэнкIэ шынэу. Абы тетыну къыхураджами, Гуэбэшы Аслъэн апхуэдэу имыщIыну и мурадщ. Адрей зэIущIэхэми хуэдэу, ар мыувыIэу йобгъэрыкIуэ. Апхуэдэ текъузэныгъэр словакым куэдрэ хуэхьакъым. 6:1-м бжыгъэр псынщIэу нигъэсри, Гуэбэшыр дунейпсо чемпион хъуащ! Ар ехъулIэныгъэ гъуэзэджэт, ди къэралым зэи щамылъэгъуауэ.
- Дунейпсо чемпион сызэрыхъуар щызыхэсщIар сыхьэт зыщыплI дэкIауэщ, - жеIэ Аслъэн. - Ар къыппкърыхьэн папщIэ уупщIыIужын, узыхэта бэнэныгъэ гуащIэм уи псэмрэ Iэпкълъэпкъымрэ къыхэкIыжын хуейщ. ИтIанэщ зыгуэрхэм уегупсысыну Iэмал ущиIэр. Япэу си щхьэм къихьар къысщыгугъахэр зэрызмыгъэщIэхъуаращ.
Ди къэралым щыщу япэ дунейпсо чемпионыгъэм Гуэбэшы Аслъэн тыншу хуэкIуауэ пхужыIэнукъым. Совет Союзым и лъэхъэнэм каратэр хуит ямыщIа спорт лIэужьыгъуэт. Къалъытэрт ар еIуящIэхэм щIэпхъаджагъэ зэралэжь Iэмалу. Абы щхьэкIэ къэмынэу, гъэпщкIуауэ куэдым зыхуагъасэрт, дихьэххэм я бжыгъэми хэхъуэ зэпытт. Арати, 1989 гъэм и кIэухым - 1990 гъэм пэщIэдзэм хуит ящIын хуей хъуащ, къэралым къыщежьа зэхъуэкIыныгъэхэм яжь къыщIихури.
Аслъэн спортым дезыгъэхьэхар дзюдоращ. Илъэсрэ ныкъуэкIэ Саркисян Левон и деж зыщигъэсащ. Ар республикэм икIыжа иужькIэ, каратэм хыхьащ икIи Къумыкъу Юрэ и нэIэм щIэту япэ лъэбакъуэхэр ичащ.
А къуэкIыпIэ спорт лIэужьыгъуэм зыхуагъэсэну хуит ящIа иужькIэ, дэнэкIи секцэхэр къыщызэIуахыу щIадзащ. Апхуэдэхэм ящыщ зым гъащIэм щызэхуишащ тренер гъуэзэджэ Криваковский Сергейрэ къэкIуэну дахэ зиIэ щIалэщIэ Гуэбэшы Аслъэнрэ.
Каратэм зыхуигъасэми, Аслъэн япэу утыкушхуэ къызэрихьар Iэпщэрызауэращ. Грознэ къалэм ар щыхэтащ Совет Союзым и ныбжьыщIэхэм я чемпионатым. ИкIи занщIэу чемпион хъуащ! КъыкIэлъыкIуэ илъэсми дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. Чебоксары къалэм ар балигъхэм я деж щытекIуащ СССР-м IэпщэрызауэмкIэ и чемпионатым.
1991 гъэм къыщыщIэдзауэ зыхэтар каратэмкIэ зэхьэзэхуэхэращ. А илъэсым пашэныгъэр щиубыдащ Инджылызымрэ Ирландие Ищхъэрэмрэ щекIуэкIа зэпеуэ инхэм. Абыхэм кърихьэлIат дунейм и каратист нэхъ лъэщхэр. Гуэбэшым Iэмал игъуэтащ а спорт лIэужьыгъуэм и унэтIыныгъэ зэмыщхьхэм зыхигъэгъуэзэну, нэхъ къыхуэщхьэпэну къыщыхъухэр зригъэщIэну. Нэмыцэхэм, инджылызхэм, франджыхэм, испанхэм, псом хуэмыдэу японхэм, щхьэж и зэуэкIэ хьэлэмэт иIэжт, псори зы хабзэм къизэгъэжу. Абыхэм япэщIэтурэ икIи хигъащIэурэ Аслъэн и Iэзагъым хигъэхъуащ. Хуабжьу сэбэп къыхуэхъужащ нэхъапэм дзюдомрэ самбэмкIэ зэрызигъэсар икIи тIумкIи спортым и мастерым и кандидатым и мардэхэр зэригъэзэщIар.
АрщхьэкIэ, къызыхэкIари имыщIэу, иужькIэ илъэситхукIэ ехъулIэныгъэхэр лъэныкъуэкIэ къыпекIуэкIащ. ЛIыпIэ зэриувэм зыкъригъэщIауэ къыщIэкIынущ.
- Урысейм ущыщу дунейпсо зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ущытекIуэн папщIэ уи хьэрхуэрэгъухэм щхьитIкIэ уефIэкIын хуейщ, - къыддогуашэ Гуэбэшы Аслъэн. - Адрей къэралхэм каратэм хуабжьу зэрызыщиужьар къэплъытэмэ, ар хуабжьу гугъущ икIи къомыхъулIэфыну къыпщыхъу Iуэхугъуэщ. Судьяхэм, зыми и лъэныкъуэ ямыубыдыну хэтми, нэхъапэм текIуэныгъэ ин зиIахэм зыдащIын хуей мэхъу. Абы ищIыIужкIэ, ахэр уи хьэрхуэрэгъум дэщIмэ, ухагъэщIауэ къалъытэнущ, узэрефIэкIар наIуэу щытми.
Апхуэдэу Гуэбэшым къыщыщыщIа куэдрэ къэхъуащ. АрщхьэкIэ, нэхъ игу къинэжар и зэранкIэ къыхагъэщIауэ зэрыщытарщ.
- 1993 гъэм Европэм и чемпионатым и финалым сыщызауэрт, - жеIэ абы. - Си хьэрхуэрэгъу нэмыцэ щIалэм 3:0-у япэ ситщ, зэIущIэр иухыным секунд тIощI къэнэжауэ аращ. Абдежым си гум щIыIэ-щIыIэу къэкIащ ар къызэрыстекIуэфынур - апхуэдизкIэ сешати, си лъэм сиIыгъыжыртэкъым. Арати, къэнэжа зэман кIэщIым баллиплI сфIихьри, сыхигъэщIащ икIи Европэм и чемпионыгъэм секунд тIощIым къриубыдэу сыхэкIыжащ.
Къарур зэгъэзэхуауэ къэгъэсэбэпын зэрыхуейр къыщыбгурыIуэр нэхъыбэ къэбгъэщIэхукIэщ. Гуэбэшы Аслъэни ар зыхилъхьащ и ныбжьыр илъэс тIощIрэ плIым щынэсым. Абы и фIыгъэкIэ, телъыджэу зыкъыщигъэлъэгъуащ 1996 гъэм Африкэ Ипщэ Республикэм и Сан-Сити щIыпIэм щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым.
Гуэбэшым и ехъулIэныгъэр щаIэтым хьэщIэ лъапIэ куэд кърихьэлIат. Абыхэм яхэтащ Урысейм КаратэмкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Орлов Юрий.
- КаратэмкIэ дунейпсо чемпион ухъуным къикIыр сыт? - еупщIат ар къызэхуэсахэм къыщыпсалъэм. ИкIи жэуапыр езым иритыжащ. - А Iуэхугъуэр хуэбгъадэ хъунущ Урысей Федерацэм футболымкIэ и командэ къыхэхар дунейпсо чемпион хъуным. Апхуэдэ ехъулIэныгъэ ин къытхуихьащ Гуэбэшы Аслъэн.
КаратэмкIэ дунейпсо чемпионыгъэр япэу ди къэралым къыхуэзыхьа адыгэ щIалэм пхиша лъагъуэм иужькIэ нэгъуэщIхэри ирикIуащ. АрщхьэкIэ, Гуэбэшы Аслъэн и ехъулIэныгъэм абыхэм яйхэр пхухуэгъэдэнукъым: лъагъуэхэшым и пщIэри мыхьэнэри сыт щыгъуи нэхъ инщ.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, дунейпсо чемпион хъуа иужькIэ, Аслъэн куэдрэ утыку къихьэжакъым. Щхьэусыгъуэр - и Iэм игъуэтауэ щыта фэбжьым нэхъ зыкъригъащIэ зэрыхъуарщ. Апхуэдэу къыщыщIидзым, Налог полицэм и федеральнэ къулыкъум Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм лэжьэн щригъэжьащ. ИлъэсихкIэ абы хэтауэ, икIи майор хъуауэ, къафIыхэкIыжри, каратэмкIэ гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыхьащ.
Ди республикэм а спорт лIэужьыгъуэм и лъабжьэр щызыгъэтIылъа икIи и тренер гъуэзэджэу щыта Криваковский Сергей Санкт-Петербург Iэпхъуэжа иужькIэ, ар зыпэрыта Къэбэрдей-Балъкъэрым КаратэмкIэ и федерацэм и тхьэмадэ къулыкъур тренерхэм я зэхуэсым къыщыхуагъэфэщащ дунейпсо чемпионым. Езыр зэгуэрым дэзыхьэхауэ щыта, пщIэрэ щIыхьрэ къыхуэзыхьа, хабзэ, зэхущытыкIэ дахэ щызекIуэ къуэкIыпIэ зэуэкIэр щIэблэм яхэпщэнымкIэ иджыпсту лэжьыгъэшхуэ зэфIегъэкI дунейпсо классымкIэ спортым и мастер, категорие ищхьэ зиIэ тренер Гуэбэшы Аслъэн. Абы и гъэсэнхэм увыпIэ лъагэхэр къыщахь зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым.
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "869.txt"
} |
Iулъхьэм нэхъ ерыщу пэщIэтыпхъэщ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прокуратурэм щекIуэкIащ ещанэ форум зэIуха. Iулъхьэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэм иригъэхьэлIауэ къызэрагъэпэща зэIущIэр теухуат Къэбэрдей-Балъкъэрым коррупцэм зэрыщебэным кърикIуахэм.
Форумым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Коррупцэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и унафэщI Нэгъуей Аслъэн, Парламентым законностымрэ хабзэмкIэ и комитетым и тхьэмадэ Кривко Михаил, сату-промышленнэ палатэм и унафэщI ГъукIэлI Хьэсэн, хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымкIэ «Опора России» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Къылшыкъуэ Альберт, КъБР-м и промышленникхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я союзым и президент Хьэжу Владимир, МэкъумэшыщIэ (фермер) хозяйствэхэм, Налшык къалэм ХьэрычэтыщIэхэм я ассоциацэхэм я правленэхэм я унафэщI ГуэбэщIыкI Жантемыр, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ советым и унафэщI Шэджэмокъуэ Оксанэ, республикэ, щIыналъэ прокуратурэхэм я лIыкIуэхэр.
КъБР-м и прокурор Жариков Олег зэIущIэр къызэIуихри, жиIащ форумым зыщыхэплъэну коррупцэм пэщIэтыным ехьэлIа псалъэмакъыр зэIухауэ зэрыщытынур. ЗэфIагъэкIа лэжьыгъэм и гугъу щищIым къыхигъэщащ къэрал властымрэ щIыпIэ самоуправленэмкIэ IэнатIэхэмрэ купщIафIэу зэрыхэтыр къэрал, муниципальнэ аппаратыр егъэфIэкIуэным, къулыкъущIэхэм я хуитыныгъэхэмрэ къалэнхэмрэ узэщIауэ, абыхэм я лэжьыгъэр зэIухауэ щытыным теухуауэ къапэщытхэр зэфIэхыным. Iулъхьэ тын-къеIыхыным пэщIэтыныр, сыт щыгъуи хуэдэу, гулъытэ хэха зыхуэщIыпхъэу къонэж. Жариковым жиIащ, итIанэми республикэм коррупцэр зэрыщызекIуэр икIи ар лъэпкъымрэ Урысейм и сэбэп зыхэлъхэмкIэ шынагъуэхэм язу зэрыщытыр.
Iуэхум зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ КъБР-м и прокуратурэм коррупцэм пэщIэтынымкIэ законодательствэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъынымкIэ къудамэм и унафэщI Жамырзэ Артур. Абы зэрыжиIамкIэ, 2018 гъэм и мазибгъум къэрал, муниципальнэ къулыкъущIэхэм коррупцэм пэщIэтынымкIэ законодательствэм къигъэувхэр гъэзэщIэнымкIэ хабзэр уэим зэращIыр нэхъ мащIэ хъуащ - 522-рэ, нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм - 722-рэ. Я хэхъуэр зыхуэдизыр, ягъэкIуэдыр, я мылъкур зэIухауэ къэгъэлъэгъуэнымкIэ коррупцэм пэщIэт хабзэр 1419-рэ къызэпаудауэ къыщIагъэщащ икIи жэуапым ирашэлIащ къэрал, муниципальнэ къулыкъущIэ 749-рэ. Iулъхьэхэм пэщIэт экспертизэм пхыкIа норматив-правовой акт 4119-м ящыщу 417-м (нэгъабэ 370-м) коррупцэ Iуэху къыхэщырт. Коррупцэм ехьэлIа щIэпхъаджагъэ 247-рэ ятхащи, абыхэм ящыщу 65-р хьэлъэ дыдэщ, 120-р Iулъхьэ къеIыхыным пыщIащ.
Жамырзэ Артур къызэрыхигъэщамкIэ, коррупцэм ехьэлIа, нэгъуэщIу ялэжь хабзэншагъэхэр къэмыгъэхъунымкIэ жэуап зыхь органхэм, IэнатIэхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ, къулыкъу зехьэкIэм къигъэувхэм тетынымрэ я сэбэп зыхэлъхэм теухуа зэныкъуэкъуныгъэхэр зэфIэхынымкIэ комиссэхэм я лэжьыгъэр къыхуагъэувхэм пэлъэщыркъым.
КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Коррупцэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и унафэщI Нэгъуей Аслъэн кIэщIу къытеувыIащ зытепсэлъыхь Iуэхум, коррупцэм пыщIа хабзэншагъэхэр къэмыгъэхъунымкIэ зэфIагъэкIхэм кIэлъыплъ комиссэхэм я лэжьыгъэм.
МэкъумэшыщIэ (фермерхэм), Налшык къалэм ХьэрычэтыщIэхэм я ассоциацэхэм я правленэм и унафэщI ГуэбэщIыкI Жантемыр КъБР-м и Прокуратурэм и Жылагъуэ советым фIыщIэ хуищIащ ар къызэрызэрагъэпэщрэ бизнес-сообществэм ведомствэм и дэIэпыкъуныгъэ зэригъуэтым папщIэ. Къыхигъэщащ къулыкъущIэхэр зэрызэIухам, абыхэм я деж узэрынэсыфым ахэр я IэщIагъэм куууэ хэзыщIыкIыу, къэхъу гугъуехьхэр псынщIэу зэфIэхыным зэрыхуэхьэзырыр къызэригъэлъагъуэр. Апхуэдэуи ар къытеувыIащ гу зылъытапхъэу къилъытэ Iуэхухэм.
Республикэ Парламентым законностымрэ хабзэмкIэ и комитетым и тхьэмадэ Кривко Михаил жиIащ кIэлъыплъыныгъэ органым гу зылъытапхъэу къигъэлъагъуэхэри къалъытэу прокуратурэм пыщIэныгъэ узэщIа зэрыхуиIэр. Къызэрыхигъэщащи, апхуэдэ IуэхумкIэ КъБР-м и Парламентыр къэралым щынэхъыфIхэу 10-м ящыщщ - абы къыхилъхьа законопроектиблыр щIыналъэми хуэдэу, федеральнэ законодательствэми къыщащтащ.
ЗэIущIэм хэтахэм форумыр зытраухуам ехьэлIа я Iуэху еплъыкIэхэр жаIащ, гу нэхъ зылъытапхъэу къалъытэхэм тепсэлъыхьащ, жэрдэм пыухыкIахэри къыхалъхьащ.
Республикэм и ЩIалэгъуалэ советым щыщу зэIущIэм кърихьэлIахэр жыджэру хэтащ коррупцэм пэщIэтыным теухуа псалъэмакъым. Абыхэм я Iуэху еплъыкIэхэри къаIуэтащ, упщIэхэри я куэдт.
Форумыр щызэхуащIыжым Жариков Олег жиIащ зэIущIэм къыщагъэлъэгъуа ныкъусаныгъэхэр, гу зылъытапхъэу къыщалъытахэр, жылагъуэ институтхэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, къэрал властымрэ щIыпIэ самоуправленэмрэ я IуэхущIапIэхэм ящIыгъуу, прокуратурэм и лэжьыгъэм къызэрыщагъэсэбэпынур.
«Коррупцэм ебэныным узэщIауэ икIи зэгъэуIуауэ убгъэдыхьэмэ, абы узэрыпэщIэтым нэхъри зеIэт», - жиIащ республикэм и прокурорым.
УАРДЭ Жантинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "87.txt"
} |
Си Хэку щынэхъ щIыIэ махуэ закъуэ ХамэщI гъатхищэ нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ
(ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 1-м къыдэкIа номерым итщ).
Премьер-министру мызэ-мытIэу хахащ Хьэвжокъуэ Сэхьид (1950 гъэм - тIэуней, 1955, 1956 гъэхэм). Парламентым и тхьэмадэ къуэдзэу 1947 - 195I гъэхэм щытащ, сенатым и унафэщIу илъэс 13-кIэ лэжьащ (1961 - 1974 гъгъ.). Хьэвжокъуэр министруи куэдрэ щытащ: сатумкIэ - 1943 гъэм, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ - 1944, 1949 гъэхэм, экономикэмкIэ - 1945-м; вице-премьеру икIи къэрал министру ар къагъэлъэгъуащ 1953, 1957, 1963 гъэхэм; Амман къалэм и Iэтащхьэуи щытащ (1938).
Сэхьид и къуэш нэхъыщIэ Шэукэт лIыкIуэу къэрал зыбжанэм щыIащ, узыншагъэр хъумэнымкIэ министрым и къуэдзащ. Министр къулыкъу яIыгъахэщ Теху Сами, Къумыкъу Хьэбас, МафIэдз Умар, КъуэщIысокъуэ Абдул-Къадир, Хьэвжокъуэхэ Зухьеррэ Издинрэ. Парламентым хэтахэщ Хьэмдэхъу Iэсхьэд, ЕхъулIэ Хъусен, ХьэIупщы Шэукэт, Хьэвжокъуэ Фозий, Алъхъэс Абдулчэрим, Шыкъым Джэмил сымэ. Иорданием и лIыкIуэу нэгъуэщI къэралхэм щыIащ Бырмамыт Фэуаз, Хъурмэ Мухьэмэд-Алий, МафIэдз ТIэлал, Тхьэкъуахъуэ Абдул-Хьэмид, Хъутат Джэмал, КъуэщIысокъуэ Уэлид, Хьэвжокъуэ Зухьер. Румынием лIыкIуэу щыIащ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Хьэвжокъуэ Сэхьид и къуэ Хьэзми. Ар илъэс зыбжанэ ипэкIэ палестинэ хьэрыпхэм Бухарест щаукIащ. Хьэзми и шыпхъу Маждэ Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщщ, хузэфIэкI ищIэу Нью-Джерси штатым (США) щыIэ ФIыщIэ Хасэм адыгэбзэ, хабзэ щригъэджащ. КавказымкIэ, адэжь ХэкумкIэ Хьэвжокъуэ Маждэ куэду гумащIэу, абы и гу пцIанагъэм, и лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэм ди лъэпкъэгъу куэд къигъэушу щытащ.
«Хьет» жригъэIэу Иордание къэралыгъуэм хуэлэжьахэм ящыщщ Бырмамыт Фэуаз. Ар Амман къалэм хыхьэ Мухьэджрин хьэблэм къыщалъхуащ 1925 гъэм. Фэуаз и адэ Махьер пащтыхь гвардием илъэс 15-кIэ пщIэрэ щхьэрэ иIэу къулыкъу щищIащ. Къэзылъхуам ижь къыщIихуагъэнщ и къуэми. 1942 гъэм Фэуаз дзэм хохьэ. СССР-р зауэ бзаджэм щыIут зэманым ЩIыкурытыхымкIэ Америкэм кърашу Палестинэм, Трансиорданием, Иракым, Ираным блаш Iэщэр, гуэдзыр, хьэпшыпхэр зыхъума гупым яхэтащ Бырмамытыр. Инджылыз генерал Глоб жиIэрт: «Фэуаз зыIут IэнатIэмкIэ зэи сигу ныкъуэкъым - ар офицер жанщ, емышщ, лIыгъэ зыхэлъщ».
Илъэс 21-кIэ дзэзешэу щытащ Бырмамытыр. 1949 гъэм Инджылызым абы къыщеух офицерхэм я курс нэхъыщхьэхэр, 1953 гъэм - штаб Нэхъыщхьэм и академиер.
Батальоным и унафэщI Фэуаз япэ хьэрып-журт зауэм (1948) хэтащ. Зэрихьа лIыгъэр къалъытэри, орден къратащ. Дзэзешэу ар дэсащ Хъалил, Къудус, Наблус къалэхэм (1955, 1956). ИтIанэ (1958) Бырмамытыр ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм яшэ, зы илъэс нэхъ дэмыкIыуи генерал-майор мэхъу. Апхуэдэ дзэ нагъыщэ лъагэ Иорданием ис адыгэхэм ящыщу япэ дыдэу зыхуагъэфэщар Фэуазщ.
1961 - 1963 гъэхэм Бырмамытыр штаб Нэхъыщхьэм и унафэщIщ. ИужькIэ пащтыхь Хъусейн Бен ТIалал ар дипломат IэнатIэм Iуегъэувэ, зэрыгъэсар, бзэ IэфI зэрыIурылъыр, и зэфIэкIыр къелъытэри. Зы илъэскIэ Фэуаз лIыкIуэу Тайвань (Китай хытIыгум) щолажьэ. 1964 гъэм и кIэм абы Иорданием и лIыкIуэ тхылъхэр IэщIелъхьэ Иракым и президент Абдел-Сэлам Ареф. Мазэ пщыкIуз дэкIа иужь, Бырмамытыр лIыкIуэу ягъакIуэ Тырку Республикэм икIи абы илъэсищкIэ щолажьэ.
1968 - 1969 гъэхэм Фэуаз Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм и генеральнэ секретарщ. Дипломат лэжьыгъэр зэриутIыпщыжу, ар пенсэ макIуэ.
Абы лъандэрэ илъэс куэд дэкIащ. А зэманым къриубыдэу адыгэлI щэджащэм зы махуэ зигъэпсэхуакъым. Бырмамытыр Амман дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу плIэнейрэ хахащ. Хэхэсхэм Кавказым и IэфIагъыр зыхегъэщIэнымкIэ, ди зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэнымкIэ жэщ-махуэ имыIэу куэд ищIащ. Иужьрей илъэсхэм Фэуаз-пэщэр «Леджна Аш-шария» фIыщIэ хасэм и унафэщIт.
Бырмамытыр махуэ къэс цIыхухэм сэбэп яхуэхъурт. Нэхъыбэу абы и нэIэ зытетыр адыгэхэрат.
Фэуаз и унэр музейм ещхьщ. Блынджабэхэм фIэлъ сурэтхэм уеплъмэ, а лIым дуней зэрилъэгъуар, батэ зэригъэшар псалъэншэу къыбгуроIуэ. Зы сурэтым абы Ираным и шахиншах Мухьэмэд Реза Пехлеви фIэхъус кърех, адрейм - Гамал Абдел Насер бгъэдэтщ, ещанэм Тыркум и президент Джевдет Сунай IэплIэ хуещI, еплIанэм - Кением и унафэщI Ахьмэд Секу Туре и гъусэу Амман и уэрамхэм ящыщ зым дэтщ, етхуанэм - Чан Кайши лIыкIуэ тхылъыр ирет… «Бырмамытыр здэщымыIарэ Бырмамытым имылъэгъуарэ бгъуэтынкъым», - жыпIэмэ, ущымыуэну си гугъэщ.
Абдж тегъэлъэдэжауэ блынджабэ щхьэхуэм фIэлъщ Фэуаз зэрихьа лIыхъужьыгъэмрэ игъэзэщIа лэжьыгъэмрэ папщIэ кърата орденхэр, медалхэр, сэшхуэхэр. Ахэр тIощIым щIегъу. ПщIыр Иорданием ейщ, плIыр - Инджылызым, тIур - Китайм, орден зырыз Бырмамытым къыхуагъэфэщащ Сирие, Малайзие, Тунис, Алыдж къэралхэм.
Дэрэжэгъуэ, гукъыдэж дахэ Фэуаз къратырт абы и щхьэгъусэ, тырку генерал Къундыхъу Мусэ и къуэрылъху Расмийе, а тIум я бынхэу Ланэ, Линэ, Динэ, Алий, Алия сымэ, я пхъурылъху-къуэрылъху цIыкIухэри яхэтыжу. Бырмамытыр 1998 гъэм дунейм ехыжащ.
… Уадисир жылэшхуэр зыухуар бжьэдыгъухэрщ. 1972 гъэм абы дэс цIыху мин 15-м и ныкъуэр адыгэт. Илъэс куэдкIэ къуажэм и тхьэмадэу лэжьа ЩэбэрыкIуэ Хьусний зэрыжиIэжымкIэ, бжьэдыгъухэм Уадисир къуэладжэр 1882 гъэм псэупIэ ящIащ. Япэу а щIыпIэм къэIэпхъуахэм я унэцIэхэр: Къат, Хьэткъуей, ЕхъулIэ, Абэзэхэ, Бгъанэ, Хьэлашт, ХьэдэгъэлI, ЛIыбзу, Лыщэ, Цей, Хьэтыкъуэ, Хьэтх, Мэрэтыкъуэ, Хъут, Тхьэрыкъуахъуэ, Хэкужь, ГутIэ, Джэрым, Бырсекъуэ, Абрэдж, Бланэукъуэ, Даур, Жанхъуэт, Жьанэ, Кубэ, НэпIащэ, Пщыбий, Теувэж, Дыгъужь, Тыкъуэ, Тхьэгъэпсо, Цыбэ, Джатауэ, Джатэнокъуэ, Iэбыдэ, МэшхуэфI, Псыкумб, Чуикъуэ, Iэпыщ, Щхьэлдыгъу, Кужьу, Къуиижь, Хъуажь, Шагужь, ШащIэ, Хьэпэпх, ЩабэрыкIуэ, Къуэц, Гъунэжыкъуэ.
Амман нобэ хыхьэжауэ къалъытэ адыгэ, шэшэн мухьэжырхэм яухуа Сыуелыхь къуажэр. А жылэм и лъабжьэр 1914 гъэм зыгъэтIылъахэм ящыщщ мы къэбэрдей унагъуэхэр: Абеикъуэ, Абэзэхэ, АфэщIагъуэ, Гуанэ, Бабыгу, Бажэ, Бжэнтхьэлэ, Бетыгъуэн, Болэт, Бырмамыт, КIыщокъуэ, ДыщэкI, Жьанэ, ИмыкI, Къалэ, Къардэн, КIэщт, ЛIыгуащIэ, Насып, Нэхущ, Сейн, Щхьэгъэпсо, Токъмакъ, Умэт, Хьэтыкъуей, Хъуран, Шакъмэн, Шышэ, Шыкъым, Щэрдан, ЛIыпщ, Щэрмэт, ЩхьэщэмыщI, Пхъэщ, ЯфIэунэ, Лъостэн, Налшык.
ИорданиекIэ дызэджэ щIыналъэм ИстамбылакIуэм и зэманым япэ къэсащ шапсыгъхэр. 1858 гъэм абыхэм псэуалъэ яхуохъу урымхэм пасэ зэманым яухуа Амман амфитеатрым и Iэшэлъашэхэр. Къэбэрдейхэр, абэзэхэхэр, бжьэдыгъухэр къакIэлъыкIуащ шапсыгъхэм икIи Амон (Амман) е ФиладельфиекIэ зэджэу щыта Урым пащтыхьыгъуэм иухуауэ щIым щыщ хъужа къалэжьыр къэзыухъуреихь щIыналъэр псэупIэ абыхэм ящI.
Нэхьур къуажэм адыгэ унагъуищэрэ пщIырэ дэсщ. Я нэхъыбэр бжьэдыгъущ, шапсыгъ унагъуищ, зы къэбэрдей унагъуи яхэсщ. КъедбжэкIынти ахэр: Дыгъужь, Дидыхъу, Шумэн, Лыш, ЛIыбзу, НэпIащэ, Уджыхъу, ЩабэрыкIуэ, Абыдэ, Бесчокъуэ, Еутых, Къат, Хьэжэлыкъуэ, Щаджэ, Щхьэлахъуэ, Цей, Хъут, Хьэпэхъу, Хьэдыгъу, Жамбэч, Борэн, ЕхъулIэ, Щхьэныкъуэ, Щхьэдэ, Щынахъуэ, Хьэкъугъ, Пхъауэ, Жьанэ, Кужьу, Гъыш, Беикъуэ, Лу, Стащ, Хьэджакъуэ, Хъуацэ, Емызэш, Едыдж, Щхьэпс.
Ар-Русейфэ дэсхэр къэбэрдейщ. Ахэр псори унагъуэ 39-рэ мэхъу: Къэрэшей, Хьэвжокъуэ, Токъмакъ, Сейн (Щхьэгъэпсо), Къущхьэ, Шыбзыхъуэ, Молэ, Мыщокъуэ, Джырандокъуэ, Архъагъэ, Кхъуэжь, Быж, Пащты, Тыкъуэ, Тажджэ, Iэпщэ, ХьэIупщы, Алътуд, Елджэрыкъуэ, Джэшокъуэ, Къунаш, Сыжажэ, Къасым, ТIэф, Тхьэмокъуэ, Алътудыкъуэ, Махъцэ, Къуршэ, Щэбэт.
Нэхьури ар-Русейфи Адыгэ Хасэ 1961 гъэм къыщызэIуахащ.
Къэбэрдей жылэшхуэт Джэрэшыр. Нобэ абы адыгэу къыдэнэжар мащIэщ - я нэхъыбэр Амман Iэпхъуащ. Адыгэхэм Джэрэш тIысыпIэ яхуэзыщIар Мумэтмашэхэ я лIыжьт: «Псынэ IэфIхэр къыщыщIож, мэзи, бгыи, вапIи щыкуэдщ», - жери.
Джэрэш дэтIысхьат унагъуэ 80-м нэс: Хъущт, Дыгъужьокъуэ, Дыду, Дидан, Къашыргъэ, Уэтей, Жылокъуэ, Мысхъуэжь, Цагъэ, Хъуэст, ХьэцIыкIу, Щауэжь, Щоджэн, Iэхъуэмыхъу, Шыкуэ, Хъуран, ХьэIупщы, Мыкъуэжь, ШкIахъуэ, Маршэн, Бэкащ, КIэфо, ДзыхьмыщI, Тхьэнахъуэ, ЦIывынэ (ТIэш), КIэмпIарэ, Кацу, ЛIуп, Тыкъуэ, Къуршэ, Уэрэзей, Хьэжу, Къалэбатэ, Къардэн, ЛIыгуащIэ, Мэшыкъуэ, Мамхэгъ, Сейн, Сэрхъуэщ, Тажджэ, Тырку, Тхьэгъэзит, Къазмыхь, ТIыхъужь, Абазэ, Балъкъэр, Бешто, Бэлагъ, Бырс, Гъубжокъуэ, ГъукIэ, Думэныщ, Архэст, ДыщэкI, Жэмыхъуэ, Сэбанокъуэ, Занилэ, Мэлдыж, Зыхъуэ, Хьэрэтокъуэ, КIэщ, ШыкIэбахъуэ, ИмыкI, ШуцIыкIу, Шуужь.
Иужьрей мухьэжырхэр 1900 гъэм нэсащ. Абыхэм я нэхъыбэр Джылахъстэнейм къикIат. Гугъу ехьа, емынэми таломи къела гупышхуэр дэтIысхьащ Мухьэджрин зыфIаща къуэладжэм. Псэуалъэ щIынымкIэ абыхэм ядэIэпыкъуащ нэхъ пасэу хэхэс хъуа адыгэхэр, щIыхьэхум щыпажэхэт Къумыкъу Мырзэрэ Хьэвжокъуэ Мухьэмэдрэ.
1858 гъэм Амман дэтIысхьа шапсыгъ унагъуэхэр:
Хъымыщ, Шупашэ, Нэгъуч, ЩауэщIэ, Щэджащэ, IэщIэмыж, Шумыз, Хъущт, ХъупащIэ, Хьэгъур, Нэмрокъуэ, ПыIэхужь, Пхэнэхъу, ПщэкIэщI, Пщыхужь, ПщыпIытI, ПIэтIуэщ, Тэмыхъу, Хьэхъу, ХьэхъуратIэ, Натхъуэ, Лъостэн, Еныхъу, ЕхъулIэ, ЛъэцIэрыкъуэ, Къуийхьэжыкъуэ, Зэчэ, Бгъанэ, Хъурмэ, Ергъуж, IэкIэщI, БланэгъапцIэ, Хьэтыкъуей, Жьажьий, Теймаз, ТхьэилI, Хьэткъуэ, Мэлгуэш, Гъуанэджыкъуэ, Хьэтх, Iэбыдэ, ХъуэщIэбыдж, Мэлыш, Уэстэкъу, ЛIымахуэкъуэ, Шымнэкъу, ХьэтIанэ.
Къэбэрдей унагъуэхэу Амман псэупIэ щызыщIахэр:
Аброкъуэ, Абазэ, АфIэунэ, Ащнокъуэ, Балъкъэр, Бэрокъуэ, Бэвыжь, БищIо, Бырмамыт, Вэрокъуэ, Выхъуэ, Гуэщокъуэ, Гъубж, ГъукIэлI, Дэбагъуэ, Джатэжьей, Къардэн, Къалэжьокъуэ, Къунаш, Кхъуэхъу, Мэмчокъуэ, Нэгуэр, Пщыхъуэж, Теху, Тхьэбысым, Урыс (ФащIэ), Мамхэгъ, ЛампIэжь, Алъэсчыр, Къул, Къуршэ, Щокъарэ, Шурдым, ЦIыпIынэ, Къумыкъу, Хьенэ, Мэшыкъуэ, Шыд, Шыкъым, Къущхьэ, ШкIахъуэ, ЛIуп, Хьэгъундокъуэ, Цей, АфэщIыж, Молэ, Кхъуэнэ, МафIэдз, Лий, Къэпшорэ, Чым, КIэрэф, Къанокъуэ, Нэгъуд, Нэгъуей, Теунэ, Тыкъуэ, ФIыцIэхъу, Хьэвжокъуэ, Хьэмдэхъу, Хьэщэ, Хъурмэ, Хъутат, Щоджэн, Щэрмэт, Щолэхъу, Щынахъуэ, Хьэтыкъуей, БжэныкIэ, Къэзан, КъуэщIысокъуэ.
Мухьэджрин хьэблэм дэтIысхьа Джылахъстэней унагъуэхэр:
Ансыкъуэ, Батыр, Бэчыжь, Балъкъэр, Борэн, Бжьыней, Бжьэнокъуэ, Токъу, Уэрдым, ГъукIэпщ, Дадыхъу, Сэбаншы (Дохъукъан), Джэшокъуэ, Емызэш, Ервас, Жамборэ, Жылау, Къандур, Къамбэчокъуэ, Къанкъуэщ, КIэрашэ, Къуэдзокъуэ, ЛампIэжь, Умар, Хьэбылэ, Хьэмыку, Хьэткъут, ХьэпIытIэ, Шэт, Щанэ, Тхьэкъуахъуэ, ГъукIэ, Быкъуэ, КIэрыплъэ, Уэркъ, Пасэжь, КIыщ, Къэзан, Молэ, Хъуэст, Цей, Шэджэм, Нащхъуэ, Мамщокъуэ, Турзокъуэ, Абеикъуэ, Бешто, Борей, ЛIырыж, Тэжэр, Зокъуэ, ПщыукI, БжэныкIэ, Шыд, Гъулджокъуэ, Умэт, Сыжажэ, Думэныщ, Хьэкъул, Мыд, Дурэ.
Израилым адыгэ къуажитI исщ - Кфар-Камэрэ Рихьаниерэ. Кфар-Камэм дэсхэр шапсыгъхэщ, я бжыгъэр 2000 мэхъу. Рихьанием щопсэу абэзэхэ 1000 хуэдиз.
1878 гъэм иужькIэ адыгэхэр ПалестинэкIэ зэджэ щIыналъэм къэIэпхъуэу хуежьащ. Ахэр Галилеем деж къыщызэтеувыIэри, а щIыпIэр псэупIэ ящIащ.
Кфар-Камэ дэсхэр щIы гектар 850-м толэжьыхь, къуажэм Адыгэ Хасэ, сымаджэщ, курыт еджапIэ дэтхэщ, жыг хадэ дахэ щагъэкIащ.
Рихьанием псы зыщIэбгъэлъадэ хъун щIыгу иIэкъым. Абы къыхэкIыу мэкъумэшым елэжьыр мащIэ дыдэщ. Жылэдэсхэм я нэхъыбэр нэгъуэщI къуажэ е къалэ щолажьэ. КъыжытIэнти Кфар-Камэ дэсхэм я унэцIэхэр: ЛIыIув, ЛIыбей, ГуэрыкIуэжь, Хьэхъу, Выщхьэ, Нэпсо, Щоджэн, Хьэтыкъуей, Абрэдж, Ацумыжь, Батэ, БланэгъапцIэ, Бгъанэ, Куэблэ, ХъутIыжь, Натхъуэ, Нагуэ, Тхьэухъуэ, ХыдзэлI, Хьэжы, Щэджащэ, Щхьэлахъуэ, ТIэф, ЛIыхъужь, Къуаджэ, ПIытIыжь, Къарзэдж.
Кфар-Камэрэ Рихьаниемрэ дэт пэублэ еджапIэхэм еханэ классым нэс адыгэбзэр щрагъэдж. Курыт еджапIэм иврит, инджылызыбзэ, хьэрыпыбзэ щадж. Ебланэ классым щегъэжьауэ цIыкIухэм адыгэ литературэр ядж.
Рихьаниерэ Кфар-Камэрэ щыпсэу адыгэхэр куэдрэ зэкIэлъокIуэ, зэхуэгуапэу мэпсэу, лъэпкъ Iуэхум зэкъуэту хуолажьэ.
Кфар-Камэ дэт Адыгэ Хасэм куэд щIауэ емышыжу хэтщ Щоджэн Ехья. Абы адэжь Хэкум щыпсэухэм хъыбар яригъэщIащ «Израиль адыгэхэр» зыфIаща маркэр дунейм къызэрытехьамкIэ. 1989 гъэм щIышылэ мазэм и 13-м а маркэм япэу дыдэ пощт мыхъур щытрагъэуар Кфар-Камэщ.
Рихьание дэт еджапIэм и унафэщI Къарзэдж Iэсхьэд и тхылъхэмкIэ яджыж Израилым ис адыгэхэм я лъэпкъ тхыдэр. Iэсхьэд Къэбэрдейми, Адыгейми, Шэрджэсми щыIащ, Кавказыр джынымкIэ Тель-Авив щылажьэ центрым и унафэщI, профессор Ицхак Давид и гъусэу. А щIалитIым я фIыгъэкIэ Израилым 1993 гъэм къыщызэIуахащ Адыгэ-Журт щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я институтрэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и къудамэрэ.
Сауд Хьэрыпми адыгэ уащрохьэлIэ. Куэд щIауэ щыпсэурэ ди хэкуэгъухэр бегъымбар щIыналъэм? Япэ адыгэ гупыр, цIыху 400 хуэдиз хъууэ, Саудым щыIэпхъуар 1967 гъэм и ужькIэщ, Сирием, Иорданием икIри. Ахэр сытым нэхъ елэжьрэ жыпIэмэ, хэт ухуакIуэщ, хэти егъэджакIуэщ, инженерщ, диным пылъщ е дохутырщ.
Сауд Хьэрыпым щыпсэу адыгэхэм Хасэ яIэкъым, ауэ зэдэIэпыкъунымкIэ псапащIэ фонд щыIэщ.
Къэралым и къалащхьэ Эр-Риад адыгэу 150-рэ щопсэу, Джиддэ - 10, Мэккэ - 50, Мадинэ - 11, Даман - 30. Губгъуэрысхэм я гъусэу жылагъуэ цIыкIухэми дэсщ ди лъэпкъэгъухэр. Саудым щыпсэу адыгэ унагъуэхэр: Багъхэ, Къэзанхэ, Аргъышхэ, Гъышхэ, Лъысхэ, Шагужьхэ, Щауэжьхэ, Щоджэнхэ, КIэрэфхэ, Хьэгъурхэ, Бабынэхэ, нэгъуэщIхэри.
Дагъыстэн лъэпкъхэм къахэкIауэ цIыху 200-м щIигъу Мадинэ дэсщ. Абыхэм я адэшхуэхэр щихъ Щамил и гъусэу бегъымбар щIыналъэм кIуэгъат. Шэшэнхэри мымащIэу а къалэм дэсщ.
ИпэкIэ зэрыжытIащи, тыркухэм я гъэпцIагъи хэлъщ адыгэхэр Хэкум зэрикIам. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зыт: Уэсмэн пащтыхьыгъуэр лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм зэщIищтат. Югославиер, Алыджыр, Болгариер, Албаниер, хьэрыпхэр я хуитыныгъэм щIэзэурт. Тырку сулътIаным зауэлI хахуэхэр къемэщIэкIырт. Ар фIыуэ щыгъуазэт адыгэхэм я хъыжьагъэм, абы ищIэрт адыгэ шууейхэм къатекIуэн зэрыгъуэтыгъуейр.
Урыс пащтыхьми Кавказ бгы, тафэ берычэтхэр нэхъ щIэхыIуэу къыIэрыхьэну хуейт. Абы и дамэщIэт генералхэми, зауэ хьэлъэр къаIэщIэужэгъуати, Шэрджэсым, Дагъыстэным, Шэшэным ис бгырысхэм Хэкур ябгынэмэ е псынщIэу Iэщэр ягъэтIылъмэ я гуапэт. Мис а псори зэпалъытри, тырку сулътIан Абдул-Хьэмидрэ урыс пащтыхь Александр ЕтIуанэмрэ тыншу зэгурыIуащ: «Уэ гъэпцIагъэкIэ ибош, сэ IэщэкIэ изоху», - жаIэри.
Муслъымэн диным зэрихьэрэ куэд мыщIа адыгэ гупцIанэхэм я нэхъыбэм я фIэщ хъуащ «тыркущIыр ислъамым и бэракъ щхъуантIэм щIэт псоми хухаха щIыналъэу» щыту.
Хэхэс хъуахэр къызэрагъэгугъамрэ къылъагъэсамрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакут. Ахэр пшахъуэ, ятIагъуэ щIыпIэхэм щагъэтIысырт е езы тыркухэр зыпэмылъэщыж лъэпкъхэм хагъэтIысхьэрт. «Кавказым фыкъизыхуа урысыжьхэм я Iыхьлыхэщ мы фи гъунэгъущIэхэр, я щхьэ къевмыгъэIэт, дэвгуэ, фпIытI», - апхуэдэу ягъэIущырт адыгэхэр.
Балкан хытIыгу ныкъуэм адыгэхэр зэрыщыпсэуам икIи зэрыщыпсэум теухуауэ тхыгъэ мащIэщ щыIэр. Апхуэдэу щыхъукIи, зы зэман гуэрым абы иса адыгэхэм я бжыгъэр мин 200-м нызэрыхьэсырт.
Илъэс блыщI ипэкIэ Австрием щыщ еджагъэшхуэ Густав Буллемэр Югославием щыIащ. Абы нэхъыбэу къызэхикIухьар Косовэ Губгъуэрщ. Буллемэр и тхыгъэхэр а гъэ дыдэм къытрыригъэдзэжащ Венэ къыщыдэкI «Географие хасэм и хъыбархэр» журналым.
Адыгэхэм я гъащIэм, я псэукIэм гупсэхуу кIэлъыплъа еджагъэшхуэм ди лъэпкъым и тхыдэжьым и мызакъуэу, я иджырей тхыдэри фIы дыдэу ищIэрт.
Ар щыгъуазэт адыгэхэм къалъэIэса гузэвэгъуэшхуэм икIи, абы зэритхыжымкIэ, 1864 гъэм и закъуэ Азие ЦIыкIум и кхъухь тедзапIэхэм адыгэ мин 500 щитIысыкIащ. А бжыгъэшхуэм щыщу мини 150 - 200-р Фракием и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ ягъэкIуащ. ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и кIэм адыгэ тIысыпIэ куэд иIащ Родос, Серас къалэхэу Мрамор тенджызым пэгъунэгъухэм. Абы къищынэмыщIауэ, ахэр Ломрэ Томокрэ я кум дэлъ тафэм, Илисрэ Пиротрэ къабгъурылъ щIыхэм тегуэшауэ тесащ. АдэIуэкIэ уIэбэжмэ, адыгэхэм сербхэм я щIы гъунапкъэжьым къыпылъ Косовэ Губгъуэр яIыгъащ. НэгъуэщI тIысыпIэхэр хэхэсхэм Прокуплым пэгъунэгъуу щыIэ Томлинэ щIыпIэм щаубыдащ. Адыгэ къуажэхэу Суви, Дон, ТуларкIэ зэджэхэм Брусэ-Капоник бгы дэкIыпIэр яхъумэрт. Абы и закъуэтэкъым. Адыгэхэм Лабэ, Моравицэ, Вардорэ, Секке псыхъуэхэм биидзэ къыдагъэхьэртэкъым.
Косовэ Губгъуэм щитIысхьэм, адыгэхэм е щхьэхуэ дыдэу псэупIэ щызрагъэгъуэтырт, е серб къуажэхэм ябгъурытIысхьэрт. Буллемэр и гъуса лэжьакIуэхэм ящыщ зым - Тюмлер - зэхуэхьэса хъуа тхыгъэхэмкIэ къуажэхэм я картэ ищIауэ щытащ.
Косовэ Губгъуэм адыгэ къуажэу исар 23-м нэсырт. Нэхъ иныIуэр СлавоваскIэ зэджэрт. Абы унагъуэ щитIым щIигъу дэсащ. Хьэмидей, Мэжджыт, Пэгъуэгъунэ къуажищми зэхэту унагъуэ 300-м нэс щыпсэуащ. Адрейхэр нэхъ цIыкIут. Къапщтэмэ, Черкес Садовинэр унагъуэ хыщIт зэрыхъур, Дуней Ливокыр - щэ ныкъуэт.
Хэхэсхэм щIыпIэхэр ягу ирихьакъым, куэд дыди дамыгъэкIыу зыкъаIэт, нэхъ псэупIэфI къратыну къагъэуву, ауэ ахэр къарукIэ ягъэсабырыжри, зэрыс Косовэ Губгъуэм къранэж.
1877 - 1878 гъэхэм урыс-тырку зауэм лъэныкъуитIми щыщу адыгэ куэд хэтащ. Зауэ нэужьым Ниша-Прокупле щIыпIэм адыгэ зыри къинэжакъым. Апхуэдэу щIэхъуари абыхэм я хэщIапIэр зэраубыдарщ. 1900 гъэм Косовэ Губгъуэм къинэжа адыгэм я бжыгъэр 6500-м нэс къудейт. Нэхъыбэу бгырысхэр елэжьт Iэщ гъэхъунымрэ дыщэкIынымрэ.
Балкан зауэр (1912) зэриухыу адыгэ куэд аргуэру Югославием йоIэпхъукIыж. Белград щыщ еджагъэшхуэ профессор Гиоргиевич К. щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абы иужькIэ Косовэ Губгъуэм къинар унагъуэ зыбжанэ къудейщ. Ауэ Буллемэр и нэкIэ псори зригъэлъагъури, Iуэхур зытетыр итхыжащ. Абы къызэрилъытэмкIэ, Гиоргиевич К. къигъэлъэгъуа бжыгъэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэщ Косовэ Губгъуэм ис адыгэхэр.
АтIэ Лабэрэ Ситницэрэ я Iуфэхэм Iус Черкеской къуажэм дэс унагъуэ 62-м щыщу 50-р адыгэт. Псори зэхэту цIыху 200-м щIигъурт. А псыхъуэ дыдэм дэс Великэ Рекэ къуажэми адыгэ унагъуэ куэд щыпсэурт.
Черкескойр Косовэ Губгъуэм ис адрей жылэхэм къащхьэщыкIыу щытт. Ар япэ дыдэу къэзыгъэлъагъуэр къуажэкхъэрт. Абы ит сынхэм тетхэр хьэрыпыбзэкIэщ зэрытхар, езы къуажэми зы мэжджыт мыин дыдэ дэтт, къатитIу зэтет унэм бгъэдэту. А унэр адрейхэм къахэщырт, абы нэхъ лъагэрэ нэхъ дэгъуэрэ къуажэм дэттэкъым.
Къумыкъу Мырзэ
Къандур Изэт Мухьэмэд Реза Пехлевир
Бырмэмыт Фэуаз
Бырмэмыт Фэуаз Тайваным лIыкIуэу макIуэ.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "870.txt"
} |
Захуагъэр, хуитыныгъэр, мамырыгъэр, зэгурыIуэныгъэр зи лъабжьэ
Къэрал махуэшхуэхэр
ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр республикэм и щIыналъэ псоми Iэтауэ щагъэлъэпIащ иджыблагъэ. Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм и гупэм деж иIэ утыкум щэкIуэгъуэм и 4-м щекIуэкIа нэгузыужь Iуэхугъуэхэр абы ехьэлIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхэта дауэдапщэхэм я нэхъыщхьэу къэплъытэ хъунут. Республикэм и Парламентым и депутатхэр, Правительствэм хэтхэр, волонтёрхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэр, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр хэтащ а Iуэху дахэм.
Концертыр езыгъэкIуэкIахэу КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ Аттаев Азноррэ зэхуэсым кърихьэлIахэм ягу къагъэкIыжащ махуэшхуэм къежьапIэ хуэхъуар.
ЛIэщIыгъуиплIым щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ, 1612 гъэм щэкIуэгъуэ мазэм и пэщIэдзэм, Минин Кузьмарэ Пожарский Дмитрийрэ къызэщIагъэуIуа цIыхубэм Москва къалэм полякхэмрэ шведхэмрэ я дзэхэр, нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщ зэрыпхъуакIуэхэр дахужауэ щытащ. Урысейм щытепщэ хъуа зэман зэхэзэрыхьам апхуэдэ щIыкIэкIэ кIэ иратауэ къалъытэ. ЦIыхубэр зэкъуэувэри, зэныкъуэкъухэм зэзэуэным, зэгурымыIуэныгъэхэм къыпыкIащ. ИпэжыпIэкIэ абдежщ къыщежьар къэралым щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэр. Ар хэкупсэ къарухэм я текIуэныгъэт, къэралыр гъэбыдэным хуэунэтIа Iуэхугъуэшхуэхэм я щIэдзапIэт. Нэхъыщхьэрати, Урысейр тегушхуэгъуафIэ пщIы зэрымыхъунур абдежым наIуэ къыщыхъуащ. Я къару зэхалъхьэу, зэкъуэувэу япэкIэ зэрыкIуам фIы куэд къыхудэкIуащ иужькIэ Хэкум, ар лъэщ, узыпэмылъэщын къэрал хъуащ. Ар тхыдэм мызэ-мытIэуи наIуэ къищIащ.
Махуэшхуэм и хьэщIэхэм я нэгу зрагъэужьащ уэрэджыIакIуэхэу КъБР-м и цIыхубэ артист Текуев Амур, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ЦокIыл Азэмэт, Гергокаевэ Хьэлимэт, Куэтэншы Замир, Жабоевэ Замирэ, Иуаз Азэмэт, «Арабеск» «Шагъдий», «Тэрч къэзакъхэр» гупхэм, республикэ гъуазджэм и нэгъуэщI лэжьакIуэхэми.
Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, зэгъунэгъуфIхэм я зэхущытыкIэм тетыным, цIыхубэм яку мамырыгъэ дэлъыным теухуа гупсысэрт гуфIэгъуэ концертым лъабжьэ хуэхъуар. Апхуэдэ зэкъуэтыныгъэм и нэщэнэ нэрылъагъут зэщхьэгъусэ ныбжьыщIэхэм - Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и студент Рахманинов Тимуррэ Ростов къалэм дэт къэрал консерваторэм щеджэ Балъкъыз Гулшахрэ я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэр.
Волонтёрхэм «Урысейм и Къэрал ныпыр» флеш-моби щрагъэкIуэкIащ абдежым.
Концертыр иуха нэужькIэ, апхуэдэ гукъыдэж зиIэхэм Iэмал яIащ Къэрал концерт пэшышхуэм «Мининымрэ Пожарскэмрэ», «1812» фильмхэм щеплъыну.
Махуэшхуэр гурэ псэкIэ зэрызыхащIэр, ар зэрыдаIыгъыр къагъэлъагъуэу, республикэм щыпсэухэмрэ хьэщIэхэмрэ къэфащ, сурэтхэр зытрагъэхащ, зэщыгуфIыкIыу зэдэуршэрахэщ, я нэгу зрагъэужьащ. Абдежым наIуэ къызэрыщыхъуащи, ди цIыхухэр щыгъуазэщ махуэшхуэм и лъабжьэм. Абы хуэгъэпса викторини махуэшхуэ зэхыхьэм щрагъэкIуэкIыну къыхалъхьат къызэгъэпэщакIуэхэм. КъБКъУ-м и ныпхэр ящхьэщыхуарзэу махуэшхуэм хэта щIалэгъуалэми, абыхэм я егъэджакIуэхэми къыхагъэщащ а махуэм къэралым и дежкIи абы щыпсэухэм я дежкIи мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- Мининымрэ Пожарскэмрэ къызэщIагъэтэджа цIыхубэм Урысей щIыгум ирахужащ къэралыр зыIэщIэзылъхьэну къежа бзаджащIэхэр, - жиIащ КъБКъУ-м физикэмрэ математикэмкIэ и институтым и унафэщI Къуныжь Борис. Апхуэдэу абы къыхигъэщащ а лIыхъужьхэм адыгэпщ Черкасский Дмитрии хахуагъэ къигъэлъагъуэу зэращIыгъуар, бийр ирахужьэжыным хэлъхьэныгъэшхуи зэрыхуищIар.
- Махуэшхуэр зытеухуар зымыщIэ щыIэ?! Ар и дамыгъэщ цIыхубэ зэкъуэтыныгъэм, лъэпкъхэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, зэрыгъэныбжьэгъуу къызэрызэдекIуэкIым, - жиIащ КъБКъУ-м и студент Къущхьэ Рустам. - Дэ къыддоджэ лъэпкъ куэдым щыщхэр. Си ныбжьэгъухэм яхэтщ урыси, балъкъэри, къумыкъуи, шэшэни, абази, ингуши, азербайджани.
Махуэшхуэм и щIыхькIэ утыкум деж къыщызэрагъэпэщат еплъыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэми дихьэхыу еплъащ гуфIэгъуэ зэхуэсым кърихьэлIахэр.
Захуагъэр, хуитыныгъэр, мамырыгъэр, зэгурыIуэныгъэр - ахэращ мы махуэшхуэм и лъабжьэр. Ар нэсу зыхащIащ гуфIэгъуэм хэтахэм. ЦIыхухэм я нэгум кърих нэщхъыфIагъыр щыхьэт техъуэрт махуэшхуэр гурэ псэкIэ къызэрызэдащтам, ар яфIэфIу зэрагъэлъапIэм.
САНЭ Маринэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "871.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Нобэ
♦Радиологием и дунейпсо махуэщ
♦КВН джэгукIэм и дунейпсо махуэщ. 1961 гъэм Москва и телевиденэм къигъэлъэгъуащ КВН программэм и япэ нэтыныр. Абы тращIыхьауэ, 2001 гъэ лъандэрэ къэрал зыбжанэм щагъэлъапIэ КВН-м и махуэр.
♦Урысейм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж махуэщ
♦Баку и метром и лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Къэзахъстаным щагъэлъапIэ статистикэм и махуэр
♦Китайм и журналистхэм я махуэщ
♦1895 гъэм Баварием щыщ нэмыцэ физик Рентген Вильгельм Конрад къихутащ цIыхум и Iэпкълъэпкъым «зэпхрыплъыф» нур телъыджэхэр, иужькIэ «рентген бзийхэр» зыфIащар.
♦1903 гъэм хэIущIыIу ящIащ Голландием щыщ физиолог Эйнтховен Виллем электрокардиограф къызэригупсысар.
♦1917 гъэм Советхэм я II Урысейпсо съезд зэхэтащ. Абы хэIущIыIу щащIащ къэрал унафэр дяпэкIэ Советхэм зэращIынур, апхуэдэуи къыщащтащ мамырыгъэм, щIым ятеухуа декретхэр, къыщызэрагъэпэщащ ЦIыхубэ Комиссархэм я Совет, Ленин Владимир и пашэу.
♦1943 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ ягъэуващ «ТекIуэныгъэ» орденымрэ ЩIыхь орденым и нагъыщищымрэ.
♦УсакIуэ, джэгуакIуэ, Ленин орден зрата ХьэхъупащIэ Амырхъан къызэралъхурэ илъэси 137-рэ ирокъу.
♦Америкэ тхакIуэ, цIэрыIуэ дыдэ хъуа «Унесённые ветром» роман цIэрыIуэр зи IэдакъэщIэкI Митчелл Маргарет къызэралъхурэ илъэси 119-рэ ирокъу.
♦УФ-м щIыхь зиIэ и артист Жыгун Тимэ къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу.
♦Дзэ къулыкъущIэ, Совет Союзым и Маршал, къэралым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта Язов Дмитрий и ныбжьыр илъэс 95-рэ ирокъу.
♦Педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шорэ Ибрэхьим къызэралъхурэ илъэс 95-рэ ирокъу.
♦Совет актёр, СССР-м и цIыхубэ артист Борисов Олег къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу.
♦Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Щауэ Iэхьед къызэралъхурэ илъэс 87-рэ ирокъу.
♦Франджы актёр, режиссёр цIэрыIуэ Делон Ален и ныбжьыр илъэс 84-рэ ирокъу.
♦Нидерландхэм щыщ футболист, УФ-м футболымкIэ и командэ къыхэхам и гъэсакIуэ нэхъыщхьэу щыта, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Хиддинк Гус и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу.
♦Политик, жылагъуэ лэжьакIуэ, МАТР-м и академик Жаным Руслан и ныбжьыр илъэс 72-рэ ирокъу.
♦Урысей актрисэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Германовэ Евдокие и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу.
♦Урысей актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Меньшиков Олег и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 - 18, жэщым градуси 5 - 7 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
КъуэфI и анэ гуфIэ щигъащIэркъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "872.txt"
} |
Си Хэку щынэхъ щIыIэ махуэ закъуэ ХамэщI гъатхищэ нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 1, 7-хэм итщ.)
«Сэрэ си гъусэхэмрэ Черкес-кой къуажэм дыщыдыхьам щыгъуэ, - етх Буллемэр, - дэ дыкъаухъуреихьат кавказыбгхэм я бын щхьэпэлъагэ нэкъуэлэнхэм. Ахэр адрей къуажэдэсхэм къахыумыцIыхукIынкIэ Iэмал иIэтэкъым: я теплъэкIэ зэкIужт, цIыхухэм щахэтым деж екIуу заIыгът. ЦIыхухъухэм адыгэ цей ящыгът, я фэр текIыжами, фащэхэм абыхэм дахагъэ ин, лIыхъужьыфэ къатригъауэрт. Иджы ахэр нэхъ зэлэжьыр щIырт. Абы ипэIуэкIэ Черкес-койм и адыгэхэр шы гъэхъуным пыщIауэ щытащ»…
Буллемэр къызэрыщыхъуамкIэ, адыгэхэр цIыху набдзэгубдзаплъэщ, гурыхуэщ, Iущхэщ. Абыхэм, жеIэ еджагъэшхуэм, я бзэм нэмыщI, албаныбзэ, тыркубзэ ящIэ, яхэтщ хьэрыпыбзэкIэ псэлъэфхэри.
Адыгэ цIыхубзхэм щхьэтепхъуэ зэрателъым къыхэкIкIэ, Буллемэррэ абы и гъусахэмрэ абыхэм я дахагъэ ятеIукIам щыхьэт техъуэфакъым. «Ауэ, - жеIэ Австрием щыщ еджагъэшхуэм, - а цIыхубзхэм я бынхэр къызэрымыкIуэу дахэщ, зэкIужщ».
Буллемэр и гупым хэтхэм яфIэгъэщIэгъуэнащ нэгъуэщI зы Iуэхугъуи: Балкан хытIыгу ныкъуэм щыпсэу цIыхубз псоми къащхьэщыкIыу, адыгэ бзылъхугъэхэр нэгъуэщI лъэпкъ цIыхухъухэм еплъу, зыкъыпрагъэхыу плъагъунукъым. Абыхэм нэмысышхуэ яхэлъщ икIи езыхэм я пщIэр здынэсыр фIыуэ къагуроIуэж. Буллемэр Югославием щыIэ «адыгэ оазисым» и къэкIуэнум иригузавэрт. Абы зэрыжиIэмкIэ, хэхэсхэр зыхэс лъэпкъхэм яхэгъуэщэжынкIэ шынагъуэщ. ЩхьэусыгъуитI иIэщ а Iуэхугъуэм. Япэр - абы иса адыгэ мин 200-м и нэхъыбэм ТыркумкIэ зэрагъэзарщ, етIуанэр - а зэманым къэралым щекIуэкIа лъэпкъ дэкъузэныгъэ «цвайкиндер системэкIэ» зэджэ политикэращ. Буллемэр зытегузэвыхьар пэж хъуащ.
ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа профессор Лаш Адыл илъэс щэщI ипэкIэ Косовэ Губгъуэр къызэхикIухьащ. Абы къызэрилъытамкIэ, Черкес-койкIэ зэджэу щыта, итIанэ Великэ Рекэ, нобэ Милошевэ, Приштинэ хъужа къуажэхэм адыгэ унагъуэ 15 дэсщ. Абыхэм бзэр фIыуэ ящIэж, хабзэри ящыгъупщэжакъым. Адыгейм щыщ турист гупи щыIащ Косовэ Губгъуэм, ахэр адыгэхэм яхуэзащ икIи я унагъуэхэм щыхьэщIащ.
Сэри 1986 гъэм Гамбург (ФРГ) щылажьэ Иззэт Хьэсани, Жьэухэ я къуэ абэзэхэ щIалэм, деж сыщыхьэщIащ. И унагъуэр и гъусэу ар Косовэ Губгъуэм щыIэ Доне-Становице къуажэм къикIащ. А жылэм дэсащ адыгэ унагъуэ щэщI, абыхэм я бжыгъэр цIыху 300-м щIегъу. Абыхэм я унэцIэхэри мыращ: Цей, Жьэу, ГутIэ, Дыгъужь, Тхьэгъуш, Бэсней. Адыгэ псоми бзищ-плIы нэхъ мащIэ ящIэркъым.
КIыщокъуэ Алим и ныбжьэгъуфIу щытащ серб усакIуэ цIэрыIуэ Черкез Владимир. Абы зэрыадыгэр зэи зыщигъэгъупщэркъым, хабзэ, нэмыс дахэхэлъщ. Черкезым и тхыгъэхэр ди къэралым куэдрэ къыщытрадзащ. Игу имыху адэ Хэкужьым Владимир хуиусащ мы сатырхэр:
Хэкур – ар уэшхышхуэм иужькIэ къепсыж
дыгъэ хуабэщ;
жьыуэ тэджауэ, гъавэм елэжь мэкъумэшыщIэщ;
жэщкIэрэ уафэ кIыфIым къыщыблэ вагъуэщ;
бийм пэува зауэлIхэм хьэлу Iыхьэр езыт анэщ;
псынэ къабзэщ ар, зэрылъэлъу дыхьэшх
псыкъелъэщ;
губгъуэм ит жыгей инщ ар, зэщIэгъагъэ
жыг хадэщ;
къуалэбзум я уэрэд зыщхьэщыт ныджэ инщ;
щащыху хужьыр а ныджэм телъщ
щIымахуэм темыкIыу;
удз уфафэм гъэмахуэм яуфэбгъу
губгъуэ инщ ар;
къыщIафыкI щIым а удзхэм гъащIэ зыт
и хъугъэпсхэр;
хэкур – ар дэ ди унэщ, ди жыг хадэрщ, заводырщ;
ди гум ди адэжь Хэкур щопсэу.
Усэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ къэбэрдей усакIуэ цIэрыIуэ Къагъырмэс Борис.
Адыгэ унагъуэ 300 хуэдиз 1968 гъэм щыщIэдзауэ Югославием икIыжри Тыркум Iэпхъуэжащ. Ахэр Истамбыл и хьэблэхэм - Ташлы-Тарла, Кучук-кой, Сатмалджыр - дэтIысхьащ, зыкъомми Дюзджэ къалэм и Iэшэлъашэр псэупIэ ящIащ. 1999 гъэм цIыху 80 хуэдиз Адыгейм къэIэпхъуэжащ. Ахэр Махуэхьэблэ дэсщ.
Ди хэкуэгъухэр Болгариеми щопсэу. Адыгэхэр зыхэс лъэпкъхэм тIэкIу-тIэкIуурэ яхошыпсыхьыж. Куэдым я анэдэлъхубзэр яIэщIэхужащ. Адыгэ унэцIэ зезыхьэу абыхэм яхэтыжыр мащIэщ, лъэпкъ хабзэм щыгъуазэу къэнэжаи щыIэкъым. Ауэ адыгэлъыр, адыгэ хьэл-щэныр кIуэдакъым. Болгарием ущрохьэлIэ Къардэнхэ, Думэнхэ, Думэныщхэ, Бэчхэ, Къулхэ, Шэрджэсхэ…
Илъэс 45-рэ ипэкIэ Стрелец къуажэм дохутыру щылэжьа Черкезов Стефан зэрихьа лIыхъужьыгъэр ноби къэралым щагъэщIагъуэ. Адыгэ щIалэм абы щыгъуэ Болгарием и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащауэ щытащ.
… Велико-Тырновэ щекIуэкIа конференцым и лэжьыгъэм хэтауэ Черкезовыр и къуажэм кIуэжырт. Бгым зезышыхьэкIа гъуэгум игъэхыщIэу дэкI автобусым исхэр пэмыплъауэ насыпыншагъэ ин къэхъуащ. КъуэкIыпIэм къыкъуэжа хьэлъэзешэ машинэр къыжьэхэуэри, автобусыр мафIэм зэщIищтащ. Уащхъуэдэмыщхъуэу къэхъуа Iуэхум игъэгужьея цIыхухэм ящIэнур ямыщIэу къэнат. Дохутыр щIалэм и закъуэщ къэхъуар псынщIэу къызыгурыIуэу нысыпыншагъэм пэщIэувэфар. МафIэм зэщIищта автобусым ар тIощIрэ ихьащ икIи сабийхэр, цIыхубзхэр, лIыжь-фызыжьхэр ажалым къыIэщIихащ.
Абы и щыгъыным мафIэ къыщIэнат, щIалэр къагъэувыIэну, афIэкIа мафIэм хэмыхьэну цIыхухэр елъэIурт, ауэ аргуэру Стефан ажалым пэщIэувэрт, и щхьэр нэгъуэщIхэм узыхь яхуищIу. Адыгэ щIалэм и псэр нэгъуэщIхэм я гъащIэм, я насыпым щIитащ.
ЩIалэ хахуэм хуагъэува фэеплъым тетхащ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Сэ мафIэм сисми, нэгъуэщIхэм нуру сахуоблэ». Болгарием и ЛIыхъужь Черкезовым и цIэр нобэ зэрахьэ ар щылэжьа сымаджэщым, ЩэнхабзэмкIэ унэм, Софиерэ Варнэрэ дэт медицинэ институтхэм я аудиториехэм. ЩIалэм фэеплъ пхъэбгъу щыхуагъэуващ Стрелец къуажэм, Велико-Тырновэ, Софие къалэхэм. УсакIуэ Iэзэ Димитровэ Благэ Черкезовым поэмэ хуитхащ.
Черкезовым къигъэлъэгъуа хахуагъэр болгар щIалэгъуалэм щапхъэ яхуэхъуащ. Абыхэм мызэ-мытIэу къахэкIащ адыгэ щIалэм и гъуэгум ирикIуахэр: цIыхубэ насыпым зи гъащIэр тыхь хуэзыщIахэр.
Тырку щIыналъэм и курыкупсэм (Пынарбаш, Кайнар, Вираншехир районхэм) зи хэку зыбгына адыгэхэр, абазэхэр, шэшэнхэр езыхэм яфIэфIу итIысхьакъым. Уэсмэн къэралыгъуэм и сулътIаныр хуейт зауэ-банэм хэмыкIыу псэу курдхэр къигъэIурыщIэну, я щхьэ къамыIэтыжын хуэдэу и бжьым щIигъэувэну. СулътIаным и мурад бзаджэм мэIуху хуищIат Тыркум зи псэр нэзыхьэса адыгэхэр, абазэхэр, шэшэнхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, зы мыгъуагъэм зыщызыдзеяхэр етIуанэ мыгъуагъэм Iууащ. Ахэр цIыху зыщымыпсэуф Узун-Яйла (Бгы КIыхьхэр), Хинзир-Даг, Коча-Даг, Айгормез-Даг, Али-Даг мывалъэ щIыпIэхэм ягъэкIуащ. Ябгынэжа щIыналъэр адыгэхэм къагъэIурыщIэмэ - зыфI, ар яхузэфIэмыкIыу илIыхьмэ - фIитI. Арагъэнут тырку унафэщIхэм Iуэхур зытращIыхьар. Ауэ гугъуехьым игъэдзыхакъым хэхэсхэр. Ди лъэпкъэгъухэр псэууэ къызэтенам и мызакъуэу, езыхэм я къалэхэмрэ къуажэхэмрэ яухуащ. ЩIыпIэ гугъусыгъум щыпсэухэм (гушыIэурэ а щIыналъэм КъэбэрдеишхуэкIэ йоджэ) яхузэфIэкIащ я хабзэри, я нэмысри, я бзэри яхъумэн. Мы щIыпIэр къэзыгъэIурыщIахэм я щIэблэм ноби ящыгъупщакъым адыгэ шхыныгъуэхэм я гъэхьэзырыкIэр. ЩIыналъэм и къалэ нэхъ иным - Къайсэр - щыIэщ адыгэ къафэмкIэ ансамбль. Абы и унафэщIщ лъэпкъ IуэрыIуатэр зэхуэзыхьэсыж, КъБР-м и цIыхубэ артист Думэныщ Iэулэдин. Нэхъ жылагъуэшхуэхэм щолажьэ Адыгэ Хасэхэр.
Я лъэпкъыбзэмрэ хабзэхэмрэ ящIэж абазэ, шэшэн мухьэжырхэми. Абыхэмрэ адыгэхэмрэ пщIэ зэхуащIу, ныбжьэгъугъэ быдэ зэхуаIэу зэдопсэу. ГуфIэгъуэ щаIэми, гузэвэгъуэм дежи зэрогъуэт, зыр зым дэIэпыкъуэгъу хуохъу. Зэгъусэу гугъуехьхэм япэщIэувэу, я сэбэп зыхэлъхэр яхъумэу нобэм къэсащ.
Куэд щIакъым дэ а щIыналъэ пхыдзам дыкIуэ зэрыхъурэ. Дэ ди нэгу щIэкIащ иджырей зыужьыныгъэр ауэ жыжьэуи здынэмыса адыгэ, шэшэн, абазэ къуажэхэр, депсэлъылIащ абыхэм щыпсэухэм. Ноби абыхэм я гущIэм щагъафIэ я адэхэм, адэшхуэхэм я Хэкужьым - Кавказым - къыхуаIэу щыта лъагъуныгъэр.
1992 гъэм Узун-Яйлам щыхьэщIащ «Бжьамий» уэрэджыIакIуэ гупыр, къыкIэлъыкIуэ илъэсым - «Кабардинка» къэрал ансамблыр, Къэбэрдей къэрал театрыр. Абыхэм куэд яхузэфIэкIащ адыгэ хэхэсхэр къэгъэушынымкIэ, адэжь хэкумкIэ къаплъэ щIынымкIэ.
Къайсэр вилайетым хиубыдэ адыгэ, абазэ, шэшэн жылагъуэхэм зи хэкур зыбгынахэм я щIэблэу мин 40 хуэдиз щопсэу. Абыхэм я процент 66,7-р къэбэрдей адыгэщ, 21,1-р - хьэтыкъуей, абэзэхэ адыгэщ, 7,6-р - абазэщ, 4,6-р - шэшэнщ. Къайсэр къалэм адыгэу, абазэу мин 37-м нэблагъэ дэсщ. Километри 105-кIэ Къайсэр пэжыжьэ Пынарбаш къалэм цIыху мин 15 щопсэу. Абы и нэхъыбэр адыгэщ. А къалэ цIыкIум и лъабжьэр зыгъэтIылъари ахэращ. Хьэзей - аращ абы адыгэхэр зэреджэр. Тыркум щыIэ Къэбэрдеишхуэм и къуажэ нэхъ ин дыдэр Юкариборандерещ (Елъыхъуей). Абы нобэ адыгэ 1400-рэ щопсэу.
А щIыпIэм щыIэ адыгэ къуажэхэм щыгъуазэ фахуэсщIын и пэ къихуэу, сыхуейт фIыщIэшхуэ яхуэсщIыну ар убзыхунымкIэ къыздэIэпыкъуахэм. Ахэр Узун-Яйлам щыщхэу Сэбаншы Назым, Шыгъэлыгъуэ Мэжид, Къущхьэ Догъан, Есэн Сейфудин, Шыкъ Мухьэмэд сымэ, апхуэдэу Къэбэрдейм къэзыгъэзэжахэу Ансыкъуэ Зулъфикъаррэ Бланэмыхь Фэхьмирэ.
Тыркум щыIэ Къэбэрдеишхуэм и щIыналъэр километр зэбгъузэнатIэ мини 10 мэхъу. КъалэцIэхэмрэ къуажэцIэхэмрэ тыркубзэкIэ стхащ, абы дэщIыгъущ а жылагъуэхэм адыгэхэмрэ абазэхэмрэ зэреджэр, скобкэм дэтщ цIыхуу щыпсэум я бжыгъэр. Ахэр сэ къисхыжащ Мухъсин Субаши и тхылъ «Къайсэр и блэкIамрэ и нобэмрэ» жыхуиIэм, 1986 гъэм «Орнек Китабеви» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIам.
КЪЭБЭРДЕЙ ЖЫЛАГЪУЭХЭР:
1. Киличмехмет - Къылышбийхьэблэ (цIыху 440-рэ).
2. Карабогаз - Аслъэнхьэблэ (435).
3. Юкарикарабогаз - Мэкэрхьэблэ (509).
4. Ашагикарагёз - Хъуэстхьэблэ (381).
5. Гебелек - Къуэтхьэлей (396) .
6. Ашагиборандере - Жамботей (къуажэм адыгэу 181-рэ, апхуэдиз дыдэ шэшэну щопсэу).
7. Юкариборандере - Елъыхъуей (1240).
8. Эскияссыпинар - Щэныбей (169).
9. Яглыпинар - Жэрыщтей (270).
10. Халитбейорен - Къунашей (159).
11. Ашагикизилчевлик - МэкIэней (322).
12. Аламесджит - ЛIыгъурхьэблэ (124).
13. Юкарикизилчевлик - ЛъыщIэжхьэблэ (221).
14. Ташолук - ХьэпащIей (125).
15. Хильмие - Бешкъэзакъхьэблэ (464).
16. Енияссипинар - Жаныкъуей (169)
17. Тахтакопру - КIурашынхьэблэ (236).
18. Учпинар - ХьэтIохъущыкъуей ЦIыкIу е Алъэсчырей (212).
19. Яхьябей - ХьэтIохъущыкъуеижь (465).
20. Ореншехир - Къундетей (348).
21. Шерефийе - Астемырей (266).
22. Кирбагалык - ШыкIэбахъуей (247).
23. Саджаяги - Щхьэлыкъуэ (256)
24. Ташлигеджит - Тэхъухьэблэ (117).
25. Киркпиyнр - Сасыкъхьэблэ (147).
26. Каракую - Къундетей (497).
27. Похренк - Жамботей ЦIыкIу (451).
28. Карахалка - Къундетейрэ Мэртэзейуэ зэхэсщ (237).
29. Марашли - Къундетей (261).
30. Узунпинар - Къундетейрэ Инарыкъуейуэ зэхэсщ (504).
31. Дикилиташ - Къундетей (372).
32. Кафтангиен - Анзорей (383).
33. Метие - Мударей (666).
34. Ашагихиюк - Бабыгуей (197).
35. Чамурлу - ХьэпцIей (114),
36. Тилкихиюк - Къуэгъулъкъуей (205).
37. Пазарсу - Анзорей (196).
38. Хейрие - Жамырзей (315).
39. Юкарибейчайир - Маргъущей (202).
40. Киркгечит - Жыгеикъуэхьэблэ (197).
ХЬЭТЫКЪУЕЙ ЖЫЛАГЪУЭХЭР:
1. Кайнар (1001)
2. Капаклипинар - адыгэхэм я гъусэу тыркухэри щопсэу (адыгэу - 231).
3. Малаккой (731).
4. Бесерек (376).
5. Кавак (209)
6. Чукурюрт (177).
7. Терсакан - Лакъхьэблэ (297).
8. Инлиорен - Хьэусей (370).
9. Согутлу е Черкессогутлу (162).
10. Джинлиорен - Ныбэрнэгъуей (148).
11. Демирджиорен - Хьэжы-Исхьэкъ и къуажэ (200).
12. Айгормез - Хъытхьэблэ (95).
13. Деведереги - Дыгъужьхьэблэ е ПэтсейцIыкIу (108).
14. Акорен - Пэтсей (314).
15. Кушчулар е Черкескушчу (152).
16. Пазарорен (1405).
АБЭЗЭХЭ ЖЫЛАГЪУЭ
1. Панли (583).
АБАЗЭ ЖЫЛАГЪУЭХЭР:
1. Бююкпотуклу - Исмелкыт (438).
2. Енитокуклу - Исмелкыт (339).
3. Алтикесек - Ло къуажэ (475).
4. Казанджик - Башылбий (348).
5. Енияпан - Сидкыт (42).
6. Караджаорен (418).
7. Демирбога (92).
8. Тавладере (129)
9. Эгрисогют (64).
КъэбэрдеишхуэкIэ зэджэ щIыпIэм хиубыдэ адыгэ къуажэхэр Къайсэр, Сивас, Мараш вилайетхэм (областхэм) хохьэ. Сивасым апхуэдэу щыIэхэщ Къуэгъулъкъуей, ХьэпцIей, Бабыгуей адыгэ къуажэхэр.
ХимиемкIэ езыгъаджэ Амщыкъуэ Тэжеддин къызэрызжиIамкIэ, езыр зыщыщ Къуэгъулъкъуейм дэса унагъуэ 45-м щыщу нобэ къыдэнэжар унагъуи 5 къудейщ. ЩIэныгъэ, IэщIагъэ зэзыгъэгъуэта ныбжьыщIэхэр лэжьапIэ хуей мэхъу, нэгъуэщI къэралхэм куэд мэIэпхъуэ.
Къуэгъулъкъуейм щыпсэуащ Срыкъуэхэ, Тхьэзэплъхэ, ФIыцIэжьхэ, ХьэщIэлIхэ, Щоджэнхэ, МаскIэхэ, Къанкъуэщхэ, Бланэмыхьхэ, Амщыкъуэхэ.
ХьэпцIей жылагъуэм и Iуэхур узэхъуэпсэнкъым. Иджыпсту абы щыпсэужыр адыгэ унагъуи 9 къудейщ. Мис ахэр: Къандурхэ, Тапхэ, Щамырзэхэ, Ансыкъуэхэ, Бэхъунэхэ, Берычэтхэ, Къущхьэбийхэ, Бэгъуэтхэ, Сейнхэ.
Iэпхъуэшэпхъуэныр нэхъ зылъэмыIэсахэм ящыщщ Узун-Яйла (Бгы КIыхьхэр) щIыпIэм щыIэ адыгэ къуажэхэр. А жылагъуэхэм къыдэкIащ Тырку псом щыцIэрыIуэ еджагъэшхуэхэр, IэщIагъэлIхэр, дзэ къулыкъущIэхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр. Узун-Яйлам къикIа цIыху цIэрыIуэ куэд иджыпсту щолажьэ Истамбыл, Анкара, Измир, Къайсэр, нэгъуэщI къалэшхуэхэми. Къэбгъэлъэгъуэну ирикъунщ Тыркум фIыуэ къыщацIыху щIэныгъэлI, юриспруденцэмкIэ профессор, Истамбыл университетым щезыгъэджа Думэныщ Хъейри.
Сэ абы мызэ-мытIэу сыIущIащ, тхылъ зыбжани тыгъэ къысхуищIащ. Думэныщым адыгэбзэ дахэ Iурылъщ, лъэпкъым и хабзэр, тхыдэр фIыуэ ещIэ. Уэчыл хъуну студентхэр абы и тхыгъэмкIэ къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щоджэ.
Хьэмшэрий жылагъуэхэр къызэтIысэкIа Метие (Мударей) къуажэм нэхъапэм адыгэ унагъуи 120-рэ щыпсэууэ щытащ. Иджыпстуи абы унагъуэ 70 къыдэнащ. Мис абыхэм я унэцIэхэр: Дыджэш, Куэший, Быф, Жанхъуэт, Къардэн, ХьэщIэуэд, Таучэл, Хьэшокъ, Хьэмгъуокъу, Нэзэр, Цыгъум, Мэрзей, Вэрокъуэ, Ныбэжь, Шыбзыхъуэ, Журт, Бадзэ, Шэт, ДыщэкI, Щокъал, Хьэжмуд, Щоджэн, Мэремкъул, Лъостэн.
Метие къуажэм километрийкIэ фIэкI пэжыжьэкъым Кафтангиен (Анзорей) жылагъуэр. Абыи адыгэ унагъуэ 72-рэ щопсэу: Шопархэ, Къумыкъухэ, Тэхъухэ, Зэпышэхэ, Макъейхэ, Къардэнхэ, Сосмакъхэ, Хьэххэ, Дзэгъащтэхэ, Тхьэмбылмышххэ, КIыщийхэ, Мамхэгъхэ.
А Анзорейм километриплIкIэ пэIэщIэу къыщысщ етIуанэ Анзорейри (Пазарсу). Мыбы фэ фыщыхуэзэнущ Тэхъу, Танокъуэ, Кыл, Дыкъынэ, ХьэжтIиш, Адэжэ, Бырс, Борсэ, Мэрзей, Алътуд, Нэгъуей, Пщыншэ, ГъукIэпщокъуэ, Мэремкъул унэцIэхэм. Псори зэхэту адыгэ унагъуэ 30 щопсэу Пазарсу къуажэм.
Ташлигеджит (Тэхъухьэблэ) зэрыхъур унагъуэ 15 къудейщ. Абы дэсщ Тэхъухэ, Къанжэхэ, ШкIэжьхэ, Нэхущхэ, Зэпышэхэ.
Метие къуажэм пэгъунэгъущ Ореншехир (Къундетей) жылэри. А тIум я зэхуакум дэлъыр километр 12 къудейщ. Мыбы ущрихьэлIэнущ Думэн, Хьэшыр, Хьэтхьэлэ, КIуэкIуэ, Нэгъуей, ЖьакIэ, Алътудокъуэ, ДыщэкI, Цыгъум, Мэш, ШыкIэбахъуэ, МэшылI унэцIэхэм.
Каракуюи КъундетейкIэ йоджэ. Мыбы щопсэу Шэджэмхэ, Жэнакъхэ, ФIэщмыхъухэ, Кхъуэжьхэ, ФэрэкIхэ, Абазэхэ, Нэгъуейхэ, Уэрдымхэ, Хьэжбэвыкъуэхэ, Науржанхэ, ЛIыгуащIэхэ, Дыдухэ, ШкIэжьхэ, Тхьэзэплъхэ, Жэбагъыхэ, Пщынокъуэхэ, Къашыргъэхэ.
Кирбагалык (ШыкIэбахъуей) гушыIэурэ «Хьэндыркъуакъуэ жылэкIэ» йоджэ. Къуажэм адыгэ унагъуэ 30 дэсщ - Мэзыхьэхэ, Щоджэнхэ, Молэхэ, Бэлагъыжьхэ, МэзыкIуэхэ, КIэдыкIуейхэ, ШыкIэбахъуэхэ.
Саджаяги (Щхьэлыкъуэ) къуажэм 1973 гъэ лъандэрэ адыгэу цIыхуи 122-рэ дэIэпхъукIащ. ЛэжьапIэ лъыхъуэу ноби куэд докI абы. ЗэкIэ адыгэ унагъуэу 38-рэ къыдэнащ: БжыкIшийхэ, ЛIупхэ, Щоджэнхэ, Уэрдымхэ, Нэгъуейхэ, Молэхэ, ГъукIэпщокъуэхэ, Iэрымбэджхэ, Щолэхъухэ, Дэбагъуэхэ, Къумэлхэ, Гъыдзэхэ, Мэрзейхэ, Хьэданхэ, Мэремыкъуэхэ, Iэрыпщэхэ, Хьэлышххэ, Дзэмыхьхэ, Iэпсэхэ.
Саджаяги щыпсэу адыгэхэм ящыщу 32-м щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ. Мыри гъэщIэгъуэнщ: а къуажэм дэса бзылъхугъэхэм зы закъуэщ къахэкIар иужьрей илъэси 130-м къриубыдэу тырку щхьэгъусэ ищIауэ.
Учпинар (ХьэтIохъущыкъуей ЦIыкIу) унагъуэ 35-рэ, адыгэу 212-рэ щопсэу. Ахэр ящыщщ Агуей, Алъэсчыр, Быж, Мэкэр, Мэкъуауэ, Гъабэ, Къанэмэт, Думэн, Бланэмыхь лъэпкъхэм.
Киркпинар - Сасыкъхьэблэ - унагъуэ 26-рэ мэхъу. Адыгэу 147-рэ щопсэу, Джазэхэ, Лъостэнхэ, Къущхьэхэ, Абазэхэ, КIэдыкIуейхэ, ЖейкIыхьхэ, Къардэнхэ, Дыщокъуэхэ, Сасыкъхэ, Хьэмащэхэ, ГуицIэхэ ящыщхэу.
Енияссипинар (Жаныкъуей) къуажэм зауэлI хахуэхэм я лъахэкIэ йоджэ. Мы жылэм щыщу адыгэ щIалэ 16-м, хахуагъэ ин къагъэлъагъуэу я щхьэр щагъэтIылъащ Къарс деж щекIуэкIа зауэм. Жаныкъуейхэр ящыщщ нэхъ иужькIэ Кавказыр зыбгынахэм. Ахэр Тыркум щыкIуар 1898 гъэрщ. Къуажэм иджыпсту адыгэу 169-рэ щопсэу. Ахэр зыщыщ лъэпкъхэр: Сэбаншы, КIэрэф, Къардэн, Урыс, БжьыхьэлI, Шурдым, Сэбанокъуэ, Щынахъуэ, Нэхущ, Есэнокъуэ, Хэкужь, Шыгъэлыгъуэ, Тогъуз, МыкIуэф, Къанщауэ, Пхъэлъакъуэ, Джыдэцым, Бекъул, Шыгъушэ, Тату, Абазэ, Хъуэшджэлды, ПIытIэш, Кхъуэнэ, Жаныкъуэ, Ашэбокъуэ, Ибаш, Гъуо.
Енияссипинар щыщу цIыху 60-м университет къаухащ. Жылэм дэс дэтхэнэ унагъуэми щIы гектар пщIырыпщI яIыгъщ. Жаныкъуейм къытепщIыкIыжащ ЩIэжьыкъуей къуажэри.
ТIыгуэ ФуIэд
Шурдым Ихьсан
Бжьэдыгъу къуажэ Уадисир.
ХьэтIохъущыкъуейм и уэрам.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "873.txt"
} |
Азие Курытыр къэзыгъэIурыщIа Къумыкъу Виктор
Ди лъахэгъу Къумыкъу Виктор, нэхъапэм зэи къэмыхъуауэ, Караганда и «Шахтёр»-р Къэзахъстаным щынэхъ лъэщ дыдэ ищIащ икIи Европэм и Чемпионхэм я лигэмрэ УЕФА-м и кубокымрэ ехъулIэныгъэкIэ щигъэджэгуащ. КъищынэмыщIауэ, Азие Курытым и командэ куэдым я тренер нэхъыщхьэу щытащ икIи лъагапIэщIэхэр къаригъэщтащ. 2011-2013 гъэхэм Къэзахъстаным и тренер нэхъыфIу къалъытащ, а къэралым и командэ къыхэхар зыгъэсахэм яхэтащ.
Къумыкъу Виктор 1963 гъэм Налшык къыщалъхуащ икIи и гъащIэ псокIэ IэщIагъэ хуэхъуну топджэгум зыщыхуигъэсари, япэ лъэбакъуэхэр щыхичари аращ. ЗэфIэкI лъагэ зиIэ гъуащхьэтет щIалэм пасэу гу къылъатащ икIи 1982 гъэм Волгоград и «Ротор»-м ирагъэблэгъащ. А лъэхъэнэм Совет Союзым и япэ лигэм ар щыджэгуащ.
Илъэситху дэкIри, Налшык и «Спартак»-м хагъэхьащ. АрщхьэкIэ мыгувэу фэбжь хьэлъэ игъуэтри къыхэкIыжащ. Абы щыгъуэми Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэр IэщIыб ищIакъым. Зэман дэкIри, 1996-1998 гъэхэм и тренер нэхъыщхьэу къигъэзэжащ. Къумыкъум и унафэм щIэту налшыкдэсхэм зэIущIи 193-рэ ирагъэкIуэкIащ, ауэ, дауи, гум нэхъ къинар япэ дыдэращ.
… Илъэс зыбжанэ хъуауэ етIуанэ лигэм къыхэмыкIыф Налшык и «Спартак»-р, икIэм-икIэжым зыхэта гупым япэ увыпIэр къыщихьри, ищхьэкIэ драгъэкIуэтеят. Абы щыгъуэм командэм и тренер нэхъыщхьэу щыта Синицын Борис къилъытащ иджыри къэс гупым и щIэгъэкъуэну щытахэу Исаев Щамил, Гъубж Вячеслав, Кугъуэт Эдуард, Доткъул Владимир сымэ япэ лигэм декIуу зыкъыщагъэлъэгъуэну я ныбжькIэ пэмылъэщыжыну. Дауи, ар псалъамакъышхуэ къызэрыкIа Iуэхущ. Апхуэдэу щыхъум Синицыныр и къулыкъум трагъэкIащ, арщхьэкIэ щIалэхэми къагъэзэжакъым. Налшык и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэр къыхэхын хуейт. Ар хуэфащэу къалъытащ гъэсэныгъэм бгъэдыхьэкIэ щIэщыгъуэ хузиIэ Къумыкъу Виктор.
1996 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 7-м Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ лигэм зэхьэзэхуэр къыщызэIуахащ. А махуэм ди командэм Налшык къыщригъэблэгъат Нижнекамск и «Нефтехимик»-р. ЦIыху мин пщыкIущ къызрихьэлIа зэIущIэр Налшык и «Спартак»-м и текIуэныгъэкIэ, 2:1-уэ, иухащ. Ар гупым и тренер нэхъыщхьэ Къумыкъу Виктор и щIэдзапIэ дахэт. Махуищ дэкIри, Ижевск и «Газовик-Газпром»-ри 2:0-у хагъэщIащ. А гъэм Къумыкъум и гъэсэнхэм зэхьэзэхуэм ебгъуанэ увыпIэр къыщахьащ, тIощIрэ тIум ящыщу.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсым абыкIи арэзы зэрымыхъуныр икIи ипэкIэ кIуэтэн зэрыхуейр жиIащ зэхьэзэхуэ нэужьым тренер щIалэщIэм. ИкIи ар зригъэхъулIэфащ - 1997 гъэр Налшык и «Спартак»-м иухащ еплIанэ увыпIэм щыту.
Упэплъэ хъунут адэкIи гупыр ефIэкIуэну. АрщхьэкIэ 1998 гъэр абыи тренер нэхъыщхьэ Къумыкъу Виктори яхуэфIакъым. Зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэм Чита къикIа «Локомотив»-р щыхагъащIэри, къыкIэлъыкIуа джэгугъуэ пщыкIутIым зыми щытекIуэфакъым. Ар, дауи, къыхуадакъым икIи, зэрахабзэу, тренер нэхъыщхьэр яхъуэжащ.
ФIыуэ илъэгъуа IэщIагъэм ирилэжьэфын папщIэ Къумыкъур 2000 гъэхэм и пэщIэдзэм Азие Курытым къыщыхутащ. Семипалатинск и «Елимай»-м, Какшетау и «Есиль»-м, Кызыл-Орда и «Кайсар»-м и тренер нэхъыщхьэу щытащ. ЗэIущIэхэм ящыщ зым Виктор и гъэсэнхэм судьям хуабжьу лей къыщыкIэлъызэрихьэрти, гупыр джэгупIэ губгъуэм къришыжащ. Ар, дауи, къыхуагъэгъуакъым икIи, и къулыкъум трагъэкIри, пIалъэ гуэркIэ Къэзахъстаным щылэжьэну хуимыту къыхуагъэуващ.
ИлъэситIкIэ зы команди игъэсакъым Къумыкъум. Абы щыгъуэми Iэмал игъуэтащ гупсэхуу и щIэныгъэм хигъэхъуэну, адрейхэм Iуэхур зэрыщызэтраублэм кIэлъыплъыну. Ар дапхуэдэу къехъулIами къигъэлъэгъуащ Узбекистаным зэрыщыIа къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм. Къапщтэмэ, зэи къэмыхъуауэ, абы и унафэм щIэту «Машал»-мрэ «Насаф»-мрэ медалхэр зыхуагъэфащэ увыпIэхэр я къэралым къыщахьащ, кубокым и финалым щыджэгуащ, Азием и Чемпионхэм я лигэм хэтащ.
Къумыкъу Виктор Узбекистаным щиIа ехъулIэныгъэхэм гу щылъамытэу къэнакъым нэхъапэм щылэжьа Къэзахъстанми. Караганда щIыналъэм и аким (Iэтащхьэ) Ахметов Серик ар 2010 гъэм и кIэухым иригъэблэгъащ икIи зыхуеину псори хуищIэну къигъэгугъащ, я «Шахтёр» командэр къэралым и чемпион ищIрэ, дунейпсо утыку иришэфмэ.
Курыт зэфIэкI фIэкIа Къэзахъстаным щызимыIэу щыта Караганда и «Шахтёр»-р нэхъапэм Налшык и «Спартак»-м щыджэгуа икIи зи тренер нэхъыщхьэу щыта Къумыкъу Виктор зэман кIэщIым къриубыдэу пашэ ищIащ. Зэи къэмыхъуауэ, 2011 гъэм ар къэралым и чемпион хъуащ. КъыкIэлъыкIуа илъэсми а ехъулIэныгъэ иным къытригъэзэжащ. Арати, адыгэ щIалэм и гъэсэнхэм европэпсо утыку ихьэну Iэмал ягъуэтащ (Къэзахъстаныр Европэм и Футбол Зэгухьэныгъэм (УЕФА-м) хэтщ). 2012 гъэм Чемпионхэм я лигэм хэтынухэр къызэрыхах зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэм фIэкIыфакъым. ЗакъригъэщIащ апхуэдэ Iэзагъ иджыри зэрабгъэдэмылъым.
КъыкIэлъыкIуа илъэсым щIэзыдза зэхьэзэхуэм «Шахтёр»-м и цIэр фIыкIэ Европэм щыжригъэIащ. Чемпионхэм я лигэм и гуп зэпеуэхэм хэтынухэр къыщыхах зэIущIэхэм абы япэу хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуа Белоруссием и «БАТЭ» командэм илъэситI ипэкIэ псори зригъэплъыжауэ щытащ, Мюнхен и «Бавария»-р и стадионым щыхигъащIэри. ГурыIуэгъуэт ар ныкъуэкъуэгъу лъэщу зэрыщытыр. АрщхьэкIэ Къумыкъум и гъэсэнхэр абы къигъэдзыхакъым икIи Чемпионхэм я лигэм къызэрыхах и етIуанэ Iыхьэм хыхьэ зэIущIитIми «БАТЭ»-р бжыгъэ зэщхьэкIэ, 1:0-у, щыхигъащIэри адэкIэ кIуэтащ. КъыкIэлъыкIуэу «Шахтёр»-м хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуащ Баку и «Нефтчи»-м ефIэкIа Албанием и «Скендербеу» командэр. Ари ирагъэкIуэтэкIри, Къумыкъум и гъэсэнхэр Шотландием и «Селтик»-м пэщIэхуащ. Абы щытекIуэр Чемпионхэм я лигэм и гуп зэхьэзэхуэм кIуэнут икIи ягъуэтыну пщIэмрэ щIыхьымрэ къищынэмыщIауэ, доллар мелуанхэр къахэхъуэнут.
Караганда щекIуэкIа япэ зэIущIэр «Шахтёр»-м 2:0-у къызэрихьар псоми яфIэтелъыджэт. Куэдым къащыхъуат таурыхъым хэту. АрщхьэкIэ тхьэмахуэ дэкIри, щIылъэм къеувэхыжащ - «Селтик»-м Глазго игъэзэжа иужькIэ Къэзахъстаным икIахэр 3:0-у хигъэщIэжри, адэкIэ кIуэтащ. АрщхьэкIэ «Шахтёр»-р европэпсо утыку абы щхьэкIэ икIакъым. УЕФА-м и кубокым щIэбэнурэ абы ехъулIэныгъэ зыбжанэ а илъэсым зыIэригъэхьащ. А псори иджыри къэс Къэзахъстаным зэи щамылъэгъуа Iуэхугъуэ инт.
Дауи, Къумыкъу Виктор и пщIэр абыхэм лъагэу яIэтащ. Къэзахъстаным футболымкIэ и лигэ нэхъыщхьэм хэт командэхэм я капитанхэм, тренер нэхъыщхьэхэм, IэщIагъэлIхэм, ветеранхэм, журналистхэм я деж щрагъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэхэм 2011, 2012, 2013 гъэхэм Илъэсым и тренер нэхъыщхьэ нэхъыфI дыдэу къыщалъытащ, зи унафэм щIэту а лъэхъэнэм къэралым и чемпион тIэунейрэ хъууэ европэпсо утыку лъэ быдэкIэ ихьа Караганда и «Шахтёр»-м и пашэ Къумыкъу Виктор. Къэзахъстаным и футболист нэхъыфI хъуащ ди лъахэгъум и гъэсэнхэм ящыщ зы Кукеев Жамбыл.
Къумыкъу Виктор и лъэщыгъуэм езыр топджэгум хэзыша «Спартак-Налшыкым» и Iуэхухэр Урысей Федерацэм и премьер-лигэм щызэIыхьэу хуежьащ. Абы зыкъомрэ и тренер нэхъыщхьэу щыта Красножан Юрэ Мэзкуу и «Локомотив»-м яша иужькIэ, дыщыгугъат ар кърагъэблэгъэжыну. Езыри абы щIэхъуэпсырт. АрщхьэкIэ апхуэдэу къэхъуакъым икIи ди командэм премьер-лигэри, къыкIэлъыкIуэу япэ дивизионри зэкIэлъхьэужьу ибгынауэ, иджы етIуанэ дивизионым щыкурытщ.
И унагъуэр здэщыIэ Налшык къэкIуэжауэ Къумыкъу Виктор 2011 гъэм и кIэухым депсэлъат. Куэдым иджыри ар яфIэхьэлэмэт хъуну къытщохъу:
- Виктор, Налшык и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэу ущыта иужькIэ, илъэс зыбжанэ хъуауэ Азие Курытым ущолажьэ. Уесэжа?
- Ди IэнатIэр зэпэубыдащи, куэд къызэхэткIухьын хуей мэхъу. Къапщтэмэ, си IэщIагъэмкIэ сыщылэжьэфыну Налшык зы щIыпIэ закъуэ щыIэу аращ. Азие Курытым сыщыкIуам япэщIыкIэ, дауи, къызэхьэлъэкIащ. АрщхьэкIэ ди псэукIэр, хьэл-щэныр зыкъомкIэ зэрызэтехуэм и фIыгъэкIэ Къэзахъстанми Узбекистанми псынщIэу сащыхэзэгъащ.
- Урысеймрэ Къэзахъстанымрэ я футболхэм я щытыкIэр пхузэгъэпщэну?
- Япэу сыщыкIуа 2000-2004 гъэхэм зэщхьэщыкIыныгъэр хуабжьу инт. ИужькIэ Къэзахъстаным и командэхэр УЕФА-м хыхьэщ, Европэм щыджэгу хъури, хэпщIыкIыу хагъэхъуащ. Абы щыгъуэми мылъкукIэ я зэфIэкIыр Урысейм куэдкIэ иджыри къыкIэроху. Иджыпсту зи тренер нэхъыщхьэу сылажьэ «Шахтёр»-р УФ-м и премьер-лигэм икухэм щытыфынут. Ди гупым хэтщ Къэзахъстаным и командэ къыхэхам щыджэгуу футболистих, Литвам, Босниемрэ Герцоговинэмрэ я щIыхьхэр зыхъумэхэр. Ахэр зэфIэкI лъагэ зиIэхэщ.
- Тренерхэр тэмэму лэжьэну Iэмал щыIэ?
- Урысейм къыщахьымрэ мыбы щагъэув улахуэмрэ хэпщIыкIыу зэрызэщхьэщыкIым и гугъу умыщIмэ, адрей псори зэхуэдэщ. Абы щыгъуэми, илъэс зытхух и пэкIэ Узбекистаным «Футболым и IуэхукIэ» закон къыщащтэри, командэ псоми налогхэмрэ пошлинэхэмрэ щхьэщахащ. Арати, спонсорхэр куэду къыкъуэкIащ, стадионыщIэхэр яухуэу хуежьащ. Илъэс зытIу дэкIри, хамэ къэрал футболист, тренер лъэщхэр кърагъэблагъэ хъуащ. КърикIуари нэрылъагъущ - Узбекистаным и командэ къыхэхахэри абы и клубхэри Азием щынэхъ лъэщхэм ящыщ зыщ.
- Азие Курытым ущылэжьа илъэсхэм уи унагъуэр Налшык щыпсэуа?
- НтIэ. Илъэсым къриубыдэу зыбжанэрэ си щхьэгъусэр ныскIэлъокIуэ е сэ сыкъокIуэж.
- Уи къуэхэм футболым пыщIэныгъэ гуэр хуаIэ?
- Нэхъыжьыр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и юрист къудамэр фIы дыдэу къиухауэ, Инджылызым щыIэ Брэдфорд университетым щоджэ. Ар футболисткъым, ауэ и IэщIагъэр спортымрэ туризмэмрэ епхащ. Курытымрэ нэхъыщIэмрэ «Спартак-Налшыкым» и щIалэгъуалэ гупым хэтщ: Артур гъуащхьэтетщ, блэкIа зэхьэзэхуэр бэджэнду Ингушым и «Ангушт»-м щигъэкIуащ; Алим гъуащхьэхъумэныкъуэщ, гупым и капитанщ.
- Нэгъабэ «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэр къыщыхахым уи цIэри къраIуащ.
- Пэжщ, зыщIыпIэхэм щытепсэлъыхьауэ къыщIэкIынщ, арщхьэкIэ официальнэу зыми зыкъысхуигъэзакъым. Зыкъом щIауэ псалъэмакъхэр йокIуэкI, арщхьэкIэ абы зыри фIэкIакъым. Дауи, сыхуейт си унэм нэхъ пэгъунэгъуу сылэжьэну, ауэ дэнэ? Урысей Федерацэми абы и адрыщIкIи тренер куэд щыIэнатIэншэщ. Аращи, къыщыпхуей, пщIэ къыщыпхуащI, Iэмалхэр къыщыпхузэрагъэпэщ щIыпIэращ ущылажьэр.
- «Спартак-Налшыкым» и джэгукIэм укIэлъыплърэ?
- Шэч хэмылъу. ЩIымахуэ кIуам зэгъусэу Тыркум дыщыIащ икIи «Шахтёр»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» зы хьэщIэщым дыщIэсащ. Абы щыгъуэм къызгурыIуат командэм и унафэщIхэмрэ футболистхэмрэ зэгурыIуэныгъэшхуэ яку зэрыдэмылъыр (Ташуев Сергей тренер нэхъыщхьэу щыщытаращ - Ж.З.). Арагъэнущ мыгъэрей зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэр къащIемыхъулIари. Апхуэдэу щыт пэтми, «Спартак-Налшыкыр» щытыкIэ гугъум къикIыну икIи премьер-лигэм къыхэнэну сыщIохъуэпс. Армырамэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым футболыр щехуэхыжынущ. Ар къэмыхъун папщIэ иджыпсту къару псори зэщIагъэуIуэмэ нэхъыфIщ, иужькIэ уIэбамэ улъэIэсыжынукъым.
Илъэсий ипэкIэ Къумыкъу Виктор къыджиIам куэд дэмыкIыу дытеIэбащ. Премьер-лигэм 2012 гъэм къыхагъэкIыжа иужькIэ «Спартак-Налшыкыр» куууэ ехуэхащ икIи нобэр къыздэсым зыкъыхуэужьыжыркъым. Абы сэбэп къыхуэхъуфыну къыщIэкIынт Азие Курытым илъэс зыбжанэкIэ щылэжьауэ ди щIыпIэм къэзыгъэзэжа тренер цIэрыIуэр.
«Азием Iэмал къызитащ си зэфIэкIыр здынэсыр къэзгъэлъэгъуэну. Абы къыхэкIыу ар фIыуэ солъагъу», - щыжиIащ Къумыкъум и интервьюхэм ящыщ зым. Иджы и чэзущ щалъхуа щIыпIэми къыхуэщхьэпэну - тренер IэщIагъэм и дежкIэ абы и ныбжьым иджыпсту и фIыгъуэ дыдэщ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "874.txt"
} |
Мэрем пшыхь
Мы махуэхэм зи ныбжьыр илъэс 77-рэ ирикъу тхакIуэ, щIэныгъэлI, тхыдэтх, философ Бейтыгъуэн Сэфарбий и жыIэгъуэхэм щыщщ.
Жеиншэ жэщыр тхылъым и махуэщ
♦Цыжьбанэми зы банэ темыт и гугъэщ.
♦Псэмызагъэми щхьэмыгъазэу зилъытэжынущ.
♦Лъэхъэнэ жыжьэм халъхуэну цIыхухэр уахътыншэу дунейм тетынущ.
♦ЩIегъуэжыныр куэдрэкъым - узэхъуажэм тегушхуи аращ.
♦Делэм зыдигъэшурэ губзыгъэм IумпIафIэ ещI.
♦Уишрэ уи фызрэ уи дзыхь иумыгъэз жызыIам и щхьэр къыщыгъупщащ.
♦ЗэхуащIахэр зэзыхъуэныжхэр сыт щыгъуи зэбийуэ къыщIедз.
♦Гъуэгу пхэнжым теувэр нэхъ захуэм ирикIуэу къыфIэщIынущ.
♦Тыншыгъуэ лъыхъуэр гугъуехьым пэщIохуэ.
♦И мыхьэнэм щIимыгъуу икIи кIэрымыхуу зыщIэ щыIэу пIэрэ?
♦Факъырэ гупым бжьыпэр ныбэизым щиIыгъщ.
♦Щхъухьпсыхьым и къалэныр щытхъумкIэ зэфIокI.
♦ЦIыхубз псалъэм и мыхьэнэмкIэ узэупщIынури цIыхубзщ.
♦Губзыгъэр делэм щехъуэжэни щыIэщ.
♦Къэралым и щIыхьыр цIыхубэм пщIэуэ хуащIым хуэдизщ.
♦Быныр адэ-анэм едаIуэр содэ, езы тIур узэдэIуэн хуэдэмэ.
♦Жеиншэ жэщыр тхылъым и махуэщ.
♦Уи лъэпкъкIи уи щхьэкIи укъызыхэкIар умыгъэикIэ, щытхъу мышыукIи умыцIалэ.
♦ПцIым и лъабжьэр пэжщ.
♦Псэр гугъэнымрэ къэпцIэнымрэ хуэгъэпсащ.
♦ГукIэ жаIэмкIэ псори зэщхьщ.
♦Жьгъейм и уасэр сатум ещIэ.
♦ФIы зыщIэр нэхъыбэм щIогъуэж.
♦Ахърэтым нэсахэми хуопсалъэ.
♦ЖэнэткIэ гугъэри, жыхьэнмэм щыщтэри къопцIэр.
♦Илъэсищэхэр гъуэбжэгъуэщу мэбзэх.
♦Гъуэгу хьэзырым ирикIуэри, IэпэкIэ зэрашэри зэщхьщ.
♦Бегъымбархэр къоунэху - къуохьэж, цIыху цIыкIухэр - къалъху мэлIэж.
♦Щыблэм щхьэ фIэткъым.
♦ЛъэхъуэмбыщIэм зытумыгъэгусэ - фIыщIэ жыгыу аращ щыIэр.
♦Сыт къысфIащми, пцIымрэ емрэ си IупэфIэгъуу щытауэ жаIэнкъым.
♦Езыр-езыру зэфIыхьэр иужь уихьэкIэ зэфIэкIыркъым.
♦ПэжкIэ гуэныхь къахь, пцIыкIэ псапэ ящIэ.
♦Нэм бжэгъуу къыщIэуэм нэр пэрыуэркъым.
♦Псэ пцIанэр фэбжь зытехуа Iэпэм хуэдэщ - дэнэкIэ зимыгъазэми зыгуэрым жагъуэу жьэхоуэ.
♦Уи IэкIэ зэIыпщIам зэIыхыж иIэкъым.
♦Зэрыхъун хъуар унэхъуащ.
♦ДелэмкIэ пэжыр IущымкIэ нэпцIщ.
Абазэ таурыхъхэр
Фыхунэзгъэсмэ
ЗЫ ДЖЭДУУЖЬ жьэгум дэсурэ зы дзыгъуэ шыр къыIэрыхьащ, и лъэбжьанэр щыхиукIэм, дзыгъуэ шырым зилIэжащ.
- ЗумылIэж, - жиIащ джэдуужьым. - УкъыщIэзубыдар пщIэрэ?
- Сыпшхынурагъэнщ, - мэгъынанэ дзыгъуэ шырыр.
- Усшхынукъым. Усшхыпэнуми, усхуэшхынукъым: сыкъэплъагъуркъэ - дзэ сIутыжкъым, жьы сыхъуащ.
- НтIэ, щхьэ сыкъэбубыда?
- ДжакIуэ усщIынущи аращ укъыщIэзубыдар. КIуэи, дзыгъуэ зэрыбыныр къысхуэшэ: сывэкIужын мурад сщIащ.
Дзыгъуэ шырым и ани, и къуэши, и шыпхъуи, и благъи - хьэблэм дигъуэтар хуишащ джэдуужьым:
- Дишхынукъым, лъапэ къыттрилъхьэнукъым, къыдэкIужын мурад ищIащи, къыдоджэ.
Зэрыгъэгушхуэри, дзыгъуэ зэрыбыныр джэдуужьым деж кIуащ. И нэр зэригъэдзэкIри, джэдуужьыр дзыгъуэхэм къахэплъащ.
- Догуэ, - жиIащ джэдуужьым, - къэпыр щIэвугъуэныр сыт, къэп щхьэпсыр зэпыфшхыкIрэ къэпым илъыр къифхмэ зэфIэкIыркъэ?
- Абы ди акъыл хуэкIуакъым, - жаIащ дзыгъуэхэм. - ДяпэкIэ Iущ дыхъунщ.
- Фыхунэзгъэсмэ! - жери джэдуужьым дзыгъуэхэр зэтриукIащ - хьэблэм зы дзыгъуэ къыдинакъым.
Щхьэж и унэ - бжэнлъакъуэ
ЛIЫ ГУЭРЫМ зыш иIэти, жэщым иутIыпщырт. Жэщ псом хъун кIырым лъакъуащхьэкIэ хэт щхьэкIэ, шыр кIуэ пэтми нэхъ Iей хъурт, пщэдджыжьым зэхэукIауэ къыдыхьэжырт.
«Си шыр зыгуэрым кърехуэкI, сеплъэкIуэнщи, къезыхуэкIыр зэзгъэщIэнщ», - жери мурад ищIащ лIым.
Шыр хъупIэм ириутIыпщхьэри, езыр кIэлъыдэкIащ.
Жэщыбг хъуауэ хъупIэм зы мыщэ, зы дыгъужь, зы бажэ къихьащ, чэзу-чэзууэ шэсурэ шыр кърахуэкIыу щIадзащ. Аркъэн идзри, мыщэри, дыгъужьри, бажэри къиубыдащ.
- Си шым и фэр изыхыр фэраи, - яхуилъащ лIыр,- кIэ фэстынкъэ иджы!
- Сыт къыдэпщIэнур?
- ФызукIынущ - ар ффIэмащIэ?
- ДумыукI, - жаIащ,- дыпхуэупсэнщ.
- Сыт фыкъызэрысхуэупсэнур?
- Жыгей гъуанэ сощIэ, фо изу. Усшэнщи, фор къозгъэхынщ, - жиIащ мыщэм.
- Сэ мэл хъушэ къыпхуэсхунщ, - жиIащ дыгъужьым.
- Сэ скъуэлъ щыIэкъым. СумыукIмэ, сифI зэгуэр уэзгъэкIынкIэ мэхъу, - жиIащ бажэм.
Дыгъужьым мэл хъушэ къыхуихуащ лIым.
Мыщэм лIыр мэзым хишащ, жыгей лъабжьэм щIишэри къриудащ:
- Устхьэлэмэ, фор сэ къысхуэнэжынкъэ, - жери.
- Сыботхьэлапэри, емынэунэ хъун! - къэгужьейри кIиящ лIыр. БлэкIырти, абы и кIий макъыр бажэм зэхихащ.
- Уа, тхьэм и нэфI зыщыхуэн, мыщэр къыпIэщIэмылъэгъуауэ пIэрэ нобэ? - лIым еджащ бажэр.
- КъысIэщIэлъэгъуа дэнэ къэна, си гущIыIу къитIысхьауэ сетхьэлэ! - жиIащ лIым. - КIэ къызитын мурад ищIащ.
- КIэ зратынур езыращ: абы и лъэужьыр щакIуэм къеху. Плъагъумэ, хъыбарыншэ сумыщI: щакIуэм бзэгу хуэсхьыжынурэ IуезгъэпIэнущ, - жиIащ бажэм.
Мыщэм лIыр къыщихуащ:
- «Слъагъуну сыхуейкъым» жыIэ, - жери.
- Слъэгъуакъым, слъагъунуи сыхуейкъым, - жиIащ лIым.
- Уи пащхьэм итыр хэт-тIэ?
- Пхъэ дакъэжьщ.
- Пхъэ дакъэжьмэ, джыдэ къащти, къиуд.
- Къизудмэ, къизудщ, - жери лIым мыщэр IуипIащ.
ЛIымрэ бажэмрэ мыщэм и фэр трахщ, жыг гъуанэм илъ фор зыIэрагъэхьэри - щхьэж и унэ - бжэнлъакъуэ!
Бажэ гуэшыкIэ
МЫЩЭР, дыгъужьыр, бажэр хъуэкIуэщакIуэурэ зы щыхь, зы мэз бжэн, зы тхьэкIумэкIыхь къаIэрыхьащ. Я шхэгъуэ къыщысым, дыгъужьым жиIащ:
- КъэтщэкIуар сэ фхуэзгуэшынщ, дзыхь къысхуэфщIмэ.
- Къытхуэгуэш, - жаIащ.
- Щыхьыр мыщэм лъызогъэс, мэз бжэныр си Iыхьэщ, бажэм тхьэкIумэкIыхьыр хурикъунущ.
Щыхьри, мэз бжэнри, тхьэкIумэкIыхьри яфIишхын мурад иIэти, дыгъужьым и гуэшыкIэр мыщэм игу ирихьакъым: еуэри дыгъужьыр иукIащ.
- Иджы уэ къытхуэгуэш, - жери мыщэр бажэм еплъащ, и нэ зэгъэдзэкIауэ.
- Щыхьыр уи пщэдджыжьышхэщ, мэз бжэныр шэджагъуашхэ пхуэхъунщ, тхьэкIумэкIыхьыр пщыхьэщхьэ пшхынщ.
Ар жери бажэр зыIурыбзаеу мыщэм и пащхьэ итIысхьащ.
- Уи гуэшыкIэр сигу ирохь, хэт абы ухуэзыгъэIущар? - ней-нейуэ еплъащ мыщэр бажэм.
- Уи пащхьэм илъ дыгъужьыжьыращ, - жиIащ бажэм. - Абы епщIар слъэгъуакъэ!
Интернетым дыкъыщоджэ
Нэплъэжыгъуэ
ЛIы гуэр мафIэгум итIысхьащ, илъэс 25-рэ зи ныбжь и къуэр щIыгъуу. ЩIалэр щхьэгъубжэм IутIысхьащ. МафIэгур зэрежьэу, абы и Iэр щхьэгъубжэм дишиикIащ, жьы къызэрыщIихум щыгуфIыкIыу. «Папэ, плъагъурэ жыгыу хъуам дакъытож!» - къыхэкIиикIащ ар, илъагъур фIэтелъыджэу. Адэр и щIалэм хуэгуфIащ. ЩIалэм и гъунэгъуу щыс зэщхьэгъуситIыр щтэIэщтаблэу абы къыхущIэплъырт, цIыхухъу балигъым сабийм ещхьу псори щIигъэщIагъуэр къагурымыIуэу. «Папэ, папэ! Еплъыт: гуэл! ХьэкIэкхъуэкIэхэри солъагъу… Пшэхэри ди гъусэу нокIуэри!» - жеIэ аргуэру щIалэм. Зэщхьэгъусэхэм къагурыIуэркъым адэм къуэ балигъым и зыщIыкIэхэр зыуи къызэрыщымыхъур. Ауэрэ уэшхи къригъэжьащ… ЩIалэм и нэхэм къателъэдащ гуфIэгъуэ нэпс: «Папэ, уэшхыр къызоIусэ… плъагъурэ, плъагъурэ?» - мэкIий щIалэр.
- Сымаджэщым пшэуэ тIэкIу къыкIэлъыбгъэплъамэ, чэнджэщ гуэрхэр къуатынт, - жраIэ зэщхьэгъусэхэм яфIэпсэкIуэд хъуа щIалэм и адэм, - яхуэгъэхъужынкIи хъунт…
- Иджыпсту сымаджэщым дыкъыщIэкIыжа къудейщ… Си щIалэм и нэхэм нобэ япэу ялъагъуу аращ дунейр, - пыгуфIыкIащ лIыр.
Апхуэдэ къохъу
Къуэм и сурэт…
ЛIы беижь гуэрым мы дунейм зыпищI щымыIэу фIыуэ илъагъуу къуэ иIэт. Зэадэзэкъуэр зэгурыIуэрт, уеблэмэ я псэр зы чысэм илъщ жыхуаIэм хуэдэт. Ауэ зы хьэл яхэлът а тIуми, нэхъ зэпэгъунэгъуж ищIу. Абыхэм сурэт гъуэтыгъуейхэр зэхуахьэсырт ерыщу. Арати, зауэм щIидзэри, щIалэр дзэм ираджащ. ЩIалэр хахуэт, шынэ жыхуаIэр имыщIэу, ауэ и ныбжьэгъум и псэр ихъумэу езым и щхьэр хилъхьащ. Адэм хуабжьу къытехьэлъащ и къуэ закъуэр зэримыIэжыр. Зэгуэрым абы и унэм щIалэ мыцIыху къытеуIуэрэ Iуихмэ, хьэщIэм зэкIуэцIылъ гуэр иIыгъыу бжэщхьэIум тетщ.
- Уи къуэм къригъэла сэлэтыр сэращ, - жиIащ щIалэщIэм къыдримышеищэу. - Абы куэдрэ уи гугъу ищIырт, гъуазджэр фIыуэ зэрыплъагъури жиIэрейт. Сэ сурэтыщI Iэзэхэм сащыщкъым, ауэ уи къуэм и сурэтыр сщIащи, зумыусыгъуэджмэ, тыгъэ пхуэсщIынут.
Дауи, адэм саугъэтыр хуабжьу игу ирихьат. Абы сурэтыр нэхъ лъагъупIэ дыдэм деж фIидзащ, икIи хьэщIэу къыхуэкIуэм япэщIыкIэ а сурэтыр яригъэлъагъуурэ итIанэ адрейхэмкIэ ишэрт.
Къуэр зэримыIэжым и гуауэм игъэшэха лIыжьыр куэдрэ мыпсэужу дунейм ехыжащ, ауэ и сурэтхэр аукционкIэ ящэну уэсят къигъэнащ. Апхуэдэуи ящIащ. Сурэтхэр ящэну щытраухуа махуэм беижь куэд къызэхуэсат. Дэтхэнэми лIыжьым и сурэт гъуэтыгъуейхэм ящыщ, зы нэхъ мыхъуми, къищэхуну щыгугъыу. Япэ дыдэ ящэну утыкум кърахьащ лIыжьым и къуэм и сурэтыр.
- Сыт хуэдиз щIэфтын мы сурэтым? - жиIащ аукционыр зэхэзыублам.
Пэшым щIэт даущыр лIы макъ гъумым къикъутащ.
- Дэ сурэтыщI цIэрыIуэхэм я сурэтхэрщ дызэжьэр, мы фейцейм хэт хуейр?
Аукционерыр жиIам зэрытетт.
- Къуэр, Къуэр хэт къищтэн? - жиIэрт абы.
Арати, псоми я щIыбагъымкIэ къыщыIуащ лIыжьым и унэр зезыхьа щIалэм и макъ.
- Сэ сиIэр сомипщIщи, фызот.
- Сурэтым сомипщI щIэзыт щыIэщ, хэт нэхъыбэ къигъэлъагъуэрэ? - щIоупщIэ сурэтыр зыщэр.
- Ещи, адрей сурэтхэм я Iуэху зедвгъахуэ, - зыжьэу щыжаIащ пэшым.
- СомипщI зэ, сомипщI тIо, сомипщI щэ… Сурэтыр сомипщIкIэ тщащ, - жеIэ аукционыр зэхэзыублам.
- Иджы адрей сурэтхэр къифхьэ утыкум псынщIэу, - мэлъаIуэ пэшым щIэсхэр.
Сурэтхэр зыщэр мащIэу пыгуфIыкIри, жиIащ: «Хуабжьу си жагъуэ мэхъу фызэрызгъэщIэхъуар, ауэ лIыжьым и уэсятым тету, сурэт гъуэтыгъуей псори «Къуэр» къэзыщэхуам лъос.
Къызэхуэсахэм зэхахар ямыгъэщIагъуэу къэнакъым, ауэ ар гъащIэ хабзэщ, дэ гу лъыдмытэу, къытфIэмыIуэхуу блэдгъэкIхэрщ мыхьэнэ зиIэр. Зы лъэбакъуэ закъуэ фIэкIа къэмынэжауэ дошри, дыкъоувыIэж. Ауэ аракъэ хъыбарым зи гугъу щыщIа аукционым хуэдэу гъащIэр насыпырыхь зыщIыжыр…
Фыщымыс!
ФщIэн папщIэ
Iуащхьэмахуэ и адэ
Шэджэмыпсымрэ Кестантэрэ щызэхэж щIыпIэм дежщ Шэджэмыщхьэ вулканыр здыхуэзэр. КъызэрыщIэкIамкIи, ар дуней псом щыцIэрыIуэ ди Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъыжьщ, Кавказым и налкъутыр къызытекIари аращ!
А вулканыр куэдым яцIыхуркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъахъшэщ икIи мэщэщэж. Ауэ ар апхуэдэу сытым дежи щытакъым. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, Шэджэмыщхьэ вулканыр 8 нэхърэ мынэхъ мащIэу къикIащ икIи и еянэ къикIыгъуэр илъэс щитхукIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа цIыхухэм ягъэунэхуащ! Географ цIэрыIуэ Страбон (ди эрэм и пэщIэдзэм Кавказ Ищхъэрэм и географием нэхъ щыгъуазэу щыта, абы теухуауэ тхыгъэ куэд къызэзынэкIа алыдж географщ) и тхыгъэхэм дызытепсэлъыхь вулканыр белджылыуэ къахощыж. А вулканыр егъэлеяуэ абрагъуэу щытащ, и зы къикIыгъуэ къэс и лъабжьэр ехым-ехыурэ, Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъ цIыкIу хъужащ.
Хэт ищIэнт зы зэман Шэджэмыщхьэ вулканым и зы къикIыгъуэм и Iэужьу къэунэхуа Iуащхьэмахуэ къэзыгъэщIам нэхърэ нэхъ лъагэ хъуну?!
Вулканым и хъуреягъыр бгыщ, дэнэкIэ умыплъэми. А лъагапIэм щыIа цIыху закъуэтIакъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зы макъи щызэхэпхыркъым, зы псэущхьи бзуи щыплъагъуркъым, къапщтэмэ, хьэуари и пIэм ижыхьауэ къыпщохъу, апхуэдизкIэ даущыншэщи. Зыгуэр къыпкIэлъыплъ хуэдэ, уи щхьэщыгум ныбжь гуэрхэр къиувэу къыпщохъу. Нэхъ гъэщIэгъуэнращи, хьэршым къикIыу, зищIысыр къамыхута гуэрхэр мы щIыпIэхэм къыщхьэщыхьэу, тэлайкIэ заIэжьа нэужь бзэхыжу жаIэ.
Дыгъулыбгъу Динэ.
Псэлъафэхэм къарыкIыр
ЗэIусэм псэ хелъхьэ
Акъылыр щагуэшым дурэшым дэсащ.
Зи акъылыр жыжьэ нэмыс цIыхум ехьэлIауэ къапсэлъ.
Гур зэрыгъум дыгъур ирокIуэ.
Гум къэхъунур ещIэ жыхуаIэращ. Гур зэрыгъуа гуэр къэхъуа нэужь жаIэ хабзэщ.
ДаIуэ шхиипэ тоувэ.
Чэнджэщ зылъытэр къызэрымыкIыфын щытыкIэ щыIэкъым.
ЗэIусэм псэ хелъхьэ.
ЗэIусэр мэхъу жыхуиIэщ. Iэужь дахэ зиIэ цIыху IэпщIэлъапщIэм хужаIэ.
Мэзыр жыг зырызурэ зэхэтщ.
Зэкъуэтыныгъэр къаруушхуэу зэрыщытым теухуащ.
Сыхэмыхьэмэ. ситхьэлэн.
Iуэхугъуэ гуэрым, нэхъыбэу - шынагъуэм, дзыхьщIыгъуэджэм, хэпщIэну, и Iуэху хилъхьэну зэрыхуэмейр зыгъэнаIуэ цIыхум жеIэ (е апхуэдэ цIыхум теухуауэ къапсэлъ).
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "875.txt"
} |
«Гъуазджэхэм я жэщым» ирихьэлIэу
Пшыхьхэр
Сурэт гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ А. и цIэр зезыхьэм, «Гъуазджэхэм я жэщым» ирихьэлIэу Налшык къыщызэIуахащ УФ-м щIыхь зиIэ и художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и действительнэ член, КъБР-м и цIыхубэ художник КIыщ Мухьэдин и гъэлъэгъуэныгъэ. А зэхыхьэр егъэщIылIауэ щытащ сурэтыщIыр къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум.
«Дэ ди гуапэу «Гъуазджэхэм я жэщ» зыфIащам хыхьэу мы пщыхьэщхьэ дахэр КIыщ Мухьэдин и сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэмкIэ къызэрызэIутхыр. Сэ мыбы щыслъэгъуа сурэтхэм сыдахьэхащ. Си фIэщ мэхъу нобэ кърихьэлIа дэтхэнэ зыми езым пэгъунэгъу гуэрхэр КIыщым и IэдакъэщIэкIхэм къазэрыхигъуэтэнур. Мы сурэтхэм узыхашэ гупсысэхэр куущ икIи гъэщIэгъуэнщ. Илъэс 80-р гъуэгуанэ дахэщ, ауэ сыхуейщ КIыщ Мухьэдин илъэси 120-рэ щрикъу махуэри нобэ хуэдэу къэсыну, ар мыбы кърихьэлIа дэтхэнэ зыми дгъэлъэпIэну» - жиIащ гъэлъэгъуэныгъэр къызэIузыха, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин.
- Мухьэдин псоми нобэрей махуэр тхуигъэлъэпIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ емызэшу лажьэ и сурэтыщIхэм ящыщщ КIыщыр. Абы и щыхьэтщ щIэх-щIэхыурэ ди пащхьэм кърилъхьэ гъэлъэгъуэныгъэщIэхэр, - къыхигъэщащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий. Апхуэдэуи Темыркъаныр къеджащ Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и секретариатымрэ КъБР-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и действительнэ член СэвкIуий Хьэмидрэ къабгъэдэкI хъуэхъу телеграммэхэм.
СурэтыщIым псалъэ гуапэкIэ зыхуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэм и деж ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ щыIэ уполномоченнэ Зумакулов Борис. «Си гуапэщ мыпхуэдэ пщыхьэщхьэ дахэхэм хуэдэ куэд ди пащхьэм къиплъхьэу, дыбгъэгуфIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым ухуэлэжьэну», - жиIащ абы.
Музейм и унафэщI Ремхен Еленэ къеджащ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием къагъэхьа, а академием и президент Церетели Зураб и Iэр зыщIэлъ телеграммэм. Абы зэрыщыжиIэмкIэ, КIыщ Мухьэдин къыхуагъэфэщащ «Гъуазджэм зэрыхуэлажьэм папщIэ» орденыр, Мосс Жаклин Дианэ «Академием зэрыхуэлажьэм папщIэ» медалыр.
ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и действительнэ член, сурэтыщI Вдовкин Игорь КIыщ Мухьэдин и гъэлъэгъуэныгъэм ехьэлIа дауэдапщэхэм хэтыну и гуапэу Налшык къэкIуащ. Абы КIыщым къыжриIэжащ Церетели Зураб къыбгъэдэкI хъуэхъу псалъэхэр. Апхуэдэуи, Вдовкиным Мухьэдин тыгъэ хуищIащ езым ищIахэм щыщ зы сурэти.
Къыщалъхуа щIыналъэм щыпсэухэм къабгъэдэкIыу, КIыщ Мухьэдин и махуэ лъапIэмкIэ къехъуэхъуащ Шэджэм районым и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Уэдыжь Хьэсанш.
КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьынымрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэмкIэ и комитетым и унафэщI Пащты Борис КIыщым ехъулIэныгъэщIэхэр иIэну зэригуапэр къыхигъэщащ. «Зи зэфIэкIыр лъагэ сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэманым нэхъ лъэщ дохъу, йофIакIуэ», - жиIащ абы.
КIыщ Мухьэдин и щхьэгъусэ Мосс Жаклин Дианэ къызэхуэса псоми фIыщIэ яхуищIащ, музейм и лэжьакIуэхэми мы Iуэхугъуэр екIуу, дахэу къызэрызэрагъэпэщам папщIэ псалъэ гуапэ яжриIащ. «Си гуапэщ фэ фхуэдэ ныбжьэгъухэр сызэриIэр. Фэращ си лэжьыгъэмкIэ гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ къызэзытыр. Гъэлъэгъуэныгъэр иджыри мазэкIэ мы музейм щекIуэкIынущ. Си гуапэщ, нобэ къэмыкIуэфахэми зрагъэлъагъумэ», - жиIащ абы.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуаха нэужь, журналистхэмрэ къызэхуэсахэмрэ КIыщым драгъэкIуэкIа пресс-конференцым щыжиIащ сурэтыщIым и лэжьыгъэхэр зыщIэлъыну музейуэ тIу къызэрызэIуахынур. Зыр езыр щыпсэу Испаниерщ, етIуанэр Мухьэдин къыщалъхуа Шэджэм къалэрщ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ
НафIэдз Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "876.txt"
} |
«Вагъуэ цIыкIум» и ехъулIэныгъэщIэ
Мы махуэхэм Нартан къуажэ Iэтауэ къыщрагъэблэгъэжащ «Кубок победителей» VII Дунейпсо зэпеуэ зэхуэщIам щытекIуа, щапхъэ зытрах «Вагъуэ цIыкIу» ансамблыр (гупым и художественнэ унафэщIыр КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къурашэ Эдуардщ).
Жэпуэгъуэм и 18 - 21-хэм къриубыдэу Сочэ къалэ щекIуэкIа зэпеуэм ди къэралми КъухьэпIэ гъунэгъуми я къэфакIуэ гуп нэхъыфIхэр зэхуишэсат. КъэпщытакIуэ гупым хэтащ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я цIыху цIэрыIуэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щезыгъаджэхэр.
Зэпеуэм и лIэужьыгъуитIымкIэ «Лъэпкъ къафэ», «Визитная карточка» зыфIащамкIэ - «Вагъуэ цIыкIум» япэ увыпIэр къызэрихьам къыпэкIуэу - сом мин 200 къратащ. КъищынэмыщIауэ, ар ирагъэблэгъащ «Лъэпкъ къафэхэмкIэ IV цIыхубэ саугъэт» зэпеуэм. Ар гъэ къакIуэ мазаем и 17 - 20-хэм Сочэ къалэ щекIуэкIынущ.
«Вагъуэ цIыкIум» дохъуэхъу я ехъулIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ къахэхъуэ зэпыту къэгъуэгурыкIуэну.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "877.txt"
} |
Зэрыпсэум хуэдэу мэусэ, зэрыусэм хуэдэу мэпсэу
Къэбэрдей литературэм къикIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ, IупщIу къыхощхьэхукI абы нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ зыщиужьа лъэхъэнэр - ХХ лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм къыщыщIэдзауэ 60 гъэхэм я кIэуххэм нэс. А илъэсхэм ди литературэм къыщызэщIэрыуащ абы адэкIэ зэрызиужьыну унэтIыныгъэхэр куэдкIэ зыубзыхуа усакIуэ, тхакIуэ гупышхуэ, Тхьэгъэзит Зубер деж къыщегъэжьарэ Ацкъан Руслан деж щиухыжу. Абыхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ зрикIуа лъагъуэхэмрэ гъуазэ яхуэхъуащ къыкIэлъыкIуэ совет нэужь лъэхъэнэм - 90 гъэхэм къыщыщIэдзауэ - литературэм къыхыхьа ныбжьыщIэхэм: Къанкъул Заур, Къаныкъуэ Заринэ, ПщыукI Латмир, Аброкъуэ Беллэ, Бэлагъы Любэ, МахуэлI Нарзан, нэгъуэщIхэми. Къэдгъэлъэгъуа лъэхъэнитIым лъэныкъуэ зырызкIэ япэщхьэхуэу, ауэ зэпыщIапIэ яхуэхъуу я зэхуаку дэуващ 70 гъэхэм я кIэуххэм къэбэрдей литературэм лъэбакъуэщIэ къыхэзыча Мыкъуэжь Анатолэ и творчествэр. Къалэнышхуэ, къалэн гугъу и пщэ къызэрыдэхуэр езыми зыхищIэу, и усэхэм ящыщ зым абы мыпхуэдэу щетх:
Сэ зэманыжьым срикIэухщ,
Сэ зэманыщIэм срищIэдзапIэщ.
Сэ лIэщIыгъуитIым сралъэмыжщ,
Сэращ къэкIуэнум и кхъухь тедзапIэр.
(«Сэ зэманыжьым срикIэухщ...»)
Мыкъуэжьым и усыгъэм адыгэ литературэм увыпIэ хэха щеубыд. Абы и IэдакъэщIэкIхэм езыр зыхэпсэукI зэманым и нэпкъыжьэр IупщIу къатощ, и лъэхъэнэгъухэм я гурыгъу-гурыщIэхэр художественнэ Iэзагъ хэлъу къыщыгъэлъэгъуэжащ. Анатолэ и усыгъэм и нэщэнэ нэхъыщхьэу къыхэбгъэщхьэхукI хъунущ гурыщIэ куурэ гупсысэ жанрэ зэрыщызэщIэлъыр.
Зэ еплъыгъуэкIэ Мыкъуэжьым и усыгъэр лирикэ щабэ зэфэзэщу къыпфIэщIынуми, усэхэм я купщIэр жылагъуэ, политикэ Iуэхухэм щытегъэпсыхьари мащIэкъым. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 80 - 90 гъэхэм ди къэралым къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэр образ щIэщыгъуэкIэ къыщыгъэлъэгъуащ «Ди кхъухьыр» усэм. А лъэхъэнэм къэрал унафэр зыIэщIэлъахэм цIыхубэр зыхуаша насыпыншагъэхэмрэ СССР-кIэ зэджэ къэралышхуэр зэрыкъутэжамрэ усакIуэм къигъэлъэгъуащ езым и закъуэу дэсея кхъухьым и образымкIэ. ГъащIэм и толъкъунхэм зэтрагъэщэха а кхъухьыр псыхьэлъахуэу нэпкъым къытридзэжащ. Абы игъэпIейтея усакIуэм и пащхьэ къиуващ упщIэ куэд:
Дапщэщ ди дыгъэр пшэхэм
къыкъуэкIыжу
А псыхьэлъахуэр
щигъэгъущыжынур?
А псыхьэлъахуэм кхъухь
къыхэтщIыкIыжу,
Тенджызым тетхэм
дащыщIыхьэжынур?
(«Ди кхъухьыр»)
90 гъэхэм я пэщIэдзэхэм Совет Союзыр зэрыкъутэжам къыдэкIуащ цIыхубэм я псэукIэр куэдкIэ екIэкIуэныр, лэжьапIэ IэнатIэхэр яфIэкIуэдыныр, зи унагъуэ зыхуэмыпIыж цIыхухъухэр фадафэу уэрамым къыдэнэныр. А псом пэщIэтыфар «тахътэм ису, зи Iэнэхэр зэтету зи дунейр жэнэтхэмрэ» зи напэр мылъкукIэ зыщэжахэмрэщ. А Iуэхугъуэ гугъусыгъухэр Мыкъуэжьым и усэхэм уигъэпIейтейуэ къыщигъэлъэгъуэжащ.
Фадафэм и образыр гуемыIуу, гурымыхьу гъащIэм къыдокIуэкI, литературэми, хабзэ зэрыщыхъуауэ, ар персонаж мыхъумыщIэу къыхощ. И дуней тетыкIэрэ и IуэхущIафэкIэ мыгурыхь цIыхум и гущIэм щыхъэхэр зыми къыфIэIуэху хабзэкъым, дэхуэхам зыщIэзыгъэкъуэфхэри мащIэ дыдэщ. Ауэ усакIуэм и псэ пIащIэм гъащIэм и дурэшплIэрэш псори къетIэщIыф, цIыху зэхуэмыдэхэм я гущIэлъапсэм йоплъэф. «Фадафэ» зыфIища усэм Мыкъуэжьым къыщегъэлъагъуэ апхуэдэр нэрыгъ зыхуэхъуа цIыхум и гум щыщIэхэр. Ар зэгуэрым «IэщIагъэлIу», «лэжьакIуэшхуэу», «и щапхъэм щIэблэр щIапIыкIыу», «и лъэпкъи лъахи иригушхуэу», «щыхузэфIэкI-щихьэмтетыгъуэм ныбжьэгъу куэдыкIей иIэу», «гуп псо и уасэу къекIуэкIат». АрщхьэкIэ:
ЗэхъуэкIыныгъэм и псы уэрыр
Пэмыплъэххауэ къыщIэуащ.
ИгъэлъэпIари щIэпсэуари
IэщIихри - щIигъэмбрыуащ.
Зэпхъуэну шхийр къыхуэмыгъуэту
Бэлыхьу мащIэ ишэчар?!
И бампIэр фадэм ныхуиIуатэу
Къыдэнэжакъэ – зэфIэкIащ.
(«Фадафэ»)
АдэкIэ усэм къеIуатэ фадафэм гъуэгу пхэнжкIэ дидзыхын хуей щIэхъуа щхьэусыгъуэхэр - «хуеякъым хъуну хьэкIэпыч», «хьэрычэтыщIи хъуфакъым», «зи гупкIэ исым и уэрэдым дежьууфакъым», «зыхуегъэкIуакъым зэманыщIэу зи напэр сомкIэ зыщэжам», «гъэпцIагъэм зыхуегъэсакъым». Ауэ, нэхъыщхьэращи, ар «мыбзаджащIэ», «мыдыгъуакIуэ», «мыIужажэ», «мыахьмакъ», и зэран зыми емыкIыу шхапIэм хуэзышэ лъагъуэ закъуэм тетщ. Пэжымрэ захуагъэмрэ и телъхьэ усакIуэр блэплъыкIыфыркъым апхуэдэ мыхъумыщIагъэм икIи къэралыр зыхуэкIуа псэукIэр зи Iэужьхэм нехьэкI-къехьэкI хэмылъу мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ захуегъазэ: «… Фэ, къэрал жыпыр зыунэщIахэ, / Фыхуиткъым фщIыну ар ауан. / Фэращ цIыхубэр гугъапIэншэу / Уэрамым дэзыутIыпщхьэжар. / Фэращ къэралыр зыгъэплъакъуэу / ЩыхупIэ нэзым Iузышар». Мыкъуэжьым и усэм дызыщрихьэлIэ фадафэр - къызэщIэзыкъуэ образщ, езы усакIуэми къызэрыхигъэщщи, «апхуэдэ дэсщ ди къалэ къэскIэ, ди къуажэ къэскIи къыдэпшынщ». Нэхъ шынагъуэжращи, апхуэдэ щIэпхъаджагъэмкIэ жэуаптакIуэу зы цIыхуи къэувыфакъым, икIэм-икIэжым, абы кърикIуаращи: «Нэмысу игъуэ псэ хей минхэр, / КIакхъу щIамычауэ, яукIащ».
УсакIуэ нэсым и IэдакъэщIэкIхэм езыр зыхэпсэукI лъэхъэнэм и сурэт наIуэ къыхэщ хабзэщ, ар абы бгъэдэлъ зэчийм и зы нэщэнэу, и фIагъыу къоув. Мыкъуэжьми хузэфIэкIащ езым и лъэхъэнэм - «щысхьыншэу хейхэр хэзыутэ», «нэжэсхэм я IупэфIэгъу», «цIыху уасэр мылъкукIэ къэзылъытэ», «лыд псори дыщэу зылъагъу» зэманым - и сурэтыр и усэ сатырхэм «щигъэжын», абы щыгъуэми, и псэр къабзэу ихъумэу, «фIыр и плъапIэу къэнэжын».
ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа усэхэм къыщыIэта Iуэхугъуэхэр нэхъ кууужу, зы къэралымрэ цIыху щхьэхуэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэм емыхьэлIауэ, атIэ гъащIэм и философиеу къыщыгъэлъэгъуащ «Шэрхъ гудзэншэу дунеижь абрагъуэр…», «Дунеижь», «ГъащIэ-мафIэгужь», «ГъащIэ-хышхуэ, хэт хьэфэ гъэпщакIэ…», «Къысхубохь гуфIэгъуи…», «АкъылкIэ сэ…», «ГъащIэм», «Ди зэманыр зэрыакъылыфIэ…», «Дунеижьым дыщэм зыхуегъэщхъ…» усэхэм, нэгъуэщIхэми.
«Дунеижь» зыфIища усэм къыхощ Мыкъуэжьым гъащIэм хилъагъуэ мыхъумыщIагъэхэр. Абы псэкIэ къищтэркъым «е-щхьэзыфIэфIыр зи жьантIэдэс», «цIыхугъэ нэсыр зи бжэкъуагъкъуэт», «акъылыфIагъэр зыфIэделагъэ», «нэмыукIытагъэр зи жьэгу щыпэкIу», «бохъшэ домбейхэм къадеуджэкI», «шатащхьэ IувкIэ щыкIар зыгъашхэ», «здэармырамкIэ еджэрэзэкIыурэ гурыгъ мелуанхэр изыгъэжа» дунеижьыр. Абы къыхэкIкIи, нэгъуэщI усэм - «Шэрхъ гудзэншэу дунеижь абрагъуэр…» жыхуиIэм - и кIэухым деж усакIуэм езы дунейр зи IэмыщIэ илъым лъэIукIэ зыхуегъазэ:
Ди щхьэщыгум дыгъэр къизыIыгъэу,
Зи IэмыркIэ щIыр къекIэрэхъуэкI,
Пэлъэщауэ е-бзаджейм цIыхугъэр
ЩIы хъурейр зэгуэрым нэху къегъэкI.
(«Шэрхъ гудзэншэу
дунеижь абрагъуэр…»)
Мыкъуэжьыр «усакIуэ нэщхъей» цIэр зытеIукIахэм ящыщщ. Ауэ абы къикIыркъым Анатолэ и усыгъэр тхьэусыхафэ е гъыбзэ зэфэзэщу зэхэлъу. Абы къикIыращи, усакIуэр куууэ, набдзэгубдзаплъэу гъащIэм хоплъэф, абы и хужьыр хужьу, и фIыцIэр фIыцIэу - зэрыщыт дыдэм хуэдэу елъагъу. Зы лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, нэгъуджэ щхъуэкIэплъыкIэкIэ дунейм хэплъэну хуейхэм Мыкъуэжьым и усыгъэр къагурымыIуэнри хэлъщ, ауэ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ, абы гъуджэу къытощ пэжыгъэр, захуагъэр, усакIуэм и гущIэлъапсэм щызэпцIа сатырхэм къапкърыкI гумащIагъэр, псэ къабзагъэр, хьэлэлыгъэр - дунейр мыкъутэжу зэтезыIыгъэ хъугъуэфIыгъуэхэр. «УсакIуэ нэщхъейхэм» зэрыхалъытэм ехьэлIауи Мыкъуэжьым етх:
«ЩIым темытыжми гуфIэгъуэ
Ярейуэ, щхьэ унэщхъей?» -
Къеджа иужькIэ си тхыгъэм,
Ныбжьэгъухэм къызжаIэрейщ.
<…>
ГуфIэгъуэщ, сэ фIыуэ сощIэ,
КъыщIигъэщIар мы дунейр…
СыгуфIэщэну сыхуейщи,
Аращ сэ сыщIэнэщхъейр.
(«ЩIым темытыжми гуфIэгъуэ…»)
ГуфIэгъуэмрэ гуауэмрэ, гъащIэмрэ ажалымрэ, зауэмрэ мамырыгъэмрэ я зэпэщIэтыныгъэ мыухыжхэм Мыкъуэжьым и усыгъэм щIыпIэ щхьэхуэ щаубыд. Зауэм и бийуэ и усэ сатырхэр игъэпскIэрэ Мыкъуэжь Анатолэ и IэдакъэщIэкIхэм мамырыгъэр щегъэлъапIэ, абыкIэ цIыхугухэр гуапагъэм, къабзагъэм, къуэшыгъэм, зэныбжьэгъугъэм къыхуегъэуш. Псалъэм папщIэ, «Макъхэр» усэм къыхощ щIым макъ зэмыщхь бжыгъэншэхэр зэрыщыIур: бзухэм я уэрэдыр, псым и даущыр, хьэгъуэлIыгъуэ Iэгуауэр, уафэгъуагъуэр, къыр дзакIэ къыгуэхум и макъыр… Абыхэм языхэзми и IукIэкIэ, щIэIу щхьэусыгъуэкIэ, зыгъэIукIэ лъапIагъэ пыухыкIа ябгъэдэлъщ. Ауэ, усакIуэм пэжу гу зэрылъитащи, абыхэм яхэзэгъэнкIэ Iэмал иIэкъым шэ, лагъым къэуэж макъхэр. Усэм и кIэух сатырхэм абы щетх:
… Ауэ ирехъу щIыр
Гуауэм къыдэмыскIэу -
Мы щIылъэм
Шэ фий макъ къыщремыIу.
(«Макъхэр»)
И купщIэкIэ, и зэхэлъыкIэкIэ, къыщыIэта гупсысэкIэ «Макъхэр» усэм поджэж Мыкъуэжьым «Дунеишхуэ…» зыфIища усэри. Зауэм зи псэр щыщтэ усакIуэм мамырыгъэм и нэщэнэ нэхъыщхьэу къегъэлъагъуэ дунейр щыму, даущыншэу щытыныр. Аращ абы щIитхыр:
Дунеишхуэ,
УмыIэуэлъауэ.
Дунеишхуэ,
СынолъэIу, зыущэху.
Топ зыщIыпIи
Зэрыщамыгъауэр
Хьэкъ къысщыщIи,
Мы си гур гъэпсэху.
(«Дунеишхуэ…»)
Мыбдеж усакIуэр зауэм и макъ шынагъуэм и бийуэ увмэ, «Iугъуэ» усэм деж абы зауэм и Iугъуаем зыпыIуедз. Усэм и япэ едзыгъуитIым къыхощ зы бынунагъуэм я гъащIэ мамырыр, лэжьыгъэ хьэлэлыр, дунейм и дахагъыр, цIыхугухэм я къабзагъыр… Бынхэм нэжэгужэу хадэр ягъэкъабзэ, анэри, «и нэгу къищу нэщхъыфIагъэ», абыхэм яхуопщафIэ. Дунейр мамырщи, «хьэку уэнжакъым къриху Iугъуэри» мамырыгъэм и нэщэнэу, «уафэ къащхъуэри гуфIэу» усэм къыщыгъэлъэгъуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, зи гугъу тщIы усэм Мыкъуэжьым щызэпэщIегъэувэ мамырыгъэм и Iугъуэмрэ зауэ Iугъуаемрэ я образхэр, абы и кIэух едзыгъуэми щетх:
ЩIимыгъанэм зауэ Iугъуэм,
Хуиту щIылъэм къыIуплъэфмэ,
Уафэр хуейкъым нэгъуэщI фIыгъуэ.
Уафэ къащхъуэр ирегуфIэ!
(«Iугъуэ»)
Мыкъуэжьым къызэрилъытэмкIэ, уафэмрэ щIылъэмрэ къабзэу, зыри я зэхуаку къыдэмыхьэу, зэIуплъэфу щытыпхъэщ. А гупсысэхэр и лъабжьэу, усакIуэм зауэм хуиIэ лъагъумыхъуныгъэр «Сыхьэт закъуи и IитIыр мыпсэхуу…» усэм щыщIохуабжьэ икIи зэIухауэ езы зауэм зыхуегъазэ:
Къыуах нэлат, щымыIэ уэ къыпхуей,
Си сатырхэми пщыхуащ я ней,
Зауэ!
(«Сыхьэт закъуи и IитIыр мыпсэхуу…»)
Мамырыгъэр игъэлъапIэу, зауэ Iугъуэмрэ шэ фий макъымрэ защидзейуэ Мыкъуэжьым игъэпсащ «Хуейщ дыгъэр бзийкIэ гуэшэну…» усэри. Абы усакIуэм щегъэув упщIэ жэуапыншэ куэд: «Зауэм и Iугъуэм щIиуфэм - / Дыгъэм и лажьэр сыт?», «Шэм и фий макъым игъащтэм - / Бзухэм я лажьэр сыт?», «Ем къыщIэхутэм и лъэгум - / Гъэгъам и лажьэр сыт?». А упщIэхэм я къалэн нэхъыщхьэр цIыху къэскIэ зыщIигъэгупсысыжынырщ, щIэблэм къэкIуэну дахэ яIэн папщIэ балигъхэр зэгурыIуэнырщ, зауэ мафIае зэщIамыщIэнырщ. Усэм и купщIэ нэхъыщхьэр къыщыгъэлъэгъуащ абы и кIэух едзыгъуэм:
Хуейщ сабий цIыкIухэр джэгуну,
ЩIым гуфIэу къыщажыхьыну.
Балигъхэр зэгурымыIуэм,
Сабийм я лажьэр сыт?
(«Хуейщ дыгъэр бзийкIэ гуэшэну…»)
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Тхьэгъэзит Зубер зэрыжиIащи, зауэмрэ мамырыгъэмрэ ятеухуауэ усакIуэ нэхъыфIхэм ятхахэм я купщIэкIи я гъэпсыкIэкIи ябгъурыбгъэувэ хъунущ Мыкъуэжь Анатолэ мамырыгъэм теухуа и усэхэр.
УсакIуэр и псэм щыщ IыхьэкIэ нэхъыбэрэ гуэшэхукIэ, абы къыщыщIэж усыгъэ-псынэр икIуэщIыкIыркъым, атIэ кIуэ пэтми нэхъ уэр, къабзэ мэхъу. И интервьюхэм языхэзым Мыкъуэжь Анатолэ щыжиIэгъащ: «УсакIуэ нэсым и дежкIэ щыIэкъым щхьэ закъуэ насып. Абы и насыпыр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ щIым цIыхуу тетым я насыпым, бэм я насыпым. ИкIи езым и гум къыщрихьэкI дуней хьэрэмыгъэншэм ещхь хъуауэ мы дызытет дунейр илъагъунырщ абы и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр». Мы псалъэхэри усакIуэм и IэдакъэщIэкI дэтхэнэ усэри щыхьэт тохъуэ абы и лъэпкъ зэхэщIыкIыр зэрылъагэм, адэжь щIыналъэм хуиIэ гурыщIэ къабзэм и кууагъым. Мыкъуэжьым и усэхэм щызэхэжыхьащ хэку лъагъуныгъэри, лъэпкъым и тхыдэри, IуэрыIуатэм и хъугъуэфIыгъуэхэри, анэдэлъхубзэм и къулеягъ-шэрыуагъри. Адыгэм и блэкIа гуузым куэдрэ хуэмыусэми, ХIХ лIэщIыгъуэм икухэм ди лъэпкъэгъухэм хэкур зэрырагъэбгынар, пшахъуэ налъэ зырызурэ хамэщIхэм зэрыщикъухьар сыт щыгъуи усакIуэм и гукъеуэщ, «шэпхъыу и гум хэпхъащ»: «Залымыгъэу залымыгъэ бзаджэт. / Схуегъэхкъым тэмакъым ар: / Сабийхэр балигъхэм еджэу, / Балигъхэр макъкIэ зэщыджэу / Я лъахэм зэрырашар» [«Си нанэу си нанэ дыщэ…»]. Мы зы усэм къыщыгъэлъэгъуащ адыгэм и гупсысэкIэри, и хьэл-щэнри, и лIыгъэри, и бэшэчагъри («Бий куэдым куэдрэ яфыщIми, / И лIыгъэм яхухэмыщIу, / И джатэ Iэпщэр ихузт»), Хэкум и дахагъри («Си Хэку и дыгъэр гуапащэщ…»), анэдэлъхубзэм и IэфIагъри («КIуэдыжмэ си адыгэбзэр, / ХэкIынущ си адыгэпсэр»). Мыкъуэжьым и бзэр фIыуэ илъагъу къудейм къыщынэркъым, атIэ ар анэм, анэкъилъхум пещI: «Си анэм и гукъеуэр къызэрысхуиIуатэ / Бзэм нэхъ лъапIэ теткъым сэркIэ мы дунейм» - жеIэ, абы къыщымынэуи, усакIуэр бзэм и хъумакIуэу, и къыщыжакIуэу къоув:
Си бзэм сэрэ дызэтIолъхуэныкъуэу
Зы адыгэ анэ дыкъилъхуащ…
Здэнукъым сыкъэзылъхуар хаутэу,
Здэнукъым хаутэу къыздалъхуар!
(«Си бзэм сэрэ
дызэтIолъхуэныкъуэу…»)
Мыкъуэжьым и усыгъэм зы Iыхьэшхуэу хоувэ фIыуэ илъагъу цIыхухэм - адэ-анэм, къуэшым, шыпхъум, щхьэгъусэм, бынхэм, ныбжьэгъухэм - яхуитха усэхэр. Псом хуэмыдэжу гуапэщ анэм хуигъэпса тхыгъэхэр, а образри нэсу усакIуэм къехъулIащ. Абы къыхегъэщхьэхукI анэм и хьэл-щэн нэхъыщхьэхэр, и псэ зэхэлъыкIэр: анэм и «гъащIэр ехь и быным тегужьеикIауэ», «химыгъэхьэу жэщым», «химыгъэхьэу щIыIэм», псоми зыгуэр къращIэн фIэщIу. УсакIуэм анэмрэ дыгъэмрэ зэрызэригъапщэр адыгэ литературэм щыщIэщыгъуэщ - а тIур я хуабагърэ гуапагъэкIэ зэхуегъадэ.
Зы усакIуи зэрыхузэфIэмыкIауэ художественнэ Iэзагъ хэлъу Мыкъуэжьым зэрихьэлIащ анэмрэ фIыуэ илъагъу пщащэмрэ яхуиIэ лъагъуныгъэр, абы щыгъуэми, зыр зым пимыдзыхыу, «зэрытемыгъакIуэу», а цIыхуитIым усакIуэпсэм щаубыд увыпIэр къигъэлъэгъуэфащ. Анэмрэ псэм и щIасэ пщащэмрэ я лъагъуныгъэр лIэужьыгъуитIу къогъуэгурыкIуэ, ауэ усакIуэм и гур абыхэм зэхуэдитI яхурищIыкIащ. Усэм и пэщIэдзэм деж Мыкъуэжьым къыхегъэщ «егъэлеяуэ мы щIылъэм фIыуэ цIыхуитI зэрыщилъэгъуар», ар абыхэм сыт щыгъуи «яхуэныкъуэщ», «яхуосакъ». УсакIуэм зи гугъу ищI цIыхуитIыр усэм и кIэух едзыгъуэм наIуэ щохъу:
Зыр - си анэ дыщэ гумащIэрщ,
ФIыуэ слъагъу пщащэрщ адрейр,
ТIуми яхуэсщIэр сфIэмащIэщ:
Зым къызитащ сэ си гъащIэр,
Хуитщ къыпищэнум адрейм.
(«Егъэлеяуэ мы щIылъэм...»)
Мыкъуэжь Анатолэ и усыгъэм щIыпIэ ин дыдэ щеубыд лъагъуныгъэ лирикэм. УсакIуэм а темэм къыхуегъуэтыф езым и бгъэдыхьэкIэ щIэщыгъуэ. Псом хуэмыдэу ар нэрылъагъу щохъу игъуэ нэмысу дунейм ехыжа и щхьэгъусэ Мыкъуэжь - Хьэмыкъуэ Маринэ теухуа «Си уэрэд мыух, си гъыбзэ кIэншэ» поэмэ-элегием. Ар къэплъытэ хъунущ, езы усакIуэм и лъагъуныгъэ лирикэм и мызакъуэу, адыгэ лирикэм и фIыпIэу.
КъытеувыIапхъэщ Анатолэ «Гущэкъу уэрэд» зыфIища усэми. Ар хуабжьу цIэрыIуэ хъуащ Жылау Арсен макъамэ щIилъхьэу, КъБР-м и цIыхубэ артист Нэхущ Чэрим жиIэу дунейм къытехьа нэужь. А уэрэдыр гуимыхуж зыщIар абы ди литературэм щыщIэщыгъуэ образ куэд узэрыщрихьэлIэрщ, ахэр усакIуэм бзэм и Iэмал гъэщIэгъуэнхэмкIэ къызэриIуатэрщ:
Мазэ тхьэгъу лъэныкъуэр
Уафэм кIэрыщIащ.
Вагъуэ цIыкIухэр щыгъэу
Зэбгрыщэщащ…
Жэщыр пщIыхь дахащэу
Iупхъуэм къызэпхощ,
Уэри мыщIэ цIыкIуу
Гущэм укъыхощ.
(«Гущэкъу уэрэд»)
Мыбы къыхэщ зэгъэпщэныгъэхэр езы усакIуэм и дунейр къызыпкърыщщ. Къапщтэмэ, адыгэ усыгъэм зэи дыщрихьэлIакъым мазэр тхьэгъу лъэныкъуэм, сабийр мыщIэ цIыкIум егъэпщэным. Ахэр щыхьэт тохъуэ Мыкъуэжьым и «Гущэкъу уэрэдыр» лъэпкъ усыгъэм и мызакъуэу, адыгэ щэнхабзэми гъуазджэми хэлъхьэныгъэфI зэрыхуэхъуам.
Мыкъуэжь Анатолэ езым и дуней къэзыгъэщIыжа, зыми емыщхь хъэтI зиIэж усакIуэщ. Аращ абы и усэхэм языхэзым мыпхуэдэу щIыщитхри: «…А си дунейр емыщхь адрейхэм… / Усыгъэ щыгухэм ящыщ зым / Си нып, тедзауэ си дамыгъэ, / ЩыхэстIэжакъэ сэ езым» [«Уэ умы-Блок, умы-Есенин…»]. Мыкъуэжьым и творчествэм и пщIэр ягъэлъэхъшэн мурадкIэ, зыгуэрхэм «уэ умы-Блок, умы-Есенин» къыщыжраIэкIэ, усакIуэм абыхэми жэуап екIу яретыжыф, езыми и усыгъэм и мыхьэнэмрэ и псалъэм и лъэщагъымрэ а жэуапымкIэ щIигъэбыдэу:
Пэжщ, сымы-Блок сэ, сымы-Байрон,
Сымы-КIыщокъуэ, сынэгъуэщIщ.
СокIуж си гъуэгу, си гъуэгущ сэ скIужыр, -
Сэ сы-Мыкъуэжьщ, сэ сы-Мыкъуэжьщ.
(«Уэ умы-Блок, умы-Есенин…»)
Дэтхэнэ усакIуэ нэсми хуэдэу, ар зэIухауэ, пэжыр и гъуазэу, и щхьэр зыми хуимыгъэщхъыу матхэ:
Пащтыхь симыIэ. СиIэкъым Iужажэ.
Сыхуиту си щхьэ щIылъэм сыщопсэу.
СиIэжщ си фIыгъуэ, ар - си Iэужь тIэкIурщ,
Срокъу си закъуэ сэ зы дуней псо.
(«Пащтыхь симыIэ. СиIэкъым Iужажэ…»)
Мыкъуэжь Анатолэ ящыщщ «Дахагъэр зи Тхьэу, Пэжыр зи КъурIэн» усакIуэхэм. Ар зэрыпсэум хуэдэу мэусэ, зэрыусэм хуэдэу мэпсэу.
Мыкъуэжь Анатолэ и усэхэр
Дунеижь
Е-щхьэзыфIэфIыр зи жьантIэдэсу,
Уей, дунеижь!
ЦIыхугъэ нэсыр зи бжэкъуагъкъуэту,
Уей, дунеижь!
АкъылыфIагъэр зыфIэделагъэу,
Уей, дунеижь!
ФэжьIужь делагъэр зыхуэхъужауэ,
Уей, дунеижь!
НэмыукIытагъэр зи жьэгу щыпэкIуу,
Уей, дунеижь!
ЕмыкIур екIум хэзыгъэгъуащэу,
Уей, дунеижь!
Бохъшэ домбейхэм къадеуджэкIыу,
Уей, дунеижь!
Хейр уэчылыншэу щыхаутапэу,
Уей, дунеижь!
Шатащхьэ IувкIэ щыкIар зыгъашхэу,
Уей, дунеижь!
Бэр зи кIэкъинэм хэзыгъэшхыкIыу,
Уей, дунеижь!
Зауэ-зэдауэр зи зэштегъэууэ,
Уей, дунеижь!
Псэ хей гуIэжхэм яхуэгунэфу,
Уей, дунеижь!
ЦIыху уасэр мылъкукIэ къыщапщ-щалъытэу,
Уей, дунеижь!
Гухэлъ уэрэдхэр щафIэауану,
Уей, дунеижь!
ЗдэармырамкIэ еджэрэзэкIыу,
Уей, дунеижь!
ЩыхупIэ нэзым IукIэрэхъухьу,
Уей, дунеижь!
Уи нэ щыпхахэр зэ къэптIэтэжу,
Уей, дунеижь!
Гъуэгу захуэ нэхум дынытепшэжкъэ,
Уей, дунеижь!
Гугъэн-хъуэпсэнкIэ дезыгъэшауэ,
Уей, дунеижь!
Гурыгъ мелуанхэр изыгъэжауэ,
Уей, дунеижь!
Шы дахэ жэркIэ сыпщыгугъами,
Уей, дунеижь!
Шы гъуабжэ мыжэу укъысхущIэкIти,
Уей, дунеижь!
* * *
Хуейщ дыгъэр бзийкIэ гуэшэну,
ЩIым гуапэу къедэхэщIэну.
Зауэм и Iугъуэм щIиуфэм -
Дыгъэм и лажьэр сыт?
Хуейщ бзухэр уэгум итыну,
Хуиту уэрэд кърашыну.
Шэм и фий макъым игъащтэм -
Бзухэм я лажьэр сыт?
Удз дахэр хуейщ къэгъэгъэну,
Еплъ псоми ягу хигъэхъуэну.
Ем къыщIэхутэм и лъэгум -
Гъэгъам и лажьэр сыт?
Хуейщ сабий цIыкIухэр джэгуну,
ЩIым гуфIэу къыщажыхьыну.
Балигъхэр зэгурымыIуэм,
Сабийм я лажьэр сыт?
Ди кхъухьыр
Ди кхъухьыр уардэт, хуэдэ тенджызышхуэм
Темыт тфIэщIыжу, исхэр дригушхуэрт.
Есыхт адрейхэр, дыдэсейрт ди закъуэ,
Ерыщу толъкъуныдзэм деIэпщакIуэрт.
Тенджызым хабзэ ткIийуэ къыдекIуэкIхэр
Къидмыдзэт, есых псоми дащIэнакIэрт.
Дыхэтт дблэсыкIхэр тлъэкIым едгъэплъыну,
Зэрытенджызу зыдэдгъэплъеину.
АрщхьэкIэ тенджызышхуэр бэшэчами,
Ди ерыщагъыр куэдрэ хуэшэчакъым:
БорэнкIэ дыкъищIащ натIэрыуапIэ,
Зэхикъутащ ди кхъухьыр хьэбэсабэу.
Толъкъунхэр зэрыхуейуэ ирикъухьу
ЕзыхьэкIыну зи гугъа ди кхъухьыр
Иджы тенджызым къызыхидзыжауэ
И Iуфэм Iулъкъэ зэтещэхэжауэ…
Дапщэщ ди дыгъэр пшэхэм къыкъуэкIыжу
А псыхьэлъахуэр щигъэгъущыжынур?
А псыхьэлъахуэм кхъухь къыхэтщIыкIыжу,
Тенджызым тетхэм дащыщIыхьэжынур?!
* * *
ГъащIэ-хышхуэ, хэт хьэфэ гъэпщакIэ,
Хэт кхъуафэжьей цIыкIукIэ,
хэт кхъухь инкIэ -
Дытехьащи, щхьэж зэрыхуэщIакIэ -
Дэ дыщосыр псори уи толъкъунхэм.
Демызэшу къунтххэр зэфIыдощIэ,
Идодзыхыр хъыхэр уэ уи лъащIэм.
Дожьэ махуэ ди кIэн къыщикIынум -
Ди насып-бдзэжьейр къыщыкъуэкIынум.
Ди мурадым дылъэIэс щытфIэщIым, -
Зэтрекъутэж псори уи жьапщэм.
ДокI зэмани, ифI зыкъыбошэжри,
Гугъэ нэпцIхэм псэр зыщIогъэшэжыр.
Кхъухьым исым джейр хуощIыжыр плъапIэ,
Адрейхэм - щхьэж езым фIэлъапIэр.
Апхуэдэххэу дыбогъэхь ди гъащIэр
ДыщIэтIысыкIыхукIэ уи хы лъащIэм.
…ФIыуэ слъагъурат, насыпу слъытэу,
Си дыщэ бдзэжьейуэ си пщIыхь хэтыр.
Ауэ къунтхкIэ ар къысхуэубыдакъым,
Хъы зыIыгъхэм сэ сыхиубыдакъым.
* * *
Шэрхъ гудзэншэу дунеижь абрагъуэр
Зи Iэмырым къыдекIэрэхъуэкI,
Хабзэ пхэнжхэу мы ди гъащIэр мыгъуэ
КъытщызыщIхэр щIым щытхузэхъуэкI.
Зи гущIэгъур ин! Дунейм и шхуэIур
Залымыгъэм къытхуIэщIэгъэкI.
Нэмысыншэм цIыху гъэсам и нэкIур
ЩIихулыкIыу хуумыдэ афIэкI.
Хейм и фащэр мысэм щебгъэтIагъэу,
ЩIэпхъаджащIэм хуумыгъэхъу уэчыл.
ИумыгъэщI пэжщIэкъур щIэнэкIалъэ,
Былымаблэм и нэгур гъэджыл.
ЦIыху щэджащэм дзы къыхуебгъэлъыхъуэу,
Iимансызыр щихъыу умыгъэIу.
АкъылыфIэр, и щхьэр игъэлъахъшэу,
Тумыгъэт ахьмакъхэм я бжэщхьэIу.
КъыумыгъэкI и кIэныр нэжэсыгъэм,
ЩIым делагъэм зыщумыгъэубгъу.
ДжэдыгуибгъукIэ зы лIым ухуэупсэу,
Къыумыгъанэ джэдыгуншэу лIибгъу.
Уи гулъытэ хэбну зыхуэфащэр,
Джэгу щIыхьыншэм ирумыгъэщIэкI.
Зи щIалэгъуэу зи хыхьэгъуэр гъащIэм
Ем и жьапщэм ирумыгъэщIыкI.
…ЩекIуэкI псори ди щIыгушхуэм плъагъуу,
ЕпхьэкIар уэ мыилъэс мелуан,
«А уи лъэIухэм хэлъкъым зы щIэщыгъуэ», -
КъысхужыпIэу, сыкъыумыщI ауан.
Ди щхьэщыгум дыгъэр къизыIыгъэу,
Зи IэмыркIэ щIыр къекIэрэхъуэкI,
Пэлъэщауэ е-бзаджейм цIыхугъэр
ЩIы хъурейр зэгуэрым нэху къегъэкI.
ХЬЭВЖОКЪУЭ Людмилэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "878.txt"
} |
КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Президентым и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым и президиумым и зэIущIэм
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Дунейпсо кооперацэмрэ хамэ къэралхэм сату ядэщIынымрэ», «Лэжьыгъэм кърикIуахэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ», «Хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэм къыхалъхьэ жэрдэмхэр ядэIыгъыныр» лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум.
Премьер-министрым гулъытэ хэха хуищIу къытеувыIащ бюджет ахъшэхэр зыхухаха Iуэхум къызэрыхуагъэсэбэпым, къэрал мылъкур къызэрыIахын хуей щIыкIэм теухуа хабзэхэм зэрытетымрэ ар зратын хуейхэм и пIалъэм зэраIэрыхьэмрэ: «НаIуэу зэрыщытымкIэ, ди къэралым, фэрэ дэрэ ди лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэщ ар икIи а лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным теухуа хабзэхэр къызэпызыудхэм икъукIэ ткIийуэ ябгъэдыхьэнущ, уеблэмэ уголовнэ жэуапым щрашалIи къыхэхуэу», - къыхигъэщащ Медведев Д. А.
Министерствэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я унафэщIхэм пщэрылъ щащIащ мылъкур и чэзум къызэрамыгъэсэбэпым, Iуэхур кIыхьлIыхь зэращIым, апхуэдэу хуагъэува къалэнхэр и чэзум зэрамыгъэзащIэм теухуа ныкъусаныгъэхэр щыIэу ялъагъумэ, абы теухуауэ Прокуратурэ нэхъыщхьэм зыхуагъэзэну.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр «Дунейпсо кооперацэмрэ хамэ къэралхэм сату ядэщIынымрэ» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным унэтIыныгъиплIкIэ хэтщ. Ахэр мэкъумэш IуэхущIапIэхэм, промышленностым я продукцэр нэгъуэщI къэралхэм яхуегъэшэным, Iуэхутхьэбзэ щIэным ехьэлIащ, дунейпсо кооперацэм зегъэужьыным пыщIащ. Программэм щыубзыхуахэр зэгъэхъулIэн мурадкIэ щIыналъэр яужь итщ хамэ къэралхэм щыпщэ хъуну мэкъумэшхэкIхэр гъэхьэзырыным. Къэралыр къазэрыдэIэпыкъум Iэмал къитынущ хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ щылажьэ IуэхущIапIэхэу хамэ къэралхэм зи продукцэхэр езыгъашэхэм я бжыгъэр 2024 гъэм ирихьэлIэу хэпщIыкIыу нэхъыбэ хъунымкIэ.
ХьэрычэтыщIэхэр дэIыгъыным хуэунэтIауэ республикэр лъэпкъ проектым унэтIыныгъитхукIэ хэтщ. Ахэр ехьэлIащ бизнес Iуэхухэр зэтеухуэнымкIэ щыIэ щытыкIэхэр егъэфIэкIуэным, хьэрычэт IуэхущIапIэ мыинрэ курытрэ зыгъэлажьэхэм льготэ яIэу мылъку яхухэхыным, фермерхэм грантхэмрэ зэрагъэгушхуэ Iэмалхэмрэ къахузэгъэпэщыным, мэкъумэш кооперацэм зегъэужьыным, нэгъуэщI зыбжанэми.
«Хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ» лъэпкъ проектым хыхьэу 2019 гъэм зэрыщIидзэрэ апхуэдэ IуэхущIапIэхэм финанс дэIэпыкъуныгъэу иратащ сом мелуани 193-м щIигъу, я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпыну щIыналъэ сакъылэт фондым кредиту сом мелуан 847-м щIигъу къыхахын папщIэ. Куэд мыхъу щIыхуэхэр тынымкIэ фондым илъэсыр къызэрихьэрэ хьэрычэт IуэхущIапIэ мыинрэ курытрэ зыгъэлажьэхэм щIыхуэ 55-рэ яритащ, сом мелуан 57-м щIигъу хуэзэу.
«Лэжьыгъэм кърикIуахэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ» проектым щIыналъэхэр зэрыхыхьэ графикым ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мурадщ, а унэтIыныгъэм щызэфIигъэкIа щапхъэ нэхъыфIхэр къигъэсэбэпу, 2022 гъэм ирагъэкIуэкIыну зэпеуэм хэтыну.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "879.txt"
} |
Кадыров Азрэт Iуащхьэмахуэ районым и прокурорщ
Урысей Федерацэм и Генеральнэ прокурорым дыгъэгъазэм и 12-м къыдигъэкIа унафэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iуащхьэмахуэ районым и прокурорым и къулыкъум илъэситху пIалъэкIэ ягъэуващ Кадыров Азрэт Владимир и къуэр.
Кадыров А. В. 1971 гъэм къалъхуащ. ЛъэпкъкIэ балъкъэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм прокуратурэмкIэ и органхэм абы лэжьэн щыщIидзащ 1992 гъэм Дагъыстэн къэрал университетыр къиуха нэужь. КъБР-м и Совет районым и прокурорым и дэIэпыкъуэгъуу, Налшык къалэм и прокурорым и дэIэпыкъуэгъуу щытащ. 2006 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм щегъэжьауэ 2011 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм нэсыху Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iуащхьэмахуэ районым и судыщIэм и къулыкъур иIыгъащ. 2012 гъэм и мазаем Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм къулыкъу щищIэу щIидзэжащ икIи федеральнэ законодательствэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъынымкIэ управленэм и прокурору щытащ.
Унагъуэщ, бынищ иIэщ.
КъБР-м и прокуратурэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "88.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Филологие IэщIагъэм хуеджэхэм къэрал мылъку хухахын хуейщ
УФ-м и Президент Путин Владимир иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ УрысыбзэмкIэ советым и зэIущIэ. Урысыбзэм мыхьэнэуэ иратыр кърибгъэлъэгъуэну ирикъунщ Советыр Президентым и нэIэ щIэту зэрылажьэр.
Къэралым и Iэтащхьэм зэIущIэм дагъуэ щыхуищIащ, уеблэмэ ар щытехъущIыхьащ УФ-м наукэмрэ цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ етынымкIэ и министр Котюков Михаил. Щхьэусыгъуэр цIыхухэр еджапIэ нэхъыщхьэ щыщIэтIысхьэкIэ къэралым и хьэкъкIэ еджэну Iэмал зыгъуэтыр зэрымащIэрщ. Псалъэмакъыр къызытехъеикIар Воронеж къэрал университетым и магистратурэм къыщыхъуа Iуэхурщ. Филологие къудамэм и магистратурэм бюджетым къыхэкI мылъкукIэ щрагъэджэну щIагъэтIысхьэр цIыхуих къудей фIэкIа зэрымыхъум и хъыбар кърагъэщIащ президентым. Гуп ирагъэджэн щхьэкIэ, абы цIыху 12 нэхърэ мынэхъ мащIэ къащтэн хуейщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, адрей цIыхуихым езыхэм я мылъкукIэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтын хуей хъунущ.
Путиным жиIащ мы Iуэхур зыпэмыплъауэ къызэрыщIэкIар. «Ар апхуэдэу щытмэ, абы утепсэлъыхьыну икъукIэ гугъущ. Магистратурэм и зы къудамэм цIыху 12 щIэсын хуеймэ, ауэ хым фIэкIа бюджет мылъку хухамыхынумэ, дауэ апхуэдэ гупыр къызэрызэбгъэпэщынур?» - еупщIащ Путиныр Котюковым. Министрым, Iуэхум и пэжыпIэр къэрал УнафэщIым къыгуригъэIуэну яужь ихьащ. «Филологие унэтIыныгъэхэм къэрал мылъку хухахыурэ щрагъаджэр зэрыхъур а IэщIагъэхэр къыхэзыхахэм я процент 40 къудейрщ, адрейхэм пщIэ яту йоджэ - е езыхэм я ахъшэ, е зыгъэлажьэхэм я мылъку ирату щIэныгъэ зрагъэгъуэт. Апхуэдэу зэрыщытыр ирагъэджэну къащтэнухэр щытрагуашэкIэ къат бжыгъэхэми наIуэ къащI», - жиIащ Котюковым.
«МыхъумыщIагъэщ фэ статистикэм къитхэм фIэкIа нэгъуэщI тегъэщIапIэ зэрывмыщIыр, дыщыпсэу щIым, гъащIэм къыщекIуэкIхэр къывгурымыIуэу. ИкъукIэ мыхъумыщIагъэщ! Апхуэдэу щыщыткIэ, зэрыщIагъэтIысхьэ а фи хабзэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн хуейщ. Гупыр я нэхъ мащIэрамэ цIыху 12 хъун хуейуэ щывгъэувакIэ, апхуэдизым яхурикъун бюджет мылъкуи яхухэфх абыхэм», - жиIащ Президентым.
Абы къызэрыхигъэщамкIэ, цIыхур филолог IэщIагъэм езым и мылъкукIэ хуеджэным ебгъэувалIэ хъунукъым, сыту жыпIэмэ, ар зрагъэгъуэту лэжьэн щIадза нэужьи абыхэм, псалъэм папщIэ, щIыдагъэм, газым елэжь IэнатIэхэм пэрытхэм хуэдэу, хэхъуэшхуэ къаIэрыхьэнукъыим.
«Сэ къызгуроIуэ фи министерствэм къэрал псом и нэIэ тригъэтын, абы бжыгъэшхуэхэр зэблигъэкIын хуей зэрыхъур, ауэ, дауэ щымытми, гулъытэ хэха хуэщIыпхъэщ дызыхэпсэукI гъащIэм къыщекIуэкIхэм», – тригъэчыныхьащ Путиным икIи министрым пщэрылъ щищIащ а зэпэщIэуэныгъэхэм унафэ тэмэм трищIыхьыну, Iуэхум хабзэ халъхьэну, псом яужькIи езым абы теухуа хъыбар ирагъэщIэжыну.
Доллар мелуан 40 и уасэ фэтэрхэр
Сирием и президент Асад Башар и Iыхьлыхэм Москва унэ тIощI къызэрыщащэхуам и хъыбарыр зэбгригъэхьащ «Файнэншл таймс» инджылыз газетым. СХьР-м унафэр щызыIэщIэлъым и благъэхэм илъэс зэхуэмыдэхэм - 2013 гъэм къыщыщIэдзауэ мы илъэсри къыхиубыдэу - ди къэралым и щыхьэрым щызыIэрагъэхьащ доллар мелуан 40 зыхуэзэ псэупIэхэр.
«Москва-сити» комплексым щыщ фэтэрхэрщ абыхэм я мылъку зыхалъхьар - 18-р «Къалащхьэм я къалэ» зыфIащам, зыр къат куэд дыдэу зэтет «Федерация» унэхэм щыщщ. Газетым и корреспондентхэм къызэрахутамкIэ, унэ 13-р я мылъкущ Асад и анэм и дэлъум и къуэ Махлуф Хьэфиз е абы игъэлажьэ компаниехэм.
Аналитикхэм къызэралъытэмкIэ, Асад и Iыхьлыхэм апхуэдэ щIыкIэкIэ и жэуап иратауэ аращ КъуэкIыпIэм а къэралым хуигъэува санкцэхэм – хэти хуейщ и мылъкур нэхъ хъума щыхъуну щIыпIэм ихьыну. Сирием Iулыджышхуэ щызиIэ унагъуэм щыщхэм апхуэдэ хэкуу къилъытар Урысейрауэ къыщIэкIынущ.
Апхуэдэ лъэбакъуэ зэрачам щхьэкIэ хуагъэшхыдэну журналистхэм IуэхущIапIэ зыбжанэм зыхуагъэзат, ауэ зыми зыхуей жэуап къыпахакъым. Кремлым а Iуэхум зыри химыщIыкIыу жиIащ УФ-м и Президентым и пресс-секретарь Песков Дмитрий.
«Абы дэ хэтщIыкIынIаи хуейкъым. Урысейр хуиту сату щащI щIыпIэщ. А хъыбарыр пэжу, дэри дыщыгъуазэу сощIри, Урысейм щыпсэухэми, хамэ къэралхэм щыщхэми ди деж унэ Iэджэ къыщащэху. Сыт-тIэ абы щхьэкIэ? НэгъуэщI хэку псэупIэ къыщыпщэхуным мыхъумыщIагъэ хэлъкъым. Къэрал куэдми апхуэдэу щыхабзэщ», - къыхигъэщащ Песковым.
Нобэ
♦Гуапагъэм и дунейпсо махуэщ
♦Нэфхэм я дунейпсо махуэщ
♦Урысей Федерацэм Къэрал щэхур хъумэнымкIэ и IуэхущIапIэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
♦Урысейм радиацэм, химическэ, биологическэ Iэщэхэм защыхъумэным хуэгъэпса и дзэхэм я махуэщ
♦1758 гъэм Москва къалэм и лъабжьэр щагъэтIылъащ Япэ медицинэ институтым (иджыпсту Сеченов И. М. и цIэр зэрихьэу Москва дэт медицинэ академиерщ).
♦1851 гъэм Москварэ Санкт-Петербургрэ зэпызыщIэ Николаевскэ (иджы Октябрьскэ) гъущI гъуэгур ятащ.
♦1872 гъэм Толстой Лев и «Азбука» тхылъым и етIуанэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ.
♦1918 гъэм Рязань къалэм къыщызэрагъэпэщащ хьэуа-десантыдзэхэм я унафэщIхэр щрагъэджэну училищэр.
♦1921 гъэм Москва къалэм къыщызэрагъэпэщащ Вахтангов Евгений и цIэр зезыхьэ Къэрал академие театрыр.
♦1850 гъэм къалъхуащ Шотландием щыщ тхакIуэ цIэрыIуэ, усакIуэ, «Остров сокровищ» романыр зытха Стивенсон Роберт.
♦1914 гъэм къалъхуащ совет инженер-конструктор, мазэм ягъэкIуа аппаратхэр къэзыгупсыса Бабакин Георгий.
♦1929 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ сурэтыщI, Адыгэ Республикэм и Гербыр зыщIа Мерэтыкъуэ Долэт.
♦1955 гъэм къалъхуащ зэдзэкIакIуэ, радиожурналист Мэремкъул Ларисэ.
♦1955 гъэм къалъхуащ США-м щыщ актрисэ, Америкэм и киносаугъэт нэхъыщхьэ псори - «Оскар», «Грэмми», «Тони» и «Эмми» жыхуаIэхэр - зыхуагъэфэща Голдберг Вупи.
♦1976 гъэм къалъхуащ урысей биатлонисткэ, Олимп Джэгухэм я чемпионкэ, дунейпсо зэпеуэ куэдым щытекIуа Ахатовэ Альбинэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 11 - 15, жэщым градуси 3 - 4 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зэз зи бзэгу телъым IэфI щымыIэж къыфIощI.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "880.txt"
} |
Си Хэку щынэхъ щIыIэ махуэ закъуэ ХамэщI гъатхищэ нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 1, 9-хэм итщ.)
Иджы нэгъуэщI щIыпIэкIэ дгъэзэнщ. Ар Чорум вилайетырщ.
Чорум къалэм и Iэшэлъашэхэм шэрджэс къуажэу 32-рэ щыIэщ (шапсыгъ къуажэу 10, беслъэнейуэ 8, абэзэхэу 8, натыхъуейуэ 3, къэбэрдейуэ 2, абазэу 1). Мы щIыпIэм адыгэу мин 24-рэ щопсэу.
Киркделим (Анжыкъуей) беслъэней къуажэр километр 20-кIэ пэжыжьэщ Чорум. Абы адыгэу 130-рэ щопсэу: Агъыржанокъуэхэ, Шыгъурхэ, Хьэвхэ, Джатэрывэхэ, ДыщэкIхэ, Хьэгъэжейхэ, Дэхъушокъуэхэ, Хьэмкъутхэ, Молэныкъуэхэ, Мамышхэ, Щынахъуэхэ, Хъурейхэ, Адзынхэ, АфэщIыжхэ, Къулыкъуэхэ, Чичэхэ. Я анэдэлъхубзэр жылэм дэс псоми ящIэ.
Джамил-бейр, Къуийхьэблэр Чорум километр 24-кIэ фIэкIа пэмыжыжьэу псыхъуэ дахэм дэсщ. Къуажэм шапсыгъ, натыхъуей унагъуэу 90 щопсэу: Сохъутакъуэхэ, Ерыгъужхэ, Къэрабэхэ, Емзэгъхэ, Хьэтххэ, ЕтхъыкIхэ, ПщыукIхэ, Хъупшыхэ, Уэттэхьхэ, Хьэтыгъуэжьхэ, Ефталъэхэ…
Кавказыр зрагъэбгына адыгэхэр мыбы 1885 гъэм къэкIуащ. Мы щIыпIэм ахэр къэзышауэ яIуэтэжыр Сэхъутакъуэ Нэчущ. Къуажэдэсхэр щIым толэжьыхь. Абыхэм ягъэкI гуэдзи, сэхурани, фошыгъу жэгунди, хъарбызи, бжьыни.
Капахлыр (Алътыкъуей) къэбэрдей къуажэщ, унагъуэ 20 щопсэу: Атэлыкъхэ, Нэгъуейхэ, Къардэнхэ, Пэрийхэ, ДыщэкIхэ, Купсыжьхэ.
Капахлы пэмыжыжьэу ГукеренкIэ (Бзагуэкыт) еджэу абазэ къуажэ щысщ. Абыи унагъуэ 22-рэ щопсэу: Бзагуэхэ, Хьэлбатхэ, Джадрэхэ, Хьэузхэ, Ахъыхэ, Жийхэ, Ахьбэтхэ, Хъущтхэ, Зэджакъуэхэ, Хьэнхэ, Лидзэхэ, Чэмкуэхэ.
Болу вилайетми адыгэ, абхъаз куэд щопсэу.
Бостан Ери къуажэм шапсыгъ унагъуэ 40 дэсщ. 1991 гъэм Налшык къэIэпхъуэжын и пэ къихуэу мыбы щыпсэуащ икIи щылэжьащ адыгэ тхыдэтх цIэрыIуэ Иззэт Айдемыр (Выщхьэ). 60 - 70 гъэхэм и кIэхэм абы «КавказкIэ» еджэу журнал къыдигъэкIыу щытащ. Айдемыр и лэжьыгъэхэмкIэ дэIэпыкъуэгъу ин хуэхъуащ абы и щхьэгъусэ Сумер. Адыгэхэм я тхыдэм къыщыхъуа нэщхъеягъуэшхуэм триухуащ абы 1988 гъэм Анкара къыщыдигъэкIа «Мухьэжырхэр» и тхыгъэшхуэр. Иззэт 2005 гъэм дунейм ехыжащ.
Бостан Ери щопсэу Хьэкъуратэхэ, Мамийхэ, Емзэгъхэ, Хъунэгухэ, Багъхэ, Выщхьэхэ, Алащэхэ, Щхьэбыкъуэхэ, Хьэпакъуэхэ, Хьэкъуухэ, Туркъаухэ, ЛIыIувхэ, ЩIымытхэ, Нэхъурахъуэхэ.
Биюкачма (Нэгъужьхьэблэ) Дюзджэ къалэм километритху къудейкIэщ зэрыпэжыжьэр. Къуажэм унагъуэ 35-рэ дэсщи, нэхъыбэр шапсыгъщ: Хьэтххэ, Ачмыжьхэ, Нэпсохэ, Хьэгъурхэ, Фаджэхэ, Мыщэхэ, Тхьэухъухэ, ТIэшухэ, Дыгъужьхэ.
Дюзджэм 1964 гъэ лъандэрэ Адыгэ Хасэ дэтщ. Ар илъэс 16-кIэ лэжьауэ, Тыркум дзэ къулыкъущIэхэм тепщэгъуэр яубыда нэужь, зэхурагъэщIыжауэ щытащ. 1986 гъэм Хасэр аргуэру къызэрагъэпэщыжащ.
Нобэ Болу вилайетым шапсыгъыу, абэзэхэу, убыхыу мин 50, абхъазу мин 15 щопсэу.
… Тыркум и къалащхьэм километр 40-кIэ пэжыжьэщ Хаджимуратлы къуажэр. Урыс-япон зауэм щIидзэным зы тхьэмахуэ фIэкIа имыIэжу Къаншыуей, Борыкъуей, ХьэпцIей джылахъстэней къуажищым я цIыхухэм адэжь Хэкур ябгынэгъащ. ЯпэщIыкIэ ахэр Истамбыл екIуэлIащ. Мази 9-кIэ Адапазар щыпсэури, итIанэ Анкара и Iэшэлъашэм Iэпхъуащ. Къуажэм Абазэхэ ящыщу унагъуи 4, Йогъужыкъуэхэ - 15, Чэримхэ - 10, Сокъурхэ, ЦIыпIынэхэ, Къущхьэбийхэ - зырыз дэсщ. Апхуэдэу мыбы щопсэу Хьэткъуэхэ (абэзэхэщ), Умыжьхэ (абазэщ), Уэттэхьхэ (шапсыгъщ), Чегемтыхэ (осетинщ). Псоми адыгэбзэр фIы дыдэу ящIэ. Хаджимуратлы жылагъуэм цIыху 300 хуэдиз щопсэу. Мыбы дэгъуэу хъума щыхъуащ адыгэ хабзэр. Къуажэм клуб дэтщ. Абы сабийхэр лъэпкъ къэфэкIэм щыхуагъасэ, адыгэ хабзэм, нэмысым, тхэкIэ-еджэкIэм щагъэгъуазэ. МэкъумэшыщIэхэм гъавэ щIапIэ гектар 1000 яIэщ, хъупIэр гектар мин 15-м нос.
Къуажэ школым сабийхэр 5-нэ классым нэс щрагъаджэ. Абы и ужькIэ Черкес-хиюк (Кургъуокъуей) беслъэней къуажэм дэт курыт школым ягъакIуэ.
Хаджимуратлы дэт Хасэм куэдрэ щохьэщIэ Европэм, Америкэм, Океанием я къэралхэм я дипломатхэу Анкара щыIэхэр. Ахэр яфIэгъэщIэгъуэну хэтщ хьэгъуэлIыгъуэхэм, адыгэ шхыныгъуэхэри хуабжьу ягу ирохь.
Инджилик - апхуэдэу йоджэ Анкара километр 15-кIэ фIэкIа пэмыжыжьэ шапсыгъ къуажэм. Зэгуэр жылагъуэшхуэу щытам нобэ къыдэнэжар унагъуи 6-щ.
Къэбэрдеишхуэ здэщыIэм Къэбэрдей ЦIыкIуи щыIэн хуейщ. ГъэщIэгъуэныракъэ, Тыркум щыIэ Къэбэрдеишхуэм и гъунэгъуу, Кахраман-Мараш вилайетым, къуажэ 14 хъууэ щитIысыкIащ Джылахъстэнейри. Зи унэкъуэщ къэзылъыхъуэхэм си гуапэт джылахъстэней къуажэхэмрэ абыхэм щыпсэу лъэпкъхэм я унэцIэхэмрэ фэзгъащIэмэ:
Янтепе (ХьэпцIей): АфIэунэ, Хъуэжэ, Дзыгъуанэ, Емуз, Хьэжыгъулэ, Къудей, Шыбзыхъуэ, Мамхэгъ, ЛъакъуэщIэч, ГъукIокъуэ, Жаныкъ, Щхьэгуэш, Щокъул.
Согуджак (Астемырей): Абэзэхэ, Астемыр, Мэрзей, Алъхъуо, Сэлыхь, КIэрэф, ХьэщIэIущ, Тэрчокъуэ, Ботэщ.
Коркмаз (Индрей къуажэ): Индэр, ЛампIэжь, Теувэж, Гувэжыкъуэ, Хьэпэ, Куэшэфэр, Мылэ (Сэшхуэгъур), Нэгъэплъэж, Дудей, Щокъул, Iэрдэхъан, ЩакIуэ, ТIыкъ, Хамэ, Тхьэгъэзит.
Кузутепе (Къаншыуей): Белгъэр, Багъэтыр, Iэщхъуэт, Шакъ, Дзэщокъуэ, КIэфо, Хьэнагъуэ, Къуныжь, Тумэ, Емызэгъ, Хьэмбырцом, Жэныкъ.
Агаши Карабук (Анзорей): Бэрэгъун, Дау, Доткъул, Джатэжьей, Мэремыкъуэ, ПхъуантэрыщIэ, Тхьэзэплъ, Сымыт, Дуз.
Орта Карабук (Анзорей): Ло, Татлы, Сэрахъэ, Мэремыкъуэ, Токъу, Шыбзыхъуэ, ПхъуантэрыщIэ, БищIо, Сымит, ХъуэжылIджэш.
Юкари Карабук (Къэшэжхьэблэ): Вындыгъу, Жу, Шагъыр, Елмырзэ, Жылэхьэж.
Адрей жылагъуэхэм адыгэцIэ яIэкъым.
Ярмурлу (Азиз къуажэ): Апажыхь, Алкъэщ, Хьэткъут, Пэрыт, Хьэгуарэ, Хьэщэдж, МытIыжь, Шырыху, Мэрзей, Джыбыл, Шэрий, Токъу, УэнащIэ, Щоджэнщауэ.
Къамышыкъ: Азэмэт, ЛъакъуэщIэч, Понэж, Абэнокъуэ, Джэл, Жэрэн, ЖынжьакIэ, ЩIэмысэ, Дыбэ, Жэмэнбей, Акъсырэ, Ажьамэ, Нащхъуэ, СэлэхьцIыкIу, Щхьэгуэш, Iэпэжыхь, Матэ, Къаншокъуэ, Алкъэщ, Къуэшэж, Щоджэн, Жэмбахъуэ, Егъужокъуэ, Къамбот, ЛIэужь, ХьэжцIыкIу, Багъэтыр, ХьэщIэлI, Мэремыкъуэ, Бэрэздж, Шэджэм, Анзор, Ламырдон, ЛIыIэщын.
Фындык: Уэрыш, Къардэн, Хъуэжэ, Сэхъу, ЛIыгъур, Урым, ХьэнуащIэ, Хъупэ, КIэфо, Хъерлы, Тэрхъан, ХьэщIэлI, Хъуэщей, Къущхьэ.
Калакой: Шэрэдж, АфIэунэ, Сэрахъэ, Дзырунэ, ТIатIэ, Джыбылэ, Хъуэщей, Куэншыб, Хьэткъут.
Салян: Мамрэш, Ныбэжь, Тэрхъан, Мэрзей, КIыртIэ, Дадэ, Джыбыл.
Сарайджыкъ: Жылэхьэж, Хьэтыкъуэ, ХьэтIыжь, Губырэ, Мэрзей, Астемыр, ПщыукI, Хъуэжэ, Жыкуэ, Шэрэдж, Мамрэш, ХьэкIэш, Щоджэн, Хьэчэ.
Къарэахьмэд: Балъкъэр, КIэмпIарэ, Сэрахъэ, Бэлагъы, Унэж, Гъудэ, АфIэунэ, Дзэшокъуэ, Сэбэней, Жэныкъ, Емуз, Къудей, Хъуэщей, Есэн, ХьэкIэш, Шэшэн, Шырыху.
КъыжыIэн хуейщ адыгэ жылэхэм, абыхэм къабгъэдэс тырку, хьэмшэрий, хьэрып къуажэхэми хуэдэу, я псэукIэр зэрымыщIагъуэр. Куэд щIакъым жылэ цIыкIухэм уэздыгъэр зэрынэсрэ, телевизор зиIэхэр мащIэщ. ЕджапIэхэм етхуанэ классым нэсщ узэрыщеджэфынур. Уи адэ-анэм зыгуэр яхузэфIэкIмэ, район е вилайет къалащхьэм уагъэкIуэнщи уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэнщ.
Сыт хуэдизу тыркухэм къыдамыкъузами, я бзэкIэ псэлъэну хуит ямыщIами, я хасэхэр мызэ-мытIэу зэхуащIыжами, адыгэхэр адрейхэм лIыгъэкIи, нэмыскIи, къабзагъэкIи, щIэныгъэкIи, Iуэху зехьэкIэкIи къахолыдыкI. Щапхъэр куэдщ.
1922 гъэм Фрунзе М. В. Анкара къыщикIыжым, Сунгурмурэ Самаунрэ я зэхуакум щыпсэу ди лъэпкъэгъу унагъуэхэр и бысымт.
«Адыгэхэм хьэщIагъэшхуэ къыдахащ, - итхырт абы. - Урысейм щекIуэкIа революцэм яфIэгъэщIэгъуэну ахэр къыщIэупщIэрт… Сэмэгухэм я агитацэм пцIы къыхуаупсами, абыхэм Iуэхум и пэжыпIэр гурыгъуазэкIэ ящIэрт икIи Совет Урысейм фIыуэ къыхущытт».
АдэкIэ Фрунзе Михаил зэритхымкIэ, адыгэхэм «я нэхъыбэр, псом хуэмыдэу лIыжьхэр, адэжь Хэкум къагъэзэжыну щIэхъуэпсырт».
Ди лъэпкъ щэнхабзэр къуэпс куэдкIэ ИстамбылакIуэм пыщIа хъуащ. 1908 гъэм тырку щыхьэрым къыщызэIуах Адыгэ ФIыщIэ Хасэ. Ар зыухуахэм яхэтащ Цагъуэ Нурий. Япэ адыгэ газетыр къыдэгъэкIынми ар хэлIыфIыхьащ. «Гъуазэ» - арат абы зэреджэр. Газетым и япэ номерыр 1911 гъэм мэлыжьыхь мазэм и 2-м Истамбыл къыщыдэкIащ. Редакцэм и унафэщIыр Нэгъуджэ Исуфт, ауэ лэжьыгъэр зезыхьэри тхыгъэм я нэхъыбэр зыгъэхьэзырри Уардэ Ахьмэд-Нурт (ар Цагъуэм и цIэ лейт). Нурий 1913 гъэм Къэбэрдейм къегъэзэж.
«Гъуазэр» мазиплIкIэ тыркубзэкIэ къыдэкIа иужькIэ ар адыгэбзэкIи традзэу щIадзэ. Цагъуэм и IэдакъэщIэкIыу тхыгъэ зыбжанэ тетащ газетым. «Гъуазэм» и напэкIуэцI куэд траухуащ хэхэсхэм я псэукIэм, мухьэжырхэм я щIэныгъэр, щэнхабзэр къэIэтыным, я анэдэлъхубзэр, хабзэр, нэмысыр хъумэжыным. Мыбы къытехуэрт Хэкужь хъыбархэри, ари, пцIы хэмылъу, Нурийт зи фIыщIэр. Газетым и дэIэпыкъуэгъу пажэхэт Цей Умар, Едыдж Хъейруллэ, ЛIышэ ТIэхьир, Ажыгъуей Сулеймэн, ЛIыцIэрыкъуэ Шэмсэдин, ТIутIэрыш Хьэзиз, нэгъуэщIхэри. Абыхэм «Гъуазэм» еджэхэр адыгэбзэр, лъэпкъыр, Кавказыр фIыуэ лъагъуным нэхъри къыхуагъэушырт.
Истамбыл а зэманым щыIа Хасэм зэрихьа IуэхугъуэфIхэр ноби уогъэщIагъуэ. Мухьэжырхэм къахэкIа щIэныгъэлIхэм, тхакIуэхэм, журналистхэм я тхылъ куэд абы щыгъуэ дунейм къытехьащ. Сэ ахэр зи IэдакъэщIэкIхэр фэзгъэцIыхуну сыхуейт.
ЩIэныгъэлI Фэтджэрий Мухьэмэд зэритхымкIэ, 1846 гъэм къыщыщIэдзауэ 1914 гъэм нэсыху Тыркум и къэрал къулыкъу нэхъыщхьэхэр яIыгъащ хамэ щIыналъэ къикIа цIыху минищым. Абы щыщу щиплIыр Кавказым иIэпхъукIа бгырысхэм я бынщ. Абыхэм яхэтащ IэщIагъэ зэхуэмыдэ зиIэ цIыху цIэрыIуэ куэд.
Ахьмэд Джэвит-пэщэр (1840 - 1916), илъэс пщIыкIуплIым иту, Псыжь икIри и адэ-анэм я гъусэу Тыркум Iэпхъуащ. Абы и унэцIэ дыдэр Тхьэрхэтщ. Ахьмэд куэдрэ къулыкъуфIхэр иIыгъыу лэжьащ. 1908 гъэм ар Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и Iэтащхьэу хахри, дунейм ехыжыху а Iуэхум псэ хьэлэлкIэ бгъэдэтащ. АдыгэбзэкIэ тхылъ къыдэгъэкIыным Ахьмэд илъэс зыбжанэкIэ яужь итащ. Абы хьэрып хъэтIыр и лъабжьэу зэхелъхьэ адыгэ алыфбей икIи ар 1897 гъэм Истамбыл къыщыдегъэкI. Илъэс пщыкIуплI докIри, Тхьэрхэтым и етIуанэ тхыгъэр дунейм къытохьэ. «Адыгэ макъхэм я къэпсэлъыкIэмрэ я тхыкIэмрэ» - аращ абы зэреджэр. А лэжьыгъэр Ахьмэд адыгэбзэкIи, хьэрыпыбзэкIи, тыркубзэкIи къыдигъэкIащ.
Джэвит-пэщэм и ныбжьэгъу пэжу, илэжь IуэхухэмкIи дэIэпыкъуэгъуфIу щытащ щIэныгъэхэм я доктор Пщыхьэлыкъуэ Мухьэмэд-Алий. Ар 1864 гъэм бжьэдыгъу хэкум икIыжу хамэщIым кIуэжа лIым и унагъуэм къыщалъхуащ. Тхьэрхэтымрэ Пщыхьэлыкъуэмрэ зэгъусэу «Адыгэбзэм и псалъалъэ» ягъэхьэзырри, абы щыщ зыкъом «Гъуазэм» къытрырагъэдзащ. Езы Мухьэмэд-Алий тхылъитху къыдигъэкIащ: «Адыгэ алыфбей», «Хьудрэ Сэмудрэ», «Кавказым и тхыдэ» (томищу).
Шунэтыкъуэ Мэти (1875 - 1922) Тыркум щыцIэрыIуэщ. Абы куэдрэ дзэм къулыкъу щищIащ. Ататюрк и дзэзешэхэм ящыщт, иужькIэ тырку меджлисым хэтащ, генерали хъуащ. Шунэтыкъуэм бзэ куэд ищIэрт, дунейпсо тхыдэм фIыуэ хищIыкIырт. Истамбыл абы тхылъ зыбжанэ къыщыдигъэкIащ адыгэхэм, нэгъуэщI лъэпкъхэм ятеухуауэ: «Кавказым и тхыдэ» (1914), «Хьеттхэр» (1915), «Адыгэхэмрэ пасэрей алыджхэмрэ» (1915), «Сэракъэ Адыгэ зи цIэ адыгэр» (1918), «Боспор къэралыгъуэмрэ Кавказым ис абхъазхэмрэ» (1918).
ФIыщIэ Хасэм куэдрэ щылэжьащ IэкIыфI Тыгъуэни. Ар езыр егъэджакIуэт, тхакIуэт. 1916 гъэм Тыгъуэн Истамбыл къыщыдигъэкIащ «Адыгэбзэм и зэхэлъыкIэ» зыфIища тхылъыр.
ТхакIуэ Сейн Ахъмэт (1859 - 1920) урыс гимназием щIэныгъэ щызригъэгъуэтат, ауэ езым хуэдэ куэдым ещхьу, гъэпцIагъэкIэ адэ Хэкужьыр ирагъэбгынат. Тыркум Ахъмэт щыегъэджакIуэт, абы адыгэ, тырку сабийхэм урысыбзэ яригъащIэрт.
Тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIауэ лэжьыгъэ зыбжанэ иIэщ Сейным: «СулътIан Абдул-Хьэзиз и хъыбархэр», «Дэнэ дыкIуэрэ?», «СулътIан Мурат Етхуанэм теухуауэ», «Иужьрей Урыс-Тырку зауэр», нэгъуэщIхэри.
Адыгэ ФIыщIэ Хасэм жыджэру хуэлэжьащ Тумэ Хъусени. Ар 1875 гъэм Дамыр-Гисар тырку жылагъуэм къыщалъхуащ. Хъусен адыгэбзэкIэ тхэрт, зыхуэусэри Кавказ щIыналъэрат. Тумэм и усыгъэ тхылъ 1919 гъэм Истамбыл къыщыдэкIащ. Адыгэбзэм и хабзэхэм ятриухуащ абы и етIуанэ тхылъыр.
КIэщIу зи гугъу тщIа лIы хъыжьэхэми, нэгъуэщI куэдми Iуэху нэхъыщхьэу зэрахуэр зыт: хэхэс хъуа, хэку анэбгъэм щIача я лъэпкъэгъухэр щIэныгъэншагъэм, кIыфIыгъэм къыхэшынырт. Ауэ ахэр зыбгъэдэт гъащIэм и хабзэ-бзыпхъэхэр ткIийт, щыпсэу къэралым лъэпкъ цIыкIухэр дикъузэрт, зэхуигъадэртэкъым. Иджыри къыздэсым тыркухэр я ныбжь щышынэжу мэпсэу, залымыгъэкIэ, унафэ мыхъумыщIэхэмкIэ мухьэжырхэр тырку ящIыну яужь итщ.
Абыхэм щIэх дыдэ ящыгъупщэжащ Антантэм хэт къэралхэм Тыркур щызэпкърачми, лъэпкъ-зэщIэхъееныгъэ зауэми, сулътIаныр щытрахуми Кавказым къикIа лIы хъыжьэхэр япэ итхэм яхэту зэрызэуар. Езы Мустэфа Кемал (Ататюрк) и гукъэкIыжхэм зэрыщитхымкIэ, тырку революцэм нэхъ гуащIэу хэтахэм ящыщщ адыгэхэу Адхьэм-пэщэр, Алий ФуIэд-пэщэр, Исуф Изэт-пэщэр, Фозий-пэщэр, РэIуф-бей, нэгъуэщI куэди. Адыгэ псори Ататюрк хиша гъуэгум и кIэм нэс ирикIуакъым. Дауэ мыхъуми, Тыркум и япэ президентыр абыхэм «лъэпкъ зэщIэхъееныгъэм и псыпэкIэ» еджэрт, мухьэжырхэм я бынхэм къэралым и тхыдэм щIыпIэшхуэ зэрыщаубыдыр къыхигъэщу.
Алий ФуIэд-пэщэр 1882 гъэм къалъхуащ, и адэри и адэшхуэри дзэм хэтащ: зыр генералу, адрейр маршалу. Анатолием и дыгъэ къухьэпIэмкIэ ФуIэд-пэщэр зи унафэщI дзэр алыдж зэрыпхъуакIуэхэм ехъулIэныгъэ яIэу езэуащ. Абы и ныбжьэгъу пэжт Адхьэм-пэщэр, «шууей зелъатэхэм» я Iэтащхьэр. Адхьэм и лIыгъэр, ар зэрыпхъуакIуэхэм я нэвагъуэр яригъэлъагъужу зэрыщытар КIыщокъуэ Алим и роман «Эмирым и сэшхуэ» жыхуиIэм къыщыгъэлъэгъуащ. А тIури Ататюрк игъэлъапIэрт икIи, пщIэ зэрахуищIым и щыхьэту, ФуIэд-пэщэм, Адхьэм-пэщэм, абыхэм я дзэм хэт псоми ящхьэрыгъ адыгэ пыIэ хъурейм хуэдэ зэрихьэрт.
1920 гъэм и кIэм Алий ФуIэд-пэщэр дипломат IуэхукIэ Мэзкуу ягъакIуэ. Ар Совет унафэщIхэм йопсалъэ, Ленин Владимир хуозэ икIи сэбэпышхуэ мэхъу ди къэралитIым я зэпыщIэныгъэхэр гъэтIылъынымкIэ. 1921 гъэм и гъатхэпэ мазэм ФуIэд-пэщэм аргуэру Мэзкуу трегъэзэж. Иджы ар тырку лIыкIуэт.
Илъэсрэ мазищкIэ Мэзкуу щылэжьа нэужь, абы Анкара къегъэзэж икIи куэд дэмыкIыу ФуIэд-пэщэр меджлисым и тхьэмадэ къуэдзэу хах.
Ди къэралым щилъэгъуахэр абы етхыж икIи «Мэзкуу гукъэкIыжхэр» зыфIища Iэрытхыр тхылъищу Истамбыл къыщыдегъэкI.
НэгъуэщI адыгэлI хахуэм и шыфэлIыфэри къыщегъэлъагъуэ КIыщокъуэ Алим и роман зи гугъу тщIам. Абы и цIэр Хъусен РэIуф-бейщ (КIыкIыхэ яйщ, убыхщ). Абы тырку щIалэщIэхэм я революцэм, Балкан, Япэрей дунейпсо зауэхэм лIыгъэ щызэрихьащ. 1918 гъэм РэIуф-бей тенджыз министру ягъэув. Истамбыл щыдэс зэманым абы Мустэфа Кемал ажалым кърегъэл.
ИужькIэ РэIуф-бей Анатолием къокIуэри, революцэр текIуэнымкIэ Ататюрк доIэпыкъу. АдыгэлIыр япэщIыкIэ жылагъуэ лэжьыгъэхэмкIэ министр ящI, мазэ бжыгъэ докIри - ар премьер-министрщ. ЕтIуанэрей дунейпсо зауэм и зэманым Хъусен РэIуф-бей тырку лIыкIуэу Инджылызым щылэжьащ.
Ататюрк и акъылэгъу нэхъ пэж дыдэхэм ящыщ зыт маршал Чокъмакъ Фозий. Илъэс куэдкIэ штаб нэхъыщхьэм и унафэщIу, дзэзешэ министру къулыкъу ищIащ. ИужькIэ ар меджлисым и депутату хах, премьер-министр мэхъу.
Ихьсан Сабри Чаглаянгил абэзэхэ лъэпкъым къыхэкIащ. 1908 гъэм Истамбыл къыщалъхуащ. А къалэм дэт университетым и юридическэ факультетыр къиухащ. ИужькIэ ар Тыркум и вилайет зыбжанэм я губернатору лэжьащ, мызэ-мытIэу къэралым и меджлисым (парламентым) хахащ. 1965 гъэм Ихьсан Сабри Тыркум лэжьыгъэ IуэхухэмкIэ и министру ягъэуващ. Абы куэдрэ иримылэжьауэ нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ министр къулыкъур къыхуагъэфащэ икIи 1971 гъэ пщIондэ а къалэныр егъэзащIэ. ИлъэсиплI докIри, аргуэру зэ а къулыкъур Чаглаянгил къыхуагъэфащэ. 1979 гъэм Ихьсан Сабри меджлисым и унафэщIу щытащ. 1980 гъэм мазэ зыбжанэкIэ, дзэ къулыкъущIэхэм тетыгъуэр яубыдыху, абы Тырку Республикэм и Президентым и къалэнхэр игъэзэщIащ.
И. С. Чаглаянгил мызэ-мытIэу Совет Союзым къэкIуэгъащ. Псалъэм папщIэ, нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ министру щыту, 1968 гъэм къэрал Iуэху и пщэ илъу ар Москва щыIащ.
Къулыкъушхуэхэр зэрахьэу, меджлисым хэтхэу, генералхэу, артист, сурэтыщI, тхакIуэ цIэрыIуэхэу ди лъэпкъэгъу куэд ноби Тыркум исщ. Ауэ ахэр тыркуущ зэратхыр, тыркубзэ фIэкIа зи анэдэлъхубзэр зымыщIэжри куэдщ.
… Ди лъэпкъым и хабзэ дахэхэм ящыщщ мыри: ар и гъунэгъухэм яхуэпэжщ, хьэщIэр адыгэм и дежкIэ лъапIэщ, абы и зы щхьэц налъэ къыхэху нэхърэ езыр яукIмэ нэхъ къещтэ. Мис апхуэдэ щIыкIэм тету адыгэ мухьэжырхэр ябгъэдэтщ тыркухэми хьэрыпхэми. «Мыр фэ фи лъэпкъ Iуэхущ», - жаIэу зыхэсхэр зэи бийм и закъуэ къыбгъэданэртэкъым, атIэ езыхэр япэ иту зэрыпхъуакIуэхэр я гъуэмбым ирахуэжырт. Сыт а пэжыгъэм къыпэкIуэжыр хамэщI ущисым деж? Абы триухуащ Тыркум щыпсэу адыгэ щIалэ Лу Джихьэн и усэр:
Ди лъэпкъыр и цIыху къалэным хуэпэжу
Щымыту гъащIэм зы махуи хыхьакъым.
Iэщэр тIэщIэлъу хамэщIыр тхъумэжу,
ДгъэкIуати, зы фIыщIи щIыхьи пытхакъым.
Пэжщ, хьэлъэщ хэхэс гъащIэр. Ар иджыри зэ наIуэ мэхъу нобэ хамэ къэралхэм ис адыгэ куэдым я гъащIэм, я псэукIэм куууэ щыгъуазэ зыхуэпщIа нэужь. Абыхэм къатха письмохэм укъыщеджэкIэ куэдым уогупсыс.
«Жьыгъэм нэкIур зэрегъалъэ. Абы ещхьыркъабзэу, ди псэри зэлъауэ къыщытщохъу мы хамэщIым», - етх Тыркум щыщ адыгэ щIалэм. Абы щIэныгъэ кууи иIэщ, ишхыни егъуэт, ауэ и лъэпкъым къыхуимыгъащIэ гъащIэр мыхьэнэншэу къелъытэ. Апхуэдэ дуней еплъыкIэ зиIэ хэхэсхэри мащIэкъым. Абыхэм ди къэралым и псэукIэр пэжу къэзыгъэлъагъуэ тхыгъэ псори яфIэгъэщIэгъуэну щIаджыкI. Ахэр къыщIоупщIэ ди тхакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм, абыхэм я жылагъуэ лэжьыгъэм. Дэри ди гуапэу зыдогъэцIыху хамэ хэкухэм щыпсэу адыгэхэу зи дуней еплъыкIэр дахэмэ, ди къэралхэм я зэныбжьэгъугъэр, зэпыщIэныгъэр быдэ хъумэ, ефIакIуэмэ зыфIэфIхэр, ди адыгэ щэнхабзэр здынэсар нэгъуэщI лъэпкъхэм езыгъащIэхэр.
Адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэхэм я тхыгъэхэр иужьрей зэманым нэгъуэщI къэрал зыбжанэм къыщыдэкIащ. КIыщокъуэ Алим и «Хъуэпсэгъуэ нурыр» хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIащ Сирием щыщ егъэджакIуэ Къумыкъу Мамдухь. А лэжьыгъэшхуэм Мамдухь илъэс зыбжанэ тригъэкIуэдащ, ауэ ар арэзыщ романыр зэдзэкIа зэрыхъуамкIэ. «Хъуэпсэгъуэ нурыр» къыдигъэкIащ Ливаным и къалащхьэ Бейрут дэт «Дар-аль-Фараби» тхылъ тедзапIэм. Хьэрып тхылъеджэхэм псалъэ гуапэкIэ мыбы защыхуегъазэ езы тхакIуэм - КIыщокъуэ Алим.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
Дзэзешэ цIэрыIуэ Пщэу Адхьэм
(Черкес Эдхем) (1880 - 1950 гъгъ.)
Ататюрк адыгэ дзэзешэмрэ зауэлIхэмрэ щIыгъуу. 1920 гъэ
Хеттолог Чурей Алий
Истамбыл Хасэм и къэфакIуэ гуп. 2002 гъэ
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "881.txt"
} |
Гулэжын Хьэзрэт и фэеплъыр Къэхъун щахъумэ
Къэхъун къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м и унафэщIу щыта Гулэжын Хьэзрэт волейболымкIэ и фэеплъ зэхьэзэхуэ щэкIуэгъуэм и 4-м екIуэкIащ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ зэхашэ мы Iуэхугъуэ дахэм мы гъэм нэхъри зрагъэубгъуащ.
Фэеплъ зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ къызэрагъэпэщат «НыбжьыщIэ армэ» зэщIэхъееныгъэм хэгъэхьэныр. Абы папщIэ къызэхуэсат Къэхъун дэт курыт еджапIитIым щIэсхэмрэ Нарткъалэ дэт СОШ №5-м къикIахэмрэ. Школ пщIантIэм щагъэуват Прохладнэ къалэм дэт дзэ гарнизоным кърагъэкIа техникэ лъэщхэр, нобэрей армэм къыщагъэсэбэп Iэщэ-фащэхэр, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэр къыщалъыхъуэжым къагъуэтыжа жыр пыIэхэр, автоматхэр, лагъымхэр, щыгъын кIапэхэр. Иужьхэм яхэтт Iуащхьэмахуэ и щыгум куэдрэ дэкIа къэхъундэс Шыбзыхъуэ Къазбэч а щIыпIэм къриха пулемётыр, совет сэлэтхэм бийр зэрызэтраукIар. «Мылым хэщтыхьауэ гу лъыттэри, ерагъкIэ къыхэтхыжащ», - къыджиIащ абы, а Iэщэр къыздикIамкIэ дыщеупщIым.
Ягъэлъагъуэ псори зыфIэщIэщыгъуэ сабийхэри балигъхэри техникэм епщIат, снайпер фочхэр, лагъымыдзэхэр, автоматхэр къащтэурэ зэпаплъыхьыну Iэмал яIэт, ахэр къахуэзыша сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ упщIэ куэдкIэ зыхуагъазэрт, дзэ автомашинэ лъэщхэм итIысхьэрт, сурэтхэр зытрагъэхырт. ИужькIэ дэтхэнэми Iэмал иIащ сэлэт кашэмрэ шеймрэ я IэфIагъыр зрагъэщIэну – губгъуэ пщэфIапIэр дзэ автомашинэхэм ящыщ зым и кIуэцIым итти, ерыскъы пщтырыр хуей псоми Iуагъахуэрт. А махуэм дунейр щIыIэтыIэти, шхын щIэщыгъуэм блэкIыфа яхэткъым.
ХьэщIэ лъапIэхэм ящыщт Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министрым и къуэдзэ Мэрем Мухьэмэд, Аруан муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ КъарэцIыкIу Мухьэмэд, а щIыпIэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ КIыщыкъуэ Дианэ, щIыналъэм и дзэ комиссар Багъ МуIэед, Прохладнэ щыIэ дзэ частым и унафэщIым и къуэдзэ Журба Дмитрий, «НыбжьыщIэ армэ» зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ штабым и пашэм и къуэдзэ Шыд Адэлбий, «Кавказ гъунапкъэ» къэлъыхъуакIуэ гупым и Iэтащхьэ Цыбин Виктор, ДОСААФ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Ветеранхэм я советым и тхьэмадэ МэцIыхъу Хъусен, «Дзэ зэкъуэшыныгъэ» щIыналъэ къудамэм и лIыкIуэ Абэнокъуэ Владимир сымэ, нэгъуэщIхэри.
ЕджапIэм и актовэ залым къызэхуэсахэр зэман кIэщIкIэ ирагъэблэгъащ. ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIа, Къэхъун дэт курыт еджапIэ №1-м и унафэщIым къызэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Езий (Бекъалды) Оксанэ гуфIэгъуэ щытыкIэм иту утыкум къриша еджапIитIым щIэсхэмрэ Нарткъалэ и СОШ №5-м къикIахэмрэ «НыбжьыщIэ армэ» урысейпсо дзэ-хэкупсэ зэщIэхъееныгъэм абы щыхагъэхьащ. Хэкум, къалэным хуэпэжу я гъащIэр яхьыну абыхэм тхьэрыIуэ ирагъэщIащ икIи дамыгъэ щхьэхуэхэр дэтхэнэми иратащ.
Хэгъэрейхэм къабгъэдэкIыу къэпсэлъа, Къэхъун курыт еджапIэм и унафэщI ХьэхъупащIэ Iэмин мыпхуэдэ Iуэхугъуэшхуэхэр, мыхьэнэ ин зиIэхэр, я деж щIэх-щIэхыурэ къызэрыщызэрагъэпэщыр и гуапэ зэрыхъур къыхигъэщащ. Фэеплъ зэхыхьэр зытеухуа Гулэжын Хьэзрэт ныбжьэгъу пэжу, егъэджакIуэ нэсу зэрыщытари игу къигъэкIыжащ. «Хьэзрэт школым и унафэщIу щыт щхьэкIэ и щхьэр зэи игъэлъэгакъым, ар сыт щыгъуи цIыху къызэрыгуэкIт, псэ къабзэт. Зэрыригъаджэ предметыр фIы дыдэу зэрищIэм къищынэмыщIауэ, гупыр къызэщIызыгъэуIуэфт. Куэдрэ къыщыхъу щыIэт иригъаджэ цIыкIухэр пщэдджыжьым жьыуэ и унэм деж щызэхуэсрэ зэгъусэу зарядкэ ящIу, топ джэгуу. Абы иужькIэ жэрыгъэкIэ зэбгрыкIыжхэрти, къыкIэрыху яхэмыту, школым екIуалIэрт икIи фIыуэ, гукъыдэж яIэу еджэрт. Апхуэдэу гъащIэ узыншэм щIэблэр хуигъасэрт».
Къэхъун къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу Леонид къыхигъэщащ дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэ егъэкIуэкIынымкIэ Прохладнэ дэт частыр сыт щыгъуи щIэгъэкъуэн къазэрыхуэхъур, абыхэм я парашютистхэр щIэх-щIэхыурэ я щIыпIэм къызэрыщелъэр.
- Мы щIыналъэм къыщызэрагъэпэщ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм я процент 90-р зи жэрдэмыр илъэс зыбжанэкIэ гуапэу сызыдэлэжьа Гулэжын Хьэзрэт и къуэш нэхъыщIэ Беслъэнщ. РОСТО-ДОСААФ-м и Аруан район Автошколым и унафэщIу ар зэрыщыта илъэсихым къриубыдэу и гъэсэнхэр республикэм щедгъэкIуэкI зэхьэзэхуэ псоми щытекIуащ, зы лIэужьыгъуэкIи бжьыпэр зыми ирамыту, - жиIащ полковникыу дзэм къыхэкIыжа МацIыхъу Хъусен. - Апхуэдэхэращ хэкупсэ нэсыр, сыт щыгъуи укъэзыгъэпэжынур. И къуэш Хьэзрэт и фэеплъым и закъуэкъым абы ихъумэр. НэгъуэщI куэдми я пщIэр иIэтащ, 115-нэ шуудзэм хэтахэм я иужьрей егъэзыпIэр къилъыхъуэжу Ростов областым куэд дыдэрэ макIуэ икIи апхуэдэхэм я Iыхьлыхэм хъыбар ярегъэщIэж.
НэгъуэщI куэдми псалъэ гуапэхэр щыжаIащ зэIущIэм. Псоми я гупсысэ нэхъыщхьэр зыхуэкIуэр зыт - щIэблэ узыншэ къытщIэхъуэным дэтхэнэри телэжьэн зэрыхуейрщ, щхьэж и зэфIэкI хилъхьэу.
«НыбжьыщIэ армэм» гупыщIэ хагъэхьа иужькIэ, къызэхуэсахэм щIыбым къагъэзэжащ. Абыи Iуэху щхьэпэ къащыпэплъэрт - сыт щыгъуи закъыщIэзыгъакъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм къарита жыгищэр щыхасащ школым и Iэгъуэблагъэм нэхъапэм щагъэтIыса 11-нэ шуудзэм и фэеплъ хадэм. Абы жыджэру хэтащ кърихьэлIа псори, министрым и къуэдзэ Мэрем Мухьэмэдрэ а IуэхущIапIэм и къудамэм и унафэщI КъардэнгъущI Муратрэ я пашэу.
Зи гугъу тщIы зэхыхьэ щхьэпэр зытеухуа Гулэжын Хьэзрэт 1956 гъэм Къэхъун къыщалъхуащ. А къуажэм ар къыщыхъуащ, щеджащ икIи щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта иужькIэ егъэджакIуэу щылэжьащ. И ныбжьыр илъэс 31-рэ фIэкIа мыхъуауэ, ар IэIэткIэ Къэхъун дэт курыт еджапIэ №1-м и унафэщIу и лэжьэгъухэм хахащ икIи къызэIуахагъащIэ школым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Ар зэхуэдэу фIыуэ ялъагъурт къыдэлажьэхэми, иригъаджэхэми, абыхэм я адэ-анэхэми. ЩIалэ дыдэу гуузу дунейм щехыжам дэтхэнэ къэхъундэсми ар езым и хэщIыныгъэшхуэу, и гуауэу къилъытат.
Нобэми Гулэжын Хьэзрэт къуажэдэсхэм ящыгъупщэркъым. Аращ абы волейболымкIэ и фэеплъ зэхьэзэхуэ къызэрагъэпэщу, къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу щылэжьа еджапIэм щрагъэкIуэкIам, еплъыну куэд къыщIэкIуари. Зэпеуэм къызэхуишэсат Аруан, Тэрч, Лэскэн куейхэм я жылагъуэ зыбжанэм къикIахэр. Сыхьэт зыбжанэкIэ ахэр къикIуэт ямыщIэу зэхьэзэхуащ икIи джэгукIэ дахэ къагъэлъэгъуащ.
ТекIуэныгъэр зыIэрыхьа Тэрч щIыналъэм и волейболистхэм Гулэжын Хьэзрэт и фэеплъ кубок зэIэпахыр, дипломхэр, вымпелхэр, саугъэт нэхъыщхьэр къалъысащ. ЕтIуанэ увыпIэр зыубыда Шэрэдж Ищхъэрэм къыкIэлъокIуэ Старэ Шэрэдж къикIахэр. Абыхэми саугъэт лъапIэхэр хуагъэфэщащ. Нэгъабэрей зэпеуэм щытекIуа Ташлы-Тала щыщ щIалэхэми Прохладнэ къалэм щыIэ дзэ частым и командэми гулъытэ пыухыкIа хуащIащ.
Фэеплъ зэхьэзэхуэр къызэгъэпэщыным жыджэру хэтащ Къэхъун къуажэ администрацэр, Хьэзрэт и къуэш нэхъыщIэ, егъэджакIуэу, РОСТО-ДОСААФ-м и Аруан район Автошколым и унафэщIу лэжьа, иджы Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр зэфIэгъэувэжыным къару куэд тезыгъэкIуадэ Гулэжын Беслъэн, къыдеджахэр, иригъэджахэр. И ныбжьэгъу пэжхэу нобэми къэнэж Жамборэ Аскэрбий, Гъащтэ Владимир, Бэрэздж Анорбий, ДжэгуакIуэ Мухьэрбий сымэ я мылъкум къыхэкIыу волейбол зэпеуэм щытекIуахэм саугъэтхэр хуагъэуващ.
Школ пщэфIапIэм Гулэжын Хьэзрэт жьэрымэ щыхуагъэуащ икIи кърихьэлIа псоми Iуагъэхуащ - Тхьэм и псэр щигъэгуфIыкI!
ЦIыхум и цIэр къраIуэху, ягу къэкIыжыху ар псэущ. Псэущ и фэеплъ дахэр, зэфIигъэкIа Iуэху щхьэпэхэр, къигъэна гупсысэхэр. Къэхъун къуажэм щIэх-щIэхыурэ ягу къыщагъэкIыж Гулэжын Хьэзрэт. Ар зыкъомкIэ и фIыгъэщ илъэс къэс и фэеплъу къызэрагъэпэщ волейбол зэхьэзэхуэми. Шэч хэлъкъым абыи и гъащIэр кIыхь зэрыхъунум.
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "882.txt"
} |
Волейболым и Ленэ дахэкIей
БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм я кIэухым цIыхубз волейболым и вагъуэр щылыдащ адыгэ бзылъхугъэ телъыджэ, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Ахэмын Еленэ. 1978 - 1982 гъэхэм Свердловск (иджы Екатеринбург) и «Уралочка» командэм хэту ар СССР-м и чемпион тхуэнейрэ хъуащ, Европэм и чемпионхэм я кубокыр тIэунейрэ зыIэригъэхьащ. Къэралым и гуп къыхэхам 1979 - 1983 гъэхэм зэпыу имыIэу ираджащ икIи абы дэщIыгъуу Европэмрэ Олимп джэгухэмрэ дыщэ медалхэр къыщихьащ, дунейпсо чемпионатым зыкъыщигъэлъэгъуащ. Ахэмын Еленэ и закъуэщ ди лъэпкъэгъу цIыхубзхэм Олимп чемпиону къахэкIар.
Свердловск къалэм дзэм къулыкъу щызыщIэу абы къыщынэжа Ахэмын Рабихь и унагъуэм 1961 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым) и 5-м хъыджэбз цIыкIу къралъхуащ. Ленэ зыфIаща сабийр, адыгэ уэрэд цIэрыIуэм зэрыщыIуащи, дахэкIейт, апхуэдэт спортым щыпхиша и гъащIэ гъуэгури.
Ахэмын Рабихь волейболыр хуабжьу фIыуэ илъагъурт икIи сабийхэр абы хуигъасэрт. И ныбжьэгъут къэралми Европэми щыцIэрыIуэ Свердловск и «Уралочка» цIыхубз командэм хэтхэмрэ зыгъасэхэмрэ икIи зэпыщIэныгъэ быдэ яхуиIэт. И щхьэгъусэ Инесси спортым и мастерт, ауэ зыхэтыр баскетболырат. Абыхэм я быныр, дауи, къэзылъхуахэм я лъагъуэм ирикIуапхъэт.
И ныбжьыр илъэс пщыкIутI щрикъум, Еленэ волейболым зыхуигъасэу щIидзащ. Абы и япэ тренер Филимонов Юрий лъэкI къигъэнакъым адыгэ пщащэм а спорт лIэужьыгъуэр фIыуэ иригъэлъагъун, текIуэныгъэ инхэм я лъабжьэр хуигъэтIылъын папщIэ.
Пхъум къыдэлажьэ зэпытт и адэри. «Сыт волейболыр фIыуэ щIэплъагъур?» - жаIэу журналистхэр иужькIэ къыщеупщIам, Еленэ яжриIат: «Си адэм абы сызэрыхишаращ. Ар езыр тренеру лажьэрти, волейболыр си гъащIэм щыщ зы Iыхьэ ищIыфащ».
Спортым и закъуэкъым Рабихь ипхъухэр зыдригъэхьэхар. Гъэмахуэ каникулхэм и деж абы и унагъуэр Къэбэрдейм къишэжырти, благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ яригъэлъагъурт, адэжь щIыналъэм и дахагъымрэ IэфIагъымрэ захригъащIэрт. Еленэрэ абы и шыпхъу нэхъыщIэ Иринэрэ я гумрэ я псэмрэ щызу загъэпсэхуауэ, ауэ къыздэкIуэжар аргуэру зэрабгынэжыр къатехьэлъэу Свердловск ягъэзэжырт. ЩIэхъуэпсырт илъэс дэкIмэ къытрагъэзэну, зыхунэмыса, зыхуэмызэфа псори зэщIагъэхьэну.
Курыт еджапIэр фIы дыдэу къиуха иужькIэ, Еленэ институтым щIэтIысхьащ. Абы еджэнымрэ спортымрэ хъарзынэу зэдихьырт икIи ехъулIэныгъэхэр дэни щиIэт.
Совет Союзым тепщэныгъэр щызыIыгъ, Европэми фIыкIэ къыщацIыхуа Свердловск и «Уралочка» командэм а лъэхъэнэм ухыхьэну хуабжьу гугъут. Ар хузэфIэкIащ Еленэ. ХузэфIэкIам и закъуэкъым, атIэ гупыр зыгъэгуп, абы и пашэ хъуащ. Я тренер нэхъыщхьэ Карполь Николай и ныбжьэгъу Ахэмын Рабихь зэгуэрым къыжриIауэ щытащ: «Уи пхъур уэщхьщи, насыпыфIэ хъунущ. Хьэл-щэнкIи къыпкIэрыхуркъым - мурад ещIри, ерыщу зрегъэхъулIэф, бэшэчщ, зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъщ».
Адэ-анэм я дежкIэ быным я насыпым нэхъ дэрэжэгъуэ щыIэ?! Рабихь хуабжьу щыгуфIыкIырт ипхъухэм я ехъулIэныгъэхэм. Псом хуэмыдэу ар ирипагэт Еленэ спортым къыщихь текIуэныгъэхэм. Япэр къыщыхъуар школакIуэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэращ, къыкIэлъыкIуэр 1978 гъэм - Ташкент щызэхэта СССР-м и Лъэпкъхэм я спартакиадэрщ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Свердловск и «Уралочка»-м хэту Совет Союзым и чемпион хъуащ икIи къэралым и гуп къыхэхам хагъэхьащ.
1979 гъэм нэхъ утыкушхуэм ихьащ. А илъэсым Франджым щекIуэкIа Европэм и чемпионатым ар зыхэта СССР-м и командэ къыхэхар зыри зыпэмылъэщынт икIи дыщэ медалыр IэщIэлъу Ахэмыным къигъэзэжащ. Ар хуабжьу ехъулIэныгъэ инт, ауэ лъагапIэ нэхъыщхьэр къыщыпэщылъыр дяпэкIэт - Мэзкуу щыIэну Гъэмахуэ Олимпиадэм хуэфэщэну зыхуагъэхьэзырыпхъэт. Хуабжьу щIэхъуэпсырт Рабихь абы и пхъур щытекIуауэ илъагъуну, арщхьэкIэ… зэуэзэпсэу къытехуэри лIащ, и ныбжьыр илъэс плIыщI ирикъуа къудейуэ.
Еленэ икъукIэ куууэ зыхищIащ а гуауэ хьэлъэр. Волейбол джэгун дэнэ къэна, зыри хуеижтэкъым, фIэIэфIыжи щыIэтэкъым. Дуней псор къытеункIыфIам хуэдэт. АрщхьэкIэ адэкIэ псэун хуейт. ГъащIэм къыхэзышэжар и адэм къыхуиIа хъуэпсапIэр зригъэхъулIэну мурад быдэ зэрищIаращ. Абы папщIэ Олимп чемпион хъун хуейт.
Совет Союзым волейболымкIэ и цIыхубз командэ къыхэхам ерыщу зэхьэзэхуэм зыхуигъэхьэзырт. Я деж щекIуэкIыну Олимпиадэм абы щыджэгухэм къыщагъэлъэгъуэну хущIэкъурт я зэфIэкI лъагэр. Ар зрагъэхъулIэн папщIэ я зэмани къаруи еблэжыртэкъым. Гупым я пашэт и ныбжьэгъухэр сыт щыгъуи тезыгъэгушхуэ Ахэмын Еленэ.
И пIалъэр къэсри, Гъэмахуэ Олимп джэгухэр 1980 гъэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 20-м Мэзкуу и «Лужники» стадионым Iэтауэ къыщызэIуахащ. Афганистаным советыдзэр зэрихьар фIэгъэнапIэ ящIри, абы къэкIуакъым хамэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэр. АрщхьэкIэ зэхьэзэхуэм кърихьэлIахэри зэфIэкI ин зиIэ защIэт.
ЦIыхубз волейболрат дэ ди плъапIэ нэхъыщхьэр. Совет Союзым и командэ къыхэхам хэту абы зыкъыщигъэлъэгъуэнут Ахэмын Еленэ.
Адыгэ бзылъхугъэм и джэгукIэр, сыт щыгъуи хуэдэу, узыIэпызышэт. ЗэIущIэм и нэхъ гугъури абы и Iэзагъым къигъэIурыщIэрт. Япэ гъэхутапIэ хъуащ финал ныкъуэм Кубэм и волейболисткэхэм зэрыщаIущIар. Ахэр дунейм щынэхъ лъэщхэм хабжэрт икIи хуабжьу хэгъэщIэгъуейт. АрщхьэкIэ Ахэмын Еленэ зыхэт гупри лъэрызехьэт. Абыхэм я къарур игъэбагъуэрт къыдэщIхэр зэрыкуэдымрэ я Хэкум и къалащхьэм зыкъызэрыщагъэлъагъуэмрэ. Ахэр тенджыз къэукъубиям хуэдэти, «щхьэхуитыныгъэм и хытIыгур» (арат Кубэм зэреджэр) щIрагъэлъэфащ. Бжыгъэр шэч къызытумыхьэнт - 3:0.
Дыщэм щыщIэбэныну кIэух зэIущIэм Германие Демократ Республикэм и командэр къащыхуэзащ. Ар хуабжьу лъэщт икIи игъэкIуэтыгъуейт.
Япэ Iыхьэм ди волейболисткэхэр псынщIэу япэ ищащ. 14:8-уэ я хьэрхуэрэгъухэм щащхьэщыкIым, ахэр бэлэрыгъащ икIи къапэщIэтхэм очкоиплI зэкIэлъхьэужьу ирагъэхьащ. Къаруушхуэ трагъэкIуэдэн хуей хъуащ, зы очко зыIэрагъэхьэжу текIуэныгъэр къахьын папщIэ. Ар лъэужьыншэу къэнакъым икIи къыкIэлъыкIуэ зэIущIэр нэмыцэхэм 15:11-у яхьащ.
Ещанэ Iыхьэри хуабжьу ухэзыгъаплъэу ирагъэжьащ - 0:3, 3:6, 5:11, 7:13. Iуэхур хэкIыпIэншэ щыхъум, СССР-м и гуп къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Карполь Николай джэгум къыхигъэхьащ и «Iэщэ гъэпщкIуар» - Ахэмын Еленэ. Зэрыщыгугъауэ, зэIущIэм и екIуэкIыкIэм абы напIэзыпIэм зригъэхъуэжащ. Адыгэ бзылъхугъэм очкоих зэкIэлъхьэужьу гупым къыхуихьащ икIи и ныбжьэгъухэм я гур къызэригъэгъуэтыжащ, бжыгъэр 12:13-м нигъэсри. Ар лъэщу ебгъэрыкIуэрт икIи ныкъусаныгъэншэу зихъумэжырт. КъызэщIэрыуэжа ди волейболисткэхэм адэкIэ нэмыцэхэм я щхьэр кърагъэIэтакъым икIи 15:13-у хагъэщIащ.
Зи къарумрэ зэфIэкIымрэ шэч къытезыхьэжа ГДР-м и командэ къыхэхар еплIанэ зэIущIэм ужьыхыжыпащ. АдэкIэ зэрыныкъуэкъуэн гукъыдэж абыхэм яIэжтэкъым икIи 15:7-уэ икIуэтащ.
Апхуэдэу Ахэмын Еленэ и фIыгъэкIэ Совет Союзым волейболымкIэ и цIыхубз командэ къыхэхар Гъэмахуэ Олимпиадэм 1980 гъэм щытекIуащ. Дэри, зэи къэмыхъуауэ, диIэ хъуащ адыгэ пщащэхэм къахэкIа япэ Олимп чемпион. Абы папщIэ къыхуагъэфэща дыщэ медалым уасэ гуэр хуэгъэувыгъуейт - ар и адэ Рабихь и псэр зэригъэгуфIа тыгъэ лъапIэт.
ТекIуэныгъэ иныр къэзыхьа СССР-м и командэ къыхэхам щыджэгухэмрэ абы и тренерхэмрэ зэхэлъэдэжауэ IэплIэ зэхуащIырт, зэхъуэхъужырт. Тренер нэхъыщхьэ Карполь Николай псоми псалъэ гуапэ яжриIэрт, ауэ Ахэмын Еленэ нэхъ къыхигъэщхьэхукIырт, и фIыгъэкIэ зэIущIэ хьэлъэм зэрыщытекIуам папщIэ. Зэхьэзэхуэм еплъыну кърихьэлIахэм щIалитI къахэжауэ абыхэм къахуэжэрт. Мылицэри адрей хъумакIуэхэри къапэмылъэщу, ахэр утыкум къилъэдащ икIи удз гъэгъа Iэрамэшхуэр Iэнкун хъуа Ахэмыным IэщIалъхьащ. А щIалитIыр и адэм и хэкужь Къэбэрдейм къикIат.
ИужькIи ехъулIэныгъэфIхэр иIащ Еленэ. АрщхьэкIэ олимп текIуэныгъэр зыри зэмыфIэкIыфынщ. Ар гум щегъафIэ дэтхэнэ зы спортсменми, апхуэдэр зыгъэсами, къыдэщIахэми.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Ахэмын Еленэ и гъащIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ къыщыхъуащ: Одессэ и «Черноморец» футбол командэм щыджэгу Соколовский Игорь дэкIуэри, 1981 гъэм Украинэм Iэпхъуащ. Дауи, къыхэкIыжын хуей хъуащ игури и псэри зыкIэрыпщIа Свердловск и «Уралочка» гуп телъыджэм.
Олимп чемпионкэр гуфIэжу зыхагъэхьащ здэIэпхъуа Одессэ и «МедИн»-м. Ари СССР-м волейболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм щыджэгурт. ИлъэсиблкIэ хэтащ Еленэ абы икIи ехъулIэныгъэфIхэр къыхуихьащ. ИужькIэ Финляндием, Польшэм, нэгъуэщI къэралхэм я командэхэм зэфIэкI инхэр къыщигъэлъагъуэу щыджэгуащ. А псори къалъытэжри, ХХ лIэщIыгъуэм къриубыдэу Одессэ и волейболисткэ нэхъыфI дыдэу къалъытащ, а къалэм физкультурэмрэ спортымкIэ и управленэм и унафэщIу иужькIэ илъэс куэдкIэ лэжьащ.
Ахэмын (Соколовская) Еленэ Хэкум куэд зэрыхуилэжьар гулъытэншэ хъуакъым. «За доблестный труд» медалыр, «СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер» цIэ лъапIэр абы къыхуагъэфэщащ. Ар щапхъэ яхуэхъуащ волейболымкIэ къэралым и гуп нэхъыщхьэм 80 гъэхэм щыджэгуа Налшык и «Университет»-м хэта Лий Ларисэ, ЗекIуэрей Эльвирэ сымэ, нэгъуэщI ди лъэпкъэгъу куэдми.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "883.txt"
} |
Мэрем пшыхь
Прозэу тха усэхэр
Сыт-тIэ уэ пщIэфыр?
ИлъэсиплIым ит си хъыджэбз цIыкIур къызоупщI:
- Папэ, уэ зэи угъыркъэ?
- Хьэуэ, - жызоIэ.
- ГъыкIи пщIэркъэ? - фIэгъэщIэгъуэну зэкIэлъегъэпIащIэ абы. - Ухуейми угъыфынукъэ?
«Хьэуэ» щыжысIэкIэ, сабийм хуабжьу сыфIэгуэныхь мэхъу.
- Сыт-тIэ уэ пщIэфыр? - къызоупщI, нэщхъей къэхъуауэ.
ЩуIэгъэфI
- Ди жэмыжьыр бэзэрым схури сщэжащ.
- Тэмэму пщIащ: сужэгъуат ар, буурей хъужу!
- Жэмыр сщэри, бжэн къэсщэхуащ.
- Ар сыту фIыт: бжэнышэ зыхэслъхьэ щымыIэу фIыуэ солъагъу!
- Бжэнри сщэжащ…
- Ари хъарзынэщ: бжэныр жыгым хуэлъэщ, Iэджэуи дигъэбэмпIэнут!
- Бжэным къыщIэкIамкIэ упщIэ пыIэ къэсщэхуащ.
- Мис ар псом нэхърэ нэхъыфIыжщ! Жэму хъуар сытым и уасэ, уи щхьэм фIэлъыну пыIэм елъытауэ.
- СыкъыздэкIуэжым, псы сефэн хуей хъуащ. Зыщезгъэзыхым, пыIэр сщхьэрыхури, макIуэ-мэлъей, - псым ихьащ.
- ПыIэр ихьами, уи щхьэр псэууэ къэнакъэ! ПыIэу дунейм тетыр къраухьэкI уи щхьэм! Уэ уузыншэу укъыщысхуэкIуэжакIэ, апхуэдэ гуфIэгъуэм лъыпэ къыхуигъэкIыпхъэкъэ, уэ уи сэр къэгъэхьэзыр, сэ сыкIуэнщи адакъэжьыр къэзубыдынщ.
Къэжэр Хьэмид.
ГушыIэхэр
Хэхъуэ сылъыхъуэрэ сэ?
Хъуэжэ тумэнкIэ къищэхур сомибгъукIэ ищэжу, сомибгъукIэ къищэхур сомийкIэ ищэжу бэзэрым тетрей щыхъум, и щхьэгъусэм хуэмышэчыжу: «Ар сыт сондэджэрыкIэ, на, хэщI фIэкIа хэхъуэ уимыIэу», - жиIащ.
Хъуэжэ куэдрэ мыгупсысэу:
- Хэхъуэ сылъыхъуэрэ сэ, зиунагъуэрэ! Сэ сызыхэтыр хьэрычэт гуэрхэр схэлъ хуэдэу цIыхухэм закъыфIэзгъэщIыну арщ.
Уэ угубзыгъэмэ, къэгъуэтыж иджы
ТхьэмыщкIэ гуэр езыхужьауэ кIэлъыжэ бейр щилъагъум, Хъуэжэ и Iэлъэныкъуэ кхъуэщын цIыкIур къищтэри, кIэлъыджэу щIэпхъуащ.
Беижьыр къэувыIэри:
- Сыт ущIэкIийр? Узыхуейр сыт?! - къеупщIащ.
- Ей, зиусхьэн, махъсымэфI дыдэу мыбы из сиIамэ, уезгъэфэнут, - жриIащ.
КъигъэувыIар къеплъщ-къеплъри:
- Къыпхуэт щымыIэу уделэщ, - жриIащ.
- АтIэ уэ унэхъ губзыгъэмэ, къэгъуэтыж иджы а епхужьар, - жиIэурэ и пщIантIэм дыхьэжащ Хъуэжэ.
Жылау Нурбий.
Ущие зыхэлъ таурыхъ
Пелуанымрэ аркъэмрэ
Мы фхуэсIуэтэж хъыбар гущIыхьэр къыщыхъуар аркъэр къыщежьагъащIэрщ. Фэ фегупсысыж абы лъандэрэ сыт хуэдиз зэман дэкIыжами!
Мис а зэман жыжьэм щыгъуэ Мэзагъуэ къэралыгъуэм исыгъащ дуней псом щыцIэрыIуэ пелуанышхуэ гуэр. Абы, цыпэ къыщымыхъуу, пыл абрагъуэр къиIэтырт, и щхьэщыгум щигъэджэрэзырти, игъэувыжырт. ЖыпIэнуракъэ, ар апхуэдизкIэ узыншэт, лъэщт, къарууфIэти, къыпэлъэщыфа псэущхьэ а зэманым дуней хъурейм тетакъым. ЦIыхухэр абы ирипагэрт, къуалэбзухэр абы иригуфIэрт, хьэкIэкхъуэкIэхэр абы къехъуапсэрт.
Апхуэдэу екIуэкIыурэ, зэгуэр пелуаным щыуагъэшхуэ къыIэщIэщIащ. Зы махуэ гуэрым ар Аркъэм хуэзащ. Щыхуэзэм ехъуэпсащ.
- О, ди тхьэ! - жи Пелуаным, Аркъэм телъэщIыхьурэ. - Сыту укъабзащэ! Сытуи ухъуэпсэгъуащэ! Апхуэдэуи уIэфIыщэу пIэрэ?! Уисфынщи, сыноплъынти!
- КхъыIэ, Пелуан пэщIэщIэгъу сумыщI! - лъэIуащ Аркъэр. - Блэм и шэрэзым пылъ щхъухьыр зыми щыщкъым, сэ схэлъым елъытауэ. ЗэшэзэпIэу узукIынщ. Уэ пхэлъ къарур зы цы налъэ хуэдиз фIэкIа хъуркъым, сэ си бланагъэм елъытауэ. НапIэзыпIэм усIэщIэпIытIэнщ. Сэ къыстекIуэфа Пелуан игъащIэм дунейм къытехъуакъым, иджыпстуи теткъым, дяпэкIи къытехъуэнкъым. ФIы сщIэпхынкъым, хъер спыпхынкъым. Сыногуоуж: пэщIэщIэгъу сумыщI!
- Хьэ-хьэ-хьэхь! - Пелуаныр Аркъэм щодыхьэшх. - Сэ сэлъытауэ уэ сытым ущыщ, нащхъуэжь цIыкIу?! Си хьэм и жэкIэр сэ сщIэжыркъэ?! Си бланагъэр здынэсыр сэ сщIэжыркъэ?!
- НтIэ, Пелуан насыпыншэ, сэ уэ уэсщIэм еплъыж! - жи Аркъэм.
- Пииий! - IупщIэ ещI Пелуаным. - И кIэри и пэри уэракъэ? ПлъэкIIамэ, къыумыгъанэ! Уи ней къысщыхуэ!
- Ущоуэ, ди Пелуанышхуэ! - губгъэн къащI ар щIылъэм тет цIыхухэм. - Фадэм текIуэфа дунейм зы псэущхьи теткъым.
- Гъуэгу пхэнж утоувэ, Пелуан! - абы къогий уэгум ит къуалэбзухэр.
- Уи нэр къижу зумыгъэунэхъуж, Пелуан! - къолъэIу абы мэзым щIэт хьэкIэкхъуэкIэхэр.
Ауэ Пелуаныр зыми едаIуэркъым. Абы бжьакъуэ из Аркъэ иригъахъуэщ, игъэщIейри ирифащ. Ирифщ, тIэкIу дэкIыжри, нэжэгужэ къэхъуащ. ИтIанэ абы и узыншагъэмрэ и лъэщагъымрэ къыщIигъуа хуэдэу къыщыхъуащ.
- О, ди Тхьэ! - егъэщIагъуэ Пелуаным. - Мыр сыт телъыджэ! Си гур къигъэжанащ, си лъэр нэхъ жан ищIащ, си лъыр къигъэпщтыращ, си щхьэми дэуеижащ. Сэ мы дунейм сытетыху, нащхъуэжь цIыкIу, нэмыплъ уэстынкъым, зэи узутIыпщынкъым, хьэрэми усщIынкъым.
- Уэ Пелану пелуан псоми я пелуаныж! - жи Аркъэм. - Сыногуоуж: скIэрыкI! СкIэрыкIи, сэри си тхьэмыщкIапIэ сигъэсыж, уэри уи пелуаныпIэ исыж! Зумыгъэунэхъуж!
- Сэ уэ сыщыбгъэшынэнум деж хьэм сишх! - идэркъым Пелуаным.
- Уэ ди Пелуанышхуэ, Аркъэм утеунэхъуэнущ! - мэгузавэ щIылъэм тет цIыхухэр.
- Аркъэм утекIуэдэнущ! - аргуэру мэгузасэ уэгум ит къуалэбзухэр.
- Аркъэм узыIэщIилъхьэжынущ! - аргуэру мэгъуахъуэ мэзым щIэт хьэкIэкхъуэкIэхэр.
- Хьэ-хьэ-хьэхь! - мэдыхьэшх Пелуаныр. - Псоми жыфIэу хъуар шыпсэ зэфэзэщщ.
Арати, Пелуаным Аркъэр нэрыгъ ищIащ. ИщIащи, еуэ йофэ, еуэ йофэ! Ауэрэ, зы заул дэкIауэ, абы и лъэр нэхъ щIэщIэ хуэдэу, и къарум нэхъ кIэрич хуэдэу къыщыхъужу хуежьащ. Щыхуежьэм, и лIыгъэр здынэсыр игъэунэхужыну мурад ищIащ.
Нэхъапэхэм щыгъуэ Пелуаным, зы цыпэ къыщымыхъуу, Пыл абрагъуэр къиIэтрэ и щхьэщыгум щигъэджэрэзыжыфу щытатэкъэ?! НтIэ, иджы абы къыщыщIым феплъ! Дауэ имыщIами, дауэ емыплъами, абы Пылыр ерагъ-псэрагъкIэ фIэкIа щIым къыхутеIэтыкIыжыфакъым.
Пелуаным ар хуабжьу игъэщIэгъуащ:
- Мыр сыт телъыджэ! Си къарур дэнэ здэкIуар? - жиIэри.
Абы хэту Аркъэр къэдыхьэшхащ.
- Хьэхьэ-хьэхь! «ПэщIэщIэгъу сумыщI!» - жысIэри сынолъэIуэтакъэ?! Плъагъурэ иджы, Пелуан, уэ къыпщыщIа тхьэмыщкIагъэр? Ауэ ар сытым щыщ дяпэкIэ сэ уэ уэсщIэнум елъытауэ?! Иджыри сыногуоуж: зумыгъэунэхъужу хьэрэм сыщI. Иджыри кIасэ хъуакъым, - мэлъаIуэ Аркъэр.
- Апхуэдизу умыинат! - мэлъаIуэ щIылъэм тет цIыхухэр.
- Зэ къэгъэзэж! - мэубзэрабзэ уэгум ит къуалэбзухэр.
- Уи щIыхьыр хэутэн умыщIыж! - зэщIокъугъэ мэзым щIэт хьэкIэкхъуэкIэхэр.
Ауэ Пелуаным Аркъэр апхуэдизкIэ IэфI къыIурыхъуати, ефэн хухыфIэдзэжакъым. Ар аргуэру еуэ йофэ, еуэ йофэ! Аргуэру, зы тэлай дэкIауэ, абы и лIыгъэр игъэунэхужыну мурад ищIащ. Ауэ Пылым еIэри дэнэт - къыхуэгъэпIэтIэуэжакъым. ИтIанэ Iуэм ит вым зрипщытащ. Зрипщыта щхьэкIэ, ари ерагъ-псэрагъкIэ фIэкIа щIым къыхутеIэтыкIыфакъым.
ИтIанэ Пелуаным игурэ и щхьэрэ зэбгъэжащ:
- Еу-уей! Иджы сэ хэт и фIэщ сыхъужын, зы цыпэ къысщымыхъуу, Пыл абрагъуэр къэсIэтрэ си щхьэщыгум щызгъэджэрэзу щытауэ?
- Хьэ-хьэ-хьэхь! - къыщыдыхьэшхащ абы Аркъэр. - ДяпэкIэ уэсщIэну щIэпхъаджагъэм елъытауэ ар сытым щыщ?
- Уи адэм и ней къысщыхуэ! - губжьащ Пелуаныр. - Сэ къыспэлъэщын аркъэ иджыри къыщIагъэкIакъым, дяпэкIи къыщIагъэкIынукъым.
- Ущоуэ, Пелуан! - гузэващ щIылъэм тет цIыхухэр.
- Апхуэдизу зыкъыпфIэмыщIыж! - лъэIуащ уэгум ит къуалэбзухэр.
- Апхуэдизу ущIимыхьэ! - зэщIэкъугъащ мэзым щIэт хьэкIэкхъуэкIэхэр.
Ауэ, апхуэдизкIэ инат хъуати, Пелуаным Аркъэр хыфIидзэн идакъым. Ар еуэ йофэ, еуэ йофэ! Аргуэру, зы заул дэкIауэ, абы и лIыгъэр игъэунэхужыну мурад ищIащ. Ауэ вым еIэри дэнэт - къыхуэгъэпIэтIэуэжакъым. ИтIанэ шкIащIэ къалъхуагъащIэм еIащ. ЕIа щхьэкIэ, ари ерагъ-псэрагъкIэ фIэкIа щIым къыхутеIэтыкIыжыфакъым.
- Сэ афIэкIа лIыгъэ схэмылъыжу хэт и фIэщ пхуэхъун? - тхьэусыхащ Пелуаныр. - Ар пэжкъым.
- Пэжкъэ? - къоупщI абы Аркъэр. - Мыпэжмэ, а шкIащIэ дыдэм зэ еIэжи еплъыт, Пелуан!
Пелуаныр шкIащIэм еIащ. Ауэ ар абы къыхуэIэтыжыххакъым.
- Хьэ-хьэ-хьэхь! - Аркъэм Пелуаныр ауан къищIащ. - Сэ бжесIам натIэкIэ уеуэлIа иджы?! Уи пелуаныгъэр къыптесхащ! Уи узыншагъэр къыпIэщIэзгъэкIащ! Уи щIыхьыр хэутэн уэзгъэщIыжащ!
- КхъыIэ, нащхъуэжь цIыкIу, гущIэгъу къысхуэщI! - лъэIуащ Пелуаныр, и нэпситIыр къелъэлъэхрэ гъыуэ Аркъэм и пащхьэм здитым. - Си пелуаныгъэр къызбгъэдэлъхьэж! Си узыншагъэр схузэфIэгъэувэж! Си щIыхьыр къысхуэIэтыж! Сэ уэ игъащIэкIэ пэщIэщIэгъу усщIыжынкъым.
- АлейкIэ укъызэмылъэIу! - жи Аркъэм. - Сэ уэ ар пхуэсщIэнукъым. Уи жыIэмыдаIуагъым, уи ерыщагъым, уи щхьэншагъэм къыпхуихьар уи Iыхьэщ.
Зи къарумрэ зи узыншагъэмрэ зыфIэкIуэда Пелуаным Аркъэм и гущIэгъуншагъэр гущIыхьэ щыхъуащ. Щыхъущ, а зы напIэзыпIэм къытехуэри зэшэзэпIэу дунейм ехыжащ.
- Хьэ-хьэ-хьэхь! Сэ къыстекIуэн Пелуан иджыри къэс къызэрамылъхуар, дяпэкIэ къызэрамылъхунур мис иджы къыбгурыIуэжагъэнущ, Пелуан насыпыншэ! - жиIэри Аркъэр бзэхыжащ.
Дудар Хьэутий.
Гупсысэр - псалъэкIэ
МыIэрысей цIыкIу
Хадэм узэрихьэу уи нэр техуэрт мыIэрысей жыгыщIэм пыт мыIэрысэ плъыжь закъуэм. Анэ гумащIэу а зыр ихъумэрт, ипIырт жыгыщIэм. Дуней къэхъукъащIэхэм - жьапщэм, уэм, узым - IэщIахащ адрей и «бынхэр». И гъунэгъу жыгхэми зыри япытыжтэкъым. Хадэм къихьэ псоми жыгыщIэ цIыкIум яжриIэ хуэдэщ: «Феплъыт мы си япэ быным и дахагъым».
Ауэ… Тхьэм ещIэ а зы мыIэрысэ закъуэ къэнам ухыгъэ хуэхъунур. Упсэун, укъэхъун папщIэ, щIыуэпсым упэщIэтын хуейщ, упэмылъэщмэ, и гущIэгъу къыплъимыгъэсмэ, ущыIэжкъым.
Мы жыг цIыкIур сэ изогъэщхь зи бын хуэгумащIэу зыпI анэм. Быныр анэм къегъэщIри, теубгъуауэ епI: Тхьэ хуолъэIу, мафIэми, псыми, узми ящехъумэ. Зэрыщихъумэр илъэскъым, илъэситIкъым, атIэ и гъащIэм и фIыпIэр, и щIалэгъуэ дахэр трегъэкIуадэ.
Шыгъушэ Алий.
ГущIагъщIэлъхэр
ЩыIэщ дакъикъэ, илъэс псо и уасэу
Тхьэ щыIэу зэрыжаIэрэ Абы и щыIэныгъэм шэч къытезыхьэхэри къогъуэгурыкIуэ. ЛъэныкъуитIри къаугъэншэу дунейм зэрытегъэтынут, абыхэм я зэхуакум фейдэ хэхыпIэ къыщызылъыхъуэ закъуэтIакъуэхэр мыхъуатэмэ.
* * *
Гу къуэпсым пыкIэзызыхь пшыналъэ дахащэм содаIуэ. СедаIуэурэ, согупсыс: сыту дытхьэмыщкIэ дэ, цIыхухэр. А пшыналъэм иджыпсту си нэгу къыщIигъэува дунейм сэ зэи, зэи, зэи сытехьэфынукъым… ГъащIэр нэр игъэлажьэу фагъуэщ. Псэр ибэмпIыхьу къызэрыгуэкIщ. Гур къритхъунщIыкIыу пхъашэщ. ТхьэкIумэр икудэу хущхьэ макъ зэфэзэщщ. ГъащIэр - илъэс мин бжыгъэкIэрэ зэхалъхьа курыбэщ. Зэхэзылъхьари щIызэхалъхьари къахуэмыщIэж курыбэ зэкIуэкIащ. Абы дэ ди псори, псори хофыхь…ди хъуэпсапIэхэм къищынэмыщIа… ХъуэпсапIэхэр тхъурымбэ напIэурэ уафэм докIуей. ДокIуейри, а дэ зызыхуэтшийуэ зэи дызылъэмыIэс дунейм зыхаунащIэ.
* * *
ЩыIэщ дакъикъэ, илъэс псо и уасэу. ГуфIэгъуэрэ щIалэгъуэкIэ гъэнщIауэ. Дыгъэпсрэ насыпкIэ кудауэ… апхуэдэ дакъикъэ зыбжанэщ езыр мы гъащIэр зэрыхъур. Адрейр - куэнсапIэщ. Налкъут хьэдзэ цIыкIухэр щIэзыхъума куэнсапIэ самэшхуэщ.
* * *
КъызэригъэщIрэ цIыхур и къэкIуэнум щIэхъуэпсу, фIыуэ щыIэмкIэ щыгугъыу, и гугъапIэ псори абы щызэщIэн къыфIэщIурэ йокIуэкI. Иджы аракъым. Иджы цIыхур хуэпабгъэркъым къэкIуэнум. КъыфIэбгъэкIмэ, ар абы щымэхъашэу, щышынэу къыпщохъу… Насып диIэщи, щымыхъужми, иджы мыр жытIэну дыхуитщ. «Тхьэм гущIэгъу къытхуищI!»
* * *
ЦIыхур цIыху зэрыхъу лъандэрэ Iэщым нэхъри зыкъыщхьэщигъэкIыным хущIэкъу зэпытурэ къокIуэкI. Ауэ гъащIэм къыдиIыгъкъым ар цIыхум. ГъащIэм дежкIэ зи бзэ мыпсалъэр нэхъ фейдэуэ къыщIэкIынущ. А гупсысэурэ псалъэм нэхърэ. И щIагъуэхэр хуигъэщIагъуэ къудей мыхъуу, и дагъуэхэри гъащIэм езыгъэлъагъужыфым нэхърэ… гъащIэм щытепщэхэм насып яIэщи, зи бзэ мыпсалъэхэм ещхь цIыхухэр мащIэкъым. Нэхъ пэжыр жыпIэнумэ, - куэдыкIейщ.
* * *
Iэдэж ящIа усакIуэр яугущхъуа хакIуэм ещхьщ. Ухуеймэ, мы дуней фIыгъуэм лъакъуащхьэкIэ хэгъэувэ, - апхуэдэм и нэм зэи хъуэпскI къыщIыхьэжынукъым.
* * *
Жэнэтым щыгугъыу псэум и насыпщи, жыхьэнмэм пэплъэри насыпыншэ дыдэу убж хъунукъым. Насыпыншэ хъурейуэ къэлъытэн хуейр адэкIэ зыри здэщымыIэ шынагъуэм хэплъэ зэпыту псэурщ. Зыри. Зыри. Зыри…
* * *
ЛIэныгъэр а къызэрытщыхъум хуэдэу шынагъуэ?.. Хьэмэ?.. Я нэхъ еджагъэшхуэ дыдэми абы теухуауэ къыбжиIэфынур мащIэщ. Псэ ункIыфIахэм яхъумэ жэуапым елъытауэ - зырикIщ.
IутIыж Борис.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "884.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Трампрэ Эрдоганрэ зэгурыIуэну пIэрэ?
Дунейм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр нобэ нэхъ зыкIэлъыплъхэм ящыщщ Вашингтон махуитIкIэ щекIуэкIыну зэIущIэхэр - США-м и президент Трамп Дональдрэ Тыркум и и УнафэщI Эрдоган Реджеп Тайипрэ зопсалъэ.
А къэралхэр щIызэныкъуэкъу Iуэхухэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъум игъэгузавэу арами, абыхэмкIэ зэгурыIуэжыну къэрал лIыщхьэхэм ягу иралъхьами хэт ищIэн, ауэ щытыкIэм кIэлъыплъхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, фIэщщIыгъуейщ а тIур зытет гъуэгухэр зэ зэпсэлъэгъуэкIэ яхъуэжыну.
США-м и президентым Эрдоган тхьэмахуэ ипэкIэ хуигъэхьа тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Трамп Тыркум и Iэтащхьэм хуегъэлъагъуэ доллар мелардищэ и уасэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэну. Урысеймрэ Тыркумрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр апхуэдэ щIыкIэкIэ Трамп къигъэтIэсхъэну и гуращэу хуагъэфащэ аналитикхэм. Мыбдежым къызэрыгуэкI цIыхуми къыгуроIуэ Урысейм Тыркум ирища С-400 зенит-ракетэ комплексхэм ефIэкIын зыгуэрхэмкIэ Тыркур дихьэхыну Америкэр яужь зэритынур. Ауэ, урысей ракетэхэр Тыркум иращакIэщ икIи иджыри къыздэсым тхыдэм къыщымыхъуа лъэбакъуэ ячу апхуэдиз мылъку зытекIуэда Iэщэм кърагъэгъэзэжыну къыщIэкIынкъым.
Журналистхэм къаулъэпхъэща «щэхухэм» ящыщщ 2020 гъэ пщIондэ а ракетэхэр ямыгъэувыну, къагъэсэбэпуи щIамыдзэну США-м и президентым Эрдоган зыхуигъэзэну зэримурадыр. Абы Эрдоган арэзы техъуэмэ, и къэралым и шынагъуэншагъэм ар зэран хуэмыхъуну хэт щыхьэт техъуэфынур? Тыркум и президентри абы емыгупсысу щхьэ я гугъэу пIэрэ апхуэдэ IуэхукIэ Эрдоган епсэлъылIэнухэм?
Аращи, гурыIуэгъуэкъым НАТО-м зэдыхэт къэралитIым я унафэщIхэм я зэпсэлъэныгъэхэм кърикIуэнур. ТIури, шэч хэмылъу, икъукIэ къызэрыгуэкIкъым икIи пщIэну щыткъым зэгурыIуэпэнри. Унэ Хужьым къащыгуроIуэ а блокым хэтхэм ящыщу США-м и дарэгъу нэхъыщхьэр, дяпэкIи апхуэдэу къэнэжын хуейр Тыркурауэ зэрыщытыр. И армэм и бжыгъэмкIэ, и лъэщагъымкIэ Тыркум НАТО-м етIуанэ увыпIэр зэрыщиIыгъри ящIэж. А къэралым альянсым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, зыхъумэжыныгъэм пыщIа базэ зэрыщыIэри зыщигъэгъупщэркъым Вашингтон. А псоми ятепщIыхьмэ, Вашингтон Тыркум нэхъ щабэу епсэлъэн хуейщ. Ауэ американхэм мыбдежым къалъытэн хуейщ Тыркур иужьрей зэманым икъукIэ быдэу УФ-м къызэрыдэлажьэр, къэралитIым я унафэщIхэр дунейпсо IуэхухэмкIэ зэчэнджэщурэ къызэрекIуэкIыр.
Тыркур Урысейм лъэныкъуэ куэдкIэ къызэрыпыщIар нэрылъагъущ икIи Тыркум и президентым США-м щыжиIэнухэр Москва и псалъэ къудейуэ къыщIидзынри зыхуэIуа щымыIэу къалъытэ политолог куэдым. Дауэ мыхъуми, мы махуэхэм наIуэ къэхъунущ хэт и Iуэху еплъыкIэр текIуэнуми.
ТхьэмыщкIэхэр
мелуан тIощIым щIегъу
Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа хъунымкIэ къэщхьэпэну жэрдэмхэм, УФ-м тхьэмыщкIагъэр щыгъэкIуэдыным, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм хухах мылъкур абыхэм я деж нэсын папщIэ щIапхъэхэм теухуа и Iуэху еплъыкIэхэр къигъэлъэгъуащ УФ-м и Къэзыбж палатэм и УнафэщI Кудрин Алексей.
Абы къыхигъэщащ ди деж тхьэмыщкIагъэр, нэгъуэщI мыхъуми, процент 40-кIэ щыбгъэмэщIэн, абы хуэунэтIауэ екIуэкI лэжьыгъэм фIы къыдэкIуэн папщIэ илъэс къэс къэралым а Iуэхум сом мелард 200 хухихын зэрыхуейр. Мы зэманым ди къэралым хуэмыщIауэ щопсэу мелуан тIощIым щIигъу. Ахэр зи улахуэ кIапитI зэтезымыгъэхуэфхэракъым, апхуэдэхэри мымащIэми. Къулейсызым хабжэр яшхынкIэ, щатIэгъэнкIэ гугъу ехьхэрщ, махуэ къэс зыхуей нэгъуэщIхэр хуиту зымыгъуэтхэрщ.
«Къэралым и дежкIэ иджыпсту гугъуехь нэхъ ин дыдэр ди деж тхьэмыщкIэхэр зэрыщыкуэдырщ. Ди цIыхухэм ящыщ куэд дыдэ «гъащIэм щIобэн» жыхуаIэ щытыкIэм иту мэпсэу. Урысей Федерацэм хуэдэ хэкум дежкIэ тхьэмыщкIэу псэу уиIэныр емыкIу дыдэщ, уеблэмэ напэтехщ. Ди щIыуэпс къулеигъэхэм хуэдэ уиIэу, илъэсым къриубыдэу къыхэхъуэхэри (ВВП) абы къыхэплъытэжмэ, дэ апхуэдиз тхьэмыщкIэ диIэныр къэбгъэхъу хъунукъым», - къыхигъэщащ Кудриным.
Нобэ
♦Гъуэгум къыщыхъу автомобиль зэжьэхэуэхэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ
♦Дзэм къулыкъу щищIэну ираджэм и урысейпсо махуэщ
♦Урысейм зэщIэгъэуIуауэ щалэжь щIэпхъаджагъэхэм ебэныным хуэгъэпса IэнатIэр къыщызэрагъэпэща махуэщ (1988 гъэм)
♦Бразилие Республикэр къыщызэрагъэпэща (1889 гъэм) махуэщ
♦Палестинэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ - къэралыр къыщызэрагъэпэща (1988 гъэм) махуэр ягъэлъапIэ
♦Географие хъыбарегъащIэ системэхэм я махуэщ
♦Японием щагъэлъапIэ сабийхэм я махуэр
♦1764 гъэм Урысейм ХудожествэхэмкIэ и академиер къызэрагъэпэщащ.
♦1886 гъэм Штутгарт къалэм (Германие) щыщ Бош Роберт унагъуэм къыщагъэсэбэп Iэмэпсымэхэр щызэпкъралъхьэ и IуэхущIапIэ, цIыхуитI фIэкIа щымылажьэу, къызэIуихащ. Иджы ар дуней псом щыцIэрыIуэ «Bosch» фирмэрщ.
♦1912 гъэм лэжьэн щIидзащ IV Къэрал Думэм.
♦1933 гъэм Москва япэ троллейбус линэхэм лэжьэн щыщIадзащ.
♦1934 гъэм СССР-м япэу щекIуэкIащ макъ зыщIэт теленэтынхэр.
♦1955 гъэм Ленинград метром и япэ гъуэгум лэжьэн щIидзащ.
♦1982 гъэм КПСС-м и ЦК-м и Япэ секретару щыта Брежнев Леонид и хьэдэр Москва и Утыку Плъыжьым деж щыщIалъхьащ.
♦1988 гъэм СССР-м къыщызэрагъэпэщащ зэщIэгъэуIуа щIэпхъаджащIэ гупхэм ебэнынымкIэ управленэр.
♦1922 гъэм къалъхуащ совет конструктор, Iэщэ лIэужьыгъуэ куэд, абыхэм иджыпсту и цIэр зезыхьэ кIэрахъуэри яхэту, къызыгупсыса Стечкин Игорь.
♦1937 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, ЩIДАА-м и член-корреспондент, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэшыр Юрий.
♦1937 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и корректору илъэс 40-м щIигъукIэ хьэлэлу лэжьа, республикэм и дамыгъэ лъапIэхэр зрата Сокъур Тамарэ.
♦1951 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, Москва дэт финанс академием и ректор Есчындар Мухьэдин.
♦1956 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, Москва дэт циркым и художественнэ унафэщI Никулин Максим.
♦1953 гъэм къалъхуащ урысей актёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Ливанов Игорь.
♦1954 гъэм къалъхуащ Польшэм и президенту 1995 - 2005 гъэхэм щыта Квасьневский Александр.
♦1957 гъэм къалъхуащ публицист, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Ширдий Маринэ.
♦1960 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ Мэкъуауэ ФатIимэ.
♦1973 гъэм къалъхуащ АР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Къудей ФатIимэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 6 - 8, жэщым градуси 2 - 3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ДыгъужьитI зы гъуэ изагъэркъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "885.txt"
} |
Акцэхэм фыхэтыну фыкъыхураджэ
Гу зылъытапхъэ
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысейм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщ мы акцитIри Къэбэрдей-Балъкъэрым иджы япэу щрагъэкIуэкIыу аракъым.
Абыхэм хыхьэу республикэм щрагъэкIуэкIынущ афияным зэраныгъэу къихьыр балигъ мыхъуахэм къагурыгъэIуэным, абы пэIэщIэ защIыным, зыщадзеиным теухуауэ епсэлъылIэным, апхуэдэуи а щхъухьыр зэзыгъэкIуэкIхэр Урысей Федерацэм и законодательствэм ипкъ иткIэ жэуап ткIийм зэрырашалIэр зэхегъэщIыкIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр. КъимыдэкIэ, абы хуэгъэпса гупхэм щIапщытыкIынущ ныбжьыщIэхэм я зэхуэсыпIэхэр, цIыхухэм я псэупIэхэр къаплъыхьынущ, транспортыр, цIыхухэм я нэгузегъэужьыпIэхэр, сату щIыпIэхэр къапщытэнущ. А лэжьыгъэхэр хуэгъэзащ наркотик зэзыхьэлIэ ныбжьыщIэхэр къэхутэным, щIалэгъуалэр хэту спорт, чэнджэщхэр щрат Iуэхугъуэхэр къызэгъэпэщыным, цIыхум и узыншагъэр, и гъащIэр зэтезыкъутэ а щхъухьым зыпыIуадзу щIалэгъуалэр гъэсэным.
«Ажалыр щащэр къыджеIэ!» урысейпсо акцэм и етIуанэ Iыхьэм и мурадыр хабзэм къемызэгъыу наркотикхэр зезыгъакIуэхэм, медицинэ щхьэусыгъуэкIэ мыхъуу нэгъуэщIкIэ къэзыгъэсэбэпхэм япэщIэтыным теухуа лэжьыгъэм жылагъуэр зыубгъуауэ къыхэшэнырщ, афияным дихьэхауэ абы и хъым къимыкIыжыфхэм а узыфэ бзаджэм пэлъэщынымкIэ защIэгъэкъуэнырщ, а Iуэхухэр хэмыгъэтIэсауэ, и чэзум зэфIэгъэкIынырщ.
«Урысейм и сабийхэр-2019» Iуэхухэр щэкIуэгъуэм и 20, «Ажалыр щащэр къыджеIэ!» акцэр щэкIуэгъуэм и 22 пщIондэ екIуэкIынущ.
КъБР-м щыIэ МВД-м наркотикхэр зэрызэблагъэкIым кIэлъыплъ и управленэм фигу къегъэкIыж хабзэм къемызэгъыу афиян ящэу гу лъыфтэмэ, акцэр щекIуэкIыну махуэхэм я мызакъуэу, сыт щыгъуэ зэмани хъыбар евгъащIэ зэрыхъунур.
Фыпсалъэ хъунущ «дзыхь зыхуащI» мы телефонхэмкIэ:
КъБР-м щыIэ МВД-м - (8662) 49-50-62; (8662) 40-49-10 (дежурнэ частым);
Урысейм и ФСИН-м и IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм - (8662) 75-27-54; (8662) 77-93-89;
КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм - (8662) 42-28-23;
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и «Наркологие диспансер» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм - (8662) 44-17-83.
КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "886.txt"
} |
Актёр телъыджэ, режиссёр Iэзэ, драматург цIэрыIуэ Тубай Мухьэмэд къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу
Гуапагъэ
«… Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым», - жеIэ ди адыгэ псалъэжьым, ауэ абы къыдэкIуэу сэ жысIэну сыхуейт зэныбжьэгъу псори зы ныбжьу, я илъэс бжыгъэкIэ зэхуэдэу зэрыщымытыр. ЦIыху гуапэм, цIыхугъэшхуэ зыхэлъым сыт щыгъуи ныбжьэгъу и куэдщ. Апхуэдэхэрауи къыщIэкIынщ «жьым щхьэ лъэныкъуэр, щIэм лъэхъуэмбыщIэр ядегуэшыф» жыхуаIэр. Мы етIуанэрей псалъэжьыр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ Тубай Мухьэмэд и гъащIэмрэ и дуней тетыкIамрэ.
ТУБАЙМ и ныбжьэгъуу щытар езым театрым къыщыдэлажьэхэм е литературэм и лIыкIуэхэм я закъуэтэкъым, абы дэтхэнэ зыми (и IэщIагъэрэ ныбжьрэ емылъытауэ) тыншу бзэ къыхуигъуэтыфынут. А лIы хьэлэмэтым зэ закъуэ фIэкIа ухуэмызами, абы апхуэдизкIэ уигу кIэрыпщIэрти, етIуанэу, ещанэу ущыхуэзэну зэманым ухуэпабгъэрт, ухуэпабгъэрт абы и псалъэ Iущхэм ущIэдэIуну, и зыIыгъыкIэ дахэм зыщумыгъэнщIу укIэлъыплъыну. Нэхъри гъэщIэгъуэныр икIи гуапэр аратэкъэ: Тубайм зэи зыкъыуигъэщIэнтэкъым езым уэ нэхърэ нэхъыбэ ищIэу, нэхъыби и нэгу щIэкIауэ.
Сэ си щхьэкIэ фIыуэ сцIыхуу икIи фIыуэ слъагъуу щытащ Тубай Мухьэмэд. ФIыуэ умылъагъууи хъурэт, къуэш нэхъыжь гулъытэрэ цIыхугъэ гуапагъэрэ езым къыпхуиIэу? Ауэ, дауи, си закъуэтэкъым Мухьэмэд апхуэдэу зыхущытар. Мы псалъэ дыдэхэр Тубай Мухьэмэд гъунэгъуу зыцIыхуу щыта дэтхэнэ зыми къыбжиIэфынущ. КъыбжиIэфынущ, а псалъэмакъым зыкIи зыхуимыгъэхьэзыру. Си дежкIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэщ илъэс пщыкIухкIэ, Мухьэмэд игъуэ нэмысу 1973 гъэм дунейм ехыжыхукIэ, дызэрызэныбжьэгъуар, лэжьыгъэ къудейм къыщымынэу, ди унагъуэкIи дызэкIэлъыкIуэу, ди «щIыIэкIи» ди «хуабэкIи» дызэрыщIэу зэрыщытар.
А илъэсхэм я кIуэцIкIэ театрым репетицэ щекIуэкIыу, е пьесэ гуэр щIэуэ къащтэну абы артистхэр тепсэлъыхьу, е спектаклыщIэ ягъэувар къащтэну худсоветыр тепсэлъыхьу - Iэджэрэ абы срихьэлIащи, нобэр къыздэсым къысхуэщIэжыркъым Тубайм жимыIапхъэ жиIауэ, е щыуагъэ гуэр IэщIэкIауэ, е тэмакъкIэщIыгъэр къытекIуэу, ар и пIэм къикIауэ. Сыт щыгъуи а зэрызэпIэзэрыту, зэрыIэдэбу, и псалъэм акъылрэ захуагъэрэ хэлъу зэрыщытауэщ ноби Тубай Мухьэмэд си нэгу зэрыщIэтыр.
МЫСАЧЭ Пётр,
тхакIуэ.
1980 гъэ.
УщиякIуэ нэс
Адыгэ театрым щылэжьа нэхъыжьыфIхэм я гъусэу зы сценэм ситыну къызэрысхуихуам хуабжьу сегъэин, сегъэгушхуэ. Школыр къэзыухагъащIэ хъыджэбз цIыкIум ахэр зыкIэ гуапэу къыпежьати, уи гур химыгъэхъуэнкIэ, уи къарур уи фIэщ мыхъужынкIэ Iэмал иIэтэкъым. ЕгъэджакIуэм ещхьу срагъаджэу аратэкъым абыхэм, адэм хуэдэу саущийуэ, саунэтIу арат.
СЭ КУРП Ищхъэрэ къуажэм сыкъыщыхъуащ, Тубайхэ я унэри тпэжыжьэтэкъым. Мухьэмэд и адэ Мудар а зэманым тыкуэн игъэлажьэрт. ДжэдыкIэ абы тхьырэ кIэнфет сэмбышхуэ къыдиту дытхъэжырт. Апхуэдэ зы махуэу сыкIуауэ Мухьэмэдрэ КIунэрэ къэкIуэжауэ сарихьэлIащ. Нобэми си нэгу щIэтщ пщэфIапIэ цIыкIур, артист хъуну щIэхъуэпс (сыт щхьэкIэми сщIэртэкъым) хъыджэбз цIыкIум тхьэ пэлъытэу къысщыхъуа артистышхуэхэр. Сыт хуэдэу гуапэу къысIущIат ахэр, сыт хуэдиз гъэщIэгъуэн къызжаIат!
Зэман дэкIыу театрым сыкIуа иужькIэ Мухьэмэд и гъусэуи КIунэ сыщIыгъууи спектакль куэдым сыщыджэгуащ, Тубайм игъэува спектаклхэми мымащIэу сыхэтащ. Ахэр Iыхьэ лейуэ гуапэу сигу къокIыж, сыту жыпIэмэ, абыхэм уадэлэжьэну тыншт икIи гухэхъуэт. Нэхъыжьхэр псори цIыху дыщэт, зи IэщIагъэм къыхуигъэщIа защIэт. Къуажэхэм дыкIуэу щытащ дэ куэдрэ. АтIэ, апхуэдэ зекIуэхэм и деж зы IэфI цIыкIу гуэр абыхэм самыгъэшхыу, сэр щхьэкIэ ягъэпщкIуа щIэщыгъуэ къызыкъуамыхыу къанэртэкъым, уеблэмэ щыщIыIэм и деж хуабэ гуэркIэ сыщIауфэрт.
Театрым и махуэу зы къуажэ гуэр дыкъикIыжырт. Гъуэгу дыздытетым автобусыр къутащ. Сыт сымыщIэми зыкъысхуэгъэхуабэртэкъыми, КIунэ зезгулIыпауэ зэрыщытар сощIэж, сыкъэгъэхуэбэж, кхъыIэ, жысIэу. Жэщ ныкъуэу Бахъсэн дыкъэсри, КПЗ-м нэху дыкъыщекIауэ щытат. Апхуэдэхэр къэхъурт икIи зэи уагъэгузэвэнутэкъым, яхузэфIэкIымкIэ зыкъыпщIагъэкъуэнут нэхъыжьыфIхэм. Езыхэми къагурыIуэрт, дэри къыджаIэрт спектаклхэм къуажэдэсхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр, ар куэд зэриуасэр.
Театрым зы лэжьыгъэ щIэлъ къыщIэкIынкъым Мухьэмэд и къарум щемыплъыжа. Ди гуапэ зэрыхъунщи, дэтхэнэми и лъэужь къыхинэн хузэфIэкIащ. Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ хъун лъэпкъылIу дунейм тетащ, тщымыгъупщэу и фэеплъыр дгъэлъэпIэну хуэфащэу.
БАЛЪКЪЭР Тамарэ,
КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
Тубай Мухьэмэдрэ Музыкэ театрым и артист Мэршэнкъул Iэдэмрэ. 1967 гъэ
ПлIанэпэр зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "887.txt"
} |
Я гум ихуркъым
Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ №6-м щекIуэкIащ «ЛIыгъэм и дерс», полицэм и лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдэхэм - Аруан щIыналъэм щыщхэу БитIэхъу Амурбэч, Алборэ Арустам, КIуащ Аслъэнбэч, Асанов Мурат сымэ я фэеплъу.
ХЭКIУЭДА офицерхэм я фэеплъым пщIэ хуащIу къызэхуэсахэм яхэтт КъБР-м и Парламентым и депутат, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я ветеран Къардэн Мурадин, Аруан щIыналъэм Хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ къэрал кIуэцIдзэхэмрэ я ветеранхэм я советым и унафэщI Анимокъуэ Леонид, Нарткъалэ дэт СОШ №6-м и унафэщI Мысрокъуэ Марие, Урысей МВД-м Аруан щIыналъэм щиIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэр мамыру псэун папщIэ зи гъащIэр зыта хабзэхъумэхэм я фэеплъым пщIэ хуащIу дакъикъэкIэ щымащ къызэхуэсахэр.
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм щрахьэкIа лэжьыгъэр, къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэр ягу къагъэкIыжу къэпсэлъащ Къардэн Мурадин, Анимокъуэ Леонид, Аруан ОМВД-м и лэжьакIуэ, къэрал кIуэцI къулыкъум и майор Къармэ Наталье сымэ.
ГуапагъэкIэ гъэнщIат Асанов Мурат и егъэджакIуэ Рябиковэ Татьянэ и къэпсэлъэныгъэр. Абы зэрыжиIащи, Мурат и сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ жыIэдаIуэу щытащ икIи фIыуэ еджащ, ар щылэжьащ Нарткъалэрэ Налшыкрэ, 2016 гъэм накъыгъэм и 4-м гуузу хэкIуэдащ. Асановым и ныбжьыр илъэс 37-рэ хъууэ арат, абы къуитI къыщIэнащ.
Кадет классым щеджэхэм удз гъэгъахэр фэеплъым деж щагъэтIылъащ.
Дыгулыбгъу Жантинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "888.txt"
} |
Си Хэку щынэхъ щIыIэ махуэ закъуэ ХамэщI гъатхищэ нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 1, 6, 7, 13-хэм итщ.)
ХьэрыпыбзэкIэ Каир къыщыдэкIащ КIыщокъуэ Алим «Мазэр къыщыунэхум» зыфIища романыр, Щам щытрадзащ Аджыкъу-Джэрий Михаил и повесть «Уафэгъуагъуэ макъ» (зэзыдзэкIар Дэбжэн Динэщ). Амман щыпсэу хьэрып тхылъеджэхэм къаIэрыхьащ МэшбащIэ Исхьэкъ и «Бзиикъуэ зауэр» (зэзыдзэкIар Хъуажь Мухьэмэд-Хъерщ).
ЖыIэпхъэщ «Дар-аль-Фарабим» илъэс 29-рэ и пэкIэ Теунэ Хьэчим и роман «Псэм и IэфIыр къыуатмэ» жыхуиIэр къыдигъэкIауэ зэрыщытар. Ар хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIащ Къалмыкъ Уэдихь. А тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ КIыщокъуэм и нэгъуэщI романитIи - «Мазэ ныкъуэ щхъуантIэ», «Эмирым и сэшхуэ» жыхуиIэхэр, Мэлбахъуэ Елбэрд и роман «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэщ», абхъаз тхакIуэ Шинкубэ Бэгърат и роман «ЖылакIэ» жыхуиIэхэр.
Иужьрей илъэс плIыщIым адыгэ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я тхыгъэ куэд Тыркум къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ традзащ. Ахэр зэрадзэкIащ Анкара, Истамбыл, Измир, Адапазар, Самсун, Дюзджэ щыIэ адыгэ хасэхэм нэхъ жыджэру щылажьэ Хъуажь Фахърий, Багъ Айхъэн, Инэмыкъуэ Мулид, АфэщIыж Iэмин, Къущхьэ Догъан, Къэрэшей Сэбахьэдин, МэшхуэфI Нэждэт, Едыдж Батырай сымэ.
«Ямчи» («ЩIакIуэ»), «Маржэ», «Кавказ» журналхэмрэ «Нартлери сеси» («Нартхэм я макъ») газетымрэ къытехуащ КIэрашэ Тембот, КIыщокъуэ Алим, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Шортэн Аскэрбий, Тхьэгъэзит Зубер, Бицу Анатолэ, КIэщт Мухьэз, Балъкъэр Фоусэт, МэшбащIэ Исхьэкъ, Бэрэтэр Хьэмид, Уэхъутэ Абдулыхь, Дыгъужь Къурмэн сымэ я тхыгъэ куэд.
«Ямчи»-м тхыгъэ зыбжанэ адыгэбзэкIэ традзащ. Журналым еджэхэм ягу ирихьащ Бицу Анатолэ Тыркум щилъэгъуахэм, щызыхищIахэм ятеухуа усэ Iэрамэр.
1977 - 1980 гъэхэм Истамбылрэ Анкарарэ экземпляр 3000 хъууэ щытрадзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIа революцэ зэщIэхъееныгъэм теухуауэ Къалмыкъ БетIал итхар, КIэрашэ Тембот и роман «Шу закъуэр», Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр», Шортэн Аскэрбий и «Къэзанокъуэ Жэбагъыр». Ахэр тыркубзэкIэ зэрадзэкIащ Инэмыкъуэ Мулид, Хьэпий Джэудэт, АфэщIыж Iэмин сымэ. Тхыгъэ зыбжани хьэзыр хъуауэ тхылъ тедзапIэхэм щIэлъщ. Абыхэм ящыщщ «Адыгэм и тхыдэр», ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэ къыхэхахэр, Нало Ахьмэдхъан и «Нэхущ шур», МэшбащIэ Исхьэкъ и «Бзиикъуэ зауэ» романыр.
Иорданием щыщ Хьэвжокъуэ Шэукэт адыгэ лъэпкъым и тхыдэм теухуауэ илъэс щэщIрэ тхурэ и пэкIэ тхыгъэшхуэ къыдигъэкIащ. ФРГ-м щыIэ Хейдельберг къалэм дэт «Карл Винтер университет» тхылъ тедзапIэм 1978 гъэм дунейм къытригъэхьащ а щIэныгъэлIым и нэгъуэщI лэжьыгъэшхуэ - «Адыгэбзэм и лъабжьэр» жыхуиIэр. 1982 гъэм Германием щытрадзащ Едыдж Батырай и «Адыгэ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ». Нарт Сосрыкъуэ и хъыбархэр зэридзэкIри, тхылъ щхьэхуэу Амман къыщыдигъэкIащ Къардэн Нэзым. Iуэхушхуэ илэжьырт Иорданием щыщ, Вупперталь (ФРГ) щыIэ Адыгэ щэнхабзэ хасэм и унафэщI Хьэщокъуэ Адыли. Абы и IэдакъэщIэкIщ тхылъ зыбжанэ - «Адыгэ алыфбей» (1977), «Адыгэ бзэхабзэ» (1979), «Адыгэ алыфбейм и гъуазэ» (1981). ИстамбылакIуэхэм ятеухуауэ тхыгъэшхуэ куэд Тыркум къыщыдэкIащ. Гу нэхъ зылъытапхъэхэр мы романитIыращ: ГъуэгулI Онер и «Гуауэ гъуэгумрэ» (Анкара, 1984), Егъужыкъуэ Мысхьуд и «Хэхэсхэмрэ» (Анкара, 1983).
… Жэуап зэдмытахэм ящыщу къэнащ упщIитI. Къуэш-шыпхъу зэфIэкIуэдахэр дауэ зэрыгъуэтыжа? Ди зэпыщIэныгъэхэр дэнэ нэса?
Хэку хъыбар пэж япэу зыIэрыхьахэр Сирием щыпсэу адыгэхэращ. Абы сэбэп хуэхъуащ 1957 гъэм щIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я фестивалу Мэзкуу щекIуэкIар. НыбжьыщIэхэм я зэIущIэшхуэм Къэбэрдейм игъэкIуат къэфакIуэхэр, уэрэджыIакIуэхэр, тхакIуэхэр, сурэтыщIхэр. Щами къикIат Сирием и лIыкIуэ гуп, адыгэ щIалитI яхэту. Мис апхуэдэу мамырыгъэм, ныбжьэгъугъэм и щыхьэрым - Мэзкуу - щызэрыгъуэтыжащ илъэсищэкIэ зэфIэкIуэдауэ щыта зэлъэпкъэгъухэр.
Щам ягъэзэжа нэужь, фестивалым щыIа адыгэ щIалитIым гуфIапщIэ куэд къалэжьащ. Абыхэм ирата адресхэмкIэ къатхэурэ зэунэкъуэщ, зэIыхьлы куэд зэрыгъуэтыжащ.
Хэхэс адыгэхэм щэнхабзэ пыщIэныгъэ яхудиIэн, ахэр ди гъащIэм щыгъуазэ ящIын папщIэ «Хэку» Хасэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр 1966 гъэ лъандэрэ Налшык щолажьэ. Абы и япэ тхьэмадэхэу хахат КIэрэф Къамболэтрэ Хьэмгъуокъу Барэсбийрэ.
Иужьрей илъэсхэм Хасэм и Iуэхум нэхъ зиубгъуащ. Убзыхуауэ щытщ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр: лIыкIуэхэмкIэ зэхъуэжэныр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, мэкъумэш академием ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр еджакIуэ къэшэныр.
Илъэс плIыщIым нэсащ «Хэку» Хасэм и къудамэм Сирием, Иорданием къикIа щIалэхэр, хъыджэбзхэр ди университетым щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну къызэрыригъэблагъэрэ.
Иджыпсту Налшык щоджэ а къэралхэм, Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэу студенти 100-м щIигъу. Ахэр щIэсщ дохутыр, инженер, агроном, экономист, егъэджакIуэ IэщIагъэхэр щызрагъэгъуэт факультетхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и аспирантурэр къиухри и диссертацэр Новосибирск ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ Иорданием щыщ Хьэтыгъу Алия. Адыгэ хъыджэбзыр япэ курсым щыщIэдзауэ дихьэхащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм икIи абы дэIэпыкъуэгъу пэж хуэхъуахэщ профессор Тембот Аслъэнбийрэ щIэныгъэхэм я доктор ЩхьэщэмыщI Хьэтурэ. Кавказ Курыхым узыщрихьэлIэ хьэпщхупщхэм ятеухуащ Хьэтыгъум и диссертацэр. Нобэ Хьэтыгъу Алия Иорданым щIалэгъуалэ Iуэхухэмрэ туризмэмкIэ и министрщ.
Налшык еджэныр щаухри я щIэныгъэм Мэзкуу щыпащащ Сирием, Иорданием щыIэ Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэ зыбжанэм. ДыщэкI Фатхьий, ГъукIэлI Хьудэ, Умар Ауний, Алий Фарукъ, Жэмбэч Омран, Бырсыр Орфан, Уэсмэн Сэлуэ, Джэтауэ Самие, Багъ Мухьэмэд, ГъуфIыджэ Рифэт сымэ медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ.
«Хэку» хасэм и къудамэм Адыгэ хасэхэм илъэс къэс щэ бжыгъэкIэ яхурегъашэ пэщIэдзэ классхэм анэдэлъхубзэр зэрыщаджын алыфбейхэмрэ ди тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкI сабий тхылъхэмрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и псэукIэр къэзыгъэлъагъуэ фильмхэр.
Ди республикэм теухуа кинолентIхэр Урысейм и щэнхабзэ центрхэм щагъэлъагъуэ икIи абыхэм я гуапэу еплъхэр адыгэхэм я закъуэкъым, атIэ хьэрып, тырку минхэми ахэр гурыхь ящохъу. Сирием, Иорданием, Тыркум, Израилым, США-м, Германием щыпсэу адыгэхэм зэпымыууэ яIэрохьэ «Адыгэ псалъэ» (Налшык), «Адыгэ макъ» (Мейкъуапэ), «Черкес хэку» (Черкесск) газетхэр, «Зэкъуэшныгъ», «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэр.
«Хэку» хасэм и лэжьыгъэм теухуауэ мыхьэнэшхуэ иIэщ зэкIэлъыкIуэным. Илъэс къэс дэ къыдогъэблагъэ къэрал куэдым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр. Ахэр ди къалэхэмрэ къуажэхэмрэ, IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэм, псэукIэм щыгъуазэ ящIурэ къокIуэкI.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэс 80 щрикъум и щIыхькIэ зэхэта гуфIэгъуэм къедгъэблэгъа ди хэкуэгъухэм щыпсэу къэралхэм кIуэжа нэужь, яIуэтэжащ адэжь щIыналъэм щалъэгъуахэр, лъэпкъ зэкъуэтхэм я экономикэм, щэнхабзэм, бзэм зегъэужьыным, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным къыщахьа ехъулIэныгъэхэр адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я щапхъэмкIэ я нэгу зэрыщIэкIар.
Къэбэрдей-Балъкъэрым куэдрэ щыхьэщIащ Амман дэт ФIыщIэ Хасэм илъэсийкIэ и унафэщIу щыта Бырмамыт Фэуаз. Амман дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и лIыкIуэхэм я тхьэмадэу 1987 гъэм и фокIадэ мазэм ар Налшык къэкIуащ. «Сэ зэи сигу ихужынкъым адэжь Хэкум щыслъэгъуахэр. Фэ фызэрысыр жэнэт щIыналъэщ. Фи къуршхэри дахэщ, фипсхэри уэрщ, фи гъавэ щIапIэхэри зэплъытын щымыIэщ, - жиIащ Бырмамытым. - Ауэ псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэн тщыхъур фи цIыхухэрщ, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу, сыт хуэдэ лъэпкъым щыщми, псори зэкъуэту, зэкъуэшхэу, псори зэгъусэу я хэкур нэхъри зэрырагъэфIэкIуэным, нэхъри зэраIэтыным зэрыхуэлажьэрщ».
Сирием, Иорданием, Тыркум къикIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуа лIыкIуэхэр мащIэкъым. ХьэщIэхэм гукъинэж ящыхъурт республикэм и унафэщIхэм, еджагъэшхуэхэм, щэнхабзэмрэ цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымрэ я лэжьакIуэхэм, тхакIуэхэм, зыIут IэнатIэм щыпашэхэм драгъэкIуэкI зэIущIэхэр.
«Хэку» хасэм и къудамэми илъэс къэс Сирием, Иорданием, Тыркум, нэгъуэщI къэралхэми егъакIуэ езым и лIыкIуэхэр. Ахэр топсэлъыхь Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкI ухуэныгъэм, ди къэралым и лъэпкъ политикэм, хьэрыпхэм, тыркухэм яхудиIэ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным дызэрыхущIэкъум.
Сириемрэ Иорданиемрэ я цIыхубэм, абыхэм щыпсэу адыгэхэм яхудиIэ пыщIэныгъэхэр гъэбыдэнымкIэ сэбэпышхуэ хъуащ 1978, 1981 гъэхэм «Кабардинка» ансамблым а къэралхэм зэрызыкъыщигъэлъэгъуар. Ди къэфакIуэ Iэзэхэм Iэгуауэшхуэ щыхуаIэтащ Щам, Хьэмус, Хьэлэб, Амман, Заркъэ къалэхэм, Иорданием и щыхьэрым СпортымкIэ и унэм «Кабардинка»-м щита концертым еплъащ пащтыхь Хъусейн Бен ТIалал, премьер-министр Мудар Бадран, министрхэр, дзэм и унафэщIхэр.
Ди щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэфI зэрыхуащIым, адыгэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм я къафэхэр Iэзэу зэрагъэзэщIам папщIэ ансамблым къыхуагъэфэщащ Иорданием и щIыхь дамыгъэ нэхъыщхьэр - «Iистикълал» («Щхьэхуитыныгъэ») орденыр.
А къэралитIым кIуа «Хэку» Хасэм и лIыкIуэхэм я тхьэмадэт Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэ икIи политикэ лэжьакIуэхэу ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд, Лъостэн Владимир, Мамхэгъ Михаил, Бер Мухьэдин, Ефэнды Джылахъстэн, Блий Аслъэн, Сэхъу Владимир, КIуэкIуэ Валерий, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Мэзыхьэ Борис, нэгъуэщIхэри.
Зеужь туризмэми. 1978 гъэм къыщыщIэдзауэ Налшык къокIуэ Сирием, Иорданием, Тыркум, Америкэм, Германием, Израилым, Голландием къикI хьэщIэхэр. Ди туристхэри а къэралхэм 1966 гъэ лъандэрэ макIуэ.
Сэри сигу къэзгъэкIыжынщ илъэс 28-рэ и пэкIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа щIалэгъуалэ гупым я гъусэу сызэрыщыIар. Муслъымэн махуэгъэпсым тепщIыхьмэ, дэ Сирием дынэсащ 1398 гъэм, гъатхэпэ мазэм и 13-м.
Щам щопсэу цIыху мелуаным щIигъу. Сирием уеджэ хъунущ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и дыгъэкIэ. Пасэрей зэманым мы щIыналъэм теса, абы зиужьыным зи пщIэнтIэпс хэзылъхьа лъэпкъ псори къебжэкIыгъуафIэкъым: аморитхэр, хьетхэр, вавилонхэр, ассирийхэр, халдейхэр, финикийхэр, арамейхэр, къэжэрхэр, алыджхэр, урымхэр, монголхэр, тыркухэр…
Ебланэ лIэщIыгъуэм Сирием и тафэхэмрэ къуакIэбгыкIэхэмрэ яубыдащ хьэрыпхэм. Адыгэ мамлюкхэри илъэси 135-кIэ щытепщащ Мысырым, Палестинэм, Сирием. Ноби Щам щыболъагъу Кавказым и къуэ хъыжьэхэм ХV - ХVI лIэщIыгъуэхэм ирагъэщIа мэжджытхэр, чэщанэжьхэр, быдапIэхэр, псыIэрышэхэр, гъуэгухэр. Щам дэт музейм щIэлъщ адыгэ къамэ, сэшхуэ, Iэмэпсымэ куэд.
А псори ди гупым хэтхэм яфIэгъэщIэгъуэнт, ауэ дэркIэ нэхъ гунэсыр Сирием щыпсэу адыгэхэм я гуапагъэрт, я гулъытэрт, хьэщIагъэу къыдахырт. Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми и нэгум абыхэм иралъагъуэрт адэжь хэкум и IэфIыгъэри, абы и теплъэ дахэри.
Налшык икIа гупым хэтт Аруан районым щыщ нартыхугъэкI Фомыт Iэмырбий, комсомол лэжьакIуэхэу Мэлбахъуэ Светланэ, Ефэнды Феликс, Щэныбэ Ритэ, Къалэбэч Мухьэдин, сурэтыщI Iэзэ Пащты Герман, кино тезых Губарев Виктор, усакIуэ Ацкъан Руслан, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Адыгэ театрым и артистхэу Иуан Владимиррэ Балъкъыз Валерэрэ, экономист Щэрмэт Мухьэмэд, агроном Тэнащ Бэч, дохутырхэу Хъурей Маринэрэ ТIыхъужь Светланэрэ, студентхэу Шыбзыхъуэ Iэсият, Шырыт Аслъэн, Хьэгъур Мадинэ, егъэджакIуэ Мамхэгъ Мысост. Ди гупыр игъэгушхуэрт, абы и набдзэт Къэхъун къуажэм щыщ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ ХьэхъупащIэ Хьэсэн. Абы и цейр екIут, къамэр, хьэзырхэр зэщIэлыдэрт, шыкIэпшынэр иIыгъ зэпытт. Хьэсэн Сириеми Иорданиеми ис адыгэхэр и уэрэдхэмкIэ итхьэкъуат.
ЩIалэгъуалэ гупым концерт программэ дгъэхьэзырат. Дамаск дэт Совет щэнхабзэ центрым дэ ар щыдгъэлъэгъуащ.
Щам щигъэщIа махуитIым триухуа усэщIэхэм Ацкъан Руслан къоджэ. Абы кIэлъокIуэ ХьэхъупащIэр. Хьэсэн, шыкIэпшынэр щIэту, уэрэдитI егъэзащIэ - «Губгъуэм ит тхьэрыкъуэ», «Си Рэмэзан». Балъкъызымрэ Иуанымрэ залым щIэсхэр фIыуэ зыщыгъуазэ хьэрып шыпсэ «Алий Бабарэ хъунщIакIуэ плIыщIымрэ» жыхуиIэм къытращIыкIыжа спектаклым щыщ пычыгъуэ ягъэлъагъуэ.
Совет щэнхабзэ центрым щедгъэкIуэкIа пщыхьэщхьэ дахэм хьэрыпи, урыси, адыги, ермэлыи, хьэмшэрии кърихьэлIат. Псоми зыжьэу жаIэр зыт: «Афэрым, ди къуэшхэ, афэрым, ди шыпхъуфIхэ! ДывгъэгуфIащи, фи ехъулIэныгъэр нэхъыбэж хъуну дынывохъуэхъу!»
Апхуэдэ зэIущIэхэр дэ щыдиIащ Щам дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэми, Хьэлэб дэс ди хэкуэгъухэм я дежи. Дэнэ дамышами, ди гъусэ зэпытт абыхэм ящыщ пщащэ, щIалэ куэд.
«Фи гупым хэт дэтхэнэми и гум ирихь IэщIагъэ зригъэгъуэтащ е абы иужь итщ. Адыгэбзэ къабзэкIэ фопсалъэ, кавказыщIу дуней жэнэтым фыщопсэу, фызыхуейм фи Iэр тывогъахуэ. Совет къэралым ис дэтхэнэ лъэпкъми япэ фимыщамэ, яужь фиткъым. Фыдинэщ, фыдипсэщ, фыдинабдзэщи, дяпэкIи фефIакIуэ зэпытмэ, ди гуапэщ», - къыджиIэрт тхьэмадэ жьыщхьэ махуэ ЖыркIагуэ Хьисэ, сэлам къыдихыжурэ.
… Щам дыкъыдокIыжри, Иордание къэралыгъуэмкIэ доунэтI. Абы и гъунапкъэм деж къыщытпэплъэрт Амман, Уадисир, Сыуелыхь, Нэхьур, Заркъэ щыIэ Хасэхэм къагъэкIуа лIыкIуэхэр. Ахэр тщIыгъуу Амман дынос икIи зэрыгупу Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и унафэщI Бырмамыт Фэуаз и унагъуэм псори дрегъэблагъэ.
ЕтIуанэ махуэм дэ дагъэлъэгъуащ Иорданием и щыхьэрым и дахапIэхэр, Хы ЛIар. Пщыхьэщхьэм ФIыщIэ Хасэм джэгушхуэ щытхуащIащ. Зы махуэ докIри, ди концерт программэр Амман щыIэ Совет щэнхабзэ центрым щыдогъэлъагъуэ. Абы кърихьэлIащ СССР-м и лIыкIуэу Иорданием щыIэ Воронин Алексей, посольствэм и лэжьакIуэхэр, хьэрып, адыгэ куэд. Дыкъыщежьэж махуэм зэIущIэ гуапэ диIахэм ятеухуауэ ТАСС-м и корреспондент Марунин Геннадий Амман хъыбар къритыкIащ: «Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIа ныбжьыщIэхэр узэрыгушхуэнхэт. Абыхэм я лъэпкъэгъу, хьэрып куэд ягъэгуфIащ, ди къэралыгъуэшхуэм и пщIэр яIэтащ. Иордан-совет зэныбжьэгъугъэ Хасэм и унэм а гупым псалъэ дахэкIэ закъыщыхуигъэзащ абы и президент Руфаат Одэ»…
ПсынщIэу блэлъэтащ Сириемрэ Иорданиемрэ щыдгъэкIуа тхьэмахуитIыр. Тлъэгъуар, зэIущIэхэр, ныбжьэгъу тхуэхъуахэр куэдт.
Ди лъэр хамэщIым тетми, ди гур Кавказым зэрынэсыжрэ куэд щIат.
Мис абдеж сэ нэхъри щызыхэсщIащ мы тхыгъэм зи гугъу щысщIа МахуэлI-дадэм игу телъа бампIэр. Абы нэхърэ нэхъ уз бзаджи, нэхъ уз Iеи дунейм теткъым, абы зэреджэри «Адэжь щIыналъэм пэIэщIэнщ». Ауэ жаIакъым мы псалъэхэр: «Тхуэтынущ Хэкум папщIэ гъащIэр; Ди гъащIэм папщIэ Хэкур дымытын!»
Мы тхыгъэр усэкIэ сухмэ си гуапэт:
Тенджызу, къалэу куэд слъэгъуакъэ,
ХамэщI сыщыIэу!
Си Хэку щынэхъ щIыIэ махуэ закъуэ
ХамэщI гъатхищэ нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ.
1994 гъэ
УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ БжэныкIэ Амаль (Иордание), 1968 гъэ
ДАХ-м и лIыкIуэхэм Босфор тет кхъухьым зыщагъэпсэху. Истамбыл, 2005 гъэ
Тырку сурэтыщI Iэзэ ЛIыхужь Ауни. 1920 гъэ
Генерал-майор Шурдым ТIахъсинрэ (Иордание) Оманым и сулътIан Къабусрэ. 1975 гъэ
Генерал Бырмамыт Фоаз (Иордание) Эфиопием и пащтыхь Хъайле Селассие Езанэр кърегъэблагъэ. Амман, 1972 гъэ
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "889.txt"
} |
МЭРЕМ ПШЫХЬ
Псалъэ пэжхэр
Акъылыншэр нэмысыншэщ
*Тыгъэ къуатам и уасэракъым гуапэр,
Ар къозытам и уасэращ.
*ЦIыху губзыгъэр зэи имыIуэху хэлъэдэнукъым,
Губзыгъэу зыкъызыщыхъужыращ дэни хэпкIэнур.
*Ущыуэныр апхуэдэу бэлыхьышхуэкъым,
ПхузэмыхъуэкIыжын щыуагъэ пIэщIэмыкIамэ.
*ГъащIэр зэи пIащIэркъым,
ЦIыхухэращ пIащIэгъуэр зытелъыр.
*Щхьэзакъуэ хуитыныгъэм хущIэмыкъу цIыху щыIэкъым.
*УщIалэху уделэр Iуэхукъым, адэкIи къыпомыщэмэ.
*Лэжьыгъэ гуэр умыгъэзащIэу мы дунейм утетыныр гугъуехьщ.
*Гугъэм щIэдзапIэ иIэ щхьэкIэ,
Уи гъащIэр бухыху кIэ иIэкъым, угугъэ зэпытурэ уешэ.
*Сыт хуэдиз бзэ пщIэми мыхьэнэ иIэнукъым,
Уи бзэр къабзэу умыщIэжмэ.
* Гудзакъэ зимыIэр дэпым ебгъэдзакъэми зыуи къыщыхъунукъым.
*Акъылыншэр сытым дежи нэмысыншэщ.
*Гъуэгумыгъуэ теувар къытепшыжыну щIэгугъур,
Абы нэхъ тэмэм щымыIэу къыфIощIри аращ.
*Зауэми, мафIэми, псыми гущIэгъу жыхуаIэр ящIэркъым, ЗапэщIомыгъахуэмэ нэхъыфIщ.
*ЦIыхум и укIытэ псори щыгъэпщкIуар и нэращ,
Ар мыукIытэмэ, адрейхэм уащымыгугъыххэ.
*ТхьэмыщкIэм и тхьэусыхафэр бейм фIэдыхьэшхэнщ.
*Дэтхэнэ цIыхуми зегъэщIэращIэ езым тэмэму зыкъыщыхъужыху.
*Псалъэ птамэ ар гъэпэж, пэжыныгъэр ди адыгэ хабзэщи.
*Сыт хуэдэ щыгъын щыптIагъэми, ар хуэфащэу щытын хуейщ
Уи IэпIкълъэпкъми, уи нэмысми, уи щытыкIэ псоми.
20.Напэншэр сыт хуэдэ пшыни къыпхуеуэфынущ,
Джэрэзуи укъыдигъафэфынущ пхуэмыхъуу.
*Зи быныр зыгъэсэфа адэ-анэри, ягъэса бынри
Дыгъэм и нэхумрэ гъащIэм и IэфIымрэ зэи щыщIэнукъым.
*Нэхъыжь псори тхьэмадэу ягъэтIысыркъым.
*Дэ къыджьэхэмыуэмэ,адрейхэм къащыщI псори тфIэмыхьэнэншэщ.
*Сыт хуэдиз зэман уэ пфIэмыкIуэдами,
Абы щхьэкIэ илъэсыр хэхъуэн къанэркъым.
*ПлъэкIыхукIэ укъэзыухъуреихь цIыхухэр гъэгуфIи,
ИтIанэ уэри къэпщIэнущ уагъэгуфIэну зэрыфIыр.
*Уи ныбжьэгъуфI дыдэу плъытэр фIыуэ къыщыпцIыхур
Уи унафэщI хъуа нэужькIэщ.
*Къэхъунур къэхъуа иужькIэ,
Ар къэмыхъуауэ зэи пхуэщIыжынукъым.
КIурашын Алий.
ИлъэсыщIэ
Къудащ Раещ «В лесу родилась ёлочка» уэрэдыр къызытращIыкIа «Псей» усэр зытхар. Ар куэдрэ цIыхухэм ящIакъым. НаIуэ щыхъуар 1940 гъэрщ, Къудащ Раерэ совет тхакIуэхэм я тхьэмадэ Фадеев Александррэ зэрыцIыхуа нэужькIэщ. КъыкIэлъыкIуэ гъэм Фадеевым и жэрдэмкIэ илъэс 64-м ит Рае ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьауэ щытащ. Абы и адэ Iэдэм Москва почтамтым щылэжьащ, езы усакIуэр егъэджакIуэт, библиотекарт. 1964 гъэм дунейм ехыжащ.
ПСЕЙ
Псей цIыкIур мэзым къыщыкIащ,
Ар мэзым къыщыхъуащ,
ЩIымахуэми гъэмахуэми
ЩхъуантIабзэу ар щытащ.
Гъуэжькуийм уэрэд къыхуришат:
«Жей, щхъуантIэ, си дадий».
Уэс Дадэми щIиуфэрт ар:
«Хуэсакъ, зумыгъэдий!»
Къэрабгъэ щхъуафэ назэри
Псей щIагъым щыдэлъейрт,
Дыгъужьри зэзэмызэурэ
Губжьауэ ущу блэжт!
Зэхэпхрэ! Мэз Iувыжьми
Уэс телъыр къыщокIыргъ,
Лъэкъыцэр йокъу шы Iэжьэми,
МэпIащIэ, пхуэмыIыгъ.
Пхъэ IэплIэ илъу ешэри,
ЛIыжь цIыкIур абы хэлъщ,
И лъабжьэм щыпиупщIри,
Псей цIыкIури къыбгъэдэлъщ.
Иджы гъэщIэрэщIауэ ар
Махуэшхуэм къытхуэкIуащ.
ГуфIэгъуэ мыухыжри
Сабийхэм къахуихьащ.
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Хьэту Пётрщ.
Тхыдэ
«Хьет» жевгъэIэ!
Адыгэхэр, абазэхэр, абхъазхэр къызытепщIыкIа хьетхэр (хьэтхэр) ди эрэм и пэкIэ ХVIII-ХII лIэщIыгъуэхэм Азие ЦIыкIум (Анадолэм) щIыналъэшхуэ щаIыгъыу щыпсэуащ. Абыхэм зыужьыныгъэ нэхъ ин дыдэ щагъуэтар ди эрэм и пэкIэ ХV-ХIII лIэщIыгъуэхэрщ. Хьет пащтыхьыгъуэр щызэтекъутар ди эрэм и пэкIэ ХII лIэщIыгъуэм и кIэхэрщ. «Хьет» жезыгъэIэу щытахэм я нэхъыбэр Кавказым къэIэпхъуащ икIи тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм етIысэкIащ.
* * *
Ди эрэм и пэкIэ екIуэкIа илъэс минхэм я кIэхэм - ди эрэм и щIэдзапIэхэм ирихьэлIэу Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым къыщыхутащ мэуэт лъэпкъыр. Ди эрэм и пэкIэ I лIэщIыгъуэм и кIэхэм, ди эрэм и щIэдзапIэхэм псэуа икIи Кавказым щыIа алыдж географ икIи тхыдэтх Страбон зэритхыжамкIэ, а цIэр къытекIащ Меотидэ гуэлым и цIэм. Абыхэм щIыналъэшхуэ, Псыжь и щIэдзапIэм къыщыщIэдзауэ Анапэ нэсу, яIыгъащ. Адыгэхэр къызытепщIыкIыжахэри ахэращ.
* * *
1787 гъэм франджы еджагъэшхуэ, дипломат Пейсонель Карл зэритхыжамкIэ, адыгэхэм щIакIуэ щIынымкIэ къатекIуэу зы лъэпкъи Кавказым исакъым. Абы къыхэкIыу шэрджэсхэм я щIакIуэм щIэупщIэшхуэ иIэт. Гъэ къэс Шэрджэс щIыналъэм щIакIуэ мин 200-м щIигъу ирашырт. Ахэр нэгъуэщI къэралхэм яшэрт.
* * *
Мэуэтхэм ящыщу лъэпкъ нэхъ ин дыдэр синдхэрт. Абыхэм яIыгът Тамэн хытIыгу ныкъуэмрэ хы ФIыцIэм и Iуфэшхуэрэ. Ахэр ди эрэм и пэкIэ VI - V лIэщIыгъуэхэм Боспорым хыхьэу щытакъым. Ди эрэм и пэкIэ IV лIэщIыгъуэм Боспор пащтыхьыгъуэм хыхьащ.
* * *
Зиххэм яхуэдэ къабзэу, VIII лIэщIыгъуэм Кавказым и картэм къохутэ адыгэхэр къызытепщIыкIыжа нэгъуэщI зы лъэпкъым и цIэри - ар кIэсэгухэрщ. Х лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу абыхэм щIыналъэшхуэ яIыгъащ - КъухьэпIэ Кавказыр, Псыжь (Кубань) Iуфэ, хы ФIыцIэм и Iуфэшхуэ. Ахэрщ къызыхэкIар адыгэ (кIэсэгу) дзэзешэ цIэрыIуэ, пелуан Ридадэри, 1022 гъэм тмутэрэкъаныпщ Мстислав гъэпцIагъэкIэ къиукIар.
* * *
ХIХ лIэщIыгъуэм и пэхэм адыгэ лъэпкъхэм ящыщу нэхъыбэ дыдэу щытар шапсыгъхэрщ - ахэр мин 700-м нэблагъэрт. Тхыдэтх Новицкий Г. В. 1830 гъэм зэритхыжамкIэ, а зэманым ирихьэлIэу шапсыгъыу къэнэжар мин 300 иримыкъут, абазэхэхэр – мин 260-рэт, натыхъуейхэр - мин 240-рэт. А зэманым адыгэхэр псори, къэбэрдейхэр хэмыту, зы мелуанрэ мин 82-рэ хъурт.
Дунейм и телъыджиблыр
Хеопс и пирамидэр
Хеопс и пирамидэр (Хуфу) - мысыр пирамидэхэм я нэхъ ин дыдэрщ, Дунейм и телъыджиблым ящыщу ди нобэм къэсарщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, илъэс 20-кIэ екIуэкIа ухуэныгъэр щаухар ди эрэм и пэкIэ 2540 гъэрщ. Мысыр пирамидэхэм я хъыбар псоми ящIэ, ауэ нэхъ цIэрыIуэхэр Хеопс, Хефрен, Микерин сымэ я пирамидэхэрщ.
Илъэс мини 3-м щIигъукIэ (1300 гъэхэм ирихьэлIэу, Инджылызым Линкольн кафедральнэ соборыр щамыухуэ щIыкIэ) мы пирамидэращ щIы хъурейм ухуэныгъэ нэхъ лъагэ дыдэу щыIар.
Мысырым Iэтауэ щагъэлъапIэ Хеопс и пирамидэр ухуэн щыщIадза махуэр - ар шыщхьэуIум и 23-рщ (ди эрэм и пэкIэ 2470 гъэрщ). Мы махуэр тхыдэ, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ щIэгъэбыдауэ щыткъым, сыту жыпIэмэ, абы щыхьэт техъуэ Iуэху пыухыкIа щыIэкъым, теухуа дэфтэрхэри апхуэдизкIэ мащIэщи, египтологхэр иризодауэ ар ухуэн щыщIадза илъэсым.
Семирамидэ и жыг хадэр
Семирамидэ и жыг хадэ фIэдзахэр Дунейм и телъыджиблу къалъытахэм языхэзщ. Абы Амитис и жыг хадэ фIэдзакIи йоджэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар щIыхаса, пащтыхь Навуходоносор ЕтIуанэм и щхьэгъусэм зэреджэр Амитист. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ар здэщыIар пасэрей къалэ-къэрал Вавилонщ, иджырей Хиллирак къалэм и Iэгъуэблагъэм.
Вавилоным и пащтыхь Навуходоносор ЕтIуанэм (ди эрэм и пэкIэ 605-562 гъ.гъ.) и бий нэхъыщхьэ, Вавилон къэралыгъуэм ит къалащхьэр тIэу зэтезыкъута Ассирий пэщIэувэн щхьэкIэ, Мидием и пащтыхь Киаксар зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ. ТекIуэныгъэр зыIэрагъэхьэу, Ассирий и щIыр зэхуагуэшыжа нэужь, зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм и щыхьэту мидие пащтыхьым ипхъу Амитис къишащ Навуходоносор ЕтIуанэм.
Сабэмрэ макъымрэ щыкуэд, пшахъуэщIым тес Вавилон ауи игу дыхьэртэкъым щхъуантIагъэ щIыгу дахэм къыщыхъуа пащтыхьыпхъум. Абы ипкъ иткIэ, Навуходоносор унафэ ищIащ жыг хадэхэр уардэунэм и хъуреягъкIэ фIригъэдзэну. ЛIэщIыгъуитIкIэ щыIащ ахэр, ауэ иужькIэ кIэлъымыплъыж хъуащ, итIанэ езы уардэунэри ищэхэжащ псы къыщIэуэурэ.
Олимп Зевс и статуе
Фидий и IэдакъэщIэкIщ пасэрей скульптурэу Дунейм и телъыджиблым хагъэхьар. Олимпие къалэм дэт Зевс и тхьэелъэIупIэрат ар здэщыIэр. Ди эрэм и пэкIэ 776 гъэм щегъэжьауэ ди эрэм хиубыдэ 394 гъэ хъуху илъэсиплI къэс зэ Олимп джэгухэр щекIуэкIа, нэхъапэ щIыкIэ алыдж спортсменхэр, итIанэ урым спортсменхэр щызэпеуэ лъахэрщ.
Зевс и тхьэелъэIупIэр зэ зымылъэгъуар насыпыншэу къалъытэрт алыджхэм. Зевс тхьэм и цIэкIэ илъэс 300 хъуауэ ирагъэкIуэкI Олимп джэгухэм цIыхубэм я деж мыхьэнэшхуэ щиIэт.
Артемидэ и тхьэелъэIупIэ
Артемидэ и тхьэелъэIупIэу Эфес щыIэри къалъытащ Дунейм и телъыджэу. Азие ЦIыкIум и псыIуфэм нэхъ и гъунэгъуу щыт алыдж къалэ Эфес дэтащ. Япэ тхьэелъэIупIэ нэхъ иныр щаухуар ди эрэм и пэкIэ VI лIэщIыгъуэрщ. Ауэ ар ди эрэм и пэкIэ 356 гъэм Герострат игъэсауэ щытыгъащ. ИужькIэ зэрагъэпэщыжащ, ауэ аргуэру готхэм зэтракъутэжащ.
Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, Артемидэ Аполлон и шыпхъут, зэтIолъхуэныкъуэт. Алыджхэм я IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, Артемидэ псэ Iуту щIым тет псори и нэIэ щIэтт, фIыуэ илъагъурт, якIэлъыплъырт. Абы хьэкIэкхъуэкIэхэри, былымхэри къигъэIэсэрт, удзхэри, жыгхэри къигъэкIыфырт. ЦIыхухэри гулъытэншэу къигъанэртэкъым Артемидэ, насыпкIэ яхуэупсэрт, зэрышэхэр зэригъэзэгъырт, сабий къызыхэхъуэхэм тхьэ яхуелъэIурт. Абы и цIэкIэ Эфес къалэм и гъунэгъуу цIыхухэм яухуауэ щытащ тхьэелъэIупIэ абрагъуэр. Абы текIуэда ахъшэр зейр Крез пащтыхь къулеижьырт, ар лIа нэужь и къуэм нигъэсыжащ.
Мрамор хужьым къыхэщIыкIа тхьэелъэIупIэ абрагъуэр къалэдэсхэм щалъэгъуам я гур хигъэхъуащ. Ар диным ехьэлIа Iуэхухэр щызэфIагъэкI унэм и закъуэтэкъым, атIэ Iуэху нэхъыщхьэхэр щызэфIахыу Эфес дэт центр ехьэжьа хъуат.
Галикарнас мавзолейр
Карий пащтыхь Мавсол и сыныр ди эрэм и пэкIэ IV лIэщIыгъуэм икухэм Галикарнас (иджырей Бодрум, Тырку) дащIыхьащ абы и щхьэгъусэ Артемиссие III и унафэкIэ. Мавзолейр яухуэн папщIэ абы къригъэблэгъащ алыдж архитекторхэу Сатиррэ Пифейрэ, а лъэхъэнэм архитектор нэхъ цIэрыIуэу щытахэу Леохар, Скопас, Бриаксид, Тимофей сымэ.
Плиний Нэхъыжьым мыпхуэдэу итхыжыгъащ абы и теплъэр: ищхъэрэ, ипщэ лъэныкъуэхэр - фут 63-рэ, IуплъапIэмрэ и щIыбымрэ нэхъ зэвщ, псори зэхэту фут 440-рэ, и лъагагъыр IэфракIэ 25-рэ мэхъу, колоннэ 36-рэ кIэщIэтщ. КъуэкIыпIэмкIэ щыIэ IуплъапIэр зыщIар Скопасщ, ищхъэрэр - Бриаксидщ, ипщэр - Тимофейщ, къухьэпIэр - Леохарщ. Ухуэныгъэр ямыухыурэ пащтыхь гуащэр дунейм ехыжауэ щытащ.
Мавзолейм и теплъэ цIыкIу Истамбыл и Миниатюрк паркым итщ.
Колосс Родосский
Пасэрей алыдж тхьэ Гелиос и статуе абрагъуэщ, Эгей хым и гъунэгъуу щыт Родос кхъухьтедзапIэ къалэм (Алыдж) дэту щытащ. Статуем метр 36-рэ и лъагагът, ар илъэс 12-кIэ яухуащ. Жэзым къыхэщIыкIа а ухуэныгъэ иныр зи IэдакъэщIэкIыр скульптор цIэрыIуэ Харесрэ абы и гъэсэн Лисиппрэщ.
Родос иIэ хы къэувыIэпIэм деж щаухуа статуер гъунэгъу хытIыгухэми щыплъагъурт. Монументым жэзу тонн 13-рэ, гъущIу тонни 8-рэ ихьащ. Зи гугъу тщIы колоссым статуе ин дыдэхэр щIыным къыхуриджа хуэдэт цIыхухэр. Ди эрэм и пэкIэ етIуанэ лIэщIыгъуэм Родос скульптурэ абрагъуэхэр дащIыхьат.
Александрие гъуазэ
Дунейм и телъыджиблым ящыщ Александрие гъуазэр ди эрэм и пэкIэ III лIэщIыгъуэм Александрие мысыр къалэм щаухуауэ щытащ кхъухьхэр къэувыIэпIэм къыщесылIэкIэ хым хэт къырхэр (риф) ялъагъун папщIэ. Жэщым абы идз нэхур сэбэп яхуэхъурт, къриху Iугъуэр махуэм я гъуазэт. Дуней псом япэу щаухуа гъуазэщ ар икIи илъэс минкIэ щытащ.
Ауэ ди эрэм и 796 гъэм щIыр хъейри зэхикъутэгъащ. ИужькIэ Мысырым къэкIуа хьэрыпхэм щIэрыщIэу яухуэжащ метр 30 зи лъагагъ гъуазэр. XV лIэщIыгъуэм и кIэхэм Къайт-бей сулътIаным быдапIэ щиухуащ абдеж, ар нобэр къыздэсми щытщ.
Гъуазэм метри 120-140-рэ и лъагагъщ, километр 60-кIэ (языныкъуэхэм 100-уэ жаIэ) ущыпэжыжьэми идз нэхур болъагъу.
Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "89.txt"
} |
ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых
Анкара Тыркум и къалащхьэ къудейкъым, атIэ мэжджыт инхэм ящхьэщыт мазэ ныкъуэхэмкIэ уафэгум зыхуэзыIэт щыхьэрщ. Куэд уигу къегъэкI а муслъымэн дамыгъэм, куэдым урегъэгупсыс вагъуэмрэ мазэ ныкъуэмрэ зэрызэхьэлIам... Си щхьэм къищхьэрыуа гупсысэр пшагъуэ кIыфI щIыIэу псэм тегъуалъхьэу, аргуэру си нэгу къыщIэувэну къыщIэкIынт зи гъащIэр хамэщIым щыункIыфIа ди хэкуэгъу нэхъыжьхэр, ауэ зытэлайкIэ щыма Айхьан, гуейщеин зэрыщIэздзэм гу лъита - псалъэмакъыр нэгъуэщIыпIэкIэ триIуэнтIэж хьисэпу, къэпсэлъащ:
- Пщыхьэщхьэ дахэщ ныщхьэбэ, зэкъуэшитI зэхуэзам Алыхьыр къытхуэупса пэлъытэщ.
Пэжу, дахэт пщыхьэщхьэр. Анкара и щыгур щымт, уафэгу къабзэм щыблэ вагъуэхэр къызэрыщ псы щхьэфэ уэмым хуэдэу. Нурыр къыIурихырт мазэ къыщIэкIагъащIэми. Вагъуэхэр пщIыпщIырт, я къарукIэ зэрызэхуэмыдэр белджылыуэ. Асыхьэтым уэгум къыIэпыхуа вагъуэ закъуэр, щIым къыхуеIэ щIыкIэу къэлъейри, ункIыфIащ. Ар вагъуэиж жыхуаIэу дызэрыцIыкIу лъандэрэ зи гугъу къытхуащIырт. Нэхъыжьхэм жаIэрт цIыху къэс езым и вагъуэ уафэгум щиIэжу, икIи ар дунейм щехыжым деж и вагъуэри ижу, ауэ иджыпсту сэ шэс сихьэфынут ар мыпэжу. Си гупсысэр вагъуэхэм яхэбжьэхъуат, Айхьан и псалъэм пэздзыжынIа зэрыхуейр сщыгъупщэжауэ. А дакъикъэхэм сигу къэкIащ мыр: пэжщ, мы щIылъэм куэд щолIэ, ауэ къызэрымыкIуэу цIыхуфIу, зи гъащIэри зи гуащIэри бэм хуэзыгъэлэжьа цIыху угъурлыуэ, цIыхушхуэу, ауэ дауэ пхужыIэн апхуэдэм и вагъуэр ижу. Апхуэдэр лIэркъым. Апхуэдэр дунейм ехыжми, кIуэдыркъым, атIэ вагъуэщIэу уэгум къоувэж, алъандэрэ игъэдэха, иIэта щIыгум щхьэузыхь хуищIа и гъащIэр вагъуэм хуэкIуэжауэ.
Дэтхэнэ зы къэралыгъуэми ещхьу, тырку уафэми къыщоблэ апхуэдэ вагъуэ куэд. Абыхэм яхэтщ адыгэ вагъуэхэу хамэ уэгум зыщызыIэтахэри.
... Пшапэр зэхэуэу цIыхухэр зэгъэжа нэужьи, куэдрэ блэрт Аданэ къалэм щыщ унагъуэ гуэрым и зы щхьэгъубжэ. Адэмрэ къуэмрэ яку илъ лъагъуныгъэр нэхъри щIигъэбыдэжырт а тIум егъэлеяуэ музыкэр фIыуэ зэралъагъум. Езэши шхэи Iуэхум къыхэмыхьэу ахэр куэдрэ щысыфынут музыкэм ехьэлIа Iуэхухэм ирипсалъэу, макъамэ зэхалъхьэу. «Адэ зэращI къуэ иращIыкI» псалъэжьыр нэрылъагъу щыхъуат мы зэадэзэкъуэм я деж, ауэ иухатэкъым а тIум гу зэщахуэну...
Къулыкъу хъарзынэ иIэт адыгэлI Хъуршыд - адэм. Ар министру щылажьэрт сулътIан Абдул-Хьэзиз и деж. Хабзэншагъэмрэ гущIэгъуншагъэмрэ зигу темыхуэхэм ящыщт Хъуршыд. Арауэ къыщIэкIынут щхьэусыгъуэ хуэхъуари, Истамбыл ирагъэбгынэу, Аданэ зэрыIэпхъуам. Хэхэс гъащIэм и дыджагъыр къанэ щымыIэу абы игъэунэхуащ. Зэхэзехуэн ящIу, тыншыгъуэ кърамыту Хъуршыд и дунейр ихьырт, ауэ а псом щхьэкIи къимыгъанэу, абы хузэфIэкIырт и къуэр цIэрыIуэ зэрыхъуну гъуэгу пэжым тригъэувэн.
Пщыхьэщхьэ гуэрым Хъуршыд гувауэ унэм къыщIыхьэжат. Абы и гугъэт сыт щыгъуи къыпэплъэу щыс и гурыфIыгъуэр - и щIалэр - къыпежьэу зыкъыпщIэхидзэну, арщхьэкIэ пэшыр Iэуэлъауэншэт: Мухьлис тежеят макъамэ къызригъэкI Iэмэпсымэм. Анэ куэщI тыншым илъу Iуриха фIэкI умыщIэну, IэфI дыдэу жейрт ар. Хэт ищIэн а дакъикъэм абы пщIыхьэпIэ гуэрхэр и нэгу щIэкIами, музыкант цIэрыIуэ зэрыхъунум ехьэлIа гупсысэхэм я щIэдзапIэм дэхъуэпскIыу, къыхэскIыкIами, ауэ а гъуазджэ лIэужьыгъуэм итхьэкъуат сабийр, ар абы и лъым хэту къалъхуат, ар абы и гъащIэ хъунут.
Уз бзаджэ къеуэлIауэ пIэм хэлът Хъуршыд. Абы и нэгу къыщIэувэжырт и гъащIэм щыщ пычыгъуэхэу гуныкъуэгъуэкIэ шыуахэр, гущIэм щыщIэтIысыкIа хьэзабхэр. Зэхэзехуэн ящI зэпытурэ хамэщIым и гущIыIагъыр зыгъэва цIыхур щыщтэртэкъым ажалым, ар абы хуэхьэзырт.
ТIэкIу дэкIмэ Хъуршыд и напIэр зэтрипIэнут, тIэкIу дэкIмэ зы псэкIэ нэхъ мащIэ хъунут мы дуней хъурейм цIыхуу тетыр, ауэ ар гужьейртэкъым, адыгэлIым хэлъ хабзэ шыIэныгъэр щыбелджылыт абы и деж. Ауэ а лIым иIэт зыхунэмысауэ, къехъулIэнуи имыуха зы мурад дахэ. Мис ар игу къыщIитхъырт Хъуршыд. Аргуэру и нэгу къыщIэувэжащ и щхьэгъусэм жриIауэ щыта мурад щэхур:
- Си нысэфI (арат ар и фызым зэреджэр), Мухьлис илъэс пщыкIутI зэрыхъуу Мэзкуу згъэкIуэнущ музыкэм щыхуезгъэджэну икIи абы иужькIэ зэи къремыхьэж мы тырку щIыналъэм. Щрепсэу ар адэжь хэкум...
«Гугъэр адэжь щIэиныфIщ» жызыIам пцIы иупсакъым. Мухьлис илъэси 8 ирикъуатэкъым Драмэ къалэм яхуа унагъуэм къащхьэщыт я адэр лIэуэ щыщIалъхьэжам. Ауэ щIалъхьэжар Хъуршыд и закъуэтэкъым, атIэ абы щIыгъуу къэгъазэ имыIэу кIуэдат мурад нэху иIахэри.
ИужькIэ зэанэзэкъуэр мэIэпхъуэ Салоники алыдж къалэм. Мухьлис и ныбжьыр илъэс пщыкIузым иту и япэ дыдэ макъамэр етх. ИлъэсиплI дэкIри, и анэм и лъэIукIэ абыхэм 1904 гъэм Истамбыл псэупIэ ящI. Мыращ щIалэщIэм и лъэкIыныгъэхэр къыщытIэпIар: гъуазджэм адэм хухиса «жылэр» узыншэт икIи куэдкIэ узыгъэгугъэт. Ар Истамбыл музыкэ еджапIэм щыщIотIысхьэ икIи фIы дыдэу къеух.
Хъуршыд ишэча хьэзаб псом пэджэж пэлъытэу, 1908 гъэм илъэс 19-м ит щIалэм политикэм зрет. Мухьлис зрегъащIэ франджыбзэ икIи журналист IэщIагъэ зрегъэгъуэт, арщхьэкIэ пэжыр хэутэн щащI, пцIым гъащIэ щрат капиталист дунейм куэдрэ щагъэбэуакъым ар хьэуа хуиткIэ - хьэпсым ирадзэ. ЩIопхъуэжри, Европэм макIуэ. Ауэ унагъуэр зи псэм къыщIитхъ щIалэм къилъыхъуэу щIедзэ абы гъунэгъу зэрызыхуищIыжын гъуэгу, арыншами Сэбэхьэддиным Тыркум игъэзэжыным хуэлажьэхэр мащIэтэкъым. Арати, къигъэзэжыну хуит ящIри, ар Истамбыл пэгъунэгъу къуажэ гуэрым дагъэтIысхьэ, тепщэхэм я Iизыныншэу дэкI мыхъуну.
Мухьлис щIэрыщIэу зретыж музыкэм. Иджы дунейм къытехьэу хуожьэ цIыхухэм гунэс ящыхъуа опереттэхэр, маршхэр, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм теухуа фантазиехэр, уэрэдхэр. 1922 гъэм къыщыщIэдзауэ адыгэ щIалэр егъэджакIуэу щолажьэ Истамбыл щыщ Бешикташ хьэблэм дэт музыкэ еджапIэм. Абы щеджа куэд артист хъуащ, я зэфIэкIымрэ я щIэныгъэмрэ гъуэгу тэмэм игъуэтри. Мухьлис и музыкэ хьилмыр бэм къащIат. Ар гурыхь зэращыхъурт тырку кино зыбжанэм я макъамэ абы щIрагъэтхари. Сэбэхьэддиным опереттэрэ музыкальнэ пьесэу и Iэдакъэм къыщIэкIащ 25-м нэблагъэ.
Гукъутэгъуэрэ нэщхъеягъуэрэкIэ гъэнщIащ «Адыгэ жьэгур блэжкъым» жыхуиIэ гъыбзэ-макъамэр. И адэм зыщIигъэдэIуу щыта хэкужь хъыбархэрт, Кавказым хуиIэ лъагъуныгъэрт абы лъабжьэ хуэхъуар. «Гугъущ адыгэ жьэгур хамэщIым щыщыпхъумэну, ар зэхэмыкIыжу Тыркум щыбгъэблэну» - макъамэ нэщхъеягъуэм и бзэкIэ арт къиIуатэр композиторым.
Псэ хьэлэл зиIэ цIыхут Мухьлис. Лъагъуныгъэ къабзэ абы хуиIэт МэлэчкIэ зэджэ пщащэм, Истамбыл дэт театрым и артисткэм, ауэ кIэщIт а тIум яку дэлъа IэфIагъыр: щIалэ дыдэу, и дахэгъуэу дунейм ехыжащ Мэлэч.
Къытепсыха гуауэ хьэлъэм икъутащ Сэбэхьэддиным и гъащIэр. Хебалы АдэкIэ зэджэ хыхъуанэм щыIэ санаторэм щIэлъу 1947 гъэм дунейм ехыжащ тырку гъуазджэм жумарту хуэлэжьа композитор цIэрыIуэр.
Тырку музыкальнэ щэнхабзэм увыпIэ ин щызыубыда а адыгэлIым и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ теухуауэ куэд ятхыжащ. Абыхэм къагъэлъагъуэ пщIэрэ щIыхьу композиторым игъуэтар.
Мухьлис гурыхуэт, абы и музыкальнэ пьесэхэр къанэ щымыIэу гукIэ ищIэрт. Псоми я гугъу тхуэмыщIми лэжьыгъэ зыбжанэ я цIэ къитIуэнщ, гъуазджэм лъабжьэ быдэ щагъуэтауэ. Абыхэм ящыщщ пьесэхэу «МафIэшхуэ», «Лъагъуныгъэр уахътыншэщ», музыкальнэ гушыIэхэу «Шатрзаденар», «Захьрэ», «Айшэ», «Монбей», «Сэр папщIэ», «Уей, си анэу Къайсери!», «Утыку», «ЦIыхубзхэм ягу ирихь щIалэ», опереттэхэу «ХэкIыпIэншэ», «Зухра», «Гюль Фатмэ», «Лъагъуныгъэм и еджапIэ», «Пщым и лъагъуныгъэр», музыкальнэ ревюхэу «Мазэ ныкъуэ розэ», «Цыджан лъагъуныгъэ», нэгъуэщIхэри.
Мухьлис и IэдакъэщIэкIхэр икъукIэ Iэзэу езым зэридзэкIырт, нэгъуэщI музыкальнэ Iэмэпсымэхэм кърагъэкIын папщIэ.
Кавказым, адыгэ хэкум теухуауэ абы итхащ лэжьыгъэ зыбжанэ икIи ахэр уващ къызыхэкIа лъэпкъым напэ хужькIэ зэрыбгъэдэтам и щыхьэту.
Хъуршыд и бынунэр Драмэ яхуауэ щыщыIэ лъэхъэнэм абы и унагъуэм къралъхуат Нэуэсэр зыфIаща хъыджэбз цIыкIур. ЦIыхубз дахэт Нэуэсэр и анэр. ГъэщIэгъуэныращи, абы и шыпхъум ипхъу адыгэ пщащэ Шэрджэс Кэриман 1932 гъэм дуней псом цIыхубзу тетыр дахагъкIэ щызэпрагъэуам щыгъуэ япэ увыпIэр хуагъэфэщат.
Нэуэсэри къыдалъхуат, и дэлъху Мухьлис хуэдэу, музыкэм и гъуэгуанэ гугъуу щIыхькIэ гъэнщIар зэрызэпичыфын къарурэ зэфIэкIрэ. Фортепианэ гъуазджэр тырку музыкальнэ щэнхабзэм япэ дыдэу хэзыхьахэр а зэдэлъхузэшыпхъурщ. АфIэкIа ямылэжьами аркъудейр ирикъунт а тIум я цIэр тырку тхыдэм къыхэнэн папщIэ, ауэ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъитIыр абы къыщызэтеувыIакъым: мурадымрэ лъэкIыныгъэмрэ зы напIэ хъуати, гугъэшхуэм дыгъэпс пэлъытэу къыхишырт дунейр дахагъкIэ зэрихуэпэнухэм щыщ къэхъугъитI.
Нэуэсэр щеджащ хъыджэбзхэм папщIэ щыIэ франджы школым. Абы щрагъэкIуэкIауэ щыта зэпеуэм адыгэ ныбжьыщIэм жыжьэрэ гъунэгъуу зыри къыщылъэщIыхьакъым икIи япэ увыпIэр къыхуагъэфэщат.
Адэр ящхьэщымытыжми, гугъапIэ дахэхэр IэщIыб ищIыртэкъым Мухьлис. Ар хуейт езым нэхъ зыхищIыкI IэщIагъэм и шыпхъур иригъуазэу цIэрыIуэ ирихъуну. «Хэт ищIэн, уэсяту я адэм къигъэнагъэнкIи хъунщ и бынхэм музыкэм зратыну», - апхуэдэ гукъэкI уегъэщI а тIум я ерыщагъыр къэплъытэмэ.
Илъэс пщыкIущым иту арат Нэуэсэр полькэ щызэхилъхьам. ЕхъулIэныгъэфIхэм я щIэдзапIэт ар, и къежьапIэт тырку музыкальнэ гъуазджэм и вагъуэщIэу къэунэхум.
Нэуэсэр дэкIуауэ щытащ Эдерне къалэм и губернаторым и къуэ Куэкудэш Мухьэмэд-Хьэлий, ауэ кIэщI дыдэу къызэтекъутащ унагъуэ насыпыр: илъэситI фIэкIа дэмыкIауэ, франджы-инджылыз зэрыпхъуакIуэхэм здезауэм, Чапэкъалэ и Iэшэлъашэхэм деж къыщаукIащ Нэуэсэр и щхьэгъусэр.
И дэлъхум ещхьу, Нэуэсэр къехъулIакъым насып иIэну, ауэ абыкIэ гузэрыдзэ ищIу IэщIыб ищIакъым гъуазджэр. Куэкудэшхэ я нысэм и гъащIэр триухуащ IуэхугъуитIым: и щIалэ Аднан фIым хуэгъэсэнымрэ музыкэм хуэпэжынымрэ. И дунейр иухыхункIэ псэ къабзэрэ гу хьэлэлкIэ а тIум яхуэлэжьащ адыгэ бзылъхугъэр.
Куэкудэшыр хабзэ дахэрэ нэмысышхуэрэ зыбгъэдэлът. Абы хэлъа хьэлыфIхэм ящыщ зыщ мыр: 1947 гъэм и дэлъхур дунейм ехыжыху Нэуэсэр утыку къихьакъым. Композиторым и IэдакъэщIэкIхэр зыми иригъэлъэгъуакъым икIи Тыркум исхэм ящIакъым пасэу къэунэхуа вагъуэщIэм и нурхэр езым зэригъэпщкIужыр.
Мухьлис итххэм япэмыхъуну хьэмэрэ ахэм яфэгъуэкIыну аратэкъым абы къигъэщI музыкэр. Ар апхуэдэу щытами тырку музыкальнэ гъащIэм «Куэкудэш Нэуэсэр!» щыжригъэIэфынтэкъым. Абы и гуращэ дахэр зытеухуар зыт - фIыуэ илъагъу и дэлъху закъуэм зэран хуэмыхъунырт. ИкIи ар игъэпэжащ.
И цIэр бэм зэхахыу и акъылым къигъэщIыр гунэс ящыхъун щхьэкIэ Куэкудэшым къызэринэкIын хуейт IуэхугъуитI. Япэрауэ (ар щIэхъумэни хуейкъым), Мухьлис иужькIэ музыкэ уафэм зыщыпIэтыныр Iуэху джэгутэкъым; етIуанэрауэ, абы зэран къыхуэхъурт зэрыцIыхубзыр. Иужьрей щхьэусыгъуэм къыхэкIкIэ куэдрэ екIуэкIащ Нэуэсэр и Iэзагъыр зыуи кърамыдзэу. Абы къыдэкIуэу къалъытэрт итх макъамэхэр тырку классическэ фащэм пэжыжьэу.
Ар и зыIэтыкIэт Куэкудэшым и музыкэ вагъуэм. ЩIэдзапIэм Iэнкуныгъэ гуэрхэр щыIами, иужькIэ зэуэ бэм ипхъуэтащ адыгэ бзылъхугъэм и уэрэдхэр, музыкальнэ фантазиехэр, къызэрыфэ макъамэхэр, опереттэхэр. Тырку музыкэм лъэбакъуэ узыншэ езыгъэча композитору уващ адыгэ бзылъхугъэм и IэдакъэщIэкIхэр.
ПСЫЖЬ адрыщI икIа ЛIыхужь Абдулыхь и унагъуэм Самсун вилайетым щыщ Къэуакъ къуажэр егъэзыпIэ зэрищIрэ куэд дэмыкIауэ, 1889 гъэм абы къыщохъу Ауни зыфIаща щIалэ цIыкIур. Сабийр мазих фIэкIа мыхъуауэ, Абдулыхь и бынунэр Истамбыл егъэIэпхъуэ. Етхуанэ классыр къиуха нэужь, щIалэр адэкIэ иримыгъаджэмэ нэхъ тэмэму къелъытэ адэм. Ауэ ныбжьыщIэм щэхуу зригъащIэу щIедзэ сурэт щIыныр. Хъуапсэрт сабийм и псэр, гугъэр, емылыджти, IэубыдыпIэншэт.
ЩыгъуэлъыжкIи, къыщытэджкIи, щышхэкIи, къыщикIухькIи, щIэчэ имыIэу Ауни и псэр зы къару гуэрым кърихуэкIырт, нэрымылъагъу фIыгъуэ мыбелджылым хуриджэрэ, гукъэкIым я нэхъ абрагъуэхэм акъылыр хуигъэхъуэпскIыу икIи псом хуэмыдэу псэхугъуэ щигъуэтыр зы Iуэхугъуэ закъуэ щигъэзащIэм дежт - сурэт щищIырт. ЩIы гъущIам псыкIэ зыщигъэнщIыжым хуэдэу, а лэжьыгъэрт Ауни и зэманыр зыщIэзыфыр.
ЩIалэ цIыкIум бгъэдэлъ талантым зэуэ гу лъатащ. ЛIыхужь Ауни и зэфIэкIыр къыщищIэм, изобразительнэ гъуазджэмкIэ музейуэ Истамбыл дэтым и унафэщI Уэсмэн Хьэмди-бей елъэIуащ министрым - Шахзадэ Абдул-Мэжид - икIи сурэт щIыным зи гур ета ныбжьыщIэр Париж ягъакIуэ гъуазджэ хэIэтыкIахэм я Академием.
1914 гъэм Ауни къегъэзэж Тыркум икIи гъуазджэ хэIэтыкIахэм я еджапIэу Истамбыл дэтым илъэситIкIэ щрегъаджэ. ИужькIэ ар гъуазджэмкIэ Академием щолажьэ. ГъащIэ мащIэт ЛIыхужьыр - и ныбжьыр илъэс 38-рэ фIэкIа мыхъуауэ, ар 1927 гъэм бадзэуэгъуэм и 2-м лIащ. Абы и хьэдэр щыдахым Истамбыл и хьэблэ ЛалелыкIэ зэджэм щыIэ Хьэрикъ зедегъан уэрамым IэпэдэупIэ иIэкъым жыхуаIэм хуэдэт. СурэтыщI цIэрыIуэр иужь дыдэ гъуэгу трагъэувэжырт и ныбжьэгъу, и гъэсэн куэдым.
- Дэнэ «ЛIыхужьыр» къыздипхар? Сыт а унэцIэр, тыркухэм закъыхыумыгъэщу, щIумыхъуэжыр? - апхуэдэ упщIэхэр абы мызэ-мытIэу къратырт.
- Адыгэу сыкъалъхуащи, адыгэуи гъащIэр сиIэху сыпсэунущ. Си адэм и унэцIэр зэи зыми езгъэхъуэжынукъым, - яжриIэрт Ауни къеупщIхэм.
ЛIыхужьым романтикэ еплъыкIэ иIэт икIи акъыл нэхурэ гупсысэ куукIэ гъэнщIа абы и IэдакъэщIэкIхэм зэуэ наIуэ къащI пэжыр, гъащIэм и дахэр, псэукIэ тыншыр и лэжьыгъэм къыщиIэт Iуэхугъуэхэм джэлэс яхуищIыну ар зэрыхэтар. Ауни езыр цIыху Iэдэбт икIи зэщIэкъуат. Сурэт щIыным и закъуэтэкъым абы и гуащIэр щылъащэр: ЛIыхужьым дэгъуэу итхырт усэ, прозэ тхыгъэхэми хуэIэрыхуэт икIи критикт. Лъэныкъуэ куэдкIэ зэфIэкI зыбгъэдэлъ а лIы гуащIафIэм и лэжьыгъэхэр трыригъадзэрт «ЩIэдзапIэ» газетымрэ «Тырку щIыналъэ» жыхуиIэ журналымрэ. Ауэ прозэ, усэ тхынхэр Ауни и IэщIагъэ нэхъыщхьэу къилъытэртэкъым, абы и гъащIэ гублащхьэр утIыпщ имыIэу зыубыдар сурэт щIынырт.
ЛIыхужьыр ящыщщ тырку художник нэхъ Iэзэ дыдэхэм икIи абы ищIа сурэтхэр адрейхэм я IэдакъэщIэкIхэм къащыхыумыцIыхукI зэи къэхъуртэкъым, сыту жыпIэмэ дэтхэнэ зыми къытещырт Ауни и гъащIэ пыдзахуэ, и IэпапIэ, и дуней еплъыкIэ; икъукIэ IупщIт абы и гу пщтырагъыу плъыфэхэм къызэкIуэцIахыр.
Пюви де Шаваннрэ импрессионизмэмрэ яжь къащIихуат ЛIыхужьым. Абы ищIа лэжьыгъэхэм я нэхъыбэр езым и щхьэм кърикIуа, езы художникым ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къызыщиIэтщ. Ауни ящыщщ импрессионизмэмрэ символикэмрэ я лъабжьэр Тыркум щызыгъэтIылъахэм.
Адыгэ щIалэм художник щхьэхуиту зилъытэжырт, и лэжьыгъэр и купщIэкIи и теплъэкIи зэрегуакIуэу къызэригъэпэщу. Абы теухуауэ ЛIыхужьым и ныбжьэгъу Едыдж Сами игу къигъэкIыжырт.
«ТкIийуэ яхущытт ар и IэдакъэщIэкIхэм. Гупсэхугъуэ игъуэтын папщIэ ерыщу лажьэрт икIи плъыфэхэмкIэ къиIэт Iуэхугъуэхэм ехьэлIа гупсысэм зытет дунейм «тришырти», гъуазджэкIэ зэджэж гъащIэм и дахапIэм иришэрт. Апхуэдэ дакъикъэхэм деж Ауни ищIэжыртэкъым зэрыпсэури, сурэт зэрищIри, здэщыIэ щIыпIэри; апхуэдэ дакъикъэхэрт творческэ гухэхъуэгъуэм щыгу хуэхъур, насыпым и лъагапIэу увыр. Зи IэщIагъэм апхуэдизу зызымыщIэжу итхьэкъуа художникыр пщIэншэрылажьэ хъуртэкъым икIи пщIэ псом я щхьэу абы къилъытэрт и IэдакъэщIэкIхэр цIыхухэм гунэс ящыхъуныр. Ауэ щыхъукIи, къэгъуэтыгъуейт абы и сурэтхэм дамыхьэх. ДэнэкIи щаIэтырт абы и талантыр.
Тырку республикэм и къызэгъэпэщакIуэ Мустафа Кемал (Ататюрк) псалъэ гуапэ куэд хужиIэгъащ ЛIыхужь Ауни. Гурыхь зэрыщыхъуам и щыхьэту Тыркум и япэ Президентым и хэщIапIэу Анкара дэтым щызэрихьэрт адыгэ щIалэм и акъылымрэ и Iэмрэ къагъэщIа сурэтхэм ящыщ куэд.
Хамэ къэралхэм я музейхэм щIэлъщ художник цIэрыIуэм и IэдакъэщIэкI зыбжанэ.
1957, 1968, 1970, 1986 гъэхэм Европэм щекIуэкIащ ЛIыхужьым и сурэт выставкэхэу абы и лэжьыгъэ 300-м щIигъу щагъэлъэгъуар. Абыхэм я къызэгъэпэщакIуэт Ауни и щхьэгъусэ ЛIыхужь Хьэрикъэ Сирелрэ езы художникым Академием щригъэджа и гъэсэнхэмрэ.
Адыгэ щIалэм и Iэдакъэ къыщIэкIар куэд мэхъу, а псор къытхуэгъэлъэгъуэнкъым, ауэ я цIэ къитIуэнщ 1908 гъэм езым зытрищIыкIыжу ищIауэ щыта маршал Фозий Чокъмакъ и сурэтхэм, «Мэжджыт къащхъуэ», «Истамбыл и теплъэ», «Хьэрикъэ», «МэкъумэшыщIэ», «Къэрэхьэлъкъ» зыфIища лэжьыгъэшхуэхэм. Ахэр псори хэтщ ЛIыхужьым и щхьэгъусэм и коллекцэм.
1864 гъэм Адыгэ хэкум икIыу Истамбыл дэтIысхьахэм ящыщт ЗеифI Адыл. Ар хэтащ тырку топгъауэдзэм. 1890 гъэм абы къыхуалъху щIалэ цIыкIу. ИлъэсищкIэ зы псалъи жиIэфакъым абы. Адэ-анэр ар бзагуэу къэнэн я гугъэу тегужьеикIат. Ауэ адыгэ унагъуэм къихъуа а сабийм гъуэгуанэ дахэ къыщIэлът. Ар хъунут тырку гъуазджэр зэрыгушхуэну лIы.
Намыкъ Исмэхьил (арат абы зэреджэр) Истамбыл дэт Хьэмидие, Галата-Сарай еджапIэхэм щIэсащ. ЩIалэ щэхут, Iэдэбт, Iэзэу сурэт ищIырт икIи, къыдеджэ цIыкIухэм я мызакъуэу, егъэджакIуэхэм ягъэщIагъуэрт абы хэлъ зэфIэкIыр.
А школым щригъаджэрт Исмэхьил хуэдэу адыгэм къыхэкIа Дагъ Шэукэт. Ар езыр сурэт щIынкIэ лъэкIыныгъэшхуэ зиIэ, зи цIэр ину Iуа лIыт. Исмэхьил хэлъ хъуаскIэр абы къимылъагъупIэр иIэт? ЩIалэм щIэгъэкъуэн зыхуищIри, хуигъэсащ, хуиущиящ художник IэщIагъэм хэлъ щэхухэм.
ИужькIэ Дагъ Шэукэтрэ и Iыхьлыхэмрэ трагъэгушхуэри, Намыкъ Исмэхьил Париж ягъэкIуащ, сурэтыщI еджапIэ кърагъэухыну. 1912 - 1914 гъэхэм ар щылэжьащ художествэхэмкIэ Академием, итIанэ ЛIыхужь Ауни и гъусэу Кармон и мастерскойм.
Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ Исмэхьил офицеру щытащ.
Намыкъым аргуэру илъэситIкIэ Париж егъэзэж икIи Ориений, Либерман сымэ я мастерскойхэм щолажьэ.
Исмэхьил «Ле Десаншантие» зыфIища и романтическэ сурэтым текIуэныгъэ къыщихьат Париж щрагъэкIуэкIа зэпеуэ-еплъыныгъэм.
Тыркум къигъэзэжа нэужь, Намыкъыр япэ щIыкIэ лэжьащ егъэджакIуэхэм я зэфIэкIыр къипщытэу, иужькIэ ягъэуващ Iэзагъ хэIэтыкIахэм я художественнэ Академием и унафэщIу.
Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, сыт хуэдэ щIыпIэ щымыIами, сыт хуэдэ цIыху яхэмытами, Исмэхьил зэи зыщигъэгъупщакъым адыгэ лъэпкъым къызэрыхэкIар.
1919 - 1922 гъэхэм Намыкъым франджыбзэмрэ сурэт щIынымрэкIэ щригъэджащ Бешикташ дэт адыгэ еджапIэм. ЩIалэ IэпщIэлъапщIэт Исмэхьил. ДагъэкIэ сурэт щIыным къыдэкIуэу, абы Iэзагъышхуэ къигъэлъагъуэрт скульптурэкIи.
1923 гъэм Намыкъым и Iэдакъэ къыщIэкIащ дунейм и теплъэ къызыщигъэлъэгъуа «Хьэм» зыфIища сурэтыр. Зи гугъу тщIы лэжьыгъэм лъэ быдэкIэ щыгъэуващ реалист бгъэдыхьэкIэр. Мыбы ауэ жыжьэуи къыщIихуакъым импрессионизмэм ижь.
Дыгъэ бзийм и хуабагъкIэ гъэнщIа дунейм нэ къабзэкIэ йоплъ художникыр. Сурэтым Iэзэу щызэпыщIащ уафэ къабзэр, дыгъэ лыдыжыр, щхъуэкIэплъыкIэу хуэпа щIылъэр. КъыпфIощI псэ зыпыт дуней дахэм утеплъэ.
1925 гъэм художникым ищIащ: «Пщэдджыжьыр хы Iуфэм» жыхуиIэ лэжьыгъэр, Iэзагъышхуэ зэрыхэлъым папщIэ бэм гунэс ящыхъуар. Исмэхьил, усакIуэ нэсым и бзэкIэ къиIуэтэж хуэдэу, уи пащхьэ къригъэувэ сурэтым къегъэлъагъуэ махуэщIэр къызэралъхур, икIи абыкIэ къуиIуэкI хуэдэщ цIыху гъащIэм и ублапIэр.
Лирикэ куукIэ гъэнщIащ «Мазэгъуэ», «Псы Iуфэр мазэгъуэ жэщым» зыфIищахэр. Мыпхуэдэ лэжьыгъэхэр къэбгъэщIыфын щхьэкIэ, сурэт пщIыф къудейуэ ущытыныр мащIэщ. Мыхэр щыхьэт тохъуэ зыми ямылъагъу еплъыкIэ гъуэзэджэ Исмэхьил къызэригъуэтыфым, дунейм и дахагъымрэ и IэфIагъымрэ телъыджащэу къызэриубыдыфым, акъыл жанрэ гупсысэшхуэрэкIэ зэрыкъулейм. Абы и лъэныкъуэкIэ ирикъуни «Анкара гъатхэм» жыхуиIэ сурэтхэр къэбгъэлъэгъуэну. Щызщ мыхэр дунейм и щIэрэщIэгъуэр хэIэтыкIауэ зыгъэбелджылы нэщэнэхэмкIэ.
Художникым и акъылыр реалист гупсысэ тэмэмым зэрытеухуар, ар абы зэрыхуэлажьэр къоув Намыкъым и щхьэмрэ и цIэмрэ лъагапIэщIэм тезыгъэувэ хэкIыпIэ щхьэхуэу.
Тыркум щаухуа унэхэу зэгъэпэщын хуейхэм е щIадзэу щIэуэ ящIхэм сурэтхэр, тхыпхъэщIыпхъэхэр хэщIыхьын и лъэныкъуэкIэ къэрал хабзэ гъэувыным япэ лъэбакъуэ хуэзычахэм ящыщщ Намыкъыр. АбыкIэ ар хуейт тырку художникхэм я лэжьыгъэр зэманым псынщIэу имыпхъэхыжын хуэдэу уахътыншэ ирищIыну.
Намыкъ Исмэхьил сурэт ищI къудейм къыщымынэу, атIэ художник IэщIагъэм теухуа тхыгъэхэри итхырт икIи журналхэм, газетхэм къытрыригъадзэрт. Абыхэм ящыщщ XVI лIэщIыгъуэм псэуа итальян художник, архитектор, скульптор икIи усакIуэ Б. Микеланджелэ теухуар. ЩIэныгъэ ищхьэмрэ курыт щIэныгъэмкIэ министерствэм къыдигъэкI тхыгъэхэм я гъусэу дунейм къытехьэу щытащ «ЦIыхушхуэхэр» фIэщыгъэцIэр иIэу Намыкъым игъэхьэзыр лэжьыгъэхэр.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
Намыкъ Исмэхьил
Сэбэхьэддин Мухьлис
Куэкудэш Нэуэсэр
ЛIыхужь Ауни
Дагъ Шэукэт
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "890.txt"
} |
Уи анэдэлъхубзэм хуэпщI пщIэращ псоми лъабжьэ хуэхъур
Километр мин бжыгъэ зэпыбупщIу, кхъухьлъатэхэр зэпхъуэкIыу нэгъуэщI къэрал укъыщыхутауэ къыпщыхъуркъым Кфар-Камэ ущыдэткIэ. Абы и хьэуами адыгэмэ хэтщ. Зи бзэм пщIэ хуэзыщIыж хэхэс адыгэ дунейм тетмэ, ар Израилым исхэрщ. Адыгэбзэр зэраджыр дэ къэдгъэсэбэп алфавитырщ - кириллицэрщ. Ар нэхъ къыщIыхахари я адэжь щIыналъэм щыпсэухэм а алыфбейр къызэрагъэсэбэпыр аращ. Щыпсэу къэралыгъуэр фIыуэ къазэрыхущытыр къагъэсэбэпурэ, абы щыпсэу адыгэхэр я бзэм и пщIэр къызэраIэтыным хущIокъу.
КЪУАЖЭМ ущыдыхьэкIэ гъуэгугъэлъагъуэхэм тет псалъэхэр журтыбзэкIи адыгэбзэкIи тетхащ, IуэхущIапIэу дэтми, уэрамхэми я цIэр адыгэбзэщ зэрытетыр икIи адыгэцIэщ зэрахьэр - Къэбэрдей, Шапсыгъ, Iуащхьэмахуэ, Хъан гъуэгу, Налшык, Псы, Мазэ…
Кфар-Камэ щыпсэухэр зэрыпсалъэр шапсыгъ диалектырщ. Я бжэкIэми зы гъэщIэгъуэн хэлъщ. Псалъэм папщIэ, дэ щэщI, плIыщI жытIэмэ, абыхэм пщIырыпщIыбжэр ящIэркъым: щэщIым и пIэкIэ тIощIрэ пщIырэ, щэ ныкъуэм щхьэкIэ тIощIитIрэ зыпщIрэ жаIэ.
Абы дыщыIэху гугъу зыкъыддезыгъэхьахэм ящыщщ Израилым ЭкономикэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэ, Кфар-Камэ щыIэ Адыгэ Хасэм жыджэру хэт Нэпсо Айбэч. ЗыплъыхьыпIэхэмрэ щIыпIэ дахэхэмрэ я хъыбарыр къыджиIэурэ дишащ икIи дигъэлъэгъуащ абы. Айбэч ящыщщ къуажэ уэрамхэм адыгэцIэ зэрахьэнымкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьэу ар пхызыгъэкIахэм.
- Илъэс зыбжанэ ипэкIэ щIалэ гуп дызэхэсу ди хъуэпсапIэу къэтIуэтауэ щытащ ди уэрамхэм адыгэцIэ зэрахьэныр насыпышхуэу къызэрытлъытэр. Ди щIалэгъуэт, ди къару илъыгъуэти, дызэрыгъэгушхуэри Iуэхум дыхуежьащ. УэрамыцIэхэм ятеухуауэ Израилым и къэрал хабзэхэр зэдгъащIэщ, абы папщIэ зызыхуэгъэзапхъэхэм депсалъэри, ди мурадым яужь дихьэмэ, зэрытхузэфIэкIынур къыдгурыIуащ. ЩIалэ хъарзынэхэр хэтт Хасэми, дызэхэтIысхьэри, къэдгупсысащ уэрамхэм цIэуэ хуэдгъэфащэхэр. Нэхъыщхьэу хэтлъагъуэр уэрамым и цIэм укъеджэмэ, адыгэр уигу къигъэкIын зэрыхуейрт, ди сабийхэм ялъагъурэ щыщIэупщIэкIэ, псалъэм къикIымрэ ар къыздитхамрэ яхуэтIуэтэныр щхьэпэ хъунут. Хабзэм тету, программэ дгъэпса нэужь, Хасэм етхьэлIэри, тхузэрагъэзэхуащ, здегъэхьыпхъэхэм ирагъэхьащ. Зэман текIуэдащ, ауэ зыми къытпиубыдаIакъым, зэрыфлъагъущи, нобэ нэр игъэгуфIэу, гур хигъахъуэу фIэлъщ.
- ЩIалэгъуалэм я гугъу щыпщIакIэ, сыщIэупщIэнут, сыт хуэдэ IэщIагъэхэм нэхъ хуеджэрэ?
- Ди щIалэгъуалэм я нэхъыбэр гъунэгъу къалэхэм дэт университетхэм щIотIысхьэ. Зыхуеджэр сыт жыпIэмэ, дохутыр, уэчыл, инженер, егъэджакIуэ IэщIагъэхэр нэхъ къыхах. Дэ куэд диIэщ заводхэм, фабрикэхэм инженеру щылажьэу, бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ егъэджакIуэу, унафэщIу IуэхущIапIэхэм щыIэу. Нэхъыбэр щылажьэр Хайфэрэ Тибериерэщ, ахэр нэхъ ди гъунэгъущи. Ди щIалэ куэдым дзэм, полицэм къулыкъу щащIэ.
- Я нэхъ цIыкIу дыдэри адыгэбзэкIэ зэрыпсалъэм, фи къуажэм нэгъуэщIыбзэ зэрыщыземыкIуэм хуэдэ нэгъуэщI зы къэрали ущрихьэлIэнукъым, Урысей Федерацэри яхэту. Сыт абы и щхьэусыгъуэу уэ къэплъытэр.
- Пэжщ ар! Ар тхэлъщ! Къуажэ щIыбым ди Iуэху щыдэдгъэкIыу хамэбзэкIэ дыщыпсалъэ щхьэкIэ, дыкъызэрыдыхьэжу адыгэбзэм дытохьэж. Ар къыщежьар нобэкъым икIи дыгъуасэкъым. АтIэ ди адэжьхэм къытхалъхьам дытету аращ. Уи анэдэлъхубзэм хуэпщI пщIэращ псоми лъабжьэ хуэхъур, армыхъумэ нэгъуэщI лъэпкъ ухэс щхьэкIэ ар пфIэкIуэдын хуейкъым. Дэ, адыгэхэм, ивритыр фIыуэ къыдощтэ, зыдогъэщIэф, уеблэмэ езы журтхэм ягъэщIагъуэу нэхъ пэжу дропсалъэ. Ауэ абы къикIыркъым бзэ ныкъуэу дыщытын хуейуэ, уи бзэр умыщIэжу, дауэ «сыадыгэщ», - жыпIэн?!
- Уэ экономикэмкIэ министерствэм ущолажьэ. Узыхуей IэщIагъэр зэбгъэгъуэта нэужь, лэжьапIэ тыншу къэбгъуэтрэ?
- ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ уиIэмэ, уIэщIагъэлI хъарзынэмэ, укъагъэщIэхъунукъым. Уеблэмэ, узэрыадыгэр къащIамэ, нэхъ гулъытэ, дэчых къыпхуащIынущ. Сэ нэгъуэщI лъэпкъ щыщхэм жаIэу куэдрэ зэхэсхащ адыгэр зэрыцIыху пэжыр, и лэжьыгъэр гугъэзагъэу зэрызэфIигъэкIыр, дзыхь хуэпщIар езым и щхьэ Iуэхум хуэдэу зэрызэфIихыр. «Iуэху гуэр адыгэм и пщэ дэплъхьамэ, угъуэлъыжу ужей хъунущ», - жаIэ журтхэм.
Айбэч лэжьыгъэ зэманым къыщыдэхуэкIэ, Адыгэ музейми щолажьэ. Бзэ зэмылIэужьыгъуэ куэд зэрищIэм къыхэкIкIэ, Кфар-Камэ къыдыхьэ туристхэми адыгэм и блэкIамрэ нобэ и щыIэкIэмрэ ирегъэцIыху, музейм щIэлъ хьэпшыпхэм я мыхьэнэмрэ къызэрагъэсэбэпу щытамрэ яжреIэ, адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я къулеягъыр яхуеIуатэ.
Сурэтым: Нэпсо Айбэч адыгэ Iуэхум хуэжыджэрщ.
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "891.txt"
} |
Щэджащэхэрэ ХъутIэжьхэрэ благъэ зэхуохъу
Дэнэ щIыпIэ укIуэми лъэпкъ хабзэмрэ зэхэтыкIэмрэ кърипщIэну Iэмал хъарзынэщ хьэгъуэлIыгъуэр, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр. Кфар-Камэ дыщыдэса махуэхэм къриубыдэу Щэджащэхэрэ ХъутIэжьхэрэ благъэ зэхуэхъуащ. Къуажэм хьэщIэ зэрыдэсыр ящIэрти, щIалэм и лъэныкъуэм - Щэджащэхэ - хъыбар къыдагъэщIащ. Нысашэр телевиденэрэ газеткIэ хэкурысхэм я деж нэдгъэсыжыну щажетIэми, дыкъагъэщIэхъуакъым. Абыхэм яшэ пщащэр ди бысым унагъуэм къабгъурыс ХъутIэжьхэ япхъути, хъыджэбзым деж щекIуэкI Iуэхухэми дыхэплъащ.
Журтхэм яхэс ди лъэпкъэгъухэм я гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зэрыдахыр ди деж щекIуэкIым техуэртэкъыми, тлъагъу псори тфIэгъэщIэгъуэну дыхэтащ. Щауэми нысащIэми я унэхэм махуэм шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, IэфIыкIэхэр щагъэхьэзыр. Щауэм и Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ щауэм и унэм, пщащэм ейхэр - пщащэм деж пщыхьэщхьэм щызэхуос. Япэу дыздэщыIар щIалэм и унагъуэрщ, щауэр зэдгъэцIыхун мурад диIа щхьэкIэ, ар унэм истэкъым, и ныбжьэгъу щIалэм я деж щыIэт, джэгу хуащIу…
А пщыхьэщхьэм нэхъыщхьэр нэчыхь тхынырти, ар муслъымэн диным къызэригъэувым хуэдэу ятхащ. Хэкужьым ис ди лъэпкъэгъухэм нэчыхь щатхыр нысащIэр щауэм и унэ ихьа нэужьмэ, Израилым щыщ адыгэхэм нэчыхьытхыр псом япэ ирагъэщ. ЗэгуэкIуа щIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэгурыIуа нэужь, адэ-анэм нэчыхьытх махуэр яубзыхури, къуажэдэсым хъыбар ирагъащIэ. Гу зылъыттари гъэщIэгъуэнщ, телефони, унащхьэ чэзуи хэткъым, конвертым дэлъу егъэблагъэ тхылъыр зэбграгъэхыу аращ.
Нысэ къэзышэ Щэджащэхэ я пщIантIэм къуажэдэсхэри Рихьэние щыщ я благъэхэри щызэхуэсырт. ХьэщIэхэм адэ-анэм я Iэр яубыд, куэд щIауэ зэрымылъэгъуахэр зэщIоупщIэ, благъэ зэхуэхъухэр куэдрэ зэрыIыгъыну мэхъуахъуэ. АпщIондэху молэр щыхьэтитI и гъусэу, нысащIэм и унэм кIуэри, арэзырэ мыарэзырэ еупщIащ, тхылъым Iэ щIрагъэдзащ. ИтIанэ молэмрэ щыхьэтхэмрэ щауэм деж кIуэри, апхуэдэ дыдэу абыи щIрагъэдзащ. Ар зэфIэкIа нэужь, Щэджащэхэ къагъэзэжри, лъэныкъуитIми я щыхьэтхэр щысу, нэчыхьыр ятхащ. Апхуэдэ махуэхэм Iэнэ къаузэдыркъым, атIэ IэфIыкIэ, псы, шей, кофе хуэдэхэр пщIантIэм щагуэшу аращ.
А зэманым къриубыдэу щIалэр здэщыIэ унагъуэм джэгушхуэ щокIуэкI. Абдеж дэри щауэ Рудин щызэдгъэцIыхури дехъуэхъуащ. СыхьэтитI хуэдизкIэ джэгури, щIалэм и ныбжьэгъу гупыр и гъусэу хъыджэбзым я деж кIуащ.
ХъутIэжьхэ я пщIантIи уэрами гъэщIэрэщIат. Европей щыгъынкIэ хуэпа нысащIэр и ныбжьэгъухэм ящIыгъуу къафэу дэтт. Щауэр, и ныбжьэгъухэр и гъусэу къэсри, нысащIэм сэлам ирихащ, Iэлъыни IэритIэгъащ. Хабзэр арати, Динэ дыщэхэкIхэр тыгъэ хуищIащ. Сурэтхэр зытрагъэхщ, ныбжьэгъухэр бгъэдыхьэурэ ехъуэхъури, торт яупщIэтащ. НыбжьыщIэхэм я Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ торт яшхыну ирагъэблагъэри, нысащIэм и ныбжьэгъу хъыджэбзхэм къахьа IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэри ягуэшащ.
Нэхъапэм мыпхуэдэ пщыхьэщхьэм щIалэр хъыджэбзым я деж жэщым къыщынэу щытащ, иджы махуэ зыбжанэкIэ нэгъуэщI къалэ макIуэ загъэпсэхуну.
КъыкIэлъыкIуэ махуэхэм зэблагъэхэм яубзыху кIэух хьэгъуэлIыгъуэр - нысэишыж джэгур - щыщыIэнур. Дэ хьэгъуэлIыгъуэм дыхэтакъым, ауэ дыкъэкIуэжа нэужь, Рудинрэ Динэрэ я сурэтхэр къытхурагъэхьащ. Абы щыщ адыгэхэм я хьэгъуэлIыгъуэр щекIуэкIыр ресторанращ, цIыху мин нэблагъэ кърихьэлIэу.
Выщхьэ зэадэзэкъуэхэу Iэдэмрэ Iэсаирэ Мыщэ Анзаур я хьэщIащ.
Рудинрэ Динэрэ унагъуэ хъуащ.
ШЫПШ Даянэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "892.txt"
} |
Узбекистаным хуэбанэ адыгэ щIалэ
Спорт бэнэкIэмкIэ иджыблагъэ Нур-СулътIан (Къэзахъстан) щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым Урысей Федерацэм и щIыхьыр зыхъумахэм яхэтакъым зы адыги. Апхуэдэ нэхъапэм къыщыхъуар къэщIэжыгъуейщ. Абы щыгъуэми дигъэгушхуащ Узбекистаным и цIэкIэ зыкъэзыгъэлъэгъуа ди лъэпкъэгъу Асэкъал Рустам - алыдж-урым бэнэкIэмкIэ килограмм 87-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм жэз медалыр къыщихьри, 2020 гъэм Токио щекIуэкIыну Олимпиадэм хэтыну хуит зыщI лицензэр узбекхэм къахузэригъэпэщащ.
Асэкъал Рустам мы зэхьэзэхуэм ирыхыхьащ Панамэм щыщ бэнакIуэр хэгъэщIэнымкIэ. Абы къыкIэлъыкIуэу тедза хъуащ Тыркум, Урысейм, Кубэм къикIахэр. Финалым кIуэн папщIэ къыпэщIэуващ венгр бэнакIуэ цIэрыIуэ Лоринц Виктор. Ар нэхъапэми адыгэ щIалэм къыхуэзат икIи, ди жагъуэ зэрыхъунщи, къытекIуат.
Мы зэIущIэри хуабжьу гуащIэ хъуащ. Нэрылъагъут зэхуэфащэ пелуанитI зэрызэпэщIэувар. ИкIэм-икIэжым Лоринц текIуэныгъэр зыIэригъэхьащ 2:1-уэ. Ар финалым кIуащ, Асэкъал жэз медалымкIэ арэзы хъун хуей хъуащ. Апхуэдэу щыт пэтми, Рустам и къалэн нэхъыщхьэр игъэзэщIащ икIи зи щIыхьыр ихъумэ Узбекистаным алыдж-урым бэнэкIэмкIэ килограмм 87-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж олимп лицензэр къыщыхуихьащ. Абы а къэралым Iэмал кърет гъэ къакIуэ Токио щыIэну Олимп Джэгухэм хэтыну.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, илъэсищ ипэкIэ Асэкъал Рустам зыкъыщигъэлъэгъуащ Рио-де-Жанейрэ щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимпиадэм. Абы и япэ зэIущIэм адыгэ щIалэм 3:1-уэ щыхигъэщIат Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я бэнакIуэ лъэщ Провизор Бенджамин. Финалым и 1/4-нэм Асэкъалым къыщыпэщIэхуащ… венгр Лоринц Виктор. Абы щыгъуэми а бжыгъэ дыдэмкIэ, 2:1-уэ, къытекIуащ икIи а Олимп Джэгухэм хэтыныр къыщригъэухащ.
Асэкъал Рустам Адыгейм къыщалъхуащ. Урысей Федерацэм и щIыхьыр зыкъомрэ ихъумащ, ауэ иужькIэ Узбекистаным къыщыщIидзащ икIи ехъулIэныгъэ инхэр зыIэригъэхьащ. 2013 гъэ лъандэрэ зы илъэси къанэркъым Азием и чемпионатым ар щытемыкIуэу е саугъэт лъапIэхэр къыщимыхьу. Дунейпсо зэпеуэхэм тIэунейрэ хэтати, 2015 гъэм дыжьын медалыр къихьащ, иджы жэзыр къылъысащ, тIум щыгъуэми Узбекистаным олимп лицензэр къыхузэригъэпэщу.
- 1984 гъэм Адыгейм сыкъыщалъхуащ, - жеIэ Рустам, - арщхьэкIэ си ныбжьыр илъэс ирикъуа къудейуэ Новороссийск (ЦIэмэз) къалэм пэмыжыжьэ Натыхъуей жылэм дыкъэIэпхъуащ. Си адэ-анэр нобэми аращ щыпсэур. Бэнэным и гугъу пщIымэ, къыщыщIэздзар Новороссийск дэт «Виктория» спорт школращ. Си адэ Сыхьэтбий и щIалэгъуэм бэнакIуэу щытати, си ныбжьыр илъэсибгъу щрикъум сыкъишэри, сагъэсэну сакъритащ. Псалъэ гуапэхэр яхужысIэну сыхуейщ бэнакIуэ лъагъуэм сытезыша Холодаев Владимиррэ Петикян Ашотрэ. Ахэращ спортым лъэ быдэкIэ сыхэзышар, япэ текIуэныгъэхэм я IэфIагъыр сэзыгъэщIар. Нобэми адэм хуэдэу къысщхьэщытщ, телефонкIэ къэпсалъэурэ си Iуэху зытетхэр зрагъащIэ, чэнджэщ щхьэпэхэр къызат.
И ныбжьыр илъэс пщыкIутху щыхъум Асэкъалыр Краснодар дэт Олимп резервым и училищэм ирагъэблэгъащ. Абы, дауи, Iэмал гъуэзэджэхэр къыщыхукъуэкIащ икIи ахэр адыгэ щIалэм нэсу къигъэсэбэпащ. Ар щытекIуащ япэщIыкIэ ныбжьыщIэхэм, итIанэ щIалэгъуалэм я зэпеуэ инхэм.
БалигъыпIэ иува иужькIэ, 2009 гъэм Урысей Федерацэм и чемпионатым ещанэ увыпIэр къыщихьащ. Нэхъ лъагэуи дэкIуеифынут, арщхьэкIэ нэфI-неягъэкIэ адэкIэ пхагъэкIакъым - Новороссийск щыщ щIалэр хьэрэмыгъэкIэ къытрагъакIуэри, финалым хуэкIуэ гъуэгур хузэхуащIащ. Мис абдежым къыщыхъуащ Рустам и гъащIэм зезыгъэза Iуэхугъуэр. Ар и тренерым бгъэдыхьэри, къехьэкI-нехьэкI хэмылъу, жриIащ: «Урысейм и командэ къыхэхам сыхэмыхуэмэ, хамэ къэрал сыкIуэнущ».
И ныбжьыр илъэс тIощIрэ тхум нэсауэ зи къару илъыгъуэ Асэкъал Рустам фIы дыдэу къыгурыIуэрт зэман гъунэгъум IэщIэкIIамэ, иужькIэ зэримыгъуэтыжынур. Щыгъуазэт дунейпсо зэпеуэхэм, Олимп Джэгухэм ягъакIуэр къэралым и чемпионатым и финалым щыбэнахэр зэрыарар. Абы къыхэкIыу жэз медалыр зыри къызэрымыкIт.
КIуапIи-жапIи къезымыт нэфI-неягъэр иужэгъури, Рустам мурад ищIащ нэгъуэщI къэрал Iэпхъуэну. УкраинэмкIэ япэщIыкIэ игъэзащ. А къэралыгъуэм гуфIэжу къищтэнут зэфIэкI лъагэ зиIэ бэнакIуэр. АрщхьэкIэ Украинэм и цIыху псынщIэу ухъун папщIэ абы щыщ бзылъхугъэ щхьэгъусэ пщIын хуейт. Рустам фыз къишакIэт икIи и спорт Iуэхухэр дэкIын щхьэкIэ емыкIу ищIэфынутэкъым. Арати, Краснодар игъэзэжащ.
2009-2012 гъэхэр Асэкъалым спортым щыфIэкIуэдащ. И зэфIэкIыр нэхъ ин дыдэ щыхъун хуея илъэс 25-28-м ныбжьым ар зыщIыпIи щыбэнакъым - зы къэралым и цIэкIэ утыку уитауэ нэгъуэщIым и щIыхьыр пхъумэн папщIэ илъэситIкIэ зэпеуэхэм ухэтыну ухуиттэкъым. Апхуэдэт дунейпсо хабзэр.
А зэман кIыхьыр Рустам пщIэншэу игъэкIуакъым. Жэщ-махуэ имыIэу зигъасэрт, зэхьэзэхуэхэр зэрекIуэкIым, бэнакIуэхэм къагъэсэбэп IэмалыщIэхэм кIэлъыплъырт. Абы къыдэкIуэу здэIэпхъуэну къэралыгъуэр мыпIащIэурэ къыхихырт. Ар тэмэму зэфIэкIын папщIэ зыхуигъэзащ и ныбжьэгъу дунейпсо чемпион, Олимп Джэгухэм къыщыхэжаныкIа Патрикеев Юрэ. Абы адыгэ щIалэр яхуигъэлъэгъуащ Узбекистаным и командэ къыхэхам и тренерхэм. Ташкент кIуэри, и зэфIэкIым къеплъащ икIи псомкIи зэгурыIуэри, къыщеджэным пэплъэну, къигъэзэжащ.
- СыкъэкIуэжауэ Краснодар сыдэсщ, къыщызэджэным сожьэри, - игу къегъэкIыж Асэкъалым. – Сыбэнэну сыщыхуимыта илъэситI пIалъэми иухащи, утыку сихьэну сопIэщэкI. 2012 гъэм Лондон щекIуэкIыну Олимпиадэр къэблэгъащи, сыкътречыпэ. СробампIэ Ташкент зыри къызэримыпсэлъыкIым. Абы ирихьэлIэу, сымыщIэххэу, къыргъызхэр къысщIоупщIэ. А къэралым сыхуэбэнэну арэзы сыхъуауэ икIи сызэрыкIуэным зыхуэзгъэхьэзырауэ, Узбекистаным икIэм-икIэжым къопсэлъыкI: «ИкIэщIыпIэкIэ къакIуэ, ди цIэкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэм ухэдгъэтынущ». Ташкент сыкIуэри, махуитIым къриубыдэу узбек паспортыр къысхузэрагъэпэщащ.
Асэкъал Рустам зэрынэсу дунейпсо зэхьэзэхуэ иным щытекIуащ. КъыкIэлъыкIуэу дыщэ медалыр тыншу къыщихьащ Узбекистаным и чемпионатым. АдэкIэ Олимпиадэм кIуэнухэр къыщыхах зэпеуэм Астана щыхэтащ. Абы щыхигъэщIащ Азием и чемпионыр, щIалэгъуалэм я деж дуней псом щытекIуар. АрщхьэкIэ финал ныкъуэм къыщыхагъэщIащ.
КъыкIэлъыкIуэу апхуэдэ дыдэ зэхьэзэхуэ Китайм щыIащ. Абыи и насып адыгэ щIалэм къыщикIакъым. Финал ныкъуэм франджы бэнакIуэ Нумонви щыIущIащ. ЗэпэщIэтыныгъэр зэрытемыгъэкIуауэ щиухым, пхъэидзэ ящIащ. Абы зи кIэн къыщикIар Рустам и хьэрхуэрэгъуращ. Ар Лондон кIуащ икIи етхуанэ увыпIэр къыщихьащ. Асэкъалыр Олимпиадэ - 2012-м хэхуакъым.
А Iуэхугъуэм хуабжьу игъэгубжьащ. 2013 гъэм щыщIэдзауэ абы и текIуэныгъэ инхэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэбграгъэх хъуащ. Ар тIэунейрэ Азием и чемпион хъуащ, Азие, Ислъам джэгухэм бжьыпэр щызубыдащ…
2015 гъэм Лас-Вегас (США) щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым и финалым нэсри, олимп лицензэр Узбекистаным къыхуихьащ. Абы папщIэ япэу къыпэуваищыр къабзэу тридзащ, Австрием щыщыр 10:1-уэ хигъэщIащ.
- Пэжыр жысIэнщи, псори апхуэдэу тыншу къызэхъулIакъым, - къыддогуашэ Рустам. - Япэ зэIущIэм «силъ сщIэжащ», нэхъапэм Олимп Джэгухэм сыхэзыгъэкIыжа франджы Нумонви тездзэри. Дуней псом и чемпиону а зэманым щытари псынщIэ дыдэу хэзгъэщIащ. Нэхъ гугъу сригъэхьащ Ираным щыщ Ахлаги. Ар хуабжьу къарууфIэт, ерыщт, ауэ техникэ и лъэныкъуэкIэ щIагъуащэтэкъым - сыт щыгъуи хущIэкъурт и хьэрхуэрэгъур алэрыбгъум кърихуу баллхэр зыIэригъэхьэну. Сэри щэнейрэ апхуэдэу къызищIэри, 7:0-у япэ сфIищащ. УщыбанэкIэ а къыкIэрыхуныгъэ иныр иригъэкъужыгъуейщ. ЗэIущIэр иухыным зы дакъикъэ къэнэжауэ арати, сытыт сщIэнур? КъаруушхуэкIэ щхьэмыгъазэу себгъэрыкIуэу си хьэрхуэрэгъур къабзэу тездзэн хуейуэ арат. Апхуэдэуи сщIащ. Тренировкэхэм фIыуэ къыщызгъэIурыщIа Iэмалыр къэзгъэсэбэпащ - и пщэр фIэзубыдыкIри, Ахлаги алэрыбгъум тездзащ.
ИужькIэ къызбгъэдыхьэурэ куэд къызэупщIырт: «Сыт хуэдэ Iэмал ар? Зэрызагъасэ зы тхылъми апхуэдэ дыщрихьэлIакъым». Сэри, садэгушыIэурэ, яжесIэрт: «Ар бразил бэнэкIэ капуйэрэм щыщщ».
Лас-Вегас щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым и финалым Асэкъал Рустам къыщыпэщIэхуащ Украинэм щыщ Беленюк Жан. Абы и адэр Руандэм щыщщ, и анэр украин цIыхубзщ. Езыр теплъэкIэ фIыцIафэщ икIи зи щIыхьыр ихъумэ къэралыгъуэм фIыщэу къыщалъагъу, европэпсо, дунейпсо чемпионыгъэхэр къызэрыхуихьам папщIэ. Рустам ищIэрт ар зэрылъэрызехьэр, арщхьэкIэ, зэбэнын щIадзэри секунд тIощI дэкIауэ арат, и хьэрхуэрэгъур 6:0-у япэ щищам. Дапхуэдизу гугъу зригъэхьами, абы Iуэхур хуэгъэзэкIуэжакъым икIи дунейпсо чемпионыгъэм хэкIыжащ.
Асэкъал Рустам и хъуэпсапIэщ олимп медаль къихьыну. 2012 гъэм Лондон кIуахэм яхэхуэфакъым, 2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ финалым и Iыхьэ плIанэм къыщыувыIащ. Дыщыгугъунщ 2020 гъэм Токио и насып къыщикIыу и хъуэпсапIэр къехъулIэну.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "893.txt"
} |
Къуэн Аслъэн и унагъуэм я нэIэ тетщ
Гулъытэ
Республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэм ящыгъупщэркъым зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэр, я нэIэ трагъэтщ абыхэм я унагъуэхэм.
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и полковник Мамхэгъ Назир, министерствэм къулыкъущIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и управленэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Гуляев Алексей, Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Маргъущ Азрэт сымэ щыIащ и къалэн игъэзащIэу хэкIуэда Къуэн Аслъэн Зулимбэч и къуэм и унагъуэм. Аслъэн КъБР-м щыIэ МВД-м и полицэм и плъыр-пост къулыкъум и батальон хэхам щылэжьащ, полицэм и сержантт.
2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м ППСП-м и гупым Налшык къалэм къыщагъэувыIащ цIыхуищ, я дэфтэрхэр къапщытэну. ЩIэпхъаджащIэхэр IэщэкIэ къапэуващ полицейхэм икIи Къуэн Аслъэнрэ абы и ныбжьэгъумрэ уIэгъэ хьэлъэхэр ягъуэтащ. Абы иужькIэ махуитIщ Аслъэн зэрыпсэужар. Абы къыщIэнащ сабиитI. Урысей Федерацэм и Президентым и УказкIэ Къуэн Аслъэн къыхуагъэфэщащ «И хахуагъэм папщIэ» медалыр, мыпсэужу.
- Аслъэн цIыху гуапэу щытащ. И гъащIэм и иужьрей дакъикъэм нэсыху ар хуэпэжащ и къалэным, - жиIащ Мамхэгъым.
ХьэщIэхэм зи щхьэгъусэр зыфIэкIуэда Дианэ иратащ удз гъэгъахэмрэ саугъэтхэмрэ, щыгъуазэ защIащ я псэукIэм. Мамхэгъ Назир абы жриIащ сыт и лъэныкъуэкIи зэрызыкъыщIагъэкъуэнур.
Къуэн Дианэ фIыщIэ яхуищIащ я нэIэ къазэрытетым папщIэ.
УАРДЭ Жантинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "894.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Ленэ псым лъэмыж тралъхьэнущ
УФ-м и Президент Путин Владимир арэзы техъуащ Ленэ псым автомобиль зрикIуэ хъуну лъэмыж тралъхьэным теухуауэ Якутием и Iэтащхьэ Николаев Айсен зыкъызэрыхуигъэза лъэIум. Лъэмыжыр щаухуэнур Якутск къалэм дежщ.
Путиным къэралым и Правительствэм пщэрылъ щищIащ а Iуэхум хэплъэу, текIуэдэну псори зэпалъыту, абы мылъку хухахыным яужь ихьэну. Километрищ зи кIыхьагъыну лъэмыжым, зэкIэ къызэрабжамкIэ, текIуэдэнущ сом мелард 83-м нэблагъэ. Сом мелард 54-р федеральнэ, щIыналъэ бюджетхэм къыхэкIыу хуаутIыпщыну, адрейр хьэрычэтыщIэхэм къыхалъхьэну траухуэ.
Урысейм и къалэшхуэхэм ящыщу Якутск и закъуэщ федеральнэ гъуэгухэм зэрытехьэ апхуэдэ лъэмыжышхуэ зимыIэр. ЩIымахуэм псыр щта нэужь абы гъуэгу пхащIыкIри, абыкIэ адрей Iуфэм макIуэ, гъэмахуэм машинэхэр брамкIэ зэпрашу аращ.
Ленэ псым Якутск деж хуэзэу лъэмыж тралъхьэн зэрыхуейм и гугъу зэращIрэ куэд щIат. Къэралым ТранспортымкIэ и министерствэм абы теухуауэ проект щагъэхьэзырауэ щытащ 2012 гъэм. Ауэ Iуэхур зэфIэмыхьэурэ кIыхьлIыхь хъури, иджы къэсащ. Лъэмыжышхуэм къалэр Iэмал имыIэу зэрыхуейм теухуа псалъэмакъхэр 2014 гъэми къаIэтат, ар ящIынми мылъку хухахат, ауэ Iуэхум Кърымым щыIэ гугъуехьхэр къыдэуэри, ахъшэкIэ абыкIэ яутIыпщыжын хуей хъуауэ щытащ. Иджы, Путин Владимир зэрыжиIамкIэ, «пIалъэр адэкIэ бгъэIэпхъуэ мыхъужыну, и чэзу дыдэщ лъэмыжыр ухуэныр».
Ухуэныгъэм къэрал мылъку хухахмэ, лэжьыгъэхэр 2025 гъэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIыфыну щыжеIэ республикэм и Iэтащхьэм къэралым и Президентым зэрызыхуигъэза тхыгъэм. Николаевым къызэрилъытэмкIэ, щIымахуэ зэпрыкIыпIэмрэ брамымрэ 2018 гъэм къэзыгъэсэбэпахэр зэрыхъур процент 20,9-мэ, лъэмыжыр ящIмэ, цIыхухэм я процент 70-р абыкIэ зекIуэнущ. ЩIыналъэм и хэхъуэхэри проценти 2,5 - 3-кIэ нэхъыбэ хъунущ абы и фIыгъэкIэ, ищхъэрэ щIыналъэм къыхуашэм трагъэкIуадэри сом меларди 4,1-кIэ яхуэгъэмэщIэнущ. Автомобиль псынщIэхэр абы пщIэншэу щызекIуэнущ, ауэ хьэлъэзешэхэм сом миным къыщыщIэдзауэ сом миниплIым нэс ятынущ.
ЦIыхухэр хуабжьу щыгуфIыкIащ лъэмыжыр ящIыным теухуауэ хэIущIыIу хъуа хъыбарым, сыту жыпIэмэ, ухуэныгъэр зэфIэкIмэ, абыхэм Iэмал яIэнущ гъэм и сыт хуэдэ зэманми псым зэпрыкIыну, я Iуэху дагъэкIыжыну - ар фIыгъуэшхуэу къалъытэ якутскдэсхэм. Илъэс куэд хъуауэ гугъу ехьхэм я фIэщ хъущэркъым а Iуэхум аргуэру щхьэусыгъуэ гуэр къыхуамыгупсысыну, ауэ а Iуэхум къэралым и Президентыр къызэрыхыхьам гугъэ къахелъхьэ лъэмыжыр икIэм-икIэжым хуащIынымкIэ.
Псыдзэм къиша зэраныгъэхэр ягъэзэкIуэж
Италием и къалэ нэхъ дахэхэм, зыщуплъыхьын щIыпIэ куэд зиIэхэм ящыщ Венецием щыпсэухэр щIэх-щIэхыурэ ягъэпIейтей абы къыдэуэ псыдзэхэм икIи зы лIэщIыгъуэкъым зэрыхъур ар апхуэдэ гугъуехьхэм зэрыхэтрэ.
Иужьрей илъэс 53-м апхуэдэ гузэвэгъуэ къэмыхъуауэ, мы гъэм и щэкIуэгъуэм и 12-м цIыхухэр гужьеигъуэ хэхуащ - уэбланэшхуэхэм я зэранкIэ Адриатикэ тенджызыр къэукъубеящ икIи сантиметри 187-рэ зи лъагагъ толъкъунхэр къалэм къыдэуащ. Шынагъуэшхуэ къэзыт мардэу къалъытэ сантиметри 130-р. Къалэм унэу дэтым я процент 80-м ялъэIэсащ псыр. Иджырейм нэхърэ нэхъ шынагъуэу Венецием псым зыкъыщыщиIэтар 1966 гъэрт - сантиметри 194-м нэсат.
ЩIыуэпс къэхъукъащIэхэм уазэрыпэмылъэщынур, мы дунейр зэрытIасхъэр а махуэхэм нэсу зыхащIащ къалэдэсхэм. Венецием къызэрымыкIуэ щытыкIэ щагъэуват, цIыхухэр унэхэм псы «къапхъэным» зэрыщIиубыдам къыхэкIыу.
2003 гъэм кърагъэжьауэ къалэмрэ тенджызымрэ зэпызыгъэщхьэхукI блын яухуэ. Абы еврэ мелардибл трагъэкIуэдакIэщ, ауэ ар и кIэм нагъэсыну епIэщIэкIыщэу пхужыIэнукъым. Къалэ унафэщIхэм зэрыжаIэмкIэ, ар ухуэн 2021 гъэм зэфIагъэкIыну аращ.
Венецием и Iэтащхьэ Бруньярэ Луиджи зэрыжиIамкIэ, псы IэубыдыпIэншэм хэщIыныгъэу еврэ мелард къыхуихьащ къалэм, зэбгъэпэщыж мыхъужыну ухуэныгъэхэри щыIэщ. ЦIыхухэм я псэупIэхэм я мызакъуэу, дунейпсо хъугъуэфIыгъуэу къалъытэ хьэпшыпхэм я хъумапIэ музейхэм, тхыдэ центр телъыджэхэм икъукIэ зэранышхуэ хуэхъуащ псыр. Иджыпсту яужь итщ псыдзэм къиша зэраныгъэхэр гъэзэкIуэжыным.
А къалэм и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр цIыхубэм зэдайуэ зэрыщытыр, ахэр хэбгъэкIуэдэж зэрымыхъунур гурэ псэкIэ зыхэзыщIэ ди цIыхухэр щытыкIэр езыр-езыру зэтес хъужыным пэплъэу щыскъым. Урысейм и посольствэу Италием щыIэм еврэ мелуан щызэхуахьасащ, Венецием зэранышхуэ хуэхъуа псыдзэм и Iэужьхэр гъэкIуэдыным трагъэкIуэдэн папщIэ.
Нобэ
♦Сабийм и дунейпсо махуэщ
♦Сабий дохутырым и дунейпсо махуэщ
♦Тхьэмбыл узыфэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
♦Инджылызым и ныпым и махуэщ
♦Украинэм и мэкъумэш IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
♦Мексикэм щагъэлъапIэ я революцэм и махуэр
♦Африкэм и промышленностым зегъэужьыным и махуэщ
♦Вьетнамым егъэджакIуэм и махуэр щагъэлъапIэ
♦1480 гъэм Урысейм тэтэр-монгол тепщэныгъэр щиухащ.
♦1917 гъэм Украинэ ЦIыхубэ Республикэр къызэрагъэпэщащ.
♦1922 гъэм РСФСР-м хыхьэу къызэрагъэпэщащ Шэшэн автономнэ областыр.
♦1945 гъэм Нюрнберг (Германие) щыщIадзащ Ещанэ рейхым и щIэпхъаджащIэ нацистхэм я судыр щIэныр. Абыхэм ящыщт фашист Германием и дзэ къулыкъущIэхэу Геринг, Гесс, Риббентроп, Кейтель, Розенберг, Борман, нэгъуэщIхэри. Судыр 1946 гъэм жэпуэгъуэм и 1 пщIондэ екIуэкIащ.
♦1979 гъэм дунейм щыяпэу США-м сымаджэм щыхакIащ лъы IэрыщI.
♦1999 гъэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и юрист» цIэ лъапIэр ягъэуващ.
♦1916 гъэм къалъхуащ совет усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, журналист Дудин Михаил.
♦1925 гъэм къалъхуащ балеринэ цIэрыIуэ, хореограф, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Плисецкая Майе.
♦1927 гъэм къалъхуащ актёр, режиссёр, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССР-м и цIыхубэ артист Ульянов Михаил.
♦1928 гъэм къалъхуащ актёр, режиссёр, жылагъуэ лэжьакIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Баталов Алексей.
♦1937 гъэм къалъхуащ теленэтынхэр езыгъэкIуэкIыу щыта, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Лихитченкэ Азэ.
♦1942 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Габуние Зинаидэ.
♦1946 гъэм къалъхуащ КъШР-м, АР-м щIыхь зиIэ я журналист, «Къэрэшей-Шэрджэс» КъТРК-м и адыгэ къудамэм и унафэщI ЩакIуэ Мусэлий.
♦1951 гъэм къалъхуащ юридическэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Мэретыкъуэ Хьисэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 - 5, жэщым 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЗэфIэкI зиIэм унафэри IэщIэлъщ.
.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "895.txt"
} |
«Кавказым щыхабзэр»
ТхылъыщIэ
Котляровхэ Марие Викторрэ 2007 гъэ лъандэрэ Налшык къыщыдагъэкI «Кавказ» серием хыхьэу щIэджыкIакIуэхэм иджыблагъэ яIэрыхьащ «Кавказым щыхабзэр» тхылъыр.
Тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ, сериер зэхэзыгъэувэ Котляров Виктор топсэлъыхь я къыдэкIыгъуэщIэм:
- Мы тхылъыр зихуэдэ щымыIэу къэплъытэ хъунущ, сыту жыпIэмэ, абы ихуащ лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд, Кавказ хэкум и хабзэхэр къызэщIаубыдэу. Псом япэрауэ, абы ихуащ адыгэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Гъут Iэдэм и «Кавказ хабзэм теухуа этюдхэр» лэжьыгъэр. Ар теухуащ лъэпкъ куэд щызэдэпсэу Кавказым исхэм я зэхуэдэ хъугъуэфIыгъуэхэм.
ЛIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ мы щIыналъэм щыхабзэхэм я гугъу ищIкIэрэ, авторыр къытоувыIэ иджыпсту цIыхухэр зытет мардэхэм, иджырей щэнхабзэмрэ лъэпкъхэм къадекIуэкIхэмрэ зэрызэхутыщым.
ЦIыхухэр, шэч хэмылъу, дэзыхьэхынухэм ящыщ тхылъым дэт гуэдзэнхэр – аращ абы Iыхьэ нэхъыщхьэу щытри. Абыхэм хэтщ бгырысхэм я хьэл-щэныр, я зэхэтыкIэр къэзыгъэлъагъуэ жыIэгъуэхэмрэ псалъэжьхэмрэ. Жылагъуэм я щыIэкIэ-псэукIэм и щапхъэхэм ящыщу тхылъым къыщыхьащ адыгэ узэщIакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэу щыта Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа хъыбархэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я псалъэжьрэ псэлъафэхэу Гребнев Наум зэридзэкIахэр, адыгэ усакIуэ Семэн Руслан и псалъэ шэрыуэхэр.
- Мы тхылъым щыгуфIыкIынущ бгырысу зыкъэзылъытэж, абы иригушхуэ дэтхэнэри, щIыхь, хабзэ, зэгурыIуэныгъэ псалъэхэм я купщIэр нэсу зыхэзыщIэ, абыхэм пщIэ яхуэзыщI дэтхэнэри, - жеIэ Котляровым.
САНЭ Маринэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "896.txt"
} |
НэхъыжьыфIыр ягъэлъэпIащ
Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ зи ныбжьыр илъэси 101-рэ ирикъуа ветераным.
Урысей гвардием ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ къудамэм Аруан щIыналъэм щиIэ хэщIапIэм и лэжьакIуэхэр, «Волонтёры Победы» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэр, «Сириус» IуэхущIапIэм екIуалIэхэмрэ куей администрацэм и лIыкIуэхэмрэ хуеблэгъат Хэку зауэшхуэм и ветеран Руднев Иван и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуну.
ХьэщIэхэм ветераным хуауса усэм къыхуеджащ, зауэ уэрэдхэр хуагъэзэщIащ, нэхъыжьыфIым и нэгу зрагъэужьащ.
«Сыт хуэдиз и нэгу щIэмыкIами, Рудневым и нэгум гуапагъэ кърихыу, и гур щабэу къызэтенащ. Абы гъащIэр фIыуэ елъагъу, гушыIэ дахэ хэлъщ, и Iэри зэрыбыдэщ», - къыхигъэщащ Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Къуэшей Азэмэт.
Руднев Иван къыщалъхуащ Саратов областым хыхьэ Терновкэ къуажэ цIыкIум. Ар пхыкIащ зауэ хьэлъэми, мэжэщIалIэми, гугъуехь куэдми. Трактористхэм я курсхэр къиуха нэужь ар Челябинск заводым и тракторхэм ирилэжьащ, колхозым шоферу хэтащ. Зауэ лъэхъэнэм Рудневым дзэ еджапIэр къиухащ, лейтенант нэхъыщIэ дамэтелъыр иIэу. Зауэм щыIутым абы къалэнышхуэ и пщэ дэлъащ – гъэсыныпхъэхэр, лагъымхэр, ерыскъыпхъэхэр къришэкIащ, езым хуэдэу лэжьэну къызыпэщылъхэр игъэсащ, ТекIуэныгъэм и махуэм щыIущIащ Москва.
Зауэ нэужьым Рудневыр Къэбэрдей-Балъкъэрым къэIэпхъуащ и щхьэгъусэр щIыгъуу икIи ДОСААФ-м Аруан щIыналъэм щиIэ къудамэм и унафэщIу илъэс 25-кIэ лэжьащ.
ФЫРЭ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "897.txt"
} |
Iейм щахъумэ, фIым хуаущий
«Ажалыр щащэр къыджеIэ!» урысейпсо Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм хиубыдэу зэIущIэ драгъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техническэ колледжым и студентхэм. Ар теухуауэ щытащ афияным зэраныгъэу къишэм, балигъ мыхъуахэр хабзэм ебэкъуэным, ахэр хабзэншагъэхэм хамышэным ехьэлIауэ ящIапхъэм.
КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэблагъэкIым кIэлъыплъ и управленэм и оперуполномоченнэ нэхъыжь, полицэм и подполковник Давыдовэ Иринэ къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ афиянхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ зэхьэлIэным кърикIуэхэм. Апхуэдэуи яжриIащ социальнэ сетым кърикIуэ мыхъумыщIагъэхэр зыхуэдэр. Зи щIалэгъуэхэм зэман нэхъыбэ щагъакIуэ Интернетым, абы бзаджащIэхэм къыщалъыхъуэ къагъэделэфынухэр, нэхъыбэми ахэр ныбжьыщIэхэращ.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и «Наркологие диспансер» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и психиатр-наркологхэу ПащIэ Артурэ Лобжанидзе Анзоррэ тепсэлъыхьащ наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ зэхьэлIэным фIым узэрыхуимышэм.
КъБР-м Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ и Къэрал лъэпкъ библиотекэм и лэжьакIуэхэм колледжым къыщызэрагъэпэщат «Нет наркотикам» агитацэ плакатхэр, наркотикыр узыфэ зыхуэхъуахэм яшэч гугъуехьхэм теухуа литературэ щызэхуэхьэса выставкэр.
ХьэщIэхэм къызэхуэсахэр щагъэгъуэзащ республикэм «линэ пщтыр» телефонхэр зэрыщылажьэр икIи жэщ-махуэ имыIэу упсалъэу афиянхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ хабзэм ебакъуэу зэращэмкIэ хъыбар ирагъащIэ зэрыхъунум.
КъаIэта Iуэхум студентхэр жыджэру хэтащ. Абыхэм иратащ КъБР-м щыIэ МВД-м и телефонхэр зытет буклетхэр.
КъБР-м щыIэ МВД-м наркотикхэр зэрызэблагъэкIым кIэлъыплъ и управленэм фигу къегъэкIыж хабзэм къемызэгъыу афиян ящэу гу лъыфтэмэ, сыт щыгъуэ зэмани хъыбар евгъащIэ зэрыхъунур мы телефонхэмкIэ:
- 8(8662) 40-49-10 - КъБР-м щыIэ МВД-м и плъыр часть;
- 8(8662) 49-50-62 - «дзыхь зыхуащI телефон», «Урысей МВД-м и линэ пщтыр» жыхуиIэм хыхьэм е 02 (102 мобильнэ операторхэм папщIэ).
УАРДЭ Жантинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "898.txt"
} |
Бжэ зэIухам и махуэ
Тезырхэр егъэпшынынымкIэ федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и колоние №4-м «Бжэ зэIухам и махуэ» щрагъэкIуэкIащ тутнакъхэм я Iыхьлыхэм папщIэ.
ХьэщIэхэм Iэмал ягъуэтащ тутнакъэщым ис я Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ яхуэзэну, абыхэм я щыIэкIэ-псэукIэр зрагъэлъагъуну.
Хабзэ зэрыхъуауэ, хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ IуэхущIапIэм и клубым. Тезырыр езыхьэкIхэр къеджащ езыхэм ятха усэхэм, ягъэлъэгъуащ «Любовь и порок» театр теплъэгъуэр. Концерт нэужьым хьэщIэхэр я Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ ядэуэршэращ, шей зэдефэу.
- Мыпхуэдэ зэIущIэ гуапэхэр сэбэпщ тезырыр зыпшыныжхэм я дежкIэ, ахэр хуеущий хабзэр къызэпымыудыным, тэмэму цIыхухэм ядекIуэкIыным, - жиIащ КъБР-м щыIэ УФСИН-м и ИК-4-м и унафэщIым и къуэдзэ Бий Хьэфисэт.
Дыгулыбгъу Жансурэт.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "899.txt"
} |
Зы щIыгум и бынхэр
2019 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Илъэсыр Къэрэшей-Шэрджэсым, КъШР-м и Илъэсыр ди республикэм щагъэлъэпIэну иджыблагъэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ щIыналъэ Iэтащхьэхэм. А Iуэхугъуэм дыпежьэу дыхуейт ди къуэш балъкъэр лъэпкъым щыщ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкI курыххэм ящыщу адыгэбзэм кърагъэзэгъахэм нэIуасэ фахуэтщIыну. Мы усэхэм еджэ дэтхэнэми гурыIуэгъуэ щыхъунущ ди республикэхэм я лъэпкъ нэхъыщхьитIыр я бзэкIэ зэтемыхуэми, я хабзэмрэ щэнхабзэмрэ зэрызэгъуэнэгъур, абыхэм яку дэлъ зэхущытыкIэр зэрыдахэр. Зым и щIыхьым адрейм пщIэ хуищIыныр зэгурыIуэныгъэм и къежьапIэщ.
Литературэм и къарур инщ, абы куэд хузэфIокI. Абы и къалэнщ дахагъэм, гуапагъэм, фIым хуэлэжьэныр, цIыхум и акъылыр псыхьыныр, щытыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуэхьэзыр щIыныр, нэгъуэщIхэри. Лъэпкъыр бей зыщIыр и блэкIамрэ и цIыхухэмрэщ. УсакIуэфIхэмкIэ къулей балъкъэр лъэпкъым и поэзием щыщ IыхьэфI ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "9.txt"
} |
Хэкум зи гущэкъу ирибзахэр
Къафэм декIу макъамэ щIэмылъмэ, ныбжь къудейщ. ЗэвгъэцIыху «Кабардинка»-м и псэхэлъхьэж зэщхьэгъусэхэу Дэрокъуэ Рамирэ (ансамблым и музыкэ унафэщIщ) Дэрокъуэ (Къумыкъу) Марьянэрэ (гупым и пшынауэщ).
Ди лIыхъужьхэр узэхъуэпсэн унагъуэ дахэщ. Лъэпкъ хабзэм, щэнхабзэм, къызыхэкIам пщIэ хуэзыщI, къэкIуэнум хуэлажьэ цIыхущ тIури. Рами хэхэс адыгэхэм я щIэблэщ, къыщыхъуар Иорданиеращ. И анэр шэшэнщ, и адэр адыгэщ. Адэжь хэкум ар япэу къыщыкIуэжар 2012 гъэращ. КъэкIуэжри - игъэзэжакъым. Гугъуехь Iэджэм хэтащ бзэ къудейр зымыщIэ щIалэр, губгъуэм къина щхьэмыж закъуэу куэдрэ жьым ириудэкIащ, ауэ икIуэтакъым. «Къоджэм уигъэжейркъым», жыхуаIэр арагъэнщ, хэкум къыщыпэплъэ и насыпыр арагъэнт ар къэзышэжар. «Кабардинка»-м и хъыбар куэд зэхэзыха щIалэр ансамблым я репетицэм зэгуэр щIыхьауэ сценэм ис пшынауэ хъыджэбзым зэ IуплъэгъуэкIэ итхьэкъуат. А зэманым Рами Шэшэным я «Вайнах» ансамблым ирагъэблэгъауэ щылажьэрт. А дакъикъэм къежьар иужькIэ зэщхьэгъусэ хъуа ныбжьыщIитIым я насып лъагъуэм и закъуэкъым, абы бгъурытт щIалэм къыхуэныкъуэ лъэпкъ щэнхабзэм и гъуэгури.
- СызэрыцIыкIурэ хэкужьым и хъыбар зэхэсхыу сыкъэхъуати, хуабжьу сыщIэхъуэпсырт сыкъэкIуэжыну. Ди адэм си мурадыр схуигъэдахэрт, ауэ еджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха иужьщ хуит сыщищIар. Нью-Йорк авиаинженеру сыщеджащ. 2012 гъэм япэу си хэку и щIыгу сытеуващ - сэркIэ насыпышхуэт ар. Нэхъ ипэкIи сыкъакIуэу сыщыIэу сыкIуэжыфынут сэ мыбы, ауэ сфIэемыкIут хамэ гуэр хуэдэу си хэку сыщыхьэщIэну. Си акъыл зэрызэпцIрэ си гум мурад быдэ ислъхьат адэжь хэкум сыщыпсэунуи, си мурадыр зэрызэзгъэхъулIам срогушхуэ. Абы гугъуехьу пылъари сщыгъупщэжащ. Пэжщ, сызыпэмыплъа куэд срихьэлIащ. Хэхэс адыгэхэм хэкур жэнэту къытщыхъурт икIи ар зыбгына ди адэшхуэхэр згъэкъуаншэрт, яукIми, я хьэдащхьэ я хэку къранэн хуеяуэ къэслъытэу. Мыбы исхэм зыкъысхуагъазэу куэдрэ къыщызжаIэ щыIэщ «УкъыщIэкIуэжар сыт? Дэ езыр хэкум дикIыну зыдогъэхьэзыр». Ахэр къызгурыIуэркъым. Си унагъуэр щызухуар хэкуращ, абы хуабжьу срогушхуэ. ИтIанэ, хэкум си гур зэрыщызгъэтIылъам и щыхьэту сыт щыгъуи согупсыс Иорданием сызэрыщыпсэуар зэрысщыгъупщэжам. СыщынасыпыфIэщ, си жьэгу, си унэ секIуэлIэжащи. Си гъащIэм нэхъ хьэлъэу хэлъар хэкум сыкъызэрыкIуэжынур къысхуэмыгъэсу сыщегупсыса лъэхъэнэрщ. Хэкум сыкъызэрыкIуэжрэ си хьэлым куэдкIэ зихъуэжащ, нэхъ ткIий, псыхьа сыхъуауэ жысIэфынущ. СымыцIыху куэдым ИнтернеткIэ зыкъыспащIэурэ хэкум къэкIуэжа зэрыхъунумкIэ къызочэнджэщри, сэри зэрысхузэфIэкIкIэ садоIэпыкъу.
Иджы IэщIагъэ схуэхъуауэ сызэрылажьэ пшынэр япэу къыщысщтар 2010 гъэращ. Си адэр пшынауэ Iэзэщ, ауэ сэ абы зэи сытегушхуэу къэсщтатэкъым. Си адэм и фIыгъэкIэ пасэрей уэрэдыжьхэр, хэкум икIахэм зэрырахам хуэдэу, си тхьэкIумэм иту сыкъэхъуащ. Хэкум щагъэзащIэ къафэ куэд къыумыцIыхужыфыну яхъуэжащ. ЩIэр фIыщ, ауэ пасэрей къафэжьхэри бгъэкIуэдынкIэ Iэмал иIэкъым, ар уи тхыдэм зыщыбгъэгъупщэным хуэдэщ. Сэ гу зылъыстаращи, аддэ ди адэжьхэм ягъэзащIэу щыта уэрэдхэр Кавказым ис лъэпкъ куэдым къащтэри зэхъуэкIыныгъэ мащIэ халъхьауэ зэрахьэ. Абы и щапхъэр гъунэжщ. Лъэпкъым Iэужь бей къытхуигъэнащ, дэ ди къалэныр ар къэкIуэнум яхуэтхъумэнырщ.
ИджыкIэ уэрэдыщIэ зыбжанэ згъэхьэзыращи, етIанэгъэ, Тхьэм жиIэмэ, альбом щхьэхуэ къыдэзгъэкIынущ. Си IэдакъэщIэкIхэм си адэм игъэзащIэу щыта макъамэ зыбжани хэтщ, щымыгъуазэхэм ахэр цIыхубэ уэрэду къащохъу.
Си гъащIэм «Кабардинка»-м мыхьэнэ ин щиIэщ. СхужыIэнукъым сызэрыцIыкIурэ мы ансамблым сыщылэжьэну сыщIэхъуэпсу щытауэ, пхъэцIычауэу сыкъащтэнуи си пщIыхьэпIэ къыхэхуэртэкъым, музыкэмкIэ унафэщIу дэнэ къэна. СэркIэ ар сыщIэгушхуэ гупщ. Куэдрэ жаIэу зэхызох мы ансамблым нэхъапэм иIэу щыта пщIэм, лъытэныгъэм теухуауэ. НобэкIэ зыкIи нэхъ икIэкъым мы гупыр, а япэм щыIам хуащIу щыта гулъытэмрэ дэIэпыкъуныгъэмрэ иджырей ансамблым игъуэтамэ нэхъыбэжкIэ и цIэр Iунут. Уэркъыр щытхъукIэ ягъапцIэмэ, шыфIыр лъахъэм егъэкIуэд.
Рами и щхьэгъусэ Дэрокъуэ (Къумыкъу) Марьянэ «Кабардинка»-м илъэсибл хъуауэ щыIэщ. ГъуазджэхэмкIэ институтым, музыкэмкIэ школым, колледжым, итIанэ ГъуазджэхэмкIэ институтым щылэжьащ.
- «Кабардинка»-р сыт щыгъуи щапхъэу щытащ, ар зытет лъагапIэм ищхьэжкIэ зыри щыIэтэкъым. Си ныбжьэгъу гуэрым гушыIэ хуэдэурэ ансамблым пшынауэ къызэралъыхъуэр къызжиIати, си фIэщ мыхъуу сыкъакIуэри, сыкъащтауэ щытащ. ПцIы супсынущ псори фIыуэ, тхъур къыдэжэхыу дыпсэууэ жысIэмэ, ауэ сытхьэусыхэну сфIэфIкъым. Нэхъыщхьэращи, тIуми ди псэм фIэфI Iуэху, ди дунейр дахэ тхуэзыщI IэнатIэ дыпэрытщ, - жеIэ Марьянэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "90.txt"
} |
IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр
Тезырхэр егъэпшынынымкIэ федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и колоние №4-м тезырыр щызыпшыныж цIыхубзхэм я IэдакъэщIэкIхэр къыхахри, «ЦIыхубзхэм я IэкIэ» зыфIаща, декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ 2-нэ Дунейпсо фестиваль-жармыкIэм и «Бисероплетение» Iыхьэм хэтыну ирагъэхьащ.
А зэпеуэм хэтыныр къызэригъэпэщащ «Интернациональный союз женщин» щIыналъэ жылагъуэ IуэхущIапIэм.
- Мы IуэхумкIэ я мурадыр цIыхубзхэм я зэфIэкIым зегъэужьынырщ, хуит хъужа нэужь гъащIэм хэзэгъэжын хуэдэу, - жеIэ КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Зэбар Мадинэ.
Дыгулыбгъу Жантинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "900.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Узыншагъэр хъумэн
IэнатIэм щыIэ
зэфIэмыхьэныгъэхэм
щытопсэлъыхь
Къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэм гукъанэ яхуищIащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэ.
Алмазовым и Центрыр зи нэIэ щIэт советым и зэIущIэ щэкIуэгъуэм и 20-м Санкт-Петербург щригъэкIуэкIыу, а советым и унафэщI Матвиенкэ Валентинэ къытеувыIащ еджапIэ нэхъыщхьэхэр къэзыуххэм IэнатIэ яIэным теухуауэ Iуэхум. Ар университетхэм я унафэщIхэм яхуэшхыдащ я еджапIэхэм IэщIагъэ щызэзыгъэгъуэтхэм я Iуэху адэкIэ зэрыхъум зэрыщымыгъуазэм щхьэкIэ.
- Нэхъапэм дэтхэнэ ректорми ищIэрт и еджапIэр къэзыухам и Iуэху зытетыр. Иджы дипломыр ират, щIагъэкIри, ящогъупщэж. Зыми ищIэркъым ирагъэгъуэта IэщIагъэм ирилажьэр цIыху дапщэми, - жиIащ Матвиенкэ.
Медицинэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ IуэхущIапIэр - Алмазовым и центрыр - къызэрызэрагъэпэщрэ дызыхуэкIуэ 2020 гъэм илъэс 40 ирикъунущ. А пIалъэм къриубыдэу абы IуэхуфI куэд къыщыхалъхьэурэ гъащIэм хапщащ. Иджыпсту къыхалъхьа гъэунэхуныгъэм ипкъ иткIэ студенти 193-рэ хурагъаджэ дохутыр IэщIагъэм, апхуэдэуи IэщIагъэлI 800-м ординатурэмрэ аспирантурэмрэ я щIэныгъэм щыхагъахъуэ.
Матвиенкэ нэхъ зыгъэгузавэу къыхигъэщахэм ящыщщ къэралым и сымаджэщхэр дохутырхэмкIэ процент 80-кIэ фIэкIа къызэрызэмыгъэпэщар. Псом хуэмыдэу дохутырхэр къащомэщIэкI къуажэхэм.
- «Къуажэ дохутыр» программэм и фIыгъэкIэ, узыншагъэр хъумэн IэнатIэм щытыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зыщихъуэж хуэдэу хъуами, жылэхэм щыIэ IуэхущIапIэхэр иджыри ирикъуркъым лэжьакIуэкIэ. ФIагъ лъагэ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр жылэ 500-м ялъэIэсыркъым. А щытыкIэм дыкъизышыфынур а IэщIагъэм хэхауэ хуегъэджэнырщ. Абы толажьэ Алмазовым и Центрыр, - жиIащ Матвиенкэ. - Мыхьэнэшхуэ иIэщ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэу щIыналъэхэм щыIэр зыхуэдизыр зэгъэщIэным, ахэр IэнатIэхэм гъэувыным. Президентым унафэ ищIащ медицинэм и лэжьакIуэхэм лэжьапщIэр зэрырат мардэ зэхалъхьэну. «Къуажэ дохутыр» программэм хыхьэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщын хуейщ. А къалэнхэр зэфIэгъэкIа хъун папщIэ абы псори дызэдегугъун хуейщ
Алмазовым и Центрым студент нэхъыфIхэр къещтэ икIи IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным хуэунэтIауэ щапхъэфI къегъэлъагъуэ. Ар къызыуххэм я цIэ фIыкIэ щыIуакIэщ къэралым. Апхуэдэу ФедерацэмкIэ Советым и УнафэщIым попечительскэ советым хэтхэм захуигъэзащ сабий зэчиифIэхэм щадэлэжьэну щIэныгъэ-егъэджэныгъэ, медико-биологие центр къызэгъэпэщыным теухуауэ къыхалъхьа жэрдэмри даIыгъыну, а Iуэхур ипэкIэ гъэкIуэтэным щIэгъэкъуэн хуэхъуну.
Нобэ
♦Къуэхэм я дунейпсо махуэщ
♦Урысейм щагъэлъапIэ Психологхэм я махуэр
♦Азербайджаным юстицэм и лэжьакIуэхэм я махуэр щагъэлъапIэ
♦Армением и банк лэжьакIуэм и махуэщ
♦Ливаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1943 гъэм Ливан Республикэр Франджым и тепщэныгъэм къызэрыщIэкIым теухуа унафэ къащтащ. Ар я махуэ нэхъ лъапIэхэм ящыщу къалъытэ ливанхэм.
♦1717 гъэм Пётр Езанэм къыдигъэкIащ Астрахань губернэ щхьэхуэ къызэрызэрагъэпэщым теухуа унафэ.
♦1917 гъэм Канадэм къыщызэрагъэпэщащ иджыпсту дунейм пщIэ нэхъ щызиIэхэм ящыщ спорт зэгухьэныгъэр - Лъэпкъ хоккей лигэр - НХЛ-р.
♦1920 гъэм къызэрагъэпэщащ урыс щIэныгъэлI-механик Жуковский Николай и цIэр зезыхьэ дзэ-хьэуа академиер.
♦1922 гъэм Грин Александр тхын иухащ иужькIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа «Алые паруса» повестыр.
♦1924 гъэм Москва и радиом лэжьэн щIидзащ щIыпIэ куэдым нэсу. Абдеж къыщежьащ СССР-м и радионэтынхэр къэралым щызэбгрыкIыныр.
♦1941 гъэм Ладогэ гуэлым пхыкI мыл гъуэгур («ГъащIэм и гъуэгу» зыфIащауэ щытар) къызэIуахащ.
♦1956 гъэм Мельбурн (Австралие) къыщызэIуахащ ХVI Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 22 - дыгъэгъазэм и 8-хэм. Абы хиубыдэу шы спортымкIэ зэхьэзэхуэхэр Стокгольм (Швецие) щызэхэтащ 1956 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10 - 17-хэм.
♦1960 гъэм СССР-м къыщыдагъэкIащ «Запорожец» автомобилыщIэр.
♦1963 гъэм Даллас къалэм (Техас штат) щаукIащ США-м и 35-нэ президенту щыта Кеннеди Джон.
♦1982 гъэм Набережные Челны къалэм зэреджэр Брежнев жиIэу зэрахъуэкIащ. 1988 гъэм щIышылэм и 6-м къалэм нэхъапэм иIа цIэр иратыжауэ щытащ.
♦1990 гъэм Инджылызым и премьер-министр Тэтчер Маргарет хъыбар зэбгрыригъэхащ илъэс пщыкIузкIэ зытета а къулыкъум зэрытекIым теухуауэ.
♦1993 гъэм Москва къалэм къищтэжащ 1781 гъэм ягъэувауэ щыта и гербыр.
♦1801 гъэм къалъхуащ урыс лексикограф, тхакIуэ, дохутыр, нобэми къагъэсэбэп урысыбзэ псалъалъэ зэхэзылъхьа Даль Владимир.
♦1875 гъэм къалъхуащ совет политик, литературэ критик, тхакIуэ, СССР-м егъэджэныгъэмкIэ и цIыхубэ комиссар къулыкъур япэу зыхуагъэфэщауэ щыта Луначарский Анатолий.
♦1890 гъэм къалъхуащ къэрал, дзэ къулыкъущIэ, Франджым и 18-нэ президенту щыта Шарль де Голль.
♦1928 гъэм къалъхуащ совет усакIуэ-уэрэдус цIэрыIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтыр, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и етIуанэ, ещанэ нагъыщэхэр зрата, СССР-м и цIыхубэ артист Добронравов Николай.
♦1908 гъэм къалъхуащ совет сабий тхакIуэ, Незнайкэ теухуа хъыбар цIэрыIуэхэр зи IэдакъэщIэкI Носов Николай.
♦1933 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и академик, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Уэлджыр Мушэхьид.
♦1935 гъэм къалъхуащ совет фигуристкэ, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Олимп Джэгухэм тIэунейрэ щытекIуа Белоусовэ Людмилэ.
♦1939 гъэм къалъхуащ журналист, политик цIэрыIуэ, УФ-м печатымкIэ и япэ министру щыта Полторанин Михаил.
♦1940 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зрата Шыбзыхъуэ Азэмэт.
♦1942 гъэм къалъхуащ Урысей щIэныгъэлI, политик, УФ-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэщIу щыта, РАН-м и член-корреспондент Хасбулатов Руслан.
♦1943 гъэм къалъхуащ КъБР-ми АР-ми щIыхь зиIэ я артист Иуан Владимир.
♦1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Ало Арсен.
♦1949 гъэм къалъхуащ Журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Беслъэней Владимир.
♦1969 гъэм къалъхуащ Адыгэ лъэпкъ фащэр дынымкIэ дизайнер, модельер, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэ куэдым щытекIуа Сэралъп Мадинэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэс къыщесынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 3 - 2, жэщым градуси 4 - 3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Ахъшэ зи куэдыр дыгъум щошынэ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "905.txt"
} |
Щэнхабзэ утыкушхуэ
Театрым и илъэс
Къэбэрдей-Балъкъэрым и библиотекищым даIыгъащ «Мир и гармония» псапащIэ фондым къыхилъхьа Iуэхумрэ Урысей дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм зыхыхьэну зригъэблэгъа «Театральная Россия» проектымрэ.
«Театральная Россия» проектыр Москварэ Санкт-Петербургрэ я театр нэхъыфI дыдэхэм щIыналъэхэм я щэнхабзэ утыкухэм тхьэмахуэ къэс щагъэлъагъуэ япэ онлайн-театрщ. Проектыр зэрырагъажьэрэ къэралым эфир занщIэкIэ къат лэжьыгъи 100-м щIигъу щагъэлъэгъуащ икIи абыхэм театреплъ мини 150-рэ зэхуишэсащ.
2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 9 - 11-хэм Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм, НыбжьыщIэхэм я библиотекэ Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэм, Сабий библиотекэ ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэм я лэжьакIуэхэм, «Театральная Россия» федеральнэ проектым хыхьэу, Мединский Владимир и «Стена» романым къытращIыкIа «Смута» спектаклым и киноверсием щеплъащ икIи абы щытепсэлъыхьыжащ. Декорацэрэ сценографиекIэ къызыхуэтыншэ, актёрхэр гум дыхьэу щыджэгуа лэжьыгъэр игъэуващ къэралым и Театр цIыкIум и режиссёр Бейлис Владимир.
Гъэлъэгъуэныгъэ нэужьым фильмыр къазэрыщыхъуам теухуауэ зэпсэлъащ класс нэхъыжьхэм щIэс еджакIуэхэмрэ балигъхэмрэ. Абыхэм къыхагъэщащ кином тхыдэр къызэрыщыгъэлъэгъуэжам мыхьэнэ зэриIэр, ар зытеухуар актёрхэм уи фIэщ ящIыфу зэрыджэгуар.
БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "906.txt"
} |
БэлэрыгъыпIэ яIэкъым
Дзэлыкъуэ щIыналъэ
Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Iэщ фермэхэр щIымахуэм хуэхьэзырщ.
Мы илъэсым районым нэрылъагъуу щыхэхъуащ мэлхэм, бжэнхэм я бжыгъэр (мини 9 нос), псом хуэмыдэжу шым (мини 6).
Иджы хуэдэ лъэхъэнэм СХП, ЛПХ-хэр Iэщыр гъэ щIэзыгъэкIын гъэтIылъыгъэм толажьэ. ШыщхьэуIум и пэщIэдзэхэм мэкъуу паупщIащ гектар мини 4-м нэблагъэ. Ар мэкъумылэ хэплъыхьауэ тонн мини 10-м нос, хьэуазэу тонн мини 6-м щIигъу яIэщ, къахыжа нартыхуми Iусыпхъэу зыхуеинум хуэдизыр къыхэкIынущ. Мэкъумылэм егугъуахэщ «Верхнемалкинский» СХПК-р, «Колхоз Псынадаха» ООО-р, Дзэлыкъуэкъуажэм и уней хозяйствэхэр.
Шэрэдж Дисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "907.txt"
} |
Лъэпкъ куэд къызыхыхьа зэпеуэ
2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 1-м яублауэ 2020 гъэм фокIадэм и 20 пщIондэ екIуэкIынущ «Сокровище древних черкесов (адыгов), «Нарты» в мировой цивилизации» зэпеуэр, лъэпкъ куэдым къызэдащтар.
Зэхьэзэхуэр къызэригъэпэщащ Дунейпсо Артийскэ комитетым и вице-президент, а зэгухьэныгъэм и лIыкIуэу Кавказым щыIэ, ТворчествэмкIэ академием и президент, академик, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБР-м, КъШР-м, Абхъаз, Осетие Ипщэ, Дагъыстэн, Ингуш республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Бейтыгъуэн Iэуес.
Адыгэ нарт IуэрыIуатэр - лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэ фэеплъ инщ! Абы и мыхьэнэр апхуэдизкIэ инщи, ЮНЕСКО-м «Адыгэ нарт эпосыр» илъэс минищэ зэрырикъур игъэлъапIэу, 1997 гъэр абы и гъэу игъэувауэ, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щрагъэкIуэкIауэ щытащ.
Нарт эпосым къыщыгъэлъэгъуащ лъэпкъым и пасэрей хабзэхэр, щэнхабзэр, дунеймрэ абы тет цIыхухэмрэ я зыужьыкIэр, лIыхъужьхэм я хьэл-щэнхэр зэрызэфIэувар, абыхэм я зэфIэкIыр зыхуэдар. Аращ нарт IуэрыIуатэр адыгэхэм я лIыхъужьыгъэм и кодекс щIэхъуар.
Дунейм гъэ къэс тобзэхыкI лъэпкъ зыбжанэм я хабзэр, щэнхабзэр, бзэр. Ди нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна щIэиным дыхуэсакъыну, тхъумэну ди къалэну къыщIэтлъытэр ар цIыхуцIэ зиIэм къигъэщIа фIыгъуэхэм ящыщ хъуащи аращ.
Зэпеуэр къыхэзылъхьахэм я къалэныр зыхалъагъуэр адыгэ IуэрыIуатэм Урысей Федерацэм исхэм къищынэмыщIауэ, нэгъуэщI къэралхэми щыпсэу лъэпкъхэр щыгъэгъуэзэнырщ, щIалэгъуалэм адыгэ нарт эпосым и мыхьэнэр ягурыгъэIуэнырщ, ЮНЕСКО-м и программэхэмрэ проектхэмрэ къагъэсэбэпауэ пасэрей хъыбархэр иджырей IэмалхэмкIэ зэбгрегъэхынырщ, адыгэ лъэпкъым и тхыдэ щIэинхэмрэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ хъумэнырщ, ахэр къэгъэщIэрэщIэжынырщ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэм дин, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр, зэныбжьэгъугъэр, зэгурыIуэр дяпэкIи гъэбыдэнырщ.
Зэпеуэм ирагъэхь хъунущ адыгэ IуэрыIуатэм теухуауэ ятха, Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ягъэзащIэ макъамэхэр; симфоние, цIыхубэ е нэгъуэщI оркестрхэм папщIэ зэхалъхьар; кинофильмхэм хуатха макъамэр; уэрэджыIакIуэхэмрэ хорхэмрэ ягъэзащIэ уэрэдхэр; къафэхэр (классикэ, цIыхубэ, эстрадэ къафэхэр, акробатикэ, сабий къафэхэр, нэгъуэщIхэри); театр теплъэгъуэхэр (нарт IуэрыIуатэм щыщу). Абыхэм щыщ дэтхэнэри дакъикъэ 15-м къызэщIиубыдэу щытын хуейщ.
КъищынэмыщIауэ, зэпеуэм и программэм хохьэ усэхэм, Iуэтэжхэм, нарт IуэрыIуатэм щыщ пычыгъуэхэм къеджэныр; нарт IуэрыIуатэм теухуа эссехэр, Iуэтэжхэр, щIэныгъэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр, методикэ пособиехэмрэ сценарийхэмрэ; сурэтыщI гъуазджэр, цIыхум, унагъуэм къагъэсэбэп хьэпшыпхэр (дыщэ, дыжьынхэкIхэр, Iэщэхэр, арджэнхэр, хэдыкIхэр, тхыпхъэхэр, уагъэхэр, нэгъуэщIхэри); модэмкIэ театрыр - нарт IуэрыIуатэм ижь зыщIихуа фэилъхьэгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр. Пасэрей лъэпкъ шхыныгъуэхэм я гъэхьэзырыкIэр зэхуэзыхьэсхэр, пщафIэхэр зэпеуэм хэт хъунущ.
Зэпеуэр IыхьитIу гуэшауэ щытынущ. Япэ Iыхьэм къызэщIиубыдэнур видеоматериалхэрщ. Абы пхыкIхэр етIуанэ Iыхьэм ирагъэблэгъэнущ, зэхьэзэхуэм и къыкIэлъыкIуэ Iуэхухэм хэтын папщIэ.
Зэпеуэм и япэ Iыхьэм хэтыну зи мурадхэм лъэIу тхылърэ зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыра видеоматериалымрэ 2020 гъэм фокIадэм и 20 пщIондэ мы электрон пощтым: [email protected] ирагъэхь хъунущ, «Сокровище древних черкесов (адыгов)» нагъыщэр щIыгъуу.
КъэпщытакIуэ гупым хэтхэм зэраубзыхуамкIэ, къахь увыпIэм елъытауэ ахъшэ саугъэту сом мин 25-рэ, сом мин 15, сом мини 10, зэпеуэм и и дэIэпыкъуэгъухэм къабгъэдэкI саугъэт лъапIэхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр иратынущ. КъищынэмыщIауэ, саугъэт щхьэхуэхэри ягъэхьэзыращ.
Зэхьэзэхуэм пашэ щыхъунухэр щагъэлъэпIэнущ 2020 гъэм фокIадэм и 28-м Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу Налшык къалэм щекIуэкIыну концертым.
БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "908.txt"
} |
Нанэр полицейхэм йохъуэхъу
КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ щыIэ министерствэм къыIэрыхьащ Прохладнэ районым щыпсэу, зи ныбжьыр илъэс 80-м щхьэдэха цIыхубзым къыбгъэдэкI фIыщIэ тхыгъэ.
Зи ныбжь хэкIуэта прохладнэдэсым зэрыжиIамкIэ, щIыпIэ поликлиникэм зыщригъэтхыну чэзум пэплъэу абы и сумкIэм дахащ ахъшэ зыдэлъ бохъшэмрэ жып телефонымрэ. Къэхъуар къыщищIэм, занщIэу захуигъэзащ Урысей МВД-м и «Прохладнэ» къудамэм и участковэхэм.
Полицэм и капитан Шорстов Евгенийрэ полицэм и лейтенант нэхъыщIэ Пхъэшх Беслъэнрэ зы жэщ-махуэм къыщIагъэщащ а щIэпхъаджагъэр зыщIа цIыхубзыр. КъызэрыщIэкIамкIэ, апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зэрилэжьам къыхэкIыу нэхъапэми суд тращIыхьауэ щытат.
Полицейхэм лей зытехьам Iэрагъэхьэжащ фIадыгъуар.
«Фи лэжьакIуэхэм Iуэхур псынщIэу зэфIахащ икIи гуапэу къысхущытащ, лъэIу тхылъыр стхын папщIэ езыхэм полицэм сашащ, унэми сыкъашэжащ. Сэ илъэс 82-нэр изохьэкI, сысымаджэщ икIи си закъуэщ, апхуэдэ гуапагъэр си дежкIэ лъапIэщ. Фи нэIэм щIэтхэм апхуэдэ цIыхуфIхэр, жьы хъуахэр къызыгурыIуэхэр нэхъыбэу яхэтыну си гуапэщ»,- итщ Григорий ипхъу Нинэ и тхыгъэм.
Дыгулыбгъу Жантинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "909.txt"
} |
Я псэр зы къафэщ, я гъащIэр зы гъуэгущ
ГъущIо зэщхьэгъусэхэу Залымрэ Сюзаннэрэ «Кабардинка»-м и къэфакIуэ пажэхэм ящыщщ.
Сюзаннэ къэфакIуэ гупым 2006 гъэм щегъэжьауэ хэтщ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым актёру щеджа иужькIэ а IэщIагъэм къигъэув Iуэхугъуэ гуэрхэр хузэфIэмыкIыну къыщилъытэм, хореографиемкIэ иунэтIыжащ. ИкIи хущIегъуэжакъым. Сюзаннэ жеIэ «Кабардинка»-м щылэжьэну щIэхъуэпсми а и хъуэпсапIэм щышынэжу зэрыщытар, ар узылъэмыIэсын лъагапIэ гуэру къыщыхъуу.
- Сэ си ныбжь зыри хэттэкъым ансамблым икIи зэрынэхъыжьхэм я мызакъуэу, псори къэфакIуэ цIэрыIуэ защIэт. Абыхэм елъытауэ сыхэтыт сэ?! «Балкария» ансамблым сыкъащтэну хьэзырт, ауэ сызыщIэхъуэпсыр «Кабардинка»-рати, сытегушхуащ. ИкIи зы махуи сыхущIегъуэжакъым. Пэжщ, псори дызэрыхуейм хуэдэу хъуркъым, ауэ «гум фIэIэфIыр псэм фIэдахэщ».
Сюзаннэ жеIэ ансамблым хэтхэр къызэрымыкIуэу зэрызэрыIыгъыр, зым адрейм зыщIегъакъуэ, хуей хъумэ, и Iуэху дегъэкI.
- Зы махуэ укъэмыкIуамэ, псори зэрызэ къыпщIэупщIэнущ, яхузэфIэкIымкIэ дэтхэнэри къыбдэIэпыкъуну хьэзыру. Ар уи гуапэ мыхъуу къанэркъым.
ГъущIохэ я унэгуащэм и псалъэмакъым къыхигъэщащ зэщхьэгъусэхэм я зэгурыIуэми, я зэхущытыкIэ дахэми я лъабжьэр ахэр зы Iуэху зэрыхэтым и фIыгъэу къызэрилъытэр.
- «Кабардинка»-р сэркIэ лэжьапIэ къудейкъым. Абы къарууэ хэтлъхьэр къыпхуэлъытэну къыщIэкIынкъым, ауэ нэхъыбэжкIэ езы IэщIагъэри къыдотэж. Арагъэнщ зи гугъу сщIа гугъуехьхэм дапэлъэщу дыкъыщIекIуэкIри. Мы IэщIагъэм, гупым си гъащIэр зэрагъэбеяр хьэкъщ, ахэр симыIэу си нэгу къысхущIэгъэхьэркъым.
IэщIагъэ псоми хуэдэу, дыдейми фIыри Iейри хэлъщ. Ауэ сэ нэхъыбэу гу зылъыстэр фIыращ. ЩIэх-щIэхыурэ дызэрежьэм къыхэкIыу ди быным къытхуаIэ щытыкIэри нэгъуэщIщ, адрей унагъуэхэм елъытауэ. Унэм дызэрыдэс зэман мащIэм дэ а цIыкIухэм гулъытэ нэхъыбэу зэреттыным яужь дитщ, дакъикъэ къэс къызэрыдгъэсэбэпыным дыхущIокъу. Апхуэдэ унагъуэхэм къихъуэ щIэблэр нэхъ гумащIэу, я щхьэ Iуэху нэхъ дагъэкIыжыфу къэтэджу гу лъыстащ. ХъыджэбзитI диIэщи, зэкIэ тIури къафэм дихьэхыркъым. Пэжщ, сэ абыхэм сащIэрыIэурэ утыкум изгъэхьэнукъым, ауэ къэфэну гукъыдэж яIэми, япэзбудынукъым унагъуэ ихьэху, адэкIэ абыхэм ди унафэ яхэлъыжкъым.
- Илъэс 19 сыхъуху сыкъэфакъым. Си шыпхъур «Шэджэм» ансамблым хэтти, пщыхьэщхьэм ахэр къэсшэжыну сыкIуауэ, ахэр зыгъасэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Куэшей Алик сригъэблэгъэри, зэ-тIо фIэкIа сымыкIуэу, шхэпсым хуэдэу сызэщIишхэри, иужькIэ къысхуэгъэнэжакъым, - къыхохьэ псалъэмакъым Залым. - ГъуазджэхэмкIэ интситутым хореографиемкIэ и къудамэр къызэрызэIуахрэ илъэс фIэкIа мыхъуу сыщIэтIысхьат. Япэ курсым Атэбий Игорь дыщригъаджэти тIэкIурэ къыскIэлъыплъа иужь, ансамблым сригъэблэгъауэ щытащ. Апхуэдиз илъэс бжыгъэкIэ утыкум итахэм тыншу сахэпшэхъуащ, сценэм дыщитым деж я кум сыдаубыдэрти сагъэлъагъурт. Ауэ ди лэжьыгъэм щынэхъыщхьэращи, гугъуехьым ущымышынэу улэжьэн хуейщ. Апхуэдэущ къэфакIуэ нэс къызэрыпхэкIынур, армыхъумэ зэфIэкIым я нэхъ иныр ббгъэдэлъми мыхьэнэ иIэкъым.
«Къаплъэ нэхърэ, къиплъ» жеIэ адыгэм. Сыхуейт ди гупыр нэхъ гъунэгъуу фэзгъэцIыхуну. ЖаIэкIэ уи фIэщ хъункъым ди зэрыIыгъыкIэр, уеблэмэ зы унагъуэ исхэр апхуэдэу щызэхуэмыгуапэ щыIэщ. Гъуэгуращ цIыхур къыщыпцIыхур, апхуэдиз зекIуэм яужькIэ схужыIэнущ ансамблым хэтхэм укъызэрамыгъэщIэхъунур. ЩIакхъуэ Iыхьэ нэхъ дымыIыгъми, ар зэхуэдэу зытыдогуашэ, цIыху щхьэхуэм и гуфIэгъуэри и гуауэри апхуэдэ дыдэу зэдыдогуэш. Зэгуэрым Италием дыкIуэрт. МахуитхукIэ гъуэгу дытетауэ гъуэмылэу тIыгъыр къытIэщIэухат. Зыгуэрым ягъавэ суп цIыкIум хуэдэ къигъуэтыжати, ар дгъавэри ансамблыр зэрыщыту дыхэшхыкIауэ щытащ. Мис апхуэдэ гъэунэхупIэ куэд дихуащ «Кабардинка» - унагъуэр. Ди адэ-анэм дыкъамыцIыхункIэ хъунущ дэ мы гупым дыкъызэрыщащIэм хуэдэу. Нобэ сиIэ дуней тетыкIэм и IыхьэфIыр зыгъэпсар зи гугъу фхуэсщI гуп дахэращ. КуэдкIэ сахуэарэзыщ, фIыщIэ ин яхузощI а гъуэгуанэм сызыщрихьэлIа дэтхэнэми. Адыгагъэр, зыIыгъыкIэр нэсу къытхапщащ. Дуней псом къыщацIыху ансамблым ухэтыныр, а унагъуэм ущыщыныр пщIэ иным и мызакъуэу, ар икIи жэуаплыныгъэшхуэщ, абы уэрамым ущыдэтми, гуп уащыхэтми, уахуэфэщэн хуейщ.
Къафэм хузиIэ фIылъагъуныгъэр - хъыбар щхьэхуэщ, дэ зэщхьэгъуситIри ансамблым дыхэтщи, лэжьапIэми унэми дыкъыщофэ. Уеблэмэ унэм дыкъикIыу лэжьапIэм дыкъэсыхукIи къафэ къеуэмэ, ди Iэпкълъэпкъыр къыдоныкъуэкъу. Псом хуэмыдэу къафэ хуэмхэр си псэм нэхъ фIэфIщ, «Уэркъ къафэм» сыт пэхъун?! ФIыуэ слъагъу къафэхэм ящыщщ «Бжэдыгъу ислъэмейр», ар зэщхьэгъусэм догъэзащIэ. А къафэр ди деж зэрыщагъэувам хъыбар гъэщIэгъуэн иIэщ. Ансамблым сыкъыхыхьагъащIэу, «Налмэс» ансамблым и унафэщIу щыта Къул Мухьэмэд къакIуэри, къызжиIат: «Си гъащIэ псом хъуэпсапIэ ин сиIэщ «Кабардинка»-м сыщылэжьэну, ауэ зэи Iэмал згъуэтакъым. Иджы къафэ згъэувыну хуит сащIащи, фи нэгу къыфхущIэгъэхьэнкъым сызэрыгузавэр. Сыхуейщ сэ мы къафэр псэуну». Апхуэдизу а псалъэхэр си гум хыхьати, номин къафэми сыкъэфэну сыхьэзырт. ЩIалитIрэ хъыджэбзитIрэ дыхэту къафэр ягъэуват. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, репертуарым ар куэдрэ хэтакъым, си гъусэхэр ансамблым хэкIыжати. Зэман блэкIауэ, Атэбий Игорь а къафэм сыкъигъэфэну щыжиIэм, дамэ къыстекIа пэлъытэт: си щхьэгъусэмрэ сэрэ ди закъуэ дыхэту дгъэувыжащи, тIуми а къафэм пэтщIын щыIэкъым.
ФIыуэ плъагъу сыт хуэдэ Iуэхури ефIэкIуэну ущIохъуэпс, апхуэдэ хъуэпсапIэхэр ди ансамблым ехьэлIауи сибэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "91.txt"
} |
Сэбаншы Фаридэ къыхуагъэфэщащ Ежевскэм и цIэр зезыхьэ саугъэтыр
Хъыбар гуапэ
Зэпеуэм абы игъэхьа лэжьыгъэр, дизель гъэсыныпхъэкIэ лажьэ мэкъумэш техникэр мыкъутэу нэхъыбэрэ лэжьэным хуэгъэпса гупсысэщIэхэр зи лъабжьэр, игъэхьэзыращ техникэ щIэныгъэхэм я кандидат, университетым «Машинэхэр зэрылажьэмрэ ахэр зэрызэрагъэпэщыжымрэ» и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжь Бэлэтокъуэ Анзор и унафэм щIэту.
СССР-м мэкъумэш машинэхэр щIынымкIэ и министру илъэс куэдкIэ лэжьа, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, УФ-м машинэхэр зэпкърылъхьэнымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ежевский Александр и цIэкIэ ягъэува саугъэтыр къахьыну щIэхъуэпсу а зэпеуэм хэтащ къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэ 60-м я лIыкIуэхэр.
КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, зэпеуэм мы илъэсым нэхъыбэу къагъэхьат мэкъумэш IэнатIэм роботхэр къыщыгъэсэбэпыным, лэжьыгъэ гугъур цIыхум щыгъэпсынщIэным ехьэлIа къэхутэныгъэхэр. Абыхэм зэрыжаIамкIэ, зэпеуэм хэтыну хуейхэм я бжыгъэр илъэс къэс нэхъыбэ мэхъу. Жюрим хэтщ къэралым мэкъумэш техникэ къыщыщIагъэкI и завод нэхъ инхэм я унафэщIхэр, «Росспецмаш», «Автомобилхэм ехьэлIа щIэныгъэ-къэхутакIуэ институт нэхъыщхьэ» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм, Урысейм Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэм я IэщIагъэлIхэр. Зи Iулыджыр къэралым щылъагэ апхуэдэ щIэныгъэлIхэр уи лэжьыгъэм къыщытхъуныр, гу къылъатэныр ехъулIэныгъэшхуэщ икIи апхуэдэпщIэ КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым и студентхэм къызэрыхуащIыр къызэрымыкIуэу гуапэщ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэгъабэ зэпеуэм япэу и лауреат хъуауэ щытащ университетым а и факультет дыдэм «Хуабэ энергетикэмрэ абы хуэгъэпса техникэмрэ» и къудамэм и студент Мыщхъуэжь Каземир (и проектым и унафэщIу щытар техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор ШэджыхьэщIэ Юрийщ).
Ежевский Александр и саугъэтыр къэхьыным теухуа III Урысейпсо зэпеуэм бжьыпэр щызыубыдахэр 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 22-м щагъэлъэпIэнущ Самарэ дэт «Евротехника» завод цIэрыIуэм.
Сэбаншы Фаридэ дохъуэхъу и лэжьыгъэм пщIэшхуэ къызэрыхуащIамкIэ икIи ди гуапэщ дяпэкIи ехъулIэныгъэхэр зыIэригъэхьэну.
КIУРАШЫН Заремэ, КъБКъМУ-м и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "910.txt"
} |
ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых
(КIэухыр. ПэщIэдзэр №79-м итщ).
Академием и унафэщIу здэщытым Намыкъым куэд ищIэрт икIи хэлъ хьэлыфIхэмрэ иIэ цIыхугъэ лъагэмрэ гукъинэж ящыхъурт абы къыдэлэжьахэм. Исмэхьил и къуэдзэу щытахэм ящыщ зым игу къегъэкIыж:
«ИлъэсиплIкIэ сыдэлэжьащ сэ абы икIи а зэманым къриубыдэу зы махуэ къыхэхуакъым IуэхукIэ къысхуей хъумэ и пэшым сыщриджа, атIэ «сэ сывиунафэщIщ» жиIэу хэIэтыкI хэмылъу езыр си деж къыщIыхьэрти, къыщIысхуейр къызжиIэрт. Си гъащIэм апхуэдэ цIыхуфI слъэгъуакъым. Академием ирашу нэгъуэщI IэнатIэ ягъэувыну къыхуагъэлъэгъуати, идакъым кIуэн, «си гъащIэри си гуащIэри мыбы щесхьэлIакIэ, мурад гуэрхэр сиIэщ, ар къызэхъулIэмэ сэркIэ насыпщи, нэгъуэщI лэжьыгъэкIэ сымыхъуэжмэ нэхъ къэсщтэнущ» жиIэри. ЗэрыжиIам хуэдэу пэжуи къыщIэкIащ икIи икъукIэ Iуэхушхуэ илэжьащ тырку гъуазджэм зиужьын папщIэ».
Исмэхьил цIыху фIыуэ илъагъурт. ПщIэшхуэ хуищIырт хабзэ, нэмыс зыхэлъым, и псэр иригъэшхынут лэжьыгъэм хьэлэлу бгъэдэт дэтхэнэ зыми. Зэгуэрым Академием щылажьэ егъэджакIуэ къэралым IуигъэкIауэ хъыбар щызэхихым, Намыкъыр тIысыжащ «Сэри афIэкIа сыщылэжьэнукъым» жиIэри. Исмэхьил апхуэдэу щIилэжьар езым щхьэкIэу къыщищIэм, егъэджакIуэр адыгэлIым и унэ кIуэри жриIащ ныбжьэгъугъэм абы пщIэ зэрыхуищIыр хьэкъыу зэрыпхыкIар икIи езым и зэранкIэ Академиер хыфIимыдзэжыну елъэIуащ.
1935 гъэр Намыкъ Исмэхьил и гъащIэм и иужьрей илъэст. «Къады-кой» кхъухьыр тенджыз толъкъунхэм дэщэнауэрт, абы исхэм ящыщ зым и гур иубыду, зэшэзэпIэу щылIам. Кхъухьыр щэнауэрт дунейм ехыжа художник Iэзэм и гум хэлъа иужьрей дыдэ къеуэкIэм и къарур къыхыхьэ хуэдэу икIи къыпфIэщIынт а гуауэшхуэм тенджызыр дэщыгъуэ: хуэм-хуэмурэ мамыр хъурт псыр, зи псэ хэкIа цIыхушхуэм и хьэдэр зэрылъ кхъухьыр щабэ дыдэу икIи сакъыпэурэ фIэкI щIимыгъэхъаеу. Тенджызыщхьэм щыункIыфIат зи акъылымрэ зи гуащIэмрэ хамэ къэрал гъуазджэм жумарту хуэзыгъэлэжьа Намыкъ Исмэхьил и гъащIэр.
А дакъикъэхэм уафэм щижакъым зы вагъуи. Къэхъуа щIэщхъур IэтыгъуафIэ бэм ящищIрэ ар зыхуэблэр зэрыуахътыншэм щыхьэт техъуэу, Тырку уэгум къыщыунэхуащ вагъуэщIэ, фIэпщын цIэ щхьэкIэ ущIэлъыхъуэни, «хэт ар зейр?» жыпIэу ущIыщIэупщIэни щымыIэу.
1875 гъэм Истамбыл къыщалъхуащ Дагъ Шэукэт. Адыгэ щIалэм и ныбжьыр илъэс 22-рэ щрикъум ирихьэлIэу къеух Iэзагъэ хэIэтыкIахэм я художественнэ Академиер. ИужькIэ щолажьэ Галата-Сарай еджапIэм.
Махуэ гуэрым абы къыхущIахьэ Iэзагъэ хэлъу щIа сурэт. Художникышхуэм икъукIэ гъэщIэгъуэн икIи гуапэ щыхъуащ «ар зыщIар адыгэ щIалэщ» жаIэу щызэхихым. КъызэрыщIэкIымкIэ, сурэтыр зи IэдакъэщIэкIыр Намыкъ Исмэхьилт. ЗэрыцIыхуащ. Абы къыщымынэу Шэукэт гъуазэ хуохъу зи зэфIэкIыр сурэт щIыным хузэIузых щIалэм.
Дунейм и теплъэр сурэту ищIыну хуабжьу фIэфIт Шэукэт. Абы апхуэдизу Iэзэу плъыфэхэр къигъэсэбэпыфырти, Шэукэт «къэралым и блэкIар къэзыгъэлъэгъуэж тырку живописым и тхьэмадэ» хужаIэрт.
Мэжджытхэм сурэтхэр, тхыпхъэщIыпхъэхэр хэщIыхьынри графикэри Дагъыр дэзыхьэх лэжьыгъэт. Абы и дуней тетыкIар зыхуэдэр къэпщIэну ухуеймэ, еплъ Шэукэт и сурэтхэм. Гъуджэм хуэдэу абыхэм къощ Дагъыр гъащIэм зэрыхущытар.
Сурэт щIыным и закъуэтэкъым ар зыхуэIэкIуэлъакIуэр. Адыгэ щIалэр бэнакIуэ Iэзэт, сыхьэтщIыж бэлыхьт. Шэукэт хэзагъэрт скульптурэми. Езым гушыIэ дахэ зэрыхэлъым икIи ар фIыуэ зэрилъагъум щыхьэт техъуэу, ауан хъыбархэр тхыни зыхилъхьэ щыIэтэкъым. Къалэ зыбжанэм къагъэлъагъуэурэ ар хахауэ щытащ меджлисым. Сыт хуэдэ Iуэху имыгъэзэщIами, Дагъым гъащIэ гъусэу иIащ пэжагъымрэ псэ къабзагъымрэ. Апхуэдэу зэрыщытыр иплъагъуэрт абы и нэгум икIи ар зымыцIыхуу ирихьэлIэ дэтхэнэ зыми шэч ищIыфынтэкъым а лIыр и напэм щещэжын медан къэхъункIэ хъуну.
Тырку гъунапкъэр зэпаупщIри, художникышхуэм и лэжьыгъэхэр утыку ихьащ икIи гъуазджэм и лъагапIэ хэIэтыкIахэр зэрыхуагъэфащэр белджылы ирихъуу, дунейпсо еплъыныгъэхэм я бжэр къызэIуах. Шэукэт и IэдакъэщIэкIхэр 1909 гъэм щагъэлъагъуэ Афинхэм, Мюнхен. 1938 гъэм Париж щекIуэкIа еплъыныгъэм ар лауреат щохъу икIи дыщэ медаль къыхуагъэфащэ. Дагъым и сурэтхэр сыт щыгъуи щагъэлъагъуэ Анкара, Истамбыл, Измир, Къайсэр щекIуэкI выставкэхэм. Къигъэсэбэп плъыфэхэм ящыщу къащхъуэр абы зыпищI щыIэкъым.
Художникым и псэр абы дихьэхыу зэрыщытар гъэщIэгъуэнщ икIи шэч уегъэщI, пшэхэм щIамыхъумэ нэужь, уафэр сыт щыгъуи зэрыкъабзэм, зэрыбзыгъэм хьэщыкъ ищIу, къащхъуэ плъыфэр Шэукэт и гум хыхьауэ, и псэм фIыуэ илъэгъуауэ. Уегупсысыпэмэ, сыт щыIэ нэр щыджылу уафэ къащхъуэ къабзэ мамырым дыгъэ лыдыжыр къищу уIуплъэн нэхърэ нэхъ гуапэ?! Абы куэд къеубыд.
Ауэ абы къыщымынэу, а щытыкIэм нэхъыби кърихыфу щытагъэнут Шэукэт. МафIэ Iугъуэмрэ гын гъуэзымрэ ямысеймэ, къащхъуэщ уафэр. Бомбэ уэшхым щIимыуфэмэ, къащхъуэщ уафэр. Лъыр зыпыткIу зауэщIэгъэстхэм къамыгъэуфIыцI нэужькIэ, къащхъуэщ уафэр. Ар зы лъэныкъуэкIэ.
НэгъуэщIкIи, къащхъуэщ зи гур къабзэу зи псэр нэхум дежкIэ. Къащхъуэщ зи нэм лъы къытемылъэдам е щIыIуху къытримыхьэм и дежкIэ, зи псэр пшагъуэ IэрыщIкIэ щIэмыуфам, зи акъылыр пцIыкIэ ямыгъэутхъуам дежкIэ.
Художникым куэд хилъагъуэу щытагъэнущ а плъыфэм.
Исмэхьил и лэжьыгъэ нэхъыфIхэм ящыщу къэбгъэлъагъуэ хъунущ «Айе-Софие», «Турбэбжэ», «Рустэм и бжьамий» жыхуиIэхэр. Абы и сурэтхэм щыщ куэд ящэхурт хамэ къэралхэм, живописым пщIэ хуэзыщIыф президентхэм икIи Iэзагъышхуэ хэлъу зэрыщIам ирипагэу яхъумэрт.
Иужьрей илъэсхэм дунейм и теплъэр къызыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр щIыным нэхъ зритат художникым.
Дагъ Шэукэтрэ Намыкъ Исмэхьилрэ - егъэджакIуэмрэ абы и гъэсэнымрэ - зэрызэщхьыр сурэт зэращI е адыгэ лъэпкъым къызэрыхэкIа къудейм и закъуэкъым, атIэ а тIур зэщхьщ я дуней ехыжыкIэкIи. 1944 гъэм Хисар къикIыж кхъухьым здисым, и гур иубыдри лIащ зи ныбжьыр илъэс 69-м нэса Шэукэт.
АбыкIи зэфIэкIыркъым а цIыхушхуитIым я зэщхьыныгъэр. Псэуху щIылъэм вагъуэу щыбла Шэукэт ункIыфIыжакъым дунейм ехыжа нэужьи. СурэтыщI Iэзэ вагъуэщIэти, Намыкъ Исмэхьил хуэдэу, пщIыпщIыжу къыхэуващ тырку уафэр зыгъэбжьыфIэ адрей вагъуэхэм.
Тыркум щыпсэу адыгэ къуажэм гуарцэ ягъэгъу. Аращ жылэдэсхэм я гъэсыныпхъэр.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "911.txt"
} |
Тырку уафэ щIагъым
«Мыдхьэт Ахьмэд (1844 - 1913) тырку тхакIуэщ, хьилмышхуэ зыбгъэдэлъа цIыхущ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ пьесэхэр, тхыдэмкIэ, философиемкIэ лэжьыгъэхэр. Хъыбар кIэщIхэмрэ романхэмрэ я гъуэгу тырку литературэм япэу щыпхызышащ. Тхыдэм, хабзэмрэ бзыпхъэмрэ теухуа романхэу и къалэмыпэм къыщIэкIащ «Янычархэр» (1871), «КъэфакIуэ бзылъхугъэ» (1877), «Диплом зиIэ пщащэ», (1889), «Тырку щIалэхэр» (1908)» - аращ итыр Совет Энциклопедие Псалъалъэм Мыдхьэт папщIэ. Ауэ Литературэ Энциклопедием нэхъ зыубгъуауэ абы и IуэхущIафэхэм щыгъуазэ дещI.
АтIэ дэ сыткIэ дыдихьэхауэ дытетхыхьрэ тырку тхакIуэу тхыгъэ 800-м щIигъу зи Iэдакъэ къыщIэкIам, тхылъи 156-рэ тираж куэд хъууэ Анкара, Истамбыл, Измир къалэхэм я тхылъ тедзапIэхэм къыщыдэзыгъэкIам и гъащIэмрэ и творчествэмрэ? Абы и жэуапыр къызэрыгуэкIщ. Ар - зи дуней еплъыкIэкIэ, зэхэщIыкIкIэ, лэжьыгъэфIхэмкIэ нэхъ цIыху пэрытхэм яхэува адыгэлIу зэрыщытарщ. Ахьмэд и адэ Мыдхьэтщ 1843 гъэм Кавказым икIыу Истамбыл Iэпхъуар. Абы и унэцIэ дыдэр Хьэгъурщ. Мыдхьэт Ахьмэд и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ тетхыхьахэу, Тыркум щыпсэу адыгэ щIэныгъэлIхэу Сэин ТIимэрэ Бэрзэдж Сэфаррэ щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, ар Истамбыл къыщалъхуащ, къызыхэкIар Кавказым иIэпхъукIа хуэмыкъулей адыгэ унагъуэщ. Хьэгъур Ахьмэд, щIэныгъэ игъуэта нэужь, Болгарием хиубыдэ РушуккIэ зэджэ къалэ цIыкIум щолажьэ къулыкъущIэ къызэрыгуэкIыу икIи а лъэхъэнэм абы зыкъегъэлъагъуэ журналист Iэзэу. А зэманым абы печатым къытрырегъадзэ щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм теухуа тхыгъэ куэд - географием, тхыдэм, философием, диным ехьэлIахэр.
1868 гъэм Хьэгъурым и Iуэху йохъулIэри, Бэгъдад типографие къыщызэIуех; абы щытрадзэ «Зэурэ» газетыр. ИлъэситI докIри, новеллэхэр зэрыт япэ тхылъыр къыдегъэкI, «Хъыбарым зыхуиущийр» и псалъащхьэу.
1871 гъэм тхакIуэ ныбжьыщIэр Истамбыл мэIэпхъуэж. Мыбыи Хьэгъурым типографие къыщызэрегъэпэщ, «Девир» («Лъэхъэнэ»), «Бедыр» («Мазэгъуэ») газетхэмрэ «Къыркъ амбар» («Амбар плIыщI»), «Дагъаршыкъ» («Хъуржын») журналхэмрэ къыдигъэкIыуи щIедзэ.
Ди хэкуэгъум и гъуэгур махуэ защIэу екIуэкIакъым. 1873 - 1876 гъэхэм Ахьмэд Родос хыхъуанэм ссылкэ щыIэщ.
Къигъэзэжа нэужь, и къару псор ехьэлIауэ литературэмрэ тхылъ тедзэн Iуэхумрэ хуэлажьэу щIедзэ. 1878 гъэм Хьэгъурым къыдегъэкI «Тарджуманы хьэкъикъэты» («Щыпкъагъэр зыIуатэ») газетыр. ЗэрыщIэныгъэлIым икIи и гупсысэхэр тырку интеллигенцэ пэрытым яфIэкъабылу зэрыщытым къыхэкIыу, ар къуэкIыпIэр зыджхэм я Дунейпсо зэхуэсу Стокгольм 1888 гъэм щызэхэтам ягъакIуэ.
Илъэс 32-кIэ адыгэлIыр газет зыбжанэм я корреспонденту мэлажьэ. 1908 гъэм тырку революцэр щытекIуам щыгъуэ Хьэгъурыр Истамбыл дэт университетым и профессорт. Ар абы тхыдэмкIэ, философиемкIэ, дин IуэхухэмкIэ лекцэ къыщеджэрт.
НасыпыншагъэкIэ хамэ щIыпIэм къыщыхута адыгэхэр иригушхуэрт я хэкуэгъум. Хьэгъур Ахьмэд и фIыгъэкIэ Истамбыл къыщызэрагъэпэщ адыгэхэм я тхыдэр джынымкIэ хасэ, абы епхыжауи пэщIэдзэ еджапIэ. КъыдигъэкI газетхэмрэ журналхэмрэ абы къытредзэ и лъэпкъэгъухэм ятеухуа хъыбар зыбжанэ, апхуэдэуи «Черкес озденлери» («Адыгэ гукъэкIыжхэр») пьесэр. Хьэгъурым и тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зыщ «Кавказ» романыр. Абы къыщыгъэлъэгъуащ пащтыхьым Кавказым щригъэкIуэкIыу щыта колонизатор политикэ бзаджэм щхьэмыгъазэу ебэн, щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи псэр зытыну хьэзыр бгырыс хахуэм и шыфэлIыфэр.
ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа IэдакъэщIэкI хьэлэмэтхэм белджылы ящIырт ахэр зи къалэмыпэм къыщIэкIынкIэ хъунур тхакIуэ Iэзэу зэрыщытыр, абы акъылышхуэ зэрыбгъэдэлъыр икIи щыпсэуа лъэхъэнэм гупсысэ пэрыткIэ къыхэнэIукI цIыхуу зэрыщытыр.
Хьэгъурым и лэжьыгъэм теухуауэ зыубгъуауэ жысIэну сызыхуейр нэхъ щыз хъун папщIэ, тхакIуэм и блэкIахэм ехьэлIа Iуэхугъуэ гуэрхэр къэсIуэтэну сфIэкъабылщ.
«Енычархэр» псалъэр тыркухэм жаIэ мыпхуэдэу - «ени чери» («щIэуэ къызэрагъэпэща дзэ»). Енычархэр дапщэщи зауэм хуэхьэзыру курыт лIэщIыгъуэхэм лъандэрэ щыIэ лъэсыдзэ зэщIэузэдат. Абыхэм шынагъуэ ин иратырт Европэм ис уэркъ зэкъуэудахэм. Зи гугъу тщIы лъэсыдзэм хэтхэр чыристанхэм цIыкIу щIыкIэ къытрахыу гущIэгъуншагъэм хуагъэса щIалэхэрт.
СулътIаным и къэрэгъулхэр Iэрнаутхэт, и шуудзэ гвардиер адыгэт. Къэрал щIыб сатур алыджхэмрэ ермэлыхэмрэ яIэщIэлът.
Уеблэмэ тепщэгъуэр зыIыгъ классым тырку уэркъхэр щынэхъ мащIэт, адыгэ уэркъхэм, хьэрып щихъхэм е алыдж, болгар джыназхэм елъытауэ.
Тыркухэр кIыфIыгъэм, щIэныгъэншагъэм, тхьэмыщкIагъэм иригъэза мэкъумэшыщIэ лъэпкът. ГъэпщылIакIуэхэм, тепщэгъуэр зей уэсмэнлыкIэ зэджэхэм, я дежкIэ «тырку» псалъэр гурыхьтэкъым, ар абыхэм къазэрыщыхъур Екатеринэ ЕтIуанэм и блыгущIэтхэм «мыжьыкъ» псалъэр къазэрыщыхъум хуэдэут. Тыркубзэм урипсэлъэныр икIагъэ дыдэу къалъытэрт. Динри щIэныгъэ Iуэхухэри зэрызэрахьэр хьэрыпыбзэт - «уафэм къеха фIыцIагъэм и бзэт». Гъуазджэр зэрыпсалъэр Саадирэ Хьэфизрэ я бзэрт - къэжэрыбзэ IэтIэлъатIэрт. Къэжэрыбзэ, хьэрыпыбзэ, тыркубзэ зэхэзэрыхьам къыдэхъуащ сулътIан империем и къэралыбзэр - «уэсмэныбзэр». Абы ирипсалъэхэрт щIэныгъэлIхэр, судыр; абыкIэ газетхэри къыдэкIырт, документхэри письмохэри иризекIуэрт, художественнэ тхыгъэхэри ятхырт. Апхуэдэу екIуэкIащ етIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм нэсыху. А бзэр тырку мэкъумэшыщIэм гугъусыгъуут къызэрыгурыIуэр, ирипсэлъэфхэм я пэр драгъэзеинкIэ ари щхьэусыгъуэ мащIэтэкъым.
А щIыкIэм тету танзиматкIэ зэджэж япэ буржуазие зэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэм (XIX лIэщIыгъуэм и 40 - 60 гъэхэм) щIидзащ. Абы щIапIыкIащ тхакIуэхэу Шинаси-бей, Алъп Зие-пэщэр, Хьэгъур Ахьмэд сымэ. Хьэлэмэтракъэ, абыхэм «къыщIагъэщат» тырку мэкъумэшыщIэхэр зэрыпсалъэ бзэр... зэрытыркубзэ къабзэр. А щым языхэзми Европэм щагъуэта щIэныгъэм къыдэкIуэу, буржуазием и «зэхуэдэныгъэ» гупсысэри зыхищIат, ауэ ар и щхьэм фIихыу жыжьэ ихьыртэкъым. Пэжу, я хьэкъ етыпхъэт пычахуэ-пычахуэу мыхъуми буржуазнэ щхьэхуитщIыжакIуэ гупсысэхэр абыхэм хэIущIыIу ящIу зэрыщытамкIэ икIи нэхъ ику иту псэу классхэм ящыщ куэд тхылъым зэрырашэлIамкIэ. Европэм щыщ къэрал нэхъ инхэм я дэIэпыкъуныгъэкIэ Абдул Хьэмид ЕтIуанэм и тепщэгъуэр уву, зэкъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэр щиухым, псом япэу зэхэзехуэн ящIар литературэм и лэжьакIуэхэрт...
ЦIыхубэр щIэныгъэм ешэлIэныр къалэн зыщищIыжырт иджырей тырку прозэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Мыдхьэт Ахьмэд. Лъэпкъ литературэм и жанрхэр къигъэсэбэпурэ, IуэрыIуатэм и щапхъэхэр и гъуазэу, тхакIуэм къехъулIэрт гуащIэрыпсэухэм гунэс ящыхъун хъыбархэр, романхэр итхын. Абы и IэдакъэщIэкIхэм я пщIэр къаIэтырт зэрытхэ бзэр къызэрыгуэкIыу, гурыIуэгъуафIэу икIи шэрыуэу зэрыщытым, къиIэт Iуэхугъуэхэр гъащIэм зэрыпыщIам.
Хьэгъурым и прозэм гугъу удемыхьу хыбогъуатэ иужькIэ реализм жыхуэтIэжыр къызытепщIыкIыжа хуэмэбжьымэхэр. КъухьэпIэм и тхакIуэхэу Эжен Сю, Дюма-адэм, Жюль Верн сымэ я тхыгъэхэм хэпщIыкIыу яжь къыщIихуащ адыгэлIым и прозэм. Ар псом хуэмыдэу щыбелджылыщ къуэкIыпIэми къухьэпIэми щыIэ псэукIэхэр, щызекIуэ хабзэхэр зэрипхыу, зы сэмбым игъэзэгъауэ къыщыгъэлъэгъуа романхэм. ТхакIуэм и мурадымкIэ «Хъусейн Меллэхь» романыр хъун хуеящ тырку «Граф Монте-Кристо», «КъэфакIуэ цIыхубз», е Даниш ЧелебикIэ зэджэжыр «Дон Кихот» цIэрыIуэм пэувыну щыгугъат. АрщхьэкIэ тырку романым и лIыхъужь хъуар Iуэхугъуэ дыхьэшхэн зэмылIэужьыгъуэхэм хэхуэ, зи акъылыр тхылъ къеджэным игъэутхъуа щIалэщIэщ.
Хьэгъур Ахьмэд и къалэмыпэм къыщIэкIащ роману бгъу, хъыбар куэд. Абыхэм тхылъеджэр дэзыхьэх Iуэхугъуэхэр къыщеIэт; тхакIуэм и хъыбархэм тхылъеджэм къыщигъуэтырт щIэныгъэм ехьэлIа къэхъукъащIэхэр, гъащIэм и нэщэнэ хьэлэмэтхэр.
Ар икъукIэ яфIэгъэщIэгъуэнт къурIэнрэ таурыхьрэ фIэкIа къемыджа къалэдэсхэм, абыхэм я дежкIэ а псори щIэт икIи икъукIэ щхьэпэт.
... Япэ парламенткIэ зэджэжыр зэбграхуа нэужь, япэ тырку конституцэр хьэрыкъуакIэ дадзэж, цIыху куэд ягъэкIуэд. Бжыгъэншэщ Абдул-Хьэмид сулътIаным и тетыгъуэм хабзэншагъэу, щIэпхъаджагъэу зэрахьар. Ар тыркухэм я дежкIэ Николай ЕтIуанэу къэплъытэ хъунут. Танзиматхэм я узэщIыныгъэ гугъэ-гупсысэхэм кIэ ират. ЩIэныгъэм цIыхубэр бгъэдэпшэным ухуэлажьэ къудейкIэ псэукIэм зебгъэузэщIыныр, абы зебгъэхъуэжыныр зэрыщхьэгъэпцIэжым гъащIэр щыхьэт техъуэрт.
УзэщIыныгъэ гугъэ-гупсысэхэм литературэр текI щыхъуар 80 гъэхэрщ. Ар танзиматым и етIуанэ лъэхъэнэт. Ауэ а зэманым узэщIыныгъэ гугъэ-гупсысэм и джэрпэджэж закъуэтIакъуэ литературэми публицистикэми къыщыIуу зыкъомрэ йокIуэкI. Тырку узэщIыныгъэ литературэм и пIэм хуэмурэ къотаджэ тырку критическэ реализмыр.
Залымыгъэм и лъэхъэнэм тырку тхакIуэхэм я политическэ Iуэху еплъыкIэм и мызакъуэу, абыхэм я эстетическэ дуней еплъыкIэм зехъуэж. Къалэмыр зи Iэщэхэм афIэкIа къалъытэжыркъым литературэмрэ гъуазджэмрэ псэукIэщIэ зэрыбухуэ хъун Iэмэпсымэу.
Танзиматым и литературэр япэ лъэхъэнэм къикIыу етIуанэм зэрыхуэкIуари, узэщIакIуэхэм я гурылъ-гупсысэхэм фIэщхъуныгъэ макъамэр зэрафIэкIуэдари Хьэгъурым и дуней еплъыкIэм зэрызихъуэжам хыболъагъуэ.
80 гъэхэм я пэщIэдзэм абы зыкъызэредзэкIри ислъамым и телъхьэу къоув. КъухьэпIэ литературэм хэлъ философием Ахьмэд хуэмеиж мэхъу, а лъэныкъуэм зыдегъэхьэхыным тхакIуэм хелъагъуэ къэралым щызекIуэ хабзэхэм шынагъуэ ин къезытыну Iуэхугъуэхэр.
Хьэгъурым танзиматым и литературэм щиIэ увыпIэр хэубыдыкIауэ зым теткъым. ТхакIуэм и литературэ лэжьыгъэхэм, псом хуэмыдэу 70 гъэхэм итхахэм, я мыхьэнэр инщ тырку литературэр реализмым хуэкIуэнымкIэ. Абы куэд илэжьащ, тырку интеллигенцэр КъухьэпIэм и литературэм щыгъуазэ хъун папщIэ. А адыгэлIым и лэжьыгъэхэм фIыуэ хэзыщIыкI еджагъэшхуэ Д. Перин и псалъэкIэ жыпIэмэ, «ар я лъэмыжщ Франджымрэ Тыркумрэ я литературэхэм». ТхакIуэ-узэщIакIуэу щыткIэрэ, Хьэгъур Ахьмэд къелъытэ «литературэм дунейпсо гъэсакIуэ-ущиякIуэ къалэн щызиIэ лIыкIуэу».
И тхыгъэхэм, псом хуэмыдэу, хъыбархэм, тхакIуэм къыщегъэлъагъуэ ткIийуэ зытепсэлъыхьыпхъэ Iуэхугъуэхэр: цIыхубзыр зэрыдакъузэм, зэрагъэшынэм, щIэныгъэм и мыхьэнэм... Хьэгъурыр литературэхэм я щапхъэхэм кIэлъоплъ, щыгъуази зещI, ауэ реализмым и Iэмалхэр куууэ къыщIигъалъэркъым. Абы щыхьэт тохъуэ и тхыгъэхэр. КъуэкIыпIэмкIэ щыпсэухэм я таурыхъ гъэпсыкIэмрэ КъухьэпIэм я сентиментализм, романтизм хуэмэбжьымэхэмрэ зэхэгъэшыпсыхьыныр Мыдхьэт Ахьмэд и творчествэм и нэщэнэщ.
ГъащIэфI къигъэщIащ адыгэ лъэпкъым къыхэкIа тырку тхакIуэшхуэм. Абы и дэтхэнэ махуэри IуэхукIэ гъэнщIат. ИщIари, и IэдакъэщIэкIхэри куэдщ. Хэхэсу псэу и лъэпкъэгъухэр щIэныгъэм къыхуигъэушу, фIым хуригъаджэу щытащ Хьэгъурым.
ЛIэщIыгъуэ блэкIам, 90 гъэхэм и кIэм, Тыркум щыхьэщIащ адыгэ тхакIуэ Ахъмэтыкъуэ Юрий (Къазибэч), урыс журналист В. Осиповыр и гъусэу. Ахэр мызэ-мытIэу IущIащ Хьэгъур Ахьмэд. Тырку тхакIуэшхуэмрэ Урысейм икIа хьэщIэхэмрэ гъэщIэгъуэн куэд зэхуаIуэтащ. ЗэIущIэхэм ящыщ зым теухуауэ Ахъмэтыкъуэм мыпхуэдэу етхыж:
«ГъащIэр цIыхухэм куэдрэ ироджэгу, и натIэм къритхам ар и хэкум пэIэщIэ щIыпIэ щыдидзи къохъу. Мис, щапхъэу къапщтэмэ, - сэрэ уи гъусэмрэ, - зыхуигъэзащ абы (Мыдхьэт Ахьмэд - Хь. М.) Осиповым. - Дэ тIури Кавказым и адыгэ лъэпкъым дыкъыхэкIащ. Дэ тIури дотхэ, ауэ къэрал зэхуэмыдэхэм дису икIи бзэ зэмыщхькIэ. Пэжкъэ атIэ ар? - къеплъэкIащ ар си дежкIэ.
- Уэ, дауи, пщIэжу, къыщIэкIынщ мы уэрэдым и пэщIэдзэр, - икIи адыгэхэм я бзэ уэндэгъумкIэ зэпишу, дахэу укъуэдияуэ къеджащ псалъэ зыбжанэ.
- Дауи, дауи, - сэ къэспхъуатэри, адыгэхэм зыIэзыбжьэу яусым хуэдэ уэрэду Мыдхьэт-эффенди къригъэжьар и кIэм нэзгъэсащ.
ТхакIуэр аргуэру щым хъужащ, зыгуэрым куууэ зэригъэгупсысар и нэгум къищу. Хэт ищIэн, абы и гур жа хъунт IэщIыб ищIа и хэкум, и къуршхэм»...
Хамэ щIыналъэм и бэлыхь куэд игъэващ адыгэ щIалэ Къалэдахэ Iэдиб. Ар хэхэс зыщIар Истамбыл хуэзышэ гъуэгу нэшэкъашэм теува и адэрт. Кавказ зауэр щиух илъэсым Къалэдахэхэ я унагъуэр Тыркум и щыхьэрым нэсакIэт. Гугъуехъу абы ятелъа псор Iуэтэжыгъуейщ, ауэ ахэр ящхьэщыкIыу зыкъаужьа нэужь, Iэдиб и жанагъыр, и акъылыфIагъыр къалъытэри, къулыкъухэр зэкIэлъхьэужьу кърату щIадзэ. СулътIан Абдул-Хьэмид ЕтIуанэм Къалэдахэр министру щыхихам ар куэдым телъыджэ къащыхъуат.
Адыгэ щIалэм а зэманым и лъэпкъэгъу куэдым IуэхуфI куэд яхуищIащ, лэжьыгъэ къахуигъуэтащ, щIэныгъэ зэгъэгъуэтын зэрыхуейри къагуригъэIуащ. Езым ипхъу Хъалиди пасэу еджэным къыхуигъэушащ. Хъыджэбз цIыкIум Истамбыл дэт «Америкэ колледжыр» къиухащ. Илъэс зыбжанэкIэ ар Инджылызым, Франджым щыIащ бзэхэр зригъащIэу, и щIэныгъэм хигъахъуэу.
Абы къикIыжа нэужь, Хъалидэ Истамбыл дэт университетым инджылыз литературэмкIэ щрегъаджэ. Совет Энциклопедие Псалъалъэм зэритхымкIэ, Хъалидэ тырку тхакIуэ пажэхэм ящыщщ. Адыгэ бзылъхугъэм и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр илъэс пщыкIущым (1909 - 1922) къриубыдэу итхащ. Езым и гъащIэм теухуа романыр Къалэдахэр дунейм ехыжыным мазэ бжыгъэ фIэкIа къэмынэжауэ, 1963 гъэм, Истамбыл къыщыдэкIащ. Абы ирихьэлIэу Хъалидэ тырку парламентым и унафэкIэ Адывар (ЦIэрыIуэ) жаIэу и унэцIэм пагъэувэ.
Тырку щIыналъэм талант иIэу къихъуа Къалэдахэ Хъалидэ Iэдиб тхакIуэм гъащIэшхуэ къигъэщIащ. Ар илъэс 81-кIэ псэуащ. Хъалидэ зыщыщ лъэпкъыр, и адыгэбзэр ищIэжырт. Пантюркистхэм я мэсхьэбым ихьа хъуати, абы я зэщIэхъееныгъэм и лэжьакIуэ жыджэру щытащ. А псом кърикIуар наIуэу къыхэщащ Къалэдахэм и роман «ТураныщIэ» зыфIищам (1912 гъэ).
Лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм и илъэсхэм Хъалидэ етх и тхыгъэ нэхъыфIыIуэхэр - «МафIэ джанэ», «ФыукI цIыхубз куэпэчыр!» жыхуиIэхэр. Ахэр псыхьащ тырку жылагъуэр а лъэхъэнэм зэщIэзыщтауэ щыта, хэкум и щхьэузыхь хъуным хуэзыгъэуш гупсысэкIэ.
Адыгэ бзылъхугъэр кемалистхэм я зэманыгъуэм мызэ-мытIэу хах меджлисым и лIыкIуэу. Къалэдахэм и романхэр Тыркум и мызакъуэу, хамэ къэралхэми щыцIэрыIуэт. Нэхъ пасэу итхахэр теухуащ лъагъуныгъэм, абы щыгъуэми тхакIуэм къищтэр къухьэпIэ щэнхабзэм щIапIыкIа, езыхэм къапэхъуни, къапэшэчэни щымыIэу зызылъытэж цIыху пагэхэрщ, къигъэлъагъуэри абыхэм я гъащIэ еплъыкIэ, дунейр къазэрыщыхъу лъэныкъуэхэрщ. Езым зыкъызэрыфIэщIыж щIыкIэм зи акъылыр хуэлажьэ, абы и гурыгъум ихь цIыхур Хъалидэ и тхыгъэхэм щотэдж лIыхъужь нэхъыщхьэу, икIи зэрызэщхьэщыкI щIагъуэ щымыIэу ахэр зэщхьщ, апхуэдэу зрагъэхь щыIэкъым а персонаж пажэхэм дащыхуигъазэ щIыпIэхэми. Сюжет зэныкъуэкъуныгъэу къиIэтыр икIэм, икIэжым зыхуэкIуэжыр зыщ: щхьэзакъуэу псэу цIыхухъум и зэш зэрытригъэуну къилъыхъуэр унагъуэ ихьа цIыхубзщ, абы ещхьыркъабзэу, цIыхубз щхьэхуитми и гугъапIэр хамэлI къызэрыдихьэхынырщ. ТIум щыгъуэми абыхэм къарикIуэр гуныкъуэгъуэрэ нэпскIэ гъэнщIа зэжьэхэуэныгъэщ, хэбгъэзыхьмэ, укIыгъэ гуэрхэр, зи акъылым икIыу делэ хъухэр къыхэкIыу. Ауэ апхуэдэхэм я гугъу щищIкIэ, Къалэдахэ зыкъегъэлъагъуэ цIыхум и гурыгъу-гурыщIэр, и хьэлыр, и акъылыр здынэсыр къызэрызэкIуэцIах хабзэ лъэкIыныгъэфIхэр зыбгъэдэлъ тхакIуэу.
Абы и дэтхэнэ тхыгъэми гупсэ хуэхъур цIыхубзщ. Хъалидэ и IэдакъэщIэкIхэм куууэ щыгъуазэ хуэхъуа А. Алькаевэм зэритхымкIэ, тхакIуэр «хущIокъу духовнэ и лъэныкъуэкIи, жылагъуэ увыпIэкIи цIыхубзым и хуитыныгъэр наIуэ ищIыну, абы и гурыщIэ куур къигъэлъэгъуэну». Романым хэт цIыхубз лIыхъужьхэр езыхэр зыми ещхьыну хуэмейуэ, ауэ адрейхэр къадэплъеймэ ямыжагъуэу, хьэл зырызыххэ псоми яIэу икIи лъэщхэу апхуэдэщ. Ахэр анэдэлъху лъэкIыныгъи хуэхейкъым, губзыгъэхэщ икIи дахэхэщ. А бзылъхугъэхэм нэхъыбэрэ пэщIэщIэгъу яхуэхъури цIыхухъу хьэрычэтыншэхэрщ, адэмыгухэрщ. Ауэ зи пэр дэзыгъэзейуэ нэхъ зыхэзыш цIыхухэр къыпигъэщхьэхукIауэ зэрыщытым къыхэкIкIэ, хуиту, теутIыпщхьауэ я зэфIэкIым зрагъэужьыну яхулъэкIыртэкъым лъэныкъуэ гуэркIэ абыхэм къахэхъуэпскIыкI языныкъуэхэм. Абыхэм я гъащIэри, я гуащIэри зытрагъасхьэр лъагъуныгъэрт, икIи ауэ къызэрыгуэкI мыхъуу, атIэ лъагъуныгъэ къызэщIэплъа, хэбгъэзыхьмэ къэукъубея, насыпыншагъэм натIэкIэ уригъэуалIэу.
Зэныкъуэкъу нэхъыщхьэр къызыпкърыкIыр цIыху зыхэзыIэтыкI нэхъ пагэхэмрэ удэфа псэукIэм и Iуэху жьгъейхэм хэзэрыхьыжахэмрэщ, текIуэри иужьрейхэрщ.
ЛIыхъужьхэм я гупсысэм и лъапсэр къэтIэщIыным зи мурадыр тегъэпсыхьа тхакIуэм къигъуэтащ къэIуэтэкIэм хуэфэщэн художественнэ фащи: къэхъуа псори езым игъэва пэлъытэу хъыбарыр йокIуэкI, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ гукъэкIыж тхылъхэр, лIыхъужьхэм ехьэлIа письмохэр къыхиухуанэурэ.
«ТураныщIэ» романыр зытеухуар цIыхубзщ, ауэ мыбдеж лъагъуныгъэ хуэмэбжьымэри и гущIыIу къэхъуркъым, абы псори екIуэлIэжу. Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм зыщаIэтыр жылагъуэ гъащIэрщ икIи абы и уэрыпIэм хэтщ романым и цIыхубз лIыхъужь Къае. Туран къэралыгъуэр къызэгъэпэщыным хуэунэтIа зэщIэхъееныгъэм и унафэщIхэу Къаерэ Уэгъузрэ гухэлъ зэхуащI. Абыхэм бийуэ къапэщIэт уэсмэнлыхэм я зэранкIэ, фIыуэ зэрылъагъуитIыр зэкъуэча мэхъу, икIэм-икIэжым Уэгъуз хокIуадэ. Ауэ туранистхэм я мурадыр токIуэ икIи Къае пунэлат ирех уэсмэнлыхэм,
Романым гупсысэ нэхъыщхьэу пхрыкIыр Алъп Зие и политикэ, философие Iуэху еплъыкIэрщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, пантюркист зэщIэхъееныгъэм уэсмэнлыхэр лъыкIэ зэрибийрщ.
(КъыкIэлъыкIуэнущ)
Хьэгъур Ахьмэд
Къалэдахэ Хъалиде
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "912.txt"
} |
Иджыри куэдкIэ дызыщыгугъ Мурадин
Къэралым и чемпион, Европей лъэпкъхэм я кубокыр зыIэщIэлъ, ЩIы хъурейм и кубокым и финалым тIэунейрэ нэса Къущхьэ Мурадин ящыщщ бэнэкIэ хуитымкIэ дуней псом щэнейрэ и чемпион, Олимп Джэгухэм я дыжьын медалыр къэзыхьа Махуэ Билал хиша лъагъуэ дахэм пищэну дызыщыгугъхэм. И лъэпкъэгъу цIэрыIуэми хуэдэу, ар щыбанэр килограмми 125-м нэс зи хьэлъагъхэм я дежщ, и нобэрей гъэсакIуэри Махуэм и тренер дагъыстэн щIалэ Гусейнов Магомедщ.
Къущхьэ Мурадин 1992 гъэм накъыгъэм (майм) и 20-м Кыщпэк къуажэм къыщалъхуащ. Нэхъапэм бэнэкIэ хуитымкIэ лъэрызехьэу щыта икIи къэралпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм я саугъэт лъапIэхэр мызэ-мытIэу зыIэрызыгъэхьа и адэ Сэрэждин и лъэужьым ирикIуэну зи гум изылъхьа сабийм занщIэу гъэсакIуэфI игъуэтащ. Апхуэдэу къыщIэкIащ а лъэхъэнэм Налшык щылэжьа, Украинэм щыщ тренер цIэрыIуэ Евонов Владимир.
Зи ныбжьыр илъэс 13 хъуа Мурадин ерыщу зигъасэрт, япэ ехъулIэныгъэхэри иIэт, и хэкум игъэзэжын хуейуэ и гъэсакIуэм къыщыхукъуэкIам. Лъэныкъуэхэр а щытыкIэм гупсысэшхуэм хидзащ. ГугъэфIхэр уэзыгъэщI щIалэщIэр Украинэм здишэу абы щигъэсэну мурад ищIат Евоновым, ауэ хэт зи сабий ныкъуэпIыр хамэм и гъусэу езыгъэжьэжыфынур?!
Унагъуэр куэдрэ зэчэнджэщащ. ИкIэм-икIэжым, украин тренерым дзыхьышхуэ зэрыхуащIым къыхэкIкIэ, щIалэр абы гъусэ хуащIыну траухуащ. ИкIи зэманым къызэригъэлъэгъуащи, ар захуагъэт.
- Адыгэхэм игъащIэми я хабзэу щытащ я сабийр щапхъэу къалъытэ, дзыхь зыхуащI нэгъуэщI унагъуэхэм щрагъэпIрэ, балигъыпIэ щиувэкIэ, зрашэлIэжу, - жеIэ Сэрэждин. - Апхуэдэ зэрыщымыIэжрэ куэд щIами, къытхукъуэкIа Iуэхум абы дригъэгупсысащ. Евонов Владимир куэд щIауэ сцIыхурт икIи дызэныбжьэгъут, и хьэл-щэнкIи дуней тетыкIэкIи дагъуэншэти, и гъусэу Мурадин дутIыпщыну дытегушхуащ. СщIэрт ди щIалэм абы лIы нэс къызэрыхищIыкIыфынур, зэхьэзэхуэ инхэм хэтын папщIэ Украинэм Iэмал нэхъыбэ зэрыщиIэнур.
Пелуан теплъэ пасэу зыгъуэта адыгэ щIалэщIэр Евоновым иригъэбыдылIащ Херсон дэт, физкультурэмкIэ училищэ нэхъыщхьэм. Абы щыпащащ зыгъэсэныгъэ купщIафIэхэм. Ахэр лъэужьыншэ хъуакъым икIи Украинэм зэрыIэпхъуэрэ илъэсищ нэхъ дэмыкIыу Къущхьэ Мурадин япэ дунейпсо ехъулIэныгъэр зыIэригъэхьащ. Абы дыжьын медалыр къищихьащ 2008 гъэм Литвам щекIуэкIа, ныбжьыщIэхэм я европэ зэхьэзэхуэм. Псом хуэмыдэу хьэлъащ кIэух зэIущIэр: финал ныкъуэм и тхыр зэрыщагъэузар ибзыщIри, ар утыку къихьащ. Апхуэдэу щымытамэ, дыщэри и Iэрылъхьэт. Абдежым къыщыщIэдзауэ ар зыбжанэрэ хагъэхьащ Украинэм и командэ къыхэхахэм икIи етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр мызэ-мытIэу зэпеуэ инхэм щиубыдащ.
Къущхьэ Мурадин къэкIуэну дахэ зэриIэр наIуэу къигъэлъэгъуащ Венгрием и къалащхьэ Будапешт 2010 гъэм щекIуэкIа, ныбжьыщIэхэм я дунейпсо чемпионатым. Япэ зэIущIэм абы и щхьэр къыщригъэIэтакъым Мысырым къикIа бэнакIуэм икIи ар 6:0, 6:0-у хигъэщIащ. ЕтIуанэу хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуар Урысей Федерацэм и щIыхьыр зыхъумэ, спортым дунейпсо классымкIэ и мастер, Европэм щытекIуа Хугаев Алант. Iыхьищу екIуэкIа зэпэщIэтыныгъэм адыгэ щIалэр щынэхъыфIащ. АдэкIэ къебэнар хэгъэрейхэм ящыщт. Зэпеуэм еплъыну къэкIуахэр абы хуабжьу дэщIырт икIи Iэмал имыIэу текIуэн хуейуэ трагъэчыныхьырт. АрщхьэкIэ Мурадин апхуэдэ Iэмал а щIалэм иритакъым. Дауи, псом нэхърэ нэхъ гугъуар Тыркум щыщ Акгул Тахе щебэнаращ. Иджыпсту ЩIы хъурейм щынэхъ лъэщу къалъытэ а пелуанми, ди лъахэгъур абы щыгъуэм ефIэкIащ икIи дуней псом и чемпион хъуащ. ЗэкIэ ныбжьыщIэхэм я деж.
И Iуэхухэр хъарзынэу Украинэм щыдэкIт Къущхьэ Мурадин. АрщхьэкIэ, атэлыкъ хабзэм къызэригъэуву, балигъыпIэ иува щIалэм 2013 гъэм адэжь Хэкум къигъэзэжащ икIи тренер Шэкэм Владимир и нэIэм щIэту зэхьэзэхуэхэм зыхуигъэзыру щIидзащ.
Ди къэралым и командэ къыхэхам Адлер щригъэкIуа зыгъэсэныгъэхэм ар мыгувэу щыхуэзащ абы и тренер нэхъыщхьэ Гусейнов Магомед. А гъэсакIуэращ Махуэ Билал Хасавьюрт езыгъэблагъэу, зыми къамыцIыху щIалэщIэм къыщыщIэдзауэ дуней псом щынэхъыфIхэм ящыщ зыщIар. И лъэпкъэгъу цIэрыIуэм щапхъэ трихри, Дагъыстэным и командэ къыхэхам и гъусэу зыгъэсэн щIэзыдза Къущхьэ Мурадин псынщIэ дыдэу ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьащ.
ЯпэщIыкIэ, 2014 гъэм и пэщIэдзэм къэралым и бэнакIуэ нэхъ лъэщ дыдэхэр къыщызэхуэс Ярыгиным и фэеплъ зэхьэзэхуэм ещанэ щыхъуащ. Мыгувэу абы къыкIэлъыкIуащ Якутск щекIуэкIа Урысейм и чемпионатыр. Ар Къущхьэ Мурадин и дежкIэ зэхэгъэкIыпIэ нэст.
Якутск щыIа урысей чемпионатым утыку къыщихьэжын хуеят щэнейрэ дунейпсо чемпион Махуэ Билал. АрщхьэкIэ и узыншагъэр иджыри тэмэму зэрызэтемыувэжам къыхэкIыу ар хузэфIэкIакъым. Къущхьэ Мурадин хуэфэщэну ди лъахэгъу бэнакIуэ цIэрыIуэр ихъуэжащ. Нэхъ хьэлъэ дыдэхэм (килограмми 125-м нэсхэм) я зэпеуэм абы дыщэ медалыр япэ дыдэу къыщихьащ.
А зэхьэзэхуэм адыгэ щIалэм и хьэрхуэрэгъу псори щыхигъэщIащ. Финалым ар щефIэкIащ Осетие Ищхъэрэ - Аланием щыщ, къэралым и чемпионыгъэр зыIэщIэлъ, Лондон щыIа Олимпиадэм щытекIуа Хугаев Алан. Бжыгъэр 8:3-уэ (4:0, 4:3) абыхэм я зэпэщIэтыныгъэр зэриухам ди лъахэгъум и лъэщагъыр къегъэлъагъуэ.
- Сэ сызыхущIэкъуар дыщэ медалым и закъуэщ, - жиIащ зэхьэзэхуэм иужькIэ Мурадин, - адрейхэм апхуэдэу мыхьэнэшхуэ яIэкъым. Тхьэшхуэм фIыщIэ хузощI си мурадыр къызэрызигъэхъулIам къыхэкIыу. Иджы дунейпсо зэпеуэм хэтынухэм сазэрыхэхуэнум сыщIэбэнынущ.
- Уи фIэщ хъурэт Урысей Федерацэм и чемпионатым ущытекIуэну?
- Аращ сэ Якутск сыкъыщIэкIуар. СызыхущIэкъуари сызэгупсысари сызэрытекIуэнум и закъуэщ.
- Саугъэт гуэр къыпхуагъэфэща къудейкIэ арэзы ухъунутэкъэ? - увыIэртэкъым журналистхэр.
- Сыхъунутэкъым. Сэ къэслъытэр дыщэ медалым и закъуэщ.
- Ар къызэрыпIэрыхьэнур хьэкъыу щыппхыкIар дапщэщ?
- Япэ зэIущIэм сыщытекIуа иужькIэ. Ар си дежкIэ тыншакъым - Шэшэным щыщ Дургаев Хъызыр сызэрефIэкIар зы очко закъуэщ. Ауэ абы иужькIэ къаруущIэхэр къысхыхьащ, нэхъ сытегушхуауи утыку сихьащ.
- Абы щыгъуэми етIуанэ зэIущIэр пфIахьыным зымащIэ дыдэщ иIэжар.
- Пэжщ, Осетие Ищхъэрэ - Аланием къикIа Базров Эдуард 5:1-уэ си япэ ищат, сIэщIэкIа щыуагъэр къигъэсэбэпри, зэуэ очкоиплI зыIэригъэхьауэ. АрщхьэкIэ сэри сыкъикIуэтыну зызгъэхьэзыртэкъым икIи сызэрыбэлэрыгъам сигъэгубжьат. Щыуагъэр згъэзэкIуэжыну зисчащ икIи къызэхъулIащ.
- Финалым къыщыппIэщIэта Хугаев Алан нэхъапэм уебэна?
- 2010 гъэм щыIа ныбжьыщIэхэм я дунейпсо зэхьэзэхуэм дыщызэхуэзати, Алан зымащIэкIэ сефIэкIат икIи япэ увыпIэр сыубыдат.
- Абы уи гур къыщIиIыгъа къыщIэкIынщ?
- Ар сигу къыщыкIыжар иужькIэщ. Абы щыгъуэм дыщIалэт - балигъхэм я зэпеуэр нэгъуэщIщ. БлэкIа зэманым къриубыдэу Хугаевым и зэфIэкIми хэпщIыкIыу хигъэхъуащ.
- Къэралым и чемпион ухъуа иужькIэ хэт япэу а гуфIэгъуэр зыдэбгуэшар?
- Си адэращ. Ар и щIалэгъуэм бэнащи, текIуэныгъэм и мыхьэнэр фIыуэ ещIэ, икIи сызыхэт зэхьэзэхуэхэм темыпыIэжу кIэлъыплъ зэпытщ. Си адэр мыхъуатэмэ, зыри схузэфIэкIынутэкъым.
- АдэкIэ сытхэр уи мурад?
- Сыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым згъэзэжынурэ зызгъэпсэхунущ. Сэ абы мазиплIкIэ сыщыIакъыми, си Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм сахуэзэшащ. Зы тхьэмахуэ дэкIмэ, Хасавьюрт сыкIуэжынурэ, зыгъэсэныгъэхэм щIэздзэжынущ.
Апхуэдэ псалъэмакъ щхьэпэ журналистхэм ядригъэкIуэкIат Къущхьэ Мурадин къэралым и чемпионыгъэр зыIэригъэхьа иужькIэ. 2014 гъэм Грознэ, Каспийск, Красноярск, Якутск къалэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм зэфIэкI лъагэхэр къыщызыгъэлъэгъуа ди щIалэм теухуауэ жыпIэ хъунут Урысейм и командэ къыхэхахэм и мызакъуэу дуней псом щылъэрызехьэ спортсмен къэунэхуауэ. А гугъэфIыр щIигъэбыдэжащ Польшэм и Валжбихэ къалэм а илъэс дыдэм щекIуэкIа спорт бэнэкIэмкIэ Европэм и чемпионатым. Абы хэтащ зи ныбжьыр илъэс 23-м щIимыгъуа спортсменхэр. Килограмми 125-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм Къущхьэ Мурадин къыщыпэлъэщын къыхэкIакъым. Уеблэмэ, и хьэрхуэрэгъухэм зы очкои яригъэхьакъым. Финалым 6:0-у Къущхьэм щыхигъэщIат Грузием икIа Мешвилдишвили Георгий икIи дыщэ медалыр зыIэригъэхьат.
2016 гъэм Бразилием щызэхэтыну гъэмахуэ Олимп Джэгухэм ягъэкIуэну дызыщыгугъхэм ящыщт Урысейм и чемпионатхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ щытекIуа, Европей лъэпкъхэм я кубокыр къэзыхьа, Ярыгин Иван и цIэр зезыхьэ зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуа Къущхьэ Мурадин. АрщхьэкIэ абы ирихьэлIэу Махуэ Билал и узыншагъэр зэфIэувэжри, ар Рио-де-Жанейрэ ягъэкIуащ.
Иужьу ехъулIэныгъэ ин Мурадин щызыIэрагъэхьар 2018 гъэм щIышылэм (январым) и 26 - 28-хэм Красноярск къалэм щекIуэкIа, бэнэкIэ хуитымкIэ «Иван Ярыгин» Гран-При зэхьэзэхуэращ. Абы дунейпсо мыхьэнэ иIэт икIи къыщахь увыпIэм елъытауэ ди щIалэхэр зэпеуэ инхэм зэрыхагъэтыну щIыкIэр яубзыхурт. Къапщтэмэ, Урысей Федерацэм и дежкIэ ар мазищ дэкIмэ Каспийск щызэхэтыну Европэм и чемпионатым кIуэнухэр къыщыхахым и зы Iыхьэ нэхъыщхьэт.
БэнакIуэхэм я сыт хуэдэ зэпеуэми пщIэ хэха щыхуащI нэхъ хьэлъэ дыдэхэм я зэпэщIэтыныгъэм. А лъэхъэнэм абы щыпащтыхь Махуэ Билал Красноярск щекIуэкIа зэхьэзэхуэм къримыхьэлIами, щIэблэ хъарзынэ зэриIэр наIуэ тщыхъуащ. СпортымкIэ дунейпсо классым и мастер Къущхьэ Мурадин нэхъапэми, 2015 гъэм, «Иван Ярыгин» Гран-При зэпеуэм щытекIуат икIи тегушхуэныгъэ ин хэлъу а зэхьэзэхуэми хэтащ. Килограмми 125-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж абы и хьэрхуэрэгъу псори щыхигъащIэри, финалым нэсащ. КIэух зэIущIэм къыщыпэщIэува шэшэн пелуан Хизриев Анзор адыгэ щIалэм къыпикIуэтыну зигъэхьэзыртэкъым. Уеблэмэ 1:0-у ар япэ ищат. АрщхьэкIэ Мурадин и зэфIэкI псори зэхилъхэри, текIуэныгъэр зыIэригъэхьащ икIи «Иван Ярыгин» Гран-При зэхьэзэхуэм етIуанэу дыщэ медалыр къыщихьащ.
Мазищ дэкIмэ, Европэм и чемпионатыр Дагъыстэным щекIуэкIынут. Абыи Къущхьэ Мурадин ехъулIэныгъэ инхэр щиIэну дыщыгугъырт. АрщхьэкIэ, а зэпеуэ иным щIидзэным тхьэмахуищ фIэкIа имыIэжу, Болгарием и къалащхьэ Софие ягъэкIуащ, Колев Данрэ Петров Никитэрэ я фэеплъ зэхьэзэхуэм хэтыну. И хьэрхуэрэгъухэм зы Iэмали яримыту ди лъэпкъэгъур финалым нэсащ. Абы къыщыхуэзащ дунейпсо чемпионыгъэр зыIэщIэлъ Петриашвили Гено. Бэнэныгъэ гуащIэр куржы щIалэм и текIуэныгъэкIэ иухащ икIи Къущхьэ Мурадин къаруушхуэ фIигъэкIуэдащ.
Апхуэдэу щыт пэтми, ар Европэм и чемпионатым хуэхьэзыру ирихьэлIащ. икIи, бетэмал, хэт ищIэнт адэкIэ Iуэхур зэрыхъунур Олимп чемпион, дуней псом тIэунейрэ щытекIуа Акгул Тахе финал ныкъуэм щыхуэмызатэмэ. Тырку бэнакIуэм Мурадин къыхигъэщIащ икIи медалыншэу къигъэнащ.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, а зэхьэзэхуэм ди щIалэм и тхыр аргуэру щигъэузыжащ икIи зэман кIыхькIэ зэпеуэхэм къыхэкIащ. Алъандэрэ Мурадин зегъэхъуж икIи мыгувэу утыку къихьэжыну дыщогугъ. Дэ абы и текIуэныгъэ инхэм иджыри дыпоплъэ - илъэс тIощIрэ блырэ зи ныбжь пелуаным и къару илъыгъуэ дыдэу аращ!
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "913.txt"
} |
ГъущIым къыхэщIыкIам хуэдэт Хьэпай Хьэмид
Щалъхуа икIи къыщыхъуа Адыгейм и Теучэж щIыпIэм и мызакъуэу, Хьэпай зэкъуэшхэр дуней псом цIэрыIуэ щащIащ самбэмкIэ къахьа текIуэныгъэ инхэм. Абыхэм къахэкIащ СССР-м, Европэм, дуней псом я чемпионхэр. И дуней тетыкIэр дахэу, щапхъэ трахрэ щIэблэм я гъэсакIуэу гъащIэр ирихьэкIащ дэтхэнэми. Нобэ зи гугъу фхуэтщIынур Совет Союзми Европэми я чемпион, ЩIы хъурейм и вице-чемпион, спортым и дунейпсо классымкIэ мастер, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Хьэпай Хьэмидщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, 2017 гъэм и гъатхэпэм ар и щхьэгъусэм дэщIыгъуу автомобиль зэжьэхэуэм гуузу хэкIуэдащ, и ныбжьыр илъэс 56-м щIигъуа къудейуэ.
Ацтекхэм я бзэм пэгъунэгъу «хьэпай» псалъэм «гъущI» къикIыу аращ. А мыхьэнэр ягъэпэжащ Хьэпай Исуф и къуэхэм. Езы нэхъыжьыфIри хэкум щыцIэрыIуэт. И щхьэгъусэ Гуащэнагъуэрэ абырэ бынибл зэдагъуэтат: щIалиплIрэ - Аслъэн, Арамбий, Асхьэд, Хьэмид; зэшыпхъуищрэ - Гуащпагуэ, Гуащсим, Дахэуэс. Дэтхэнэри къагъэхъуащ адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ я гъуазэу, гъащIэм къащыхуэсэбэпын щIэныгъи ирагъэгъуэтащ.
Теучэж щIыпIэм, уеблэмэ Адыгей псом, ису къыщIэкIынтэкъым Хьэпай Исуф зэрылэжьакIуэшхуэр зымыщIэ. Я къуажэм щызэхэт «Октябрь» колхозым ар и механизатор пашэт. Абы и лэжьыгъэм дихьэхащ и къуэхэри икIи щысабийм щегъэжьауэ зыхащIащ щIакхъуэ Iыхьэр тыншу къызэрыпIэрымыхьэр. Дэнэ щIыпIэ щымыIэми, щIалэхэр гъавэ Iухыжыгъуэм кърихьэлIэжырти, колхоз губгъуэм итт пщэдджыжь нэмэзым къыщыщIэдзауэ жэщыбг хъухукIэ. Исуф и IэщIагъэм япэу хуигъэса бынхэм я нэхъыжь Аслъэн иригъэджэжат Арамбий, мыдрейм и шынэхъыщIэ Хьэмид Iуэхум хуэIэижь ищIыжат. Зэадэзэкъуэхэм зэгъусэу комбайнхэр щагъэлъащэм и деж уеплъыну гухэхъуэт. Ахэр щIыналъэм щынэхъыфIхэт икIи псори зэрыгушхуэт. Мис апхуэдэу зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдэпсэурт, зэдэлажьэрт Хьэпай Исуф и унагъуэр - зэкъуэшиплIрэ зэшыпхъуищрэ къызыщIэхъуэр. Къыщыхъуа щыIэкъым бынхэм адэ-анэр щагъэукIыта, хуэмыфащэ къыщыжрагъэIа. Уеблэмэ, зыхэтхэм фIы и лъэныкъуэкIэ сыт щыгъуи къахэщырт.
ЩIалэхэр самбэм пасэу дихьэхащ. Ахэр щысабийм хуабжьу ехъуапсэрт «СССР-м спортымкIэ и мастер» бгъэхэIур зыхэлъ я къуажэгъу Мэшлокъуэ Рэмэзан уэрамым щрикIуэкIэ икIи абы и Iэпкълъэпкъ зэкIужымрэ и зыIыгъыкIэ уардэмрэ зрагъэщхьыну хущIэкъурт. Куэблэ Екъуб и япэ гъэсэнхэм ар ящыщт. ИужькIэ Iэщын Алий Таухьэблэ къигъэзэжащ. Ари спортым и мастерт икIи и гъэсэнхэр зэхуишэсу щIидзащ. Хьэпай зэкъуэшхэр зэуэ абы кIуащ. Iэщыным и деж зыщызыгъэсэну хуейхэр куэдыкIейт. Уеблэмэ, ахэр гъунэгъу къуажэхэми къикIырт, гъуэгуанэ кIыхьхэр зэпачу. Абыхэм ящыщ куэд самбэм цIэрыIуэ ищIащ.
- Си къуэш нэхъыщIэ Хьэмид зэфIэкIышхуи бгъэдэлътэкъым икIи IэмащIэлъэмащIэт. Ар зыкIи къащхьэщыкIыртэкъым самбэм зыхуагъэсэну щIэхъуэпсу адрей къекIуэлIахэм. Къаруушхуи иIэтэкъым, - игу къегъэкIыж Хьэмид и къуэш нэхъыжь Совет Союзми, Европэми, дуней псоми куэдрэ я чемпион, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ щIыхь зиIэ я тренер Хьэпай Арамбий. - Ауэ и ерыщагъыр! Абы псори иригъэкъужащ икIи, зэфIэкIи къаруи иригъэгъуэтри, илъэс пщыкIухкIэ спортым ехъулIэныгъэ инхэр щригъэIащ.
Хьэмид илъэсиблкIэ Арамбий нэхърэ нэхъыщIэт. Езыр къыщыжэпхъам и къуэш нэхъыжьыр ЩIы хъурейм щыцIэрыIуэт икIи абы и щапхъэм темытынкIэ Iэмал иIэтэкъым. ЖыпIэну ирикъунщ Хьэмид зыгъэсэн щыщIидза 1975 гъэм Арамбий дунейпсо чемпион зэрыхъуар. Адрей и шынэхъыжьищми самбэм ехъулIэныгъэхэр щаIэт. Арати, езы Тхьэшхуэм иубзыхуат и къэкIуэнур зыхуэдэр.
Шэч хэлъкъым, Хьэмид и гъащIэм Арамбий увыпIэшхуэ щиIыгъащ. Спортым щиIэ ехъулIэныгъэ инхэм къищынэмыщIауэ, ар здэкIуа бэнакIуэхэр щагъасэ секцэм и къуэш нэхъыжьым пщIэшхуэ щиIэт и псалъэри щыпхыкIырт. КъищынэмыщIауэ, блэкIа лIэщIыгъуэм и блыщI гъэхэм адыгэ бэнакIуэхэм я цIэр дуней псом цIэрыIуэ щыхъуати, хэти абыхэм ещхь хъуну щIэхъуэпсырт.
Хьэмид ерыщу зыщигъасэрт Совет Союзым щIыхь зиIэ и тренер Щхьэлахъуэ Валентин и деж. Абы и нэIэ тригъэт зэпытт и къуэш нэхъыжьми. Гугъуехь мыухыжхэр псыхэкIуадэ хъуакъым - и ныбжьыр илъэс тIощIым иту Хьэпай Хьэмид Совет Союзым щIалэгъуалэм я деж самбэмкIэ и вице-чемпион хъуащ икIи «спортым и мастер» цIэр къыфIащащ. А гъэ дыдэм Курск дзюдомкIэ щекIуэкIа союзпсо зэхьэзэхуэм щытекIуэри, а лIэужьыгъуэмкIи спортым и мастер хъуащ.
Абдежми щаухакъым Хьэпайм 1980 гъэм иIа ехъулIэныгъэхэм: Рязань щыIа, Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и чемпионатымрэ Мейкъуапэ щызэхэта, Совет Союзым и ЛIыхъужь Андырхъуей Хъусен самбэмкIэ и союзпсо зэпеуэмрэ бжьыпэр щиубыдащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Хьэмид бэнэкIэ лIэужьыгъуитIыр Iэзэу къызэдигъэгъуэгурыкIуэрт.
Абы и щIалэгъуэр тыншауэ пхужыIэнукъым. Зэманыр зыгъэсэныгъэхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ къанэ щымыIэу текIуадэрт. И гур къыщIэзыIыгъэр текIуэныгъэ инхэрт. 1980 - 1982 гъэхэм ар плIэнейрэ щытекIуащ Урысей Федерацэм дзюдомрэ самбэмкIэ щызэхэта зэпеуэхэм, Совет Союзым и щIалэгъуалэ чемпионатым етIуанэ щыхъуащ. А псоми къадэкIуэу курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт пщыхьэщхьэ школымрэ автотранспорт техникумымрэ щеджэрт. ГурыIуэгъуэт Арамбий ар зэрытримыгъэхьэулеикIыр. Псоми ялъагъурт щIалэщIэр егъэлеяуэ гугъу зэрехьыр. Ауэ хэтыт езы Хьэпай Арамбий дыдэм пэувыфынур?! Къуэш нэхъыжьым игъэбелджылы хуэдэт Хьэмид и зэфIэкIыр здынэсыр.
Мыгувэу дзэм къулыкъу щищIэну дашащ. А лъэхъэнэм къэралым и бэнакIуэ цIэрыIуэхэм Мейкъуапэ дэт гарнизоным и спорт ротэм ар щрахьэкIырти, абы къагъэнэнут. АрщхьэкIэ Арамбий идакъым икIи армэр зищIысыр къищIэн, гугъуехьхэр нэсу зыхищIэн, псыхьа хъун папщIэ Хьэмид къызэрыгуэкI лъэсыдзэм хигъэхьащ. А псори игъэва иужькIэщ Мейкъуапэ къыщригъэдзыжар.
Хьэмид зыхуигъэхьэзырырт СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я чемпионатым хэтыну. Ар мыхьэнэшхуэ зиIэт. Ауэ 1982 гъэм фокIадэм и 13-м (а махуэр игъащIэкIэ игу къинащ) и блыпкъыр къутащ. Арати, зи ныбжьыр илъэс тIощIрэ тIум нэсауэ зи къаруилъыгъуэ дыдэ щIалэр зэман кIыхькIэ спортым пэIэщIэ хъуащ.
Тренировкэхэм я пIэкIэ дохутырхэм я деж махуэ къэс кIуэуэ щIидзащ. Дзэм къыхагъэкIыжащ, бэнакIуэхэр щагъэхьэзыр школри къыхуэмеиж хъуащ. А псоми хэти гузэрыдзэ иригъэщIынт, ауэ Хьэмид и ерыщагъ иныр гугъуехь къызэрымыкIуэхэм пэлъэщащ. Я щIыпIэм щыIэ щагъэхъуж-физкультурэ диспансерым и дохутырхэм и узыншагъэр яIэщIилъхьащ. Абыхэм щIалэщIэм и Iэр кърагъэутIыпщыжа къудейкъым, атIэ дзэ къулыкъущIэхэм хьэкъ щащIащ Хьэмид адэкIи лъэщу зэрыбэнэфынур икIи текIуэныгъэхэр зэрызыIэригъэхьэфынур.
- 1984 гъэм Арамбий зигъэсэн щIидзэжащ, - игу къикIыжырт Хьэмид. - Ар спортсмен Iэзэт икIи тренер гъуэзэджэти, фIы куэд къысхилъхьащ. Абы щыгъуэми Арамбий си къуэш нэхъыжьу зэрыщытми гугъу сыщригъэхьа, лъэпощхьэпохэр къыщысхуигъэува мызэ-мытIэу къэхъуащ. Къапщтэмэ, фэтэр къызатыну е а зэманым зэпэубыдауэ щыта автомашинэ къызагъэщэхуну сылъэIуамэ, ар си Iыхьлы цIэрыIуэм щхьэкIэ пхагъэкIыу къащымыхъун папщIэ, къызэпаудырт. И гупым сыхигъэхьэн и пэ къихуэу Арамбий Iуэхугъуэ зыбжанэ къыспиубыдащ. Абыхэм ящыщ зыт институт сыщIэтIысхьэныр. ЗалымыгъэкIэ спортфакым сыщIигуауэ жыпIэ хъунущ. Ар сыт хуэдэу щыгуфIыкIрэт иужькIэ дипломыр къыщызатыжам! Иджы, дауи, сэ абы фIыщIэ мыухыж хузощI.
ИлъэситIкIэ фIэкIуэдар иригъэкъужыну хуэпIащIэу Хьэмид зыгъэсэныгъэхэм пэрытт. Шынэхъыжьым ар псынщIэу къызэфIигъэувэжащ икIи 1985 гъэм къыщыщIэдзауэ зэхьэзэхуэ инхэм хыхьэжащ. Ар Iуэху тынштэкъым, ауэ абыи пэлъэщащ. Пэлъэща къудейкъым, атIэ и пщIэр лъагэу иIэтащ,1987 гъэм Совет Союзым самбэмкIэ и чемпионатым килограмм 90-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и финалым илъэс куэд щIауэ зыри зыпэмылъэщ, СССР-м бгъуэнейрэ и чемпион, Европэм - тIэунейрэ, дуней псом щэнейрэ щытекIуа, Омск щыщ Пушницэ Александр щыхигъащIэри. Абы Хьэпай Хьэмид кърита дэрэжэгъуэмрэ тегушхуэныгъэмрэ пхуэмыIуэтэжынщ. КъыкIэлъыкIуэу ар дунейпсо чемпионатым ягъэкIуащ икIи Италием и Милан къалэм дыжьын медалыр IэщIэлъу къикIыжащ.
1987 гъэм Хьэмид Европэм щытепщэ хъуащ. Инджылызым и Хери-Бей къалэм щызэхэта чемпионатым абы къыщыпэлъэщын къыхэкIакъым.
Дахэ дыдэуи спортым хэкIыжащ Хьэпай Хьэмид. 1991 гъэм Мейкъуапэ щекIуэкIа, СССР-м и Кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэм щытекIуауэ бэнэныр щигъэтащ.
АдэкIэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэм пэрыуващ. И гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIа и къуэш Арамбий дэщIыгъуу илъэс куэдкIэ щылэжьащ бэнакIуэхэр щагъэхьэзыру Мейкъуапэ дэт школым. Абы и гъэсэнхэм къахэкIащ къэралпсо, дунейпсо утыкухэм текIуэныгъэ инхэр къыщызыхьахэр. Зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIкIи ирагъэблагъэ зэпытт дунейпсо категорие зиIэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэм и судейскэ коллегием и унафэщI, «Урысей Федерацэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам папщIэ» дамыгъэ лъапIэр зыхуагъэфэща Хьэпай Хьэмид.
Гугъэ, хъуэпсапIэ куэдхэри гъащIэм абы щиIэт. АрщхьэкIэ ахэр зэуэзэпсу къызэпиудащ Адыгейск - Мейкъуапэ гъуэгум илъэситIрэ ныкъуэрэ и пэкIэ къыщыхъуа нэщIэбжьэм: автомобиль зэжьэхэуэм хэкIуэдащ Адыгейми, къэралми, дунейми пщIэшхуэ щызиIэ, Совет Союзымрэ Европэмрэ я чемпион, ЩIы хъурейм и вице-чемпион, дунейпсо классымкIэ спортым и мастер, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Хьэпай Хьэмидрэ абы и щхьэгъусэ, ГъуазджэхэмкIэ республикэ колледжым, Тхьэбысымым и цIэр зезыхьэм, и унафэщI Замирэтрэ. Я ахърэтыр нэху Алыхьым ищI!
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "914.txt"
} |
Псэм и гъуджэ
Фэеплъ
Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм, щIэблэм я гъэсэныгъэм, хабзэм, нэмысым ехьэлIа лэжьыгъэ куэд зэфIэзыха хэкупсэхэм ящыщщ УФ-м и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я союзхэм хэта, зи лэжьыгъэфIым папщIэ «Урысей Федерацэм цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и отличник» цIэр, дамыгъэ лъапIэ, щIыхь, фIыщIэ тхылъ куэд зыхуагъэфэщауэ щыта тхакIуэ, журналист, егъэджакIуэ цIэрыIуэ, щIэблэм я узэщIакIуэ Жылау Нурбий Хьудин и къуэр. Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Зеикъуэ къуажэм ар 1931 гъэм къыщалъхуащ. Илъэс 55-м нэскIэ а цIыху щыпкъэр пэрытащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм. Жылаур лэжьащ школ директору, къуажэм, районым тхыдэмкIэ я музейхэм я унафэщIу.
Зи сабиигъуэр Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэ хьэлъэхэм хиубыда цIыху мелуанхэм ящыщащ Нурбий. И адэ Хьудинрэ и анэ Чэзибанрэ зэдагъуэта бынищым я нэхъыжьыр арат. И ныбжьыр илъэси 10-м нэсауэ, 1940 гъэм и адэр, къыкIэлъыкIуэ илъэсым и анэр дунейм ехыжащ. Ибэу къэнауэ щыта Нурбий, Жанпагуэ, Анатолэ (ахэр сабий цIынэт) сымэ япIыжащ я адэшхуэ-анэшхуэм. Апхуэдэ гугъуехьхэм къызэфIагъэщIэфакъым щIалэ ерыщыр. «МылIэр лIы мэхъу», жыхуаIэрати, ишэча гугъуехьхэмрэ щыщIэныгъэхэмрэ бэшэчагърэ быдагърэ зыхалъхьа Нурбий гъащIэм хэувэфащ цIыху нэсу, пэжу икIи екIуу.
ЗэрыцIыкIу лъандэрэ ар дихьэхырт литературэм, апхуэдэуи фIэфIт адыгэ хъыбарыжьхэр, таурыхъхэр, псалъэжьхэр зэхуихьэсын. Езыми итхырт усэ цIыкIухэр, рассказ кIэщIхэр, очерк зэщIэкъуахэр. А тхыгъэхэм ящыщ куэд пасэу къытрадзащ районым, республикэм къыщыдэкI газетхэм, нэхъ иужьыIуэкIэ «Iуащхьэмахуэ» журналми къытехуэу хуежьащ. Тхэныр зи псэм хэлъ щIалэм ар IэщIыб ищIакъым, ди университетым и етIуанэ курсым щIэкIыу Хэкум къулыкъу хуищIэну дзэм щыдэкIами.
А къалэныр щIыхь пылъу ирихьэкIри, щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжащ Жылаум икIи куэд дэмыкIыу къуажэ школым лэжьэн щыщIидзащ, КъБКъУ-ри зэрылажьэм хуэдэурэ къиухыжащ. «Адыгэ лъэпкъхэм я таурыхъхэр» - арат зэреджэр Нурбий итха диплом лэжьыгъэм. ЗэрыцIыкIурэ дэзыхьэхыу щыта а унэтIыныгъэмкIэ, шэч хэмылъу, абы иIэт жиIэн гъэщIэгъуэн куэд. Аращ а къэхутэныгъэ купщIафIэр куэдым хьэлэмэт ящыхъуауэ щIыщытари, фIы дыдэу къыщIалъытари.
Жылау Нурбий лэжьащ Зеикъуэ дэт курыт школ №4-м и унафэщIу, иужькIэ курыт школ №1-м и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэу. ГъащIэм нэхъыщхьэ дыдэу къыщилъыта Iуэхугъуэхэм ящыщ егъэджакIуэ IэщIагъэм цIэрыIуэ ирихъуауэ щытащ ар. Къарурэ щIэныгъэу иIэр абы ирихьэлIащ щIэблэр гъэсэным, узэщIыным, гъуэгу захуэ тегъэувэным. Хэкур фIыуэ ялъагъуу, хабзэрэ цIыхугъэрэ яхэлъу сабийхэр къэгъэтэджыныр лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхушхуэу къилъытэу щытащ абы. ЗэрылъэкIкIи абы папщIэ куэд илэжьащ, езым и гъащIэ щапхъэри лъэпкъым и цIыху щэджащэхэм я дуней тетыкIари къигъэсэбэпурэ.
ИгъащIэми жаIэ: «Нэр псэм и гъуджэщ». Нурбий и гъэсэну щытахэм ноби ягу къагъэкIыж я егъэджакIуэ щэджащэм, унэтIакIуэ Iущым и нэм къыщIихыу щыта хуабагъэр. «Нурбий и нэхэм нэгъуджэ яIулът, арщхьэкIэ сыт хуэдэ абджыпсым хуэIыгъынт ди егъэджакIуэм и нэм къыщIих нэхугъэр! Нэгъуджэм къыкIуэцIрыкIыурэ ар къипсэрт дэтхэнэ зыми ди гум, абы и бзийхэр лъэIэсырт ди псэм…» Къуажэм дэс дэтхэнэ унагъуэри ицIыхурт абы, щыгъуазэт хэт и сабий сыт хуэныкъуэми икIи дапщэщи хьэзырт гукIи псэкIи зыкъыпщIигъэкъуэну, чэнджэщ къуитыну.
Насыпыр Iыхьэ куэду зэхэлъщ. Езым епхьэлIэмэ, абыхэм ящыщ зыуэ Нурбий къилъытэрт егъэджакIуэ IэнатIэм зэрыпэрытыр, гу къабзэрэ псэ нэхурэ зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэм махуэ къэс уахуэзэныр, уепсэлъылIэныр, уи гурылъхэмкIэ ахэр къыбдэгуэшэныр, уэри уи псэр къахузэIупхыныр. «Ди еджакIуэхэм дерсхэм щIахын хуейр щIэныгъэ куум и закъуэкъым, атIэ ахэр зэхэщIыкI яIэу, цIыху хэтыкIэ ящIэу, мурадхэр ягъэувыфрэ ахэр зрагъэхъулIэфу дгъэсэн хуейщ. Ауэ щыхъукIэ, абыхэм дахэтын хуейщ жэуаплыныгъэ ин зыхэтщIэу, дигури ди псэри яхузэIухауэ, дэтхэнэми бгъэдэлъ зэчийр къызыкъуедгъэхыфрэ и зэфIэкIыр и фIэщ тщIыжу. Сабийм занщIэу зыхещIэ гущIыIагъымрэ гухэщтыншагъымрэ».
УнэтIакIуэ Iэзэм, гъэсакIуэ икIи егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм иригъэджахэм къахэкIащ ди республикэм и IуэхущIапIэ куэдым цIэрыIуэ щыхъуа лэжьакIуэ пашэхэр. Абыхэм яхэтщ дохутыри егъэджакIуи, щIэныгъэлIи къэхутакIуи, тхакIуи усакIуи, мэкъумэш IэщIагъэлIи инженери, щэнхабзэ лэжьакIуи къэрал къулыкъущIи. Я IэщIагъэкIи зрагъэгъуэта щIэныгъэкIи ахэр зэхуэмыдэми, псори зэтохуэ я лъэпкъ гупсысэкIэ, яхэлъ хабзэмрэ нэмысымкIэ. Апхуэдэ хэкупсэхэм ящыщщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Унэж Хьэсэн, Пщыгъуэтыж Алий, Къущхьэ Хъусен, Шыгъушэ Хьэбас, Къазий Ахьмэд, Сэбаншы Хъулимэт, Хьэмыкъуэ Лизэ, Шафий Iэминат, Щомахуэ Мухьэмэд, Къарэнашэхэ Розэ, Валентинэ, Руслан, нэгъуэщIхэри. Нурбий ныбжьэгъу пэжу икIи лэжьэгъу акъылыфIэу иIащ АбытIэ Хьэжмурат.
КъызыхэкIа унагъуэкIи зыщыщ лъэпкъкIи цIыхухэр зэи зэхэгъэж ищIакъым Нурбий. Ди республикэм, къэралым и лъэпкъыбэ щэнхабзэм хуэкIуэрт абы езым и унагъуэри. Нурбий ипхъу Мадинэ жиIэрт: «Си адэр адыгэщ, си анэр осетинщ. Си ныбжьэгъу хъыджэбз цIыкIум и адэр тэтэрщ, и анэр урысщ. Дэтхэнэми дощIэ бзитI-щы, дыщыгъуазэщ лъэпкъитI-щым я хабзэхэмрэ щэнхабзэмрэ. Апхуэдэ Iуэху щытыкIэм дэ псэкIэ нэхъ къулей дещI».
Лъэпкъ щэнхабзэм нэхъри зегъэужьыным хуэгъэпсат Нурбий езым и унэм къыщызэригъэпэщауэ щыта библиотекэр. Тхылъ миниплI хъу фондыр иужькIэ абы къуажэм тыгъэ хуищIауэ щытащ. Библиотекэм тхылъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щIэлъщ: щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, мэкъумэш щIэным теухуахэр, унагъуэкIэ сэбэп хъуну чэнджэщхэр зэрытхэр, художественнэ литературэ, сабийхэр я ныбжь елъытауэ зэджэ хъунухэр. Ипэ зэманхэм абы цIыху куэд къекIуалIэрт. Абы и бжэр сыт щыгъуи зэIухат, цIыхухэм къыхах тхылъхэр езыхэм я карточкэхэм иратхэжырт, ахэр къахьыжмэ, нэгъуэщI къащтэу. Жылаур сыт щыгъуи хущIэкъурт библиотекэм тхылъыщIэ зэрыщIилъхьэным: къуажэдэсхэм гъащIэм къащыхуэсэбэпыну къилъытэ зы тхылъи блимыгъэкIыу къищэхурт. Библиотекэр унейуэ щыт щхьэкIэ, ар зыхуэлажьэри зейри цIыхубэрт.
Апхуэдэу Нурбий, и ныбжьэгъухэр зыдигъэIэпыкъуурэ, къуажэм къыщызэригъэпэщауэ щытащ хэкурыдж музей. Къэралым и хъыбарыщIэ псори цIыхубэм езыгъащIэу щыта ТАСС-м 1967 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м къитауэ щытащ: «Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуахащ а щIыналъэм щыяпэ къуажэ хэкурыдж музей. Адыгэ лъэпкъ тхыдэм ехьэлIа хьэпшып хьэлэмэт куэд щызэхуэхьэса а музейм и къызэгъэпэщакIуэщ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Зеикъуэ къуажэм дэт курыт школым анэдэлъхубзэр щезыгъэдж Жылау Нурбий. Хэкупсэм ар тыгъэ яхуищIащ и къуажэгъухэм».
Къэралпсо радиомкIэ апхуэдэ хъыбар къатын папщIэ, сыт хуэдиз лэжьыгъэ епхьэлIауэ щытын хуейт а IуэхущIапIэм?! Еш жыхуаIэр зымыщIэ хэкупсэм зэхуихьэсыжащ ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм и тхыдэм епха хьэпшып, сурэт, фащэ, нэгъуэщI Iэмэпсымэ куэд. ИужькIэ абыхэм хигъахъуэ зэпыту, езым и ахъшэкIэ щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщищэхуу щытащ.
Музейр зыхуей хуэзэнымкIэ Нурбий дэIэпыкъуэгъушхуэ къыхуэхъуауэ щытащ Бгъэжьнокъуэ Хьэчим, Куп Чэрим, Къэрмокъуэ Мэлил, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Кэцыбей Риммэ, Къэрмокъуэ Мухьэмэд сымэ. Абы щIэлъщ Зеикъуэм и цIыху цIэрыIуэхэм ятеухуа тхыгъэхэр, сурэтхэр, музейм и Iыхьэшхуэ еубыд Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къыщыхьыным зеикъуэдэсхэм хуащIа хэлъхьэныгъэм, Польшэм, Чехословакием, Сирием, Иорданием, Германием, Голландием, Тыркум, нэгъуэщI хамэ къэралхэм щыщу Зеикъуэ щыхьэщIахэм ятеухуа тхыгъэхэр, абыхэм къуажэм тыгъэ къыхуащIа тхылъхэр, сурэтылъэхэр щIыгъуу. Музейр пыщIауэ щытащ Абхъазым, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм, Москва, Санкт-Петербург, Орёл, Ульяновск, Псыхуабэ къалэхэм дэт апхуэдэ IуэхущIапIэхэм. А музейр къызэрызэригъэпэщам папщIэ Жылау Нурбий къратауэ щытащ Жуковым и орденыр.
Адыгэ лъэпкъ гъэсэныгъэм и щэхухэм, абы и Iэмалхэмрэ чэнджэщхэмрэ щыгъуазэ дахуэзыщI тхылъ зыбжани къызэринэкIащ Нурбий. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Щэнгъасэ», «Унагъуэ тхылъ», «ЩIэблэфIыр фIыгъуэшхуэщ», «Куп Исмел-хьэжы», «ТIэмрашэ и дэфтэр», «ЩIэблэр - гугъапIэщ» жыхуиIэхэр. И тхылъхэм ящыщ зым и пэублэ псалъэм езым зэрыщыжиIауэ, ахэр зыхуэгъэзар егъэджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ я закъуэкъым, атIэ щалъхуа Хэкум хуэпэжу, ар хъумэным хуэхьэзыру, къэралым и хъугъуэфIыгъуэхэр гъэбэгъуэным, и лъэщагъыр гъэбыдэным, мамырыгъэм я телъхьэу, я гур къабзэрэ я бзэр дахэу, хьэл-щэныфIэу, цIыху нэсу, хэкупсэу щIэблэр къэгъэтэджыным хущIэкъу дэтхэнэми я дэIэпыкъуэгъущ.
ЕгъэджакIуэ, гъэсакIуэ, узэщIакIуэ къудейтэкъым Нурбий. Ар апхуэдэуи журналистт, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшт. Жылаум и тхыгъэ купщIафIэхэр радиомкIэ щIэх-щIэхыурэ къатырт, «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэм къытехуэрт. ЦIыху хэтыкIэ дахэ зиIа Нурбий «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIауэ щытащ ауан, гушыIэ хъыбархэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжани: «Сатыр пIаскIуэхэр», «Дизкъуажэ», «Дизкъуажэ мэгушыIэ», «Хъуэжэ и таурыхъхэр», «Дизкъуажэрэ Хъуэжэрэ», нэгъуэщIхэри. Лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэт абы бгъэдэлъ зэчийр. ЩыIэщ Нурбий итха усэ гупи. Абыхэм ящыщ зым, Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуам, макъамэ щIилъхьащ абы и къуэ нэхъыжь Арсен. Нобэ ар щагъэзащIэ хэкум, тхыдэм, лъэпкъ хабзэм тегъэпсыхьа зэIущIэхэм, пшыхьхэм.
НэгъуэщI жылагъуэ лэжьыгъэхэми хуэжыджэрт Жылаур. ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм пщIэшхуэ щиIэти, жылэр зэдэарэзыуэ ар хахауэ щытащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и щIыпIэ къудамэу ди къуажэм къыщызэрагъэпэщам и тхьэмадэу. Абы кърагъэза дзыхьыр игъэпэжу илъэс куэдкIэ а къалэнри зэрихьащ, егъэджэныгъэ лэжьыгъэм щIыгъуу.
ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, лъэпкъ Iуэхур, хэкупсэ гъэсэныгъэр егъэфIэкIуэным и гъащIэ псор тыхь хуищIащ Жылау Нурбий. Сыт хуэдэ зэмани абы и щIыбагъ къыдэтащ и унагъуэ дахэр. Нурбий и щхьэгъусэ Таиси егъэджакIуэт, абы илъэс 35-кIэ щIэблэм яригъэджащ есэпыр. Зэщхьэгъусэ щэджащэхэм яхуэфащэ дыдэщ я бынхэри, абыхэм къащIэхъуа щIэблэри. Унагъуэм я бын пажэ Арсен егъэджакIуэщ. Илъэс 30-м щIигъуауэ и унафэщIщ Зеикъуэ дэт макъамэ школым, и адэм ирихьэжьа Iуэху дахэхэр адэкIэ зыгъэкIуатэ хэкупсэщ. И уэрэдхэр щызэхуэхьэса тхылъи 4 къыдигъэкIащ Арсен. Ар и пашэщ «Кавказ» уэрэджыIакIуэ гупым, жылэм дэт сабий садым и гъэсэн цIыкIухэми макъамэмкIэ ядолажьэ. Арсен и щхьэгъусэ Лолэ Зеикъуэ дэт курыт школ №3-м и унафэщIщ. Абыхэм я бынхэу Аланрэ Саидэрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ, зыщIэхъуэпс IэщIагъэ зрагъэгъуэтащи, я ехъулIэныгъэхэмкIэ нэхъыжьхэр ягъэгуфIэ. Алан аспирантурэри къиухыну хунэсащ, КъБКъУ-м и егъэджакIуэщ.
Нурбийрэ Таисэрэ я хъыджэбз закъуэ Мадинэ ГъукIэлIхэ я нысэщ. Ар фармацевтщ. И щхьэгъусэ Заурбэчрэ абырэ бынитI зэдагъуэтащ: Муратрэ Салимэрэ. Мурат и адэ-анэм я гъусэу Налшык щопсэу, щолажьэ. Салимэ маркетинг IэщIагъэм Прагэ щыхуеджащ, абыи щолажьэ.
Унагъуэ дахэм я къуэ нэхъыщIэ Руслан «АРТ» компанием и унафэщIщ. Абы и бынитIыр, Жамболэтрэ Темболэтрэ, иджыри еджакIуэщ: зыр студентщ, адрейр школакIуэщ.
И лъэпкъэгъухэм, къуажэгъухэм, гъэсэнхэм я деж Жылау Нурбий къыщилэжьа пщIэмрэ фIыщIэмрэ куэд мэхъу. Щапхъэ зытрах адыгэлI щэныфIэт, гуапэт ар, жьыми щIэми чэнджэщэгъу ящI цIыху губзыгъэт. Апхуэдэущ ар зыцIыхуу щыта псоми дигу къызэринар.
МЭРШЭНКЪУЛ Хьэсэнбий, егъэджэныгъэм и ветеран, Зеикъуэ щызэхэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "915.txt"
} |
Инал нэхърэ нэхъ губзыгъэ къахэкIакъым
Телъыджэ
2011 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м Леон къалэм «Европэм и Кубокым» щхьэкIэ щызэпрагъэуа шы хэплъыхьахэм япэ увыпIэр къыщихьауэ щытащ Деберт Джули зытеса къэбэрдеиш Инал.
Инал дунейм къыщытехьар Словакиеращ. Адыгэш зезыхуэхэмрэ фIыуэ зылъагъухэмрэ и зэгухьэныгъэу Словакиемрэ Чехиемрэ щыIэм и унафэщI Марковэ Евэ и деж. И анэр, шыщIэр и ныбэм илъу, Къармэхьэблэ ирашауэ щытащ.
- Адыгэшыр, Урысейм и щIыпIэ зыбжанэм нэмыщI, хамэ къэралу бгъум щызэрахуэ. Шы бжыгъэр къэтхутэн папщIэ (бонитировкэ), шыщIэ къащIэхъуахэр адыгэшым и къэрал тхылъым иттхэн щхьэкIэ илъэс къэс а щIыпIэхэм дыкIуэурэ, лэжьыгъэ щыдогъэкIуэкI, - Iуэхум щыгъуазэ дещI Амщокъуэ Хьэжысмел. - Хамэ къэралхэм нобэкIэ шы 800 ди нэIэ тету щыIэщ, ар мащIэкъым, адэкIи хагъэхъуэну я мурадщ. Ахэр псори Адыгэшым и Къэрал тхылъым идотхэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм щыIэ шыбз бжыгъэр ирикъуркъым ахэр хуит пщIыну, Адыгэшым и Къэрал тхылъ езыхэм къыдагъэкIын папщIэ.
А дызытепсэлъыхьа лэжьыгъэр Европэм щедгъэкIуэкIыу, Марковэ Евэ и шы пщыIэм дытету, Инал къэтлъэгъуащ. Абы щыгъуэ ар илъэсиплI хъуат. И зэфIэлъыкIэкIи и хьэлкIи уигу иримыхьынкIэ Iэмал иIэтэкъым. «Мыр зэрыадыгэшри къыхэщу, абы теухуауэ мыхьэнэ иIэу, абы нэмыщIи жыIэгъуафIэу цIэ схуфIэфщ», - жиIэри Евэ къыдэлъэIуати, Инал фIэтщри, тхылъми апхуэдэцIэкIэ иттхэжат. Куэд дэмыкIыу, шым и хъыбар зэхиха нэужь, теплъэ дахэ зэриIэр ИнтернеткIэ щилъагъум, хуабжьу игу ирихьри, Евэ деж Деберт Джули кIуащ. Шыри зыIэригъэхьэри, Франджым, Баск щIыналъэм ишат.
«Элита» шы хэплъыхьахэм папщIэ Европэм зэпеуэшхуэхэр щрагъэкIуэкI уанэшыгъэкIэ зэпрагъауэу: шым игу-и щхьэ зэрызэтелъыр, цIыхум зэредаIуэр, кIэщIу жыпIэмэ, и губзыгъагъэр здынэсыр зэхагъэкI. Илъэсищ-плIыкIэ апхуэдэ зэхьэзэхуэм Джули Инал хуигъэхьэзыращ. Шым хузэфIэкI хъуахэр игу ирихьри, зэхьэзэхуэм езыри хыхьэну тегушхуащ. Джули зэпеуэхэр зэрекIуэкIыр къысхуитх зэпытт: «Мис, район зэпеуэм сокIуэри, нэгъуэщI мыхъуми, ещанэ увыпIэр къэсхьамэ арат». Сытми, зэпеуэ цIыкIум щытекIуэмэ, нэхъ иным хыхьэурэ, Франджы псом бжьыпэр щиубыдащ. «Европэм и Кубок» зэпеуэм и Iыхьэр Леон къалэм 2011 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м щекIуэкIащ. Абы и пэ къихуэу, мыпхуэдэу къитхауэ щытат: «Зэхьэзэхуэшхуэ сокIуэ, нэгъуэщI мыхъуми, епщIанэ увыпIэр къэсхьамэ, сехъулIат, адыгэшым и лIыгъэр нэхъыбэм къащIэнт, къытпеуэхэми дахурикъуат итIанэ». Инал япэ увыпIэр абыи къыщихьащ, къыпеуа шы лъэпкъ 17-м ящыщхэм балл куэдкIэ ящхьэщыкIыу. Дэ иджыри къэс дгъэунэхуар шым и къару, и бэшэчагъ, псынщIагъ хуэдэхэрат. Абы уегъэлъагъу лъэпкъ зызыужьам и гъусэу къэгъуэгурыкIуэ псэущхьэхэм яхузэфIэкIынум гъунэ зэримыIэр. ЩIэныгъэм пэIэщIэу къэхъуахэр абы зэи ещхь хъунукъым.
Абдеж щегъэжьауэ, адыгэшым Франджым нэхь мыхьэнэ щрат хъуащ, уеблэмэ Франджым шым кIэлъыплъынымкIэ лъэпкъ къэхутакIуэ институтым адыгэшым елэжьыну мурад ищIащ. Инал абы къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм къыкIэлъыкIуащ 2012 гъэм Вилленбринк Герхард и шы пщыIэм Пиренеи щIыпIэм адыгэшым теухуа зэхуэсышхуэ щрагъэкIуэкIар. А зэхуэзэм къекIуэлIат Европэ къэралхэм къикIахэри. Урысейм щыщу зэхуэсым ирагъэблэгъащ адыгэш зезыхуэхэу Мэзкуу, Краснодар крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм щыщхэр, нэгъуэщIхэри. Адыгэш лъэпкъым зегъэужьыным теухуауэ екIуэкIа а зэхуэсым къыщащта унафэхэм ящыщт Франджым адыгэш щызезыхуэхэмрэ абы гулъытэ хуэзыщIхэмрэ я зэгухьэныгъэр къызэгъэпэщыныр, абы и унафэщIу Джули хахауэ щытащ. Урысейм щыщу зэхуэзэм хэтахэри щIыхь яIэу я зэгухьэныгъэм хатхащ. Зэхуэзэм иужькIэ Польшэм Адыгэш зыгъэхъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Банач Себастьян и машинэмкIэ дыкъыщришэкIащ Европэм щыщ щIыналъэхэу адыгэш щызэрахуэ къэралибгъум.
Адыгэш нэхъыбэу здэщыIэ ди республикэм къэкIуат Джули, шым и зехьэкIэр, зэрызэрахуэ Iэмалхэр нэхъ къищIэну. Ди цIыху зэхэтыкIэмрэ Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ илъэгъуа нэужь, абы жиIащ: «Дэ ди дежкIэ цIыхухэр щызэхуэгущIыIэщ, фэ фхуэдэу пщIэрэ гуапагъэрэ яку дэлъкъым. Сэ насыпыфIэу зыслъытэжынт, фэ фхуэдэ шыпхъу е дэлъху сиIамэ». Абдеж дгъэщIэгъуащ баскхэм, дэ тхуэдэу, зы анэ къимылъхуахэр Iыхьлы зэрыгъэхъуу апхуэдэ дыдэ хабзэ зэраIэр. Абы иужькIэ, Iэмал иIэжтэкъым ди лъэпкъ Iуэхур апхуэдизу фIыкIэ къэзыIэтыр, абы и пщIэм Европэм щыхэзыгъаIуэ цIыхубз псэ къабзэр шыпхъу умыщIынкIэ. А зэIущIэм хэтахэм унафэ къащтащ абдеж щыщIэдзауэ Хьэжысмелрэ Джулирэ зэдэлъхузэшыпхъукIэ зэджэну.
Баск щIыналъэми, Джули ди шузекIуэхэм щахэтами, ди деж къыщыкIуами, дгъэщIагъуэу гу лъыттащ адыгэбзэмрэ баскыбзэмрэ псалъэ куэд зэтехуэу зэрыхэтыр. Абы теухуауэ мыхьэнэшхуэ иIэнут, бзэ щIэныгъэр зи IэщIагъэ ди филологхэр а Iуэхум нэхъ куууэ бгъэдыхьатэмэ. Телъыджэ куэд хэтщ ди тхыдэм, уи щхьэр ириунэзэну. Ди бзэмрэ ди тхыдэмрэ дэ къытфIэмыIуэхуу хъунукъым, дэ лъэныкъуэкIэ дыщытыху, нэгъуэщIхэм ар ямыгъэкIуэду тхуаIыгъыну е зэрахьэну уи фIэщ пщIы хъунукъым. Псалъэм папщIэ, Деберт Джули баск лъэпкъщ, университет къиухауэ Париж лэжьапIэфI иIэу дэсу, псори хыфIидзэри къыщалъхуа щIыналъэм игъэзэжащ, баскыбзэмрэ баск тхыдэмрэ зэрыхэкIуэдэжыр игу къеуэрти, хузэфIэкI хилъхьэну. Абы лъандэрэ еджапIэм и унафэщIу, баскыбзэмкIи сабийхэр иригъаджэу мэлажьэ. Зымахуэ игу къеуэу къысхуитхащ Интернетым уихьэкIэ адыгэшым теухуауэ, хуэфащэу, ещхьу узэплъын хамэ къэралыбзэкIэ куэд зэримытыр, ар сурэт ирехъу, тхыдэ ирехъу. Уеблэмэ адрей шы лъэпкъхэм ятеухуауэ итым, пцIыми пэжми, къекъутэ. Зэран иIэтэкъым, мыхьэнэ нэхъыбэ ефту, а Iуэхум иужь фитамэ, жиIэу.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы жиIэр пэжщ: мащIэщ щыIэмрэ пэжымрэ цIыхубэм къащIэн щхьэкIэ, адыгэшым теухуауэ Интернетыр къызэрыдгъэщхьэпэр.
Деберт Джули Инал адыгэшым тесу Баск щIыналъэм игъэзэжащ.
XVI лIэщIыгъуэ лъандэрэ
Кавказ Ищхъэрэм щагъэхъу шы лъэпкъхэм я нэхъыфIыр адыгэшращ. Абы ущрохьэлIэ кавказ республикэ псоми, Ставропольрэ Бжьэдыгъу къалэрэ я Iэгъуэблагъэхэми. И бжыгъэр мин 40-м нэсынщ. Кавказми, Кърымми, Молдавиеми щызэрахуэ шыхэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ шагъдийхэр къагъэщхьэпэ.
Дызэрыт зэманым къэбэрдей шы лъэпкъыр Инджылызым, Афганистаным, Болгарием, Вьетнамым, Кореем, Польшэм, Франджым, Чехословакием иращэ. 1963 гъэм къэралым ираша шыхэм я нэхъыбэр къэбэрдей шы лъэпкъым щыщщ. Адыгэшым уасэу хуэзар адрей уанэш лъэпкъ псоми я уасэм щхьэдэхащ. Адыгэш куэд къыщагъэсэбэп Совет Армэми.
Гулъытэ нэхъ хуащIу адыгэшыр гуартэу зэрахуэн щыщIадзар XVI лIэщIыгъуэращ - Псыжьрэ Тэрчрэ я зэхуаку дэлъ Кавказ Ищхъэрэ тафэр зэрыщыту зыубыда къэбэрдей пщы-уэркъхэм я унафэм адрей бгырысхэр щыщIэтам щыгъуэ. А зэманращ бгырысхэм шыхэр гуартэу зехуэныр хьэл щахуэхъуари, мэкъумылэ хуамыгъэхьэзыру, гъэмахуэм бгым, щIымахуэм - губгъуэм, бгы лъапэ удзылъэхэм щагъэхъуу щрагъэсари. Адыгэшыр уанэшу къызэрекIуэкIар, цIыхубэ гъащIэм мыхьэнэшхуэ щиIар лъэпкъым и хабзэми и IуэрыIуатэми IупщIу къыхощ.
X лIэщIыгъуэм урысхэмрэ къэбэрдейхэмрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкIэр лъэпкъитIми къахуэщхьэпащ. Къэбэрдей шуудзэ псынщIэр Урысейм XVI-XVIII лIэщIыгъуэхэм иригъэкIуэкIа зауэ псоми хэтащ. АрщхьэкIэ Урысей пащтыхьыгъуэм XIX лIэщIыгъуэм илъэс щэщIкIэ иригъэкIуэкIа Кавказ зауэм къэбэрдейхэми шэрджэсхэми хэщIыныгъэшхуэ яритащ, я шы зехуэн IэщIагъэри зэпиудащ.
Красников Андрей,
«Кавказ Ищхъэрэм щызэрахуэ шы лъэпкъхэм зэрызаужьамрэ зэрызахъуэжамрэ».
1964 гъэ
Пщы къэс шы завод зэгъэпэща иIэт
ШЫФI хуэныкъуэ зауэлIхэр шы хъупIэхэм емылIэлIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Пщы къэс шы завод зэгъэпэща иIэт. НэхъыфI дыдэу Къэбэрдейм щалъытэхэр джылахъстэней уэркъ Щолэхъу ейхэмрэ къэбэрдеишхуэм щыщ Чэполэ уэркъым ейхэмрэт. Ауэ хэзыщIыкIхэм зэрыжаIэмкIэ, тIури абазэ тепщэ Трамэм ейм лъэщIыхьэнутэкъым. Адыгэшым и адэр хьэрыпщ, и анэр адыгэщ. Нобэр къыздэсым Iуэхум елIалIэ шыхъуэхэм яшхэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ, Тыркумрэ Къэжэрымрэ шы лъэпкъыфI къызэрырашыным иужь итхэщ.
Броневский Семён, урыс генерал. 1804 гъэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "916.txt"
} |
Тырку уафэ щIагъым
(ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 22-м къыдэкIам итщ).
Хэкур фIыуэ лъагъуным къыхузэщIэзыIэтэу уващ къэралыр зыгъэзджызджа зэщIэхъееныгъэу лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм и лъэхъэнэм щыIар. Абы хуэфэщэн щIыпIэ щиубыдащ тырку буржуазнэ литературэм. ИщхьэкIэ къызэрыщыдгъэлъэгъуащи, а гъэхэм Къалэдахэм нэхъ къехъулIащ «МафIэ джанэ», «ФукI цIыхубз куэпэчыр!» жыхуиIэ романхэр. Ахэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIри нэгъуэщI къэрал зыбжанэм къыщыдэкIащ.
«МафIэ джанэм» къыщиIэт Iуэхугъуэхэм зэщIэплъэн щIадзэ лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ дзэмрэ алыдж ззрыпхъуакIуэхэмрэ Измир деж зэрыщызэзауэмкIэ. Романым и лIыхъужь нэхъыщхьэхэр Ихьсан, Пеями офицерхэмрэ зэрыпхъуакIуэхэм щыгъуэ зилIри зи сабийри зыфIэкIуэда ХьэIишэт дахащэмрэщ. ОфицеритIми лIэнкъэнэну фIыуэ ялъагъу а цIыхубзыр. А щIыкIэмкIэ абыхэм наIуэ къащIыну хэтщ хэкум хуаIэ лъагъуныгъэри. Ахэр псори зауэм Iуохьэ. Романыр еух зэуапIэ IэнатIэм ХьэIишэтрэ Ихьсанрэ лIыхъужьыгъэ яхэлъу я псэр щатауэ. Псэууэ къэнар уIэгъэ хъуа Пеямищи, абы етхыж и гукъэкIыжхэр.
Къалэдахэм убгъуауэ къегъэлъагъуэ алыдж зэрыпхъуакIуэхэм Измир щызэрахьа хьэкIэкхъуэкIагъэр икIи абы нэлат ирех сулътIаным и пщIантIэм хуэпэжа епцIыжакIуэхэм. Тхылъым и куцI нэхъыщхьэр бэм къыхэжэбзыкIа цIыху нэхъ пагэхэм, тепщэхэм я лIыхъужьыгъэр къэгъэлъэгъуэнырщ. Пэжу, тхакIуэм IэщIыб ищIыркъым цIыху къызэрыгуэкIхэри - партизанхэр, мэкъумэшыщIэхэр, зауэм и хьэзаб псори зи фэм дэкIахэр, ауэ ахэр къызэригъэлъагъуэр жэрдэмыншэхэущ, таучэл лъэпкъ зимыIэ лъэрымыхьхэущ.
ГъащIэм и бэуэкIэмрэ Хъалидэ бгъэдэлъ художественнэ Iэзагъэмрэ я фIыгъэкIэ романыр уващ пэжагъ куэд къызыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэу. Къапщтэмэ, партизанхэм я унафэщI Чэуш Мухьэмэд жагъуэущ езы тхакIуэм зэрилъагъур. Абы щыхьэт тохъуэ Хъалидэ а щIалэм зэрыхущыт щIыкIэм теухуауэ щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ тхыгъэм хиухуанэхэр е, адрей лIыхъужьхэм ар япигъэуву, хэутэн къыщригъэщI теплъэгъуэхэр, ауэ, нэхъыщхьэращи, партизан унафэщIыр зэрыщымытыпхъэу ди пащхьэ къригъэувэркъым. Къалэдахэ лъэныкъуэ иригъэзыркъым Чэуш Мухьэмэд сулътIан тепщэгъуэм теплъэ зэрымыхъур, абы къыщымынэу гъэпщылIакIуэ псори зэриужэгъур.
ТхакIуэм сэтей къещI Тыркум щыщыIэ хъуа класс зэпэщIэуэныгъэм зэгурыIуэ къызэримыкIынур, абыхэм я кум зэакъылэгъуныгъэ къызэримыхъуэнур. Ауэ художник-реалистыр зэуэ мэбзэх, политическэ мурад гуэрхэм тригъащIэурэ, емыщхь икIи къемызэгъ кIэух тхыгъэм щриткIэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ абы къыщIрегъэдз, офицерым хуиIэ гурыщхъуэм и Iэужьу, Чэуш Мухьэмэд лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм и епцIыжакIуэ хъуауэ.
Романым персонаж нэхъыщхьэ дыдэу къыхощ хэкум лъагъуныгъэ пэж хузиIэ, лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм жыджэру хэт тырку бзылъхугъэ ХьэIишэт. Литературэм апхуэдэ образ япэ дыдэу къызэрыхыхьам къыхэкIкIэ, а зэманым абы тепсэлъыхьынми зыщиубгъуащ дэнэ щIыпIэкIи. «ФыукI цIыхубз куэпэчыр!» жыхуиIэ романри лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм теухуащ.
Измир къедза къуажэ гуэрым къокIуэ егъэджакIуэ хъыджэбз, ХьэлиякIэ еджэу. Нэр щызысыкI дахагъ зыбгъэдэлъ а пщащэр акъылыфIагъкIи дэбгъуэн щымыIэу цIыху гъэсат, зэкIужт. Мураду иIэри зыт – мэкъумэшыщIэм я щэнхабзэр къэIэтын, я зэхэщIыкIым зегъэужьын, зы псалъэкIэ жыпIэмэ, ядэIэпыкъун. Хьэлия зэхэгъэж лъэпкъ ищIыртэкъым «мыр къулейм и бынти, модрейр къулейсызым къыхэкIати» жиIэу. Абы и зэхуэдэт дэтхэнэ зыри икIи апхуэдэу псэ къабзэ зэриIэм щхьэкIэ, псоми я гур къыкIэрыпщIат, пщIэрэ щIыхьрэ къыхуащIырт.
Куэд дэмыкIыу а къуажэм къокIуэ партизан гупым я унафэщI Тосун-бей. Ар лIыгъэ зыхэлъ, псэ хьэлэл зиIэ икIи пэжагъкIэ псэу цIыхут. Хьэлиярэ абырэ фIыуэ зэролъагъу. А лъагъуныгъэр нэхъри егъэбыдэ я мурадымрэ я гугъэмрэ зэрызэтехуэм - лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм зэрыпхъуакIуэхэр щызэтракъутэу, текIуэныгъэр къэхьыным.
Лъэпкъыдзэр зэтриIыгъэн хьисэпкIэ Тосун-бей налогышхуэ зытрилъхьа къулеижьхэмрэ динырылажьэхэмрэ фIыуэ къалъагъунт? Щэхуу къыхуэдзэлашхэу щIадзэ. Абы ирихьэлIэу къуажэм къоблагъэ бийр. «Къуажэдэсхэр зэуэ гупитI зэрыгъэхъуащ. Пэжым ухуеймэ, алыджхэм я лъэныкъуэ абыхэм яхэттэкъым, ауэ лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ дзэм и бийрэ Фэрид-пэщэм и телъхьэу гуэшат. Ахъшэ щIыхуэм ирисондэджэрхэмрэ молэхэмрэ зэхагъэзэрыхьырт лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ дзэмрэ большевикхэмрэ, абы къыхэкIкIи тегузэвыхьырт зэхуалъэфэса я мылъкур чэрэчэуэ ягуэшыжынкIэ... Арыншами бэм жаIэрт: «УмыпIащIэ, зэ къэгъакIуэ Тосун-бей!»
Ахъшэ щIыхуэкIэ сондэджэр Хъусенрэ нэгъуэщI зы молэрэ макIуэ алыджхэм егъэзыпIэ ящIам икIи хуаIуатэ Тосун-бей и мурадхэр, иужькIэ зэрыпхъуакIуэхэр жылэм къызэрыдыхьэну «куэбжэр» хузэIуахри, алыджхэм зэрахьэ залымыгъэмрэ хьэкIэкхъуэкIагъэмрэ холIыфIыхь. Алыджхэр щыдэкIыжым, молэмрэ абы дэщIыгъуамрэ лажьэ зимыIэ Хьэлия пцIы тралъхьэ, абыкIэ ягъэулъийри, къуажэдэсхэр къыхураджэ хьэIупс ящIа хъыджэбзым суд тращIыхьын хуейуэ.
Алыджхэм ебгъэрыкIуэу зэхэзыкъута Тосун-бей къуажэм къегъэзэж, ауэ илъагъужыркъым Хьэлия дахэр, абы зэхех ар зэраукIар. Тосун-бей илъ ещIэж, епцIыжакIуэхэр къегъуэтри икIи Хьэлия и кхъащхьэм тхьэрыIуэ псалъэ щет езы хъыджэбзым мэкъумэшыщIэхэм я пащхьэм щищIауэ щыта тхьэлъанэм къытригъэзэжурэ: «Фэ фи щIыр - сэри сищIщ, фэ фи жьэгур - сэри си жьэгущ. Мы къедзам щыпсэу сабий псоми я дежкIэ сэ сыанэщ, сынурщ икIи къэхъункъым сэ абы сыщызыгъэщIэн. Фызот ар тхьэлъанэу»...
А псалъэхэмкIэ еух романыр. Тхылъыр къызэрыгъэлъэгъуа щIыкIэхэр гум йошыкъылIэ. Абы къыщеIэт реалист, тхыдэм щыщ теплъэгъуэ пэжхэр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, зэрыпхъуакIуэхэм тырку къуажэр зэрызэхафыщIэр, динырылажьэхэмрэ къулеижьхэмрэ я епцIыжыныгъэр, жылэр класскIэ гуэшауэ зэрыщытыр. Романым и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс пхрокI империализмэм и бий зауэр зыгъэзахуэ, хэкум хуиIэн хуей лъагъуныгъэм и телъхьэ гупсысэ узыншэ, укъызэщIеIэтэ лIыхъужьхэм я IуэхущIафэм щытепсэлъыхькIэ, икъукIэ IупщIу къыхощ зи напэр къабзэ партизан унафэщI Тосун-бей. Ауэ пэжыр къэзыгъэлъагъуэ теплъэгъуэхэм я мыхьэнэр лъэныкъуэкIэ токIуэт тхакIуэм лIыхъужьымрэ цIыхубзымрэ я зэхущытыкIэм и гугъу щищIкIэ, сыту жыпIэмэ ар къызэригъэлъагъуэр хъарпшэрущ икIи езым къызэрыфIэщI еплъыкIэм тетущ.
Дигу къэдгъэкIыжынщ романым зэреджэр - «ФыукI цIыхубз куэпэчыр!». Лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм теухуа тхыгъэм къиIэтын хуей Iуэхугъуэхэм я курыкупсэм Къалэдахэм ирегъэувэ лажьэншэ бзылъхугъэм трагъэлъ хьэзабыр икIи абы ипкъ иткIэ романым фIэщыгъэцIэ гуащIэ къыхуегъуэт. Ауэ сыт хуэдэ бзылъхугъэт ар! Гъунапкъэншэу цIыху жумарту, хьэлэлу, зыщысхьыж жыхуаIэр зымыщIэу, лыуз, гудзакъэ зиIэ хъыджэбз щыпкъэу - апхуэдэущ зэрытцIыхур. Ауэ гущIыхьэу яIэщIокIуадэ ар насып, нэхугъэ къызыхуихьыну хущIэкъуа цIыхубэм, щхьэхуещэхэм пцIыкIэ ягъэжэкъуам. Къуажэдэсхэр иджыри кIыфIыгъэм зэрыхэтым, зэрыщэнхабзэншэм и щыхьэтщ абыхэм Хьэлия зэраIэщIэукIэр. Нэхъыщхьэр а щIэщхъу бзаджэм тхакIуэр зэрытетхыхьыркъым, атIэ фIеягъэкIэ зэщIэцIэла а гуIэгъуэр къигъэсэбэпурэ, Хъалидэ езым и философие гупсысэр - «цIыху ямылей» зэрыщыIэм икIи бэм гуэныхь къытемыхьэн щхьэкIэ апхуэдэм псэр итыныр нэбжьыц хэхуауэ имылъагъу хуэдэу къафIэгъэщIынырщ. Дэ мыбы хыдолъагъуэ Алъп Зиерэ Шопенгауэррэ яукъуэдий философие гупсысэкIэм и лъэужь.
ХьэIупс ящIыным фIыуэ и пэ къихуэу, зэгуэрым Хьэлия къурмэн махуэ лъапIэу мэжджытым здыщIэтым и нэгу къыщIыхьэрт зи псэ ягъэныну мэлым зэрытебжэри, а тхьэлъэIушхуэм щыжаIэ духьэхэри езым хуэгъэза хуэдэу икIи ахэр псори абы и нэгу къыщIоувэж шэрихьэт суд къыщытращIыхькIэ. А щIыкIэмкIэ фащэ зэIумыбз къигъэсэбэпу, щIэуфауэ, ауэ щыхъукIи гущIыхьэ Iэмалхэр тхылъеджэм хуигъэлажьэурэ, Къалэдахэм гупсысэ щхьэхуэ пхреш, и лIыхъужь-идеалисткэр кIыфIыгъэм хэт бэм пэщIигъэувэурэ. Ар щыхьэт тохъуэ империалистхэмрэ сулътIан унафэщIхэмрэ щебгъэрыкIуэ лъэхъэнэм тырку буржуазием и идеологхэр цIыхубэм щышынэу зэрыщытам. Абыхэм я гугъэр хахыжыртэкъым революцэ къэхъункIэ зэрыхъунум. А псом къыдэкIуэу интеллигентым и духовнэ ефIэкIыныгъэр къагъэлъагъуэурэ абыхэм щагъэбыдэжыну хуейт буржуазием дяпэкIэ тепщэныгъэр бгъэдэлъын зэрыхуейм хуэгъэпса философие Iуэху еплъыкIэр. ЕтIощIанэ гъэхэм деж Къалэдахэр аргуэру зэман хэхакIэ дехьэх лъагъуныгъэ Iуэхум тетхыхьыным. Апхуэдэу абы и Iэдакъэ къыщIокI «Гум и уз» (1924), «Зино и къуэ» (1928) жыхуиIэ романхэр.
Абы иужькIэ тхакIуэм IэщIыб ещI нэхъ пагэхэм, сыт и лъэныкъуэкIи адрейхэм ефIэкIыу зызылъытэж хуэщIахэм тетхыхьыныр икIи зрет цIыху къызэрыгуэкIхэм я гъащIэр къэгъэнэхуным. Абы и щыхьэтщ «Синекли баккал» (1936) романыр.
Мыбы персонаж куэд хэтщ: нэхъапэм артисту щыта, иджы сатуущI Тофикъ, абы ипхъу уэрэджыIакIуэ Рабинэ, егъэджакIуэ Рабийрэ абы илI, итальян музыкант Перегринирэ, полицэм и министрыр, лIыукI Сэлим-пэщэр, абы и къуэ, конституцэ зэщIэхъееныгъэм хэт Хьилмий, нэгъуэщIхэри.
ЯпэщIыкIэ абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми гъащIэ еплъыкIэ щхьэхуэ иIэщ, иужькIэ тIэкIу-тIэкIуурэ а лIыхъужьхэм я акъылыр хуокIуэ псэуныгъэм къыщыхъуну иухам хэбгъэхъуэжын мурадкIэ упэщIэувэныр зэрыщхьэгъэпцIэжым, жылагъуэм и гъащIэм зебгъэублэрэкIыну упыхьэныр зэрыдзыхьщIыгъуэджэм. Абы ипкъ иткIэ дэтхэнэ персонажри арэзы тохъуэ и гъащIэр къызэрекIуэкIым икIи абы и щхьэусыгъуэр ирапх псори зэлъэIуу зыми емылъэIужым тещIыхьа Iуэху еплъыкIэм.
ТхакIуэм икъукIэ фIэфIу хегъэщхьэхукI «дунеягъэ Iуэху зэрызехьэхэм» теухуа уаз итурэ къэзыухъуреихь псоми гунэс защызыщIыф лIыжь гуэрым и шыфэлIыфэр.
Романым къыщыхъу псори нэхъ пасэ зэманым ехьэлIами, Къалэдахэм и мурадыр белджылыщ: класс бэнэныгъэм, жылагъуэм и Iуэхухэм абы пэщIегъэувэ цIыхум езым и щхьэм ехьэлIам нэхърэ нэхъ лъапIэрэ, нэхъ мыхьэнэ зиIэрэ зэрыщымыIэр тегъэщIапIэ зыщI еплъыкIэр.
Тхылъым и пщIэр къэзыIэтхэм ящыщщ Истамбыл теухуа этнографие хъыбар гъэщIэгъуэнымкIэ, а зэманым я псэукIам, хабзэрэ бзыпхъэу унагъуэм щызекIуэу щытахэмкIэ зэрызэщIэузэдар.
1939 гъэм Хъалидэ къыдегъэкI «Тэтэр бзылъхугъэ» зыфIища и романыр. Абы нехьэкI-къехьэкI хэмылъу щеIуатэ тыркум и экономикэм и лъэщагъымрэ демократиемрэ зэрызаузэщIыр. Романым зи гугъу ищI Iуэхугъуэхэр щекIуэкIыр Истамбыл хуэщIауэ щыпсэу гуэрым и зыгъэпсэхупIэрщ. Къалэдахэм и IэдакъэщIэкIыр иухуащ диалогхэмрэ монологхэмрэ къигъэсэбэпурэ икIи нэхъыбэу абы узыщрихьэлIэр Тырку къэралыгъуэщIэм и зэфIэувэкIэнум псэхугъуэ зримыт студентиблщ. Абыхэм яхэтщ романтики, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми акъыл жанкIэ бгъэдыхьэурэ ар гъащIэм хэзыпщэфи, космополитизмым зи псэр итхьэкъуаи, къэгъазэ зимыIэ националисти. Я Iупэм тхъурымбэ къищIауэ ахэр зодауэ, зым адрейм и фIэщ ищIыну хущIокъу - экономикэ, социальнэ я лъэныкъуэкIэ я хэкум зэрызиужьыну хэкIыпIэхэр зыхуэбгъэдэн иджыри къэс дунейм къызэрытемыхьар. «Зы бзыпхъэр дэнэ дежи къыщыбгъэсэбэп хъунукъым. Дэ дызэщхь зыри щыIэкъым. Дэ адрей псоми я курыкупсэм ит гъущI быдэу дыщытын хуейщ. Дэр - ар дэращ, дэ тхуэдэ щыIэн хуейкъым», - пагагъ хэлъу жеIэ студент Хъалил. Апхуэдэу националистхэм ящыщщ Хьэсэни, егъэджакIуэ Лалеи. Абыхэм я плъапIэ лъагэщ «цIыхубэм и акъылыр революцэм хуагъэушыну икIи экономикэ зэхъуэкIыныгъэхэм я мыхьэнэр гурагъэIуэну».
Iэдиб Хъалидэ «революцэ» псалъэр къызэригъэсэбэпыр зэхъуэкIауэ, иIэн хуей куцIыр имыIэжущ, зэгуэр «лъэпкъ гупсысэ» жыхуиIэр пцIыкIэ зэрызэхидзэIухьам хуэдэущ. Абы кърикIуэнуи зыщыгугъыр зыщ - класс бэнэныгъэр бэм IэщIэгъэхунырщ, революцэ нэсым пэIэщIэ щIынырщ. «Националист» щIалэхэр, «цIыхубэр фIыуэ ялъагъун» къалэныр зи пщэ дэзылъхьэжхэр, хущIэкъунущ лъэпкъ гупсысэм и мыхьэнэр бэм зэхрагъэщIыкIыну, ауэ щыхъукIэ, ар Iэщэ лъэщщ къуажэм къыщылыдынкIэ хъуну революцэ хъуаскIэр ирибгъэункIыфIыну. Апхуэдэ лIыхъужьхэм япэгъэуващ мылъку зэлъэфэлIэныр зи нэрыгъ, абы хьилэшы хэхъухьа Сюниор Валтарэ щхьэхуещэр, акъылыншэу щыт щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ.
Ауэ персонажхэм я гъащIэ еплъыкIэр зэрызэтемыхуэр зэран хъуркъым, аращ ахэр икIэм-икIэжым щIызэгурыIуэжыфри, уеблэмэ зэлIзэфызу щIызэрышэжхэри. Романыр еух унагъуэщIэ насыпыфIэхэр къэунэхуауэ икIи ахэр зэхуэхамэ ящIыркъым Iуэху жьгъейхэм.
Къалэдахэ Хъалидэ и дунейр зэрекIуэкIам щыгъуазэ зыщыпщIкIэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым абы и гъащIэ еплъыкIэр хэубыдыкIауэ ткIийуэ зым зэрытемытар: ар къекIуэкIащ шы пшэр уанэу икIи зэрыхузэфIэкIкIэ яужь итащ зылъэкIхэм я губгъэн къызэримыхьыным. Тепщэныгъэр зыIэрымыхьэу, зи хущхьэ хъу дэтхэнэми и бзууэ щытащ ар. Арагъэнщ адыгэ цIыхубзым и гъащIэр иухыху «мафIэ джанэ» щыгъауэ къэплъытэ щIэхъунур. Ар къызыхэкIыр зыт: Тырку къэралыгъуэм мытырку лъэпкъхэр зэи цIыхухэм щыхабжэркъым. Ауэ зыщыщыр зыщагъэгъупщэжрэ - ар адыгэ, курд, лаз е абхъаз ирехъу - «дэ дытыркущ, тырку щэнхабзэми дыхуэлэжьэнущ» жаIэмэ, апхуэдэхэр я нэу, я псэу защI.
А хабзэ дыджыр и «анэ быдзышэу» къэхъуащ Къалэдахэ Хъалиди. Мыбдежым наIуэ щохъу абы и гъащIэ еплъыкIэр тырку мэсхьэбым иту зэрызэфIэувар икIи гъэсэныгъэ игъуэтам тету абы и гуащIэр тырку буржуазие литературэм зэрыхуигъэлэжьар. Къулыкъушхуэ зезыхьэ и адэу тетыгъуэр зиIэхэм ябгъурышэсам хузэфIэкIакъым езыр зыхэхуа «архъуанэм» и быныр пэIэщIэ ищIын. А щIыкIэм тетущ Хъалидэ и щхьэр зэрыунэзари, и дуней еплъыкIэр псыхьа зэрыхъуари.
Тхылъеджэхэм, дауи, гъэщIэгъуэн ящыхъунщ Къалэдахэ Хъалидэ Iэдиб и пхъум и образыр зыхэт тхыгъэ еджэну - ар адыгэ тхакIуэшхуэ КIыщокъуэ Алим и роман «Эмирым папщIэ сэшхуэ» жыхуиIэрщ.
Хьэтыкъуэ Умар – Омер СейфеддинкIэ зэджэжыр - ищхьэкIэ зи гугъу тщIахэм куэд дыдэкIэ ящхьэпрыкIыжащ. Хьэтыкъуэрщ иджырей тырку литературэм и новеллэ жанрым и лъабжьэр зыгъэтIылъар. ТхакIуэ-реалистым, тырку литературэм и мызакъуэу, дунейпсо литературэм увыпIэ хэха щеубыд. Абы и тхылъхэр къэрал куэдым къыщыдэкIащ. УрысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ Умар и новеллэхэр тIощI гъэхэм и кIэм къыщыщIэдзауэ урыс журналхэм къытохуэ. Ахэр ягу зэрырихьым къыхэкIыу адыгэ щIалэм и тхыгъэ къыхэхахэр тхылъ щхьэхуэу Мэзкуу, Ленинград 1957, 1975, 1987 гъэхэм къыщыдокI. Тхылъищми ит новеллэхэр, повестхэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIащ Печенев Игорь, Яковлевэ Нелли, Кормушин Иван сымэ. Си цIыхугъэ Печеневыр илъэс куэдкIэ Тыркум щылэжьащ икIи тыркубзэр гъуэзэджэу ещIэ. «Омер Сейфеддин пщIэшхуэ иIэщ иджырей тырку литературэбзэр убзыхуа зэрыхъуамкIэ, - жеIэ абы. - Япэ итхэми езым и зэманым псэуа тхакIуэхэми ар къащхьэщыкIырт и бзэр нэхъ къызэрыгуэкIыу, цIыхубэр зэрыпсалъэ бзэм нэхъ пэгъунэгъуу зэрыщытымкIэ. Хьэтыкъуэм и тхыгъэхэр хуэхейт хьэрып, къэжэр псалъэхэу тырку литературэбзэр лIэщIыгъуэ зыбжанэ хъуауэ зэIызыгъэхьэм». Хэт хъуну-тIэ зи гугъу тщIы адыгэ щIалэр, дауэ къекIуэкIа абы и гъащIэр, и лэжьыгъэр?
Хьэтыкъуэ Умар и адэ Сэфудинт ИстамбылакIуэ ежьар. Тыркум нэса нэужь, ар зы щIыпIэм икIрэ адрейм Iэпхъуэу куэдрэ екIуэкIащ. Ауэ, икIэм-икIэжым, Мрамор тенджызым и Iуфэм пэмыжыжьэ Гёнен жылагъуэм дотIысхьэ. 1884 гъэм абы къыщалъхуащ тхакIуэ цIэрыIуэ хъуну щIалэр.
Хьэтыкъуэм и гъащIэр литературэм пищIэну и пщIыхьэпIэми къыхэхуэртэкъым. Арати, и ныбжьыр илъэс пщыкIутI фIэкIа мыхъуауэ, Умар Эдерне къалэм дэт дзэзешэ еджапIэм щIотIысхьэ. Ар къеухри, адыгэ щIалэщIэр Истамбыл макIуэ, и щIэныгъэм хигъэхъуэн мурад иIэу.
Хьэтыкъуэр щоджэ «Мектебе Хьэрбийе» еджапIэ нэхъыщхьэм икIи абы офицеру къызэрыщIэкIыу, Измир ягъакIуэ. Умар а къалэм 1908 гъэм нэсыху щоIэ, ауэ тырку щIалэ буржуазие революцэр зэрызэфIэкIыу, абы къулыкъущIэ кърат - Македонием гъунапкъэ щихъумэну. ИлъэситI нэблагъэщ Умар абыи зэрыщыIар. Литературэм куэд щIауэ дихьэхырти, ар дзэм къыхокIыж.
1908 гъэм екIуэкIа революцэм иужькIэ, Тыркум куэду къыщыдагъэкIыу щIадзэ сатирэ, гушыIэ журналхэр. Абыхэм традзэ усэхэр, хъыбархэр икъукIэ къащхьэщыкIырт япэрей классикэ сатирэм и щапхъэхэм. Тхыгъэхэм я нэхъыбэр пэджэжырт зэманым къигъэув къалэнхэм, литературэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм я зэныкъуэкъум. Абыхэм яхэтт пародиехэр, эпиграммэхэр. А зэманым щыIэ тырку сатирэм и гугъу щащIкIэ, япэу зи цIэ жаIэр Хьэтыкъуэ Умарт. Абы и тхыгъэ гъэпсыкIэм и лъабжьэщ псэ щабагъэ, гу пцIанагъэ макъамэхэр, Iущыгъэ зыхэлъ акъыл гъэтIысакIэ Iуэта гупсысэхэр, апхуэдэуи хъуэр, гушыIэ шэрыуэхэр.
Гу щабагъэкIэ псыхьа усыгъэ закъуэтIакъуэхэм къадэкIуэу, Хьэтыкъуэм итхырт пхъашэу, дыджу гум ежалIэ ауанхэмкIэ гъэнщIа новеллэхэр.
Умар и ныбжьэгъу тхакIуэхэу Джэс Алъпрэ Жаныпэ Алийрэ щIыгъуу «Гёнч къалэмлер» журналыр къыдигъэкIыу щIедзэ. Адыгэ щIалэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр абы щытридзэрт.
1912 гъэм Хьэтыкъуэр аргуэру дзэм хохьэж, ауэ Балкан зауэм ар зэрыхэтар мащIэ дыдэщ. Умар гъэр ящIри, Алыджым мазипщIкIэ лъэхъуэщым щрагъэс, абы къызэрикIыжу, Хьэтыкъуэм Истамбыл егъэзэж икIи етIуанэу дзэм къыхокIыж, зэи тримыгъэзэжыну мурад быдэ ищIауэ. 1914 гъэм къыщыщIэдзауэ дунейм щехыжыну 1920 гъэм нэсыху, абы Тырку щыхьэрым дэт курыт еджапIэхэм ящыщ зым литературэмкIэ щрегъаджэ.
Хьэтыкъуэм илъэс щэщIрэ хырэщ къигъэщIар. Абы щыщу тхэным къылъысар илъэсий къудейщ. Сыт хуэдэу щымытами, Умар иIа зэман мащIэр дамэр уэзыгъэшэщI, дэрэжэгъуэ къозыт лэжьыгъэ куукIэ игъэнщIыфащ. Илъэсийм къриубыдэу абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ хъыбари 150-м щIигъу, повесть зыбжанэ, зы пьесэ, и кIэм нимыгъэсауэ романитIи къэнащ. Хьэтыкъуэм къытрыригъэдзащ литературэр зыубзыху, бзэм теухуа лэжьыгъэ куэд. Тхыгъэ зыбжанэ абы тыркубзэкIэ зэридзэкIащ. Гомер и «Одиссеери» хэту.
Адыгэ щIалэм и тхэкIэм дэплъей, ар литературэм зи егъэджакIуэу къыщызылъытэ тхакIуэ цIэрыIуэ куэд КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэщ. Хьэтыкъуэ Умар и новеллэхэм, памфлетхэм тырку жылагъуэм и зэхэтыкIэр нэсу къыщигъэлъэгъуащ.
Хэбгъэзыхьмэ, къэралым щыIэ ухуэкIэр, тыркухэм я хьэл-щэныр, я псэукIэр щIэнэкIалъэ зэрищIым къыхэкIыу, тхакIуэр ягъэкъуаншэрт «угущIэгъуншэщ, псоми ущодыхьэшх» жаIэу. Къалэмыр зи Iэщэм зэхуэдэу ещIэ къалэми къуажэми я псэукIэр. Ар щодыхьэшх цIыху мыгъасэм, фэрыщIым, диным и лэжьакIуэхэм мыхъумыщIагъэу зэрахьэр къыщIегъэщ. УзыIэпишэу укъоджэ Хьэтыкъуэм и хъыбархэу «Телъыджэ», «Азэн джэ макъ», «Iулъхьэ», «Лэгъупыкъу», «МафIэдз», «Аргъуей», «Адакъэ», «Делэ», «Фон Садриштайн и щхьэгъусэр», «Динсыз» зыфIищахэм, «Эфруз-бей», «Хьэрэм» повестхэм, нэгъуэщI куэдми.
Тхыгъэ зыбжанэ абы триухуащ езым и гъащIэм и къекIуэкIыкIам, и лъэпкъэгъухэм. Апхуэдэщ «ШытхъунщI», «Япэ мыхъумыщIагъэ», «ПIыртIыкъыш», «Зэшхэр», «Фыгъуэнэд», «Бгырыпх» новеллэхэр. Абыхэм Умар щетх и адэ-анэм, игъуэ нэмысу дунейм ехыжа и къуэш нэхъыжьым теухуа, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым папщIэ псалъэ гуапэ, гурыгъу-гурылъ дахэ куэд.
Хьэтыкъуэм и IэдакъэщIэкIхэм щIыпIэшхуэ щаубыд адыгэ таурыхъхэм хэт Iэмалшы, жьакIуэ КъуийцIыкIу, егъэлеяуэ пцIыупс барон Мюнхгаузен сымэ уигу къэзыгъэкI Эфруз-бей щхьэщытхъум. Абы и IуэхущIафэхэм теухуа повестым 1908 гъэм екIуэкIа революцэм и зэманым щыIа пщы-уэркъ интеллигенцэр ауан ещI, зи щэнхабзэр зэзымыпэсыж Iужажэхэр, напитIхэр, фэрыщI акъмыкъхэр къыщIегъэщ.
Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ Хьэтыкъуэр тэмэму бгъэдыхьащ политикэ Iуэху щытыкIэм. Пантюркистхэм я мурадхэм гушыIэ жанкIэ ар щыдыхьэшхащ икIи «Щхьэхуитыныгъэм и пщыхьэщхьэ» новеллэм зэрыпхъуакIуэ зауэр гум тебгъахуэ мыхъуну къыщигъэлъэгъуащ.
Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа тырку тхакIуэшхуэ Хьэтыкъуэ Умар зыщыпсэу къэралым ис лъэпкъ псори нэхугъэм, щIэныгъэм хуишэным и гъащIэр щхьэузыхь хуищIащ; ахэр фIым, гулъытэм, зыужьыныгъэм къыхуэгъэушыным хузэфIэкI псори хилэжьыхьащ. Ауэ псом хуэмыдэжу адыгэ щIалэм и пщIэр зыгъэиныр езым иужькIэ къэхъуа тхакIуэхэм я лъэпкъыр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмрэ абы я духовнэ, социальнэ гъащIэмрэ нэхъ куууэ хэплъэ зэрищIарщ.
Хьэтыкъуэм - Омер Сейфеддин - и тхыгъэхэр къэнащ ноби, игъащIэкIи я пщIэр мыкIуэдыжыну. Дунейм щехыжым зы гукъеуэ закъуэщ иIар абы: и адэжь Хэку и IэфIагъ зэрызыхимыщIарт, абы и къалэмыр зэрыхуимыгъэпсыфарт.
Ауэ а псор къехъулIащ нэгъуэщI Хьэтыкъуэм - Жанхъуэт и къуэ Ахьмэд, совет адыгей поэзием и лъабжьэр зыгъэтIылъам. Умар и унэкъуэщт а щIалэр. Тырку щIыналъэм щалъхуа и къуэшым хуэдэу, абы къигъэщIари мащIэ дыдэт - илъэс 36-рэт (1901 - 1937). ГъащIэмащIэми, Ахьмэд хузэфIэкIар куэдт. Совет властыр текIуа нэужь, щIалэ гурыхуэр щоджэ КъуэкIыпIэм я гуащIэрыпсэухэм я коммунист университету Мэзкуу дэтам. Хьэтыкъуэм и усэхэр «Адыгэ макъым» - япэрей адыгей газетым - къытрадзэ. Университетыр зэпэщу къеухри, абы Адыгей щхьэхуитым, адыгэхэм я хэкум къегъэзэж. «Адыгэ гъащIэ» газетым, Краснодар дэт адыгэ тхылъ тедзапIэм, облоном Хьэтыкъуэр щолажьэ къулыкъу нэхъыщхьэхэр зэрихьэу.
Ахьмэд и япэ тхылъыр 1927 гъэм къыдэкIащ. «Ахъшэм итхьэкъуа» - арат абы зэреджэр. ТхакIуэ ныбжьыщIэм и Iэдакъэм къыщIэкIащ усэ, хъыбар, пьесэ, уэрэд куэд. Ахэр зэрыт тхылъ щхьэхуэхэр Хьэтыкъуэм къыдегъэкI 1930, 1931, 1935 гъэхэм. Ахьмэд дихьэхыу зэридзэкIырт А. С. Пушкиным и тхыгъэхэр. Гурыхуагъэрэ Iэзагъэ инрэ хэлъу абы адыгэбзэкIэ «къигъэпсэлъащ» урыс усакIуэшхуэм и поэмэ зыбжанэ: «Кавказ гъэрыр», «Цыджанхэр», «Полтавэ», нэгъуэщIхэри. А псори зэрыт тхылъыр Ахьмэд 1937 гъэм Краснодар къыщыдигъэкIащ.
ХьэтIохъущыкъуейдэсхэм фэеплъу ятетха сурэт.
Кхъуэжь Демет
Токъмакъ Синэмис
Къайсэр щекIуэкIа фестивалым хэта ди лъэпкъэгъухэм ящыщщ.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "917.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Урысейракъым санкцэхэр япэу зыгъэувар
2014 гъэ лъандэрэ Урысеймрэ Европэмрэ яку дэлъ зэныкъуэкъум – ди къэралым къыхуагъэува санкцэхэм - я Iуэху адэкIэ зэрыхъунум щIэх-щIэхыурэ топсэлъыхь езыхэри ди къэрал экономистхэри. Дауэ мыхъуми, лъэныкъуитIми я фейдэ зэрыхэмылъыр щхьэтечу щыжаIэ къэрал унафэщIхэм я зэIущIэхэми.
«Европэ зэгухьэныгъэм УФ-м къытрикъузэну и мураду къыхилъхьа санкцэхэм япэджэжу Урысейми игъэува апхуэдэ мардэхэр Iухыжыным хуэунэтIа лъэбакъуэ дэ япэу тчынукъым. Дауи, Европэмрэ дэрэ дяку зэхущытыкIэ тэмэм дэлъыну дыхуейщ дэ, ауэ нэхъапэм диIа зэпыщIэныгъэхэр зэтеухуэжыным ЕС-р яужь имыхьауэ, дэ зыри тщIэнукъым. Дэракъым а Iуэхур къезыхьэжьар. Езыхэращ ди зэхущытыкIэхэр зэIызыгъэхьари, езыхэр къыдрелъэIу ахэр зэтедухуэжыным дэри дыхыхьэну. Иджыпсту ЕС-м и унафэр зыIэщIэлъхэр яхъуэжащ. Абыхэм яхузэфIэкIынущ щытыкIэр зэрахъуэкIыжынуи, абы яужь итынумэ хуитщ», - жиIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий Финляндием и премьер-министр Ринне Антти иджыблагъэ зэрепсэлъам кърикIуахэм я гугъу щищIа пресс-конференцым.
Медведевым къыхигъэщащ а санкцэхэм зыри зэрыщымыгуфIыкIыр, ауэ Урысейм ахэр къызэрызэринэкIыным теухуа лъэбакъуэфIхэр зэричар. «Уеблэмэ, компание, хьэрычэтыщIэ куэд и телъхьэщ ахэр зэи Iудмыхыжыным. Шэч зыхэмылъыр зыщ: апхуэдэу упсэуи зыбужьи хъунущ, - жиIащ Правительствэм и УнафэщIым. - ЕС-м хыхьэ къэрал щхьэхуэхэм яхудиIэ пыщIэныгъэхэр зыкIи иригъэкIэкIуакъым а къытпаубыдахэм икIи ди дежкIи езыхэм я дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ дызэгурыIуэу дызэдекIуэкIыным».
ЩытыкIэм къигъэлъагъуэращи, санкцэхэр зэрагъэува илъэситхум къриубыдэу урысей экономикэм и IэнатIэ куэдым нэхъыфIу заужьащ. Хамэ къэрал къраш ерыскъыхэкIхэм, хьэпшыпхэм, Iэмэпсымэхэм я пIэ иувэфын, фIагъкIи уасэкIи япэхъун, ди цIыхухэм я фейдэ нэхъ зыхэлъхэр ди деж къыщыщIагъэкI, хамэ щIыпIэхэми щащэ хъуащ. АтIэ сыткIэ Iей апхуэдэ санкцэхэр? Аращ ди хьэрычэтыщIэхэми ахэр Iуажыхыным ди фейдэ хэмылъу къыщIалъытэр.
Еврэ мелард и уасэ
хъугъуэфIыгъуэхэр щIахащ
Германием и Дрезден къалэм и «Зеленый свод» музей цIэрыIуэм иджыблагъэ хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ – абы щIахащ дыщэхэкIрэ налкъутналмэсу еврэ мелард и уасэ. Апхуэдиз хъугъуэфIыгъуэ зыщIэлъ нэгъуэщI музей Европэм иткъым икIи апхуэдиз зэуэ щадыгъуаи къэхъуакъым.
Уасэ зимыIэ нэгъуэщI фIыгъуэ куэди щIэлът 1724 гъэ лъандэрэ лажьэ а музейм, ауэ дыгъуакIуэхэм а псори яхущIэхынт. Саксоние щIыналъэм щыщ, къэралым и унафэщIыр щыхахкIэ Iэ зыIэтыну хуит Фридрих Август жыхуаIэращ ахэр зэхуэзыхьэсын щIэзыдзауэ щытар. ДыгъуакIуэхэр щыщIыхьам хъумапIэм щIэлътэкъым экспонат нэхъ лъапIэ дыдэр, карат 41-рэ хъу, «Дрезден и налкъутналмэс удзыфэ» жыхуаIэр - ар ягъэлъэгъуэну яшауэ щыIэт Нью-Йорк и Метрополитен-музейм. Ауэ зэкIэ и гугъу ящIыркъым Саксонием и налкъутналмэс хужьым, карат 48-рэ хъум, апхуэдэуи Петр Езанэм тыгъэ яхуищIауэ щыта, зихуэдэ дунейм темыт сапфирым. Ар карат 648-рэ мэхъу.
ДыгъуакIуэхэм икъукIэ фIыуэ зыхуагъэхьэзырат я мурадыр зрагъэхъулIэным - музейм пэмыжыжьэу иIэ трансформаторым мафIэ ирадзащ. Ар къэуащ икIи ихъуреягъкIэ уэздыгъэншэу къэнащ, абы ипкъ иткIи музейм и сигнализацэр лэжьакъым. А зэманыр къагъэсэбэпащ бзаджащIэхэм икIи музейм и плIанэпэм хэлъ, гъущI хъаркIэ мыгъэбыда щхьэгъубжэ цIыкIухэм ящыщ зымкIэ дэкIащ.
ХъугъуэфIыгъуэ хъумапIэм щIэлъщ уасэ зыхуэщIыгъуей экспонат минищым щIигъу - дыщэм, дыжьыным, мывэ лъапIэхэм, пыл къупщхьэм, нэгъуэщIхэми къыхэщIыкIауэ. ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и зэманым музейм икъукIэ сэкъатышхуэ игъуэтауэ щытащ икIи абы щызэхуэхьэса хъугъуэфIыгъуэхэр дзэ къуентхъыу Москва къашауэ щытащ. Коллекцэр Германием щратыжар 1958 гъэрщ.
Дуней псом и цIыху мелуанхэр щыхьэщIащ а музейм. Абы щIэлъ хьэпшып телъыджэхэр зэзыгъэлъэгъуахэм ящыщщ УФ-м и Президент Путин Владимир. Музейм и лэжьакIуэ Капель Юттэ зэрыжиIамкIэ, Путиныр ГДР-м щыщылэжьам мызэ-мытIэу абы щыIащ, фIэгъэщIэгъуэнуи зыщиплъыхьу щытащ.
Мы зэманым полицэм къелъыхъуэ музейр зыхъунщIа щIэпхъаджащIэхэр. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, музейм фIэлъ камерэхэм ящыщу тIум, мыIупщI дыдэми, къищащ дыгъуакIуитI. Иджы ахэр хэтми зэхагъэкIыным йопIэщIэкI, яIэрыхьахэр хэкум ирамыш щIыкIэ бзаджащIэхэр къаубыдын папщIэ.
Нобэ
♦Урысей Федерацэм и тенджыз Iуфэ лъэсырыкIуэдзэм и махуэщ. 1705 гъэм Пётр Езанэм унафэ къыдигъэкIащ «тенджызым и Iуфэм къулыкъу щызыщIэну сэлэт полк» къызэгъэпэщыным теухуауэ.
♦Уасэ зыгъэувым и махуэщ
♦1730 гъэм Урысейм и Сенатым къыдигъэкIащ «ЩIымахуэ лъэхъэнэм Москва и уэрамхэр къызэрагъэнэхуну абдж уэздыгъэхэр щIыным теухуауэ» унафэр.
♦1918 гъэм Украинэм ЩIэныгъэхэмкIэ и академиер къызэрагъэпэщащ.
♦1922 гъэм Урысейм къыщыдагъэкIащ ахъшэщIэ - совет тумэнхэр.
♦1939 гъэм къалъхуащ РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Польских Галинэ.
♦1939 гъэм къалъхуащ Америкэ актёр цIэрыIуэ Брюс Ли.
♦1946 гъэм къалъхуащ урысей актёр, Урысейм и цIыхубэ артист Баринов Валерий.
♦1946 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Хьэжы Анатолэ.
♦1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дадэ Суфэдин.
♦1957 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондым и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Леонид.
♦1960 гъэм къалъхуащ политик, Украинэм и премьер-министру щыта Тимошенкэ Юлие.
♦1961 гъэм къалъхуащ теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, УФ-м и Президентым и ЩIыхь тхылъыр, ТЭФИ саугъэтыр зрата Андреевэ Екатеринэ.
♦1963 гъэм къалъхуащ актёр, режиссёр, УФ-м и цIыхубэ артист Машков Владимир.
♦1982 гъэм къалъхуащ урысей футболист, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, къэралым и гъуащхьауэ нэхъыфIхэм ящыщ (топ 233-рэ дигъэкIащ) Кержаков Александр.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 - 5, жэщым градуси 2 - 3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Джэд щыкъун и пщIыхьэгъущ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "918.txt"
} |
Ди къэфакIуэхэр нэхъыфIхэм ящыщщ
Мы гъэм а зэхыхьэм хэтащ къэфакIуэ гуп 40-м щIигъу, псори цIыху миным щхьэдэхырт.
Иджырей къафэм и «щэхухэм», абы щIэуэ къыхыхьэм хэзыгъэгъуазэ пэублэ гъэщIэгъуэн хуащIат зэпеуэм. Къафэ лIэужьыгъуэхэм я «тхыпхъэр» (зыгъэзэкIэр) зрагъащIэм и мызакъуэу, къафэм «псэ зэрыпхухэлъхьэну» Iэмалхэм тепсэлъыхьащ мы Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIхэр.
Ставрополь къыщызэрагъэпэща зэпеуэр, я лIэужьыгъуэ елъытауэ, блыуэ гуэшыжат (лъэпкъ къафэ, иджырей хореографие, streetdance, спорт хореографие, акробат къафэ, BreakDance, эстрадэ къафэ).
КъэпщытакIуэ гупым хэтащ Рогозинская Юлиерэ Ивановэ Татьянэрэ (ТНТ-телеканалымкIэ екIуэкIа «Танцы» нэгузыужь программэм хэтахэщ, хореографхэщ), Асатуров Эдуард (Лос-Анджелес къалэм (США) актёр IэщIагъэм щыхуоджэ), нэгъуэщIхэри.
Уи гуапэ мыхъуу къанэркъым а зэпеуэ иным «Импульс» къэфакIуэ гупым щиIа ехъулIэныгъэр. «Соло.Streetstile» лIэужьыгъуэм Куэцэ Вадим щыяпэщ, етIуанэр - Роговэ Ксениещ. Куэцэ Вадимрэ Мырзэкъан Изабеллэрэ «Дуэтхэр» Iыхьэм япэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ. Дыгулыбгъу Даянэрэ Дзэмыхь Арианэрэ «Соло» Iыхьэм етIуанэ увыпIэр къыщахьащ.
Фестивалым и Гран-при-р илъэс зыбжанэ хъуауэ Iуэхур зэхэзыублэ университетым и гупым къыхуонэж.
Инэрокъуэ Данэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "919.txt"
} |
Атэбий Игорь: ФIыуэ слъагъу Iуэхум селIалIэу аркъудейщ
Илъэс 40-м нэблэгъауэ къафэм и фIыпIэм хэтщ «Кабардинка»-м и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь. Ар Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Адыгэ республикэхэм щIыхь зиIэ я артистщ, Ингуш, Шэшэн республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ, УФ-м и Правительствэм и саугъэтым и лауреатщ, цIэ лъапIэ бжыгъэншэхэр зыхуагъэфэщащ. Игорь илъэс 20-м нэблэгъауэ ансамблым и художественнэ унафэщIщ икIи а зэманым къриубыдэу къафэ гъуазджэм и псалъэ щыжиIа къудейкъым, атIэ лъэпкъым и тхыдэм хэмыгъуэщэн лъагъуэ къыхинащ.
НэхъыжьыфI и хьэлу, ар и зэфIэкIымкIэ къыдэкIуэтей щIэблэм ядогуашэ, ансамблым щигъэзащIэ лэжьыгъэм къыдэкIуэу, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым «Искусство балетмейстера» Iуэхум щыхурегъаджэ, къищынэмыщIауэ, иджыблагъэ къыдигъэкIащ «Адыгский сценический танец» зыфIища тхылъ гъэщIэгъуэн.
«Кабардинка»-м и илъэс бжыгъэ дахэр щагъэлъапIэм ирихьэлэу Атэбий Игорь дедгъэкIуэкIа псалъэмакъыр ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ:
- «Къафэ» псалъэм си дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, си Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым языхэз симыIэжмэ ныкъуэдыкъуэ сызэрыхъунум хуэдэу, ари сщыщ гуэрщ. Си гъащIэри, лъэпкъ щэнхабзэри куэдкIэ нэхъ тхьэмыщкIэнут а Iыхьэр хэмытамэ. Къафэр - мыкIуэщIыж къару къызэзытщ, аддэ си щIалэгъуэм, япэ дыдэу «Кабардинка»-р утыкум иту щыслъэгъуам, сызыщIэзыубыдауэ щыта мэгъу къарум нобэр къыздэсым сиутIыпщыркъым. Дуней телъыджэщ къафэм къигъэщIыр - абы гукъыдэж, гушхуэныгъэ, къару мыкIуэщI къует. Сэ сыщыпсэури сыщыгупсысэри къафэрщ. СэркIэ пщIэшхуэщ «Кабардинка»-м сыкъыщыфащ», жысIэныр. Сэ цIэрыIуэ сыхъун щхьэкIэ сылажьэркъым, фIыуэ слъагъу Iуэхум селIалIэу аркъудейщ.
- «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым нобэ сыт и псэукIэ?
- Иужьрей илъэситхум я гугъу пщIымэ, ансамблым хэхъуи хэщIи диIащ. Илъэс 80-р дгъэлъэпIа и ужькIэ, Сыбырым, Поволжьем, Урысейм и Ищхъэрэ лъэныкъуэм концерт инхэр щыттурэ дыкъекIуэкIащ. 2016 гъэм Израилым щызэхаша адыгэ щэнхабзэ фестивалым дыщыIащ. А илъэс дыдэм концерт ин щыттащ Москва. Тыркум хыхьэ Марашрэ Гёкскунрэ (джылахъстэнейхэр зыдэсыр) мы гъэмахуэм зыкъыщыдгъэлъэгъуащ. Сыт щыгъуи хуэдэу икъусыкъужкIэ гугъу зыкъыддрагъэхьу дагъэлъэпIащ, къытхуащIэмрэ дыздагъэтIысымрэ яфIэмащIэу.
Сыбыр лъэныкъуэмкIэ дыщыкIуам ХьэхъупащIэ Амырхъан уэрэд жиIа иужь, сценэм ирамыгъэкIыжу Iэгуауэшхуэ хуаIэтат, ауэ щыхъукIи, залым щIэсхэм адыгэу зы цIыхуи яхэттэкъым. Гъуазджэм и бзэм тэрмэш зэрыхуэмейр хьэкъ сщыхъуащ абдежым.
ДызыщыгуфIыкI хэхъуэхэри диIащ зи гугъу сщIы лъэхъэнэм, ди хъыджэбзитху декрет тIысыжащ, абыхэм я насыпым ди быным хуэдэу дрогушхуэ.
- IэщIагъэ псоми я щэху яIэжщ. Къафэм и щэхуу езым бгъэунэхуамкIэ укъыддэгуэшэн?
- Сэ сызэреплъымкIэ, цIыхум и дуней тетыкIэри и къэфэкIэри зэщхьщ. ИтIанэ, гъэщIэгъуэну гу зылъыстамкIэ сывдэгуэшэнут - цIыхухъу къафэр шы джэгукIэм изогъэщхь хуабжьу. АдыгэлIымрэ адыгэшымрэ зэкIэрыпч мыхъуну игъащIэ лъандэрэ къогъуэгурыкIуэ. Тобэ ирехъуи, аращ дэ щапхъэ зытетхар. Лъэпкъ къэс я къафэм хьэкIэкхъуэкIэ гуэрым зыщыпащIыжу гу лъыстащ, Бразилием куэду щыIэр номинщи, абыхэм я къафэм номинхэм ядэплъагъу щытыкIэхэр щыкуэдщ, Башкирхэм я деж бажэр щыкуэдщи, бажэ фащэхэр ящыгъыу къофэ.
Си лэжьыгъэхэмрэ абы къыхэсха гупсысэхэмрэ щызэхуэхьэсащ «Адыгский сценический танец» тхылъым. «Музыка, поэзия, поэтика, типология адыгского танца» фIэщыгъэм щIэту згъэхьэзы- ра диссертацэ лэжьыгъэр мыгувэу ГИТИС-м щыпхызгъэкIыну къыспэщылъщ.
- Иужьрей зэманым сыт хуэдэ ехъулIэныгъэхэр зыIэригъэхьа ансамблым?
- Къыхэзгъэщыну сыхуейт мы лъэхъэнэкIэ ансамблым и Iуэхухэр нэхъ зэрефIакIуэр. Ди ансамблым зыкъыщигъэлъэгъуэн хэщIапIэ нэхъыфIу къалащхьэм щыIэр «Дом музыки»-мрэ Чайковскэм и залымрэщи, абыхэм илъэс щIагъуэ дэмыкIыу драгъэблагъэ. «Илъэс 85-рэ гъуэгуанэ» фIэщыгъэм щIэт концерт ин щыттащ а залхэм мы илъэсым.
Зи гугъу тщIы пIалъэм «Хъуромэ», «Джылахъстэней къафэ», нэгъуэщI зыбжани дгъэуващ. Ансамблым и программэр нэхъ щIэщыгъуэ зэрытщIыным яужь дитщ икIи дыздэкIуэ щIыналъэм елъытауэ ди репертуарыр дохъуэж. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Испанием, Италием, Абхъазым - къафэ псынщIэхэр, Инджылызым, Японием, Израилым, Тыркум нэхъ хуэмхэр щафIэфIщ. Илъэс 85-р дгъэлъэпIа иужькIи къафэщIэхэр дгъэувыну ди мурадщ, нэхъыбэу дызыхэIэбэнури нарт эпосращ. Къафэ бгъэувыныр Iуэху тыншкъым. Абы папщIэ фащэщIэхэр ебгъэдын, мылъку гуэр тебгъэкIуэдэн хуейщи, сом лей ущимыIэм и деж щхьэусыгъуэр куэд мэхъури, уалъахъэ.
Лэжьэн зэрыщIэздзэрэ ансамблым къафэ 40 щызгъэуващ, дяпэкIи дызэлэжьынур гъунэжщ.
- Къэралым и лъэныкъуэкIэ сыт хуэдэ гулъытэ игъуэтрэ фи гупым?
- Адыгейм, Шэшэным, Ингушым я къэфакIуэ гупхэм хуащIэр, ахэр къызыхуэтыншэу къызэрызэгъэпэщар щыплъагъукIэ уемыхъуэпсэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ди ансамблым а гулъытэм и ныкъуэри игъуэтыркъым,ауэ щыхъукIи, зи гугъу тщIыхэм я утыку итыкIэкIэ мынэхъыфIмэ, зыкIи нэхъ икIэкъым. Апхуэдэ зэгъэпщэныгъэхэм лэжьыгъэр щыпIэпауди щыIэщ. Иужьу фащэщIэ щытхуадар илъэсипщI ипэкIэщ. Бюджетым къыхэкIыу зы сом илъэсым тхухахыркъым. Ди фащэр ягу иримыхьу, ди утыку итыкIэмкIэ мыарэзыуэ къытхуэпсалъэр куэдщ, ауэ къыддэIэпыкъуну хуейр мащIэ дыдэщ. Дыкъызэрыфэ лъахъстэн вакъэхэр сом минипщI и уасэщ. Аращи, хэкIыпIэхэр езыр-езыру къэтлъыхъуэн хуей мэхъу.
- «Кабардинка»-м хэтхэм я гугъу уэзгъэщIынут.
- Псори зэхэту цIыху 43-рэ мэхъу къэфакIуэхэр. Абыхэм ящыщу 5-р декрет зэрыщысым къыхэкIыу зэгуэгъуу 12 нэхъыбэ зэгъусэу утыкум къысхуигъэхьэркъым. Пэжщ, дэ студие диIэщи, абы щыщу иужь илъэсхэм цIыху зыбжани къэтщтащ, ауэ цIыху 50-м щыщу ансамблым къыхэбгъэхьэ хъуну тIу-щы яхэтми аращ. Шэч хэмылъу къэфакIуэм Iэпкълъэпкъ зэкIуж иIэн хуейщ, ауэ нэхъыщхьэр а IэщIагъэр цIыхум фIыуэ зэрилъагъущ, абы игу, и псэ зэрыхилъхьэщ, гугъу зэрыздригъэхьщ. Нэхъыщхьэращи, и щхьэ фIыуэ илъагъужын хуейщ къэфакIуэм.
Си гупым дзыхь тезмыщIэу, я зэфIэкI е я цIыхугъэ сытешыныхьу зыри яхэткъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, мы IэщIагъэм зэрыримыпсэуфым къыхэкIыу куэдым ар къагъэнэн, нэгъуэщI IэщIагъэм зратын хуей мэхъу. Ауэ, пэжым ухуеймэ, зы унагъуэм хуэдэу дызэхэтщ. А унагъуэм къытепщIыкIыжауэ унагъуипщI диIэжщ иджыри: (Дерхэ, Куэтэншыхэ, ГъукIэхэ, ГъущIохэ, Чымэзокъуэхэ, Дэрокъуэхэ, Атэбийхэ, Битокъухэ, Мулайхэ).
- ЦIыху 50 хъу гупышхуэ зэбгъэдэIуэну, гъуэгуанэ жыжьэ епшэжьэну тыншу къыщIэкIынкъым?
- Дэнэ щIыпIэ дыкIуэми, утыкум дахэу дызэритым хуэдэу, Iупхъуэ къуагъми екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ си гупым. Утыку ущитым и закъуэкъым ущыадыгэн хуейр, ар псэ етIуанэу пхэтын хуей гуэрщ. «Кабардинка»-м щыщу зы цIыхум кIэнфетыфэ къыIэпыхуауэ зыми илъагъунукъым - сэ абыкIэ шэсыпIэ сихьэфынущ. КъэфэкIэ умыщIэнкIи хъунщ, ауэ уадыгэу адыгагъэ пхэмылъу ди гупым ухэзэгъэнукъым. Пэжщ, си макъ зыщезгъэIэти щыIэщ, ауэ схужыIэнукъым ахэр Iэдэ быдэкIэ сIыгъыу - абыхэм я гъэсэныгъэр псом япэрауэ зи фIыщIэр къыщыхъуа унагъуэращ.
- Фи илъэс 85-р зэрывгъэлъэпIэну фи мурадымкIэ укъыддэгуэшамэ арат.
- Дыгъэгъазэм и 3-м щегъэжьауэ тхьэмахуэкIэ «Кавказ Ищхъэрэ» фIэщыгъэм щIэту лъэпкъ фащэхэм, къафэм, хабзэхэм теухуауэ лекцэхэр курыт еджапIэхэм щIэсхэм я деж щедгъэкIуэкIащ. Ди лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм сабийхэр нэIуасэ яхуэтщI къудей мыхъуу зэхэхауэ ябгъэдэплъхьэну, фIыуэ едгъэлъагъуну ди мурадщ. Дыгъэгъазэм и 12-13-хэм концерт ин Налшык щыдот. Абы къытхуеблэгъэнущ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ куэдым щыщ хьэщIэ лъапIэхэр - Абхъазым, Къалмыкъым, Ставропольем къикIынущ ди махуэр къыддэзыIэтынухэр. КъэфакIуэ ансамблым къикIуа гъуэгуанэмрэ дуней псор къызэритхьэкъуамрэ теухуа хъыбархэмкIэ, ди «дыщэ пхъуантэм» дэлъ къафэ, теплъэгъуэ нэхъыфIхэмкIэ гъэнщIауэ къызэдгъэпэщыну пшыхьхэр гуимыхуж хъуну дыщогугъ.
Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "92.txt"
} |
Чыгъэду Казбек Налшык щыIэщ
Мы махуэхэм Налшык щохьэщIэ Америкэм щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу иджыблагъэ хаха Чыгъэду Казбек. Ар иджы япэу къакIуэу аращ и адэжь хэкум. Езыр къыщалъхуар Сирием и Джолан лъагапIэхэм хиубыдэ КъунейтIрэ къуажэращ. Дамаск еджэн къыщиуха нэужь, 1976 гъэм Америкэм Iэпхъуащ, щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ, инженер-механикыу щылэжьащ, иджы пенсэм щыIэщ.
США-м зэрыIэпхъуэрэ Адыгэ Хасэм хэтщ Казбек, сыт щыгъуи лъэпкъ Iуэхум жыджэру и гуащIэ хелъхьэ. Мы гъэм абы и тхьэмадэ къулыкъум пэрагъэуващ, илъэситI пIалъэкIэ лэжьэну.
- Си мурадщ Нью-Джерси дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и Iуэхур зыхуэунэтIауэ щытынур згъэпсу, абы дытету дылэжьэну, ДАХ-м, КъАХ-м нэхъ гъунэгъуу закъыпытщIэну, дызэрыс къэралым ис адыгэ псори Хасэм къетшэлIэну, - къыддогуашэ Казбек.
Ди хьэщIэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрыщыхъуам, Америкэм щыпсэу адыгэхэм нобэ я Iуэху зыIутым, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэм теухуауэ дедгъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэр ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
НэщIэпыджэ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "920.txt"
} |
Мэрем пшыхь
ГъэщIэгъуэнщ
Уэгум вагъуэбэр щыкуэдщ
Алыдж астрономхэм къызэрахутамкIэ, вагъуэбэ 48-рэ щыIэщ. Ауэ абыхэм я ужькIэ нэгъуэщI астрономхэм вагъуэбэ 40 къахутащ. Вагъуэбэхэм яхэтщ гъэм и лъэхъэнэ хэхахэм деж фIэкIа уафэм щумылъагъухэр. Иджыри къамыхутэфауэ нэгъуэщI вагъуэбэхэри щыIэнкIи хъуну къалъытэ щIэныгъэлIхэм.
* * *
Зи Iэпкълъэпкъыр нэхъ хуабэ дыдэр джэдырщ - градус 43-рэ. Абы кIэлъокIуэ тхьэрыкъуэр, бзу цIыкIухэр - градус 42-рэ. Гуэгушым, къазым, бабыщым, жьындум, къашыргъэм я хуабагъыр зэхуэдизщ - градус 40 - 41-рэ. Iэщ пIащэм, мэлым, хьэм, джэдум - 37 - 39-рэ яIыгъщ. ЦIыхур, номиныр, шыдыр, шыр, пылыр зэрызэщхьэщыкI щыIэкъым - градус 35 - 38-рэ.
* * *
Ди эрэм и пэкIэ 3200 гъэм Мени фирхьэуным Мысырым щыIэ пщыгъуэхэр зэгуигъэхьэри, Мемфис зи къалащхьэ Мысыр къэралыгъуэр къызэригъэпэщащ, дунейм щыяпэ дыдэу. Илъэс 500 хуэдиз дэкIа нэужь ар лъэщ мэхъу икIи ди эрэм и пэкIэ 2725 гъэм зауэ зекIуэхэр ирегъажьэ, лъэныкъуэ куэдкIэ унэтIауэ. Апхуэдэурэ къизэуащ Суданыр, Сириер, Ливаныр зэрыс щIыналъэхэр.
***
Хэку зауэшхуэр щыщIидзам СССР-м и Дзэ-Тенджыз флотым иIащ зэрызауэ кхъухь зэмылIэужьыгъуэу 1000-м нэс. Абыхэм ящыщу 3-р линкорт, 54-р эсминецт, 212-р псыщIагъырыкIуэт, 22-р псы Iуфэхэр зыхъумэт, 80-р хьэлъэзешэт, 287-р торпедэ зезыхьэт. Абы нэмыщI ди къэралым иIащ тенджыз авиацэм и кхъухьлъатэу 2.800-рэ, артиллерием и псы Iуфэ батарееу 260-рэ.
КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэр
(2012 гъэм и кIэухым тещIыхьауэ)
1. Адыгэхэр (къэбэрдейхэр) - 490.453-рэ
2. Урысхэр - 193.155-рэ
3. Балъкъэрхэр - 108.577-рэ
4. Абазэхэр - 418-рэ
5. Абхъазхэр - 102-рэ
6. Авархэр - 425-рэ
7. Агулхэр - 22-рэ
8. Адыгейхэр - 524-рэ
9. Азербайджанхэр - 2063-рэ
10. Алеутхэр - 1
11. Алтайхэр - 3
12. Американхэр - 9
13. Хьэрыпхэр - 207-рэ
14. Ермэлыхэр (армянхэр) - 5002-рэ
15. Ассирийхэр - 55-рэ
16. Афганхэр - 21-рэ
17. Башкирхэр - 151-рэ
18. Белорусхэр - 696-рэ
19. Болгархэр - 218-рэ
20. Британхэр - 13
21. Бурятхэр - 4
22. Мэжэрхэр (венгрхэр) - 9
23. Вьетнамхэр - 2
24. Гагаузхэр - 29
25. Бгырыс журтхэр - 124-рэ
26. Алыджхэр (грекхэр) - 222-рэ
27. Куржыхэр (грузинхэр) - 1545-рэ
28. Аджархэр - 2
29. Мегрелхэр - 1
30. Сонэхэр (сванхэр) - 6
31. Даргинхэр - 438-рэ
32. Гуэбэшыхэр (кубачихэр) - 1
33. Дунганхэр - 1
34. Журтхэр - 835-рэ
35. Езидхэр - 8
36. Ингушхэр - 1271-рэ
37. Индхэр - 6
38. Итальянхэр - 7
39. Ительменхэр - 1
40. Къэзахъхэр - 249-рэ
41. Къалмыкъхэр - 38-рэ
42. Каракалпакхэр - 4
43. Къэрэшейхэр - 1028-рэ
44. Карелхэр - 10
45. Къыргъызхэр - 52-рэ
46. Китайхэр (чынтхэр) - 14
47. Коми - 25-рэ
48. Коми-пермякхэр - 14
49. Корейхэр - 4034-рэ
50. Кърым тэтэрхэр - 14
51. Къумандинхэр - 1
52. Къумыкъухэр - 699-рэ
53. Курдхэр (хьэмшэрийхэр) - 321-рэ
54. Лакхэр - 1462-рэ
55. Латышхэр - 46-рэ
56. Лезгинхэр - 767-рэ
57. Литовецхэр - 37-рэ
ЦIыкIухэм факъыхуеджэ
ГугъапIэ
Дерсыр сщIыжу сыздэщысым Iэуэлъауэ гуэр зэхызох. Сысакъыпэурэ сызэплъэкIмэ, и нэ хъурей цIыкIуитIыр къицIыщхъукIыу, дурэшым дэсщ зы дзыгъуэ цIыкIу, сэхуран еIункIри.
Ар зэрыслъагъуу, си гум, къилъэтыным хуэдэу, къеуэу щIедзэ. Хуэм дыдэурэ зыкъэсIэтщ, зэуэ зыздзри, бжэр ездзылIэри сыкIэрыувэжащ.
Дзыгъуэми зищтэри бжэмкIэ къыщIэпхъуащ, ауэ сэ сыкъилъагъури гъуэлъыпIэ щIагъым щIэлъэдащ. ТIэкIу зиIэжьэри, абыи къыщIэжыжащ, арщхьэкIэ сызэрыщытт - игъазэри аргуэру щIэлъэдэжащ. Абы зыщигъэпщкIу хъуну зы гъуанэ цIыкIу ди пэшым иIэтэкъым. Сэ ар сщIэрти, мамыру сыщытт, адэкIэ сщIэнум сегупсысу…
Сегупсысым-сегупсысурэ, сигу къэкIар апхуэдизкIэ сигу ирихьыжати, сэ сыарэзыуэ сыкъыпыгуфIыкIащ икIи, си щэхур къэзыщIэн гуэр гъунэгъуу щымыту пIэрэ жыхуэсIэу, зысплъыхьащ, ауэ пэшым сэ нэмыщIа зыри щIэстэкъым.
Сигу къэкIар мырат: «Сеуэнщи, дзыгъуэ цIыкIур сутIыпщыжынщ. Здэжэр зэзгъэлъагъунщи, дыдейхэр къэкIуэжмэ, яжесIэнщ. Дзыгъуэ щыдиIэкIэ, джэдуи диIэн хуейщ, армырамэ, хэт дзыгъуэр къэзубыдынур?»
Джэдур Зули сэри ди хъуэпсапIэт. Ауэ дэ сыт хуэдизрэ демылъэIуами, ди анэм ауэ жыжьэу дызытригъэхьэртэкъым.
Арати, а къомым сегупсысри, дзыгъуэ цIыкIум зыгуэр къыщыщIынкIэ сышынэу, бжэр Iусхащ. Гъуэгур хуит хъуауэ зэрилъагъуу, щIэцIэфтри, гъэтIылъыпIэм зыдидзэжащ абы.
Махуэ псом сэ сегупсысащ, ди анэр къэкIуэжа нэужь, дзыгъуэ зэрыдиIэр зэрыжесIэну щIыкIэм. Абы щхьэкIэ сызэрыгуфIэм гу къылъатэмэ, Iуэхур зэIыхьат.
Пщыхьэщхьэм, ди адэр къызэрыщIыхьэжу, сыбгъэдэлъадэри, махуэм дзыгъуэ зэрыслъэгъуар жесIащ, ауэ джэду Iуэху зесхуакъым…
- Дэнэ дзыгъуэ къыздикIар? - щIэупщIа мыхъумэ, абы сэ жысIа къомыр къыфIэIуэхуакъым.
Сэри, си мурадым зыри къызэримыкIар щхьэжэ сщыхъуауэ, зызущэхужащ.
Ауэрэ заул дэкIащ. Махуэ гуэрым ди адэм, зыгуэр хуейуэ гъэтIылъыпIэм и бжэр Iуихри, хужьгъэр зэрылъ тепщэч куум ису дзыгъуэ цIыкIу къилъэгъуащ.
- Уэлэхьэ, щIалэ, пэж дыдэу дзыгъуэ диIэмэ, - жиIащ абы. - КIуэи шэнт щхьэгуэр къысхуэхьыт. Деплъынти абы и хэщIапIэм…
Сэ сыжэри шэнтыр къэсхьащ. Дядэм гъэтIылъыпIэр къыдигъэкъэбзыкIри, дзыгъуэр къиубыдащ. Ар иукIауэ щыхыфIидзэм, сэ жысIащ:
- Си гугъапIэ закъуэр… Абы сыт хуэдэу сыщыгугъат.
- Ар сыт гугъапIэ? - КъыгурыIуакъым дядэм сэ зи Iуэху зесхуэр.
Абдежым сэ зызумысыжащ.
Ди адэм зыри жиIакъым, къыпыгуфIыкIа мыхъумэ. Ауэ махуэ зытIущ дэкIри, езым джэду дахэ цIыкIу къытхуихьащ…
КIуантIэ Iэзид.
ЩIыпIэ жыжьэхэм
Псы уардэунэ
Индонезием хыхьэ Бали хытIыгум щIыпIэ телъыджэ иIэщ. ХытIыгум и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ бгы лъабжьэм псы къабзэ къыщыщIож. Абы щыпсэухэм пщIэшхуэ хуащI щIым и куупIэм къыщIэж псым икIи арауэ къалъытэ гъащIэщIэм къежьапIэ хуэхъур. Абы къыхэкIыу, а щIыпIэм дин хабзэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкI, тхьэелъэIупIэу яIэщ.
И хъуреягъым и дахагъымрэ хьэуа къабзэмрэ дихьэхри, Раджа Карангасему къалэщIыб унэ щиухуэну мурад ищIыгъащ абдеж. Ар зэфIэкIауэ щытащ 1942 гъэм. ИкIи а резиденцэм Тиртагангэ фIащащ («Тирта» - псы, «Гангэ» - Индием щежэх Ганг псырщ).
Зи гугъу тщIы щIыпIэ телъыджэм гектар 1,2-рэ еубыд.
Псы уардэунэр архитектурэ и лъэныкъуэкIэ щIыпIищу зэпычащ, зыр зым и щхьэм тету, скульптурэ пщIы бжыгъэхэр итщ. Япэ комплексым гуэлищ ущрохьэлIэ, етIуанэм ущес хъу псыгуэн зыбжанэ итщ, ещанэр резиденцэр зейуэ щыта Раджа и хэщIапIэу къалъытэращ, ар тхьэм хиха щIыпIэу ябжри, абы къыщыщIэж псыхэр дин дауэдапщэхэм къыщагъэсэбэп.
Зи гугъу тщIы Псы уардэунэм китай, бали лъэпкъхэм я хабзэм тету щIа архитектурэ ухуэныгъэхэм ущрохьэлIэ. Телъыджэщ ахэр зэпуплъыхьыну, псыщхьэм тет мывэ щIимыгъэмбрыуэхэм утету къэпкIухьыну…
Къэбарт Мирэ.
Тхыдэ
Ди унэцIэхэр къызытехъукIар тщIэжрэ?
Дзэлыкъуэкъуажэ щыщ зэкъуэшищ я мэкъупIэ Iыхьэр паупщIыну мэкъуауэ шызакъуэгукIэ ежьат. Куэд дэмыкIыу зэкъуэшхэр ялъэщIыхьащ гъуэгурыкIуэ ДжэгуакIуэм. Я къуэш нэхъыщIэр гупхэмкIэ ягъэтIысри, нэхъыжьитIым къахуэзар я кум дагъэтIысхьащ щIакIуэ щабэм тесу, адэкIи ежьэ- жащ.
Жыжьэ мыкIуауэ, джэгуакIуэм жиIащ зэрыцIыхуамэ зэрынэхъыфIыр, занщIэуи къуэш нэхъыжьым еупщIащ:
- Уэ хэт уи цIэр? - жиIэри.
ЗэупщIар укIытэри, закъомрэ жэуап къитыжакъым. ИтIанэ жиIащ и цIэр зэрымыпщIэгъуалэри, тIэкIу зэрымыгурыхьри.
- Тхьэжьбийщ си цIэр.
ДжэгуакIуэм фIыуэ зэхихат щIалэм и цIэр, арщхьэкIэ и фIэщ хъуртэкъым апхуэдэцIи щыIэу.
- Хэт къыпфIищами, уригъэхъулIакъым, муслъымэныцIэкъым, дурыскъым а цIэр зепхьэнуи, ар жьыуэ е бийуэ жыпIэнуи.
АдэкIэ ДжэгуакIуэм жиIащ Тхьэр сыт щыгъуи зэрыщIалэри дыкъызэригъэщIари. ЖиIащ ар езыр зэрыджэгуакIуэр, цIыхухэр уэрэдрэ усэкIэ, гуапагъэкIэ зэригъэгуфIэри, и ней зыщыхуахэм зэрахуэхъущIэри, цIэ дахэ зэрыфIищыфынури, ТхьэщIокъуэ зэрыфIищари.
ЦIэ зыфIаща щIалэр зытес тIысыпIэм зыкъытриIэтыкIри, ДжэгуакIуэм фIыщIэшхуэ хуищIащ, зэрыгушхуэн цIэ дахэ къызэрыфIищам щхьэкIэ, быдэу къигъэгугъащ псэухукIэ а цIэм хуэпэжыну, игъэбжьыфIэну.
Зэкъуэшхэм я гъуэгум пащэрт, ДжэгуакIуэм ТхьэщIокъуэ цIэ зэрыфIищар яфIэгуфIэгъуэшхуэу, дэрэжэгъуэрэ нэгузыужьыгъуэрэ ягъуэтауэ. Гум щIэщIа шы дахэри, къэхъуар къыгурыIуам хуэдэу, зэзэмызэ къахуеплъэкIырт.
ДжэгуакIуэр шы дахэм зыкъомрэ еплъа нэужькIэ, вожэр зыIыгъ шыгухум жриIащ:
- Уи шы дахэм щабэрыкIуэу, щIэкIуэрыкIыу дешэ. Нобэ щыщIэдзауэ уэри ГуфIэжокъуэ пфIызощ. Угъурлы ухъу!
ГуфIэжокъуэ зыфIаща курыт щIалэми дэрэжэгъуэ игъуэтауэ ДжэгуакIуэм фIыщIэ хуищIащ.
КIуэрт гъуэгурыкIуэхэр, я гъуэгу хагъэщIу. ДжэгуакIуэр иджы егупсысырт ещанэ щIалэми цIэ дахэ зэрыфIищынум. ДжэгуакIуэм и щхьэм къизэрыхьа гупсысэмкIэ зэкъуэшхэм яхэупщIыхьащ:
- НтIэ, щIалэфIхэ, фэ жыжьэ фыкIуэрэ, дэнэ нэс фыздэкIуэнури?
Зэкъуэшхэм къалъытащ кърата упщIэр къемызэгъыщэ хуэдэу, жэуапми хуэсакъыпхъэу.
Гупхэм ис къуэш нэхъыщIэм занщIэу жиIащ:
- Дэ мэкъуауэщ дыздэкIуэр.
Иджы ДжэгуакIуэм къыгурыIуат зэкъуэшхэм я ещанэм и цIэр езым зэрызыфIищыжар.
- Мэкъуауэр - мэкъуауэщ, уэри Мэкъуауэ пфIызощ, - жиIащ ДжэгуакIуэм, ари я гуапэ хъуащ.
Куэд дэмыкIыу ДжэгуакIуэм зэкъуэшхэм яжриIащ:
- Тыншу, нэгузыужьу сыкъэфшащи, Тхьэм солъэIу фи Iуэху дахэ хъуну. Гур къэвгъэувыIамэ, сикIыжынт. Иужьу вжесIэжынурат. - Тхьэм къызигъэхъулIэмэ, сэ пщэдей пщыхьэщхьэ фи унэ лъапсэм сынэкIуэнурэ, цIэ зэрыффIэсща цIэфIэщыпщIэр сыпшыныжынущ, къысхуагъэфащэмэ, цIэфIэщ адакъэри сшхынкIэ хъунт.
КъехъулIащ ДжэгуакIуэм и мурадыр, ар гуапэу бгъэдэсащ цIэ зыфIища зэкъуэшхэм я адэ губзыгъэм.
И чэзур къэсри, зэкъуэшхэм щхьэгъусэ ягъуэ-тащ. Адэм мурад ищIащ и къуэхэр зэрыпсэуфым еплъын щхьэкIэ, дэтхэнэри зыхигъэкIыу, унагъуэ щхьэхуэу игъэтIысыну. Апхуэдэуи хъуащ. Унэ щIапIи лъапси къахуиубыдри, ядэIэпыкъуурэ дэтхэнэри зыхуейм хуэдэ унэрэ псэуалъэрэ ящIащ. Зэкъуэшхэр я лъапсэщIэм щыIэпхъуэжым адэм абыхэм унэцIэщIэу яфIищащ ДжэгуакIуэм къигупсысар. ТхьэщIокъуэ цIэр ТхьэщIокъуэхэ унэцIэ яхуэхъуащ, я къуэш курытыр ГуфIэжокъуэхэ хъуащ, ещанэм Мэкъуауэ унэцIэр лъысыжащ.
Иджы дзэлыкъуэкъуажэдэсхэми ТхьэщIокъуэ сымэ я щIэблэми ящIэ унэцIэщIэ къэхъуар къызытехъукIар, ауэ адрейхэр щыгъуазэу пIэрэ, я унэцIэм и къежьапIэм.
Жантемырокъуэ Бетэ.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "921.txt"
} |
Адэшхуэм пхиша лъагъуэм тету
«ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Ар зэрыпэжым и щыхьэтщ 2010 гъэм Сингапурым щекIуэкIа Япэ НыбжьыщIэ Олимп Джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ текIуэныгъэр къыщызыхьа, Урысей Федерацэмрэ Европэмрэ я чемпион Пшыналъэ Азэмэтбий и спорт гъащIэр.
Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ Псыжь къуажэм 1994 гъэм Азэмэтбий къыщалъхуащ. И адэ-анэр - Арсенрэ Тамарэрэ - унагъуэ къызэрыгуэкIщ. Адрей сабийхэми хуэдэу, я бын Азэмэтбии курыт еджапIэм щIэсащ, ехъулIэныгъэфIхэр иIэуи ар къиухащ. ИужькIэ Черкесск къалэм дэт колледжхэм ящыщ зым хьэкълыкъ (налог) Iуэхум щыхуеджащ.
Анэ-адэм ягу къызэрагъэкIыжымкIэ, Азэмэтбий щысабийм щыгъуи, нэхъ балигъ щыхъуами къуейщIеягъ хэлъу, Iэпкълъэпкъ мызагъэу щытакъым. Езым хуэдэ щIалэ цIыкIухэм зэраныгъэ гуэр зэхащIыхьыну щыхущIэкъуми, ар щэхуу, зэтеубыдауэ, куэд жимыIэу и Iуэху зезыгъакIуэу къэтэджащ.
Япэ дыдэ спортзал бжэщхьэIум зэребэкъуам теухуауэ Пшыналъэ зэщхьэгъусэхэм ягу къагъэкIыж:
- «Азэмэтбий къызэралъхурэ спортзалым щIэтщ» жыпIэмэ, ущыуэнкъым, - щIедзэ псалъэмакъым Арсен. - Сэ спортым хуабжьу сыпыщIауэ сыкъекIуэкIащ. ИкIи, япэщIыкIэ сэ сщIыгъуурэ, итIанэ пэщIэдзэ классым щыщIэтIысхьэм, еджапIэм къыщызэрагъэпэща секцэхэм кIуэурэ, абы хэпщIа хъуащ. Зэм дзюдом дихьэхри, абыкIэ зигъасэу щытащ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ Пчёлкин Вячеслав и нэIэм щIэту. ИужькIэ бэнэкIэ хуитым и псэр зэщIищтэри, нобэр къыздэсам, мы спорт лIэужьыгъуэ дахащэм хуиIэ фIылъагъуныгъэм епцIыжакъым.
- СызэрегупсысымкIэ, дэтхэнэ цIыху губзыгъэми адэ-анэм пищIын иIэкъым, - къыпещэ адэкIэ Тамарэ. - Арами, бэнэнымкIэ и япэ гъэсакIуэ Шэрджэс Хъызыррэ дэрэ нэхъыфIу илъагъур Азэмэтбий къыхухэмых хуэдэу языныкъуэми къыщытщыхъу щыIэщ. Си гум къыбгъэдэкIыу жысIэнщи, ди щIалэр а тренер гъуэзэджэм и нэIэм щыщIэува махуэм дэ насыпышхуэ къыдэхъулIауэ къызолъытэ. Зи IэщIагъэм дэгъуэу хэзыщIыкI, узыфIэмыкIыжын гъэсакIуэщ, и гъэсэн дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ тэмэм къахуэзыгъуэтыф психолог лъэщщ, хуабжьу цIыху Iущщ ар. Нобэ ди къуэм хузэфIэкIар, здынэса лъагапIэр куэдкIэ зи фIыщIэр Шэрджэс Хъызырщ. АбыкIи гъэсакIуэм фIыщIэ гуапэу хуэтщIым гъунэ иIэкъым. Азэмэтбий Олимпиадэм текIуэныгъэр къызэрыщихьам и хъыбар гуфIэгъуэри япэ дыдэ къытлъэзыгъэIэсар аращ.
Мыбдежым гу лъытапхъэщ Азэмэтбий и адэ Арсени Хъызыр игъасэу, IэкIуэлъакIуагъ къэзыгъэлъагъуэ бэнакIуэу зэрыщытам. КъищынэмыщIауэ къыхэдгъэщынщи, бэнакIуэ ныбжьыщIэм и адэшхуэ (и анэм и адэ) Кхъуэблахъуэ Аслъэнбэчи (Тхьэм и ахърэтыр нэху ищI!) спортым пыщIауэ, бэнэкIэ хуитым дихьэхыу, зигъасэу, спортсмен лъэрыхьу и цIэ жыжьэ игъэIуауэ щытащ. Иджы гурыIуэгъуэу къыщIэкIынщ Азэмэтбий мы спорт лIэужьыгъуэм хуищIа фIылъагъуныгъэр къыщежьар. Тхьэм ещIэ - «ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» щIыжаIар мыпхуэдэ Iуэхугъуэу къыщIэкIынщ.
Азэмэтбий и спорт гъуэгуанэм япэ дыдэ щIыхь тхылърэ медалрэ къыщыпэкIуауэ щытар и адэшхуэ Кхъуэблахъуэ Аслъэнбэч и цIэкIэ къызэрагъэпэща фэеплъ зэпеуэращ. Мы текIуэныгъэр щIэдзапIэ хуэхъуащ ерыщагърэ зэфIэкIрэ зыхэлъ бэнакIуэ ныбжьыщIэм утыку куэдым къыщехъулIэну и щIыхь лъагэхэм.
БэнэкIэ хуитым зыщыхуигъэса илъэсхэр къапщтэмэ, Азэмэтбий иIащ текIуэныгъэ IэщIэлъу зэпеуэм къыщыхэкIыжаи, хагъэщIауэ къыщигъэзэжаи. Ауэ, сыт щыгъуэми щIалэ цIыкIум и гуфIэгъуэри гукъеуэри къыдаIыгъащ икIи къыдаIыгъщ и анэ-адэм, и гъэсакIуэ IэкIуэлъакIуэм.
Зэрызигъэса зэманым къриубыдэу ныбжьыщIэм дунейпсо, къэралпсо спорт утыкуххэм къыщихьа щIыхь куэдым я гугъу дымыщIыхэми, 2010 гъэ закъуэм хузэфIэкIар умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. А илъэсым ар япэщIыкIэ Урысей Федерацэми, Европэми я чемпион хъуащ! КъыкIэлъыкIуэу Сингапурым щекIуэкIа Япэ НыбжьыщIэ Олимп Джэгухэм езым нэхърэ нэхъ лъэщ зэрыщымыIэр псоми къаригъэщIэн, IэкIуэлъакIуагъ ин зыбгъэдэлъ, техникэ дахэ зиIэ спортсмену зэрыщытыр къигъэлъэгъуэн хузэфIэкIащ! АтIэ, илъэс 16 фIэкIа ныбжь зимыIа бэнакIуэм и дежкIэ а псор ехъулIэныгъэ нэстэкъэ?!
ИгъащIэкIи щыгъупщэнукъым Азэмэти, абы и гъэсакIуэхэми, Iыхьлыхэми 2010 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэр. А лъэхъэнэм Сингапурым щекIуэкIа япэ НыбжьыщIэ Олимп Джэгухэм ехъулIэныгъэшхуэ къыщихьащ адыгэ щIалэм - бэнэкIэ хуитымкIэ килограмм 63-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ар псоми щытекIуащ!
Азэмэтбий и ныбжьыр илъэс 16 хъууэ арат. Абы щхьэкIэ къэмынэу, езым нэхърэ илъэскIэ нэхъыжь и хьэрхуэрэгъухэм ар хуэфэщэну япэщIэтыфащ икIи финалым зыщыIущIа, Таджикистаным щыщ Кадиров Баходур къефIэкIыну зы Iэмали иримыту секунд 20-м къриубыдэу хигъэщIащ. Дыжьыныр лъысащ Куржым икIа Мосидзе Ираклий.
НыбжьыщIэ Олимп Джэгухэм я чемпион хъуа Пшыналъэ Азэмэтджэрий Черкесск къалэм дэт «Мамлюк» спорт клубым бэнэкIэ хуитымкIэ сабийуэ зыгъэсэн щыщIидзат. Ставрополь щыIэ СДЮСШОР-м иужькIэ и Iэзагъымрэ зэфIэкIымрэ щыхигъэхъуат. Абы щыгъуэм и тренерхэу Щамырзэ Мухьэрбийрэ Арэшыкъуэ Раулрэ я къару куэд ирахьэлIат щIалэщIэм и ехъулIэныгъэм.
- Сэ сыт щыгъуи сыщIэхъуэпсырт Олимпиадэм сыщыбэнэну, - жиIащ Азэмэтбий дыщэ медалыр кърата иужькIэ журналистхэм щепсэлъам. - Мы илъэсым и пэм тренерхэм хъыбар сагъэщIащ Сингапурым япэ НыбжьыщIэ Олимп Джэгухэр зэрыщекIуэкIынур икIи абы ерыщу зыхуэдгъэхьэзыру щIэддзащ. Жэщи махуи сылэжьэну сыхьэзырт а зэхьэзэхуэм хэтынухэм сахэхуэн папщIэ. Ар Iуэху тынштэкъым – Урысей Федерацэми Европэми щымащIэкъым си ныбжьым ит спортсмен лъэрызехьэхэр. ЩытыкIэр нэхъ гугъуж ищIырт зы къэралым щыщу бэнакIуитI нэхъыбэ НыбжьыщIэ Олимп Джэгухэм хэт зэрымыхъунум. Бальхинимаев Алдар дэрэ (ари чемпион хъуащ - Ж.З.) ди насып къикIащ. Зэхьэзэхуэм щIидзэным махуэ зыбжанэ фIэкIа къэмынэжауэщ Сингапурым дыкъыщылъэтар. Щхьэусыгъуэр - мыбы дыкъэкIуэным тхьэмахуэ иIэжу Европэм и чемпионатым сызэрыщыIарщ. СрогуфIэ абыи дыщэ медалыр къызэрыщысхьам. Зэпеуэ гугъум сызэрыхэтам щхьэкIэ къэмынэу, Сингапурым сыкъыщысам си Iэпкълъэпкъыр жант, ауэ жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ Iуэхугъуэ къызэрыспэщылъым хуабжьу сигъэпIейтейрт. Тренерхэм а гузэвэгъуэр сщхьэщахащ. КъищынэмыщIауэ, сытригъэгушхуащ Аджигов Руслан ди къэралым щхьэкIэ япэ дыщэ медалыр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къызэрихьам. Дэтхэнэ зы зэIущIэми текIуэныгъэм сыщыхущIэкъуащ икIи си гуапэщ фIыкIэ къысщыгугъахэр зэрызмыгъэщIэхъуар. Иджы мыбы къыщысхуагъэфэща дыщэ медалым сеплъурэ къызгуроIуэ балигъхэм я Олимп Джэгухэм сыхэтын папщIэ слъэкI къэзгъанэ зэрымыхъунур.
Олимпиадэр къэзыхьа бэнакIуэ ныбжьыщIэм и япэ гъэсакIуэ Шэрджэс Хъызыри абы щыгъуэм и гуфIэгъуэр, дауи, гъунэншэт.
- Азэмэтбий етIуанэ классым щеджэрт, си деж зигъэсэну къыщыкIуам, - жиIэрт абы. - Хуабжьу згъэщIэгъуауэ сощIэж ар зи сабиягъыр Псыжь къуажэм нэс къикIыурэ махуэ къэс Черкесск къалэм къызэрыкIуэу щытар, ерыщу зыгъэсэным зэрызритар. Япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ къигъэлъэгъуа и Iуэху бгъэдыхьэкIэмкIэ сэ гурыIуэгъуэ сщыхъуат абы еш зэримыщIэнур, и пщэ иплъхьар пылъхьэншэу зэригъэзэщIэнур, хьэл-щэн дахэ зэриIэр. ЗанщIэу жысIэнщи, Азэмэтбий нэгъуэщIхэм къащхьэщыкI къаруушхуэ зыхэлъу, зэфIэкI лъагэрэ лъэкIыныгъэшхуэрэ зиIэу зэи щытакъым. Ауэ адрей си гъэсэнхэм къазэрыщхьэщыкI абы хэлъщ - щыбанэкIэ зыгуэркIэ щыуагъэ IэщIэкIамэ, напIэзыпIэм ар зэзыгъэзэхуэж Iэмал нэхъыфI дыдэр къэзыгъуэтыф бэнакIуэ псынщIэщ! ПсынщIагъ пхэлъу угупсысэным мыхьэнэшхуэ иIэщ ущыбанэм деж. КъищынэмыщIауэ, Азэмэтбий зэ жепIам етIуанэу къытебгъэзэжын хуейкъым: хэплъхьэр занщIэу зыщIэзышэщ, еш зымыщIэщ, бэнэкIэ лъабжьэ быдэ зиIэщ, бэшэчщ. А псом ищIыIужкIэ, зэрыныбжьыщIэм емылъытауэ, акъыл тIысарэ дуней еплъыкIэ тэмэмрэ зиIэщ.
Спортсменым сыт хуэдэ зэфIэкI бгъэдэлъми, зэпеуэхэм мыкIуэфмэ, спорт утыку имыхьэфмэ, и зэфIэкIыр здынэсам къыщынэжынущ. Ар къилъытэри, хьэрычэтыщIэ Арэщыкъуэ Рауф Ставрополь къалэм 2004 гъэм къыщызэIуихащ «АРР» клубыр. Абы кърашалIэу щIадзащ Урысей Ипщэм и бэнакIуэ ныбжьыщIэ нэхъыфI дыдэхэр. Дауи, апхуэдэхэм яхэхуащ Пшыналъэ Азэмэтбий икIи щыкIуа 2009 гъэм щегъэжьауэ и Iэзагъым хэпщIыкIыу хигъахъуэ хъуащ. И ехъулIэныгъэ инхэр къыщыкIуэнуми куэдрэ дыпигъэплъакъым - Урысей Федерацэми, Европэми, Олимп Джэгухэми ныбжьыщIэхэм щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэхэм къыщыпэхъун 2010 гъэм къыхэкIакъым!
«АРР» клубым и цIэр лъагэу зыIэта спортсменым и гугъуехьыр псыхэкIуадэ хъуакъым. Дунейпсо утыкум зи цIэ щезыгъэIэта Азэмэтбийрэ абы и япэ гъэсакIуэ Шэрджэс Хъызыррэ клубым и президент Арэшыкъуэ Рауф машинэ псынщIэ тыгъэ къахуищIу къригъэблэгъэжащ.
ИужькIи ехъулIэныгъэфIхэр иIащ Пшыналъэ Азэмэтбий. ЛъагапIэщIэхэр и плъапIэу ар щIэхъуэпсырт балигъхэм я Олимп Джэгухэм щытекIуэну. Дэри фIыкIэ дыхуэхъуапсэрт спортым япэ лъэбакъуэхэр гуфIэгъуэкIэ щызыча Пшыналъэ Азэмэтбий Олимп чемпионхэу Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, нэгъуэщI адыгэ щIалэ бэнакIуэ цIэрыIуэхэм я лъэужь дахэм ирикIуэну. АрщхьэкIэ, псори узэрыхуейм хуэдэу хъурэ? Илъэс зыбжанэ дэкIащ абы и текIуэныгъэ инхэмкIэ дызэримыгъэгуфIэжрэ. Апхуэдэу щыт пэтми, Азэмэтбий и къару илъыгъуэ дыдэщ, и ныбжьыр илъэс тIощIрэ тхурэ хъуауэ. А зэманращ спортсменым и зэфIэкI псори къыщызыкъуихыфыр икIи дыщогугъ Пшыналъэм и иужь псалъэр бэнакIуэхэр щызэрызехьэ алэрыбгъум иджыри щыжимыIауэ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "922.txt"
} |
Мэрем пшыхь
Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр
Е мыхъу фIы хъужыркъым
Е махъшэ лIэнщ, е махъшахъуэ лIэнщ. «ЗэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр къэхъунщ» жыхуиIэщ. Я мурадыр зрагъэхъулIэн щхьэкIэ, тIэкIу зэIуплъмэ, щытыкIэр нэхъ къезэгъ хъуху заIэжьэмэ, нэхъ яфIэтэмэму къыщалъытэм деж, гушыIэ хуэдэу къапсэлъ хабзэщ.
Е мыхъу фIы хъужыркъым. ЦIыхум къехъулIа фIыр бэлыхьым е мыгурыхь гуэрым кърикIуауэ щыщытым деж къапсэлъ хабзэщ.
Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж. Гузэвэгъуэшхуэм, псэзэпылъхьэпIэм къелар мыхьэнэншэ гуэрым щикIуэдыкIыжым деж къапсэлъ хабзэщ.
Ерэхъурэ хъунрэ щыIэу уи ней къысщыхуэ. ЦIыхур пцIыкIэ къешэкIыныр, гъэщхьэрыуэныр хьэл зыхуэхъуахэм ятеухуащ.
Ерыщыр щыту малIэ. «ЗигъэлIэнщ, ауэ и хьэлым, нэрыгъыу иубыдам пхутекIынкъым» жыхуиIэщ.
Жэм лъакъуэ шкIэ иукIрэ. «Ууейм дэнэ уихьыжын - ууейм уи жагъуэ къищIыфынукъым» жыхуиIэщ.
Дзэр куэдрэ узмэ, Iуач. Сыт хуэдизу къомыхьэлъэкIми, зи мычэзууж псоми икIэщIыпIэкIэ кIэ етын хуейщ.
Дзыгъуибгъу зэдеIэмэ, кхъуей кIадащхьэ трач. Зэакъылэгъуу, зэдэууэ зэдэлажьэмэ, куэд пхузэфIэкIынущ.
ЖэмтIушкIэщ. «ЛъэныкъуитIми Iыхьэ къахех» жыхуиIэщ.
Зэрыхъун хъури, и нэр хъурей хъужащ. «И ныбжь нэсащ» жыхуиIэщ.
Зи щхьэ щымыIэм и шыд хьэм ешх. «И Iуэху къикIыркъым» жыхуиIэщ.
Зи Iыхьэ зыфIэмащIэм хьэм фIешх. ЦIыхум къемэщIэкIым зыгуэр къыщыхэIэбэм е щыхэкIыжыпэм деж къапсэлъ хабзэщ.
Щауэ Къэлидар.
ГушыIэхэр
Стхащ, ауэ…
Школым къикIыжа Заур цIыкIу и адэм жреIэ:
- «Уи адэм и IуэхущIафэхэр» жыхуиIэ темэм теухуауэ нобэ сочиненэ дагъэтхащ.
- НтIэ, дауэ уехъулIа?
- Стхащ, ауэ си сочиненэр яIыгъыу ди егъэджакIуэмрэ полицэ щIалэшхуитIрэ къэкIуауэ уэ къожьэри ди щIыхьэпIэм деж щытхэщ.
Нэмыс хэлъу ягъэсащи
ЛъэIуакIуэр экзамен къеIызыхым бгъэдохьэ:
- Иджыпсту мыбы зы щIалэ цIыкIу къыщIыхьэнущ, школыр фIы дыдэу къиухащ, адэ-анэфI иIэщ, апхуэдизкIэ нэмыс хэлъу ягъэсащи, уэлэхьи, нэхъыжь щысу «цIутI» пхужимыIэну. «Тхуэпсэлъакъым» жывмыIэу, моуэ зы «плIы» цIыкIу хуэвгъэуви ныщIэвутIыпщыкIыж.
И ныкъуэр сиIащэрэт
ЗэлIзэфызыр зэфIэнат. ЛIым и псалъэр зэпиуду фыз губжьам:
- Сыту акъылыншэ ухъуа, дыдыд Iей мыгъуэ! – щыжиIэм:
- Бетэмал, нэгъуэщI мыхъуми, а иджы сиIэ акъылым и ныкъуэр сиIащэрэт, уэ пэшэгъу усщIыну сигу къыщихьам щыгъуэ, - пидзыжащ лIым.
Адыгэбзэм и къару
Махъшэм фашист къызэрихьар
Къалмыкъым и губгъуэхэм къэсат мы щIыпIэмкIэ икIыу Каспий тенджызым и Iуфэм кIуэну мурад зыщIа фашистхэр. Мыбдежым бийм щезауэ ди советыдзэхэм ящыщ гупым махъшэ зыкъом яIэт, гум щIащIауэ хьэлъэ иризэрахьэу. Махъшэхэр ди зауэлIхэм сэбэпышхуэ къахуэхъурт. Псом хуэмыдэу сэлэтхэм ягу ирихьырт БарманцаккIэ зэджэ махъшэр. Ар лэжьакIуэшхуэт. Зэгуэрым абы мыр къыщыщIауэ щытащ.
Фашистхэр ди полкым и шыгухэм къатеуэри, Барманцак гъэру яубыдащ икIи яхуащ езыхэм я частым. ЯгъэщIагъуэу махъшэм еплъырт фашистхэр. ЗэрыгъэкIийрт: «Камел! Махъшэ!» - жаIэу. Фашистхэр Барманцак шэсырт, ар джэгупIэ ящIауэ. И сыджитI зэхуакум дэтIысхьэрти кIийхэрт: «Гут! ФIыщ!»
Ди зауэлIхэм я жагъуэ хъуат фIыуэ ялъагъу, зэса я махъшэр бийм зэрыIэрыхьар. Уеблэмэ абыхэм къагупсысат тIасхъэщIэх ягъакIуэу махъшэр здэщыIэр зрагъэщIа нэужь, лIыхъужь гуп фашистхэм ятеуэу, Барманцак къыIэщIагъэкIыжыну. Апхуэдэуи ящIыну къыщIэкIынт, ауэ къэхъуар мыращ.
Ди сэлэтхэм къалъэгъуащ жыжьэу губгъуэм зыщызыIэт сабэр. Хэт ар къэзыгъэхъейр? Хэт а къажэр? Маплъэ ди сэлэтхэр икIи къацIыхуж: Барманцакщ ар!
ФыкъедаIуэ адэкIэ. Зэрыхъуар мыращ.
Фашист гъэрыпIэм куэдрэ итакъым Барманцак. Пщыхьэщхьэ хъуху къудейщ. Пщыхьэщхьэшхэр къэсыху къудейщ.
Ди зауэлIхэм махъшэр ирагъэсат пщыхьэщхьэ къэс фIыуэ, зигъэнщIу ягъашхэу. Ныщхьэби ар хуейт IэфIу шхэну. Арати, пщыхьэщхьэ шхэгъуэр къызэрысу, къыщIэрыIэжри жэрыгъэкIэ къежьэжащ къэкIуэжыну. Асыхьэтым абы тетIысхьауэ тест зигъэщIэгъуэну хуей фашист гуэр. Махъшэ сыджитIым я зэхуакум дэтIысхьэри «Гут!» жиIа къудейт абы, Барманцак къыщыщIэпхъуам. Арати, фашистыр гужьеяуэ зэрытесым хуэдэу къихьри махъшэр къэсыжащ. Ди сэлэтхэм фашистыр кърахьэхри яубыдащ. Саугъэт хъарзынэ къихьат Барманцак!
ЗауэлIхэр мэгушыIэ:
- Уей, Барманцак, упсэуащэрэт уэ! Апхуэдэурэ «бзэгу» къытхуэпхьмэ, дебгъэхъулIаи!
Абдеж аргуэру зы Iуэху дыхьэшхэн къыщыхъуащ. Фашистыр апхуэдизкIэ Барманцак хузэгуэпати, зригъэзэкIри абы еуэну зишэщIат.
Барманцак, махъшэ псоми хуэдэу, зыгъэгусэгъуафIэт. Абы игу техуакъым гитлеровецым зэрызыкъытришэщIар. Фашистым еплъщ, Iупсу иIэр зэхуихьэсри, минометым къикIам хуэдэу, абы еубжьытхащ.
ЗэщIэдыхьэшхащ ину ди сэлэтхэр:
- Тэмэму епщIащ!
- Къилэжьащ ар абы!
Къалмыкъ губгъуэхэмкIэ фашистхэр кIуэфакъым Каспий тенджызым. Ахэр мыбдеж щызэхакъутащ ди зауэлIхэм.
Алексеев Сергей.
ЗэзыдзэкIар Къагъырмэс Борисщ.
ЗэвгъэцIыху
Къуалэбзухэр
Адэжынэ - Куропатка. Адэжынэр мэзджэд лъэпкъым щыщщ. Жыг щыпытIысхьэр зэзэмызэ дыдэщ. И щIыбыр щхъуэ-гъуабжафэщ, фIыцIафэ къыщIэуэу, пщэ гупэр гъуэжьыфэщ, хулъащхьэр щхъуэщ. Щопсэу Европэм, Азие ЦIыкIум, Ираным, нэгъуэщI щIыпIэхэми. И нэхъыбэм лъэтэжыркъым, атIэ Iэпхъуэу аращ. Ди къэралым и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэхэу уэсыр куэду къыздесымкIэ щыIэхэр ипщэкIэ къолъатэри, щIымахуэр щрах Ипщэ Украинэм, Кавказыкум, Курыт Азием. Адэжынэхэм нэхъ бэгъуэгъуафIэ ди къуалэбзухэм яхэмытми (зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкIэ 24-м нос), я бжыгъэм кIуэ пэтми хощI, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу.
Адрей джэд теплъэ зиIэ къуалэбзухэм елъытауэ адэжынэр нэхъ щымащIэщ Кавказыкум. Абыхэм нэхъ ущрохьэлIэ мэкъупIэхэм, хьэсэпкъхэм, чыцалъэхэм, псыхъуэхэм. Я шхыныгъуэ нэхъыщхьэр: удз тхьэмпэ, гъавэхэкI, хьэпщхупщ.
«Адэжынэм и гъащIэр Тхьэм уигъэгъэунэху» гыбзэм къикIыр «шынагъуэ зэпымычым ухэмыкIыу упсэу» жыхуиIэщ.
АмкIыщ - Хохлатая синица. ЦIыжьдадэ лъэпкъщ. Щопсэу Европэмрэ Кавказымрэ я мэзхэм. ЩIымахуэм зыщIыпIи лъэтэжкъым. Абгъуэ здищIыр псей, уэздыгъей жыг гъуанэхэрщ. Адрей цIыжьдадэ лIэужьыгъуэхэм къащхьэщыкIыу, и пщэм кусэ фIыцIэхэр хэлъщ, хулъэ щIагъым гъуэжьыфэ къыщIоуэ. И Iусым хохьэ псей, уэздыгъей жыг жылэхэр, хьэпщхупщхэр.
Бгъащхъуэ - Беркут. Бгъэ лIэужьыгъуэм я нэхъ пIащэщ. И дамэхэр хуэIузэ кIыхьщ, кIэр хъурейщ, лъэдийхэм цы ятетщ. И теплъэм и плъыфэр гъуабжэ-фIыцIафэщ, бгъэгур, кIэбдзыр нэхъ гъуатIэ-дыщафэщ, пщэ, щхьэ щIыбхэр гъуафэщ.
Бгъащхъуэхэр щопсэу Кавказым къищынэмыщIауэ, Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэми, нэгъуэщI къэралхэми я бгыщхьэхэм, мэзхэм, къумхэм. Абгъуэ щаухуэ къырхэми жыгыщхьэ лъагэхэми. Абыхэм къащэкIу мэз бжэн, щыхьхэм я щIэжьей, тхьэкIумэкIыхь, къуалэбзу пIащэ, нэгъуэщIхэри. Кавказым щыIэхэр мэгъуэлъхьэж гъатхэпэ мазэм, къэралым и ищхъэрэ мэзылъэхэр зи хэщIапIэхэр - мэлыжьыхьым. Кърашыр зыщ е тIущ.
Бгъащхъуэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхум игъасэрэ ирищакIуэу къекIуэкIащ, ар къыхощыж нарт эпосым. Иджыри абыхэм ирощакIуэ Къэзахъстаным, Къыргъызым щыпсэухэр.
«Бгъащхъуэ гушхуар жьындум пэщIэхуэри ишхащ» псалъэжьым «уи къарум укъигъэгугъэу ущымыкI» жыхуиIэщ.
Бгъащхъуэжьей - Малый подорлик. Къашыргъэ лъэпкъщ. И теплъэр гъуабжэ-щхъуэщ. Щопсэу ди къэралым и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ, Кавказым, Азие ЦIыкIум, Ираным и ищхъэрэ къухьэпIэм. Щыгъуэлъхьэну нэхъ къыхихыр мэкъупIэхэрщ, шэд зи гъунэгъу мэзылъэхэрщ, псыхъуэхэрщ. И шхыныгъуэм хохьэ блэ, шындырхъуо, хьэндыркъуакъуэ, псэущхьэ лIахэр. Абгъуэр жыгым трещIыхь. Зы гъэм къикIэцIыр джэдыкIитIщ, накъыгъэм мэгъуэлъхьэжри, махуэ 40-кIэ телъа иужькIэ къраш. Кавказ бгъащхъуэжьейхэр щIыпIэ хуабэхэм лъэтэжыркъым. Ахэр нэхъыбэу щыплъагъур бгы лъагэхэрщ. Нарт хъыбархэм къыхощыж бгъащхъуэжьейхэр. Псалъэм папщIэ, Ашэмэз и пшыналъэм хэтщ мыпхуэдэ едзыгъуэ:
… И адэжь и Iэщэр нызыкIэрещIэ,
И бгъащхъуэжьейр сэшхуэкIым тесщ,
И самыр жьейр шыбгъэгум щIэтщ.
БгъащхъуэкIэху - Орлан-белохвост. Мыри къашыргъэ лъэпкъщ. ПIащэщ, килограмми 6-м щIигъу къешэч, теплъэкIэ бгъащхъуэм ещхьщ. Хамэ къэрал куэдым щыIэщ. Мыбы и абгъуэр лъагэу Iэтауэ щещI жыгыщхьэхэм, къырхэм. Нэхъыбэу щыболъагъу тенджыз Iуфэхэм, гуэлхэм, псыежэххэм я гъунэгъуу. Я шхыныгъуэр бдзэжьей, псыбабыщ, къазхэкI лIэужьыгъуэхэрщ. Мы къуалэбзур тхылъ плъыжьым ихуахэм ящыщщ.
Брат Хьэсин.
Псом нэхърэ…
нэхъыжь дыдэу «Оскар» саугъэтым и лауреат хъуат Джессикэ Тенди цIыхубзыр. Ар абы и ныбжьыр илъэс 80 хъууэ 1990 гъэм хуагъэфэщат, «Мисс Дэейзи за рулем» фильмым и цIыхубз роль нэхъыщхьэр зэрыщигъэзэщIам щхьэкIэ.
* * *
нэхъыщIэ дыдэу «Оскар» саугъэтыр хуагъэфэщауэ щытащ Ширли Темпл (США). Абы и ныбжьыр илъэситху фIэкIа мыхъуауэ кинематографием къыщихьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ 1934 гъэм а саугъэтыр къихьат.
ГъэщIэгъуэнщ
Зывгъэпсэху
Языныкъуэ цIыхухэм загъэпсэхуныр нэхъ къатохьэлъэ лэжьыгъэм нэхърэ. Абы щыхьэт тохъуэ Нидерландхэм я щIэныгъэлIхэр.
ИрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, лажьэурэ еса цIыхур Iуэхуншэу къэна нэужь и имуннэ системэр гуащIэмащIэ мэхъу. Зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм деж нэхъыбэ мэхъу, псалъэм папщIэ, пыхусыху зэуалIэхэр, зи къупщхьэ зэрытыпIэхэм къыхагъэзыхьхэр.
Абы къыхэкIыу дохутырхэм къалъытэ лэжьэгъуэ махуэм нэгъуэщI мыхъуми зы сыхьэт къыдэбгъахуэу жьы къабзэм ухэту зыбгъэпсэхун хуейуэ.
Тхьэхущынэ Ланэ.
Хъыбар цIыкIу
Унагъуэм щытепщэр
Налшык и уэрамхэм ящыщ зым сыздрикIуэм солъагъу: зи ныбжь хэкIуэта цIыхухъу зэIэщIэлъымрэ цIыхубзымрэ белхьэкхъуафэ зырыз яIыгъыу, машинэм къригъэджэлыкIа растворыр я тыкуэн бжэIупэм щызэбгратхъу. IухьэпIэм япэм тралъхьа асфальтыр ныкъуэхэкIуэдэж хъуат. Дунейр хуабэти, лIым спортивнэ гъуэншэдж фIэкIа щыгътэкъым, ари пыщэтыжауэ. Абдежым цIыхубзым и макъ зэхызох:
- Апхуэдиз раствор абдей щIытебупцIэр сыт, гъуэгу мыгъуэм емыжьэн?!
- Мыбдей къэчащи аращ, - Iэдэб дыдэу ет лIым жэуап.
- Тхьэ, узыхуейрамэ, уи кIуэцIыр къэзгъэчэнмэ! Пхэ дыкъуакъуэжь ухъужауэ, щысхь жыхуаIэр бжэгъукIэ къраудмэ пщIэркъым.
ЦIыхухъум абы зыри пидзыжакъым. ГурыIуэгъуэт унагъуэм щытепщэр хэтми. Абдежым сигу къэкIаращ: зэщхьэгъусэхэм е я къуэ къишащ, е япхъу яшащ. Абы щыгъуэ, шэч хэмылъу, хъуэхъу дахэ куэд къыхужаIащ а тIуми, «ЗэгурыIуэу зэдопсэу, зым Iэпыхур зым къищтэжу, адыгэ хабзэ щызекIуэ унагъуэщ…» Апхуэдэ хъуэхъу абыхэм яжезыIахэм езгъэлъэгъуащэрэт а махуэм сэ си нэгу щIэкIар!
Саут СулътIан.
Дэ къытхужаIахэр
Адыгэ бзылъхугъэр дахэкIейщ
«Адыгэ бзылъхугъэр дахэкIейщ икIи щIыфэхущ. А хужьагъыр зэрыпсыхьа плъыфэ дахащэр зыхуэдэр къэпIуэтэн папщIэ, нэгум къыщIэувэ щIэрэщIагъыр нигъэсу, аIуудзымрэ (лилия) гуащэнапщIэмрэ (розэ) зэхыупщэн хуейщ. Абыхэм я натIэхэр джафэщ икIи лъагэщ; Iэ зэмыIуса я набдзэхэр апхуэдизкIэ псыгъуэщи, шылэ Iуданэ къурашэ уфIэщIынщ. Я нэ пIащэ Iэсэхэр щIасэкIэ гъэнщIащ; я пэхэр захуэщ, я Iупэхэр плъыжьщ, я жьэхэр цIыкIущ икIи дыхьэшхрейхэщ. Абыхэм я жьэпкъыпэхэр дахагъэ нэгъэсыпам и щапхъэщ, пщэмрэ жьэгъумрэ дахэрыгъуазэхэр арэзы ящIу хужь Iэхулъэхухэщ. Уэсым хуэдэу хужь абыхэм я дамэ Iувхэм зэм утIыпщауэ, зэми ухуэнауэ, ауэ сыт щыгъуи я нэкIур екIуу къэзыухъуреихь, вындым хуэдэ щхьэц фIыцIэ кIыхьхэр къытощатэ.
Зыхуей хуэза япкъ гуакIуэхэм фэ хэIэтыкIа ятетщ, я Iэпкълъэпкъхэр тыншу икIи хуиту зэрахьэ», - жиIащ XVII лIэщIыгъуэм псэуа нидерланд зыплъыхьакIуэ Ян Янсен Стрейс.
ЗэзыдзэкIар
Джэдгъэф Аслъэмырзэщ.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "923.txt"
} |
ФАТIИМЭ
ХЕТАГУРОВ Коста
Кавказ повесть
ЩIэдзапIэ
Сытым хуэдэу сыхуейт сэ, си дахэ,
Мы дуней фэрыщI защIэм ухэсхыу,
ЩIыпIэ жыжьэм ущезгъэпсу дыгъэу,
УщызгъэфIэн усакIуэ лъагъуныгъэм…
УигъэгуфIэнт, сабийуэ, си пшыналъэм,
Дэрэжэгъуэм игъэжану уи лъэр,
Уи щхьэр къебгъэщIынти щабэу си бгъэм,
УщIэжеикIынт си лъагъуныгъэм…
Зэхэслъхьэнут сэри уэрэд Iэджэ,
ЗыщызмыгъэнщIу ди гъащIэ телъыджэм,
Насып нэхъ ин дыдэхэм я пщалъэу
Лъагъуныгъэ хуитым и пшыналъэр…
I
ЩIэхуэжкъым цIыхур и хьэщIэщым НэIиб,
ЩаIэтыр хъуэхъухэр дыгъэл защIэу,
КъикIахэщ Шэшэным, Гъуниб,
Къэбэрдей хэкуу пщIэ зыхуащIым.
Мыбы щыгуапэщ хьэщIэ псори,
Зэуэным къыдэхуауэ цIыхухэм,
Загъэпсэхужу гуми псэми,
ЗрагъэшэщI я хъыбар нэхухэм.
Тетщ жыIэдаIуэу я лъэпкъ хабзэу
Нэхъыжьхэм я щIэин уахътыншэм,
ХьэщIэм щыхуащIыр пщIэ Кавказым,
ГъэпцIагъэ я гум щымыушу.
Къихьами унэм лъыкIэ бий,
Иренэхъыжь, иренэхъыщIэ.
УIунщ ухъуауэ цIэ напей,
Хуэфащэ пщIэ абы хуумыщIым.
Къыппадзыхынукъым я шхыныр,
Къыбдагуэшынущ фIыри Iейри,
Кавказ лъахэжьыр щхьэхуитынырщ
Зытеухуар гупсысэ псори.
Гъуэрыгъуэу фалъэр зэIэпахыу
Хъурейуэ къыщокIуэкIыр Iэнэм,
Я псалъэмакъым и курыхыр
Тетынхэ зэрыхуейрщ КъурIэным;
Зэгуэр епцIыжмэ КъурIэным,
Ар къыхуэгъункъым муслъымэным.
Зи диным епцIыжа инатым
Къелэжь хэкуэгъухэм я нэлатыр.
Щхьэзакъуэу губгъуэм ит абрэджи,
ЦIыху хуэмыщIауэ щыгъыныджи,
ЗэуапIэм къикIуэсыкI къэрабгъи,
Зым хуамыгъазэу я щIыбагъыр -
Щагъуэт мыбдежым увыIэпIэ.
Илъэс къэсыхукIэ къуажэ къэскIэ
Я тхьэIухудхэр къащIри лIыкIуэ,
ЯIэту Iэгур уафэм нэскIэ,
Джэгушхуэ ящIри IэкIуэлъакIуэу,
Удж ирашажьэ щIалэгъуалэм,
Зыгуэрхэр джэгум щызэгуакIуэм,
Я гухэлъ псалъэр трагъалэу.
А джэгухэм щауэ къудан Iэджэ
КъокIыжхэр я щхьэхэр я жагъуэу,
Пэплъами куэдрэ нэхущ уджым,
Хъыджэбзхэр къемыплъауэ щIагъуэу…
Пщащэ зэкIужхэм гухэлъ псалъэ
ЩыжаIэ джэгум укIытэхыу,
КъафIэщIмэ зыгуэрхэр къаплъэу,
Я напIэр хуэму ирахьэхыу…
НэIибым хэкIуэтащ и ныбжьыр,
Хуэм-хуэмурэ и пIалъэр къосыр,
Илъэс блэкIахэм я Iэужьу
И щхьэцри зэщIэтхъуакIэщ уэсу…
Ар щымышынэ ажал къеIэм,
Джэбыным е кхъэ мащэ псыIэм,
КъикIуами нэсу лIыхъужь гъуэгур,
НэгъуэщIщ къэзыгъэдзыхэр и гур.
Щытащ зауэлIым и къарур
Къыщихурэ, пщIантIэм димыгъэсу,
Къыпэмылъэщуи псы къиуар,
Къижыхьу жьыр къыкIэлъымысу,
Къыр задэ лъагъуэхэр и гъуэгуу,
Итт махуи жэщи щакIуэу къуршым,
Зригъэпщам фIэмыкIыу и шэр…
ЛъыщIэж мурадкIэ кIэлъыпхъэрым бийм,
Блэм ещхьу щэхуу кIэлъыщIыхьэрт.
Имыгъэгъуу къытехьа лейр,
Пщэдджыжьым къихьырт и бийм и щхьэр,
И къуентхът абы и къамэр, фочыр..
Алыхьым фIыщIэ хуищIт щIэмычэу,
Ар щигъэлъапIэу и уэрэдым!
ЛIыукIым зыри щIимыгъакIуэу,
Лъы ищIэжыфырт хабзэм къекIуу…
Ауэ зауэлI ерум и жьыщхьэр
Гуауэшхуэ гуэрым егъэхыщIэ -
Къригъэхьыну я бийм и щхьэр,
Иригъэжьат и къуэ нэхъыщIэр.
Къыхуэнэжар а щIалэ закъуэрт
ЛIыжьым и жьыщхьэм зыщIигъакъуэу!
ТепыIэ имыIэжу лIыжьыр
И щIалэм къигъэзэным ежьэрт!
Арщхьэ щыIэжкъым и лъэужьи.
Иджы пхрыкIым ещхьу пшагъуэм,
Тоувэр кхъэм узышэ лъагъуэм,
ФIэмыфIу цIыхухэм яхэтыну,
Къахоплъэ и ныбжьэгъухэм шынэу,
Псэ лъащIэм щIэгъуэлъхьа гукъанэм
ЗэфIещIэ нэщхъеягъуэ пшынэр!
Елъагъу Алыхьым, инщ и гуауэр,
И щIалэ закъуэу и гум къеуэр
Илъагъурт химыхыну и псэм,
IэщIэкIами Жамболэтыр пасэу,
Ауэ…
Гуауэм и щхьэж къыфIокIуэ хабзэр.
Иджы НэIиб хуэхъуащ къалэн,
Пэмыплъэххауэ жьыщхьэ кхъахэр,
Иригъэхужу гум блэкIахэр,
Пхъу ищIа пщащэр игъэфIэн.
Аращ, а зырщ и гурыфIыгъуэу
Мы гъащIэм къыхуэнауэ щIыгъур.
ТемыплъэкъукIыу жэщи махуи,
Пхъу ищIа пщащэм гу щимыхуэу,
Налкъутналмэсу псэм щихъумэу,
И нэIэ тригъэтщ ФатIимэ.
- Си дахэ, къеплъыт мы си жьыщхьэм,
Зы щхьэц тетыжкъымэ мытхъуауэ,
Плъагъунщ мыгувэу уэ си кхъащхьэм
ЩIы фIыцIэр Iуащхьэу тратхъуауэ…
Дунейм ехыжу пасэу уи анэр,
Уэ цIыкIур ибэу укъыщынэм,
УзэсшэлIэжри зызмыIэжьэу,
ЯхуэсIуэгъащ тхьэ ди нэхъыжьхэм
Сипхъу закъуэ хуэдэ усхъумэну,
Къыппэхъу щымыIэу узгъэсэну,
Пщыхэм я пщыж нэхъ щIалэ пажэм
НэчыхькIэ гъусэ ухуэсщIыну.
Бгыхэм ягъафIэ удз гъэгъахэм
КъахэмыкIынуи уэ нэхъ дахэ,
Си куэщIым уиспIыкIащ узгъафIэу…
Хур пщащэ хуэдэ уи хъыбарым
Си деж къегъакIуэ лъыхъухэр уэру
ЗэкIужхэу, уардэу, накъэдыкъэу
Яхэтщ абыхэм пщыи, уэркъи…
АтIэ, къызжеIэт, си хъыджэбзым,
Уигу ирихьын къахэкIкъэ зыри?
Ахэр щIэхъуэпсу уи нэчыхьым,
МэлъаIуэ, къыпхуагъэщхъыу я щхьэр..
КъэувыIэ ищIэркъым зэманым,
Алыхьым къыпщищIа къалэну,
ФатIимэ, ухъун хуейщ уэри анэ…
Ар гъащIэ хабзэу къыддокIуэкIыр,
И жыпхъэм зы иримыгъэкIыу,
Уелъэпэуэныр адэжь хабзэм
Лъэпкъым уепцIыжыным ещхьыркъабзэщ,
Апхуэдэр хуэхеинущ цIыху гущIэгъум,
Iумпэм ищIынущ уеблэм и гъунэгъум.
Жэуап имыгъуэтауэ аргуэру,
НэIибым и гур къоуэ уэру…
ФатIимэ, хуэщIи гущIэгъу мащIэ,
ЛIыжьым къыумыIуэнтIыкI и гущIэр!
Пэплъэу Жамболэту и къуэ закъуэм,
ЛIыжьым гуауэу игъэвар ирокъур.
ЗэгъащIэ мыри -
Ехыжа нэужь дунейм абы и анэр
Си гурыфIыгъуэ закъуэу, си псэу, си нэу
Сэ сиIэххари Жамболэтрэ уэрэщ…
Фызгъэсащ, фыспIащ зэрысхулъэкIыу,
СиIэри симыIи фпезмыхьэкIыу…
Къыслъысыжари сыт а псоми я пщIэу:
Илъэситху хъуащи щIалэм и хъыбар сымыщIэ,
Уэри, мисыр, си хъыджэбз гъэфIэныр
Ухуеижкъым уи гур къысщIэгъуну!..
ФатIимэ, сыт мы слъагъур,
Уи нэпсыр псыхьэлыгъуэу
Щхьэ къебгъэжэхрэ?
Быдэу мыр зэгъащIэ -
Иджыпсту узэдэIуа си хъущIэ мащIэр
КъызыфIумыгъэщI гукъанэ пхуэсщIу -
Мыр си фIэщу бжызоIэ сэ лIыжьым
Нэщхъеиныр къекIуркъым уи ныбжьым…
- Умыгъэныкъуэ уи гур лейуэ, дадэ, сощIэ,
Уи гу хьэлэлыр фIы зэрыщымыщIэр,
Сыт тщIэн, аращ-тIэ зэрыщытыр гъащIэр,
Дызэрыхуей щымыхъур ар мымащIэ!..
Уэращ сызипхъур, унафэр уэращ зейр,
Сет, дадэ, къысхуэбгъэфащэ дыдэм,
Абы хэзмылъхьэжыххэу псалъэ лей,
Мобы жыхуэпIэр, дадэ, сэри содэ.
ТесщIыхькъым, си адэ,
Зыри си насыпым,
Мы гъащIэм сыт хэсщIыкIыр сэ хъарыпым?..
- Сыт хуэдэ псалъэ си пхъум къыхуигъэшыр
И адэжь закъуэу гуауэм ищIам тхышэ!
Уэ зым фIэкIауэ къызэрысхуэмынамкIэ
ПхузоIуэр тхьэ мы си щхьэ зэщIэтхъуамкIэ,
Тхьэ соIуэр Алыхьышхуэм и къарумкIэ
Си гъащIэу къысхуэнам сиIэж хъуэпсапIэр
УнасыпыфIэу зэтеслъхьэнырщ напIэр.
Апхуэдэ дыдэуи тхьэ соIуэ,
Уэ къыхэпхам и цIэр къысхуипIуэм,
Си мурадар, сиIа гуращэр,
Къемызэгъыщэми лъэпкъ хабзэм,
МэскъалкIи къимыутIыпщу си бзэм
Здесхьэхыну си кхъэ мащэм.
Си хъыджэбз закъуэр хъумэ насыпыфIэ.
Кхъэ мащэми сыщыжеинущ IэфIу…
- БжесIэнур къысхуэгъэгъу, си адэ,
СощIэж зэгуэрым шэшэн лIыкIуэу
Жэщыбгым къуажэм къыдыхьам
Балигъи цIыкIуи ямыщIэжу
Джаурхэм къуажэм лъыр щагъажэу…
И хъыбар жагъуэ къытхуихьам,
ЩыщIагъэдэIум ди нэхъыжьхэр:
Зи лъэ изылъхьэфыр вакъэ
Сулак адрыщIкIэ зауэм кIуакъэ!
ПщIэжкъэ, Жамболэти сэри
Абы щыгъуэ уэ дынолъэIуауэ
БгъэкIуэну Жамболэт а зауэм,
ПщIэжрэ и гъыбзэхэр, и лъэIухэр
МэскъалкIи уи гум къемыуIуу,
БутIыпщыгъакъым абы щыгъуэ.
СыщIалэт сэри, си делэгъуэт,
ДэсIыгъыу сыткIи Жамболэт!
Апхуэдэу хъуну хэт ищIэнт!..
ПщIэжрэ ежьахэм абы щыгъуэ зекIуэм
Уи щIалэм хуэдэу IэкIуэлъакIуэу
Яхэттэкъым исыф уанэгум…
И лIыгъэр игъэIуну хуейуэ
Аратэкъым щIэкIуар ар зауэм!
И гум имылъу хьэрэмыгъэ
Хуейт щIэзэуну хуитыныгъэм…
Щхьэхуитыныгъэ!.. Зым пимыщIу
ЩигъафIэрт псалъэр и гу лъащIэм…
Къысхуэбгъэгъунщ, си адэ, нобэ
БжесIэ гурылъыр сытегушхуэу!..
УкIытэм къису щытми напэр,
Абы изотыр мыхьэнэшхуэ,
БлэкIащ апхуэдэу илъэситхур
Сыпэплъэ защIэу хъыбар кIапэ,
Жеиншэурэ исхар жэщ дапщэ,
Жэщ кIыфIхэр щхьэгъубжэм къыдэпщу…
Иджыри ижыркъым гурыгъыр,
Иджыри хэзмыхыжми гугъэр,
Сыт къикIыжын хъыджэбз тхьэмыщкIэм
Къеблыжурэ и нэпс щIигъэкIым!
ИтIани, сощIэ, щIэзгъэж нэпсыр
Хабзэм еплъытым, сыт зи уасэр!
И натIэм къритхам Алыхьым
Зыми блихыфакъым и щхьэр…
ИмыIэу зэхуэзэж ди гъащIэм,
Дэ дищIагъэнущ зэпэIэщIэ!
СытекI мыхъуныр ди лъэпкъ хабзэм
Къызолъытэжри си фарзу,
Скъутэнущ нобэ, сигу иригъуу
Псалъэ стыгъари си щIалэгъуэм.
Си адэм гуауэр хьэлъэу тещIэм,
Сыхуейкъым гуфIэгъуэншэ гъащIэм.
Изгъэхунщи си гум Жамболэтыр,
Уарэзыуэ абы септым,
Ибрэхьим сэ сыхуэхъунщ щхьэгъусэ…
- Сыт жыпIэр, си хъыджэбз, си тIасэ?!
- Арагъэнщи и унафэр Алыхьым,
Сэ пэздзыхыфынкъым абы си щхьэр…
- ТхьэмыщкIэщ ар, къулейсызщ,
Си хъыджэбз,
Егупсысыж уи псалъэм!..
- МафIэу жьэражьэщ къысхуищIа гухэлъыр…
- Уеблэм, ящыщкъым ар пщы лIакъуэм…
- Абы щхьэ сигу сымыгъэныкъуэ…
Гум изгъэхужу, си хъуэпсапIэм
Кхъэр щыхуэсщIыфкIэ увыIэпIэ,
Гугъуехьми сыпэщIэтыфынщ,
ПщIэнтIэпсыр къыпхэзыху лэжьыгъэм,
Лъыр къэзыгъэплъ цIыху лъагъуныгъэм
Инщ я къарур. Сытри цIыхубзым
ХулъокIыр лъагъуныгъэр къабзэм…
Уэ зэхэпхащ уипхъу акъылыншэм
И псалъэ делэхэр, си адэ,
ИкIи зы щхьэ умымэхъашэу,
Унафэу сыт къысхуэпщIми содэ!..
ЛIыжьым къэнэщхъея и нэгур
КIэщIегъэпщкIуэжри хуэму Iэгум,
Ар къалъагъуным игу иригъуу,
Нэпс ткIуэпсыр тоткIуэ алэрыбгъум…
II
КъеувэкIауэ выгухэр къэрэгъулу,
Жэщыбг мафIэр бгы лъабжьэм къыщоблэ,
Джабэ задэм къожэхри акъужьыр,
МафIэм щIопщэ игъэжьэражьэу…
Псы Iуфэм выхэр щохъуакIуэ хуэму…
Уэрэд гуэр къыхоIукI хьэуа уэмым. -
Мы аузым щыIу уэрэдыр пфIощI зеиншэу.
Мэхущхьэ зы лIы гуэр нэбэнэушэу…
Мыпхуэдэ жэщым удзыпцIэ щабэм
Зыбгъэпсэхуу ухэлъыныр сыту гуапэ…
УщIэщхьэукъукIыурэ мазэгъуэм,
Убжу щIодзэр уафэм исыр вагъуэу.
Бжыгъэншэми вагъуэр,
Дэтхэнэ зыри пфIэщIэщыгъуэщ,
БгъэщIагъуэу уоплъ Алыхьым и Iизыным,
Уафэ мыкIуэщIым хэшыпсыхьу уи нэр.
Уеплъыху укIэлъоплъыжри уи гупсысэм,
КъыбгуроIуэжыр ар зэрыжьгъейр,
Нэмыплъысыфу и щэхухэм дунейм!
Вагъуэм адкIэжкIэ кIуэну еIэ уи гум
ЛъэкIкъым къызэринэкIыну уэгур!..
Выгухэм адэкIэ щызоуэ ныбжьхэр,
КъотIысэкIри мафIэ жьэражьэм,
Шэрджэсхэм псалъэмакъыр ирашажьэ…
Хахащи нэхъыщIитI бгъуэщIэсу,
Адыгэ хабзэм и нэмысым
Тету кърахьэкIыр Iэнэр,
Трагъэувэу Iэзэу шхыныр,
Нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ зэхахыу,
Фалъэр хъурейуэ зэIэпахыр…
И бзийхэм ар щIигъэнэхукIыу,
Пхъэ гъурыр мафIэм къыщопIэнкIыр…
IэфIщ хьэлIамэпсыр, IэфIщ хьэлIамэр,
Улажьэурэ умэжэлIамэ.
Пэхъун хэмыт къыпфIощIыр шхыным,
Хуабэу уедзакъэмэ чыржыным!..
ЛэжьакIуэжьхэм я лэжьыгъэ гугъур,
Зэрагъэпэжыфыр я ныбжьэгъур
ГукIи псэкIи зыхэзыщIэм
ФIэIэфIщ абыхэм я шхын мащIэр…
Ауэ, сэ пщIэ зыхуэсщI тхылъеджэ,
Куэдым яфIэфIщ загъэпсэхунуи тыншу,
Iумпэм ящIыф къызэрыгуэкI мэжаджэр,
Ирагъэсащи махуэ къэскIэ нышым!
Зэт! ДаIуэт, мес, адыгэ ныбжьыщIэм
Зэхехыр лъэмакъ гуэр, къоIэгъуэ…
- Шхыныр Алыхьым фхуигъэбагъуэ! -
ЩIалэ мыцIыху къыкъуокI выгу къуагъым.
Ар хэтми зэкIэ щIэмыупщIэу,
Къотэджхэр, хьэщIэм хуащIу пщIэ…
- Укъытхуехами Алыхь лIыкIуэу,
Ущытми къызэрыгуэкI лIыщIэу,
УзрихьэлIэ шхыныфIщ - къакIуэ,
Iэнэм къэтIыс , уэим умыщIу…
Хъыбар гуэрхэр къытхуэпхьамэ, хьэщIэ,
КъыджеIэт псори умыбзыщIу.
Сыт хуэдэ ар,
Хэт къызыхуэпхьар?
- Лезгин тхьэмыщкIэ гъуэгурыкIуэр
ИщIынкъым зэи уафэм лIыкIуэ;
Ди щыгу къит хьэршым и щэху щIэншэм
Иплъэфкъым си щхьэ къарууншэр…
Сыхъуауэ сэ ибэ хъурей,
Сыкъыщытенэм мы дунейм,
Фызыжь кхъахэ нэблэгъам зи гъащIэр
СызришалIэри, и куэщIым
СрипIыкIащ, хуэдэу и быным,
Семыхъуапсэу зиIэм анэ.
ЩIыбышэ хъуами, жьыми унэр,
Щытшхащ хьэлэлу дгъуэтыр шхыну,
Игъуэджэ тщIыртэкъым чыржыныр.
Таурыхъыу кIуащ си сабиигъуэр,
Ар исыкIащ хьэуазэ мафIэу!..
Сыкъэхъурт, нанэм тIэкIу сигъафIэу.
Фызыжьым ищIэрт цIыху гъэсэкIэ -
Сихурт пщыхьэщхьэ къэсыхункIэ,
ЯщIамэ пщыжьхэм ешхэ-ефэ,
Си лъэгум къыщIэлъэлъу хъуаскIэр,
Сакъыхуэфэну ажэгъафэу.
Къулейхэм сэ тезгъэут я зэшыр,
ЗызэкIэщIэсшрэ згъэдыхьэшхыу…
Ныкъуэшххэр къытенамэ Iэнэм,
Къыхуэсхьырт езгъэшхыну нанэм…
Гукъинэжу и акъужьыр къысщIигъапщэу,
Блэлъэтащ щIалэгъуэр гъуэбжэгъуэщу.
Гугъу къыздехьу сызыпIа фызыжьыр,
Къэсри пIалъэр, ирахьэхащ кхъэ мащэм.
БлэкIащ алъандэм илъэс Iэджэ,
Псы куэди щежэхащ ди хэкум,
Сэри нэхъыбэм сыныбаджэу
Гъуэгу Iэджи щIэзгъэкIащ си лъэгум.
Си хъуржын закъуэр, си башыжьыр
Аращ сиIэххэри гъуэгу гъусэу,
Гуп срихьэлIэм изошажьэ
Уэрэдыр, лIыфIхэм сахуэусэу.
Срагъэблагъэ дэни гуапэу,
СощIыфри нэжэгужэ гупыр.
ЕсхьэкIт апхуэдэу сфIэщIэщыгъуэу
ГъащIэр, къызиту дэрэжэгъуэ,
Илът си къарур, мыух си гуащIэр
ЗэсхьэлIэфын къэслъыхъуэ защIэт…
СщIэххакъым гъащIэр гуащIэмащIэу,
КъэсыхукIэ узыр сигъэхыщIэу…
ЗыкъыщысщIэжым, пыхуу си гур,
СыщыIэт сымыцIыху хэгъуэгум.
Си хъуреягъыр хамэ губгъуэт,
Зигу къысщIэгъун сIэщIэмылъагъуэу…
ЦIыху сымыцIыхухэм я ауанырт
Ихузу сигу, щIэслъагъуэр я нэм…
Елъагъу Алыхьым си гум щыщIэр,
Бэлыхь мыух сщыхъуакIэт гъащIэр!..
Гупсысэр тезутIыпщхьэм лъагъуэм,
Лъэхъуэщт къыспэплъэу къыхуэлъагъур.
СыгупсысэхукIи си хъуэпсапIэт,
А псори къыщIэкIын пщIыхьэпIэу…
Хы щIэншэм техьа кхъуафэжьейр,
Ирихужьа нэхъей акъужьым,
СимыIэу гъуази гъуэгу гъэлъагъуи
СыкърихуэкIт толъкъун шынагъуэм,
ГугъапIэ гуэри къыкъуэмыкIыу,
Си махуэ хьэлъэхэр екIуэкIыу
СехутылIащ щыхупIэ задэ,
СыкъызэплъэкIмэ слъэмыкIыу,
Лъагъуэ пшагъуалъэрщ итыр си кIэм…
Сыт сщIэнур, ипэкIэ сыкIуэн
Е сышынауэ згъэзэжын?..
Хьэуэ, къыхэкIми си ажалыр,
НэхъыфIщ згъэунэхумэ спэщылъыр.
Сыхэджэлэжрэ уэс Iэтэм,
Сыхэжеихьмэ щхьэхуиту
НэхъыфIщ.Пшагъуалъэ лъагъуэ бэным
Сыхуейкъым гъэру сыкъинэну…
Нэгъазэ, гъазэ… хэгъэрей
Сызыхуэзахэ сымыщIэххэу,
ФщIэгъатэм къыспкърыхьа шынэр,
Дыгъэм и бзийм щысхъумэу си нэр -
Сыкъаплъэм, тенджыз гъунапкъэншэу
И куэщIым силът мо тафэ псэншэм,
Псышхуэ ежэхри щхьэхынэу,
Зэхэпх къудейуэт зэрыушэр.
ЛIэщIыгъуэ хьэлъэу кIуэрт зэманыр,
ИIулIэу гуауэкIэ Iэпкълъэпкъыр…
Лъэр зэблэмыкIыу щIэлIэрт куэпкъыр,
Ауэ гум пищэрт и къеуэныр…
СыкъоплъэкIыж - къэскIуа гъуэгу Iыхьэр
ХэкIуэдэжакIэт зэман гъуэзым,
Сыплъэжмэ и пэкIэ и нэзыр
Къысхуэлъагъуххэркъым гъуэгу кIыхьым!..
Къриджэр хэтми къысхуэмыщIэу,
Гыз жагъуэ кIыхь къоIукI си гущIэм.
ГущIэгъулыныгъэу лъэкIыр хилъхьэу
Гызыр йолъэIур ди Алыхьым
Нэхъ щIэх Псэхэхыр къыскIэлъихьэу,
Ирихьэжыну псэр и пащхьэм…
Арщхьэ зихъуэжыркъым пщIыхьэпIэм -
Теплъэгъуэ щIэкIхэр ещхьщ нахуапIэм:
Солъагъур къырхэм я щхьэгу къабзэр,
Псы уэрхэр щеукIуриех аузыр,
Си Хэку щхьэщыт хьэуам и гъуэзыр…
Си ныбжьэгъухэм уэрэдыр ягъэшыр,
Щомыщ иуIауэ шабзэшэм,
Сыщолъэтри, сыхуэкIуэу уэрэдым,
Пызощэжыр си гъуэгу гугъум уардэу…
СыщхьэщолъэтыкIыр лъагъуэ сымыцIыхум,
Уэрэд макъым седаIуэу гупсэхуу…
Къысхуэвгъэгъу, ныбжьэгъухэ,
псалъэм и кIыхьагъыр,
ЗекIуэлI тхьэмыщкIэм и гущIэр зыгъагъыр,
КъыфIыщеудри нэпс хуэмыубыдыжу,
ЦIыху щыхуэзам и деж яхуеIуэтэжыр.
ФымыщI фи жагъуэ къызэфта мы фалъэр
Хъыбар сIуэтэжхэм ящIами нэпсылъэ…
Тхьэ фхуэсIуэфынущ зы телъыджэ гуэру
Сыкъэзышар ныщхьэбэ сэ фи жьэгум.
Аргуэру зыхэсщIэжу гъащIэр гуапэу,
Сыпэрызыгъэсыр мафIэ хуабэм…
ЕдэIуахэщ гупсэхуу я хьэщIэм,
Нэпсейуэ ишхырт хьэлур ныбжьыщIэм,-
Иджыри лIыхэм къахуэмыщIэ:
Хэт нобэ ахэм ягъэхьэщIэр?
ПодыхьэшхыкIыр хьэщIэр мащIэу,
Сэ ар солъагъур, фогъэщIагъуэ
Си теплъэр, сщыгъыр щыгъыныгъуэу…
Аращ-тIэ, щIалэм и гушыIэ псалъэм
ЕгъэнэщхъыфIэр, уеблэм, къурш уэсылъэр;
- СыщыукIытэжыркъым си теплъэм,
СызекIуэлI къызэрыгуэкIщ сэ, сыджэгуакIуэщ,
Си щхьэр щымытми акъылылъэу,
Ар хущымыщIэ зэи псалъэм,
Гум запыIуидзми фызыжьхэм,
Къыдехьэхыфыр пщащэ гуакIуэ…
Иджы сэ нывжесIэнщ си гъуэгур,
Мыбдеж, мыжыжьэу бжьэпэ щыгум
Зы къуажэ тесщ… А жылэм нобэ щытхьэлъэIущи,
Абы щызэхашэну джэгум
Сыхуейщ си псалъэр щызгъэIуну.
НэIиб ищIыну санэхуафэм
Сэ сахыхьэнщи ажэгъафэу,
Алыхьым жиIэм, ахэр нобэ
Згъэдыхьэшхынщ, яIыгъыу ныбэр.
Гум къигъэкIыжу и щIалэгъуэр,
Естынщ а лIыжьым дэрэжэгъуэ…
ЗэщIэщымащ абдежым гупыр:
КъызэрысакIэр лIыжьым и пIалъэр
ЗымыщIэм сытхэр и пшыналъэм
КъригъэкIыну?
Зыхимыхыну зэи ар НэIибым
ИщIэххэркъым мы щIалэ ибэм.
ЗекIуэлI ныбжьыщIэм нэщхъ иуфэр
Сыт щхьэкIэ нэпсым щIигъэпсыфыр?
- Делагъэ жысIэу сыщыуауэ,
Ара зыгуэркIэ фигу сеуауэ?
Щхьэ щым фыхъуа, щхьэ фынэщхъей?
- ДымыщIэ куэд къыщохъу дунейм, -
НыбжьыфI иIащ НэIиб,
Хужьыбзэу зэщIэтхъуауэ и щхьэр,
Къэнат и жьыщхьэ лъэрымыхьу…
- АтIэ. Ар сэ сымыщIэ щхьэкIэ,
И гъащIэ Iыхьэр нихьэсакIэ?..
-Ди хьэщIэ лъапIэу гъуэгурыкIуэ, -
Зы адыгэ лIыжь къопсалъэ жьакIуэу, -
Уэ зы щэху гуэр дэ къытщогъэпщкIур.
ПхузоIуэр тхьэ си жьакIэ тхъуамкIэ.
Уэ мы ди лъахэм ущымыщкIэ.
Ущыщыгъамэ уэ ди хэкум,
Пшыналъэм игъэхыщIэу гур,
Нэщхъейрэ, хэти игъэтхьэджэу,
Уэрэд бусакIэт щIауэ Iэджэ…
ИтIани пщIэнукъым хъыбар гуэр
КъэпхьынкIи мэхъу укъаIуэхуауэ.
Ар Жамболэтмэ къозыгъэхьыр,
УкъыкIэрыхуащ икъукIэ гущIыхьэу…
А псалъэм хьэщIэр щигъэпыхьэм,
ЙоупщIыр щIалэм шэрджэс лIыжьыр:
- УзогъэлъэIур ди Алыхьыр,
Жэуап къыдэтыт зумыIэжьэу.
КъыджеIэт пэжыр,
Уэ ухэт?..
- Сы Жамболэтщ…
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
«ФатIимэ» кинофильмым щоджэгу адыгэ актрисэ КIуэкIуэ Тамарэ.
ЗэзыдзэкIар УЭРЭЗЕЙ Афликщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "924.txt"
} |
Щхьэж къыхиха гъуэгур
ПсэукIэ
Илъэс 30 дэкIащ Совет Союзыр зэрымыIэжрэ. Куэдым я гум къыщIитхъыу яфIэкIуэда СССР-р кIуэ пэтми нэхъ тпэжыжьэ мэхъу. АтIэ, сыт хуэдэу псэурэ абы хэта республикэ 15-р? Я ВВП-хэр (псори зэхэту продукцэу къыщалэжьыр зыхуэдизыр) зэригъапщэурэ, а упщIэм жэуап ирет КъэралыщIэ дыдэхэмкIэ институтым и унафэщI Мартынов Алексей.
Хамэш тесхэр
(Литва, Эстоние, Латвие)
Мыбыхэм я ВВП-хэм зэи зэхъуэкIыныгъэшхуэ ягъуэтыркъым. Ауэ я цIыхухэр нэхъыфIу псэууэ къыщыщIедз а къэралым иIэпхъукIхэм я бжыгъэм псынщIэ дыдэу зэрыхэхъуэм къыхэкIыу. СССР-м къыщIэна экономикэр къанэ щымыIэу ягъэкIуэдащ. ЩIыхуэу къащтэм щIэи гъуни иIэкъым. Латвиер цIыху нэхъыбэм ябгынэ (2018 гъэм абы щыпсэухэр проценти 7,5-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ). Эстонием и цIыхухэр зэрыхъужыр зы мелуанрэ мин 300-рэщ - гъунэгъу Петербург елъытауэ, хуэдипIлIкIэ нэхъ мащIэщ. Иужь илъэсхэм абы икIащ IэщIагъэлI минищэ. Ауэ «капитализмэм и IуплъапIэу», «Совет Союзу щытам и щIыналъэм капитализмэр нэхъ псынщIэу щызэфIэзыгъэувэхэу» зэрыщытым къыхэкIыу, ЕС-м ахъшэшхуэ кърет. Иужь илъэситхум псори зэхэту еврэ меларди 3,5-рэ яIэрыхьащ республики 3-м. Зэвгъэпщэн папщIэ: Латвием и илъэс бюджетыр зэрыхъур еврэ меларди 8 къудейщ.
Апхуэдэурэ илъэс 20-кIэ екIуэкIащ. Иджы Евросоюзым къыбгъэдэкIыр нэхъ мащIэIуэщ: капитализмэм и ефIэкIыныгъэхэр зыгъэлъэгъуэн, Урысейр хэутэн зыщIын яIэжкъым. Абы щыгъуэми, къыкъуэкIащ УФ-м и бий макъамэр къизыш нэгъуэщI къэралхэри. Аращи, я мыхьэнэр нэхъ цIыкIу хъуащ. Абы и Iэужьу, цIыхухэм я псэукIэр екIакIуэу хуежьащ. Мыри зыщыгъэгъупщэн хуейкъым: Прибалтикэм и мылъкум и къыхэкIыпIэхэм ящыщ зыр ди къэралым къыхуаIэ экономикэ зэпыщIэныгъэхэрщ. Ахэр иджыри къызэтенащ.
ИпэжыпIэкIэ пашэхэр
(Урысей, Къэзахъстан,
Белоруссие)
А къэралищым цIыхухэм я псэукIэр щIагъуэу щызэщхьэщыкIыркъым. Дэ ди экономикэхэр быдэу зэпыщIащ. Зы закъуэкIэ зэщхьэщокI: Белоруссием и щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я бжыгъэм хощI Польшэм зэрыIэпхъуэм къыхэкIыу - пщIэншэу щIэныгъэ зрагъэгъуэтын мурадкIэ. Къэзахъстаным апхуэдэ щыIэкъым, абы и студентхэр дунейм и щIыпIэ псоми щоджэ, ауэ я унэ къокIуэлIэж.
КъэралитIым - Урысеймрэ Къэзахъстанымрэ щIыуэпс къулеигъэхэр яIэщ, Белоруссием иIэкъым. Иужьрейр щытыкIэм къокI интеграцэм къарит IэмалхэмкIэ. Пэжщ, Минск щыныкъуакъуэ къохъу, Къэзахъстаным къегъэлъагъуэ езым и зыужьыныгъэ гъуэгу зэриIэжыр. АрщхьэкIэ, къэралитIми шэч къытрахьэркъым псом япэр Урысейм сыт и лъэныкъуэкIи куууэ къыдэлэжьэныр зэрыарам.
Езыр зэрыхуейм хуэдэу
(Тыркумэн)
Республикэ 15-м ящыщу мыр хъыбаркIэ нэхъ зэхуэщIащ. Хуабжьу къулейщ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ. 2018 гъэм нэгъуэщI къэралхэм иригъэшащ доллар меларди 9 и уасэ щIыдагъэрэ газрэ, абыхэм къадэкIуэу, доллар меларди 2-м нэс къыIэрыхьащ, щIыдагъэхэм зэрелэжьым и фIыгъэкIэ.
А псоми къыхэкIыу, Тыркумэныр езыр зэрыхуейм хуэдэу мэпсэу.
Гъэсыныпхъэм и закъуэкъым
(Азербайджан)
ЩIыдагъэ куэд къыщыщIаш, ауэ абы къыдэкIуэу, щIыдагъэ-химиеми хуабжьу зыщрагъэужьащ. Аращи, республикэм лъэныкъуэ псомкIи жыджэру зеужь. Нэгъабэ щIыдагъэм и уасэхэр ехуэха иужь Азербайджаным куууэ щегупсысащ я экономикэм нэгъуэщI къэрал инвесторхэр къешэлIэным и Iуэхум. Тыркум щыщ хьэрычэтыщIэхэр къэкIуащ. Азербайджаным щIыдагъэу, газу доллар мелард 14, щIыдагъэхэкIхэм къыхащIыкIахэу доллар мелардрэ мелуан 500-рэ ярещэ нэгъуэщI къэралхэм. Абыхэм якIэлъокIуэ хущхъуэхэр, дохутыр Iэмэпсымэхэр, уеблэмэ автомобилхэр, нэгъуэщIхэр. А псоми къадэкIуэу, Урысейм фIы дыдэу къыхущытщ, Армением пэщIэт пэтми.
ЩIихьахэр
(Куржы, Армение, Украинэ)
Армениер къакIэрыху къэралхэм къахэкIыфынущ, и экономикэм и щытыкIэр мыщIагъуэми. 2016 - 2017 гъэхэм щIэгъэкъуэнышхуэ къыхуэхъуащ ОДКБ-мрэ ОАЭС-мрэ зэрахэтыр - нэгъуэщI щIыналъэхэм иригъэшащ доллар меларди 2,5-рэ и уасэ. АрщхьэкIэ, 2018 гъэм и гъатхэм, и щхьэусыгъуэр мыгурыIуэгъуэу, ермэлыхэм къэралым властыр щызэрахъуэкIащ. Сыт щхьэкIэ? И жэуапыр къэгъуэтыгъуейщ, арщхьэкIэ нэрылъагъущ - и зыужьыныгъэр къызэрызэтеувыIарщ.
Куржым езыр зытес къудамэр и IэкIэ иджыри пеупщIыж. Дигу къэдгъэкIыжыну ирикъунщ мы гъэм и гъэмахуэм зэрызищIар. Абы и зэранкIэ турист ахъшэу доллар мелуан куэд фIэкIуэдащ. Урысейм и бийуэ зыкъиптIэныр мылъкушхуэ зыгъэкIуэщIу къыщIэкIащ ахъшэ къезытхэми я дежкIи. Куржыми апхуэдэ политикэм папщIэ ахъшэ Iэрохьэ, ауэ ар мащIэIуэщ.
Зэгуэр СССР-м щынэхъ къулейуэ щыта Украинэр мы тIуми яужь итщ. Абы и Iуэхур ищхьэIуэкIэ къедбжэкIахэм нэмыщI нэхъ гугъуж ящI зауэм зэрыхэтми, политикэ зэпIэзэрытыныгъэ зэрыщымыIэми, цIыху куэд къэралым зэриIэпхъукIми.
ИпэкIэ, ипэкIэ...
(Узбекистан)
Мы зэманым Азие Курыт республикэм ехъуэж и къэрал кIуэцI, къэрал щIыб политикэр. УнэтIыныгъэ нэхъыщхьэр Урысейми гъунэгъу зыкъыхуэщIыжынырщ. Абы щыхьэт тохъуэ ЕАС-м къыхыхьэну хуейуэ иджыблагъэ зэрыжиIар. Апхуэдэу зэпсэлъэныгъэ зыбжанэ ирагъэкIуэкI а зэгухьэныгъэм нэхъ куууэ хэпщIэным теухуауэ. Узбекистаным и щапхъэмкIэ нэрылъагъущ шынагъуэншэу зыбужьын папщIэ Урысейм укъуэтыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
ШэнтитI тесу
(Молдавие)
Мы къэралым тепщэныгъэр щызыIыгъхэм я процент 90-р гъунэгъу къэралым щыщщ. Парламент текIам и депутатхэм я процент 60-м румын паспортхэр яIыгът. Конституцэ судым и судыщIэ псори арат. АрщхьэкIэ, абы и цIыхухэр урысыбзэкIэ фIыуэ мэпсалъэ, куэдыр щылажьэри Урысейрщ. Къэралым и цIыхухэм я Iыхьэ щанэр урысыбзэрыпсалъэхэщ, Iыхьэ щанитIыр урыс щэнхабзэм щIапIыкIащ. Молдавиер Румынием щызыщIишэм Приднестровьер ауэ сытми къэхъуакъым. Къэралыр зылъахъэр кIэ зимыIэж зэпэщIэуэныгъэхэрщ. Абы щыгъуэми, зыхэпсэукIын иIэщ: щIыналъэм гъавэ, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI бэв къыщрахьэлIэ, и цIыхухэри куэд хъуркъым - мелуани 3,5-рэ. Аращи, и къэкIуэнур езым елъытыжащ.
Нэхъапэми щIэгъуакъым, иджыри…
(Къыргъыз, Таджикистан)
А республикэхэр экономикэ и лъэныкъуэкIэ СССР-м и лъэхъэнэми зэпэщу щытакъым, иджыри аращ. Ауэ, феплъыт, уи акъылым къыпхуимыгъэтIасэ зэпэщIэуэныгъэхэм зэралъахъэм! Псалъэм и хьэтыркIэ, мис а Къыргъыз дыдэм щагъэтIысащ къэралым и президентыр! ИпэIуэкIэ абы революцэ щхъуэкIэплъыкIэу тIу щекIуэкIащ. Апхуэдэм узыхуашэр белджылыщ - цIыхухэр куэду къэралым йоIэпхъукI. Къэзахъстанми хуэарэзытэкъым: абы идэркъым къыргъызхэр а къэралым куэду зэрыIэпхъуэр иужьрейм зэримыгуапэр.
Таджикистанри абыхэм ещхь бэлыхьхэм хэтщ. Къэралым цIыху куэд щопсэу, IэнатIэхэр щымащIэщ. РеспубликитIым я унафэщIхэм къалъытэ зэ зы лъэныкъуэкIэ, зэми адреймкIэ зебгъэщIурэ упсэуфыну. АрщхьэкIэ а хьилагъэр мыбдеж щыпхыкIыркъым.
Зыгъэхьэзырар Шал Мухьэмэдщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "925.txt"
} |
«ЦIыхухэр щIэфхумэ, фэри фыщIэсхунущ!»
Кавказ Ищхъэрэ
Ставропольем и правительствэм и зэIущIэм крайм и губернатор Владимиров Владимир щыгъуазэ щыхъуащ цIыхухэр зэрырагъэблагъэ щIыкIэм егъэщIылIа къаугъэм. ЩIыналъэм и Iэтащхьэм и полномочнэ лIыкIуэ Шишманиди Константин хъийм икIри, ятекIиящ къалэм нитроцеллюзэ завод щаухуэу зымыдэу къыхуэкIуа цIыхухэм. Абы жэуап яритакъым зезымыгъэтхыу пэшым къыщIыхьахэм. Зым щIэкIиепащ!
- Сэ цIыхуищым сепсэлъащ. Уэ си деж укъэкIуэну зебгъэтхакъым. Уэ ущыщIамыхужакIэ, щыс, зыри жумыIэу. Мардэ щыIэн хуейщ. Уэ укъэкIуащ сэ укъезмыгъэблэгъауэ. Сэ си къалэнкъым уэ жэуап уэстыну!
А псори видеом иратхащ я щхьэ IуэхукIэ егъэблэгъапIэм къекIуэлIахэм. Владимировым и жагъуэ хъуащ илъэгъуар:
- Сэ си фIэщ мэхъу мыбдеж щыс псоми цIыхухэр я щхьэ IуэхухэмкIэ зэрырагъэблагъэр. Дэтхэнэри махуэ къэс зыгуэрхэм яIуощIэ. Ауэ мы тлъагъур абыхэм гудзакъэншэу зэрахущытым и щапхъэщ. Зи гуныкъуэгъуэ къозыхьэлIэ цIыхухэм апхуэдэу уахущыт хъунукъым. Дэ къыджаIэм арэзы дытемыхъуэнкIи хъунщ, ауэ лэжьыгъэ IэнатIэ дызэрыпэрытыр зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым.
А псалъэхэм яужькIэ къуэншар къэтэджащ, Владимировым пищащ:
- Сэ Ставрополь крайм и къулыкъущIэхэм яхуэзгъэувым апхуэдэ хьэл-щэныр къезэгъыркъым.
ИтIанэ езы Шишманиди зыхуигъэзащ:
- Аращи, ущIэкI хъунущ. Уэ си гупым ухэту правительствэм ущылэжьэнукъым.
- ФIыщIэ пхузощI! - жиIэри, пэшым щIэкIыжащ псоми ялъагъуу зи къулыкъум трагъэкIар.
Губернаторым адрейхэр къыхуриджащ апхуэдэ къамыгъэхъуну, цIыхухэм пщIэрэ гулъытэрэ хуащIу едэIуэну:
- Мы пэшым щIэсхэм сыныволъэIу къэхъуам дерс къыхэфхыну. ЗыгуэркIэ фымыарэзыми, къывжаIэм федаIуэ, ауэ къыфхуэкIуахэм я жагъуэ фымыщI. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ фимыIэми, цIыхухэм фахуэгубжь хъунукъым! ЦIыхухэр щIэфхумэ, фэри фыщIэсхунущ!
Шишманиди Константин нэгъабэ ягъэувауэ щытащ Минеральные Воды округымкIэ, Лермонтов, Псыхуабэ къалэхэмкIэ жэуаптакIуэу.
Корк къалэр
Ирландием и нэхъ къалэ дахэ дыдэхэм ящыщщ Корк. Ар лIэщIыгъуэ куэд ипэкIэ шэдылъэ щIыпIэм щаухуауэ щытащ. Уеблэмэ илъэсипщI зыбжанэ ипэкIэ мыбы щIыр илъэс хъурейм щыпсыIэу щытащ. АрщхьэкIэ, ар зэран хуэхъуакъым дунейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм икIа цIыху куэд зыплъыхьакIуэ кIуэн папщIэ. Псори къызыхэкIыр езы къалэм Италием и Венецие дахащэр уигу къызэригъэкIыжырщ.
Зыгъэхьэзырар Шал Мухьэмэдщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "926.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
♦ГущIэгъу зэхуэщIыным и дунейпсо махуэщ
♦Албаниер щхьэхуит щыхъуа махуэщ
♦1912 гъэм Урысей империем и IV Къэрал Думэм лэжьэн щIидзащ.
♦1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр партизан гупыр Жэмтхьэлэ Ипщэ щыIэ нэмыцэ гарнизоным теуащ, хэщIыныгъэшхуи иритащ.
♦1943 гъэм Ираным и къалащхьэ Тегеран къыщызэIуахащ къэралищым - СССР-м, США-м, Инджылызым - я унафэщIхэу Сталин Иосиф, Рузвельт Франклин, Черчилль Уинстон сымэ зыхэт конференцыр.
♦Нэмыцэ философ, марксизмэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ Энгельс Фридрих къызэралъхурэ илъэси 199-рэ ирокъу.
♦Урыс усакIуэ, тхакIуэ, публицист, зэдзэкIакIуэ, критик Блок Александр къызэралъхурэ илъэси 139-рэ ирокъу.
♦Филологие щIэныгъэхэм я доктор, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РАН-м и академик Лихачёв Дмитрий къызэралъхурэ илъэси 113-рэ ирокъу.
♦УсакIуэ, тхакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Симонов Константин къызэралъхурэ илъэси 104-рэ ирокъу.
♦Къэрал лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министру, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару щыта Уэрсей Фаинэ къызэралъхурэ илъэс 93-рэ ирокъу.
♦Урысей актёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Высоковский Зиновий къызэралъхурэ илъэс 87-рэ ирокъу.
♦Хормейстер, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Бицу Юрий и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
♦КъБР-м и цIыхубэ артисткэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шортэн Аллэ къыщалъхуа махуэщ.
♦КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я кандидат, «Къэббалъкъремстрой» ОАО-м и унафэщI ГъуаплъащIэ Алексей и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
♦КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэ Болэт Арсен и ныбжьыр илъэс 56-рэ ирокъу.
♦Къэрал лэжьакIуэ, политик, КъБР-м и щIыхь зиIэ и юрист ДыщэкI Мадинэ къыщалъхуа махуэщ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 11 - 16, жэщым градуси 3 - 6 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Пхуэмыфащэ щауэгъу умыщI.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "927.txt"
} |
Ислъэмей къуажэм и блэкIамрэ нобэмрэ
ТхылъыщIэ
Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Верхний Курп. История и современность. XVIII-XX вв.» фIэщыгъэм щIэту Беслъэней Владимиррэ Хьэрэдурэ Заурбийрэ зэдатха тхылъыр.
- Ислъэмей къуажэм и тхыдэм (1921 гъэм щегъэжьауэ къуажэм Курп Ипщэ цIэр зэрехьэ) мыхьэнэ ин зиIэ Iуэхугъуэ куэд къыщыхъуащ, - жеIэ Котляров Виктор. - Тхыдэм IупщIу къыхощыж къуажэдэсхэм я Iуэху еплъыкIэ зэрыжаIэфым, ящIхэр яхъумэжыну ерыщу зэрыхущIэкъум къыхэкIыу пщыхэм гугъу ирагъэхьу, лей къытрагъэхьэу зэрыщытар. Фигу къэзгъэкIыжыну сыхуейщ Ислъэмей къуажэм и Iэхэлъахэр Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я гъунапкъэм зэреуалIэр. Ауэ Совет властым иубла коллективизацэмкIэ мыарэзыуэ абыхэм къагъэхъея «Верхнекурпское «кулацко-мульское» восстание» жиIэу иужькIэ зыфIаща Iуэхугъуэр къуажэм и тхыдэм и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм ейм быдэу хэуващ, - жеIэ тхылъ тедзапIэм и унафэщIым.
Апхуэдэуи Котляровым и гугъу ещI Дзэгъэл Анатолэ къыдигъэкIауэ щыта «Исламово: тени забытых предков. Из исторического прошлого малокабардинского селения» (2001), «Из исторического прошлого малокабардинского селения Исламово (1832-1989)», 2017 гъэм Санкт-Петербург къыщыдэкIам, тхылъхэм къуажэм теухуа Iуэхугъэ куэд куууэ зэпкърыхауэ къыщигъэлъэгъуауэ зэрыщытар.
Тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Беслъэней Владимиррэ Хьэрэдурэ Заурбийрэ къуажэр къызэрытIысам, ахэр Урыс-Япон, Япэ дунейпсо зауэхэм зэрыхэтам я закъуэкъым зи гугъу ящIыр, атIэ, къуажэм нобэ и псэукIэм, и цIыху пажэхэм гулъытэ хэха хуащI. Къуажэм, республикэм я тхыдэм зи цIэр къыхэщ къуажэдэсхэм я сурэт, хъыбар гъэщIэгъуэн куэдым ущрихьэлIэнущ абы. Тхылъым и гуэдзэным лъэпкъ дамыгъэхэр, лIакъуэлIэшу дэсам я хъыбар къыщыбгъуэтынущ.
Мы къыдэкIыгъуэр дахэу яхэуващ Беслъэнейм тхыдэр и лъабжьэу и Iэдакъэ къыщIэкIа «Город Терек» (2001), «Новая Балкария» (2003), «Урожайное» (2018), «Нижний Курп» (2019) тхылъхэм.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "928.txt"
} |
ЩIыхуэхэр пшыныжыным лъэныкъуитIри зэщIыгъуу йолэжь
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэтхэмрэ премьер-министр Мусуков Алийрэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щахуэзащ «Россети Кавказ Ищхъэрэ» зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэм. ЗэIущIэм хэтащ «Россети Кавказ Ищхъэрэ» зэгухьэныгъэм и генеральнэ директорым и япэ къуэдзэ Дынькин Павел, генеральнэ директорым и къуэдзэхэу Гладышев Андрей, Поляков Сергей, «Къэббалъкъэнерго» IуэхущIапIэм и унафэщI Къарэ Муртаз, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуныжь Вячеслав, КъБР-м энергетикэмкIэ, тарифхэмкIэ, псэупIэм и IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Безниковэ Иринэ сымэ.
Псалъэмакъыр теухуауэ щытащ электрокъарууэ нэхъыбэ дыдэ къыщагъэсэбэп лъэхъэнэм зэрылэжьэнум республикэм и электросетхэр зэрыхуагъэхьэзырам. А лэжьыгъэм трагъэкIуэдэн папщIэ «Россети Кавказ Ищхъэрэ» зэгухьэныгъэм сом мелуан 200-м нэблагъэ къиутIыпщащ икIи абы и фIыщIэкIэ ныкъусаныгъэ псори ягъэзэкIуэжын яхузэфIэкIащ. Республикэм и электросетхэр бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм тэмэму лэжьэн икIи цIыхухэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ зэблэу къыхэмыкIыу электрокъарукIэ къызэригъэпэщын папщIэ Iэмал псори иIэщ.
ЗэIущIэм апхуэдэу щаубзыхуащ республикэм и псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм хиубыдэ предприятэ нэхъ ин дыдэхэм электрокъарумкIэ щIыхуэу къатехуа сом мелард 1,5-р пшыныжынымкIэ икIэщIыпIэкIэ зэфIэгъэкIын хуейуэ къалъытэхэм. А щIыхуэр гъэ къэс процент 20-кIэ нэхъыбэ мэхъу икIи электрокъарум и уасэмкIэ щIыхуэ нэхъыбэ зытелъ IуэхущIапIэу Налшык къалэр псыкIэ, хуабэкIэ къызэзыгъэпэщ муниципальнэ IуэхущIапIэхэм я финанс зэфIэкIхэр зэтегъэувэжынымкIэ программэ щхьэхуэ зэхалъхьэу ягъэзэщIэн хуейщ.
ЗэIущIэм унафэ щащIащ щIыхуэшхуэ зытелъ икIи къагъэсэбэпа электрокъарум и уасэр и зэманым зымыт IуэхущIапIэхэм къыхах ахъшэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэм кIэлъыплъын папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэмрэ «Россети Кавказ Ищхъэрэ» зэгухьэныгъэмрэ я лIыкIуэхэр зыхэт лэжьакIуэ гуп къызэрагъэпэщыну.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "929.txt"
} |
Пшынэ Iэпэр лъапэрисэм, къафэр пкъыкъым, къафэр псэрщ
«Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 85-рэ ирокъу
Къафэм и бзэр пкъым и тхыпхъэщ,
Пхъэру гущIэр зыIулIыфщ.
Тхыдэ жыжьэр зи щIыхь джатэр,
Лъэпкъ Iэужьу махуэ (насып) щылъхущ.
Си адэшхуэм ипкъ кърихри,
Дамэ лъэщу къызитащ.
Пшынэ Iэпэр лъапэрисэм,
Къафэр пкъыкъым, къафэр псэрщ.
Щ. З.
Налшык къалэ дэт Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIум (ЛУГ-м) епхауэ 1933 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м Лъэпкъ художественнэ студие къыщызэIуахауэ щытащ драмэ, къэфакIуэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм зыщыхуагъасэ, театр-декоративнэ къудамэхэр хэту. Аращ «Адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ» цIэ лъапIэр 2013 гъэм зыфIаща «Кабардинка» ансамблым къежьапIэ хуэхъуар.
ЦIыху 14 фIэкIа мыхъуу зэхыхьа гупым нобэкIэ зиужьащ. Кавказ Ищхъэрэм и къэфакIуэ ансамблым нэхъыжьхэм ящыщу къалъытэ «Кабардинка»-р хэмыту ди республикэм иджы зы гуфIэгъуи щызэхыхьэркъым. Ар зытемыува щIы кIапэрэ, зылъэгъуауэ зи гум IэфIу къимынэжарэ щыIэкъым. Бжыгъэншэщ ансамблым къикIуа гъуэгуанэм цIэ лъапIэу къыщыфIащар, псалъэ дахэу щыхужаIар, Iэгуауэу щыхуаIэтар. Нэхъыбэжщ абы цIыхухэм ярита гукъыдэжымрэ гушхуэныгъэмрэ. Ди щэнхабзэ бейм и напщIэ ансамблым утыку къришащ къэфакIуэ пщIы бжыгъэхэр. Абыхэм ящыщ куэдым къыхуагъэфэщащ РСФСР-м, КъБАССР-м я цIыхубэ, щIыхь зиIэ я артист цIэ лъапIэхэр, къратащ СССР-м и медалхэр, орденхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Ансамблым нобэ иIэ ехъулIэныгъэхэр куэдкIэ я фIыгъэщ зэман зэмылIэужьыгъуэхэм абы и художественнэ унафэщIу щыта Ульбашев Мутай, балетмейстер нэхъыщхьэу лэжьа Думэныщ Аулэдин сымэ. КъыхыумыгъэщынкIэ Iэмал иIэкъым ансамблыр зэфIэувэн, абы зиужьын папщIэ а лъэхъэнэм республикэм щэнхабзэмкIэ и министру лэжьа Ефэнды Джылахъстэн хилъхьа и гуащIэр.
ИджыкIэ «Кабардинка»-м и кIыщым цIыху щэ ныкъуэ щолъащэ. Ансамблым и нэхъыжьыфIхэм къалэжьа пщIэмрэ щIыхьымрэ яхъумэу, абы зэрыхагъэхъуэным хущIэкъу зэпытщ. Нобэми ар ирагъэблагъэ щIыпIэ куэдым икIи, нэхъапэми хуэдэу, лъэпкъ щэнхабзэм и фIыпIэу къалъытэ. А псори куэдкIэ я фIыгъэщ ансамблым и художественнэ унафэщI Атэбий Игоррэ, гупым я балетмейстер нэхъыщхьэ Битокъу Аслъэнбэчрэ.
Адыгэм и махуэфIи и махуаи дигуэшу бгъурыта ансамблыр бгырыс ныбжькIэ лIыпIэ иувауэ аращ. Лъэпкъыр, гъуазджэр дяпэкIи нэхъыбэжкIэ щогугъ абы.
Ди редакцэм къыбгъэдэкIыу дохъуэхъу «Кабардинка»-м и гуп дахэм, лъэпкъ щэнхабзэм и жьантIэм илъэс куэдкIэ щыпэкIуну, я зэфIэкI мыкIуэщIу, я пщIэ лъагэу лъэпкъ уэгум я вагъуэр щымыужьыхыу псэуну!
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "93.txt"
} |
Ди щIыналъэр щапхъэ яхуохъу
Узыншагъэ
Яхуэмыгъэхъуж узыфэхэр зыпкърыт сабийхэм дэIэпыкъуэгъу щахуэхъу къудамэу къэралым къыщызэIуахахэм я нэхъыфI дыдэм хабжэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэр. Абы лэжьыгъэр къызэрыщызэгъэпэщам щапхъэ трахыну хуагъэлъэгъуэнущ Урысейм и адрей хэгъэгухэм.
«Къэбэрдей-Балъкъэрыр икъукIэ щIыналъэ гъэщIэгъуэнщ. Яхуэмыгъэхъуж узыфэхэр зыпкърыт сабийхэм зэрыдэIэпыкъунымкIэ ахэр дгъэсэн хуейуэ аракъым, атIэ дэ абыхэм щапхъэ ятетхыпхъэщ. Абыхэм я лэжьыгъэ къызэгъэпэщыкIэр нэгъуэщI щIыналъэхэми зэрыщыдгъэлъэгъуэнум дыхущIэкъунущ, - жиIащ Урысейпсо цIыхубэ фронтым и «Регион заботы» проектым и унафэщI Федермессер Аннэ.
Абы къыхигъэщащ щIыналъэм и унафэщIхэм паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэр зищIысыр къазэрыгурыIуэр, IэщIагъэлIхэр яхуримыкъуми, лэжьыгъэм и пIалъэ зыщIэ цIыхухэр республикэм зэрыщыIэр. Сабий унэу щытам и хэщIапIэм къыщызэIуахащ сабийхэм паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэ щыхуащIэ къудамэр икIи ар къэралым щынэхъыфIхэм ящыщ зыуэ къалъытащ.
Федермессер Аннэ жиIащ паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэм зегъэужьынымкIэ «Регион заботы» проектым Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыхагъэхьар. Абы и программэр зэхалъхьащ, иджыпсту хоплъэж.
Проектыр щагъэунэху УФ-м и хэгъэгу 25-м, Севастополыр 26-нэу къыхыхьэнущ.
Тхьэхущынэ Ланэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "930.txt"
} |
Я къалэным йогугъу
Май щIыналъэ
Май къалэм гъуэгу щигъуэтащ «Къалэм и теплъэр егъэфIэкIуэн» программэм. Абы ипкъ иткIэ къат куэду зэтет унэхэм я унащхьэрэ унэ щIыхьэпIэу мы щIыпIэм зыхуей щыхуагъэзар метр зэбгъузэнатIэ 1300-рэ мэхъу. Унэ щIыбу зэрахьащ метр зэбгъузэнатIэ 200-м щIигъу. ПсэупIэ-коммунальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ управляющэ компаниеу 4 къалэм иIэщи, дэтхэнэми и къалэнхэр жэуаплыныгъэ яхэлъу ягъэзащIэ. Абыхэм ящыщ «Сервис» ООО-м и унафэщI Хьэтыхъу Хьэсэн дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, унэ зэтетхэм къадэкIуэу, УК-м зыхуей хуегъазэ пщIантIэхэр зыгъэдахэ жыгхэри. Къапщтэмэ, бжьыхьэм дызэрытехьэрэ жыгыу 30-м щIигъу яухъуэнщIащ, ихыпхъэхэр ирахащ. Сабий утыкуу къагъэщIэрэщIэжа 34-м цIыкIухэр щыджэгу конструкцэу 5 щIэуэ щагъэуващ, дызытехьэ илъэсыщIэм абы иджыри 10 къыхагъэхъуэну я мурадщ. Компаниер псом хуэмыдэу елэжьащ ток зрикIуэ кIапсэхэм. Абы къыдэкIуэу жэщ уэздыгъэ зэмылIэужьыгъуэу 46-рэ фIадзащ. «Сервис»-м и нэIэм щIэт фэтэрхэм яхэткъым тетIысхьэпIэ екIухэмрэ кIэрыхухэр зрадзэрэ зи бжэIупэ щамыгъэува.
Шэрэдж Дисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "931.txt"
} |
ФатIимэ
Хетагуров Коста
(Кавказ повесть)
(КIэлъыкIуэр.
ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 27, 28-хэм итщ).
III
Къуажэбгъу дыдэм деж щыт унэм,
И пщIантIэм пыгуфIыкIыу, анэм
Щегъэджэгу шэрджэс сабийр,
Гушхуауэ цIыкIури мэкъуейщIей,
ЗыIэщIеудыр ерыпIынэм,
Анэр лъэщIохьэ, къеубыдыж,
Мэджалэр, мэдыхьэшх… мэтхъэж.
Аргуэру къеIэтыжри анэм,
ИгъафIэу бгъафэм щIекъузэж!
И цIыкIум щыдэджэгу зэманым,
Упэрыуэныр насыпыфIэ анэм
ГущIэгъуншагъэщ мыIуэтэщIу,
Апхуэдэу зэрыщытыр ищIэу
Жамболэти куэбжэм Iутщ дзыхьмыщIу,
Cакъыпэу бжыхьым щхьэпрыплърэ
Мо пщIантIэ насыпыфIэм
щым удэплъэу…
ПфIэщIынщ зиущэхуауэ дыгъуакIуэр
Пэплъэу щежьэфынум щакIуэ.
ХулъэкIкъым ичыну зы лъэбакъуи,
Къигъэзэжу хъуркъым щIыбкIэ къекъуи,
КъикIуэтыныр къыщохъу лIыгъэншагъэу,
ЗэщIэплъащ гужьгъэжь зымыгъэзагъэр,
Зэрегъэшхыр дзэр, зэтрекъузэ…
Хьэ щылъху пэлъытэу и къуэр унэIутым
Апхуэдизу игъафIэу, хуэгуфIэу иIэту,
Къригъэзэгъыну ахэр и щIыхьым,
Къыхэхуэнтэкъым зэи и пщIыхьым…
Куэбжэм ину йоуэри IэштIымкIэ,
Тегушхуауэ ар IуегъэузэщIыкIыр…
Куэбжэ макъым анэр къыхуоплъэкIри,
Хуэму къеунэтIыр ар къыздиIукIамкIэ…
«ГъуэгурыкIуэ къыIухьамэ хьэщIэу,
ЕмыкIущ IубгъэкIыжыныр
пщIэ хуумыщIу»,-
Зы мэскъалкIи ебэкъуэну хабзэм
И гущхьэм зэи къэмыкIыну фызым.
Есащ сыт щыгъуэ къыдыхьами хьэщIэр,
И хьэщIэщыбжэр зэи зэхуимыщIу.
И упщIэ пыIэр къекъухауэ и щхьэм,
Ешауэ башым мащIэу зригъэщIу,
Унэгуащэм къитщ и пащхьэм
Мэзым щытцIыхуа зекIуэлI ныбжьыщIэр,
ИщIэнур адэкIэ имыщIэу.
И упщIэ пыIэм къыщIэплъ плъэкIэр
ЗыIуплъэ унэгуащэр къоскIэр,
УкIытэм ихьу, и нэкIущхьэр
КъызэщIоцIыплъэ зэуэ Iущхьэу…
ИгъэпщкIуу плъэкIэ укIытэхыр,
ЦIыхубзым напIэр ирехьэхыр…
ГуфIэкIэ щэху къытенэу Iупэм,
Iэнкуну мэIэрпхъуэр и Iэпэр…
Зыгуэрым мафIэ къыкIэщIищIэм
КъыхиIэтыкI фIэкIа умыщIэу,
Гу лъынтхуэр хэбэукIыу лыгъэм,
ЗеIэтыр, мэтIысыжыр и бгъэр…
ЦIыхубзыр куэдрэ Iэнкунакъым…
КъыщIедзэр хуэму псалъэмакъым:
- Гъуэгу хьэлъэ жыжьэ къызэрыпкIур
Сэ изолъагъуэ, - жи, - уи нэкIум,
ХьэщIэ щыблэкIкIэ ди уэрамым
Щхьэгъусэм и цIэкIэ сэламыр
Есхыжу арщи дэ ди хабзэр,
Сэлам къуехыжыр Ибрэхьимым
Уэим умыщIу, Iых цIыхубзым.
ПкърыкIаифэщ и Iэнкуныр,
АрщхьэкIэ хузэтехкъым и нэр…
ДэкIауэ зы напIэIэтыгъуэ
Гурыгъуз гуэрым гур иригъуу,
ХьэщIэм и плъэкIэ игъэщIагъуэм
Зрегъэхуз цIыхубзым и псэм,
И зыIыгъыкIэм, теплъэ псом
КъыбжаIэ ар зэрыбгырысыр…
- Укъыпежьащи гуапэу хьэщIэм,
Тхьэр си щыхьэту пхузощI фIыщIэ.
Щыслъагъу цIыхугъэр уи бжэщхьэIум
Сигу лъащIэм щысхъумэнщ тхьэрыIуэу!
Слъэгъуащ сэ тхьэIухуд мымащIэу,
Гу лъащIэм мафIэр щызыхащIэу,
АрщхьэкIэ уэ къызэбдза лыгъэр
КъызэщIэнащ дэлъху лъагъуныгъэу…
Сщыгъупщэжынкъым уи макъ гуакIуэр,
Си Iуэху щыхуэхъуи, щыхуэмыкIуи,
СыпхуелъэIунущ тхьэ сыт щыгъуи,
Мисыр, езыми сыкъолъагъур,
Ара къудейкIэщ сэ сыIэхъуэу,-
ЦIыху хьэлэлыжь къызэрыгуэкIым
Щытын нэгъуэщIу лъэмыкIыну…
Зэгуэр щIалэгъуэу, уи делэгъуэу
Птыгъа тхьэрыIуэр пщэдджыжь Iугъуэу
ЗэкIэщIихужу жьым, уафэгум
Ирихьэжу, ихужауэ уи гум
Зэрыщытами ещхьыркъабзэу
Пщыгъупщэжынщ си псалъэхэр
цIыхубзым!
Iэхъуэ тхьэмыщкIэм къыщIигъалъэу,
Иригъэлейми, къыхуэгъэгъу:
Кърапхъыу щIалэхэм ягу илъыр
ТхьэIухудхэм я мыщыпэлъагъу.
Абыхэм зыхуагъафIэу мазэм,
ЩIалэ къуданхэм ящыхуэзэр
КъаIэщIоужагъуэри
Я дагъуэщ -
ЗэрепцIыжыфхэр я хъуэпсапIэм,
Ящыгъупщэжу ар пщIыхьэпIэу!
СолъэIур, къыхуэгъэгъу уи хьэщIэм
Игу къеуэр нахуэ къызэрищIыр…
Сэ сыапхуэдэкъым сыт щыгъуи,
Псэлъэгъум и щхьэр езгъэужэгъуу…
Мыбдеж, нэрыбгэм и нэмысым,
Къуэ цIыкIур зыгъэджэгу цIыхубзу,
И сабий цIыкIум игъэIу гуфIэм
Иригушхуэжрэ зигъафIэу,
Хуэпэжым сыткIи и щхьэгъусэм
И пащхьэм ситу и щIалэгъуэр
КъэзгъэкIыжыныр игу мыщIагъуэ…
КъысфIощI мыпхуэдэм деж ущымым,
Ди хабзэм дежкIэ нэхъ тэмэму…
Уи хьэщIэ мэжэлIар уи унэм
ЩIэпшарэ хуэбгъэувтэм Iэнэр,
Къыхутеплъхьатэмэ хъыршыныр,
Уи фадэ пIащIэр къыщыкъуалъэу,
IэщIэбгъэувэу щытмэ фалъэр,
ИщIынкъым ахэр зыри жагъуэ
Гъуэгуанэм иригъэша Iэхъуэм…
Нобэрей хьэщIэ нэжэгужэм,
Апхуэдэу ишхышхуэн щымыIэ,
Едзакъэм тIэкIу, ефэжмэ псы щIыIэ,
НэгъуэщI ищIынкъым щхьэрыгъажэ.
Ирагъэблагъэмэ хьэщIэщым,
НэгъуэщIи хуейкъым ар куэдыщэ.
- Хъунут ар!
- Арат уи псалъэу сызэжьар,
Алъандэрэ дызэуа пшынэр
МэжэщIэлIам шхын хуэмыхъуну -
Уи цIыхуфIагъым хуэсщIу щхьэщэ,
СыщIыхьэфынщ иджы хьэщIэщым.
Щытащ сэ сцIыхуу уи щхьэгъусэр,
Ди сабиигъуэм дызэгъусэу
КIэн Iэджи дыджэгуащ. СощIэжыр
Къэддыгъурт куэдрэ мыIэрыси.
- Псом нэхърэ нэхъ Iэзэу дыгъуэрт ар.
Езыр цIыху щыму, цIыху жьэмейти,
Дзыуэ фIэтщар «сабырщIэгъейт…»
Мы щIалэ цIыкIури фыфей?
- АтIэ.
- Ауэ сэ сщIакъым бын вгъуэтауэ,
Мис абы щхьэ тезыр теслъхьауэ
Уэзгъэлъагъунщ сэ а нэжэсым,
Еплъыт, сабийри ещхьыркъэпси…
Куэд щIауэ цIыхухэм къадокIуэкI нэщэнэу -
Сабийм ба хуищIу еубзэрабзэу
ФэрыщIу зищIым зигу мыкъабзэм,
Къытощыр псори сабийм и нэм.
Хуейт Жамболэт а щIалэ цIыкIум
Иджыри тIэкIу едэхэщIэну,
АрщхьэкIэ IэплIэм къыхуэмыкIуэу,
ЩIопхъуэж, дыхьэшхыурэ уэзджынэу,
Зредзэжыр и IэплIэм анэм.
Ди Алыхьышхуэм ейщ гущIэгъур!
Иджы хъуагъэнущ ежьэжыгъуэ!
Ар унэгуащэм къыхуимыдэ,
КъыщIехыр бжьакъуэ, иту фадэ!
- Мыбы къигъэжанынущ си гур…
- Абы нэхъ тынш пщищIынущ гъуэгур!..
Ибрэхьим и узыншагъэм папщIэ
Си гуапэ хъунт мы бжьэр бунэщIым…
- Си гуапэу фхуэсIэтынт ар тIуми,
Уи цIэр уэ дахэми къэсщIамэ…
- ФатIимэ…
- Апхуэдэу еджэу тхьэIухуду
Хъыджэбз сощIэжыр сцIыхугъауэ,
ПщIэ зиIэ пщышхуэм пхъу ищIауэ,
Ар ипIыжат и быным хуэдэу…
И хъыбар дахэр Iуати жыжьэ,
КъыхуэкIуэрт лъыхъу зэкIэлъхьэужьу,
АрщхьэкIэ и щхьэм ирипэсу,
Зыри яхуищIтэкъым щхьэгъусэ!..
Пщы лIыжьми пхъу ищIа и быныр,
ИгъафIэу хуихьырт и псэм, и нэм.
Пщыжьым иIэти зы щIалэ,
А пщащэм ихъукIынут делэ!
АрщхьэкIэ гущIэгъуншэщ гъащIэр,
КъуищIэнкIэ хъунур къыпхуэмыщIэу…
Сунжэ къыщыхъеяти зауэ,
Щытати щIалэр абы кIуауэ,
И кIуапIи-жапIи къахуэмыщIэу,
Ягъэхъыбарыр щыкIуэдауэ…
Ауэ аракъым нэхъ Iуэху хьэлъэр.
ЯукIамэ е ящIам щхьэпылъэ
НэхъыфIти… елъытауэ абы
къылъыкъуэкIам!..
- Сыт, щIалэр псэууэ къыщIэкIа?!-
Нэрыбгэм, шэчым зэщIигъаплъэу,
Шынэу Iэпех хьэщIэм и псалъэр.
- Хьэуэ. Ауэ,
Къыщыхъуу и къуэр хэкIуэдауэ,
ЗиIыгъми пщым зигъэбыдауэ,
Удын етIуанэр, пэмыплъауэ,
Къытохуэр лIыжьым, игъэхыщIэу:
Нэрыбгэ ипIыжам, пхъу ищIу,
Хъыбар къекIуэкIхэр и фIэщ ещIыр,
ЙопцIыжри псалъэм, хабзэ къутэу,
ГъэпщкIуауэ докIуэ унэIутым…
- Хъунщ пщащэм теухуауэ, хьэщIэ,
Пыпщэнщ иужькIэ а пIуэтэжым,
Иджы къызжеIэт а щIалэщIэм
И натIэ хъуам и хъыбар пэжыр…
Хьэлъэщ, гущIыхьэщ а хъыбарыр,
IэхъулъэхъукIэ зэщIэпхарэ гъэру
Лъэхъуэщым щаIыгъащ, исащ хьэпс
псыIэм
Гупсысэрэ хъуэпсапIэу дунейм щиIэр
Зэ мыхъуми зэгуэр щхьэхуит къэхъужу
Гупсысэм хэмыкI пщащэм IущIэжынырт…
ИкIэм-икIэжым ар щхьэхуит
Къохъужри, пIащIэу гъуэгу къытохьэ,
Нэрыбгэм ирехьэлIэ и щхьэр,
Сымаджэт ар икIи ныбаджэт…
- Iэхъуэ! Уэим умыщIу, къысхуэгъэгъу,
Схуэхьыжкъым адкIэ, си гур мэгъу.
А пщы щIалэщIэм зэреджэр хэт?
- Жамболэтщ…
- Таурыхъкъэ къызжепIауэ хъуар?-
Сэ сощIэ ар зэраукIар.
КъызжеIэт пэж, течауэ и щхьэр…
- Мис, Жамболэтыр итщ уи пащхьэм!..
IV
Щым дэгум зэщIиубыда пэшыр
Пхъэ ласкIэм хуэгъэнэхукъым щIагъуэу.
И зэхуэдитI фIэкIакIэщ жэщыр,
Нэсащ щхьэгъусэ къэсыжыгъуэм,
Ауэ къэкIуэжкъым Ибрэхьим…
ФатIимэ езэгъыжкъым жейм,
ИIыгъщ гупсысэм, мэнэщхъей,
IэфI дыдэу Iурихащ сабийр…
Есащ цIыхубзыр мыгъуэлъыжу
Зэи щхьэгъусэр къэмысыжу…
Щысщ, йожьэ. Лъэмакъ мащIэ
КъыщыIум къыщолъэтыр псынщIэу…
Къэсыжагъэнущ Ибрэхьим…
Хьэуэ аракъым. КъыщыщIэплъым
Телъыджэ щохъур къызыIуплъэр…
Хъарпшэру къыхэкIауэ пщIыхьым
ПфIэщIыну къитщ абы и пащхьэм
Жамболэт, Iэнкунрэ зихузу…
- Ей! уэра мыр?- щIоупщIэ фызыр.
- Сэращ… сытегъуэщыхьри гъуэгум,
Къэсхьащ аргуэру щхьэр уи жьэгум.
Лъэмыжыр трихати псым,
Къысхуэгъуэтакъым и икIыпIэр…
Уэлбанэщ, жьапщэр йокIыр хъийм,
Жыхьэнмэм сихуа нэхъей,
Сригъэхьати гугъу жэщ кIыфIым,
Фи деж къэзгъазэмэ нэхъыфIу
Къэслъытэри къытезгъэзащ,
ЕрагъкIэ си щхьэр къэсхьэсащ…
Иджы, Алыхьым и шыкуркIэ,
Къэплъытэ хъунущ сыкъелакIэу!
Зыгъэхьэзыр, ФатIимэ, псынщIэу,
Дежьэн хуейщ зыми дыкъимыщIэу.
Шыхэр къыдожьэ, телъу уанэр,
СыткIи хуэщIауэ ди гъуэгуанэм.
Зы егъэзыпIэ гуэр дынэсым,
Сэ содэ пхъэрыр къыткIэлъысми…
- Сыт мы къызжепIэр?
- ЕсщIылIа зауэм унэIутхэм,
Шынагъэ мащIэм упикIуэту,
Умыгъэпуд апхуэдэу и пщIэр…
- Сэ си гугъакъым, соIуэр Тхьэ,
Апхуэдэ кърипэсу си щхьэм,
Жамболэт ищIыфыну си жагъуэ…
- ФIыуэ аращ сыкъыумылъагъуу!..
- Ди Алыхьышхуэм и гущIэгъум
Къызитыжа дэлъхуу узолъагъур…
- Ара зэрыхъури?
- Ар пфIэмащIэ!
- ФатIимэ! Дэнэ щыIэ псалъэу
Къызитыгъахэр уи гухэлъым?..
- БлэкIам иIэжкъым къэгъэзэж,
Алейуи ар къыумылъыхъуэж…
- УепцIыжакIуэщ!
- Сэ икъукIэ куэдрэ сыножьащ…
Иджы къызжеIэт, егупсыси,
Сыт хулъэкIынут хъыджэбз дэсым
ЩIэчэ имыIэу уэркъи пщыи
Къылъыхъум махуэ къэскIэ пщащэм.
Илъэсхэр кIуэху зэкIэлъхьэужьу,
Хъыджэбзым хэхъуэмэ и ныбжьым,
Псалъэ мышухэри и ужьым
ИмыкIым, пцIыр къылърахьэкIыу?..
Сыныкъуэкъуащ сэ илъэсиплIкIэ.
Си дежкIэ гугъут, зэгъащIэ фIыуэ,
СемыпцIыжыныр ста тхьэрыIуэм,
Ауэ иджыщ къыщызгурыIуэр -
СыкъыщIэкIащ сынасыпыфIэу…
ГугъуехькIэ гъащIэм жылэ тепсэрщ
Къытепхыжынури уи хьэсэм….
ЕмыкIу хэслъагъуэркъым лэжьыгъэм.
Си дэлъхум хуэдэу сыпщыгугъырт
УкъыздэщIыну, къыздэпIыгъыу…
Егупсысыжыт, Жамболэт!
СемыпцIыжын щхьэ си тхьэрыIуэм,
Сэ си фэм дэзгъэкIащ куэдыIуэ…
Тхьэм щышынэ,
Сэ сыунагъуэщ, сэ сыанэщ.
- ПщылI пцIыIуэпцIышэу цIыху мыгъасэм
Сабий хуэплъхуауэ, ар уогъасэ…
- Си щIыхьыр пщIыуэ хэутэн,
Пщы напэм дауэ езэгъын…
Къызумыхуэж афIэкI си гугъу!
- Апхуэдэу щытмэ, къысхуэгъэгъу.
Уи жагъуэ умыщIыж иужькIэ!
* * *
Щым дэгум зэщIиубыда пэшым
ЩIэт кIыфIыр фагъуэу пхилыгъукIыу,
Нур къарууншэ пех пхъэ ласкIэм.
Къэсыжкъым Ибрэхьим, щхьэгъусэр,
Уэлбанэщ жэщри, мэгузасэ…
ПлIанэпэм дэт сабий гъуэлъыпIэм
IэфIу щепщIыхьу и пщIыхьэпIэм
Сабийр мэжей къыпыгуфIыкIыу.
И къуэм зыхуигъэщхъауэ анэм,
ГуфIэгъуэ нэпсхэр къыфIыщIоткIур и нэм…
Нэхущ пшэплъыр хуэмурэ абджынэм
Къызэпхыплъу къоIэгъуэ нэхулъэр…
Зэм ужьыхыжрэ, зэм зэщIэрыуэжу
Пхъэ ласкIэ нурыр нэхущым хокIуэдэж…
Ибрэхьими къызэрымысыжщ.
Нэхулъэр къосри, пщIантIэм пцIащхъуэм
Зыщегъэхьэзыр лъэтэну уэгу къащхъуэм…
Псыежэх цIыкIури мэIущащэ жейбащхъуэу.
МэкIыргъри и шэрхъыр выгум,
ПщIантIэм къыдэмыхьэу пещэж гъуэгум!..
Аргуэрыжьу пэшыр зэщIощымэ,
Жеижынуи игу къэмыкI ФатIимэ!
Бжьыхьэ тхьэмпэу фIэкIэзызу и гур
Гупсысэбэу фIытолъадэ гъуэгум.
Хэт къищIэфыну псэм игъэвыр,
Акъыл ешар зыгъэгузавэр?!
Зы насып гуэрым дэумэзэхыу
Сабий жейм зыхурегъэзыхыр…
Сыт жриIэнутэр сабийм?
Сыт щIыжиIэнур - псалъэр лейщ?!
Ауэ сабийм и пырхъ мамырми,
Къыдрихьей и гъы макъ щэхуми
И гурыгъузхэр зэбграхуу
ЯлъэкIкъым къахьыжыну нэхур.
И нэкIущхьитIыр ягъэлыгъуэу
Нэпс пщтырхэм щыхащIыкIыр лъагъуэ…
- IэфIу пщIыхьэпIэр жейм нэхунэр
Абы нэхъ лъапIэ щымыIэну…
Гу лъумытэххэу зэман кIуэнум
ПщIыхьэпIэ IэфIри здихьынущ.
Ауэ зэгуэр укъэушыжу
Жейбащхъуэу къызэтепхым уи нэр,
КъыбгурыIуэнущ нэпс щIигъэжу
Жэщ псом къыпщхьэщыса уи анэр…
ЛъэмыкIыу гъащIэм и удыным
ХъуэпсапIэр игу ириудыну!
Уэ уи насыпым пэхъун уасэ
ЩыIэу дунейм сыщымыгъуазэ!-
Зыгуэрым Iэ нэрымылъагъукIэ
Iуиха пфIэщIыну бжэр зэIуокIыр,
Абдежым хуэму пэш пэIущIэм
ЩIэз хъуа нэхущ ныкъуэзэхэщIэм
Къыхэбэкъуащ шэрджэс ныбжьыщIэр.
Ар кIыфIым хэтщи, къамылъагъуу
ЩIакIуэр зыщех Iэуэлъауэншэу…
- Апхуэдизу узыхущысхьыншэу
Щхьэ зыбукIыжрэ, ФатIимэ?..
- Уэра ар?! СхулъэмыкIынут
сыномыжьэу…
- СыкъэкIуэжынкIэ хъунут нэхъ гувауи,
АтIэ, уэ ущысын хуей жейр къомыкIуэу?
Ар зыкIи хуэщхьэпэнкъым гъуэгурыкIуэм.
- Ди Алыхь лъапIэ, уэ укъэсыжакIэщ!..
- ФатIимэ, сыт уи нэпсыр щIыщIэбгъэкIыр,
Сыт къэхъуар?
Ди сабий цIыкIур сымаджэ хъуа?
Пэжыр жыIэт…
- Хьэуэ… а цIыкIум лажьэ лъэпкъ имыIэ…
Мы си гум иIэти зы къеуэкIэ…
Си гугъащ сынимыхьэсу нэхулъэм,
ЩIиудыну мы си лъэр кхъэ хуэплъэу…
Алыхьым и шыкурщ, фIэкIакIэщ псори,
УкъысхуэкIуэжащ узыншэу уэри…
Си гуи, си пси иджы псэхужащ…
УмэжэлIагъэнущ, уэшхым уиуфэнщIакъэ?..
Умыгузавэ, сэ зозгъэтIыжынкъэ
Иджыпсту си хъыршын IэфIкIэ…
- Сэри, къэрабгъэ цIыкIур,
и гур къипкIыу,
КъэзгъэуIэбжьынкъэ саугъэту
къыхуэсхьамкIэ…
Си гугъэщ мы шылэ IэлъэщIыр
Зытебгъэлъыну, нэхъри ущIэращIэу…
- Ибрэхьим, апхуэдэу уи пщIэнтIэпсыр
Сэр щхьэкIэ бгъэкIуэдыным сриуасэ…
- Къэгъанэ ар… зытелъхьэт…
мис апхуэдэу…
IэлъэщIым ущIохъукIыр дахэ дыдэ,
Ямыгъуэтыну зыри къыпхуагъадэ…
- Ушхакъым щIагъуэу…
- Си ныбэ изщ сэ, уи гур умыгъэгъу,
Ауэ солъагъу, ныщхьэбэ умыпIащIэ,
СебгъэдэIуэн къэхъуахэм
хъыбарыщIэу…
- Си дэлъхур къэкIуэжащ…
- ЖыхуэпIэр хэт?
- Ар фIыуэ уоцIыхужыр…
Жамболэтщ…
V
Къазбэчи къэушащ пащтыхь пэлъытэу,
И джабэ дыхьэрэнхэр зэщIэлыдэу.
Къыдолъадэ къуршыпсхэр аузым,
ХъущIэ макъкIэ джабэ нэкIухэр
зэгуагъэзу,
Я уэрэдхэмкIэ IущIэну пщэдджыжь
пшэплъым,
Iэуэлъауэу ирахьэхыр я пшыналъэр.
Я щхьэм фIахыжу пщэдджыжь пшагъуэр,
Къырыщхьэхэм зыкъагъэIэгъуэ.
Акъужьыр тхьэмпэ IувкIэ изу,
НэщхъыфIэу мэIущащэ мэзыр,
Бзум я уэрэдыр уафэгум нахьэсыр.
НэхулъэфI къекIауэ къэушащ шэрджэсхэр…
Къыр задэхэр и къэрэгъулу
Ауз зэвым дэкъуза жылэм
КъыщаIэту сабэр гуэрэну
ЩызокIуэ хъушэр, шы табыныр…
Адыгэ жьэгум къыдиху Iугъуэр
ТIэкIурэ щхьэщотри къуажэм пшагъуэу,
Хуэму докIуейри уафэ лъащIэм
КIэщIогъуэлъхьэж шылэхъар пIащIэу…
Къуажэ къэушым и жейбащхъуэр
Щхьэщеху къуэкIыпIэм къыщищI пшэплъым,
Лэжьыгъэр къуажэм щызэщIэплъэу
Махуэм зеIэтыр дыгъэ хуэплъэу…
ШейтIан Iуащхьэжь и дыгъэмыхъуэм
Iэщ хъушэр къыкIэрехуэ Iэхъуэм.
Мывэ зэхуакухэм нэшэкъашэу
Къадож псы цIыкIухэр зэщIэушэу…
Мывэ джейхэу кIуэцIылъым жыглыцым,
Гуэрэн Iувхэу зэхэт къуацэчыцэм
Блэм ещхьу Iэзэу япхрыпщ
къурш лъагъуэм,
КъищэкIуам и лъэужьым ирикIуэу
Зэзэмызэ уащыхуозэ щакIуэм.
Гувауэ, къытещхьауэ нэхулъэ,
Къурш лъагъуэм тету ехур щакIуэм и лъэр.
Хъуржыныр, джыдэр и плIэрылъу,
Хуэм дыдэу бакъуэу, бауэу хьэлъэу
ЩетIысэхым мэзауэлIыр ешу,
МыпIащIэу, зыщIигъакъуэурэ и башыр
И ныбжьэгъу Iэхъуэр лъагъунлъагъу
къыхуокIуэ,
Къыхуехьри гъуэмылэу зы фо хьэкIуэ,
ШэщIэмыху кхъуей,
А псори икъукIэ IэфIыкIейщ…
ТIэкIу зэIуроури мэтэджыж, и цейм
ЗыкъыкIэрищIэу хьэцыбанэм,
ЩIалэ цIыкIу хуэдэ елъэу мывэ джейм,
Тоувэ лъагъуэм, кIуэжу унэм.
ЗдэпIащIэр дэнэ? ЗыхуэпIащIэр хэт
Нобэ апхуэдизу Жамболэт?
Къыхуэзэшауэ хэт къыпэплъэр?..
Хьэ щтауэ адкIэ-мыдкIэ маплъэ,
ЛъакъуитIым яримыту псэхур,
Гу зэщIэплъам зыщIыпIэ ехур…
Къожэх пщIэнтIэпсыр и нэкIущхьэм…
ЕтIатэр пщампIэр… И щIыбагъым
Къыдэтщ нэхъыжьхэм зэгуэр лIыгъэу
Зэрахьэгъахэм къахьа щIыхьыр,
Дыщэ уагъэм фоч лъэдакъэр егъэдахэ,
ДэIуащ кIэрахъуэр и бгырыпхым,
И къамэ Iэпщэу дыжьын хэкIым
Дыгъэм и бзийхэр толыдыкIыр…
Жьым ходжэгухь и бащлъыкъ кIапэр -
А псоми хэлъми гузэвэгъуэ щэху!
Дуней дахащэм псэм зыщегъэпсэху.
УзыIэпишэу, ихьу уи нэр, уи пэр,
УигъэудэIужу къодэхащIэм,
ГуфIэгъуэ нэпсыр зыхиугъащIэу…
Iэхуитлъэхуитщ и хъуреягъыр,
Iэхуитлъэхуитщ щIы даущыншэр,
Гур дэрэжэгъуэм игъэушэу!..
КIыфIыгъэм игъэпщкIуа псыпыхум
И макъыр жэщым къызыпхехур…
Къуажэм удэплъэм телъыджабэщ,
Iэхъуэм Iэхъушэр дехур джабэм…
МыпIащIэу къыхидза уэрэдым
Къыдожьуужыр бгыжьхэр уардэу:
Ди Алыхьышхуэ!
Алыхь лъапIэм
ЩымыIэ зыри плъэмыкIын!
Телъыджэщ уафэр,
Телъыджэщ щIылъэр,
Уи Iущагъышхуэм
ХудогъэIу пшыналъэр…
Тафи, къурши,
Тенджызи, псыежэхи,
Гуэли, мэзи,
Мы дунеишхуэм къэмынэу зы дурэши,
Макъ зэмыфэгъу Iэджэм
Зызэхаджэжри зы макъ телъыджэу
Уи лъэкIыныгъэм уэрэдыр хуагъэшыр!..
Блэ щэхуу зеудыгъури, лъагъуэр
ЙопщэкIыр щыхупIэ шынагъуэм…
Хогъуэлъхьэжри хуиту удз щхъуантIэм.
Мэпщ мыпIащIэу, зиIуантIэ-зишантIэу.
И лъабжьэм нэс ущызыщIэплъу,
Къуршыпс цIыкIу щIыIэр зэрылъэлъу
Мажэ, лъагъуэм бгъурыувауэ,
Хэплъэну зыхурегъэзыхыр
Псы цIыкIум ихь и толъкъун махэм,
Къуршыпсым зыхетхьэщIэри мащIэу,
Пещэж аргуэру гъуэгум пIащIэу.
Зы мывэм толъри зы мывэм
Толъкъуныр толъэ, зэпрылъу пшахъуэм,
КъызоплъэкIыжри нэжэгужэу,
И дыхьэшх макъым къыпищэжу мажэ.
Пхрож мэкъупIэм, бложыр чыцэм…
Къыпежыхьри къыр задэ лъагэу,
И щыгу папцIэр иIэтауэ пагэу
Езыгъэкъум уафэгум и лъащIэм,
ЗыхегъэпщкIуэжыр мэз
Iувыжьым пIащIэу…
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
.
ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "932.txt"
} |
Олимп чемпион Чыржын Мухьэрбий
Адыгейм и ЛIыщхьэ КIумпIыл Мурат и хьэщIэщ.
1972 гъэм Мюнхен щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр адыгэхэм ди дежкIэ хуабжьу мыхьэнэшхуэ зиIэщ - адэжь Хэкум щыщ ди лъэпкъэгъухэр япэ дыдэу чемпион хъуащ. Адыгейм икIа Чыржын Мухьэрбийрэ къэбэрдей щIалэ Шыхъуэ Борисрэ атлетикэ хьэлъэмрэ лъакъуэрыгъажэ спортымкIэ я дыщэ медалхэр нэхъапэм зэи димыIа дэрэжэгъуэ инт. Тхьэм и шыкуркIэ, а тIури иджыри тхуэпсэущ икIи щIэблэм я щапхъэщ. Нобэ и гугъу фхуэтщIынщ хьэлъэ къэIэтынымкIэ Совет Союзым плIэнейрэ (1971, 1973-1975 гъэхэм), Европэм тIэунейрэ (1973, 1974 гъэхэм), дуней псоми апхуэдизрэ (1972, 1973 гъэхэм), Олимп Джэгухэм (1972 гъэм) я чемпион Чыржын Мухьэрбий.
Адыгейм хыхьэ Куэшхьэблэ къуажэм 1949 гъэм и япэ махуэм дунейм къыщытехьащ игъащIэкIи лъэпкъыр дызэрыгушхуэну Чыржын Мухьэрбий. Дуней псом цIэрыIуэ зэрыщыхъуа хьэлъэ къэIэтыным пасэу дихьэхын хуэдэу щхьэусыгъуэ щIагъуи щыIауэ фIэщщIыгъуейщ - дэтхэнэ зы сабийми хуэдэу къижыхьырт, банэрт, фыщIэрт, топ джэгурт… Хьэлъэ къэIэтынымкIи щызэпеуэ къэхъурт.
Япэ дыдэу штангэр щилъэгъуам Мухьэрбий хуабжьу игъэщIэгъуащ. Дзэм къулыкъу щищIауэ къэзыгъэзэжа я гъунэгъу щIалэр здэщыIам хьэлъэ къэIэтыным щыдихьэхат икIи къыздэкIуэжам езым и щхьэм щхьэкIэ абы щыпищэрт. ФIэхьэлэмэт хъуат гъущI хъуреишхуэхэр фIилъхьэурэ ар къызэриIэтыр. Къуажэ сабийр абы епщIащ икIи нэхъ тегушхуэхэм штангэр къаIэт икIи зэхьэзэхуэ хъуащ. ЩIэх-щIэхыурэ Мухьэрбий псоми ефIэкIырт. Хуэм-хуэмурэ езым и хьэлъагъым нэхърэ нэхъыбэ къиIэтыфу хъуащ. Ар телъыджэт. ЦIыхум игъащIэми нэхъ къарууфIэ дыдэу хъумпIэцIэджыр къелъытэ, абы и хьэлъагъым хуэдиз къызэрырихьэкIыфым щхьэкIэ. Чыржыныр апхуэдэ зэфIэкIми щхьэпрыкIыжат. ЗригъэщIэну щIэхъуэпсырт и Iэпкълъэпкъым «къигъэпкIыфынур» здынэсыр. Абы папщIэ утыкушхуэ ихьэн хуейт. Къуажэдэс адыгэ щIалэ цIыкIум апхуэдэ Iэмал дэнэ кърихынт?!
Балигъ хъууэ дзэм къулыкъу щищIэну даша иужькIэщ Чыржын Мухьэрбий и зэфIэкIхэр къызэкъуихыну щыхузэфIэкIар. Саратов и «Спартак» обществэм япэ лъэбакъуэхэр щичауэ Дон Iус Ростов и СКА командэм ирагъэблэгъащ. Гу лъатат адыгэ щIалэм къару къызэрымыкIуэ зэрыбгъэдэлъым икIи хуэфэщэн техникэ абы дыщIыбгъужмэ, ехъулIэныгъэ инхэр къызэрыпэкIуэнур.
ГъэсакIуэ хуэхъуамкIи и насып къикIащ Чыржын Мухьэрбий. Абы къыдэлажьэ хъуащ иужькIэ сыт щыгъуи игъуса Стогов Владимир. Ар езыр тхуэнейрэ дунейпсо чемпиону, хэнейрэ Европэм и чемпиону щытат икIи адыгэ щIалэм бгъэдилъхьэн и куэдт. Стоговым занщIу Мухьэрбий игу ирихьащ, ерыщагъ ин хэлъу зэрызигъасэмрэ зэфIэкI лъагэ зэрыбгъэдэлъымкIэ. Абы и гъэсэныр залымыгъэкIэ спорт залым къыщыщIихуж куэдрэ къэхъурт. Спортсмен икIи тренер цIэрыIуэм ищIэрт лейуэ зыбукIыжи узыщысхьыжи зэрымыхъунур. Зэхьэзэхуэхэм ирихьэлIэн хуейт Iэпкълъэпкъри, къарури, гукъыдэжри къанэ щымыIэу хузэщIэгъэрыуIуауэ. Арат зэгупсысри зытелажьэри.
Социалист къэралхэм я армэхэм щIэх-щIэхыурэ здрагъэкIуэкI зэхьэзэхуэхэм дунейпсо Iэзагъ щызэригъэгъуэтащ Чыржын Мухьэрбий. Румынием, Польшэм, Венгрием, Чехословакием, нэгъуэщI ди ныбжьэгъу къэралхэм я штангист цIэрыIуэхэр зэпеуэхэм зэрыхэт щIыкIэм, абыхэм къагъэсэбэп Iэмалхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ адыгэ щIалэр мыгувэу и хьэрхуэрэгъу лъэщхэм ефIэкI хъуащ.
Чыржын Мухьэрбий и япэ текIуэныгъэшхуэр къыщихьар и ныбжьыр илъэс тIощIрэ зым щIигъуауэщ. Хьэлъэ еIэхэм я дежкIэ ар куэдкъым, килограммищэхэр дэбдзеин и пэ Iэпкълъэпкъыр сыт и лъэныкъуэкIи зэрыубыдауэ щытын зэрыхуейм къыхэкIыу. Мэзкуу щекIуэкIа атлетикэ хьэлъэмкIэ Совет Союзым и чемпионатым нэхъ псыщIэ дыдэхэм я зэпеуэм (килограмм 67,5-м нэс зи хьэлъагъхэм) дыщэр щызыIэригъэхьащ куэдым иджыри ямыцIыху адыгэ щIалэщIэм. Абы щыгъуэм хэт ищIэнт къыкIэлъыкIуэ илъэс зыплIытхум ар дуней псом щытепщэну икIи зыри иджыри къэс зыпэмылъэща рекордхэр игъэувыну?!
1971 гъэм, СССР-м и чемпион хъуа нэужь, Чыржыныр къэралым и командэ къыхэхам хагъэхьащ. Перум и къалащхьэ Лимэ бжьыхьэм щекIуэкIыну дунейпсо зэпеуэм ар хуагъэхьэзыру щIадзащ. Зэманыр къемэщIэкIами, япэу утыкушхуэ зэрихьар арами хэт ищIэн, ауэ зэ ебгъэрыкIуэныгъэкIэ Мухьэрбий дыщэр зыIэригъэхьэфакъым. АрщхьэкIэ Америкэ Ипщэм къыщихьа жэз медалыр нэхъ лъапIэжхэм я лъабжьэ хъуащ.
ХХ Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр щекIуэкIыну илъэсым и гъатхэм Румынием и Констанцэ къалэм щыIа Европэм и чемпионатми адыгэ щIалэр щыещэнащ. Ауэ ар гъэм и зэхьэзэхуэ нэхъ ин дыдэм, дэтхэнэ зы спортсменри зыщIэхъуэпсым и зыхуэгъэхьэзырыныгъэт. Мюнхен щекIуэкIыну Олимпиадэм дыщIагъуат дунейпсо чемпионатри. Абыхэм хуэфэщэну хэтын, екIуу зыкъыщыгъэлъэгъуэн хуейт. Ахэр Чыржын Мухьэрбий и лъагапIэ нэхъ ин дыдэ хъуащ.
Мюнхен къыщызэIуаха Олимпиадэр совет штангистхэм я дежкIэ щIагъуэу къыщIидзакъым. НэхъапэIуэкIэ утыку къихьа Чегиным - жэз, Шанидзе дыжьын медалхэр зыхэт хьэлъагъхэм щызыIэрагъэхьэфауэ арат. Олимп чемпион иджыри зыри хъуфатэкъым. Куэдым я плъапIэр Чыржынырат. АрщхьэкIэ абы и хьэрхуэрэгъухэр хуабжьу лъэрызехьэт: болгар Кучевыр Европэм и чемпионт, поляк Башановскэр Олимп Джэгухэм нэхъапэм тIэунейрэ щытекIуат, чех Качмарек дунейпсо рекордхэр IэщIэлът. Зи цIэ къитIуахэм къапикIуэтынутэкъым Ираным щыщ Дахнави, Японием къикIа Като, нэгъуэщIхэри. ГурыIуэгъуэт абыхэм дунейпсо рекорд куэд Мюнхен зэрыщакъутэнур. Апхуэдэуи къэхъуащ.
Iуэху дахэр зэхиблащ Кучевым. ЖимымкIэ абы килограмми 157,5-рэ къиIэтащ. Штангэм еIэхэм я хьэлъагъыр килограмм 67,5-рэ хъууэ арат! Болгар щIалэм дунейпсо рекорд игъэуващ. Мухьэрбий къыхуэIэтар абы нэхърэ килограммипщIкIэ нэхъ мащIэт. Жимыр хьэлъэ къэIэтыкIэм и зы лIэужьыгъуэрат. КъыкIэлъыкIуэхэм къыщагъэлъагъуэхэр зэхалъхьэжынурэ псоми зэхэту нэхъыбэ къэзыIэтарат текIуауэ ябжынур.
Мухьэрбий и лъэр щIэхун дэнэ къэна, нэхъри къызэщIэплъащ. Рывокым адыгэ щIалэр щынэхъыфIащ икIи и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэм нэхърэ килограммипщIкIэ нэхъыбэ къиIэтри, къызэрыкIэрыхуар иригъэкъужащ. Абдежым адыгэ щIалэм зекIуэ олимп рекордым къыщытригъэзэжащ, килограмми 135-рэ къиIэтри.
КIэух зэпеуэм ирихьэлIэу Чыржынымрэ Кучевымрэ зэхуэдэу ирихьэлIащ. Жимымрэ рывокымрэ абыхэм дэтхэнэми зэхэту килограмм 282,5-рэ къыщаIэтат. Ар езыхэм я хьэлъагъым хуэдитIым щIигъукIэ фIэкIырт. Иджы псори щызэхэкIынур толчокырат. Хэт и къарур нэхъ зэгъэзэхуа хъуа, хэт и зышыIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ нэхъ ин?
Олимп дыщэр зэпэзыубыдар Кучевымрэ Чыржынымрэт. Адрейхэр абыхэм я зэпэщIэтыныгъэм еплъу щыт фIэкIа пщIэнтэкъым, езыхэри зэхьэзэхуэм зэрыхэтыр ящыгъупщэжауэ. Болгар штангистым бгъэдыхьэгъуитIыр фIы дыдэу къехъулIащ, арщхьэкIэ ещанэм къигъэдзыхащ. Арати, килограмми 167,5-м къыщыувыIащ. Чыржыным къыщыщIидзар а хьэлъагъращ! КъыкIэлъыкIуэ бгъэдыхьэгъуэм килограммитхукIэ щIигъуу къиIэтащ. Ар Олимп чемпионыгъэт!
Дыщэ медалыр и Iэрылъхьэ пэтми, Чыржын Мухьэрбий зыпэщIэува хьэлъагъым хригъэгъэхъуащ килограмми 177,5-м нэсыхукIэ. Апхуэдиз къэзыIэта зыхэт хьэлъагъым зэи къыщыхъуатэкъым. Адыгэ пелуаным ар къыфIэмыIуэху хуэдэу дридзеящ. Дунейпсо рекордыр гъэува хъуащ!
Абы и закъуэтэкъым. Чыржыным троеборьемкIи дунейпсо рекордыр зыIэщIилъхьат. БгъэдыхьэкIэ лIэужьыгъуищымкIи (жимымкIэ, толчокымкIэ, рывокымкIэ) Мухьэрбий къиIэтар зэхэту килограмм 460-м нигъэсат!
Насыпыр уэру нэмыцэщIым къыщыхукъуэкIат Куэшхьэблэ икIа щIалэщIэм. Олимп Джэгухэр щыщыIа лъэхъэнэм къриубыдэу Мюнхен щекIуэкIа атлетикэ хьэлъэмкIэ ЩIы хъурейм и чемпионатми щытекIуащ Чыржын Мухьэрбий. Арати, а спорт лIэужьыгъуэмкIэ дуней псом щынэхъ лъапIэ дамыгъитIыр IэщIэлъу абы Хэкум игъэзэжащ.
Чыржыныр щагъэлъапIэр щалъхуа Адыгеймрэ зи щIыхьыр лъагэу иIэта Совет Союзымрэ я закъуэтэкъым. Ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыпIэ псоми абы и текIуэныгъэм и хъыбар гуапэр псынщIэ дыдэу нэсащ. Хэкужьым щыщу япэу Олимп чемпион хъуа Чыржын Мухьэрбий и ехъулIэныгъэм дэрэжэгъуэ ин къаритащ дунейм адыгэу тетым, зыхиубыдэ къэралым емылъытауэ.
Хьэлъэ къэIэтынымкIэ иджыри илъэситIкIэ ЩIы хъурейм тепщэныгъэр щиIыгъащ ди лъэпкъэгъум. 1973 гъэм Кубэм и къалащхьэ Гаванэ щекIуэкIа дунейпсо зэпеуэми, а илъэсымрэ къыкIэлъыкIуэ гъэмрэ Испаниемрэ Италиемрэ щызэхэта Европэм и чемпионатхэми Чыржын Мухьэрбий дыщэ медалхэр къыщихьащ икIи рекорд зыбжанэ щигъэуващ. Ар спортым хэкIыжащ зыри къытемыкIуауэ икIи пщIэрэ щIыхьрэ иIэу нобэми Адыгейм щопсэу.
Совет Союзми, Европэми, дунейми, Олимп Джэгухэми я чемпион, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, «Знак Почёта» орденыр зезыхьэ, «Адыгейм и щIыхь» дамыгъэр зыхуагъэфэща Чыржын Мухьэрбий щапхъэ нэсщ Хэкумрэ лъэпкъымрэ хуэпэжынымрэ абыхэм я щIыхьыр IэтынымкIэ. Ар нобэми жыджэру хэтщ жылагъуэ лэжьыгъэм икIи щIэблэр гъащIэ узыншэм хуеущий.
Мюнхен, 1972 гъэ
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "935.txt"
} |
Лъэпкъхэм я Iуэху ягъэкIуатэ
Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ Советым и зэIущIэр (иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIар) къыщызэIуихым, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къытеувыIащ мыхьэнэшхуэ зиIэу къилъытэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм: лъэпкъхэм я щэнхабзэр хъумэным, абы ехьэлIа къэрал политикэр гъэзэщIэнымкIэ IэщIагъэлIхэр щIыпIэхэм щыгъэхьэзырыным, я хэкур фIыуэ ялъагъуу щIэблэр къэгъэтэджынымкIэ егъэкIуэкIыпхъэ лэжьыгъэм, нэгъуэщIхэми.
Къэралым и Iэтащхьэм лъэпкъ зэхущытыкIэхэр зыхуэдэнур иригъэпщащ цIыхум и узыншагъэм - япэри етIуанэри зэпымыууэ гулъытэ хуэныкъуэщ, адэкIэ гъащIэ иIэн папщIэ.
Путин Владимир лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэм я зэфIэкIыр къызэрагъэсэбэпыф Iэмалхэм я гугъу щищIым, икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэу къигъэлъэгъуащ ахэри къэрал программэхэм хыхьэу, лъэпкъ политикэр гъэзэщIэным жыджэру хэтын зэрыхуейр. Президентым къелъытэ щIалэгъуалэм я пашэхэми зэрадэлажьэ щIыкIэм куэд зэрелъытар, цIыхубэм зиужьыныр е дэхуэхыныр щIэблэм я дуней тетыкIэм зэрепхар. Абы къыхэкIыу къулыкъущIэхэми, еджапIэхэми, жылагъуэ IуэхущIапIэхэми я къалэнщ зэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэм гулъытэ хуащIу къэралым хуэщхьэпэн Iуэхухэм хашэну.
Советым хэтхэм гулъытэ хэха хущIащ анэдэлъхубзэхэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ. Васильевэ Ольгэрэ Баринов Игоррэ абы теухуауэ къыхагъэщащ анэдэлъхубзэхэр зэрырагъэджым и гъэпсыкIэр зэрагъэбелджыламрэ ар гъэзэщIэнымкIэ программэр зэрагъэхьэзырамрэ ехъулIэныгъэхэр къазэрыдэкIуар. Мы зэманым анэдэлъхубзэу 10-мкIэ зэрырагъаджэ тхылъ 222-рэ зэхагъэуващ, иджыри 14 къыдагъэкIыну ягъэхьэзыр. А Iуэхум кърашалIэ филологхэр, тхыдэджхэр, бзэмкIэ щIэныгъэрылажьэхэр.
Зорин Владимир тепсэлъыхьащ мыхьэнэ зиIэ нэгъуэщI Iуэхугъуэм - 2020 гъэм къыхэтхыкI зэрекIуэкIынум. А Iуэхум жэуаплыныгъэ хэлъу бгъэдыхьэпхъэщ, псом хуэмыдэу абы хэтыну IэщIагъэлIхэр зэрагъэхьэзырым. Сыту жыпIэмэ, а къыхэтхыкIым къигъэлъэгъуэнущ Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэр зыхуэдизыр икIи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым дэтхэнэ къэралми зэрыхузэфIэмыкIыр апхуэдэ Iэмалыр къигъэсэбэпыну. ЦIыхур зыщыщ лъэпкъыр къигъэлъэгъуэну Iэмал зэриIэнур щыхьэт тохъуэ къэралыр и цIыхум нэхъ гъунэгъу хуэхъуну, и дзыхь иригъэзыну зэрыхущIэкъум.
Апхуэдэу Советым и зэIущIэм къыщаIэтащ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм, я хабзэм, щэнхабзэм зэрызрагъэужьыфыну щIыкIэм теухуа Iуэхугъуэ куэд.
Путин Владимир къэралым хыхьэ дэтхэнэ щIыналъэми пщIэ зэрыхуищIыр къигъэлъэгъуауэ къыдолъытэ зэIущIэр къыщызэIуихым Налшык Кавказ Ищхъэрэм и щыхьэрхэм язу къызэрыхигъэщам.
Жемчуговэ Маргаритэ, УФ-м и Президентым дэлажьэ РАНХ-мрэ ГС-мрэ я къудамэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэ институтым и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "936.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Зыгъэпсэхугъуэ
махуипщI къытпоплъэ
Урысейм щыпсэухэм IэнатIэ яIэнымкIэ къэрал къулыкъущIапIэм зэбгригъэха хъыбарым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, махуэ тIурытI фIэкIа мыхъу лэжьэгъуэ тхьэмахуитI зэкIэлъыкIуэу къапоплъэ ди цIыхухэм.
Балигъхэри сабийхэри къахуэмыгъэсу поплъэ а зыгъэпсэхугъуэхэм – IэжьэкIэ, лъэрыжэкIэ, лыжэкIэ къэзыжыхьыну зыфIэфIхэм, жьы къабзэм хэтыну хуейхэм апхуэдэ Iэмал яIэнущ мы илъэситIым я зэблэкIыгъуэм.
Урысей Федерацэм и Правительствэм 2019 гъэр къимыхьэ щIыкIэ Iэ зыщIидзауэ щыта унафэм, илъэсым и махуэгъэпсым теухуам, ипкъ иткIэ, дыгъэгъазэм и 30, 31-хэм цIыхухэр лэжьэнурэ а тхьэмахуэм хиубыдэ къыкIэлъыкIуэ махуитхум - 2020 гъэм и щIышылэм и 1 – 5-хэм загъэпсэхунущ. Зыщыгъэгъупщэн хуейкъым дыгъэгъазэм и 31-м лэжьэгъуэ зэманыр зы сыхьэткIэ зэрынэхъ мащIэри. КъыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэми зыгъэпсэхугъуэ махуищкIэ къыщIедзэ – щIышылэм и 6 - 8-хэм цIыхухэр дэсынущ. АдэкIэ щIышылэм и 9-мрэ и 10-мрэ дылэжьэнурэ, аргуэру махуитIкIэ зыдгъэпсэхунущ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, тхьэмахуитIым къриубыдэу махуипщIкIэ загъэпсэхуну, я нэгу зрагъэужьыну Iэмал яIэнущ ди цIыхухэм.
Дыгъэгъазэм и 31-р ди къэралым щылэжьэгъуэми, а махуэм цIыхухэр я IэнатIэхэм егъэзауэ пэрыту пхужыIэнукъым – ИлъэсыщIэпежьэ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр IуэхущIапIэхэм щегъэкIуэкIынымрэ унагъуэхэр махуэшхуэм хуэгъэхьэзырынымрэ зэманышхуэ токIуадэ. Илъэсым и иужьрей махуэм цIыхухэм ягу лэжьыгъэм зэрыхэмыхьэр я тегъэщIапIэу, ар мылэжьэгъуэ махуэу гъэувыным теухуа жэрдэм къыщыхалъхьащ Къэрал Думэм.
«ИлъэсыщIэм зыхуагъэхьэзырурэ, дыгъэгъазэм и 31-м лэжьакIуэ куэд я IэнатIэм пэрызагъэркъым, зрагъэутIыпщурэ лэжьапIэм мыкIуэхэри гъунэжщ. Псом хуэмыдэу къалэн куэд зи пщэ дэлъ унэгуащэхэм я щхьэхэр я лэжьыгъэм траухуэфыркъым. Абы къыхэкIыу тфIэтэмэмщ дыгъэгъазэм и 31-р лэжьэгъуэ махуэу щытехуэм деж ар нэгъуэщI махуэм гъэIэпхъуэныр», - жаIэ ЛДПР-м Хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм щиIэ фракцэм и депутатхэм.
Абыхэм арэзы ядэхъухэри мащIэкъым. Псалъэм папщIэ, Томскэ областым и губернатор Жвачкин Сергей унафэ ищIащ мы гъэм къыщыщIэдзауэ дыгъэгъазэм и 31-р зыгъэпсэхугъуэ махуэу я щIыналъэм щыщытыну. А махуэм и пIэкIэ я цIыхухэр дыгъэгъазэм и 28 щэбэт махуэм ягъэлэжьэну аращ.
«Мыгъэрей дыгъэгъазэм и 31-р мылэжьэгъуэ махуэу гъэувыным ущIытепсэлъыхьыни абы щхьэкIэ ущIызэдэуэни щыIэкъым - мы илъэсым ар лэжьэгъуэ махуэу зэрыщытым теухуа унафэр къащтакIэщ», - къыхигъэщащ УФ-м и Президентым и пресс-секретарь Песков Дмитрий. Ауэ шэч къытумыхьэми хъуну ди гугъэщ дызыхуэкIуэ илъэсхэм ари мылэжьэгъуэ махуэу къызэралъытэнум.
Килограммитху зи
хьэлъагъ дыщэ ахъшэ
Инджылызым щащIащ дыщэм къыхэщIыкIа ахъшэ жьгъей нэхъ ин дыдэр.
А къэралым и пащтыхьыгъуэм ахъшэ къыщыщIагъэкI и IуэхущIапIэм я къэралым и тхыдэм щынэхъ ин дыдэ дыщэ ахъшэ къыщыщIагъэкIащ иджыблагъэ. Абы и бгъуагъыр сантиметр 17,5-рэ мэхъу, килограммитху и хьэлъагъщ.
ЗэкIэ ящIар фунт стерлинг минитху хъу а зы ахъшэрщ. ГъущIым, дыжьыным, дыщэм, гъуаплъэм, нэгъуэщIхэми къыхэщIыкIа ахъшэхэр зэхуэзыхьэсхэр икъукIэ хуейт ар зыIэрагъэхьэну, ауэ ар аукционкIэ ящакIэщ. КъыщIахар зыхуэдизыр зэкIэ хэIущIыIу ящIыркъым.
Дыщэ ахъшэм тращIыхьащ къэралым и пащтыхь гуащэу щыта Викторие и сурэтыр. Абы Iэдэжу иIыгъщ Инджылыз империем и дамыгъэу къалъытэ псэущхьэр - аслъэныр. Ахъшэр къызэрымыкIуэу дахэу къалъытащ ар зылъэгъуахэм. ИкIи сыт хуэдиз мылъкуи щIэмыфыгъужу щIатыну хьэзырт ар зыIэрызыгъэхьэну хуейхэр.
Нобэ
♦Урысей информатикэм и махуэщ
♦Мексикэм щагъэлъапIэ IэпщIэлъапщIэхэм я махуэр
♦1674 гъэм Мичиган (США) гуэлым и Iуфэм деж щытIысащ жылэ цIыкIу, иужькIэ Чикаго къалэ хъуар.
♦1707 гъэм Урысейм щыяпэу Москва къыщызэIуахащ узыншагъэм щыкIэлъыплъ къэрал IуэхущIапIэ (иджыпсту ар Бурденкэ Н. Н. и цIэр зезыхьэ дзэ клиникэ сымаджэщ нэхъыщхьэрщ).
♦1717 гъэм Астрэхъан губерниер къызэрагъэпэщащ
♦1791 гъэм Лондон (Инджылыз) къыщыдэкIащ «The Observer» («Обсервер») газетым и япэ номерыр.
♦1930 гъэм Цюрих дэт техникэ еджапIэ нэхъыщхьэм и профессор Паули Вольфганг нейтроныр зэрыщыIэр къихутащ.
♦1946 гъэм Москва щызэпкъралъхьащ «Москвич-400» лIэужьыгъуэм и япэ автомобилыр.
♦1979 гъэм Киев и метром и «Пионерская» станцыр къызэIуахащ
♦2009 гъэм дунейм ехыжащ совет киноактёр цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Тихонов Вячеслав.
♦1896 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, усакIуэ, публицист, жылагъуэ лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Тихонов Николай.
♦1907 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артист Ало ЛутIэ.
♦1922 гъэм къалъхуащ франджы актёр цIэрыIуэ Филипп Жерар.
♦1927 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, тхакIуэ, драматург Тхьэркъуахъуэ Мэжид.
♦1952 гъэм къалъхуащ усакIуэ-уэрэдус, уэрэджыIакIуэ, Урысейм щIыхь зиIэ и артист Осиашвили Симон.
♦1963 гъэм къалъхуащ СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Олимп Джэгухэм я чемпион, дунейм пщIэнейрэ и чемпион хъуа, бжыр иIыгъыу лъагапIэхэм елъэнымкIэ дунейпсо рекорд 35-рэ зыгъэува Бубкэ Сергей.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. ЩIыIэр махуэм 1 градус, жэщым градуси 6 - 3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Джэду здэщымыIэм дзыгъуэ щоятэ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "937.txt"
} |
Псори дяпэкIэщ!
Адыгэ Хасэ
ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм щэкIуэгъуэм и 28-м иригъэкIуэкIащ къэщIэрейхэмрэ гушыIэрейхэмрэ я «Джэгурэш» джэгу зэпеуэм и зи чэзу зэхыхьэгъуэ. Ар теухуат дунейпсо бэджыхъымрэ (Интернетым) ар ди гъащIэм къызэрыхэпшахъуэрэ зэрызытхъуэжамрэ. Налшык къалэм дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щызэпеуащ Бахъсэн къалэм и 6-нэ курыт еджапIэм («Вагъуэбэ»), Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къуажэм и 3-нэ курыт еджапIэм («Нанэ и псэ»), Табыхъу Хьэзрит и цIэр зэрихьэу Анзорей къуажэм дэт школым я гъэсэнхэр («Налмэс»).
Зэпеуэр зэрекIуэкIа щIыкIэмрэ текIуа-темыкIуамрэ езгъэкIуэтэкIыу, «Джэгурэшым» къыхэсха гупсысэ нэхъыщхьэмкIэ сывдэгуэшэну си гуапэт.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт школхэм щеджэ ныбжьыщIэхэм я джэгу-зэпеуэм хэтхэм уакIэлъыплъмэ, уи гур хохъуэ… А цIыкIухэм адыгэбзэр зэрагъэшэрыуэр, абы дахэу зэрыригушыIэр, хамэбзэкIэ зы псалъи къыхамыгъэхьэу утыку зэритыфыр уогъэщIагъуэ. Арыххэуи уи щхьэр хуожэ гупсысэ нэхъыщхьэм - адыгэбзэ дахэрэ щэн екIурэ хэлъу къытхуэтэдж ди ныбжьыщIэхэм ар яIэщIэмыхуу балигъыпIэ иувэрэ къащIэхъуэну щIэблэри апхуэдэу ягъасэмэ, зэи кIуэдыжынукъым ди бзэмрэ ди хабзэмрэ.
Си щхьэкIэ (къэпщытакIуэ гупым хэтахэри арэзы техъуэнущ абы), артист хьэзыру ныбжьыщIэ зыбжанэ а утыкум къыщыунэхуауэ фэ есплъащ. Сыту жыпIэмэ, контральто макъкIэ уэрэд жызыIэ пщащэ, Мэлычыпхъу хьэлу хъыджэбз Iущыцэ цIыкIу, игъащIэ лъандэрэ гъэсакIуэ къадэлажьэу къэтэджа фIэкIа умыщIэну жьакIуэ гуп, Агънокъуэ Лашэ илъ яхэлъ нэхъей, джэгуакIуэ гуащIэхэр щыслъэгъуащ «Джэгурэшым». Ар пэжщ, щIызгъуи езгъэлеи хэмылъу.
ФIыщIэ лей яхуэфащэщ ди щIэблэр апхуэдэу жьакIуэу, нэIурыту, тегушхуауэ къэзыгъэтэдж адэ-анэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ.
Адыгэбзэ Хасэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ ХьэцIыкIу Рае зэпеуэм и кIэм зэрыщыжиIащи, нэхъыщхьэр япэ увыпIэр къахьыныркъым. Пэжщ, езы цIыкIухэр нэгъуэщIынэкIэ йоплъ а Iуэхугъуэм, нэщхъейуэ и унэ екIуэлIэжаи яхэту къыщIэкIынщ. Ауэ бзэм ирилажьэхэмрэ Хасэр къызэзыгъэпэщахэмрэ я дежкIэ «Джэгурэшым» къыщыунэху вагъуэ цIыкIухэр, абы яIурылъ бзэ шэрыуэр, я гупсысэкIэр, я зыIыгъыкIэр, я нэгум кърих гу къабзагъэм и нэхур - уасэншэнщ. А гуп дыгъэлым уи нэкIэ уахэмыплъауэ, а сыхьэтищыр зэрыблэлъэтар умыщIэу, ядумыгъэкIуауэ къыбгурыIуэнукъым Адыгэбзэ хасэм илэжьыр зыхуэдизыр, лъэпкъым папщIэ игъэзащIэ къалэныр. Уагъэгушхуауэ уакъыхокIыж щIалэгъуалэм.
ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къикIахэм япэ увыпIэр я Iэрылъхьэу, «Налмэс» гупым - етIуанэр, «Вагъуэбэм» - ещанэр яхьри, зэбгрыкIыжащ ныбжьыщIэхэр. Гупхэр фIыщIэ тхылъкIэ, абыхэм я гъэсакIуэхэр саугъэтхэмкIэ ягъэлъэпIащ.
«Джэгурэшым» адэкIэ къыпещэ, дяпэкIи еджапIэ зыбжанэ зэпеуэнущи, абыхэм къахэжаныкIхэмрэ КъШР-м, АР-м я лIыкIуэхэмрэ гъатхэм зэхашэнущ. Афэрым!
Фырэ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "938.txt"
} |
ЗауэлIхэм я цIэхэр ягъэбелджылыж
ТхылъыщIэ
1942 гъэм Къэщкъэтау къуажэм щекIуэкIа зауэм хэкIуэда зауэлI 353-м я цIэхэр ягъэбелджылыжащ. Аращ лъабжьэ хуэхъуар Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм щIэрыщIэу къыщыдагъэкIыжа «Имена ушедших - в сердцах живых» тхылъым.
Абы итщ 1942 гъэм жэпуэгъуэм и 28 - 31-хэм Къэщкъэтау къуажэр хуит къыщащIыжым хэкIуэда зауэлI 269-м, 37-нэ армэм и 2-нэ гвардие дивизэм и командирхэм я цIэхэр.
Тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ Котляров Виктор жеIэ:
«Къэщкъэтау деж щекIуэкIа зауэ гуащIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и иджырей тхыдэр зэхэгъэкIауэ зытемытхыхьыжа Iуэхуу къекIуэкIырт. ЗауэлI щэ бжыгъэхэм я цIэхэр нобэ зэрагъэбелджылыжар я фIыгъэщ а Iуэхум гурэ псэкIэ пэрыт куэдым, псом япэу Уянаев Виктор. 1975 гъэм ар яхэупщIыхьащ а зауэ гущIэгъуншэр зи нэгу щIэкIахэм, 1942 гъэм и жэпуэгъуэм къэхъуахэр тIэкIу-тIэкIуурэ зэфIигъэувэжын папщIэ.
1980 гъэхэм и пэщIэдзэхэм зауэлIхэр щыщIалъхьэжа щIыпIэм и деж фэеплъ щагъэуващ: «ЛIыхъужьхэм я мыкIуэдыжын фэеплъ» тхыгъэр тету. КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм Уянаев Виктор район администрацэм мызэ-мытIэу къыщиIэтащ зауэлIхэм я фэеплъыр зыхуей хуэгъэзэжэным, хэкIуэдахэм я цIэхэр зэхэгъэкIыным теухуа Iуэхухэр. 2011 гъэрщ фэеплъ мывэр щагъэувар, абдеж удз гъэгъахэр щагъэтIысар икIи ар къахухьу абы ухуэзышэ лъэс лъагъуэм плиткэ щытралъхьар. ИлъэситI дэкIа нэужь, къуэшыкхъэр нэгъуэщI щIыпIэ ягъэIэпхъуэн хуей хъуащ, псы Iуфэр IуилъэсыкIыурэ зауэлIхэм я къупщхьэхэр псыежэхым хэхуэрти. ЩIыпIэщIэм щагъэуващ зэхэуэм хэкIуэдахэм я цIэхэр зытет фэеплъ».
Шэрэдж районым хыхьэ Къэщкъэтау къуажэм и жылагъуэ советым хэт Уянаев Виктор куэдым яцIыху совет органхэм, «Колхозная жизнь» газетым и редактор IэнатIэм, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм щригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэмкIэ.
Виктор илъэс 78-рэ ныбжьым итми, и лэжьыгъэхэм иджыри пещэ. Абы щыщ зы Iыхьэщ мыр. Тхылъыр къызэрыдэкIам теухуа хъыбарыр урыс Интернет-порталхэм ящыщ зым зэрызэбгригъэхыу, тхылъ тедзапIэм и пощтым Калининград щыщ Шкондик Антон и пхъурылъху Ковалёв Игорь къыбгъэдэкI тхыгъэ къэкIуащ. Игорь лъэIуащ тхылъыр пощтымкIэ Iэрагъэхьэну икIи жиIащ и адэшхуэр 1942 гъэм жэпуэгъуэм и 29-м Къэщкъэтау деж зэрыщыхэкIуэдар. Абы теухуа хъыбарым щIалэр къыщеджащ «В памяти народа» сайтым.
Ковалёв Игорь и псалъэм къыхигъэщащ Хэку зауэшхуэм и пэ къихуэу и Iыхьлыхэр Налшык къалэм къызэрыкIуар, и адэшхуэр машинэухуэ заводым зэрыщылэжьар. Ар дзэм ираджэри, къалэм километр пщIы бжыгъэкIэ пэжыжьэ щIыпIэм щекIуэкIа зауэ гуащIэм щыхэкIуэдащ. Абы и кхъащхьэр и щхьэгъусэмрэ и пхъумрэ къалъыхъуа пэтми, ягъуэтакъым. Антон и пхъур, Игорь и анэр, иджыри псэущ. Хэку зауэшхуэ зэманым ар Налшык къэкIуащ, тхыгъэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Къэщкъэтауи щыIащ, и адэр а щIыпIэм зэрыщыхэкIуэдам щымыгъуазэу».
«Имена ушедших - в сердцах живых» тхылъыр Котляровхэ Викторрэ Мариерэ псапащIэу къыдагъэкIащ, япэрей тхылъми хуэдэу.
БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "939.txt"
} |
«Кабардинка»-м и гуфIэгъуэ пшыхь
Юбилей
Дыгъэгъазэм и 12-м Налшык Iэтауэ щагъэлъэпIащ лъэпкъ щэнхабзэм и напщIэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 85-рэ зэрырикъур.
Удз гъэгъа IэплIакIуэхэр яIыгъыу пэшым щызэхуэсахэм гурыIуэгъуэ пщащIырт ансамблым и пщIэмрэ абы цIыхубэм хуаIэ лъагъуныгъэм и инагъымрэ.
Пшыхьыр къызэIуахащ адыгэ IуэрыIуатэм щыщ «Хъуромэ» теплъэгъуэмкIэ. Ансамблыр гукъыдэж къозыт къудейуэ щымыту, гушхуэныгъэ мыкIуэщI къыпхэзылъхьэ къару абы зэриIэр къызэхуэсахэм я нэгум къищырт.
Концертыр езыгъэкIуэкIахэу Битокъу Беслъэнрэ Атэбий ФатIимэрэ ансамблым къикIуа гъуэгуанэмрэ абы хэта къэфакIуэ цIэрыIуэхэмрэ пэшым щIэсхэм ягу къагъэкIыжащ.
Къэрал ансамблым псалъэ гуапэкIэ захуигъэзэри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек къыбгъэдэкI хъуэхъу тхыгъэм къеджащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат.
«Черкеска»-кIэ зэджэ ди лъэпкъ фащэр (цIыхухъу цейри, бзылъхугъэ саери) адыгэм игъащIэкIэ дызэрейм и щыхьэт тхылъыр ансамблым тыгъэ хуищIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- Фащэм и дахагъри, абы хэлъ мэгъу къарури дуней псом нэIурыту щызыгъэлъагъуэри, зезыхьэри ансамблращи, абы и щыхьэт тхылъыр зефхьэну фхудогъэфащэ. Лъэпкъыр фэркIэ гушхуэу илъэс куэдкIэ фыкъыдэгъуэгурыкIуэну, фефIэкIуэну си гуапэщ, - захуигъэзащ ДАХ-м и тхьэмадэм гуп дахэм.
«ЦIыхуфI и унэ хьэщIэ кIуапIэщ»,- жеIэ адыгэм. «Кабардинка»-м и гуфIэгъуэр даIыгъыну, ехъуэхъуну къахуеблэгъахэм яхэтт Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъ къэфакIуэ гупхэм я унафэщIхэр. Абыхэм жаIащ, къызэрызэрагъэпэщрэ щIыхь лъагэ къэзылэжьа «Кабардинка»-р нобэми ар зей лъэпкъым и мызакъуэу Кавказ Ищхъэрэм и анса-мбль псоми и фIыпIэу къызэралъытэр икIи и концерт къэс адыгэ лъэпкъым къыхуаIэ лъагъуныгъэр, пщIэр нэхъ ин зэрищIыр.
Куэдым фIыуэ ялъэгъуауэ ансамблым и репертуарым хэт «СэпэхэтIэ» къафэр утыкум щагъэлъэгъуа иужь, ар зыгъэзэщIа Увыж Мурат (КъБР-м щIыхь зиIэ и артистщ) псалъэ иратащ. Юбилей пшыхьхэм Мурат ансамблым хэту иужьрейуэ зыкъыщигъэлъэгъуауращ, адэкIэ пенсэм тIысыжынущ.
- Псом япэрауэ, фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ си егъэджакIуэхэу мы IэщIагъэм и щэхухэм сыхэзыгъэгъуэзахэм, ансамблым и ветеранхэм - абыхэм къафэм и дуней телъыджэм щыщ сащIащ. ФIыщIэ мыухыж яхуэфащэщ къыдэплъхэм, фэ фыщымыIамэ, дэри дыщыIэнутэкъым, Тхьэм фригъэфIакIуэ! - жиIащ Увыж Мурат.
Къафэм и таурыхъ телъыджэ щигъэлъэгъуащ ансамблым а пшыхьым: «Уэркъ къафэ», «Уджхэш», «Ислъэмей», «Бжьэдыгъу ислъэмей», «Кавказ къуршхэм я макъхэр», «Хы Iуфэм Iус адыгэхэм я къэфэкIэ», Лермонтов Михаил и «Бэлла» тхыгъэм къытращIыкIа теплъэгъуэ, «Джылахъстэней зекIуэ», «Нэхъыжьхэр фыкъытхыхьэ» адыгэ хабзэм щыщ Iыхьэхэр, нэгъуэщIхэри. Зым адрейр зэрахъуэкIыу зэкIэлъыкIуэ теплъэгъуэхэмрэ макъамэмрэ езы хьэуами зыщIишэу къыпщыхъурт.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къыхигъэщащ «Кабардинка»-м дуней псом адыгэ лъэпкъыр къызэрыригъэцIыхуар, нобэми а Iуэхум ехъулIэу зэрыпищэр. Ансамблым и гъуэгур захуэ хъун папщIэ щэнхабзэмкIэ министру щыта Ефэнды Джылахъстэн хуищIа хэлъхьэныгъэми тепсэлъыхьащ ар.
- Ноби адыгэм фринапщIэщ, лъэпкъ щэнхабзэм «Кабардинка»-м и цIэр щыпэрытщ, фэркIэ бейщ дэтхэнэ адыгэми и гур,- жиIащ министрым.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "94.txt"
} |
Акъылыр уасэншэщи, гъэсэныгъэр гъунэншэщ
Дэ къытхуатх
Акъылыр уасэншэщи, гъэсэныгъэр гъунэншэщ, жи адыгэм. А псалъэжьыр и пщалъэу къэгъуэгурыкIуащ Шыфэдыгъу (ХьэпцIэ) Светланэ.
Светланэ блэкIа зэманым и щIэин нэхъыфIхэр хэлъщ. Абы нэхъыжь-нэхъыщIэ ищIэу, цIыху нэсу ущытыныр зэрылъапIэр зэрыекIур, зэрыгуапэр псэкIэ зыхищIэу, захуагъэм хущIэкъуу, ди лъэпкъ хабзэр и фащэу къогъуэгурыкIуэ.
Зи гугъу фхуэсщI цIыху дахэр Ищхъэрэ Шэрэдж къуажэм къыщалъхуащ, къыщыхъуащ. Унагъуэ насып, бын насып, щхьэгъусэ насып жыхуиIэхэмкIэ гъащIэр къетащ хуэфащэу. Светланэ илъэс тIощIым щIигъуауэ къуажэ курыт еджапIэм щолажьэ, унафэщIым и тхылъзэфIэхыу.
Светланэ гъэсэныгъэ дахэ хэлъщи, ар зыпIа и адэ-анэм цIыхухэм пщIэрэ щIыхьрэ къыхуащI.
Сэ нобэ Светланэ сытетхыхьыныр къызыхэкIар абы мызэ-мытIэу дэслъэгъуа цIыхугъэрщ, гъэсэныгъэрщ, щабагъэрщ, шыIэныгъэрщ, Iэсэлъэсагъэрщ. Сэ куэдрэ согупсыс абы хуэдэ цIыху, цIыху нэс куэд зэрыщымыIэжым. Къапщтэмэ, псалъэкIэ къысхуэIуэтэнукъым а цIыхубзым хуабагъэу, акъылу бгъэдэлъыр зыхуэдэр. Согупсыс сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи хэбдзын зэрыхэмылъым.
Сэ сыхуейщ Светланэ хэлъ и цIыхугъэр куэдым щапхъэ тхуэхъуну. И нэмыс-насыпыр лъагэу, куууэ псэуну, и гъащIэр узыншэу, ефIакIуэу, нэжэгужэу ирихьэкIыну.
Къылыш Iэминэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "940.txt"
} |
Урысей гвардием и унафэщIыр цIыхухэм яIущIэнущ
Гу зылъытапхъэ
2019 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м сыхьэтыр 12-м щыщIэдзауэ 20 хъуху Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и хэщIапIэм цIыхухэм щаIущIэнущ управленэм и унафэщI полицэм и полковник Васильев Сергей.
Фыкъэпсалъэ, фыкъатхэ: (88662) 96-17-14; КъБР, Налшык къалэ, Калининградскэ уэрам, 49. 14-нэ, 15-нэ автобусхэр къокIуалIэ. УпщIэ зиIэу ди хэщIапIэм къеблэгъэнухэм я паспортыр яIыгъын хуейщ.
УФ-м и Президентым и унафэкIэ мыпхуэдэ зэIущIэхэр Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэшхуэм ирихьэлIэу илъэс къэскIэ ирагъэкIуэкI.
Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "941.txt"
} |
Адыгэм и къэкIуэнур
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ Теберда курорт къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Адыгэм и къэкIуэнур» фIэщыгъэр зиIэ зэхуэс. Къыхэгъэщыпхъэщ мыпхуэдэ Iуэху япэу зэхашэу зэрыщытыр. Ар къызэригъэпэщат Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыIэ Адыгэ Хасэ - Шэрджэс Парламентым и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм, КъШР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэмрэ печатымкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу.
Форумым жыджэру хэтащ Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгэ республикэхэм, Мэздэгу къалэм, Краснодар крайм, апхуэдэу Иорданием, Тыркум, Сирием щыщ щIалэгъуалэ 60-м щIигъу. Ахэр адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэмрэ хабзэмрэ хъумэным, хамэ къэрал къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъуным телажьэхэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм, КъШР-м щыIэ Адыгэ Хасэ - Шэрджэс Парламент, АР-м щыIэ Адыгэ Хасэ - Шэрджэс Парламент, «Iэдииху», КъБР-м щыIэхэу «Пэрыт», «Жьэгу», «Черкесский Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэрт.
Iыхьищу зэщхьэщыхауэ екIуэкIа форумым къыщаIэтат нэхъыжьхэри щIалэгъуалэри зыгъэпIейтей Iуэху зыбжанэ. Япэ махуэм екIуэкIа зэхуэсхэм «Шэрджэс дунеймрэ Урысеймрэ», «Зи хэку къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэр ди псэукIэм тыншу хэзэгъэн папщIэ зэрызыщIагъэкъуэну щIыкIэхэр» фIащат. КъыкIэлъыкIуэ махуэм форумым хэтахэр тепсэлъыхьащ «Егъэджэныгъэр, бзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ къэбгъэсэбэпкIэрэ, зебгъэужькIэрэ экстремизмэм узэрыпэщIэтыну щIыкIэм», «Интернет къабзэ. Абы и кIуэцIкIэ экстремизмэм зыщахъума зэрыхъунур» Iуэхухэм. Ещанэ махуэм «Шэрджэсхэр Кавказым и быдапIэщ» темэр къаIэтат.
Махуищми зытепсэлъыхьахэр мытыншми, форумым хэта дэтхэнэми Iэмал иIащ и Iуэху еплъыкIэр, гупсысэр, и гукъэкIыр утыку ирихьэну. Къэпсалъэхэм жаIэхэм гупсысэ куу хэплъагъуэрт, лъэпкъым и къэкIуэнум папщIэ, и дахагъэ псори фIэмыкIуэду зэманым декIун щхьэкIэ ялэжьыпхъэхэр, хабзэм, бзэм егъэгъуэтын хуей зэхъуэкIыныгъэхэр наIуэ къащIырт.
Хэкум къэзыгъэзэжыну хуей адыгэхэр зыIууэ лъэпощхьэпохэр ядэгъэпсынщIэным хуэунэтIауэ ялэжьыпхъэхэр, репатриацэм пыщIа Iуэху мытыншхэр къызэнэкIынымкIэ хэкIыпIэхэр къагъэлъэгъуащ. Интернет напэкIуэцIхэм куэдрэ дызыщрихьэлIэ хъуа Iуэху мыщхьэпэхэу диным, лъэпкъ зэпэщIэувэм ехьэлIахэм зэрызыщахъумэну, щIэпхъаджащIэхэм зэрызыдрамыгъэхьэхыну щIыкIэхэми цIыхухэр мыхъумыщIагъэхэм къыхуебджэным административнэ, уголовнэ жэуаплыныгъэ зэрыпылъым, щIагъэдэIуащ зэхуэсым хэтахэр. Форумым апхуэдэу щыжаIащ ди лъэпкъ хабзэм теухуауэ щыIэ щIэныгъэ тхылъхэр дэтхэнэ адыгэми тыншу къыгурыIуэн хуэдэу елэжьыжауэ къыдэгъэкIын зэрыхуейр.
Iуэхум кърикIуахэр къыщызэщIакъуэжым махуищым и кIуэцIкIэ зытепсэлъыхьахэм ятеухуауэ резолюцэ зыбжанэ къащтащ:
1. Хэкум къэзыгъэзэж ди лъэпкъэгъухэм ятеухуауэ щыIэ миграцэ Iуэхухэм зэхъуэкIыныгъэ халъхьэн папщIэ проект ягъэхьэзырын;
2. Урысейм, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэр жыджэру политикэ гъащIэм хэтын, лъэпкъым и пщIэр экстремизм щхьэусыгъуэкIэ езыудых Iуэхугъуэхэр къэмыхъун папщIэ профилактикэ лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIын;
3. Хэкум къэзыгъэзэжахэм зэIущIэ Налшык къалэм Адыгэбзэр джыным теухуауэ щадегъэкIуэкIын;
4. Дэнэ щIыпIэ щыпсэу адыгэми ялъэIэсын хуэдэу хъыбарегъащIэ Iэмал (телевидение) къызэгъэпэщын;
5. ЦIыхухэм тыншу къагурыIуэу махуэ къэс къагъэсэбэп хъуну «Адыгэ хабзэ» тхылъ къыдэгъэкIыным теухуа, щIэныгъэлIхэр зыхэт «стIол хъурей» зэIущIэ Адыгэ Республикэм щегъэкIуэкIын;
6. Лъэпкъ спорт джэгукIэхэр илъэс къэс егъэкIуэкIын;
7. КъэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм зи нэIэ тезыгъэтыну Адыгэ лъэпкъ комитет къызэгъэпэщын;
8. Мыпхуэдэ форум илъэс къэс егъэкIуэкIын;
9. Къэрал IуэхущIапIэхэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэм пэрытхэр, хьэрычэтыщIэхэр, студентхэр хэту форум щхьэхуэ къызэгъэпэщын.
10. Урысейм, хамэ къэрал щыпсэу адыгэ щIалэгъуалэм папщIэ турист зыплъыхьакIуэ зекIуэ къызэгъэпщын.
11. Бзэмрэ хабзэмрэ экстремизмэм зэрыпэщIэтын Iэмалу зэрыщытым къыхэкIыу къыдэкIуэтей щIэблэм ущииныгъэ лэжьыгъэ нэхъыбэрэ ядегъэкIуэкIын.
Iуэху дахэм хэта нэхъыжьхэми щIалэгъуалэми зыхуагъэувыжа къалэнхэмрэ я мурадхэмрэ къайхъулIэну ди гуапэщ.
ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "942.txt"
} |
Лэжьыгъэ щхьэпэ ирагъэкIуэкI
Урысейм и Пенсэ фондым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэр къуажэхэм, IуэхущIапIэхэм кIуэурэ цIыхухэм яхуозэ, пенсэм, льготэхэм теухуауэ яIэ упщIэхэм жэуап ират.
Иджыблагъэ апхуэдэ зэIущIэ щекIуэкIащ Аруан щIыналъэ сымаджэщым. Ар пыухыкIауэ теухуат медицинэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм пенсэм ехьэлIауэ ящIапхъэм.
«СтIол хъурей» лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м щыIэ Пенсэ фондым и Аруан къудамэм и IэщIагъэлIхэу Хьэсанэ Тимуррэ Шыбзыхъуэ Мадинэрэ.
Ар теухуат медицинэ страховой стаж зиIэхэм пенсэмкIэ яIэ хуитыныгъэхэр ягурыгъэIуэным, страховой пенсэр хуагъэувынымкIэ Iуэхур нэхъ псынщIагъуэу зэфIагъэкIыну Iэмал къазэрыритыр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, КъБР-м щыIэ Пенсэ фондым и IуэхущIапIэхэм страховой пенсэр гъэувыным текIуэдэну зэманыр ягъэмэщIэн папщIэ гулъытэ хэха щыхуащI пенсэ кIуэнухэм нэхъ пасэу ядэлэжьэным. ЛъэIу тхылъыр къата иужь махуи 10 дэкIмэ пенсэр хуагъэувынущ.
Къызэхуэсахэм гурагъэIуащ медицинэ лэжьакIуэхэм жьыгъэкIэ пенсэ зэрыхуагъэувыр 2019 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ зэрызихъуэжым, къуажэм зэрыщылэжьар илъэс бжыгъэм зэрыхагъахъуэ щIыкIэм, нэгъуэщIхэми. IэщIагъэлIхэм жэуап иратащ анэ (унагъуэ) ахъшэр, пенсэмрэ зыхузэфIэмыкIхэм къэралыр къазэрыдэIэпыкъумрэ зэрыхагъахъуэм теухуа упщIэхэм.
Урысейм и Пенсэ фондым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "943.txt"
} |
Сом мелуани 2-м щIигъу япшын
ФщIэн папщIэ
Зэратх Iэмэпсымэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, щэкIуэгъуэм и 22 - 29-хэм къриубыдэу гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр 5. 408-рэ къызэпаудащ. Псори зэхэту къуэдыуэ тралъхьащ сом мелуани 3-рэ мин 860-м щIигъу. А махуэхэм къриубыдэу сом мелуанрэ 2-рэ 300 857-рэ япшынащ.
Къуэдыр махуэ 60-м къриубыдэу япшын хъунущ. Абы фIагъэкIамэ, Iуэхур Суд приставхэм Iэрагъэхьэ.
Административнэ къуэдыр хабзэм игъэува пIалъэм (УФ-м и КоАП-м и 20.25 статья) къриубыдэу ямыпшынмэ, ар хуэдитIкIэ ягъэбагъуэ е сыхьэт 50-кIэ цIыхур ягъэлажьэ.
Къуэды птелърэ-птемылърэ къыщыпщIэфынущ Урысейм и Къэрал автоинспекцэм и сайтым - www.gibdd.ru.
Бахъсэн Ланэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "944.txt"
} |
Subsets and Splits